text
stringlengths 11
353k
| meta
dict |
---|---|
«Адыгэбзэм и Гупсэхэм» я пшыхь гукъинэ
Адыгэбзэр IэщIагъэу къыхэзыхыу гъащIэ IэнатIэ зыхуэзыщIыжахэм хуэдэу, лъэпкъ Iуэхур ипэкIэ зыгъэкIуатэ щыIэу къыщIэкIынукъым. Сыт хуэдэбзэри къэгъэщIыгъэ телъыджалъэщ, ар зыIурылъ лъэпкъым и дуней лъагъукIэм хэлъ хьэлэмэтагъ псори къызэщIиубыдэу. Ауэ анэдэлъхубзэр сытми йолъэпIэкI, абы хэущэхуа дуней зыхэщIэр, лъэпкъ гупсысэкIэр, щэныр анэ быдзышэм хэлъу сабийм хэпща зэрыхъум къыхэкIыу. Анэбзэм къару лъэщ къуэлъщ, цIыхугъэм и бзыпхъэу, дахагъэм и щысэу зэрыщытым къыхэкIыу. Мис а цIыхугъэмрэ дахэ щапхъэхэмрэ щIэблэм деж нэзыхьэс иджыкIэ зыри щыIэкъым, адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэхэм къищынэмыщIауэ. ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ Адыгэбзэ Хасэм адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэхэм щхьэкIэ иджыблагъэ иригъэкIуэкIа гуфIэгъуэ пшыхьыр щIызэхишам и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэри аращ — лъэпкъым Iуэхутхьэбзэшхуэ хуэзыщIэхэр гъэлъэпIэнырщ.
«Адыгэбзэм и Гупсэхэр» — арат зэреджэр Къэбэрдей-Балъкъэрми, Къэрэшей-Шэрджэсми, Адыгейми щыщ егъэджакIуэхэр зыхэта, ЕгъэджакIуэхэм я махуэм ирихьэлIэу къызэрагъэпэща махуэщI пшыхьым. Адыгэбзэ Хасэр къызэрыунэхурэ иригъэкIуэкI мы гуфIэгъуэ дауэдапщэр зэхэмыхьэу зэ закъуэщ къызэрыхъуар — дунейр зэщIэзыщта узыфэм и ягъэкIэ ар нэгъабэ абы хуегъэкIуэкIатэкъым. Арагъэнущ, дуней уэлбанэм емылъытауэ, концертым кърихьэлIахэм пшыхьыр гуапэуи хуабэуи къащIыщыхъуар. Куэд лъандэрэ зэрымылъэгъуахэр зэрызэхуэзэшар егъэджакIуэхэм я нэгум къищырт, я зэхэтыкIэм къиIуатэрт.
ГуфIэгъуэ пшыхьым кърихьэлIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм и IэщIагъэлIхэр, КъБР-м и щIыналъэхэм егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ я IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэр, курыт еджапIэхэм я унафэщIхэр. Апхуэдэу, концертым кърихьэлIащ лъэпкъ Iуэхур дэхыным жыджэру телажьэу Къэбэрдейм ит Адыгэ Хасэхэм я лIыкIуэхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр.
«Кабардинка» къэрал къэфакIуэ гупым и уардэунэшхуэм щызэхыхьа пшыхьыр къыщызэIуихым, Адыгэбзэ Хасэм и тхьэмадэ Табыщ Мурат къызэрыхигъэщамкIэ, адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэхэм я зэгухьэныгъэм лэжьэн зэрыщIидзэрэ илъэсибгъу мэхъу, дэтхэнэ зыри гукъинэжрэ Iуэхугъуэ куэдкIэ гъэнщIащ. «Илъэсибгъур цIыху гъащIэм еплъытмэ, мащIэ дыдэщ, ауэ, нэгъуэщI лъэныкъуэкIэ укъегупсысмэ, ар мащIэкъым, зыгуэрхэри тлъэкIауэ къысщохъу. ЦIыхур къозышалIэри къыббгъэдэзышри Iуэхущи, абы егъэджакIуэхэмрэ дэрэ гъунэгъу дызэхуищIащ, быдэуи дызэпищIащ. Хьэкъыу си фIэщ мэхъу «Адыгэбзэм и ГупсэкIэ» дызэджэ ди гъэсакIуэхэм, ущиякIуэхэм, егъэджакIуэхэм я фIэщ дызэрыхъуар, дзыхь къызэрыдагъэзыр. Нобэ, шэч къытумыхьэу жыпIэ хъунущ, ди хэгъэгум анэдэлъхубзэр сабийм езыгъащIэ егъэджакIуэхэм ящыщу зэрымыцIыхурэ нэIуасэ зэхуэмыхъуарэ зэрахэмытыр, зыр зым и лэжьыгъэфIкIэ дэгуашэу, зым и щIэныгъэр адрейм бгъэдилъхьэу зэрызэлъэIэсыр, егъэджэкIэ Iэмалхэмрэ методикэ гъэунэхуныгъэхэмрэ зэрызэIэпахыр, зэпеуэхэмрэ зэныкъуэкъухэмрэ хьэрхуэру зэрыхыхьэр. Я зэманрэ Iуэхурэ щIэблэм трагъэкIуадэу лажьэ егъэджакIуэм хуэмыфащэ гулъытэ щыIэкъым. Адыгэбзэ Хасэм и къалэн нэхъыщхьэр — адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэм и Iуэхум пщIэшхуэм зэрыпылъыр зыхедгъэщIэныр — къыдэхъулIауэ къысщохъу. Ар нэхъри я фIэщ хъун щхьэкIэщ мы гуфIэгъуэ пшыхьым хуэдэхэри къыщIызэдгъэпэщыр», — жиIащ Табыщ Мурат.
Пшыхьыр дахэу икIи екIуу ирагъэкIуэкIащ Адыгэбзэ Хасэм и тхьэмадэ Табыщ Муратрэ Хасащхьэм щыщ Бакъ Мадинэрэ.
Мы гъэм къызэрагъэпэща концертым и зэхэтыкIэм мащIэу зихъуэжащ. Нэхъапэхэм я цIэ къраIуэурэ лэжьыгъэкIэ къыхэжаныкIа егъэджакIуэхэр ягъафIэу щытамэ, иджы утыкур сыт щыгъуи зыгъэбжьыфIэ, цIыхухэм гукъыдэж къезыт уэрэджыIакIуэхэмрэ къэфакIуэхэмрэ Адыгэбзэ Хасэм и цIэкIэ езы егъэджакIуэхэм ягъэлъэпIащ. Апхуэдэ егъэкIуэкIыкIэр егъэджакIуэхэр зы хасэ унагъуэу, зы IэщIагъэм зэришалIэ бынунэшхуэу зэрыщытыр я фIэщ щIыным хуэунэтIат. Адыгэбзэм и IэфIагъыр зыхегъэщIэным псэ- емыблэжу телажьэ гупсэхэм я хъуэхъубзэ дахэр иджы щэнхабзэм и лэжьакIуэхэм яхуэунэтIат, абы лъэныкъуитIри къызэщIиIэтэу пшыхьыр гъэщIэгъуэн дыдэуи иукъуэдият. ЗыхэпщIэрт гумрэ псэмрэ къыбгъэдэкI псалъэхэм артистхэм ягу зэрыхигъахъуэр, я гукъыдэжым зэрызригъэIэтыр.
Ипэ ита илъэсхэми хуэдэу, мы гъэми гуфIэгъуэ пшыхьыр ягъэдэхащ, апхуэдэу Адыгэбзэ Хасэм и фIыщIэгуапэ тхылъхэр иратащ Тхьэгъэлэдж Светланэ, Хьэкъул Оксанэ, Тхьэзэплъ Залинэ, Бэч Азэмэт, Дэгу Каринэ, ДыщэкI Артур, Чылар Нэсрэн, Мэршэн МуIэед, ГъукIэ Ислъам, Теркъул Ислъам, Жыгун Эдик сымэ. Пщыхьэщхьэр къафэкIэ ягъэщIэрэщIащ Унэжокъуэхэ Тимуррэ Заремэрэ зи унафэщI «Шагъдий» цIыхубэ къэфакIуэ гупым.
Адыгэбзэ Хасэм мы гъэм иригъэкIуэкIыну и гугъэ лэжьыгъэм и зы зэхыхьэщ гукъинэжу екIуэкIа пшыхьыр. Дыщогугъ дяпэкIэ утыку кърихьэну зэпеуэхэм, зэхьэзэхуэхэм, гъэлъэгъуэныгъэхэм ар и щыпэешажьэ махуэ хъуну, анэдэлъхубзэм иIэ щытыкIэм и зыкъыIэтыпIэу къыщIэкIыну.
ШУРДЫМ Динэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "100991.txt"
} |
Къэзылъхуахэм я лъагъуэм ирикIуа
Нобэ и ныбжьыр илъэс 60 ирокъу адыгэ бзылъхугъэ телъыджэ, СССР-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер, 1978 — 1982 гъэхэм Свердловск (иджы Екатеринбург) и «Уралочка» командэм хэту Совет Союзым и чемпион тхуэнейрэ хъуа, Европэм и чемпионхэм я кубокыр тIэунейрэ зыIэрызыгъэхьа, ди лъэпкъэгъу цIыхубзхэм ящыщу Олимп чемпионкэ закъуэ Ахэмын Еленэ.
БлэкIа лIэщIыгъуэм и 70 гъэхэм я кIэухым цIыхубз волейболым и вагъуэр щылыдащ адыгэ пщащэм. Свердловск къалэм дзэм къулыкъу щызыщIэу абы къэнэжа Ахэмын Рабихь и унагъуэм 1961 гъэм жэпуэгъуэм и 5-м къралъхуа хъыджэбз цIыкIурат ар. Ленэ зыфIаща сабийр, адыгэ уэрэд цIэрыIуэм зэрыщыIуащи, дахэкIейт, ауэ и гъащIэ гъуэгур щыпхишар спортращ.
Ахэмын Рабихь волейболыр хуабжьу фIыуэ илъагъурт икIи сабийхэр абы хуигъасэрт. И ныбжьэгъут къэралми Европэми щыцIэрыIуэ Свердловск и «Уралочка» цIыхубз командэм хэтхэмрэ зыгъасэхэмрэ икIи зэпыщIэныгъэ быдэ яхуиIэт. И щхьэгъусэ Инесси спортым и мастерт, ауэ зыхэтар баскетболрат. Абыхэм я быныр, дауи, къэзылъхуахэм я лъагъуэм ирикIуапхъэт.
И ныбжьыр илъэс пщыкIутI щрикъум, Еленэ волейболым зыхуигъасэу щIидзащ. Абы и япэ тренер Филимонов Юрэ лъэкI къигъэнакъым адыгэ пщащэм а спорт лIэужьыгъуэр фIыуэ иригъэлъагъун, текIуэныгъэ инхэм я лъабжьэр хуигъэтIылъын папщIэ.
Пхъум къыдэлажьэ зэпытт и адэри. «Сыт волейболыр фIыуэ щIэплъагъур?» — жаIэу журналистхэр иужькIэ къыщеупщIам, Еленэ яжриIат: «Си адэм абы сызэрыхишаращ. Ар езыр тренеру лажьэрти, волейболыр си гъащIэм щыщ зы Iыхьэ ищIыфащ».
Спортым и закъуэкъым Рабихь и пхъухэр зыдригъэхьэхар. Гъэмахуэ школ каникулхэм и деж абы и унагъуэр Къэбэрдейм къишэжырти, Джылахъстэнейм хыхьэ Плановскэ къуажэм дэс я благъэхэмрэ Iыхьлыхэмрэ яригъэлъагъурт, адэжь щIыналъэм и дахагъымрэ IэфIагъымрэ захригъащIэрт. Еленэ, и шыпхъу нэхъыщIэ Иринэрэ я дэлъху закъуэ Тарасрэ дэщIыгъуу, и гумрэ и псэмрэ щызу зигъэпсэхуауэ, ауэ къыздэкIуэжар аргуэру зэрибгынэжыр къатехьэлъэу Свердловск игъэзэжырт. ЩIэхъуэпсырт илъэс дэкIмэ къытрагъэзэну, зыхунэмыса, зыхуэмызэфа псори зэщIагъэхьэну.
Совет Союзым тепщэныгъэр щызыIыгъ, Европэми фIыкIэ къыщацIыхуа Свердловск и «Уралочка» командэм а лъэхъэнэм ухыхьэну хуабжьу гугъут. Ар хузэфIэкIащ Еленэ. ХузэфIэкIам и закъуэкъым, атIэ гупыр зыгъэгуп, абы и пашэ хъуащ. Я тренер нэхъыщхьэ Карполь Николай и ныбжьэгъу Ахэмын Рабихь зэгуэрым къыжриIауэ щытащ: «Уи пхъур уэщхьщи, насыпыфIэ хъунущ. Хьэл-щэнкIи къыпкIэрыхуркъым — мурад ещIри, ерыщу зрегъэхъулIэф, бэшэчщ, зэфIэкI лъагэ зыбгъэдэлъщ».
Адэ-анэм я дежкIэ быным я насыпым нэхъ дэрэжэгъуэ щыIэ?! Рабихь хуабжьу щыгуфIыкIырт ипхъухэм я ехъулIэныгъэхэм. Псом хуэмыдэу ар и рипагэрт Еленэ спортым къыщихь текIуэныгъэхэм. Япэр къыщыхъуар школакIуэхэм я урысейпсо зэхьэзэхуэращ, къыкIэлъыкIуэр 1978 гъэращ — Ташкент щызэхэта СССР-м и Лъэпкъхэм я спартакиадэм. КъыкIэлъыкIуэ илъэсым Свердловск и «Уралочка»-м хэту Совет Союзым и чемпион хъуащ икIи къэралым и гуп къыхэхам хагъэхьащ.
1979 гъэм нэхъ утыкушхуэж ихьащ. А илъэсым Франджым щекIуэкIа Европэм и чемпионатым ар зыхэта СССР-м и командэ къыхэхар зыри зыпэмылъэщынт икIи дыщэ медалыр IэщIэлъу Ахэмыным къигъэзэжащ. Ар хуабжьу ехъулIэныгъэ инт, ауэ лъагапIэ нэхъыщхьэр къыщыпэщылъыр дяпэкIэт — Мэзкуу щыIэну Гъэмахуэ Олимпиадэм хуэфэщэну зыхуагъэхьэзырыпхъэт. Хуабжьу щIэхъуэпсырт Рабихь абы и пхъур щытекIуауэ илъагъуну, арщхьэкIэ… зэуэзэпсэу къытехуэри лIащ, и ныбжьыр илъэс плIыщI ирикъуа къудейуэ.
Еленэ икъукIэ куууэ зыхищIащ а гуауэ хьэлъэр. Волейбол джэгун дэнэ къэна, зыри хуеижтэкъым, фIэIэфIыжи щыIэтэкъым. Дуней псор къытеункIыфIам хуэдэт. АрщхьэкIэ адэкIэ псэун хуейт. ГъащIэм къыхэзышэжар и адэм къыхуиIа хъуэп- сапIэр зригъэхъулIэну мурад быдэ зэрищIаращ. Абы папщIэ Олимп чемпион хъун хуейт.
Совет Союзым волейболымкIэ и цIыхубз командэ къыхэхам ерыщу зэхьэзэхуэм зыхуигъэхьэзырырт. Я деж щекIуэкIыну Олимпиадэм абы щыджэгухэм къыщагъэлъэгъуэну хущIэкъурт я зэфIэкI лъагэр. Ар зрагъэхъулIэн папщIэ я зэмани къаруи еблэжыртэкъым. Гупым и пашэт и ныбжьэгъухэр сыт щыгъуи тезыгъэгушхуэ Ахэмын Еленэ.
И пIалъэр къэсри, Гъэмахуэ Олимп джэгухэр 1980 гъэм бадзэуэгъуэм (июлым) и 20-м Мэзкуу и «Лужники» стадионым Iэтауэ къыщызэIуахащ. Афганистаным советыдзэр зэрихьар фIэгъэнапIэ ящIри, абы къэкIуакъым хамэ къэрал куэдым я лIыкIуэхэр. АрщхьэкIэ зэхьэзэхуэм кърихьэлIахэри зэфIэкI ин зиIэ защIэт.
ЦIыхубз волейболрат дэ ди плъапIэ нэхъыщ-хьэр. Совет Союзым и командэ къыхэхам хэту абы зыкъыщигъэлъэгъуэнут Ахэмын Еленэ.
Адыгэ бзылъхугъэм и джэгукIэр, сыт щыгъуи хуэдэу, узыIэпызышэт. ЗэIущIэм и нэхъ гугъури абы и Iэзагъым къигъэIурыщIэрт.
Дыщэм щыщIэбэныну кIэух зэIущIэм Германие Демократ Республикэм и командэр къащыхуэзащ. Ар хуабжьу лъэщт икIи игъэкIуэтыгъуейт.
Япэ Iыхьэм ди волейболисткэхэр псынщIэу япэ ищащ. 14:8-у я хьэрхуэрэгъухэм щащхьэщыкIым, ахэр бэлэрыгъащ икIи къапэщIэтхэм очкоиплI зэкIэлъхьэужьу ирагъэхьащ. Къаруушхуэ трагъэкIуэдэн хуей хъуащ, зы очко зыIэрагъэхьэжу текIуэныгъэр къахьын папщIэ. Ар лъэужьыншэу къэнакъым икIи къыкIэлъыкIуэ зэIущIэр нэмыцэхэм 15:11-у яхьащ.
Ещанэ Iыхьэри хуабжьу ухэзыгъаплъэу ирагъэжьащ — 0:3, 3:6, 5:11, 7:13. Iуэхур хэкIыпIэншэ щыхъум, СССР-м и гуп къыхэхам и тренер нэхъыщхьэ Карполь Николай джэгум къыхигъэхьащ и «Iэщэ гъэпщкIуар» — Ахэмын Еленэ. Зэрыщыгугъауэ, зэIущIэм и екIуэкIыкIэм абы напIэзыпIэм зригъэхъуэжащ. Адыгэ бзылъхугъэм очкоих зэкIэлъхьэужьу гупым къыхуихьащ икIи и ныб- жьэгъухэм я гур къызэригъэгъуэтыжащ, бжыгъэр 12:13-м нигъэсри. Ар лъэщу ебгъэрыкIуэрт икIи ныкъусаныгъэншэу зихъумэжырт. КъызэщIэрыуэжа ди волейболисткэхэм адэкIэ нэмыцэхэм я щхьэр кърагъэIэтакъым икIи 15:13-у хагъэщIащ.
Зи къарумрэ зэфIэкIымрэ шэч къытезыхьэжа ГДР-м и командэ къыхэхар еплIанэ зэIущIэм ужьыхыжыпащ. АдэкIэ зэрыныкъуэкъуэн гукъыдэж абы щыджэгухэм яIэжтэкъым икIи 15:7-у икIуэтащ.
Апхуэдэу, Ахэмын Еленэ и фIыгъэкIэ, Совет Союзым волейболымкIэ и цIыхубз командэ къыхэхар Гъэмахуэ Олимпиадэм 1980 гъэм щытекIуащ. Дэри, зэи къэмыхъуауэ, диIэ хъуащ адыгэ пщащэхэм къахэкIа япэ Олимп чемпион. Абы папщIэ къыхуагъэфэща дыщэ медалым уасэ гуэр хуэгъэувыгъуейт — ар и адэ Рабихь и псэр зэригъэгуфIа тыгъэ лъапIэт.
ТекIуэныгъэ иныр къэзыхьа СССР-м и командэ къыхэхам щыджэгухэмрэ абы и тренерхэмрэ зэхэлъэдэжауэ IэплIэ зэхуащIырт, зэхъуэхъужхэрт. Тренер нэхъыщхьэ Карполь Николай псоми псалъэ гуапэ яжриIэрт, ауэ Ахэмын Еленэ нэхъ къыхигъэщхьэхукIырт, и фIыгъэкIэ зэIущIэ хьэлъэм зэрыщытекIуам папщIэ. Зэхьэзэхуэм еплъыну кърихьэлIахэм щIалитI къахэжауэ абыхэм къахуэжэрт. Милицэри адрей хъумакIуэхэри къапэмылъэщу ахэр утыкум къилъэдащ икIи удз гъэгъа Iэрамэшхуэр Iэнкун хъуа Ахэмыным IэщIалъхьащ. А щIалитIыр и адэм и хэкужь Къэбэрдейм икIат. Зыр ди лэжьэгъуу щыта Бэрбэч Зуберт, и ахърэтыр нэху Тхьэм ищI!
КъыкIэлъыкIуэ илъэсым Ахэмын Еленэ и гъащIэм зэхъуэкIыныгъэшхуэ къыщыхъуащ: Одессэ и «Черноморец» футбол командэм щыджэгу Соколовский Игорь дэкIуэри, 1981 гъэм Украинэм Iэпхъуащ. Дауи, къыхэкIыжын хуей хъуащ и гури и псэри зыкIэрыпщIа Свердловск и «Уралочка» гуп телъыджэм.
Олимп чемпионкэр гуфIэжу зыхагъэхьащ здэIэпхъуа Одессэ и «МедИн»-м. Ари СССР-м волейболымкIэ и гуп нэхъыщхьэм щыджэгурт. ИлъэсиблкIэ хэтащ Еленэ абы икIи ехъулIэныгъэфIхэр къыхуихьащ. ИужькIэ Финляндием, Польшэм, нэгъуэщI къэралхэм я командэхэм зэфIэкI инхэр къыщигъэлъагъуэу щыджэгуащ. А псори къалъытэжри, ХХ лIэщIыгъуэм къриубыдэу Одессэ и волейболисткэ нэхъыфI дыдэу къалъытащ, а къалэм физкультурэмрэ спортымкIэ и управленэм и унафэщIу иужькIэ илъэс куэдкIэ лэжьащ.
Ахэмын (Соколовская) Еленэ Хэкум куэд зэрыхуилэжьар гулъытэншэ хъуакъым. «За доблестный труд» медалыр, «СССР-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер» цIэ лъапIэр абы къыхуагъэфэщащ. Ар щапхъэ яхуэхъуащ волейболымкIэ къэралым и гуп нэхъыщхьэм 80 гъэхэм щыджэгуа Налшык и «Университет»-м хэта Лий Ларисэ, ЗекIуэрей Эльвирэ сымэ, нэгъуэщI ди лъэпкъэгъу куэдми.
Щалъхуа Урысей Федерацэми псэупIэ хуэхъуа Украинэми нобэ зи махуэ лъапIэр щыхуаIэт адыгэ бзылъхугъэм дохъуэхъу узыншагъэр и куэду, насып щымыщIэу, и щIэблэм я хъер илъагъуу илъэс куэдкIэ иджыри дунейм тетыну.
Хьэтау Ислъам.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "100995.txt"
} |
Си еджапIэ — си къежьапIэ
Гупсысэр зыузэщIхэр
Илъэс куэд лъандэрэ ди къэралым щаIэт ЕгъэджакIуэм и махуэр СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и УнафэкIэ ягъэувауэ щытащ 1965 гъэм. Ар ягъэлъапIэурэ къекIуэкIащ жэпуэгъуэм и япэ тхьэмахуэ махуэм. ИужькIэ, 1994 гъэм къыщыщIэдзауэ, Урысей Федерацэм а Iуэхугъуэр жэпуэгъуэм и 5-м, ЮНЕСКО-м игъэува ЕгъэджакIуэм и дунейпсо махуэм трагъэхуащ.
«Жылагъуэм и къалэн нэхъ ин дыдэм йолэжь егъэджакIуэр — абы цIыху гупсысэр еузэщI», жиIэгъащ егъэджакIуэм щхьэкIэ Калинин Михаил. ИпэжыпIэкIэ, егъэджакIуэращ куэдкIэ зэлъытар щIэблэм я къэкIуэнур зэрыхъунур, цIыхум я гупсым и гъунапкъэхэр здынэсынур. Егъэджэныгъэ IэнатIэм и «пкъо» егъэджакIуэм ди къэралым гулъытэ лъагэ зэрыщигъуэтыр иужьрей лъэхъэнэм зыхэдмыщIэу къанэркъым. «Къэрал унафэщIхэм ялъэкI ящIэнущ егъэджакIуэм и пщIэр жылагъуэм нэхъри къыщыIэта хъун папщIэ, абы къыдэкIуэуи езы егъэджакIуэхэми зыхащIэн хуейщ я пщэ мыхьэнэшхуэ зиIэ къалэн къызэрыдэхуэр», — апхуэдэ псалъэхэр зи купщIэ гупсысэхэр щIэх-щIэхыурэ утыкухэм щыжаIэ УФ-м и Президентми Правительствэм хэтхэми. ЕгъэджакIуэм и Iуэхухэр егъэфIэкIуэным, хуэфащэ увыпIэ жылагъуэм щигъуэтыжыным хуэгъэпса мурадхэр зы илъэскIи зэфIэха хъунукъым. Абы тещIыхьащ къэрал программэ хэхахэр. Апхуэдэщ, къапщтэмэ, илъэс зыбжанэ лъандэрэ екIуэкI, УФ-м и Президентым къыхилъхьауэ щыта «Егъэджэныгъэ» лъэпкъ проектыр. Абы къыщыгъэлъэгъуа унэтIыныгъэхэр къанэ щымыIэу хуэгъэпсащ егъэджэныгъэ IэнатIэм, абыхэм я IэщIагъэлIхэм я Iуэхур дэгъэкIыным, я лъабжьэр гъэбыдэным, я пщIэр къэIэтыным. Апхуэдэ икIи нэгъуэщI Iуэху бгъэдыхьэкIэщIэхэм я фIыгъэкIэ хохъуэ ныбжьыщIэм ират щIэныгъэм и фIагъым, ар дунейпсо мардэхэм хуэкIуэ мэхъу. А псом къадэкIуэу гугъущ пхъумэну цIыхухэм игъащIэми къыддекIуэкI лъапIэныгъэхэр, ахэр къытщIэувэ щIэблэм гурэ псэкIэ зыхебгъэщIэнри Iуэху тыншкъым. ЩIэблэм щIэныгъэ куу етынри гъэсэныгъэ екIу хэлъу къэгъэтэджынри зи къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ школ лэжьакIуэхэр. Ди егъэджакIуэхэр хущIокъу а къалэн гугъухэр тэмэму зэрагъэзэщIэным икIи ныбжьыщIэхэр къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэм, творческэ Iуэхухэм дегъэхьэхынми, спортым жыджэру хэшэнми гулъытэшхуэ хуащI.
Республикэм иджыпсту щылажьэ егъэджакIуэхэм я бжыгъэр мин 11-м щIегъу, абыхэм ящыщу процент 80-м щIэныгъэ нэхъыщхьэ, мини 7-м категорие нэхъыщхьэ яIэщ, 200-м нэблагъэм «ЩIыхь зиIэ егъэджакIуэ», 600-м «Курыт щIэныгъэ егъэгъуэтыным щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэхэр зэрахьэ, 40-м щIи- гъум орденхэмрэ медалхэмрэ хуагъэфэщащ, 50-м щIигъур щIэныгъэ зэхуэмыдэхэм я кандидатщ. Ди щIыналъэм и мызакъуэу, къэрал псом щыцIэрыIуэ яхэтщ ди егъэджакIуэхэм. Дэ дрогушхуэ икIи дроин СССР-м, УФ-м, КъБР-м я цIыхубэ егъэджакIуэхэр дызэриIэм, лъагапIэшхуэхэм нэса IэщIагъэлIхэмкIэ а IэнатIэр зэрыкъулейм. Апхуэдэ цIыху гуащIафIэхэм ящыщщ Къанщыкъуей Риммэ, ДыщэкI Марие, Къамбий Мухьэб, Мэлбахъуэ Борис, нэгъуэщIхэри. Апхуэдэ щэджащэхэр я щапхъэщ егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм хыхьэ IэщIагъэлI ныбжьыщIэхэм.
Къэралми жылагъуэми егъэджакIуэхэм хуащI пщIэм, гулъытэм адэкIи зэрыхэхъуэнум, а IэнатIэм Iутхэм хуаIэ жэрдэмыфIхэм зэрыпащэнум шэч хэлъкъым. ЩIэныгъэ нэс къэугъуеиным гурыфIыгъуэ къезыт щIэблэ зыгъасэ егъэджакIуэм хуэмыфащэ фIыгъуэ щыIэкъым.
ЕгъэджакIуэ псоми дохъуэхъу я махуэшхуэр угъурлы яхуэхъуну, ар IуэхугъуэщIэхэмрэ жэрдэмыщIэхэмрэ лъэр хущIэзыгъэкIыу къахущIэкIыну.
ЖЫЛАСЭ Маритэ,
«Адыгэ псалъэ» газетым
егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ
и къудамэм и унафэщI.
ЕгъэджакIуэ щыпкъэ
КъытщIэхъуэ щIэблэр егъэджэнымрэ гъэсэнымрэ, ныбжьыщIэхэм я зэфIэкIым зегъэужьынымрэ ябгъэдэлъ зэчийхэр къэгъэнэхуэнымрэ илъэс куэд лъандэрэ хуэлажьэхэм ящыщщ Шэджэм къалэм дэт курыт школ №1-м пэщIэдзэ классхэр щезыгъаджэ Щоджэн Лизэ ХьэматIэ и пхъур.
Сабиипсэ къабзэм хуэдэу зи псэр зэIуха егъэджакIуэ Iэзэр жэуаплыныгъэ ин зыпылъ а IэнатIэм илъэс 50 хъуауэ хьэлэлу пэрытщ. Лизэ и нэIэм щIэт ныбжьыщIэхэм ехъулIэныгъэфIхэр зыIэрагъэхьэ, а цIыкIухэр адрейхэм къахощ ябгъэдэлъ гъэсэныгъэ екIумкIи. КъБР-м и Парламентым, КъБР-м ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм, Шэджэм щIыпIэ администрацэм къабгъэдэкI щIыхь тхылъхэр, «Урысей Федерацэм егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьа-кIуэ» цIэ лъапIэр зыхуагъэфэща адыгэ бзылъхугъэ щыпкъэр ящыщщ зи лъэпкъым и къару емыблэжу хуэлажьэхэм, зи дуней тетыкIэри Iуэху зехьэкIэри куэдым я дежкIэ щапхъэ хъухэм. Зы щIэблэкъым Лизэ щIэныгъэ зритар, игъэсар, пэжыгъэм, захуагъэм, цIыхугъэм щIипIыкIар.
ЕгъэджакIуэм и махуэмкIэ ди гуапэу дохъуэхъу Щоджэн Лизэ. Узыншэу, и IэщIагъэм и хъер илъагъуу, и гъэсэнхэм зыIэрагъэхьэ ехъулIэныгъэхэм игури и псэри дыхэхъуэу, унагъуэ насыпрэ бын гуфIэгъуэрэ щымыщIэу куэдрэ Тхьэм игъэпсэу!
Пхуемыгъэджэн сабий щыIэкъым
Гъэ еджэгъуэщIэм школ бжэщхьэIум япэу ебэкъуа цIыкIухэм я гъусэу я цIэ къитIуэну яхуэфащэу къытщохъу зэманым и нэщэнэхэм имыгъэшынэу, егъэджакIуэ IэщIагъэр къыхэзыха дыгъуасэрей студентхэм. Апхуэдэхэм я щапхъэщ мы гъэм КъБКъУ-м биологиемкIэ и къудамэр къэзыухыу Бахъсэн дэт етIуанэ курыт еджапIэм лэжьэн щыщIэзыдза Бейтыгъуэн Ирадэ.
— Ирадэ, япэрауэ, дунейр щытыхукIэ зи пщIэр емыхуэхыну егъэджакIуэ IэщIагъэр къызэрыхэпхамкIэ дынохъуэхъу! Уэр-уэру ухуэкIуа абы, хьэмэрэ зэрымыщIэкIэ укъыщIэхута дерсхэр щрагъэкIуэкI классым?
— Сэ сызэрыцIыкIурэ сыщIэхъуэпсырт егъэджакIуэ IэщIагъэм, ауэ еджэн зэрызухыу срилэжьэну Iэмал сиIэну си пщIыхьэпIи къыхэхуэртэкъым. Сыт хуэдиз еджапIэ къызэхэскIухьа, лэжьапIэ сылъыхъуэу! «Илъэс бжыгъэ гуэр уримылэжьауэ укъытхуэщтэнукъым», — къызжаIэурэ сыкъыIуагъэкIыжащ. Абы къыхэкIыу, фIыщIэшхуэ хузощI щIалэщ жиIэу къызблэмыкIыу, къызэрызухагъащIэм щхьэкIэ къимыгъанэу, си зэфIэкI згъэунэхуну Iэмал къызэзыта, ди еджапIэм и унафэщI Нэгъуей Ахьмэд Мухьэб и къуэм. Лэжьыгъэр дзыхь къысхуищIри, фIыуэ слъагъу IэщIагъэм сыбгъэдигъэуващи, Тхьэр арэзы къыхухъу.
Я гугъу сымыщIын слъэкIыркъым сызыхэхуа егъэджакIуэ гупми. Псори зэрызэкъуэтым, фIыуэ зэрызэхущытым занщIэу гу лъыстащ. «ЗыгуэркIэ къохьэлъэкI хъумэ, къызбгъэдыхьэ, мис, си кабинетыр мыбдежырщ», — къызжезымыIа егъэджакIуэ щылажьэ хъункъым ди школым. Махуэм тIэу сыхуэзэмэ, тIэунейрэ апхуэдэу къызжезыIахэр яхэтщ. А псом къыхэкIкIэ, махуэ къэс нэхъ сфIэфIу сокIуэ лэжьапIэм.
ЕгъэджакIуэ IэщIагъэр къыщIыхэсхам сытепсэлъыхьмэ, зыщIыпIэ сыкъыщеджауэ щытащ цIыхур дунейм ехыжа нэужь, щIэныгъэу къигъанэр мыкIуэдыжын сэдэкъэ зэрыхуэхъум. Сэ иджыпсту зыгуэрым нэгъэсыпауэ хэсщIыкIыу схужыIэнукъым, ауэ апхуэдэ щIэныгъэ щхьэпэ гуэр къызэзнэкIын папщIэ, слъэкI къэзгъэнэнукъым.
— Иджырей егъэджакIуэхэм я лэжьыгъэр гугъу зыщI щхьэусыгъуэхэм ящыщщ сабийхэм телефон зэраIэщIэлъыр. Ебгъаджэр щIэныгъэм дебгъэхьэхын зэрыхуейм нэмыщI, я гулъытэр дакъикъэ къэс абы къридзэ цIуугъэнэхэм къаIэщIэпхын хуей мэхъу. Уэ сыт хуэдэ хэкIыпIэ къыхуэбгъуэтыр а Iуэхум?
— Ди унафэщIым гъэ еджэгъуэм ипэ дыщызэхуишэсам щыгъуэ къыджиIауэ щытащ телефоныр дерсым пэIэщIэ зыщIыф егъэджакIуэхэр фIыкIэ къызэрыхигъэщынур. Аращи, егъэджакIуэхэм е телефоныр школым кърагъэхьыркъым сабийхэм, е я класс унафэщIхэм пщэдджыжьым зэхуахьэсри, дерс нэужьым хуагуэшыж. Си щхьэкIэ, зэ е тIэу срихьэлIауэ аращ а унафэм ебэкъуа еджакIуэ.
— Псори апхуэдэу тыншрэ гъэщIэгъуэну екIуэкIынкIэ Iэмал иIэкъым. Гугъуехь гуэрхэм уIумыуэр пэж?
— Гугъу щыхъухэм деж, зы гупсысэ къыздоIэпыкъу: «Си адэ-анэм, зи жьауэ IэфIым сыщIэт си анэшхуэхэм, си унагъуэм апхуэдиз къарурэ мылъкурэ къыстрагъэкIуадэу сыщрагъэджакIэ, ахэр сымыгъэпэжу хъунукъым». ФIы дыдэу къызгуроIуэ щIэныгъэрэ IэщIагъэрэ зрагъэгъуэтыну абы щIэхъуэпс псоми Iэмал зэрамыIэр. Сэ Алыхьталэм а насыпыр къызитащ. Аращи, фIыкIэ къысщыгугъыу гугъу къыздехьахэр щIезгъэгъуэж хъунукъым.
Iуэхур тынш зыщIхэм языхэзщ дерсым и планыр махуэ къэс зэрыстхыр. Сымытхыу къысхуадэнукъым, дерсми сыщIагъэхьэнукъым. Аращи, сеша-семышам емылъытауэ, жэщыбг хъуауэ щытми, планыр сотх. Абы и фIыгъэкIэ жысIэр гукIэ сщIэуэ, стхам сыхуемыплъэкIыу, сабийхэм дерсыр щабгъэдэслъхьэм деж, нэхъыфIу къызодаIуэ. Сызытепсэлъыхьым фIыуэ хэсщIыкIыу икIи щIэщыгъуэу щажесIэжым деж, телефон зыIыгъхэми къыдахыркъым. Псалъэм папщIэ, терминхэмкIэ ебгъэлеймэ, сабийхэм «къыдгурыIуэркъым» къыбжаIэну укIытэнущ. ЖысIэну сызыхуейр зыщ: дерсыр нэхъ гъэщIэгъуэну ебгъэкIуэкIыху, сабийхэми я гулъытэр уэ къыптеухуащ. Щапхъэ къахуэпхьмэ, темэ нэхъ гугъури тыншу ябгъэдыболъхьэф.
— ДызэрыщыгъуазэмкIэ, уэ ебгъаджэ къудей мыхъуу, уи щIэныгъэми пыбощэ. Зы лъэныкъуэкIэ, узыхуеджа биологием, адреймкIэ — Психологиемрэ педагогикэмкIэ къудамэм ущоджэ. Сыт хуэдэ чэнджэщ ептынт адэ-анэхэм сабийхэм я Iуэху ефIэкIуэн папщIэ?
— Сэ сызэригугъэмкIэ, цIыхур псэухукIэ и IэщIагъэм хигъахъуэурэ кIуэн хуейщ. СфIэгъэщIэгъуэнщ цIыхухэм я хьэл-щэнхэр, аращ психологиемрэ педагогикэмрэ къыщIыхэсхар. Сабийхэм уазэрыбгъэдэтын, къызэрыдэпхьэхын Iэмал куэдым ухурагъасэ а тIуми.
Сабийм и гъэсэныгъэр къыщежьэр унагъуэрщ, аращ нэхъыбэу адэ-анэхэм ягу къэзгъэкIыжыну сызыхуейр. «Нэмыс зимыIэм насып иIэкъым», — жаIэ адыгэхэм. ЦIыкIухэм ялъагъур ящIэжу аращи, адэ-анэр щапхъэфI яхуэхъуфын хуейуэ аркъудейщ. Нэхъыжь-нэхъыщIэ ялъытэу, пщIэрэ нэмысрэ яхэлъу ахэр къыдрагъэкIуэтеймэ, адрей псори абы и ужь къиувэнущ.
— ШколакIуэ псори фIыуэ зэремы-джэр хэти ещIэ. ЩыIэщ еджэныр къехьэлъэкIми, хьэл-щэн дахэ зыдэп-лъагъу сабиифIхэр. Еджэным хуэмыжыджэрхэм дауэ уазэрыдэлажьэр?
— УщыегъэджакIуэкIэ, дэтхэнэ сабийми бгъэдыхьэкIэ къыхуумыгъуэту хъунукъым. ЩIэныгъэ зыбгъэдэмылъ, емыджэфкIэ зэджэхэми яхэзагъэр къыпхуэщIэнущ. Гурыхуэу щымыт еджакIуэри IэщIагъэ гуэрым, гува-щIэхами, хуэIэкIуэлъакIуэ хъунущ. Ущытхъуурэ, удэIэпыкъуурэ тебгъэгушхуэн хуейуэ аращ.
СызэригугъэмкIэ, пхуемыгъэджэн сабий щыIэкъым, гукъыдэж ептыф закъуэмэ. Апхуэдэ гукъыдэж адэ-анэми къыхалъхьэфынущ ныбжьыщIэхэм. «Мы дерсыр зэбгъащIэмэ, ин ухъуа нэужь, зыгуэр къыпхэкIынущ», — къыжраIэу, я къэкIуэнум теухуауэ сурэт дахэ гуэр и нэгум къыщIагъэувэу. Щытхъуу, нагъыщэфI къахьмэ, ахъшэ ирату, сэ сщIэрэ, Iэмалхэр мащIэкъым. Мыхьэнэшхуэ иIэщ адэ-анэм къыбжиIам. Пэжщ, ахэри лэжьапIэ Iутщи, йош, сабийм ищIэр къафIэмыIуэхужу, итIани, тIэкIу ядэлажьэмэ, езы цIыкIухэми «седжащэрэт» жаIэнущ.
Епсэлъар Чэрим Марианнэщ.
Насып Iыхьэ
«Сызыпэрыт IэнатIэр адрей IэщIагъэ псоми къахэщхьэхукIыу къысщохъу, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ сабиипсэ къабзэм дэлэжьэным, абы бгъэдэлъ дахагъ, къулеягъ псори, зэфIэкIхэр наIуэ къэщIыным, ар унэтIыным епха Iуэхугъуэхэр нэхъыбэу зэфIэзыгъэкIыфынур егъэджакIуэрауэ къызолъытэри. АтIэми, а къалэнхэр ирикъуу, нэсу зыгъэзэщIэфынури абы къыхуалъхуахэращ», — апхуэдэ гупсысэхэр и гъуазэу мэлажьэ Аргудан дэт курыт школ №1-м пэщIэдзэ классхэр щезыгъаджэ Тхьэкъуахъуэ (Тэгъулэн) Люсенэ.
Зи IэщIагъэр псэкIэ къыхэзыха, сыткIи абы ехъулIэ лэжьакIуэщ Люсенэ. КъБКъУ-м урысыбзэмрэ литературэмкIэ и факультетыр 2004 гъэм къэзыуха бзылъхугъэ цIыкIур школым щыува япэ махуэхэм къыщыщIэдзауэ хущIокъу щIэблэр пщIэрэ нэмысрэ яхэлъу, лъэпкъ хабзэм щыгъуазэу, щIэныгъэ куу ябгъэдэлъу къэгъэтэджыным. А къалэныр ныкъусаныгъэншэу гъэзэщIэным и къару псори ирехьэлIэ егъэджакIуэ гумызагъэм. Апхуэдэу щытащ урысыбзэр илъэс 14-кIэ щригъэджами, а хьэлыращ зытетыр, илъэсибл лъандэ-рэ пэщIэдзэ классхэм щолажьэри. НэгъуэщIуи щытыфынукъым Люсенэ. Ар зыпэрытыр фIыуэ илъагъу, зэрыцIыкIурэ зыщIэхъуэпса IэнатIэщ. А гуращэр зэрыз-ригъэхъулIэфар бзылъхугъэм насып Iыхьэу къелъытэ.
— Насыпыр Iыхьэ куэду зэхэлъщ, сэ къызэрыслъытэмкIэ. Зи лэжьыгъэр гукъыдэж зиIэу зыгъэзащIэ, IэщIагъэм хэзагъэ дэтхэнэри насыпыфIэщ. Уеблэмэ насыпыфIэр езым и закъуэкъым, атIэ лэжьыгъэ IуэхукIэ къегъэщIылIа псоми гукъыдэж, дэрэжэгъуэ яретыф а цIыхум, — жеIэ Люсенэ. — Сэ, къапщтэмэ, си нэгу къысхущIэгъэхьэххэркъым школ гъащIэм сыпэIэщIэу, си гъэсэнхэм сахэмыту. Сабийхэми си лэжьыгъэми яхузиIэ лъагъуныгъэр си гъащIэм и джэлэсхэм ящыщщ.
ЩIэныгъэм и дуней телъыджэр сабийхэм къахузэIухыныр егъэджакIуэ куэдым я лэжьыгъэм къыхуеджэныгъэу щаIэщ. Псом хуэдэжкъым а цIыкIухэр школым къэкIуагъащIэмэ, пэщIэдзэ классым щIэсмэ. ГъэсапIэм дыгъуасэ къыщIэкIа сабийхэр яжепIэ псори къащтэну хьэзырщ, дунейри яфIэхьэлэмэтщ. ЩIэщыгъуагъ лэжьыгъэм хилъхьэу и пщэрылъ къалэнхэр зэфIех Люсенэ, и гъэсэнхэр жыджэру Iуэхум къыхишэу, ахэр къэхутэныгъэ гъэщIэ-гъуэнхэм иришалIэу. ЕгъэджакIуэу зэрылажьэ илъэс 20-м щIигъум къриубыдэу зэи къэхъуакъым абы лэжьыгъэм гукъыдэж щыхуимыIа, зыхуигъэувыжа къалэнхэр щимыгъазэщIэу, и мурадхэм хунэмысу дерсым къыщыщIэкIыжа. ЕгъэджакIуэ, къызэгъэпэщакIуэ нэсым псом ящхьэу къилъытэр нобэрей зэманым къыщыхъу зэхъуэкIыныгъэхэм сыт и лъэныкъуэкIи хэзэгъэфын щIэблэ щэныфIэ къэгъэтэджынырщи, зэфIэкIыу иIэр абы дапщэщи ирехьэлIэ.
— Жэуаплыныгъэшхуэ зыпылъ лэжьыгъэу щытми, егъэджакIуэ IэщIагъэм удэзыхьэхыу хэлъыр нэхъыбэщ. ПэщIэдзэ классхэм я егъэджакIуэхэм я къалэныр сабийхэм тхэкIэрэ егъэджэкIэрэ егъэщIэнымкIэ зэфIэкIыркъым — цIыкIухэр хуэущиин хуейщ щIэныгъэ зрагъэгъуэтыным хуэпабгъэу щытыным, я дуней еплъыкIэр зэтегъэувэным, — жеIэ Тхьэкъуахъуэм. — Адыгэхэм диIэ псалъэжь Iущхэм ящыщщ «Лъабжьэр быдэмэ, щхьэкIэр лъэщщ». Егъэджэныгъэр зэрыщыту къапщтэмэ, ар зэрызэхэлъ Iыхьэхэм я нэхъыщхьэу къалъытэ абы и пэщIэдзэр. Школым щыкIуа япэ илъэсхэм сабийм еукъуэдий щIэныгъэм адэкIэ зэрыхуэкIуэну гъуэгур, егъэтIылъ еджэныгъэм, гъащIэм, дунейм и зэлъыкIэхэм ятеухуа и гупсысэхэм я лъабжьэр. Ар ныбжьыщIэм къызэрехъулIэм елъытащ адэкIэ иIэну текIуэныгъэхэм, здынэсыфыну лъагапIэхэм ящыщ куэд. Аращи, пэщIэдзэ классхэм щылажьэхэм я IэщIагъэм хуащI гулъытэм мыхьэнэшхуэ иIэщ дэтхэнэ сабийми и дежкIэ.
Бзэ IэфI зыIурылъ, узыIэпызышэ макъ щабэ зиIэ егъэджакIуэм апхуэдизкIэ къыдехьэх и нэIэм щIэт школакIуэхэри, анэ етIуанэу школым щаIа бзылъхугъэр ящыгъупщэркъым класс нэхъыжьхэм кIуа нэужьи. Езыри набдзэгубдзаплъэу якIэлъоплъ и гъэсэну щытахэм адэкIэ я Iуэху зэрыхъум. Люсенэ дэтхэнэ сабийми бзэ щхьэхуэ къыхуэзыгъуэтыф, бгъэдыхьэкIэ хэха хузиIэ егъэджакIуэ гъэщIэгъуэнщ. Иджыпсту Люсенэ ирегъаджэ 3-нэ классым щIэсхэр. Ар йогугъу и сабийхэм щIэныгъэм и лъабжьэ быдэр ягъэтIылъыным, еджэным гукъыдэж хуаIэрэ абы текIуэныгъэ цIыкIухэр къыщахьыфу гъэсэным. ЦIыкIухэм я къэухьым, дуней еплъыкIэм зезыгъэужь, ахэр пэжыгъэм, дахагъэм хуэзыущий егъэджакIуэм и дерсхэм щызэхэухуэнащ егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэр зэрызэпкърылъ унэтIыныгъэ куэд. Абы и гъэсэнхэр сыт щыгъуи жыджэру хэтщ школым, щIыналъэм щекIуэкI олимпиа-
дэхэм, зэпеуэхэм ехъулIэныгъэфIхэр зыIэрагъэхьэу. Люсенэ иригъаджэхэр иужьрейуэ зыхэта зэпеуэхэм ящыщщ «ЩIэныгъэм хуач япэ лъэбакъуэхэр», «Полицей дадэ Стёпэ», «Фысакъ, мафIэ!» республикэпсо, щIыналъэпсо зэхьэзэхуэхэр. Абыхэм сабийхэм къыщахьащ 1-нэ, 2-нэ увыпIэхэр. КъищынэмыщIауэ, сабийхэм я щIэныгъэм щыхагъахъуэ Uchi.ru Интернет плIанэпэм.
Апхуэдэу Тхьэкъуахъуэр гугъэзэгъауэ ядолажьэ адэ-анэхэми. Ахэр жыджэру гъэсэныгъэм къыхешэ. Ари мэхъу абы зыIэригъэхьэ ехъулIэныгъэфIхэм я лъабжьэ.
— ЕгъэджакIуэм и лэжьыгъэм нэхъыщхьэ дыдэу хэлъхэм ящыщщ сабиипсэр нэсу зыхэпщIэныр, абы и гурылъ-гуращэхэр къыбгурыIуэныр, и гупсысэхэр къэбгъэнаIуэу ахэр тэмэму унэтIыныр. Зи псэр къыпхузэIумыха школакIуэм ахэр бгъэдэплъхьэну тыншкъым, аращи, псом япэ сабийр псэкIэ уи гъунэгъу пщIын хуейщ. ИтIанэщ сабийм щIэныгъэ куу щептыфынури, гъэсэныгъэ екIу щыхэплъхьэфынури, — и лэжьыгъэм топсэлъыхь Люсенэ. — Ди школым и егъэджакIуэ псори дыхущIокъу а къалэныр екIуу зэрызэфIахыным, иджырей егъэджэныгъэм и мардэхэм хуэкIуэу лэжьыгъэхэр гъэзэщIа зэрыхъуным. IэнатIэм ехъулIэныгъэ гуэрхэр щызыIэрыдгъэхьэмэ, псом япэ ар зи фIыгъэр ди лэжьыгъэр тэрэзу къызэзыгъэпэщ ди школ унафэщI Хьэлышх Маритэщ. Зи IэнатIэр хьэлэлу, жэуаплыныгъэр зыхищIэу езыхьэкI а цIыху гумызагъэм къыддиIыгъщ лэжьыгъэр езыгъэфIакIуэ, школым и пщIэр зыIэт сыт хуэдэ жэрдэмри.
Аргудан дэт курыт школ 31-м и унафэщIхэми Тхьэкъуахъуэ Люсенэ хуэдэ лэжьакIуэ гумызагъэхэми дохъуэхъу ЕгъэджакIуэм и махуэмкIэ. Нобэ хуэдэу, фи IуэхущIафэ дахэхэм щытхъу, фIыщIэ куэд къапэкIуэу, фи пщIэмрэ нэмысымрэ жылагъуэм щыхэхъуэу Тхьэм фигъэпсэу, фигъэлажьэ. Сабийхэм ябгъэдэфлъхьэ щIэныгъэр, къывдалъагъу гуапагъэмрэ IэфIагъымрэ ящымыгъупщэу, фи лэжьыгъэм фыдэбжьыфIэу дунейм Тхьэм фытригъэт.
КЪАРДЭН Маритэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "100998.txt"
} |
Зи лъабжьэр ткIыбжь, зи хъерыр IэфI
ЦIыхур фIым хуэзыущий, абы и акъылым зиужьыным къару езыхьэлIэ дэтхэнэ лэжьакIуэми пщIэ лей хуэфащэщ. А къалэнхэр псом япэ зи пщэ къыдэхуэхэм ящыщщ школым щылажьэ егъэджакIуэхэр икIи а IэщIагъэм ущрилэжьэфынур ар гурэ псэкIэ къыхэпхамэщ.
Налшык къалэ дэт, Цагъуэ Нурий и цIэр зезыхьэ 31-нэ еджапIэм адыгэбзэмрэ литературэмкIэ илъэс 25-м нэблэгъауэ щезыгъаджэ Къудей Оксанэ курыт еджапIэр къыщиухам фIы дыдэу ищIэрт къыхихыну IэщIагъэр зыхуэдэр икIи зы махуэ хущIемыгъуэжауэ щытхъу пылъу и къалэныр ирехьэкI. Оксанэ и педагогикэ Iуэху еплъыкIэм хэлъ гупсысэ нэхъыщхьэр: «ШыIэныгъэр — ар зи лъабжьэр ткIыбжь, зи хъерыр IэфI жыгщ». Сабийм я пащхьэ щихьэкIэ, и дерсым щыщIидзэкIэ сытым дежи къигъэсэбэп гупсысэщ мыр. Егъэджэныгъэм къигъэув IэмалыщIэхэм щыгъуазэ, ахэр IэкIуэлъакIуэу къэзыгъэсэбэпыф егъэджакIуэ Iэзэм и зэфIэкIыр езыгъэлъагъужыр, и лэжьыгъэм и хъерыр къызэрилъытэр и гъэсэнхэм и предметымкIэ яIэ щIэныгъэрщ. Абы и лъэныкъуэкIэ гушхуэныгъэ къыхэзылъхьэ ехъулIэныгъэхэр иIэщ Оксанэ. Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, анэдэлъхубзэмкIэ екIуэкI хабзэ республикэпсо олим- пиадэхэм, зэпеуэхэм, нэгъуэщI зэхыхьэхэм школ №31-м и еджакIуэхэри жыджэру, текIуэныгъэхэр къыщахьу зэрыхэтыр. Абыхэм ящыщщ «Адыгэ тхыбзэ» щIыналъэ зэпеуэр, «Си бзэ — си псэ, си дуней» рес- публикэпсо фестивалыр, «Акъыл жан» джэгу-зэпеуэр, «Лъэпкъ зэхэщIыкIыр зи лъабжьэ ехъулIэны- гъэ» урысейпсо зэхьэзэхуэр, нэгъуэщIхэри.
Къэбэрдей-Балъкъэр педагогикэ колледжыр 1996 гъэм, КъБКъУ-м и филологие факультетым адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и къудамэр 2005 гъэм къиухауэ, абы лъандэрэ иролажьэ Оксанэ и псэр зыхэлъ IэщIагъэм.
ЕгъэджакIуэ пажэм и IэщIагъэм, и лэжьыгъэм хуэунэтIа гупсысэхэмкIэ и гуапэу къыддогуашэ:
— ЩIэблэм гъэсэныгъэрэ щIэныгъэрэ егъэгъуэтыным хуэунэтIащ си лэжьыгъэ псори. Гулъытэ хэха хуэсщIу садолажьэ адыгэбзэмрэ литературэмрэ дихьэх еджакIуэ цIыкIухэм. СрогуфIэ апхуэдэ сабий куэд дызэриIэм. Абыхэм яхэтщ адыгэбзэр зи псэм хэлъхэр, езыр-езыру адыгэ литературэ еджэхэр, программэм хэмыт усэхэр гукIэ зэзыгъащIэхэр. Апхуэдэ ныбжьыщIэхэм уащыхэткIэ гур хохъуэ икIи уи фIэщ мэхъу бзэм къэкIуэну зэриIэр. Дэтхэнэ лъэпкъми и анэдэлъхубзэр зыхуэбгъадэ хъун щымыIэ фIыгъуэшхуэщ. Бзэр — псэр зыгъэнэху, гур зыгъэхуабэ лъапIэныгъэщ. КъызэрысщыхъумкIэ, дэтхэнэ цIыхуми гъащIэм гъуэгугъэлъагъуэ щыхуэхъур, абы увыпIэ хэха щигъуэтынымкIэ быдапIэу иIэр Iурылъ и анэбзэращ. Апхуэдэу щыщыткIэ, гъащIэм нэхугъэ къыхэзылъхьэ а хъугъуэфIы-
гъуэм, нартхэм пхъэдзакIэмафIэр зэрахъумам хуэдэу, дыхуэсакъын, пщIэ хуэтщIын, зедгъэужьын, и къабзагъымрэ дахагъымрэ дыкIэлъыплъын хуейщ.
Псом хуэмыдэу бзэр хъумэныр, ар зыIурылъ щIэблэ къытщIэувэныр куэдкIэ ди пщэ къыдохуэ анэдэлъхубзэр школхэм щезыгъэджхэм. Си щхьэкIэ сэ срогушхуэ си IэщIагъэм икIи адыгэбзэмрэ лъэпкъ литературэмрэ щIэблэм езгъэджыну, збгъэдэлъ щIэныгъэмкIэ ныбжьыщIэхэм садэгуэшэну Iэмал зэрызиIэм хуабжьу сыщогуфIыкI. ЕгъэджакIуэр езыр, къапщтэмэ, ухуакIуэщ. Унэ зыщIым ар чырбыш зырызурэ набдзэгубдзаплъэу зэтрилъхьэмэ, егъэджакIуэми сабиипсэ къабзэр хуэмурэ, сакъыурэ еунэтI, ар къызэIуех, фIым, дахэм къыхуриджэу, цIыху нэсым лъапIэныгъэу къилъытэн хуейхэм, къызыхэкIа лъэпкъым и хабзэм щIипIыкIыу. А лэжьыгъэр хуабжьу гугъущ икIи жэуаплыныгъэшхуэ зыпылъщ, атIэми, сыт хуэдэ гухэхъуэгъуэ бгъуэтрэ уи гъэсэным цIыху нэс къищIыкIауэ щыплъагъум деж.
Сыщылажьэ школри ящыщщ егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IуэхуфIхэмкIэ щапхъэу ягъэлъагъуэ IуэхущIапIэхэм. Ди школым и лэжьакIуэхэм сыт хуэдэ IуэхугъуэфI къетхьэжьэми, ар жыджэру къыддаIыгъ ди унафэщI щыпкъэ, лэжьыгъэм и къызэгъэпэщакIуэ IэкIуэлъакIуэ Егъуэж Анзор, абы и къуэдзэхэм. Апхуэдэу зэгъусэу зы мурадым дыхуэлажьэмэ, ди зэфIэкIхэмкIэ дызэдэгуашэрэ Iуэху зехьэкIэфIхэр егъэджэныгъэм къыщыдгъэсэбэпмэ, ди анэдэлъхубзэри, ди лъэпкъ хабзэхэри, щэнхабзэри нэхъыфIу хъума, егъэфIэкIуа зэрыхъунум шэч хэлъкъым.
КъызэрыслъытэмкIэ, егъэджакIуэр — ар IэщIагъэ къудейкъым, ар къыбдалъхуауэ, уи лъым хэту щытын хуей IэщIагъэщ. Нобэ сыщогуфIыкI, срогушхуэ мы IэщIагъэ мытыншым гурэ псэкIэ бгъэдэтыф ди егъэджакIуэхэм, щIэблэщIэ къэкIуэнум ди ущиякIуэ пажэхэм. Узыншагъэрэ шыIэныгъэрэ яIэу илъэс куэдкIэ я лэжьыгъэм пэрытыну сахуохъуа- хъуэ!
ЕгъэджакІуэ ІэкІуэлъакІуэм и Іуэху зехьэкІэр куэдым ягу ирохь, и ехъулIэныгъэхэм и лэжьэгъухэр ирогушхуэ. Цагъуэ Нурий и цIэр зезыхьэ 31-нэ еджапIэм адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и егъэджакIуэхэм я методикэ зэгухьэныгъэм 2009 гъэ лъандэрэ и унафэщIщ Къудей Оксанэ. Апхуэдэу республикэм адыгэбзэмкIэ щекIуэкI олимпиадэхэм, зэпеуэхэм я къэпщытакIуэ гупым хэтщ. Къудейм и лэжьэкIэфIым къыпэкIуэ гулъытэрэ пщIэрэ щегъуэт зыпэрыт IэнатIэм. Апхуэдэу, мызэ-мытIэу къыхуагъэфэщащ къалэ администрацэм егъэджэныгъэмкIэ и департаментым и щIыхь тхылъхэр, КъБКъУ-м жыджэру зэрыдэлажьэм папщIэ фIыщIэ тхылъ, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм къыбгъэдэкI щIыхь тхылъыр, нэгъуэщIхэри.
Езы Оксани зэрыжиIэщи, егъэджакIуэ-гъэсакIуэм дежкIэ псом нэхърэ нэхъыщхьэр дэтхэнэ зы сабийми и гум лъагъуэ къыхуэгъуэтыфынырщ. А къалэныр куэду фIыуэ къохъулIэ Оксанэ. Абы и щыхьэтщ фIыуэ ялъагъу егъэджакIуэм хуэгъэзауэ абы и гъэсэн цIыкIухэм, абыхэм я адэ-анэхэм къабгъэдэкI псалъэ гуапэхэр. Оксани щогуфIыкI и гъэсэнхэм я ехъулIэныгъэхэм. Дэтхэнэми и текIуэныгъэм егъэджакIуэм, гъэсакIуэм и лъэр нэхъри щIегъэкI.
ЩIэблэм анэдэлъхубзэр егъэджыным, хэкупсэу гъэсэным псэ хьэлэлу пэрыт егъэджакIуэм дяпэкIи ехъулIэныгъэщIэхэр иIэну ди гуа-пэщ.
ЩОДЖЭН Iэминат.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "101004.txt"
} |
Дахуэсакъын зэрыхуейр нэрылъагъущ
Псэущхьэхэр хъумэным и дунейпсо махуэр, жэпуэгъуэм и 4-р, абы ещхь адрейхэми хуэдэу, дыкъэзыухъуреихь дунейм и хъугъуэфIыгъуэу диIэм, зэхэгъэж дымыщIрэ хэдмыгъэщIу, дахуэсакъын зэрыхуейм хуэгъэзащ.
Хэти щыгъуазэщ ди планетэм псэущхьэу тетым я лIэужьыгъуэ зыбжанэ зы илъэс къэмынэу зэрытекIуэдыкIым. Абдежым къыщыувыIатэмэ ди насыпти хужытIэну, дызымыгъэгуфIэ а Iуэхугъуэр адэкIэ нэхъри щIэгъэхуэбжьауэ зэрекIуэкIынури нэрылъагъущ. КъызыхэкIри гурыIуэгъуэщ: щIыуэпсым и хъугъуэфIыгъуэхэр щысхьыншэу къызэрыдгъэсэбэпырщ, мэзхэмрэ псыцIэхэмрэ я бжыгъэм, къэгъазэ лъэпкъ ямыIэу, зэрыхэдгъэщIырщ.
Ди республикэм щIышхуэ имыубыдми, псэущхьэ лIэужьыгъуэу щыпсэухэр куэд мэхъу. Псалъэм папщIэ, шэрыпIхэр (зи шырхэр, зи щIэжьейхэр быдзышэкIэ зыпIхэр) лъэпкъыгъуэу 70-м щIегъу, къуалэбзухэр 300-м ноблагъэ, уащрохьэлIэ хьэпщхупщу 17-м, щIыми псыми щыпсэууэ 7-м, бдзэжьей зэхуэмыдэу 33-м. Мыдрейуэ, ди щIыналъэм гъудэ-бадзэу, хьэмбылу лъэпкъыгъуэу, хьэпIацIэ-хьэмлашкIуэрэ тхыцIэ зимыIэу, псори зэхэту, лIэужьыгъуэ мини 10-м щIигъу къыщыпхуэбжынущ. Абыхэм яхэтщ Кавказым фIэкIа нэгъуэщI щIыпIэхэм узыщримыхьэлIэнухэри. Ар и щыхьэтщ, ди республикэм и щIыуэпсыр адрей щIыналъэхэм яйхэм нэщэнэ гуэрхэмкIэ къазэрыщхьэщыкIым.
АдэкIэ къедбжэкIынщи, Къэбэрдей-Балъкъэрыр зи хэщIапIэ псэущхьэ нэхъ ин дыдэхэм ящыщщ мыщэр, Европэм нэхъ дызыщрихьэлIэ щыхьыр, Азие Гупэм къикIыу ди деж зи лъэр къэзыхуса щомыщыр, къырыщхьэ дзакIэхэм ящхьэщысырей бгъэ пщэхужьыр. Мыдрейуэ, шэрыпIхэм ящыщу нэхъ цIыкIужьей дыдэу къалъытэ щIыIубми ди республикэм щыхамэу зыкъыщилъытэжыркъым.
ЩIыгум и зэхэлъыкIэм зихъуэжурэ къекIуэкIами, ди мэзхэмрэ бгылъэ щIыпIэхэмрэ иджыри къыздэсым дащрихьэлIэнущ щыхь лIэужьыгъуэхэу бжэным, бланэм, бжьом, джэду лъэпкъыгъуэхэм хабжэ елэным, щомыщым, дзыдзэ лIэужьыгъуэхэм ящыщу мывалъэрызекIуэмрэ мэзхэр зи щIасэмрэ, кхъуэ пIащэм, къинэмыщIхэми. Бгыщхьэхэм ноби куэду уащыхуозэ къурш бжэнхэм. Псыхъуэ тIуащIэхэм аргуэру къыдэунэхужащ Кавказым фIэкIа нэгъуэщI щIыналъэхэм щымыпсэу псы бланэр.
Ди щIыпIэр ижькIэрэ зи хэщIапIэ псэущхьэхэм, иужьрей илъэс пщIы бжыгъэм къриубыдэу, ди гуапэ зэрыхъунщи, лъэныкъуэкIэ къикIахэри къахыхьащ. Абыхэм яхэтщ езыр-езыру къэIэпхъуахэри, цIыхухэм къыздашахэри. Апхуэдэ щIыкIэм тету ди щIыналъэм къыщыунэхуахэм ящыщщ ондатрэр, Америкэр зи хэку норкэр, Европэр зи хэгъэрей кIэпхъыр, нэгъуэщIхэри.
ХьэщIапIэ къытхуэкIуэхэм къызэралъытэмкIэ, республикэм и щIыуэпсыр хуабжьу зыгъэдахэ псэущхьэщ ди щIыналъэр зыгъэбжьыфIэ къурш бжэнхэр, Азие Гупэр зи къежьапIэ щомыщыр, псы цIыкIу ежэххэм хэс бдзэжьей къуэлэныр, нэгъуэщIхэри.
КЪУМАХУЭ Аслъэн.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "101008.txt"
} |
Къущхьэ Каринэ и ехъулIэныгъэ лъагэ
Хабзэ хъуауэ, ди къэралым гъэ къэс щокIуэкI «Илъэсым и егъэджакIуэ» къэралпсо зэпеуэр. А Iуэхугъуэр къызыхуэтыншэу йокIуэкI, УФ-м и Президентым, УФ-м ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерствэм, ЕгъэджакIуэхэм я къэралпсо профсюз зэгухьэныгъэм, «Учительская газета»-м и редакцэм я нэIэм щIэту. Iуэхугъуэм и фIыгъэкIэ егъэджакIуэм и пщIэр жылагъуэм нэхъри къыщыIэта мэхъу, школым и лэжьакIуэ нэхъыфIхэм ябгъэдэлъ зэфIэкIхэм щыгъуазэ куэд хуохъу, егъэджакIуэхэр зэдогуашэ я Iуэху зехьэкIэ пэрытхэмкIэ. Ди гуапэ зэрыхъущи, ди щIыналъэм щылажьэ курыт школхэм я егъэджакIуэхэри ехъулIэныгъэ яIэу хэтщ а къэралпсо зэпеуэм.
Тэн Iус Ростов къалэм иджыблагъэ щызэхэтащ «Илъэсым и егъэджакIуэ-2021» къэралпсо зэпеуэм и федеральнэ Iыхьэр. Абы хэтащ щIыналъэпсо зэпеуэхэм щытекIуахэр. Абы ехъулIэныгъэ иIэу хэтащ «Илъэсым и егъэджакIуэ нэхъыфI-2021» урысейпсо зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэм щытекIуа, Май къалэм дэт курыт школ №5-м инджылызыбзэр щезыгъэдж Къущхьэ Каринэ. Егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм илъэси 5 лъандэрэ пэрыт адыгэ пщащэ цIыкIур яхэхуащ я Iуэху зехьэкIэкIэ ди къэралым нэхъыфIу къыщалъыта егъэджакIуэ 15-м.
А ехъулIэныгъэ лъагэр езыр-езыру къэкIуакъым. Абы и щIыбагъ къыдэлъщ Къущхьэм зыпэрыт IэнатIэмкIэ зыхищIэ жэуаплыныгъэр, иригъаджэ сабийхэм яхуиIэ лъагъуныгъэ къабзэр, езыми зэрыжиIауэ, егъэджакIуэ нэс хъуну зэрыщIэхъуэпсыр. И анэдэлъхубзэм къыдэкIуэу иджыри бзиплI: урысыбзэр, инджылызыбзэр, итальяныбзэр, испаныбзэр — зыIурылъ Каринэ бзэ щIэныгъэхэм я магистрщ, зи зэфIэкIми щIэныгъэми махуэ къэс хэзыгъахъуэ егъэджакIуэщ. Къыхэдгъэщынщи, мыгъэрей къэралпсо зэпеуэм пашэ щыхъуахэм яхэт Къущхьэм иджы Iэмал иIэщ Москва дэт къэрал лингвистикэ университетым и щIэныгъэм щыхигъэхъуэну.
— Мыпхуэдэ зэпеуэхэр хуабжьу сэбэпщ пхузэфIэкIым уеплъыжыну, адрейхэми ябгъэдэлъ Iэзагъхэм уакIэлъыплъыну, — жеIэ Къущхьэ Каринэ. — Къыхэзгъэщыну сыхуейт, абы куэдым гу лъыдегъатэ, дыхуеущий. Ди нэгу щIэкIа Iуэху зехьэкIэ пэрытхэм ящыщу, къапщтэмэ, сэ лэжьыгъэм зыкъом дяпэкIэ къыщызгъэсэбэпынущ. Мыхьэнэшхуэ зиIэр дерс зэIухахэм я закъуэкъым, атIэ классщIыб лэжьыгъэм и къызэгъэпэщыкIэ мардэхэми хьэлэмэт хэлъщ. А унэтIыныгъэмкIи къулейуэ щытащ егъэджакIуэ пашэхэм я мыгъэрей зэхьэзэхуэр. ФIыщIэ ин яхузощI апхуэдэ зэпеуэ купщIафIэ къызэзыгъэпэщахэми.
«Илъэсым и егъэджакIуэ-2021» къэралпсо зэпеуэм щытекIуахэр Москва дэт Къэрал Кремль уардэунэм жэпуэгъуэм и 10-м щагъэлъэпIэнущ.
ЖЫЛАСЭ Маритэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "101010.txt"
} |
ЛIыхъужьу зэуахэм я фэеплъщ
Къэхъун къуажэм дэт курыт школ №1-м ФокIадэм и 25-м щекIуэкIащ волейболымкIэ щIалэгъуалэ гупхэм зэIэпах кубокыр къэхьынымкIэ зэпеуэр. Ар траухуат Аруан районым щыщу Афганистаным щыхэкIуэда зауэлIхэм я фэеплъым.
Зэхьэзэхуэр къызэригъэпэщат «Афганистан зауэм, дзэ зэпэщIэтыныгъэхэм я ветеранхэм я зэгухьэныгъэ» Къэбэрдей-Балъкъэр IуэхущIапIэм, Аруан районым и щIыпIэ администрацэмрэ «ВоИн» зэгухьэныгъэм и щIыналъэ къудамэмрэ и дэIэпыкъуэгъуу.
Зэпеуэм щызэхьэзэхуащ Аруан, Лэскэн районхэм я гупхэр. Япэ увыпIэр къэзыхьахэр ягъэпэжащ, цIыхуийм медалхэмрэ щIыхь тхылъхэмрэ хуагъэфэщащ. Пашэ хъуа гупым иратащ зэIэпах кубокыр.
Зэхьэзэхуэм зыкърагъэхьэлIат Аруан районым, Къэхъун къуажэм я щIыпIэ администрацэхэм я лIыкIуэхэм, Афганистан зауэм и ветеранхэм.
Къызэхуэсахэм фIэхъус ярихащ Аруан районым и щIыпIэ администрацэм физическэ щэнхабзэмрэ спортымкIэ и къудамэм и унафэщI КIурашын Владимир.
КъБР-м и Парламентым и депутат, КъБР-м «СВАЛВВК» и зэгухьэныгъэм и правленэм и унафэщI Тхьэгъэлэдж Тимур афган зауэр зэрекIуэкIамрэ хэкIуэдахэмрэ тепсэлъыхьа нэужь, лIыгъэ зезыхьахэм дакъикъэкIэ хуэщыгъуащ къызэхуэсахэр.
Зэхьэзэхуэм хэтахэм фIыщIэ хуащIащ Къэхъун къуажэм и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэ Къандэхъу Леонид, зэхьэзэхуэхэм я судья нэхъыщхьэ Гулэжын Беслъэн, Афганистаным щыхэкIуэда НэгъэцIу Хьэсэнбий и лъэпкъым щыщ нэхъыжьым, нэгъуэщIхэми.
Япэ увыпIэмрэ зэIэпах кубокымрэ а махуэм къэзыхьар Къэхъун къуажэм и гупырщ. ЕтIуанэ, ещанэ увыпIэхэр ялъысащ Ташлы-Таларэ Шэрэдж Ищхъэрэрэ къикIахэм.
БАГЪЭТЫР Луизэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "101013.txt"
} |
ЕгъэджакIуэм и пщIэр яIэт
ЕгъэджакIуэхэм я дунейпсо махуэм хиубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым гуфIэгъуэ зэIущIэхэр щекIуэкIынущ. «ЕгъэджакIуэ тхьэмахуэкIэ» зэджа урысейпсо Iуэхум ипкъ иткIэ, жэпуэгъуэм и 4-м щегъэжьауэ и 10 пщIондэ ди къэралым «Iэнэ хъу- рейхэр» щызэхашэнущ, зэхьэзэхуэхэмрэ зэпеуэхэмрэ щыIэнущ. Дунейм къыщекIуэкI санитар мардэхэр къызэпамыудын щхьэкIэ, зэIущIэ екIуэкIынухэм хэтыну цIыхухэр ямыгъэмащIэу махуэ бжыгъэкIэ яшэщIащ. А тхьэмахуэм и кIуэцIкIэ интернетым «#фIыуэслъагъуегъэджакIуэ» зыфIаща флешмобхэр къралъхьэнущ, нэхъ гукъинэж ящыхъуа дерсхэм я видеотеплъэгъуэхэмрэ сурэтхэмрэ кърагъэувэнущ, уней напэкIуэцIхэр хъуэхъубзэкIэ ягъэнщIынущ.
Налшык къалэ дэт, Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я зэфIэкIым щыхагъахъуэ уардэунэм мы махуэхэм щагъэлъэпIэнущ Къэбэрдей-Балъкъэрым и егъэджакIуэхэр, гъэсакIуэхэр, егъэджэныгъэ IэнатIэм илъэс куэдкIэ пэрытахэр. Апхуэдэу, гуфIэгъуэ пшыхьхэр щызэхэтынущ КъБР-м и щIыналъэ псоми.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, я лэжьыгъэм егъэджакIуэхэр нэхъри тегъэгушхуэн, ехъулIэныгъэфIхэр зыIэрызыгъэхьахэр къыхэгъэщын гуращэкIэ, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек «ЕджакIуэхэм я урысейпсо олимпиадэхэм къыхэжаныкIахэм, щIыналъэ олимпиадэхэм щытекIуахэм, анэдэлъхубзэхэмрэ лъэпкъ литературэхэмкIэ екIуэкI хэгъэгу зэхьэзэхуэхэм КъБР-м и Iэтащхьэм саугъэтхэр зэрыхуагъэфэщэну щIыкIэм теухуауэ» унафэм Iэ щIидзат. А унафэм ипкъ иткIэ, КъБР-м и Iэтащхьэм и саугъэтыр егъэджакIуи 5-м иратащ. Абы къищынэмыщIауэ, егъэджэныгъэ IэнатIэм гуащIафIэу зэрыпэрытымрэ гъэсэныгъэ лэжьыгъэм хуащI хэлъхьэныгъэмрэ папщIэ КъБР-м и Iэтащхьэм и унафэкIэ цIыхуитхум «ЕгъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр хуагъэфэщащ.
Псори зэгъусэу къапщтэмэ, мы гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и егъэджакIуэ 250-м УФ-м, КъБР-м, къэрал къулыкъущIапIэхэм, щIыпIэхэм унафэр щызезыхьэ IуэхущIапIэхэм я фIыщIэ тхылъхэмкIэ я цIэ къраIуэнущ. Апхуэдэу, ди щIыналъэм щыщу «УФ-м гъэсэныгъэмрэ егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр цIыхуи 110-м, УФ-м и къэрал къулыкъущIапIэхэм я щIыхь тхылъыр цIыху 36-м иратынущ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и Парламентымрэ Правительствэмрэ я щIыхь тхылъыр егъэджакIуэ 18-м хуагъэфэщэнущ. КъБР-м ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм и щIыхь тхылъкIэ егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм пэрыт цIыху 82-м я цIэ къраIуэнущ.
«Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэкIуэныр зи Iэ илъыр егъэджакIуэхэращ, — щыжеIэ и хъуэхъу псалъэм КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. — Ахэр ди щIалэгъуалэм я гъуэгугъэлъагъуэщ, абыхэм я шыIагъэрщ, щIэныгъэрщ, Iущыгъэрщ ди сабийхэм я зэхэщIыкIыр зыIэтыр, гъэсэныгъэрэ зэфIэкIыу ябгъэдэлъыр хэзыгъахъуэр. ЕгъэджакIуэхэм щIэныгъэм и IункIыбзэр зыраIэщIэлъыр, дуней хъугъуэфIыгъуэкIэ зэпымычу къызэрыддэгуашэр арагъэнущ, шэч хэмылъу, а IэщIагъэм пщIэ сыт щыгъуи щIиIэр, ар зэи къыщIемылъэхъшэхыр. Гурэ псэкIэ сынывохъуэхъу фызыпэрыт IэнатIэ мытыншым хувиIэ бэшэчагъым щымыщIэу, абы хэфлъхьэ къарум хуэфэщэн пщIэ игъуэту, щызыIэрывгъэхьэ ехъулIэныгъэхэм хэхъуэу фыпсэуну, фефIэкIуэну».
ШУРДЫМ Динэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "101016.txt"
} |
АдэкIи зэпеуэ инхэр къыпоплъэ
Норвегием щекIуэкI бэнэкIэ хуитымкIэ дунейпсо чемпионатым Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам домбеякъ медаль къыхуихьащ ди лъэпкъэгъу Бижо Тимур.
Словакием и цIэкIэ банэ Салказанов Таймураз финалым и Iыхьэ плIанэм щыхуэзат ди щIалэр. Абыхэм я зэпэщIэтыныгъэр 2:2-уэ иухащ. АрщхьэкIэ бэнэкIэ спортым щагъэува хабзэхэм ипкъ иткIэ иужьу балл къэзыхьар текIуауэ къалъытащ. Ар Салказановрат.
КъыхэзыгъэщIа и хьэрхуэрэгъур финалым зэрыкIуам къыхэкIыу Бижор адэкIэ домбеягъ медалым щIэбэныну Iэмал игъуэтащ. КъыкIэлъыкIуэ зэIущIитIым къыщыпэувахэм щатекIуэри, Тимур ещанэ увыпIэр щызыIэригъэхьащ килограмм 74-м нэблагъэ зи хьэлъагъхэм я гупым.
Дунейпсо чемпионатым кърикIуахэмкIэ ар дэгуэшащ wrestrus.ru интернет напэкIуэцIым и корреспондент Аванян Тигран.
— Домбеякъым щхьэкIэ езгъэкIуэкIа зэIущIэм дыгъуасэрей щыуагъэм къыщытезгъазэри иужьрей секундхэм текIуэныгъэр зыIэщIэзгъэкIамэ, си гур къэувыIэнт! — жеIэ Тимур. — Тхьэшхуэм и фIыщIэкIэ, къытригъэзакъым.
— IэнэщIу унэм узэрымыкIуэжым аразы укъищIрэ?
— Хьэуэ. Япэ увыпIэм щхьэкIэт сэ мыбы сыкъыщIэкIуар, иджыри къыздэсым къызгурыIуэркъым зэIущIэм и кIэухым къэхъуар. ГурыщIэхэр сабырыжмэ, мы медалми сыщыгуфIыкIыжынущ, ауэ…
— Медалым ехьэлIа зэIущIэр къыкIэлъыкIуэ махуэрщ щызэхэтар. СыткIэ зытебгъэуа, дауэ зэхьэзэхуэм зыхуэбгъэхьэзыра?
— Куэдрэ сыпIейтеякъым — си жагъуэ къэзыщIар финалым нэса нэужь, сэри медалым зытезухуащ. Медалыншэу сыкIуэжамэ, ар бгъэгъу хъунутэкъым. Домбеякъым щхьэкIэ езгъэкIуэкIа зэIущIэр икъукIэ хьэлэт, ауэ тыншу си хьэрхуэрэгъур къэзубыдри, сызыхуэныкъуа баллыр къэсхьащ. Абы игъэнэIуащ зэпэщIэтыныгъэм кърикIуэнури.
— Ослэ гувауэ укъызэрыкIуар зыгуэркIэ зэран пхуэхъуа?
— Хьэуэ, щытыкIэ тэмэмым ситт, зы жэщ дымыжеями — Амстердам и аэропортыр щIыIэт икIи тынштэкъым. Ди хьэпшыпхэр ягъэкIуэдри, сыщыбэнэну пщыхьэщхьэм къысIэрыхьэжауэ аращ. Зыгъэсэныгъэхэр тренерым и щыгъынымкIэ езгъэкIуэкIащ. Ауэ а псори щхьэусыгъуэкъым.
— Дунейпсо чемпионатым зыкъыщыбгъэлъэгъуэну Iэмал къыпхукъуэкIащ. Гугъут къэралым и гуп нэхъыщхьэм ухэхуэну?
— Уи хьэлъагъым апхуэдиз чемпион щыхэтым и деж, языныкъуэхэр зыбжанэрэ щытекIуауэ, псэемыблэжу зыкъызэкъуэпхын хуейщ. НэхъыфIхэм зыбжанэрэ сеныкъуэкъуат, абы къыхэкIыу, финалым сыщыбэнэн икIи сыщытекIуэн хуейт.
— Иджы уи Iуэхухэр нэхъ тынш хъуну?
— КъызэрысщыхъумкIэ, хъунущ. Сэ япэу дунейпсо чемпионатым сыщыIэу аращ. Пэжщ, Европэм сыщыбэнащ — псори къапщтэмэ, ар дыдэрщ, ауэ хьэрхуэрэгъухэр нэхъыбэт. Шэч хэмылъу, ди командэм и дежкIэ си зыкъэгъэлъэгъуэныгъэр — къыхагъэщIа пэлъытэщ. Ауэ апхуэдэу иухат, согугъэ, иджырей щIэщхъум нэхъ къэру сищIыну. Унэм сыкIуэжынщ, тIэкIу зызгъэпсэхунщи — адэкIэ «сывэнщ». СыкъыщыхагъэщIа зэIущIэр иджыри куэдрэ сигу ихужынукъым…
— Норвегием теухуауэ сыт жыпIэнур?
— Сыщогугъ дунейм и щытыкIэм тIэкIу зыдигъэплъыхьыну Iэмал къыдитыну, зэкIэ махуэ къэс уэшх къошх. Ослэ климатыр сигу щрохь, щIыуэпсыр — зэрыщытыпхъэщ. Къэрал гъэщIэгъуэнщ. СызэригугъэмкIэ, мыбы ущыпсэуну фIыщ — ауэ сытми Норвегием гъащIэм и фIагъымкIэ нэхъыфIхэм ящыщу къабжыркъым.
Жыласэ Замир.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "101019.txt"
} |
Республикэм и тхыдэ напэкIуэцIхэр
Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ лъэпкъ къэрал библиотекэм жэпуэгъуэм и 1-м щекIуэкIащ «Кабардино-Балкария: от прошлого и настоящего — к будущему» сурэт-тхылъ гъэлъэгъуэныгъэ иныр. Ар къызэрагъэпэщащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэрырикъум и щIыхькIэ.
Зэхыхьэр къызэIуихащ икIи къэпсэлъащ библиотекэм и унафэщI, профессор Емуз Анатолэ. Ар тепсэлъыхьащ илъэси 100-кIэ узэIэбэкIыжмэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу лъэпкъхэм къэралыгъуэ яIэ зэрыхъуам, абы щыщIэдзауэ республикэм къикIуа тхыдэ гъуэгуанэм.
— Тхыдэм уриплъэжмэ, нэрылъагъущ а илъэсхэм щIыналъэм ис лъэпкъхэм экономикэ, социальнэ, щэнхабзэ, щIэныгъэ, нэгъуэщI унэтIыныгъэхэм зэрызрагъэужьар, республикэм и ехъулIэныгъэхэм плIэнейрэ къэрал дамыгъэ лъапIэхэр къызэрыхуагъэфэщар.
А лъэхъэнэрщ, Къэбэрдей-Балъкъэрым къыдэкIуэу, Урысей псор зэрыгушхуэ ди лъэпкъ усакIуэ, тхакIуэ ПащIэ Бэчмырзэ, Мечиев Кязим, ЩоджэнцIыкIу Алий, Кулиев Къайсын, КIыщокъуэ Алим, дуней псом къыщацIыху музыкант Темыркъан Юрий, щIэныгъэлIхэу Къумахуэ Мурэдинрэ Залиханов Михаилрэ цIэрыIуэ щыхъуар.
Республикэм и зыужьыныгъэм епха дэтхэнэ лъэбакъуэри, и ехъулIэныгъэхэмрэ текIуэныгъэхэмрэ, гъэунэхупIэхэмрэ гузэвэгъуэхэмрэ зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым. Апхуэдэу зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым зи лэжьыгъэфIкIэ, IущыгъэкIэ, къарукIэ республикэм и къалэхэмрэ къуажэхэмрэ зыухуахэм я зэфIэкIыр, ди нэхъыжьхэм къытхуагъэна щэнхабзэр, хабзэр, — жиIащ Емузым.
Абы и псалъэм къыхигъэщащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыху 35-м «Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь» щIыхьыцIэр къызэрыхуагъэфэщар.
Зауэ зэманым зэрахьа лIыгъэм къыпэкIуэу «Совет Союзым и ЛIыхъужь» цIэ лъапIэр хуагъэфэщащ зауэлI 33-м.
Налшык къалэм Хэку зауэшхуэ орденым и япэ нагъыщэр тыгъэ къыхуащIащ икIи «ЗауэлI щIыхьым и къалэ» щIыхьыцIэр къыхуагъэфэщащ.
Нобэ республикэм зэманым и гугъуехьхэр къызэринэкIыурэ зыужьыныгъэм и гъуэгум хуокIуэ.
— Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр къызэрыунэхурэ илъэс пщIы бжыгъэхэр къызэзынэкIа ди лъэпкъхэм зыужьыныгъэм и гъуэгуанэ дахэ къакIуащ. IуэрыIуатэр зи лъабжьэу къежьа щэнхабзэр дуней псом къыщалъыта профессиональнэ гъуазджэ лъагапIэм нэсащ, цIыхубэм щIэныгъэ зэрызрагъэгъуэтар республикэм и ехъулIэныгъэхэм лъабжьэ быдэ яхуэхъуащ, — жиIащ Емуз Анатолэ.
Выставкэм хагъэхьа тхылъ, журнал, газет, сурэт, нэгъуэщI лэжьыгъэхэм къыщыгъэлъэгъуэжащ республикэм къикIуа гъуэгуанэ купщIафIэр.
Гъэлъэгъуэныгъэм и зы Iыхьэр хухахащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и нобэрей гъащIэм, и социальнэ-экономикэ зыужьыныгъэм, лъэпкъ политикэм, щэнхабзэ гъащIэм къыщыхъу Iуэхугъуэхэм, Урысейм и налкъутналмэсу къалъытэ ди республикэм и дахагъэм. «Созвездие великих имён», «Спорт» унэтIыныгъэхэм хагъэхьащ щIэныгъэм, спортым, щэнхабзэм зэфIэкI щызиIэ, республикэр зэрыгушхуэ и цIыхухэм ятеухуа литературэр.
УсакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэр щызэхуэхьэса дапхъэ щхьэхуэ ягъэуващ, классикхэм къадэкIуэу, республикэм и нобэрей усакIуэхэм я тхыгъэхэри къызэщIиубыдэу.
Выставкэм тепсэлъыхьащ библиотекэм и унафэщIым щIэныгъэ лэжьыгъэмкIэ и къуэдзэ Арзанунц Александрэ. Гъэлъэгъуэныгъэр къыщызэIуахым хэтащ IуэхущIапIэм и лэжьакIуэхэмрэ тхылъеджэхэмрэ, жылагъуэм, хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я лIыкIуэхэр.
БЖЬЫХЬЭЛI Розэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "101022.txt"
} |
ЩIыпIэ дахащэхэр
Луганэ гуэлыр Италиемрэ Швейцариемрэ я зэхуакум щыIэщ, Альп къуршхэм я лъащIэм хуэзэу. Абы километр зэбгъузэнатIэ 49-рэ къызэщIеубыдэ, метр 288-м нэс и кууагъщ, псыежэх мыин зыбжанэ холъадэ, ауэ хэжыр Трезэ и закъуэщ. Гъэм и сыт хуэдэ зэманми зэрыдахащэщ, бдзэжьей лъэпкъыфIхэмкIэ къулейщ. Хьэуар сыт щыгъуи щыкъабзэщ, пшагъуэ зэи щхьэщыхьэркъым. Мыбы я узыншагъэр щрагъэфIэкIуэжыну цIыху куэд щопэкIу накъыгъэ мазэм къыщыщIэдзауэ жэпуэгъуэр къэсыху.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "101024.txt"
} |
«ЩыIащ апхуэдэ зэман»
Налшык дэт Лъэпкъ музейм апхуэдэ фIэщыгъэ иIэу къыщызэIуахащ пасэ зэманым къалащхьэм и теплъэу щытам и щыхьэт сурэтхэм я гъэлъэгъуэныгъэ гъэщIэгъуэн. И сурэт гъэтIылъыгъэхэр и гуапэу музейм къритащ Ставрополь щIыналъэм и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэт Кузнецовэ Наталье.
Светланэ къыщалъ-хуащ икIи къыщыхъуащ Налшык, Краснодар и художественнэ училищэр къиухащ. Илъэс 20-кIэ Лъэпкъ музейм щылэжьащ гъэлъэгъуэныгъэхэр къызэзыгъэпэщ сурэтыщIу.
Утыку кърахьа лэжьыгъэхэм яхэтщ уни 8-м я макетхэр. СурэтыщIым зэрыжиIэмкIэ, абыхэм ухуэныгъэ-хэр зэрыщыт дыдэм хуэдэу къищу аракъым, атIэ а теплъэхэм кърат гупсысэхэр, къапкърыкI къарур яхэгъэпщкIуащ. Музейм и пэшым щыплъагъу сурэтхэм къищ ухуэныгъэхэм я нэхъыбэм я проектхэр зыщIыгъар КъБКъУ-м и инженер-техникэ факультетыр къэзыуха Битокъу Владиславщ. Зэман зэхуэмыдэхэм абы и къалэмыпэм къыпыкIащ унэхэм, IуэхущIапIэхэм, нэгъуэщIхэми я проектхэр. ВДНХ-м и союзпсо гъэлъэгъуэныгъэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым къыбгъэдэкIыу хэтащ ар, транспорт управленэм и дизайнер бюром и унафэщIу щытащ. Владислав и IэдакъэщIэкIхэм набдзэгубдзаплъэу еплъ дэтхэнэми и гум къыщыушынущ гукъэкIыж IэфIхэр, унэхэр зымылъэгъуахэми ахэр ягу зэрыдыхьэнум шэч хэлъкъым.
«ЩыIащ апхуэдэ зэман» гъэлъэгъуэныгъэм апхуэдэуи къыщыхьащ Урысеймрэ КъБР-мрэ я СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм, Урысей Ипщэм и пленэристхэм я «Колесо» зэгухьэныгъэм хэт, Сочэ къалэ илъэс къэс щекIуэкI дунейпсо пленэрым и къэпщытакIуэ гупым я унафэщI Дзэгъэл Iэуес и лэжьыгъэхэри.
Гъэлъэгъуэныгъэм хэтщ Налшык къалэм и тхыдэр къэзыгъэлъагъуэ унэхэр, уэрамхэр, фэеплъхэр, нэгъуэщIхэри. Апхуэдэуи музейм и гъэтIылъыгъэхэм къахохъуэ: ар егъэджакIуэ Доценкэ Л. Ф. и гъащIэмрэ и гуащIэмрэ къэзыгъэлъагъуэ дэфтэрхэрщ.
Выставкэр зэзыгъэлъагъуну хуейхэм апхуэдэ Iэмал яIэнущ щэкIуэгъуэм и 2 хъуху.
ИСТЭПАН Залинэ.
Сурэтхэр КЪАРЕЙ Элинэ трихащ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "101027.txt"
} |
ТхакIуэ ныбжьыщIэхэр зэIуощIэ
Кавказ Ищхъэрэм и хэгъэгухэм я тха-кIуэ ныбжьыщIэхэр жыджэру Владикавказ щекIуэкIа тхакIуэхэм я урысейпсо школым хэтащ. Ар къызэригъэпэщащ Социально-экономикэ, акъылыфIагъэ программэхэмкIэ (СЭИП) фондым, Печатымрэ цIыхубэ коммуникацэхэмкIэ федеральнэ агентствэмрэ «Юность» журналымрэ и дэIэпыкъуэгъуу. Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэу а зэхыхьэм тхакIуитху хэтащ.
Апхуэдэ зэIущIэхэр илъэс зыбжанэ хъуауэ Урысей псом щрагъэкIуэкI икIи абыхэм мыхьэнэшхуэ яIэу къалъытэ, сыту жыпIэмэ щIалэгъуалэ зэхуэсхэм я нэхъыбэм литературэр IэщIыб щащI, проект лэжьыгъэхэм нэхъ трагъащIэурэ. УсакIуэхэмрэ тхакIуэхэмрэ я школым Iэмал щаIэщ тхакIуэ Iэзэхэм я тхыгъэхэм, литературэ журналхэм зыщыхагъэгъуэзэну. ЗэIущIэм хэтхэм гу лъатэ тхакIуэхэм я Iуэху бгъэдыхьэкIэхэмрэ я дуней лъагъукIэмрэ зэхъуэкIыныгъэхэр зэрыхалъхьэм. Нэгъабэ, эпидемием къыхэкIыу, зэхуэмызэфами, зэпэIэщIэу зэхыхьэр къызэрагъэпэщащ. Мы гъэм тхакIуэхэм зэIущIэну Iэмал яIащ.
Хабзэ зэрыхъуауэ, зэхыхьэм хэтхэм заугуэшри, семинаритIым я зэфIэкI щоплъыж, тхакIуэхэмрэ усакIуэхэмрэ къыхузэрагъэпэщхэм тхыгъэхэр щызэпкърах, я еплъыкIэхэмкIэ щызохъуажэ. ТхакIуэхэм я семинарыр мы гъэм иригъэкIуэкIащ «Юность» журналым и редколлегием хэт тхакIуэ Абузяров Ильдар. УсакIуэхэр зэхыхьэм щепсэлъащ тхакIуэ, усакIуэ, режиссёр икIи сценарист Гончуков Арсений. Ар и чэн-джэщ щхьэпэхэмкIэ кърихьэлIахэм ядэгуэшащ. КъищынэмыщIауэ, программэм хэтащ творческэ зэIущIэхэр, Кавказ Ищхъэрэм и иджырей литературэм и зыужьыныгъэм теухуахэр.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэу Владикавказ кIуащ усакIуэхэу Щомахуэ Да- рье, Милосердовэ Еленэ, Мазуренкэ Маринэ, Асадулаевэ Каринэ сымэ. Апхуэдэу Налшык икIащ Къэбэрдей-Балъкъэр, Осетие Ищхъэрэ — Алание республикитIым я цIэкIэ зэхыхьэм хэта усакIуэ Рамонов Алан. Зи цIэ къитIуа дэтхэнэми нэхъапэм Социально-экономикэ, акъылыфIагъэ программэхэмкIэ фондым пыщIэныгъэ хуиIащ.
ЗэIущIэм хэтахэм къыхагъэщащ а зэхыхьэхэм иджырей литературэм и Iуэху зэIумыбзхэмрэ ахэр зэрагъэзэкIуэжынымрэ тепсэлъыхьынымкIэ IэмалыфIу зэрыщытыр, литературэм ехьэлIа апхуэдэ зэхыхьэ купщIафIэ нэгъуэщIхэм къызэрызэрамыгъэпэщыр. Школым ирагъэблэгъа тхакIуэхэмрэ усакIуэхэмрэ зэрыцIыхуащ, ныбжьэгъу зэрыгъэхъуащ икIи дяпэкIи зэрыщIэну, зэпсэлъэну, гъунэгъу республикэхэм щекIуэкI зэIущIэхэм дяпэкIи зэдыхэтыну зэгурыIуащ.
— Си щхьэкIэ срогуфIэ литературэм щIэупщIэ зэриIэм, ди къэралым абы зэрызыщиужьым, — къыхигъэщащ Гончуков Арсений. — ЗэфIэкI зиIэ тхакIуэхэмрэ усакIуэхэмрэ зэрызэрылъагъур, зэрызэпсалъэр уасэншэщ. Нобэр къыздэсым дуней псом и литературэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм я Iуэху бгъэдыхьэкIэхэм ящыщщ зэхуэзэурэ зэпсэлъэныр.
ТхакIуэ нэхъыжьхэм ныбжьыщIэхэр къыхураджащ художественнэ тхылъ нэхъыбэ еджэну. Зэхыхьэ нэужьым мастер-классхэм я унафэщIхэм къагъэлъэгъуащ Урысейм, хамэ къэралхэм я тхакIуэ ныбжьыщIэхэм я XXI зэхуэсым ягъэкIуэнухэр. ТхакIуэхэм я цIэкIэ абы хэтынущ Шэшэ-ным щыщ Салаханов Iэдэм, усакIуэхэм я лIыкIуэр нэгъаби а зэхыхьэм щыIа Щомахуэ Дарьещ.
ТЕКIУЖЬ Заретэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "101031.txt"
} |
Къэралпсо олимпиадэхэм я мардэщIэхэр
Ди хэкум щылажьэ курыт школхэм я еджакIуэхэр зыхэтыну урысейпсо олимпиадэхэр мы махуэхэм яублащ. БлэкIа илъэсхэм еплъытмэ, 2021-2022 гъэ еджэгъуэм екIуэкIыну зэпеуэхэм щIэ куэд къыхыхьащ. Апхуэдэ Iуэху зехьэкIэщIэхэм лъабжьэ яхуэхъуащ «Сириус» къэралпсо егъэджэныгъэ центрым и унафэщIхэм иджыблагъэ къыхалъхьа жэрдэмыр.
«Сириус»-м и унафэщI Шмелёвэ Еленэ зэрыжиIамкIэ, 2021-2022 гъэ еджэгъуэм къриубыдэу екIуэкIыну школ олимпиадэхэм еджакIуэ куэд къызэщIаубыдэнущ. Зэхуэдэ Iэмалхэр яIэу зэпеуэхэм хэтынущ УФ-м хыхьэ дэтхэнэ щIыналъэми щыпсэу ныбжьыщIэхэр.
— Урысей Федерацэм хыхьэ щIыналъэ 62-м зыщедгъэубгъуакIэщ иджырей олимпиадэхэр зэрекIуэкIыну Iуэху зехьэкIэщIэ мардэхэм. Абы щIэуэ хэдгъэхьа Iуэхугъуэхэм ящыщщ, къэбгъэлъагъуэмэ, «Сириус-курсхэр» 4-11-нэ классхэм щеджэхэм папщIэ фокIадэм и 28-м къыщыщIэдзауэ жэпуэгъуэм и 29 пщIондэ Интернет онлайн-платформэм зэрыщекIуэкIынур. Школым щадж предмет зэмылIэужьыгъуэ куэдым тещIыхьа олимпиадэхэм хэтыфынущ икIи абыхэм къыщыгъэлъэгъуа лэжьыгъэхэр ягъэзэщIэфынущ къэралым щыпсэу школакIуэ мелуани 5-м щIигъум, — жиIащ Шмелёвэм, онлайн жыпхъэм иту екIуэкIыну олимпиадэхэр къыщызэIуихым. – А къэралпсо зэпеуэхэм щытекIуэ ныбжьыщIэхэри абыхэм я егъэджакIуэхэри зэрыдгъэпэжэнум дяпэкIи делIэлIэнущ.
Школым зэрыщрагъаджэ программэм хэмыхьэ щIэныгъэщIэхэм ирашэлIэнущ зэпеуэхэм хэтыну зи мурад ныбжьыщIэхэр. Дэтхэнэ зы сабийми Iэмал иIэнущ езыр дэзыхьэх унэтIыныгъэ гуэрым нэхъ шэщIауэ елэжьыну, абыкIэ иIэ зэфIэкIхэм хигъэхъуэну, абы епха предметхэр нэхъ куууэ иджынми хуэгъэуша хъунущ. Шмелевэм къызэрыхигъэщамкIэ, мы гъэм къэралым зыщрагъэубгъунущ Москва егъэджэныгъэмкIэ и департаментым и IэщIагъэлIхэм илъэс ипэкIэ къыхалъхьауэ щыта лэжьэкIэщIэм. Абы и купщIэ нэхъыщхьэр Урысейпсо олимпиадэм и щIыпIэ Iыхьэм мыхьэнэ ин дыдэ зэрыратырщ, сыту жыпIэмэ а япэ зэхыхьэращ школакIуэ нэхъыбэ дыдэ зыхэтыр. ЕджапIэхэм къыщызэрагъэпэщ а япэ теуэгъуэм сабийхэм нэхъ набдзэгубдзаплъэу уадэлажьэмэ, дэзыхьэх унэтIыныгъэр наIуэ къэзыщIхэм я бжыгъэр нэхъыбэ мэхъу. Абы мыхьэнэшхуэ иIэщ ныбжьыщIэм игъуэтыну зыужьыныгъэмкIэ. Къалэн нэхъыщхьэр – къэралым и дэтхэнэ сабийми апхуэдэ Iэмал етынырщ.
Олимпиадэм и Iыхьэхэр зэфIэкIыу абыхэм къарикIуахэм хэплъэжа нэужь, дэтхэнэми къыкIэлъыкIуэнущ абы хэта лэжьыгъэхэр зэхэзыгъэувауэ щытахэм траха видео, лэжьыгъэхэр зэрыгъэзэщIэн хуеямрэ абыхэм школакIуэхэм хащIыхь хабзэ щыуагъэхэмрэ ятеухуауэ. Абыхэм ятещIыхьа чэнджэщхэр яIэрыхьэнущ зэпеуэхэм хэта дэтхэнэми, еджэным нэхъыбэу гу зыщылъитэн хуей Iуэхугъуэхэр иту. Апхуэдэу сабийхэр ирагъэблэгъэнущ онлайн щытыкIэм иту къызэрагъэпэщыну егъэджэныгъэ курс зэмылIэужьыгъуэхэм, щхьэж дэзыхьэх предмет е щIэныгъэ унэтIыныгъэ елъытауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и школакIуэхэри, дапщэщи хуэдэу, жыджэру хэтынущ урысейпсо олимпиадэхэм. «Антарес» егъэджэныгъэ центрым и унафэщIым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Джаппуевэ Тамарэ зэрыжиIамкIэ, ар зи пашэ IуэхущIапIэм и IэщIагъэлIхэр хэтщ ныбжьыщIэхэм я къэралпсо зэпеуэм и къызэгъэпэщакIуэ гупым, я гъэсэнхэм ящыщ нэхъыбэ Iуэхум зэрыхашэнми хущIэкъунущ.
— Урысейпсо олимпиадэм и щIыналъэ Iыхьэр мы гъэм япэу екIуэкIынущ предмети 6-кIэ. Ахэр нэхъыбэу епхащ къэрал зыужьыныгъэм и дежкIэ нэхъыщхьэу къалъытэ щIэныгъэ-технологие унэтIыныгъэхэм. «Сириус»-м онлайн щытыкIэм тету къызэригъэпэщ зэпеуэхэм жыджэру хэтынущ ди республикэм и курыт школхэм щеджэ сабий куэд. Ди гуапэ зэрыхъущи, школ олимпиадэхэм я пщIэр жылагъуэм нэхъри къыщызыIэт зэхъуэкIыныгъэщ иджырей зэпеуэхэм къыхалъхьар, — жиIащ Джаппуевэм. — Школ зэпеуэхэм, олимпиадэхэм я фIыгъэкIэ ныбжьыщIэхэр я къару йоплъыж, ябгъэдэлъ зэфIэкIхэр здынэсыр къапщытэ. Апхуэдэ зэпеуэхэм зрагъэужь сабийхэм я зэчийм. А зэхьэзэхуэхэм школакIуэ нэхъыбэ хыхьэхукIэ, нэхъыбэми Iэмал яIэнущ ябгъэдэлъ щIэныгъэм и гъунапкъэхэр къапщытэну, абыхэм хэгъэхъуэным адэкIи хущIэкъуну.
КъинэмыщIауэ, ди щIыналъэм щылажьэ курыт школхэм екIуалIэ ныбжьыщIэхэм я зэфIэкIхэр щагъэлъагъуэ «Сириус»-м нэхъапэIуэкIэ къыхилъхьауэ щыта проектхэми. Апхуэдэхэщ «Сириус. Гъэмахуэ. Уи проект къыщIэдзэ», «Иджырей лъэхъэнэм и дерсхэр», «Зэпеуэ иным укъыхузоджэ» проектхэр. Апхуэдэу ди щIыналъэм и школакIуэхэр щIэх-щIэхыурэ ирагъэблагъэ а центрым къыщызэрагъэпэщ егъэджэныгъэ курсхэм. Абыхэм школакIуэхэм я щIэныгъэм щыхагъахъуэ, ябгъэдэлъ зэфIэкIхэм адэкIи зыщрагъэужь.
ЖЫЛАСЭ Маритэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "101034.txt"
} |
Республикэ зыбжанэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Бейтыгъуэн Iэуес и ныбжьыр илъэс 70 ирокъу
Зи гуащIэр ин
Шэджэм щIыналъэм хыхьэ Лашынкъей къуажэм 1951 гъэм фокIадэм и 28-м къыщалъхуащ щэнхабзэ IэнатIэм зегъэужьыным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщI Бейтыгъуэн Iэуес.
Бейтыгъуэныр Дунейпсо, Урысейм и лъэпкъ Арткомитетхэм я вице-президентщ. Щэнхабзэмрэ щIэныгъэ къэхутэныгъэхэмкIэ ЮНЕСКО-м хэтщ, усакIуэщ, уэрэдусщ. Абы и къалэмыпэм къыщIэкIащ уэрэд 250-м нэблагъэ, «Кавказым и цIыху цIэрыIуэхэр» тхылъхэр томиблым щызэхуэхьэсауэ къыдигъэкIащ. Игъэхьэзыращ еджапIэ нэхъыщхьэхэм папщIэ пособие зыбжани.
Бейтыгъуэн Iэуес Естественнэ щIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием, ТворчествэмкIэ Дунейпсо Академием я академикщ, апхуэдэуи, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Адыгейм, Къэрэшей-Шэрджэсым, Абхъазым, Ингушым, Дагъыстэным, Ипщэ-Осетие Аланием щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэщ.
А псом я мызакъуэуи, Бейтыгъуэныр педагогикэ щIэныгъэхэм я кандидатщ, «Золотой Орёл» урысейпсо литературэ-жылагъуэ саугъэтыр къратащ. Абы дамыгъэрэ ордену иIэм я бжыгъэр гъунэншэщ. Ар Лашынкъей къуажэм щIыхь зиIэ и цIыхущ. Иорданием, Франджым, Германием, Тыркум, Сирием, Нидерландхэм, Польшэм, Испанием, Италием, Грецием я фэеплъ медалхэр къыхуагъэфэщащ.
Апхуэдиз ехъулIэныгъэхэр зыIэрызыгъэхьа цIыхум, дауи, гъуэгугъэлъагъуэ хуэхъуащ лэжьакIуэжьу зи дуней Iыхьэр езыхьэкIа и адэ-анэр, Iэбурэ Женэрэ.
Ауэ, шэч зыхэмылъращи, фIыщIэр зыбгъэдэлъыр Iэуес и адэшхуэ Жанхъуэтщ.
Абы и къуэрылъху цIыкIур адыгэ IуэрыIуатэм, хъыбарыжьхэм щIигъэдэIурт, адыгэ хабзэмрэ нэмысымрэ сабийм зэрыхилъхьэным яужь итт. Абы сыт щыгъуи и псэлъафэт: «ШыIэныгъэ зэхэгъэлъ, ауэ шынэкъэрабгъэу ущымыт». А Iущыгъэр Iэуес гъащIэм къыщыхуэщхьэпэжащ.
Бейтыгъуэным ущиякIуэ нэхъыжьыфIхэр зэриIам и фIыгъэу къыщIэкIынущ и гъащIэ гъуэгуанэри гъэщIэгъуэн, IуэхуфIхэмкIэ гъэнщIа зэрыхъуар. Iэуес и сабиигъуэ гукъэкIыж дахэщ Къэбэрдей драмтеатрым щилъэгъуа «Мыщэ и къуэ Батыр» спектаклыр, еянэ классым щIэсу Москва, Кремлым щагъэувауэ щыта псейм, япэу зэрагъэкIуар.
Псори нобэ хуэдэу IупщIу и нэгум щIэтщ. Москва зэрыкIуа щIыкIэр сабийм и ехъулIэныгъэкIэ къилэжьат. Iэуес зыхэта школакIуэ гупым республикэпсо зэпеуэм уэрэд жыIэнымкIэ япэ увыпIэр къыщахьат. ЩIалэщIэр дэзыхьэхыр уэрэд жыIэным и закъуэтэкъым, абы фIэфIт къэфэнри, волейбол джэгунри, атлетикэ псынщIэри.
Сыт хуэдэ щIыпIэ къыщыхутами, Бейтыгъуэныр дэзыхьэх щэнхабзэм и гъунэгъуу щытащ. Дзэм къулыкъу щищIэу Германием и Постдам къалэм щыдэсам, хуабжьу дихьэхащ европей щэнхабзэм, тхыдэ мыхьэнэ зиIэ фэеплъ ухуэныгъэхэм.
Бейтыгъуэн Iэуес комсомол организацэм и секретару щыщыта зэманым къызэригъэпэщырт пщыхьэщхьэ зэхуэсхэр, концертхэр, зэIущIэхэр. Краснодар ЩэнхабзэмкIэ и къэрал институтым и театр-режиссёр факультетым щыщIэсами, зэманыр пщIэншэу игъэкIуэдакъым. А зэманым, зэреджэм хуэдэурэ, абы хореографиемрэ изобразительнэ гъуазджэмкIэ факультетхэми кIуэуэрэ лекцэхэм щIэсащ, щIэныгъэ куу зэрызригъэгъуэтыным яужь итащ. Щыстудента илъэсхэм спортри и Iэпэгъут, атлетикэ псынщIэмрэ волейболымкIэ ирагъэкIуэкI зэпеуэхэм хэтт. А институтым и интернационал зэныбжьэгъугъэм и клубым и унафэщIынуи къыхуагъэфэщат. А лъэхъэнэм хамэ къэралу ар япэу здэщыIар Польшэрщ. Ауэ абы щыгъуэ дэнэ щищIэнт дунейм и щIэлъэныкъуэр къызэхикIухьыну къыхуихуэну?!
Къэбэрдей-Балъкъэрым и мызакъуэу, Кавказым, Урысейм, нэгъуэщI къэралхэм щыщ цIыхухэм къалъытэ ар хуитыныгъэмрэ мамырыгъэмрэ я лIыкIуэу. Ди щIыналъэм хъыбар шынагъуэхэр тезыгъэIукIыну и цIэ ягъэIуну хущIэкъухэр щыIэми, Кавказым щэнхабзэ къулей зэриIэр, лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэр зэгурыIуэу зэрызэдэпсэуфыр къезыгъащIэхэм ящыщщ Бейтыгъуэныр. СССР-м и цIыхубэ усакIуэ Гамзатов Расул абы папщIэ жиIэгъащ ар лъэпкъхэм я зэныбжьэгъуныгъэр зэпызыщIэ, езыгъэфIакIуэ, къызыхэкIа лъэпкъым и щэнхабзэр утыку къизыхьэ, Кавказыр куэдым зэрефIэкIыр къэзыгъэлъагъуэ, къезыгъащIэ цIыхуу зэрыщытыр.
Къэбэрдей-Балъкъэрым ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм и ЩIэныгъэ методикэ-центрымрэ лъэпкъ творчествэмкIэ къудамэм и унафэщI IэнатIэр илъэс 23-кIэ иIыгъащ Iэуес. А зэманыр лэжыгъэшхуэкIэ гъэнщIауэ щытащ. ЩIэныгъэлIым арджэным, лъэпкъ макъамэ Iэмэпсымэхэм елэжьын яригъэублэжыным къару мыкIуэщI тригъэкIуэдащ. Ар зы Iыхьэ къудейщ — щэнхабзэм теухуауэ абы и Iэ здынэмыса къэгъуэтыгъуейщ, зэпеуэу, зэхыхьэу абы къызэригъэпэщари бжыгъэншэщ.
Бейтыгъуэным дунейм щикъухьа адыгэхэр зэрыгъуэтыжыным гулъытэ ин хуещI. Абы и фIыгъэщ Иорданием щыпсэу ди лъэпкъэгъу- хэм я къэфакIуэ гуп Налшык къэкIуауэ зэрыщытар. Аращ нэгъуэщI къэрал къикIыу япэу Кавказым гъуэгу щыпхызышар.
Абыхэм я гъусащ иордан пащтыхьым и чэнджэщакIуэ, тхэквандомкIэ щэнейрэ дуней псом я чемпион хъуа Тыкъуэ Хъусен, щIалэгъуалэ Адыгэ хасэм и тхьэмадэ НэгъущIэ ФуIэд сымэ. Апхуэдэуи, Бейтыгъуэн Iэуес и фIыгъэкIэ къызэрагъэпэщауэ щытащ школакIуэхэмрэ студентхэмрэ я дунейпсо зэкIэлъыкIуэныгъэр. Абы и фIыгъэкIэ, Дамаск, Анкара, Истамбыл щыпсэу щIалэгъуалэхэр мызэ-мытIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым къэкIуащ, адыгэ унагъуэхэм щыхьэщIащ, адыгэбзэри щаджащ.
Иордан Хьэшимит къэралыгъуэм зэман дэкIа нэужь ирагъэблэгъауэ щытащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIалэгъуалэ гуп. Ар къызэзыгъэпэщар а къэралым щылажьэ ФIыщIэ хасэрщ. Бейтыгъуэн Iэуес зи пашэ щIалэгъуалэ гупым махуипщIкIэ концертхэр щатащ, адыгэхэр щыпсэу щIыпIэхэм ди лъэпкъэгъухэм я дуней тетыкIэр, псэукIэр зрагъэлъэгъуащ. Иорданием и пащтыхьыкъуэ Хъусен и цIэр зезыхьэ адыгэ еджапIэм щыIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым икIа гупыр. Бейтыгъуэным къыхуагъэфэщащ иордан къэралыгъуэм и фэеплъ дамыгъэ.
СССР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм Iэуес и лэжьэкIэм гу къыщылъатэри, Кавказ ищхъэрэм и республикэхэм я щIэныгъэ-методикэ центрхэм я зэгухьэныгъэм и президенту ягъэувауэ щытащ.
1991 гъэм Iэуес «Мыужьых мафIэ» фIищауэ, щэнхабзэмкIэ япэ дунейпсо адыгэ фестиваль къызэригъэпэщащ. Абы хэтащ Сирием, Иорданием, США-м, Германием, Югославием, Францием, Тыркум, Нидерландхэм, Адыгейм, Къэрэшей-Шэрджэсым, Шапсыгъым къикIахэр. Псори зэхэту хьэщIэхэр 600-м нэблагъэт. ЗэIущIэр ягъэдэхат «Кабардинка», «Налмэс», «Эльбрус» къэфакIуэ гупхэм.
Къэбэрдей-Балъкъэрым икIахэм ящыщу, тырку телевиденэмкIэ япэ дыдэу адыгэбзэкIэ къэпсэлъар Бейтыгъуэн Iэуесщ. «Бжьамий» IуэрыIуатэ ансамблым Тыркум концерт щатыну абы щыкIуам ар я гъусат. Зи гугъу тщIы гупым фIы дыдэу зыкъыщигъэлъэгъуат Истамбыл, Къэйсэр, Аданэ, Бурсэ къалэхэм. А Iуэхур зэлъэпкъэгъухэр дызэпызыщIэж лъэмыж тхуэхъуауэ жыпIэ хъунущ.
Мамырыгъэм, зэныбжьэгъугъэм, зэгурыIуэныгъэм ехьэлIа Iуэхухэр егъэкIуэкIыныр Iэуес и гъащIэм щыщ хъуащ. Къэралышхуэр зэуэ къутэжа нэужь, лъэпкъхэм я зэпэщIэувэныгъэхэм яжь Бейтыгъуэнми къыщIимыхуу къэнакъым. Сыт щыгъуи лъэпкъ зэныбжьэгъуныгъэм и телъхьэу къекIуэкI лIы губзыгъэм къыгурыIуэрт хамэ зауэ зэрыщымыIэр. Псом хуэмыдэу гущIыхьэт Кавказыр зычатхъэ зауэхэр: Шэшэн, Ингуш-Осетие Ищхъэрэ, Куржы-Абхъаз зэщыхьэныгъэхэр. Бейтыгъуэным и нэгу щIэкI Iуэхугъуэхэм езым и еплъыкIэ хуиIэжти, Арткомитетым къыдиIыгъыу, «Дахагъэмрэ гуапагъэмрэ дунейр кърагъэлынущ» — гупсысэр я къыхуеджэныгъэу лэжьыгъэ щхьэпэр иригъэкIуэкIырт.
Куржы-Абхъаз зауэм и бийуэ япэу къэувахэм ящыщщ Бейтыгъуэныр. Езым къызэригъэпэщыжа телемарафоныр ди къуэш абхъазхэм къащхьэщыжу Урысейм щезыгъэкIуэкIар Iэуест. Сом мелуанитIым нэблагъэ Абхъазым иридэIэпыкъуну абы зэхуригъэхьэсат. Нэхъ иужькIэ Абхъаз Республикэм и Президент Бэгъэпщ Сергей фIыщIэ къыхуищIу щытхъу тхылъ къызэрыхуригъэхьари абы и щыхьэтщ. Апхуэдэуи Iэуес къыфIащат «Абхъаз Республикэм ЩэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр.
Шэшэн республикэм зауэр щекIуэкIыу, Бейтыгъуэным артист гуп абы ишэу зэрыкIуауэ щытар, Грознэ къалэм концерт щатыну къызэрызригъэпэщам и хъыбарыр нобэр къыздэсым цIыхухэм ящыгъупщэжакъым. Артистхэм зэрыжаIэжымкIэ, Грознэ дамыгъэхьэу, сыхьэтищым нэблагъэкIэ зэпсэлъахэщ. Сытми, зэгурыIуа нэужь, артистхэр БТР-хэмкIэ зауэлIхэм къалэм дашащ. ЩэнхабзэмкIэ и унэ ныкъуэкъутэ ахэр здыIуашам и бжэIупэм щызэхэтт, зауэм и гузэвэгъуэр зи нэгу къищ цIыху куэд. ФIылъагъуныгъэшхуэ цIыхухэм яхуиIэным нэмыщIауэ, лIыгъэ мыкIуэщIи пхэлъын хуейуэ къыщIэкIынщ апхуэдэ псэзэпылъхьэпIэм концерт щыптыну утегушхуэн папщIэ.
Кавказым щыпсэу ди гъунэгъу лъэпкъхэм Iэуес зэрыхузэфIэкIкIэ и гулъытэ зэралъигъэIэсыным сыт щыгъуи яужь иту къызэрекIуэкIым и щыхьэтщ Осетие Ипщэр гулъытэншэу къызэримыгъэнар. А республикэм къыщызэригъэпэщауэ щыта зэныбжьэгъугъэ концертым папщIэ фIыщIэ къыхуищIат я Президент Кокойты Эдуард, Осетие Ипщэр Республикэм «щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ», цIэ лъапIэри абы щыгъуэщ къыщыфIащар.
90 гъэхэм Кавказым щыщ цIыхухэм къыдаплъ хъуа фэр зэрымытэмэмыр, мыхъумыщIагъэ къэхъуамэ урысей телеканалхэм Кавказым и цIыхухэр зэуэ игъэкъуэншэну яужь ит зэрыхъуам пэщIэувахэм ящыщщ Бейтыгъуэныр. ЗэрапэщIэува щыкIэри къызэригъэпэщ концертхэмкIэт, щэнхабзэ Iэмалу къигъэсэбэпхэмкIэт. Абы фIы дыдэу къехъулIэхэм ящыщт уэрэджыIакIуэхэр, къэфакIуэхэр, артистхэр зэришэлIэныр, зэкъуигъэувэныр. Абыхэм я зэфIэкIыр къигъэсэбэпкIэрэ, зэныбжьэгъугъэм, зэкъуэтыныгъэм, апхуэдэуи, псэ къабзагъэм къыхуриджэрт. Москва дэт «Космос» хьэщIэщым Кавказым щыпсэу лIэпкъхэм щыщу 4000-м нэблагъэ щызэхуишэсат. Абы и фIыгъэкIэ москвадэсхэм нэхъ зыхащIащ Кавказым къикIа цIыхухэм я дуней тетыкIэр, я псэукIэр, Урысейм и къалащхьэм ахэр хьэлэлу лажьэу зэрыдэсхэр. А зэIущIэм кърихьэлIат КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен, Осетие Ипщэм и президент Кокойты Эдуард, генерал БищIо Айтэч, Урысейм и артисткэ цIэрыIуэ IэхъуэджакIуэ Лие, физикэ-математикэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, щIэныгъэлI Къумахуэ Мурадин, Дунейпсо Абхъаз-Абазэ Лъэпкъ Конгрессым и тхьэмадэ Шамбэ Тарас сымэ, нэгъуэщIхэри.
Санкт-Петербург къалэм къыщызэригъэпэщауэ щыта гуфIэгъуэ зэхыхьэхэр ягъэбжьыфIащ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэхэм, уэрэдусхэм, художникхэм, макъамэтххэм, медицинэм и лэжьакIуэхэм, экономикэм, щэнхабзэм хэлъхьэныгъэ хуэзыщIахэм, щIэныгъэлIхэм. А гуфIэгъуэм кърихьэлIар Кавказ Ищхъэрэм щыщ цIыхухэм я закъуэтэкъым. абы хэтт куржыхэр, ермэлыхэр, азербайджанхэр, абхъазхэр, осетинхэр.
КъухьэпIэ Европэмрэ ди къэралымрэ иужьрей зэманым нэхъ зэхуэщIыIэ зэрыхъуар, къэплъытэмэ, щэнхабзэращ дэ нэхъ гъунэгъу дызэхуэзыщIыфынур. «Кавказым и махуэ» творческэ къыхуеджэныгъэм щIэту, Париж, Рим, Милан, Венецие, Берлин, Амстердам, Мадрид, Прагэ, Венэ, Афины, нэгъуэщI европей къалэхэми творческэ гъэлъэгъуэныгъэхэр, концертхэр щатащ Кавказым икIа артистхэм. Псалъэм папщIэ, Италием мазитIкIэ щыIауэ щытащ а къэралым и къалэ куэдым. Сенаторхэр, журналистхэр зыхэта пресс-конференци къызэрагъэпэщат Кавказым и цIыхухэм икIи я псэукIэм, зэрахьэ хабзэм щытепсэлъыхьат абдеж.
Италиемрэ Урысеймрэ я зэныбжьэгъугъэр гъэбыдэным хэлъхьэныгъэшхуэ зэрыхуищIам папщIэ Бейтыгъуэн Iэуес къыфIащауэ щытащ «Пармэ къалэм щIыхь зиIэ и цIыху» цIэ лъапIэр.
2020 гъэм и гъатхэпэ мазэм Париж щекIуэкIащ кавказ лъэпкъхэм я щэнхабзэм и махуэхэр. «Кавказыр Урысейм и налкъутщ» фIэщыгъэм щIэту ЮНЕСКО-мрэ Арткомитетымрэ я нэIэ щIэту, ар къызэзыгъэпэщари езыгъэкIуэкIари Бейтыгъуэн Iэуесщ. А проектым ипкъ иткIэ, ЮНЕСКО-м хэт къэрал 24-м я лIыкIуэхэм, дипломатхэм яIущIащ. Абы щагъэлъэгъуащ Нэгъаплъэ Аскэрбий и Черкешенка» кинофильмыр. 2020 гъэм гъатхэпэм и 12-м ЮНЕСКО-м и музейм а IуэхущIапIэр илъэс 75-рэ щрикъум ирихьэлIэу тыгъэ хуащIащ цIыхухъу, цIыхубз адыгэ фащэр. Ар ядащ Хъурей Жанусэрэ Къуэныкъуей Замирэрэ. Апхуэдэ тыгъэ ЮНЕСКО-м яхуищIыныр, адыгэ фащэ абы щIэлъу илъагъуныр Бейтыгъуэным и хъуэпсапIэхэм ящыщт, сыту жыпIэмэ, «ди фащэ дахэр, ди лъэпкъым и гимн пэлъытэу, дуней псом дыкъызэрыщацIыху фэилъхьэгъуэ дахэу ди нобэм къэсащи, ар дэ тхъумэну ди къалэнщ», — жеIэ Iэуес.
Къэлъытэгъуейщ Бейтыгъуэн Iэуес зэIущIэрэ концерту къызэригъэпэщам я бжыгъэр. Абы дэтхэнэ и зы лэжьыгъэри ехьэлIауэ щытащ лъэпкъ зэгурыIуэныгъэмрэ зэныбжьэгъугъэмрэ. Ар дунейпсо зэпеуэхэм я жэрдэмщIакIуэщ, я къызэгъэпэщакIуэщ. Апхуэдэхэщ Урысей Федерацэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, музыкант цIэрыIуэ Мыз Борис и фэеплъу зэхиублащ «Бо-на-ми и дыщэ макъыр», «Дахагъэмрэ гуапагъэмрэ дунейр кърагъэлынущ» зыфIища хореографие олимпиадэр. Дунейпсо зэпеуэ къызэригъэпэщауэ щытащ «Налшык — насыпым и налщ, зэныбжьэгъугъэм и вагъуэщ» фIэщыгъэм щIэту. «ЩIыху-фIыцIафэ толъкъун» музыкэмкIэ дунейпсо чемпионатыр, нэгъуэщIхэри.
ФокIадэм и 28-м ягъэлъапIэ Адыгэ фащэм и махуэр. Бейтыгъуэн Iэуес къыхилъхьауэ, а махуэм ехьэлIа дауэдапщэхэр Лашынкъей къуажэми Iэтауэ гъэ къэс щокIуэкI.
Адыгэ фащэм и махуэр ягъэлъапIэу «Си Лашынкъей — си унэ, си псэ» фIэщыгъэм щIэту зэныбжьэгъугъэм и фестиваль нэгъабэ и фокIадэ мазэм щыIащ. ГуфIэгъуэ зэхыхьэр теухуат Тохъутэмыщей жылэр къызэрыунэхурэ илъэс 600 зэрырикъум. А IуэхугъуитIыр адыгэ ныпыр лъагэу щыхуарзэ Лашынкъей бгыщхьэм и деж Iэтауэ щагъэлъэпIащ. Зэхыхьэм кърихьэлIат Шэшэным, Ингушым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Абхъазым, Афганистаным, Зимбабвем, Индием, Руандэм, Осетие Ипщэм, Адыгейм, Дагъыстэным, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Осетие Ищхъэрэ — Аланием, Краснодар, Ставрополь щIыналъэхэм, Москва къикIа къэфакIуэ, уэрэджыIакIуэ гупхэр.
Хабзэ хъуауэ ягъэлъапIэ адыгэ щэнхабзэм ехьэлIа а махуэр ирехъу ди лъэпкъэгъухэм я мызакъуэу, Урысейм щыпсэу лъэпкъ псори зэзышалIэ махуэ лъапIэ. Аращ и хъуэпсапIэр Бейтыгъуэнми. ГъэщIэгъуэнщ Адыгэ фащэм и махуэмрэ Бейтыгъуэн Iэуес къыщалъхуа махуэмрэ зэрызэтехуари. ГъащIэ гъуэгуанэ дахэ къызэпызыча цIыхум и IуэхущIафэ псори зыубгъуауэ мы тхыгъэ кIэщIымкIэ дэ утыку къытхуихьакъым, дызэтепсэлъыхьар абыхэм ящыщ мащIэщ.
Куэд зылэжьу куэд зыхузэфIэкIа Бейтыгъуэным узэхъуапсэ хъун унагъуэ дахи иIэщ. Абы и щхьэгъусэ Маринэ илъэс куэдкIэ КъБР-м ФинансхэмкIэ и министерствэм щылэжьащ, зэгурыIуэу, зэдэIуэжу зэдопсэухэ. Бынищ зэдапIащ, псори IэнатIэ зырыз Iутщ. Iэуесрэ Маринэрэ къуэрылъху-пхъурылъху цIыкIухэр яIэщ, абыхэм я ехъулIэныгъэхэм щогуфIыкI, кърат дэрэжэгъуэр гъунэншэщ. Илъэс 70 гъуэгуанэр насыпыфIэу къызэпичын Бейтыгъуэным щIыхузэфIэкIар цIыхухэм, лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм я зэхуакум мамырыгъэрэ зэгурыIуэрэ дэлъыным телажьэу, и лъэпкъым фIылъагъуныгъэ нэс хуиIэу къызэрытэджар арауэ къыщIэкIынщ. цIыхум и гу къабзагъэр зэрыгъунэншэрщ, дэтхэнэ зыми гуапагъэкIэ хуэупсэну зэрыхьэзырырщ ар куэдым фIыуэ къыщIалъагъур. Апхуэдэхэм я IуэхущIафэрщ мы дунейр зэтезыIыгъэр…
НафIэдз Мухьэмэд.
Хъуэхъу
ПщIэ зыхуэтщI Бейтыгъуэн Iэуес!
Дэ уэ узэрытцIыхур щIэныгъэлIущ, жылагъуэ, щэнхабзэ лэжьакIуэущ, зэфIэкI зиIэ усакIуэущ, уэрэдусущ. Адыгэ лъэпкъым и пщIэр Кавказ Ищхъэрэми, дуней псоми лъагэу щызыIэтхэм уащыщщ. Уи цIэр жыжьэ щыIуащ, уи лэжьыгъэм и фIыгъэкIэ.
Арт комитетыр уи щIэгъэкъуэну лъэпкъ зэпыщIэныгъэхэр гъэбыдэным ехьэлIа Iуэхухэр зэфIэзыгъэкIхэм урапашэщ. КъызэгъэпэщакIуэ Iэзэу, зэхэщIыкI зиIэу, зи къэухьыр инущ дэ узэрытцIыхур. Арауи къыщIэкIынщ гуп зэчиифIэхэр зэпшэлIэну, уадэлэжьэну щIыпхузэфIэкIри.
«Адыгэ псалъэ» газетыр къэдгъэсэбэпу, ныбжьэгъуфIым дыхуейщ дынохъуэхъуну, ныбжь дахэ узэрырикъумкIэ. Сыт щыгъуи укъэзыухъуреихь ныбжьэгъухэмрэ фIыуэ укъэзылъагъу цIыхухэмрэ уащымыщIэну, ехъулIэныгъэщIэ, насыпрэ узыншагъэрэ уиIэну Тхьэм жиIэ!
Нэхъыжьхэм я хасэу КъШР-м щыIэм
къыбгъэдэкIыу Банэ Артуррэ Даур Борисрэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "101037.txt"
} |
БлэкIам ирогушхуэ, къэкIуэнум фIыкIэ щогугъ
Мы адыгэ жылэжьым узэрыдыхьэу къыбощIэ ар Дзэлыкъуэ районым зэрыщыщыр: уэрам дэкIыпIэ къэс и бгъум къэнжал Iувым къыхэщIыкIа пхъэнкIиидзыпIэхэр щыгъэуващ, щIыналъэм и адрей щIыпIэ псоми хуэдэу. ЗанщIэу уогупсыс ди къэралым иджыри куэдым къыщамыщта, ди республикэми и кIэм щынамыгъэса «пхъэнкIий реформэкIэ» зэджэм и Iыхьэ гуэр мыбы щызэфIэха зэрыхъуам. НэгъуэщI зыми гу лъыстащ сызэрынэсу — къуажэр жьыуэ зэрызэщIэхъаем.
ЗИ ГУГЪУ сщIыри унагъуэхэркъым: Iэщ зехуэным зи щыIэкIэ-псэукIэр куууэ епхахэм пасэу зыкъаужьын хуей зэрыхъур гурыIуэгъуэщ. Ауэ умыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым къуажэкум дэт тыкуэнхэр (я сатукIэ ахэр зэмыщхьу) къанэ щымыIэу пщэдджыжьым сыхьэтибл мыхъуу зэрыIуахыр. Щхьэусыгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм къыхэкIыу жьыуэ сынэсати, сэ ар слъэгъуащ. ИтIани нэгъуэщI зы гъэщIэгъуэн: къуажэ кIуэцIыр иджыпсту зэлъыIуахам хуэдэу къабзэщ, кIэрыху-бжьэрыху, ямылей гуэр ущрихьэлIэркъым. Мыбы щыпсэухэм я щхьэ пщIэ хуащIыжыф. Каменномост (мывэ лъэмыжыжьым къыпкърыкIыу фIаща цIэр мы къуажэм къыхуэнэжащ) и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Ахьмэди (сурэтым) дыщызэрыцIыхум псом япэу къызэрыщIидзар ищхьэрщ: къызжиIащ унагъуэ зытIущ фIэкIа мыхъуми, КIуэкIуэхэ мы щIыналъэм япэу къитIысхьахэм зэращыщыр. ЗанщIэу къыхэзгъэщынщи, мы жылэжьым щыпсэухэм сыт щыгъуи я напщIэ телъщ я блэкIар, къыдэкIа цIыху уардэхэр. Дэтхэнэри, къытригъэзэжурэ, тепсэлъыхьыфынущ Къармэхьэблэ, хэбгъэзыхьмэ, мазэ е мазитIым Налшык къикIыжу къыдэмыхьэжыфхэри. Зи гугъу ящIхэр, езыхэр е я адэхэр, мыбы щалъхуами, адыгэ псоми, республикэ псом яй зэрыхъурэ куэд щIащ. Нэгумэ Шорэ и деж къыщедгъэжьэнщи, хэт ар зымыцIыхур? Абы «Адыгэ лъэпкъым и тхыдэ» и лэжьыгъэ цIэрыIуэрщ жыжьэм къыщыщIэдзауэ ди блэкIар зыхъумар. Пэжщ, узэщIакIуэ, зэчиишхуэ зыбгъэдэлъа Къашэж ТIалиб нэхъ тепсэлъыхьыфынур еджагъэшхуэхэрщ, лъахэхутэхэрщ. Псалъэм и хьэтыркIэ, абы 1910 гъэм япэ школ Къармэхьэблэ къызэрыщызэIуихар зымыщIэ езы къуажэдэсхэми яхэтынкIэ хъунущ. АрщхьэкIэ а цIыхум зэфIигъэкIар лъэужьыншэкъым. Урысейм и тхыдэм хуэфэщэн увыпIэ щиIыгъщ генерал-лейтенант, Амур областым и дзэ губернатору щыта Хьэгъундокъуэ Константин. Мы адыгэлIым и зэфIэкIыр апхуэдизкIэ инти, 1917 гъэм пащтыхь Николай ЕтIуанэм абы Петербург апхуэдэ дыдэ къулыкъу къыщритамэ, революцэр къэхъуну щымытауэ жызыIэ тхыдэджхэр мащIэкъым. Ар зыщIэр ди Тхьэшхуэращ, ауэ апхуэдэ пщIэ къызэрыхуащIри куэд и уасэщ. Къармэхьэблэ къуэпскIэ быдэу къыпыщIа Хьэгъундокъуэ Елмэсхъан и гугъу тщIын щхьэкIэ дэ Франджы жыжьэм дыIэбэн хуей хъунущ. Ар ЕтIуанэ дунейпсо зауэм и зэманым Франджы зыпэщIэсэныгъэм жыджэр дыдэу хэтащ, бригадэ генерал цIэр зыфIаща бзылъхугъэщ, и щIыхьыр апхуэдизкIэ лъагэти, Париж и Пантеоным щыщIалъхьащ. Совет лъэхэнэм къуажэм и цIэр ягъэвуащ Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужьхэу ухуакIуэ Алмэ Алийрэ школ унафэщI Къамбий Мухьэбрэ, Ленин орденыр зрата егъэджакIуэ Гугъуэт Лол, РСФСР-ми КъБАССР-ми гъуазджэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Шэрий Соня, къэрал псом щыцIэрыIуэ усакIуэ Къэшэж Иннэ сымэ. Къуажэм и гугъу щытщIкIэ, къэдгъэлъэгъуэн хуейщ мыбы щIэныгъэхэм я доктор 13, генерали 6, полковники 9 къызэрыдэкIар. ЖытIэнщи, илъэс зыбжанэ хъуауэ Дзэлыкъуэ районым и администрацэм и Iэтащхьэ Джатэ Руслани таможнэ IэнатIэм и генералщ. Зэрытлъагъущи, зэрыгушхуэн блэкIа яIэщ. Арагъэнщ, къэхутакIуэ гъуэзэджэ икIи ди ныбжьэгъуфI Бейтыгъуэн Сэфарбий (ар мы къуажэм щыщщ) щIыжиIэгъар: «Къармэхьэблэ укъыщалъхуауэ тхыдэр умыщIэну емыкIущ». ИкIи ящIэж, ди гуапэ зэрыхъунщи. Хэку зауэшхуэм мы къуажэм игъэкIуащ цIыху 882-рэ, абыхэм ящыщу 400-м щIигъум къагъэзэжакъым. Зи Хэкум папщIэ зи псэр лIыхъужьу зытахэм я унэцIэхэр иджы тетхащ Щэнхабзэм и унэм и бгъум щагъэува фэеплъ сыным. Орденыбгъэу къэзыгъэзэжахэм яхэтащ фочауэ Iэзэ, «ЩIыхь» орденым и нагъыщищри зрата Мусэ Менлы — иджы абы и цIэр зэрахьэ Къармэхьэблэ, Бахъсэнрэ Налшыкрэ я уэрамхэм. — Лэжьыгъэ хьэлэлкIэ пщIэшхуэ къэзылэжьа цIыху куэд ди къуажэ дэсщ, а псоми я цIэр зы тхыгъэм къыщыпхуиIуэнукъым, — жеIэ КIуэкIуэ Ахьмэд. — Ауэ апхуэдэхэрщ ди гъащIэр ипэкIэ зыгъэкIуатэр. Къуажэ Iуэхухэм я гугъу къыщысхуищIкIэ, абы занщIэу къыхегъэщ Къармэхьэблэр къуажэ пхыдзахэм зэращыщыр. Налшык нэс — километр 75-рэ, райцентр Дзэлыкъуэкъуажэ нэс километр 43-рэ дэлъщ. Ар мыбы щыпсэухэм я дежкIэ тыншкъым. Псом япэу лэжьапIэ и лъэныкъуэкIэ. ЦIыхухэр IэнатIэкIэ къызэгъэпэщыным зэрелIалIэм и фIыгъэкIэ, цIыху 50 зэкIуалIэ дэрбзэр цех къызэIуахащ. Дауи, мащIэIуэщ, арщхьэкIэ нэгъуэщI IуэхущIапIэхэми лэжьакIуэхэр Iутщ. Къапщтэмэ, курыт школи 3-м, сабий сади 2-м, дохутыр амбулаторэм, ЩэнхабзэмкIэ унэмрэ библиотекэмрэ, пощтым, езы къуажэ администрацэм. Къармэхьэблэр зэрыпыIудзар къалъытэри, мыбы къыщызэIуахащ МФЦ-м (къалэн куэд зыгъэзащIэ центр) и IуэхущIапIэрэ ХъумапIэ банкым и къудамэрэ. — Лъэпкъ проектхэм, урысейпсо, республикэ, муниципальнэ программэхэм я мыхьэнэр гъунапкъэншэщ, — пещэ и псалъэм КIуэкIуэм. — Псом нэхърэ нэхъыщхьэр иджы улъаIуэу къэпкIухьын зэрыхуэмеижырщ. Программэм ухыхьэфамэ, и чэзум къэкIуэнурэ кърагъэжьэнущ. ЕзыгъэщIри зыщIри уэракъыми, ахъшэкIэ зыкIи къыбжьэхэуэркъым. Къапщтэмэ, нэгъабэ дэ къытхуагъэщIэрэщIэжащ ди школищми еджакIуэхэм спортым зыщыхуагъасэ пэшхэр. Псори зэхэту лэжьыгъэхэм сом мелуани 2-рэ мин 250-рэ текIуэдащ. Сэ ахъшэм сытепсэлъыхьын сфIэфIкъым, ди сом хэлъкъыми. Ауэ щыгуфIыкIыр дэращ. Гъуэгу километр 15-м нэс щрагъэфIэкIуащ. Сэрмакъ щегъэжьауэ Чыщбалъкъ нэс Iыхьэр яуха иужь, Къураты ЦIыкIу хьэблэм и уэрамри къагъэщIэрэщIащ. Ди лъэIур къытхуащIэри, «Шэд хъурей» гуэлым нэс километри 4-м щIигъу къиубыду гъуэгум асфальт Iув тхутралъхьащ. Ахьмэд апхуэдэу дыхегъэгъуазэ дызыхуэкIуэ илъэсым къуажэм щызэфIагъэкIынухэм. А зи гугъу тщIы лъэпкъ проектхэм япкъ иткIэ мыбы лэжьыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр къащыпоплъэ. Япэрауэ, щIыпIэ зыбжанэм псы зрикIуэ бжьамийхэр щызэрахъуэкIынущ, спортым зыщыхуагъасэ комплекс щаухуэнущ зэманым къызэригъэувым хуэдэу зыхуеину IэмэпсымэхэмкIэ къызэгъэпэщауэ. ИбгъумкIэ тренажёрхэр щагъэувынущ щIымахуэми къэбгъэсэбэп хъууэ. И тхылъ псори хьэзырщи, яужь щихьэнури жыжьэжкъым. Абы къыдэкIуэуи стадионыщIэкIэ мэгугъэ. Аурэ «Къэрал кIуэцI туризм» программэм дынэсащ. Къэбэрдей-Балъкъэрыр щIыналъэ дахащэщ, Къармэхьэблэри ящыщщ зи щIыуэпсыр нэхъ телъыджэхэм. ИпэIуэкIэ зи цIэ къитIуа «Шэд хъурей» гуэлым иджыпстуи плъакIуэ къокIуэ Ставрополь, Краснодар крайхэм я мызакъуэу, Ростов областым, уеблэмэ нэхъ жыжьэж къикIахэри. Аращ екIуалIэ гъуэгу тэмэм щIаухуари. Абы зы псы ежэхи хэлъадэркым икIи хэжыркъым, ауэ икIи зэи ехыркъым икIи къыдэкIуейркъым — гъэм и сыт хуэдэ лъэхъэнэми зэрыщытщ. Гъэмахуэм и пщтырыгъуэми щIымахуэм и ткIиигъуэми температурэм зихъуэжыркъым — хуабэр градусипщIым тетщ. Гуэл щхъуантIэхэм щыIа псыщIагърыкIуэхэр «Шэд хъурей» ехати, метр 60 и кууагъыу къалъытащ, ауэ къахутащ языныкъуэхэм деж метри 100-ми щыфIэкIыу. Абдеж щыщIедзэ бгъуэнщIагъхэм. Гуэлхэр нэхъапэм щы хъууэ щытащ, ауэ зыр гъужащ, адрейр цIыкIуу къэнащ. ЩIыпIэм апхуэдизкIэ дихьэхати, 1972 гъэм абы щыщ теплъэгъуэхэр хагъэхьащ«Земля Санникова» фильмым. Ди республикэм щыцIэрыIуэщ «Джэмэнкъул» къыщIэжыпIэхэри, адыгэхэр абы «ПсынащхьиблкIэ» йоджэ. Ахэр узыфэ куэдым я хущхъуэу жаIэ. ИкIи, дауи, Къармэхьэблэ и бгъуэнщIагъхэри зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым — ижь-ижьыжь къырхэр зэгуэкIыу къэунэхуахэр языныкъуэхэм деж апхуэдизкIэ зэвщи, упщу фIэкIа укIуэтэфынукъым. Абы щыгъуэми, иджыри къэс метр 15 нэхърэ нэхъ жыжьэ зыгуэр кIуэтэфауэ къыщIэкIынукъым. АдэкIэ-щэ? Абы щыIэр езы щIыуэпсым и щэхущ икIи ар щIэх къызэIуихынуи и мурадкъым. АтIэ, а псори езэгъыркъэ къэрал кIуэцI туризмэм зегъэужьыным теухуа лъэпкъ проектым. А упщIэм и жэуапыр арыншами гурыIуэгъуэщ. А щIыпIэхэм цIыхухэм зыщаплъыхьын, зыщагъэпсэхун папщIэ зыхуеину Iэмалхэр мыбы къызэрыщызэрагъэпэщынум шэч хэлъкъым, япэ лъэбакъуэри ячакIэщ.
ШАЛ Мухьэмэд.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "101040.txt"
} |
Прохладнэдэсхэм я текIуэныгъэ ин
Илъэс 12 лъандэрэ къэмыхъуауэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ командэр Урысей Федерацэм футболымкIэ щекIуэкI зэхьэзэхуэм и ещанэ дивизионым и гуп щхьэхуэм и чемпион хъуащ. 2009 гъэм гупым пашэныгъэр щиубыдат «Малка»-м.
ФутболымкIэ Лъэпкъ Лигэм и ещанэ дивизионым и етIощIанэ джэгугъуэр мы махуэхэм зэхэтащ. Зэхьэзэхуэр иухыным иджыри зы зэIущIэ къэнэжауэ, наIуэ хъуащ зэхьэзэхуэм пашэныгъэр щызыубыдар. И унэ щыIэу «Динамо-Дагъыстэным» 4:2-уэ ефIэкIа Прохладнэ и «Энергетик»-м турнир таблицэм зыри къыщылъэщIэмыхьэжын хуэдэу зигъэбыдащ.
Гъэ джэгугъуэр щыщIидзэм куэдым я фIэщ хъуртэкъым командэм хэт футболистхэмрэ абыхэм яIэ джэгукIэмрэ ехъулIэныгъэ къахьыфыну. «НэгъуэщI командэхэм я футболистхэмкIэ зыдгъэлъэщыну чэнджэщ къыдатырт, — жеIэ «Энергетик»-м и тренер нэхъыщхьэ Волков Александр. — АрщхьэкIэ дэ дызэгурыIуащ: КъБР-м и чемпионатым щыджэгухэр къэралым и ещанэ лигэми хэтыну. Арати, лъэхъэнэм и къалэн нэхъыщхьэр дгъэзэщIащ».
Прохладнэдэсхэм здынэсам къыщыувыIэну я мурадкъым, «Энергетик»-р зыхэт дэтхэнэ зы республикэ зэIущIэми щытекIуэну хущIокъу. Ещанэ дивизионым и чемпион фIэщыгъэцIэр абыхэм ящыщу зыми яIакъым иджыри къыздэсым.
«Лъабжьэ быдэ димыIэ пэтрэ, щIыналъэхэм я зэдай чемпионатым дыщытекIуащ. Апхуэдэ гуп зэкъуэт зэрызгъасэм щхьэкIэ согуфIэ», — къыпищащ Волковым.
Пэж дыдэу, къыхэгъэщыпхъэщи, ди щIалэхэм къызэранэкIащ тхыдэшхуэ зиIэ Къалмыкъым и «Уралан»-р, гугъэшхуэхэр зиIа Ингушым и «Ангушт»-р, Дагъыстэным щыщ командитху, цIыху мелуаным щIигъу щыпсэу Дон Iус Ростов и гупыр.
«Иджы футболистхэм я щIыхуэхэр дыпшыныжынщ. Командэм и бюджетыр зэпIэзэрыт щIыжын хуейщ. ЗэIущIэ куэдыкIейм хуэзэ ула- хуэр клубым футболистхэм яритакъым. ЩIалэхэм зашыIэ. Ауэ, сэ псалъэ стащи, улахуэр иратыжынущ. Тхыдэри фэеплъри мыкIуэды-жынщ — «Энергетик»-р Урысей Федерацэм и Ипщэ щIыналъэм и чемпионщ», — къыхигъэщащ прохладнэдэсхэм я тренер нэхъыщхьэм.
Гупым щекIуэкI зэхьэзэхуэм кIэлъыплъхэм я дежкIи зэхэкIащ етIуанэ увыпIэр къэзыхьари. Апхуэдэу къыщIэкIащ Нэзрэн и «Ангушт»-р. Иужьрей джэгугъуэм абы къригъэблэгъат Астрахань и «Волгарь-Ю»-р. 3:1-уэ хэгъэрей-хэр зэIущIэм щытекIуащ. Ещанэ увыпIэм щхьэкIэ бэнэныгъэр иджыри иухакъым. Зы очко фIэкIа зэщхьэщыкIыныгъэ ямыIэу абы щIобэн «Динамо-Дагъыстэнымрэ» Астрахань и «Волгарь-М»-мрэ.
Джэгугъуэм хиубыдэу екIуэкIа адрей зэIущIэхэм мыпхуэдэ бжыгъэхэр къарикIуащ: «Волгарь-М» (Астрахань) — «Уралан» (Элиста) — 3:1, «Динамо-М» (Мэхъэчкъалэ) — «Нахичевань» (Дон Iус Ростов) — 2:4.
Жыласэ Замир.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "101043.txt"
} |
Урысейм и ерыскъы нэхъыфIхэр
Урысей Федерацэм Мэкъумэш IэнатIэмкIэ и министерствэм мы гъэм етIуанэу иригъэкIуэкIынущ «Вкусы России» лъэпкъ зэхьэзэ-хуэр. Абы щагъэлъэгъуэнущ икIи я фIагъыр зыхуэдэр къыщалъытэнущ хэгъэгухэм бренд хъуауэ къыщыщIагъэкI, щагъэкI мэкъумэшхэкIхэр.
ИджыкIэ ди къэралым и щIыналъэ 78-м щыщу зэхьэзэхуэм ягъэхьащ ерыскъыхэкIыу 700-м нэс. Ар куэдкIэ нэхъыбэщ нэгъабэ хэтам нэхърэ.
Зэпеуэм ягъэхьа мэкъумэшхэкIхэм яхэтщ лъэпкъхэм, хэгъэгухэм я напщIэ телъ ерыскъыхэри, щIыпIэм цIэрыIуэ щыхъуауэ щагъэхьэзырхэри, къызэрыунэхурэ куэд мыщIа, ауэ абы зэрелэжьым зыужьыныгъэшхуэ иIэну гугъэ уэзыгъэщIхэри.
Зэхьэзэхуэм ягъэхьа тхылъхэмкIэ зэкIэ япэ итыр Москва областырщ, абы кIэлъокIуэ Ростов областыр, Пермь крайм ещанэ увыпIэр иIыгъщ — абы ерыскъы лIэужьыгъуэу 27-рэ къигъэлъэгъуащ. Нэхъ жыджэру зэхьэзэхуэм хэувахэм ящыщщ Волгоград, Ярославль областхэр.
Къэбэрдей-Балъкъэрыр лIэужьыгъуи 6-кIэ хэуват мы Iуэхум, ауэ иджыри тIу ды-щIагъужащ. Мы гъэм «Вкусы России» лъэпкъ зэхьэзэхуэм я IэфIагъымрэ фIагъымрэ къыщалъытэнущ адыгэ кхъуейм, къэхъун помидорым, минеральнэ псым, дзэлыкъуэ кIэртIофым, балъкъэр хъыршыным, мыIэ-рысэм, адыгэ хьэлыуэм, джылахъстэней къазымрэ цIыртIымрэ. Зэпеуэм хэтыну жэрдэм зиIахэм я тхылъхэр фокIадэм и 1 пщIондэ ягъэхьащ.
Жэпуэгъуэм и 20-м щегъэжьауэ щэкIуэгъуэм и 7 пщIондэ цIыхубэ IэIэт екIуэкIынущ, жылагъуэм езыхэм нэхъ яфIэфI ерыскъыхэкIхэм папщIэ е зыщыщ хэгъэгур даIыгъын щхьэкIэ Iэ яIэту.
НэщIэпыджэ Замирэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "101046.txt"
} |
Зыгъэпсэхугъуэ махуэм
ФIыгъуэ, насып, угъурлыгъэ
Нал. ФIыгъуэ, насып, угъурлыгъэ зыпылъу къалъытэ пасэрей дамыгъэщ. Унэ бжэщхьэIум, псом хуэмыдэу сымаджэр зыщIэлъым, шы нал тралъхьэрт, бзаджэнаджэ къримыгъэкIуэлIэну. Гъуэгу утехьауэ нал къэбгъуэтыныр фIыщ, жаIэрт. ГъущIхэкIыр, шыр угъурлыуэ къэлъытэным, гъэлъэпIэным къыхэкIащ.
МахуэфI-махуей. Iуэхур къыбдэхъунрэ къыбдэмыхъунрэ щыбублэ махуэм елъытауэ къалъытэу щытащ. Псалъэм папщIэ, «щэбэтыр мэбатэри, щэбэтым хадэ хэплъхьэну фIыщ, бэрэжьейм хэплъхьар хьэпIацIэуахуэ мэхъу», — жаIэрт.
Махуэ щхьэхуэхэм Iуэху пщIэ мыхъуну къалъытэрти, ягъэмахуэщIт (махуэщI, махуэмыщI — табу зытелъ махуэ). «Гъубжымрэ бэрэжьеймрэ кхъуэрэ пэт и кхъуэц зыхигъэхуркъым», «Гъубж Iэбжьанэ иубзи, бэрэжьей гыбзэ къыптихуэ», «Гъубжым Iуэху бублэну фIыкъым», — жаIэрти, яфIэмэхъэшэгъуэт.
Япэ щIыкIэ чристэныр, иужькIэ муслъымэн диныр къихьа нэужь, махуэщIыр мэремым трагъахуэ хъуащ: «Зи бын зыфIэмащIэр мэремым иремыдэ, иремыбзэ».
ЦIыху щхьэхуэм, лъэпкъ псом езым хэхауэ махуэщI щыхаубыдыкI къэхъурт: «Таухэ я щIалэ гъубж махуэм губгъуэм дэкIауэ и лъакъуэр джыдэкIэ иуIэжри, абы икIуэдыкIати, гъубжыр махуэщI ящIащ. А махуэм ятIэ зэрахьэркъым, цы япхыркъым».
МахуэщIым махуащхьэ къегъанэ щIыжаIари аращ (махуэщI Iуэхур фэбжь мэхъури, махуащхьэм пщIэнур къегъанэ).
А псом емылъытауэ, «Нэщэнэ зыхуэпщIыр нэщэнэ пхуохъу», «Зэманыр щыгузэвэгъуэм махуэщI щыIэжкъым» жаIэрти, ирагъэлейртэкъым.
МывэупцIэ, мывопцIэ. Сэ зэралъ мывэ пIащIэ псыгъуэ кIыхь. IуэрыIуатэм, псысэхэм къыхохуэ: тхьэ зэраIуэ Iэмэпсымэу е Iэзэм сымаджэр зэригъэхъуж атрибуту къокIуэ. Адыгэ дахэхуэщIэми мывэупцIэкIэ йоджэ.
ЦIыху жьакIуэм, «пцIы дахэкIэ» узыIэпызышэм папщIэ псэлъафэу «мывэупцIэ IэщIэлъщ (иIыгъщ)» жаIэ.
Адыгэ лы гъэжьэкIэ
ЛыпцIэр зэпаупщI г 35 — 40 хъууэ. Адыгэ бжьын плъыжь цIыкIур яукъэбз, лыри бжьынри псы щIыIэкIэ ятхьэщIри, дзэху тепщэчым иралъхьэ, шыгъу, шыбжий сыр хаудэри, фIыуэ зэIащIэж. И щхьэр тепIауэ щIыIапIэм деж щагъэт дакъикъэ 15 — 20-кIэ. ИтIанэ лы тыкъыр цIыкIухэри бжьынри хъыдан гъущэкIэ ялъэщI. Щагъэжьэнум и деж япэщIыкIэ дзасэм лы тыкъыр фIалъхьэ, итIанэ бжьын псо, апхуэдэурэ дзасэм фIэз ящI, и кIэ дыдэм фIэлъын хуейр лы тыкъырщ. Пхъэ мафIэ дэпкIэ, дзасэр ягъэкIэрахъуэурэ, ягъажьэ, лыр хьэзыр, тхъуэплъ дахэ хъухукIэ. Дзасэм къыфIалъэфри, пщтыру тепщэчым иралъхьэ. Дашх пIастэ, мырамысэ, чыржын, хьэлIамэ, щIакхъуэ. Шэ хуабэ трафыхьыж. Сэбэпышхуэ яхуохъу псчэрейхэм, Iупс бзаджэ зиIэхэм, щIыIэ зыхыхьахэм.
Халъхьэхэр (цIыхуитI Iыхьэ):
мэлылу — г 250-рэ,
адыгэ бжьын плъыжь цIыкIуу — г 150-рэ,
шыгъуу, шыбжийуэ — узыхуейм хуэдиз.
Къубатий Борис.
Къуалэбзухэм я цIэхэр
Мухоловка — жьыкъан.
Нырок красноносый — бабыщпэплъ.
Овсянка горная — къуршкIырыкъ.
Пеликан кудрявый — жьэдзыуэин.
Сплюшка — жьындуцIыкIу.
Баклан — хыбабыщ.
Стеноглаз — дурэшбзу, бзудамэплъ.
Волчок — бгъэкIэхьцIыкIу.
Трясогузка — мывэкIэпыс.
Погоныш — бгъэнджэд.
Желна — жыгыуIуфIыцIэ.
Рябинник — джэдгъалIэхуэлъэ.
Сверчок пятнистый — бзужэркусэ.
Буйволовая птица — хывбзу.
Выпь — бгъэкIэхь, къамылджокъ.
Вяхирь — тхьэрыкъуэпщэху.
Галстучник — щхьэщ, пшахъуэджэд.
Глухарь — хъунгъар.
Сойка — мэзкъанжэ.
Фазан золотой — мэзджэдщхьэтумэ.
Горлица кольчатая — жыгтхьэрыкъуэ.
Барсучок — бгъэнбзу.
Бекас — сыр-сыр.
Голубь дикий — тхьэрыкъуэ Iэл.
Дубонос — дубэкъ.
Жэпуэгъуэ
Жэпуэгъуэ — бжьыхьэку мазэ. Ди зэманым къагъэсэбэпыр жэпуэгъуэ псалъэращ. А фIэщыгъэцIэм гъэм и лъэхъэнэр нэхъыфIу къигъэлъагъуэу къалъытэ. ЖыпIэ хъунущ мы мазэр тхьэлъэIу мазэу. Апхуэдэу, зэрыжылэу къызэдаIэту, абы щыгъуэ ящIырт Созэрэщ и тхьэлъэIушхуэр.
ТхьэлъэIур унагъуэ тхьэлъэIут. Созэрэщ и пщыхьэщхьэр щагъэлъапIэр бжьыхьэу гъавэр псори зэщIакъуэжа иужькIэт. СозэрэщкIэ адыгэхэр зэджэр хьэмкIутIей дакъэт, зэкIэщIэкIыкIауэ къудамибл тету. Созэрэщ и пхъэ дакъэр къащтэрти, къабзэу ятхьэщIырт. ИужькIэ унэм я нэхъыжьым къищтэрт, абы иужь джэгуакIуэр, пшынауэр, унагъуэм ис псори иувэрти, уэрэд жаIэу, пшынэ еуэу бжэм бгъэдыхьэрт. Пхъэ дакъэр зыIыгъ тхьэмадэр бжэм и деж щызэтеувыIэрти жиIэрт: «Созэрэщ, мы бжэр тхуIух».
Мыдрейхэри апхуэдэу лъаIуэрт. ИтIанэ бжэр зыгуэрым Iуихырти, псори щIигъэхьэрт. Иджы унэм я нэхъыжьым Созэрэщ и пхъэ дакъэр утыкум иригъэувэрт, абы уэздыгъэшыхьхэр кIэрыгъэпщIамэ, пигъанэрт. Созэрэщ и пхъэ дакъэм тет къудамэхэм уэздыгъэшыхьу кIэрагъапщIэр елъытат а унагъуэм цIыху бжыгъэу исым. Уэздыгъэшыхьхэм къинэмыщIауэ, Созэрэщ и пхъэ дакъэм и къудамэхэм кхъуей хьэбыкъуэ IэшкIэ ящIурэ кIэралъхьэрт. А псори зэфIэкIа иужькIэ унагъуэм ис псори Созэрэщ и пхъэ дакъэм еувэкIырти, я щхьэхэр Созэрэщ хуагъэщхъырт. Пхъэ дакъэр къауджыхьырт, тхьэ елъэIурт. ТхьэлъэIур зэфIэкIа иужькIэ псори зэхэтIысхьэжырти, шхэрт.
Мы тхьэлъэIум джэгукIэ, къафэ, гушыIэ хуэдэхэр пыщIауэ щыттэкъым. Шэч хэмылъу, Созэрэщ тхьэлъэIум зэхъуэкIыныгъэ куэд игъуэтащ.
Мы мазэм хеубыдэ тхьэшхуэгухьэж тхьэлъэIури. Ар щекIуэкIыр бжьыхьэ мазэу жэпуэгъуэм и пэ махуэхэрщ. Жылэм, уеблэмэ псыхъуэм къуажэу дэсыр зэпэмыжыжьащэмэ, псори зэхыхьэрэ тхьэлъэIушхуэ ящIыжу аращ, гъэм берычэту къахэхъуам щхьэкIэ Тхьэшхуэм фIыщIэ хуащIу.
ТхьэлъэIур щекIуэкIыну тхьэм и губгъуэм цIыхур пщэдджыжь нэмэзым къекIуалIэрт. Нэгумэ Шорэ мыпхуэдэу етхыж: бжьыхьэм, гъавэр зэщIакъуа иужькIэ, япэрей махуэр ехьэжьауэ ягъэтхьэлъэIушхуэт. Япэ щIыкIэ Тхьэшхуэгухьэж зэращIым ехьэлIауэ хъуэхъу яIэт. Тхьэм елъэIуа иужькIэ ефэ-ешхэ къызэIуах, мэджэгу, я нэгу зрагъэужь.
Тхьэшхуэгухьэжыр зэрекIуэкIыр зы махуэт, абы къыхэкIыу, къафэ, гушыIэхэр нэхъ мащIэт. Мы тхьэлъэIум къыгуэх имыIэу щыщ пкъыгъуэт шы гъэджэгухэмрэ шу зэпеуэхэмрэ. Мыбы щыгъуэ шэщIауэ шыгъажэ ящIыртэкъым. Ауэ шы джэгукIэхэр нэхъ куэд хъурт.
ТхьэлъэIур нэгузыужьу екIуэкIырт. Псом хуэмыдэу къахуэгъэсыртэкъым Тхьэшхуэм щхьэкIэ ящIыну уджыр. Абы псори гуфIэжу хэтт. Мы уджым ухагъэхьэртэкъым Тхьэшхуэр уи фIэщ мыхъумэ, жумарту, хьэлэлу ущымытмэ.
НэхъыщIэ нэхъ щIасэщ
Быныр нэм и хъуахуэщ.
Еблагъэ зи бэм и бын мэжалIэркъым.
Джэду хьэжы зыкъещI.
Зэхуэфащэ зэщауэгъущ.
НэхъыщIэ нэхъ щIасэщ.
Унагъуэ зиIэм унагъуэ и пIалъэ ещIэ.
Бысым гуащэщIэ хьэщIэ и щIасэщ.
Зи щхьэ уи унэ исым и псэ уи унэ илъщ.
Уи гъунэгъу и фэ къыптоуэ.
Къуажэ дэз Iыхьлы нэхърэ — жылэ и зырыз благъэ.
Нэм пэжыжьэми, гум пэблагъэщ.
Къуэр напщIэщ, пхъур набдзэщ.
Псэр зэхъуапсэр дахэщ.
Уи бынрэ уи благъэрэ умыбж.
ХьэщIэр бысымым и гъэрщ.
Псалъэзэблэдз
ЕкIуэкIыу: 2. Фэ дахэ зиIэ цIыху е напэм, щIыфэм и теплъэ. 6. …-абхъаз зауэм ди адыгэ щIалэхэм лIыгъэ щызэрахьащ. 7. Псалъэжьым зэрыжиIэмкIэ, апхуэдэ цIыхур щыту малIэ. 8. … зытеха къэбыр нэхъ IэфI мэхъу. 10. Плъыр, къэрэгъул, … 11. Хьэ лъакъуэрэ … лъакъуэрэ пхуэубыдын? 16. Мыдрисэм щеджэ. 17. Дунейм и щыгу нэхъ лъагэ дыдэм дэкIа адыгэ бзылъхугъэ Мэз … 19. Лъапэ зыпымыт цIыхухъу щыгъын. 20. КъБКъУ-м и 2-нэ ректору щыта. 22. Пшынауэ, уэрэдус, КъБР-м и цIыхубэ артист. 23. ЗэрымыщIэкIэ ирахьэжьа хъыджэбзым кIэлъыщIэпхъуа гуп. 25. Адыгэ композитор Iэзэу щыта, УФ-м и къэрал саугъэтыр зрата. 27. Дунейм и щIэрэщIэгъуэ зэман.
Къехыу: 1. Зи щIалэгъуэр зэи имыкIыу жэнэтым ис тхьэIухуд. 2. Анэкъилъху. 3. Зи щхьэгъусэр дунейм ехыжа цIыхубз. 4. « … дахэкIей» — Къардэн Хьэсэнрэ Бахъуэ БетIалрэ яуса уэрэд цIэрыIуэ. 5. … хъунур шкIэ щIыкIэ къощIэ. 9. Бахъсэн районым щыщ къуажэ. 11. Акъсырэ Залымхъан и пьесэ «Дахэнагъуэм» хэт лIыхъужь нэхъыщхьэ. 12. Литературэ тхыгъэ. 13. Унагъуэ къэс щIэлъ Iэмэпсымэ, хьэпшып. 14. Шы «вакъэ». 15. Шы къэпщIэнтIам къыщхьэщих бахъэ. 18. Адыгэ театрым и джэгуакIуэ, КъБР-м и цIыхубэ артисткэ. 20. Бжэм и … макъ. 21. «Аркъэ», «шагъыр», «махъсымэ» псалъэхэр къызэщIэзыубыдэ. 24. Бдзэжьей зэрещэ. 26. Уафэм къех мыл тыкъыр цIыкIу.
Зэхэзылъхьар Мыз Ахьмэдщ.
Жэпуэгъуэм и 2-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр:
ЕкIуэкIыу: 1. Iуащхьэ. 4. ЩхьэкIуэ. 8. Акъ. 9. Егъу. 10. Цыхъар. 14. Пхуэфащэмэ. 19. УимыкI. 21. Хъун. 22. Ущ. 23. Щыпкъэ. 24. Хьэчим.
Къехыу: 2. Аргъуей. 3. Хьэнцэ. 5. Хьэкъурт. 6. КIурацэ. 7. Щихъ. 11. Шхуэ. 12. Къан. 13. Кумб. 15. Менлы. 16. Дудакъ. 17. ПкIауэ. 18. Гъэузи. 20. Мэш.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "101056.txt"
} |
Дэ дыадыгэщ, дышэрджэсщ
Ныбэжь Арсен и усыгъэщ нобэрей ди къыдэкIыгъуэм теддзэр. Иджы япэу зи IэдакъэщIэкI ди газетым къытехуэ, зэрытхэрэ куэд щIами, зи IэрыкIхэр хэIущIыIу мыхъуа щIалэм и усэ Iэрамэм лъабжьэ хуэхъуащ тхыдэр, зэджа тхыгъэхэм къахиха гупсысэхэмрэ дэфтэр щхьэхуэхэмрэ. Пэжщ, усэ гъэпсыкIэ и лъэныкъуэкIэ ахэр щыщIэныгъэншэкъым, ауэ псэм къыбгъэдэкIщ. ЩIэджыкIакIуэхэр фыщыдогъэгъуазэ абыхэм ящыщ Iыхьэм.
* * *
Дунейм шэрджэсхэр зэрытетрэ
ЯфIощI лъэпкъ куэдхэм гъэщIэгъуэн,
Адыгэ Хабзэр, ПщIэр, Нэмысыр,
ЩIохъуэпс абыхэм зыхалъхьэн!
Зы анэм дэ дыкъимылъхуами,
Дэ, къапщтэм, псори дызэкъуэшщ,
Дунейм зэбгрыдзауэ дыщыпсэуми —
Дэ дыадыгэщ, дышэрджэсщ!
Лъэпкъ тхыдэм къигъэна
лъэужьым
Тхылъ куэди, гъыбзи траухуащ.
Щэнхабзэм, лъэпкъым и къэухьым,
ЩIэныгъэлI куэди телэжьащ.
Си гугъэщ сэ, зэманым къекIуу,
ЩIэблэщIэм дежкIэ сэбэп хъун,
Ди лъэпкъ лъэужьыр усэ къупхъэу
ЩIаджыкIмэ — фIыуэ ялъагъун!
АтIэ сыхуейщ сэ мы лэжьыгъэр,
ФIыуэ слъагъу лъэпкъым
щхьэкIэ стхын!
Щыуагъэ хэту фэ къэфлъытэр
Сыхуейщ сэтей, ар пэжмэ, фщIын!
Щыуагъэ хэтыр, пэжу флъытэр,
Зэгъусэу дэ зэддзэкIыжынщ,
Мыбы еджэну си лъэпкъэгъухэм
АбыкIэ фIыщIэ ин фхуэсщIынщ!
1.
Ижь лъандэрэ къежьа
ди лъэпкъыр,
Хьэтхэурэ зыхьхэущ зэрыIуар,
Абы и щыхьэтщ Къаир музейм,
Тхыгъэ нэхъыфIу щIэлъу хъуар!
Зы мыхъуамэ, мелуаниплI
Шэрджэсхэр дыхъуу щытыгъащ,
«Ухэт уэ?» жаIэу къыдэупщIмэ,
Дыхьэтхэущ дызэрацIыхуар.
Мысырым ди шэрджэс-мамлюкхэм
Тепщэгъуэ ин щаубыдыгъащ,
Баркъукъ лIыхъужьыр ди пащтыхьу,
Къару шэрджэсхэм диIэ хъуащ!
Лъапсэрыгъажэу Айюбидхэм
Абдеж тепщэгъуэр щаухащ,
Хьэрып къэралым щыпсэу цIыхухэр
Илъэс мин щищкIэ псэхужащ!
Мысырым и къэрал гъунэгъухэм,
Я зехьэзехуэр мамыр хъуащ!
Шэрджэсхэм ди унафэм щIэтхэу
Хьэзэрхэр, коптхэр фIыуэ
псэу хъуащ!
Къаабэм и тепIэн нэхъыщхьэр
Ди мамлюкыпщхэм дзыхь хуащIащ,
Муслъымэн диныр зэрахьэну
Сэбэп хьэрыпхэм дахуэхъуащ!
Салахь-ад-Дин и сулътIаныгъуэт
Мин щитIрэ тхущIым щыщIэдзау,
Мысыррэ Щамрэ зэгуигъэхьэу
Зы къэралыгъуэ ар щищIам!
Абы и фIыгъэкIэ зауэлIхэм
Я псэукIэным зихъуэжащ,
Дзэм хэт шэрджэсхэм я пщIэр ину
Салахь-ад-Диным къиIэтащ.
2.
А зэманыгъуэм жор-джаурхэр
Хьэрыпхэм къебгъэрыкIуэ хъуащ,
Мамлюкхэр бийм пэщIэувэну
Хиттин и деж щызэхуэзащ!
Абы хэтахэм ятхыжамкIэ,
Мамлюкхэм бжьыпэр яIыгъащ,
Жор-легионыр ягъэщIэхъури,
ХэщIыныгъэшхуэ бийм яхьащ!
ЕтIуанэу Газэм деж щызэхуэзэри,
Гвидо-де-Лузианыр «хъым» къихуащ,
Шэрджэс-мамлюкхэм бийр
хагъащIэри,
Иерусалимыр яубыдащ!
Мы дунейм цIыхухэр зэрытетрэ,
Зауэгъуэ гуащIэу куэд щыIащ,
Хиттин и деж щекIуэкIа зауэр,
Нэхъ гуащIэ дыдэхэм щыщащ!
КIэщI дыдэу сыкъытеувыIэну
Сыхуейт зауэшхуэхэу щыIам,
Шэрджэс-мамлюкхэм лIыхъужьагъэу,
А зауэхэм щызэрахьам!
Лъытэн хуейуэ собж
Баркъукъ-лIыхъужьым
ХытIыгу Родос зэриубыдар,
Бибарсрэ абы и къуэ Джэкъэмыкъурэ
Жор-легионыр зэрыхагъэщIар.
Къэитбей мамлюк-шэрджэс
пащтыхьыр
Тыркухэм щэней зэрытекIуар,
Хьэлебэ деж, Нил и псы Iуфэм,
Зауэшхуэ гуащIэу щекIуэкIар!
Зэман къисIуам деж щыщIэдзауэ,
Шэрджэсхэм лIыгъэ зэрахьащ,
ИгъащIэкIэ мыужьыхыжыну
Лъэпкъ лIыхъужьыгъэр гъаIэтащ!
3.
Наполеон зэритхыжамкIэ,
Шебрейс и деж ар щынэсам,
Дыщэпсу фащэкIэ хуэпауэ
ЗауэлI шу гупым щаIущIащ.
«ЗиIысхэр сыт? Хэт мы зэуэлIхэр?» —
КъыжиIэу ар щыщIэупщIам,
«Мамлюк зауэлIщ,
Джиркасхэу жаIэр», —
Абы жэуапу къратащ.
Нэхъ зауэлI Iэзэ, лъэрызехьэ
ИгъащIэм зэй имылъэгъуау,
ЦIыху щитIым я зауэлI къэухьым
ЗыбгъупщIыр текIуэу щытыгъау.
Я фащэр, Iэщэр хьэлэмэту,
Зэпэщу, екIуу зэщIэкъуауэ,
Шы лъэрызехьэхэр дэщIыгъуу,
Зэуэным ахэр къыхуалъхуауэ!
«Зы зауэлI щитI шэрджэсхэм щыщу, —
Наполеон жиIат, — сиIам,
Сыбжынт дунейр сэ си Iэрылъхьэу,
Тепщэгъуэр дэнкIи щызубыдау!»
Шэрджэсхэм я Iущагъэм, лIыгъэм,
Наполеон къыдахьэхат,
И щхьэ хъумакIуэу зауэлI гупи
Абы Мысырым къришат!
Зэман дэкIауэ, дзэр хагъащIэу,
И Iуэхухэр щызэIыхьэпам,
Хьэзэт-Алий Псыкупсым щыщу,
ЛIэжыхукIэ абы игъусащ!
Марсель и гъунэгъу къуажэ цIыкIум
Шэрджэсхэм щIыпIэ къыщратащ,
Нобэр къыздэсым ди лъэпкъэгъу куэдым
ПсэупIэ Франджыр яхуэхъуащ!
Адыгэхэр дызэрыгушхуэу ди лъэпкъым
ПщIэшхуэ къезытам,
Зэман пычыгъуэм къриубыдэу,
Сыхуейт мы тхыгъэм хэзгъэхьам.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "101060.txt"
} |
Лъэужь щхьэп гъащIэм къыхэзына
Нобэ, псэужамэ, илъэс 80 ирикъунут зэман кIыхькIэ «Черкес хэку» газетым и редактор нэхъыщхьэу лэжьа, и гуащIэдэкI инымрэ зэфIэкI лъагэмрэ хуэфащэу «Урысей Федерацэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ», «Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и цIыхубэ тхакIуэ» цIэ лъапIэхэр зыфIаща Дэбагъуэ Мухьэмэд.
Мухьэмэд къыщалъхуа Жьакуэ къуажэм (нэхъ пасэм Къубатейуэ, 1865 — 1927 гъэхэм Алъэсчырейуэ щыта жылэр 1822 гъэм Къэбэрдейм икIыу Инжыдж псыхъуэ Iэпхъуахэм ящыщщ) и мызакъуэу, Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ, Къэбэрдей-Балъкъэр республикэхэм фIыуэ къыщацIыху журналисту, тхакIуэу, драматург гъуэзэджэу щытащ. Ноби абы и тхыгъэхэм ящыщ хэтщ курыт еджапIэхэм я программэм, и пьесэхэр щагъэув Шэрджэс къэрал драмэ театрым. Лъэужь щхьэпэ къыхинащ Мухьэмэд ди гъащIэм.
Илэжьа Iуэхушхуэхэм я мызакъуэу, ар ди гум IэфIу къизыгъэнар цIыхуфIу, и лъэпкъыр фIыуэ илъагъуу, цIыхугъэм, ныбжьэгъугъэм хуэпэжу зэрыщытарщ. ЗэфIэкI зиIэ псоми къайхъулIэркъым цIыхуфIу дунейм тетын къалэныр.
Ар си къуажэгъу къудейтэкъым, атIэ си ныбжьэгъу нэхъыфI дыдэхэм ящыщт, уеблэмэ япэ классым къыщыщIэдзауэ илъэсиблкIэ зы партэм дыдэсащ абырэ сэрэ. Ди сабиигъуэр зауэ нэужь зэман хьэлъэм техуат. Апхуэдэ зэман хьэлъэм зэныбжьэгъу къудейуэ укъигъанэркъым — гугъуехьым зэкъуэш дищIат. Илъэс куэд дыдэ дэкIами, нобэ Дэбагъуэ унэцIэ зезыхьэ Шэрджэсым е Къэбэрдейм сащыхуэзэмэ, си Iыхьлы дыдэ слъэгъуауэ къысщохъу, Мухьэмэд и фэ дахэ изоплъ.
Дэбагъуэ Мухьэмэд теухуауэ гукъэкIыж Iэджи щызэрызохьэ си щхьэм, псалъэ гуапэ куэди телъщ си бзэгупэм, ауэ нэхъ игъуэу къыщIэкIынщ мы тхыгъэм а цIыху гъуэзэджэм лъэпкъым, къыщалъхуа къуажэм, адыгэ псоми яхуилэжьа Iуэху хэхахэм сыщытепсэлъыхьмэ.
ЛIы губзыгъэ гуэрым мыпхуэдэу жиIащ: «УсакIуэр, тхакIуэр къэпцIыхуну ухуеймэ, кIуэ ар къыщалъхуа лъахэм». Мухьэмэд къыщалъхуа Жьакуэ къуажэр Инжыдж и Iуфэ ижьым Iусщ. Къуажэм и тIысыпIэр куэдрэ ихъуэжащ. Иджы здэщысым 1891 гъэм къэIэпхъуащ. Къуажэпщу щыта Алъэсчыр Исхьэкъ псым и ижьрабгъур къыщыхихым жиIат: «Сэ сыхуейкъым ди бзылъхугъэхэм Iэ сэмэгукIэ псы кърагъахъуэу псэуну». Ди къуажэкIэм пэгъунэгъуу Инжыдж и адрей сэмэгумкIэ къэтIыса Хьэгъундыкъуей (Алибэрдыкъуэ) жылэм я цIыхубзхэм нобэр къыздэсым Iэ сэмэгукIэ псы кърагъахъуэ. Алъэсчырым и закъуэкъым гушыIэ зыхэлъу къекIуэкIыр. Жьакуэ щыпсэу дэтхэнэми гушыIэ дахэ яхэлъщ. Ди къуажэм «Адыгэ Габрово» фIащами щыуэнтэкъым. Сыт и уасэт мы къуажэм къыдэкIа артист цIэрыIуэ Акъ Мухьэрбэч и гушыIэкIэр!
Жьакуэр къуажэ цIыкIущ (цIыху 1800-рэ хуэдиз нобэ щопсэу), ауэ мыбы цIыху цIэрыIуэ куэд къыдэкIащ. Апхуэдэхэщ артистхэу Акъ Мухьэрбэч, уэрэджыIакIуэ Гъуэт Хъусин (УФ-м и цIыхубэ артистщ), щIэныгъэ зэхуэмыдэхэмкIэ докторхэр, кандидатхэр, къэрал псом къыщацIыху спортсменхэр, тхакIуэхэр, журналистхэр. Абыхэм яхэтщ и къуажэм и цIэр фIыкIэ зыгъэIуа Дэбагъуэ Мухьэмэди. Абы и жылэр зыми химылъхьэу фIы дыдэу илъагъурт, и къуажэгъухэм я гуфIэгъуи, я гуауи ядигуэшырт.
Дэбагъуэ Мухьэмэд илэжьа Iуэхухэм я гугъу пщIымэ, япэ изгъэщынт адыгэ газетым тригъэкIуэда и гуащIэшхуэр. 1965 гъэм къыщыщIэдзауэ дунейм ехыжыху ар щылэжьащ нобэ «Черкес хэку» зи цIэ газетым и корреспонденту, редактор нэхъыщхьэм и къуэдзэу, илъэс куэдкIэ абы и редактор нэхъыщхьэу. Дигу къэдгъэкIыжынщи, адыгэ газетхэм я напэкIуэцIхэращ ди литературэр къыщежьар, псом хуэмыдэу 20 — 40 гъэхэм. Абы къыкIэлъыкIуа лъэхъэнэми адыгэ литературэм ехьэлIауэ газетхэм я мыхьэнэр нэхъ лъахъшэ хъуауэ пхужыIэнукъым. Дэбагъуэм абы лэжьэн щыщIимыдзэ щIыкIэ итха усэхэри япэу къызытехуар а газетырщ.
Шэрджэсхэм я адыгэ газетым и мыхьэнэр зэрыиным теухуауэ зы щапхъэ. ТIощI гъэхэм щыщIэдзауэ «Черкес хэку» газетым (цIэ зыбжанэ зэрихъуэкIащ ипэкIэ) нэхъыбэу щылэжьар, редактор нэхъыщхьэхэри хэту, Хьэгъундыкъуейрэ Жьакуэрэ къыдэкIахэрщ. Арагъэнщ мыбыхэм, псом хуэмыдэу хьэгъундыкъуейдэсхэм усакIуэ, тхакIуэ куэд къащIыхэкIар. Псалъэм папщIэ, мы къуажэм усакIуэ тIощIым нэс къыдэкIащ, абыхэм ящыщщ: Бемырзэ Мухьэдин, Нэхущ Мухьэмэд, Пхъэшх МуIэед, Анзор Мухьэмэд, Хьэгъундокъуэ Рэмэзан, Шорэхэ Хьэсинрэ Ахьмэдрэ, Тхьэгъэпсэу Увжыкъуэ, АбытIэ Хъызыр, Иуан Щамел, АбытIэ Владимир сымэ. Мы къуажэм «Шэрджэс усыгъэм и Мэккэ-Мадинэ фIэсщащ» жысIэу тхыгъэ гуэрым къыщызгъэлъэгъуащ. ИужькIэ сыгушыIэу жысIэгъащ: «Фи къуажэм щыщ апхуэдиз цIыхур усэным дезыгъэхьэхар махуэ къэс фызыIуплъэ Жьакуэм и теплъэ дахэрщ» (Алибэрдыкъуэ къуажэм и пащхьэм итщ си адэшхуэм и адэ БакIуу Алий и цIэр зезыхьэ «БакIулий» мэзымрэ бгы екIуэкIымрэ). ГушыIэ хэмыту жыпIэмэ, литературэм Жьакуэ, Алибэрдыкъуэ, Хьэбэз къуажэм дэсхэр хэша щIэхъуар адыгэ газетымрэ адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэхэмрэ я фIыгъэщ. ИужьреймкIэ Алибэрдыкъуэр япэ итауэ къыщIэкIынщ.
Илъэс куэд и пэкIэ къыщIадзауэ адыгэ газетхэм усакIуэхэм, тхакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэр традзэ. Мухьэмэд щылэ-жьа илъэсхэми «Литературэ напэ» газетхэм хухахыу щытащ. Ар жыджэру хэтащ Адыгейм, Къэбэрдейм, Шэрджэсым зэгъусэу къыдагъэкIыу щIадза номер зэхэтхэм. Ноби республикищым я адыгэ газетхэм ар хабзэфIу къадогъуэгурыкIуэ. Дунейм тепхъауэ псэу ди лъэпкъым дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ адыгэхэр зыгуэркIэ зэпызыщIэ мы Iуэхум.
Адыгэ газетым щылажьэурэ, Дэбагъуэ Мухьэмэд иубзыхуащ и тхакIуэ хъэтIыр, игъэIурыщIащ литературэм и жанр зэхуэмыдэхэр. Псом хуэмыдэу абы къехъулIэрт очерк жанрыр. Совет лъэхъэнэм очеркым мыхьэнэшхуэ иратырт, абыкIэ ягъэлъапIэрт зи гуащIэдэкIыр лъагэ цIыхухэр. Ди жагъуэ зэрыхъущи, нобэ прессэр, псом хуэмыдэу телевиденэр, гуащIэдэкI лэжьакIуэм зэрытепсэлъыхьыр мащIэ дыдэущ, къебэкI хъуащ зэштегъэур, бзаджащIэхэм ятеухуа темэхэр, цIыхум и гур изыуд мыхъумыщIагъэхэр къэгъэлъэгъуэныр. Журналист Iэзэ Дэбагъуэм и очеркхэм къакIэлъыкIуэрт рассказхэр, повестхэр, гушыIэ миниатюрэхэр. Газетхэм, журналхэм къытехуэ и тхыгъэхэм къакIэлъыкIуащ тхылъ щхьэхуэхэри.
Дэбагъуэ Мухьэмэд «ЩIыгур зыгъэщIэращIэ» и япэ тхылъыр 1972 гъэм Черкесск къыщыдигъэкIащ. Мыбыи «Псынэдахэ и бжьыхьэр» и етIуанэ тхылъми прозэр щытепщэщ. Иужьрейм итщ тхылъым фIэщыгъэ хуэхъуа повестымрэ рассказ пщыкIузрэ. Гу лъумытэну Iэмал иIэкъым тхакIуэм и рассказхэм гушыIэ куэд зэрыхэтым. ГушыIэ защIэ зи лъабжьэ рассказ цIыкIу, «миниатюрэ» зыфIищахэр щхьэхуэуи итщ «ФIы зыщIэ щIегъуэжыркъым» фIэщыгъэр иIэу 1991 гъэм къыдигъэкIам.
Иджыри зы гъэщIэгъуэн хэтщ Дэбагъуэм и очеркхэмрэ рассказхэмрэ. Мыбы убгъуауэ къыщыгъэсэбэпащ диалогхэр. Абыхэм къагъэлъагъуэ тха-кIуэр драматургием пасэу дихьэхыу зэрыщытар.
Зы Iуэхугъуэ къытеувыIапхъэщ адыгэ театрым теухуауэ. Адыгеймрэ Къэбэрдеймрэ я театрхэр нэхъ пасэу зэфIэуващ икIи заужьащ. Шэрджэсым адыгэ театрыр къыщызэрагъэпэщар хыщI гъэхэрщ. Къэбэрдей театрым щылэжьэну цIыху 60 къыхахри, 1935 гъэм ГИТИС-м еджапIэ ягъэкIуащ. Институтыр къаухри, абы труппэ гъуэзэджэу къагъэзэжащ 1940 гъэм. А гупыр иджыри еджэу, абы хэтхэм ягъэхьэзыру щIадзат КъардэнгъущI Зырамыку (езы Зырамыкуи абы щыгъуэм студентт) и «Къанщобийрэ Гуащэгъагърэ» пьесэр. Абыхэм щIэныгъэ куу ягъуэтат, Iэзагъэ ин зыIэрагъэ-хьати, уеблэмэ хамэ къэрал классикхэм я пьесэхэр ягъэувырт. 1940 гъэм Бомарше и «Фигаро и фызышэ» комедиер фIы дыдэу щагъэуват Къэбэрдей театрым. Черкесск деж адыгэ театр къыщыщызэIуахым, артист ягъэхьэзырахэр зыхуей пьесэхэр мащIэ дыдэт. Мис абдеж и зэфIэкIыр къызыкъуихыу щIидзащ драматург Дэбагъуэ Мухьэмэд.
Режиссёр Абдокъуэ Маталио и гъусэу япэ щIыкIэ ягъэуващ литературэ тхыгъэ щхьэхуэхэм къытращIыкIа драмэхэр: Уэхъутэ Абдулыхь и «Iэсият и мывэ» повестым, «IэлъэщI плъыжь», «Iэпхъуалъэ телъыджэ» таурыхъхэм къытращIыкIахэр, «Хэкум епцIыжам и анэ», «ЩIыгу IэмыщIэ» жыхуиIэхэр. Езы Дэбагъуэм итхащ комедие зыбжанэ («Аращ лIы зэрыдэкIуэр», «КIапэ нэхърэ — напэ е нысэтын»), таурыхъ жыпхъэм ит пьесэхэу «Иныжьым и нэр», «ГъущIыпсэ» жыхуиIэхэри абы и Iэдакъэм къыщIэкIащ. Иджырей зэманым теухуащ «Дыгъур гъуэмбым йохуэ», «ФIы зыщIэр щIегъуэжыркъым», «Анэр нэм хуэдэщ» пьесэхэр. Иджырей драмэр курыт еджапIэм и программэм хэту ядж. Зэрытлъагъущи, абы Шэрджэс театрым и репертуарыр игъэнщIащ илъэсипщIым щIигъукIэ. Езы Дэбагъуэ Мухьэмэди нэхъыбэу къызэрацIыхур драматургыущ, ауэ я фIагъкIэ абы и пьесэхэм зыкIи къыкIэрыхуркъым и рассказхэри.
И рассказхэм я сюжетыр «журналист нэ жанкIэ» Дэбагъуэм къыщигъуэтырт ди зэманым щекIуэкI гъащIэм. БлэкIакъым тхакIуэр ди сабиигъуэр гуфIэгъуэншэ зыщIа зауэ темэми. А темэр Мухьэмэд зы теплъэгъуэ гукъэкIыж фащэу «хиухуэнащ» «Псынэдахэ и бжьыхьэр» повестым (абы къыщыгъэлъэгъуэжа пычыгъуэр хыхьащ еханэ классым я учебникым). Повестым къыщыгъэлъэгъуащ совет зэманым щыIа зэхэтыкIэр, псэ хьэлэлкIэ жылагъуэм хуэлажьэ цIыхухэр. Мыбдеж тхакIуэм къигъэсэбэпащ зауэ зэманым адыгэхэм Ленинград къраша сабийхэр зэрахъумам, зэрапIам щыщ Iуэхугъуэхэри. Мы повестми рассказ куэдми Дэбагъуэм «щигъэлэжьат» сюжет щIэщыгъуэхэр, сэтей къищIырт узыIэпызышэ Iуэху екIуэкIахэр.
Куэдым зэращIэщи, тхакIуэм и къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщу къабж зэманыр, зыхэпсэукI лъэхъэнэр пэжу къэгъэлъэгъуэныр; абы и нэщэнэхэр фIэщхъуныгъэ хэлъу тхылъеджэм и пащхьэм илъхьэныр мыхьэнэшхуэ зиIэщ.
Драматургиемрэ прозэмрэ и гуащIэр нэхъыбэу хилъхьами, Дэбагъуэр усэнми хуэармууэ щытакъым. Мухьэмэд и усэ зыбжанэм макъамэ щIалъхьэри, уэрэд хъарзынэ хъуахэщ. Апхуэдэхэщ Хьэбэч Умар теухуа уэрэдыр, «Ар лъагъуныгъэщ», «Си дахэр», «Си дунейр къысхуэгъэнэху», «Сытым щыгъуэ сыкъэпщIэну?», нэгъуэщIхэри. Апхуэдэу езы Мухьэмэди уэрэд жыIэныр фIэфIт. Къэрэшей-Шэрджэсым ноби щыIэщ адыгэ уэрэдыжьхэр зыгъэзащIэ «Нарт» цIыхухъу ансамблыр. Ар къызэзыгъэпэщахэм яхэтащ, уеблэмэ пашэу зыкъомрэ щытащ Дэбагъуэр.
Хэкупсэу, и лъэпкъыр фIыуэ илъагъуу зэрыщытам ари и щапхъэщ. Сэ хуабжьу сигу ирохь адыгэхэр жыг хадэм убгъуауэ елэжьу щыщыта зэманхэм къэхъуа, ауэ нобэ ящыгъупщэжа зы хабзэ дахэ. Iуэхушхуэ зылэжьа, цIыхугъэ ин къызыкъуэкIа, лIыгъэ зезыхьа цIыхухэм фIыщIэ жыг хухасэрт. Хабзэр щымыIэжми, жыIэгъуэ дахэр къэнащ, ар яхужысIащ IутIыж Бориси, ЦIыпIынэ Аслъэни. ФIыщIэ жыг хуэфащэщ Дэбагъуэ Мухьэмэди.
ЦIыхур зыгъэдахэр и гуащIэдэкIырщ, адыгагъэу хэлъырщ. А псомкIи щIыхуэ лъэпкъ къытенакъым Дэбагъуэ Мухьэмэд. Ар къыхэкIащ Дэбагъуэ Къалэбэч и бынунагъуэшхуэм. Апхуэдэхэм сабийхэм щыгъыныр, шхыныр къащемэщIэкIами (псом хуэмыдэу зауэ нэужь зэман хьэлъэм), я псэкIэ, цIыхугъэкIэ, зыIыгъыкIэкIэ, цIыху хэтыкIэкIэ зэгъ хъу хабзэщ. Хьэл хъарзынэ яIэу къэхъуахэщ Мухьэмэди къыдалъхуахэри. ЗэрыцIыкIу лъандэрэ ар фIыуэ еджащ, студенту щыщыта зэманым щыщIидзэри, спортым дихьэхыу, усэ итхыу щытащ. ГушыIэшхуэ хэлът, жьы щIэтт, ныбжьэгъу пэжт, нэжэгужэу, гуапэу псоми япежьэрт. Ар фIыуэ зыцIыхуу щытахэм, шэч хэмылъу, ягу къинэжащ абы и уэрэд жыIэкIэ дахэр, екIуу къафэу утыкум бжьыфIэу зэриту щытар.
Мухьэмэд зыцIыхуу щыта псоми ар дигу къэдгъэкIыжынщ мы дуней дахэм хуэфащэу зэрытетар. Сэ срогушхуэ, сроин ар ныбжьэгъуу зэрызиIам, зы къуажэ дыкъызэрыдэкIам. Илъэс куэдкIэ зэпэIэщIэу дыпсэуами, зэи си гум икIыркъым ди зэхущытыкIэ IэфIыр.
Дэбагъуэ Мухьэмэд сэбэп зыхэлъ Iуэхуу ищIар гъащIитI-щым яхурикъунщ. ЛъэужьыфI къыхуигъэнащ литературэм, журналистикэм, адыгэ щэнхабзэм. ЗыкIи шэч къытесхьэркъым абы ахърэт дахэ зэригъуэтам.
БАКIУУ Хъанджэрий,
филологие щIэныгъэхэм
я доктор, профессор.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "101063.txt"
} |
Адыгейр фIыуэ уэзыгъэлъагъур
Адыгэ Республикэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 30 зэрырикъур Iэтауэ мы тхьэмахуэм ягъэлъэпIащ ди къуэшхэм. Абы и тхыдэ напэкIуэцIхэм уриплъэжмэ, 1922 гъэм бадзэуэгъуэм и 27-м ВЦИК-м и Президиумым Унафэ къыдигъэкIауэ щытащ Шэрджэс (Адыгей) автоном область зэраухуэмкIэ. И цIэр 1922 гъэм шыщхьэуIум и 24-м Адыгей (Шэрджэс) автоном областу зэрахъуэкIат. 1937 гъэм щегъэжьауэ Адыгей автоном областыр Краснодар крайм хагъэхьащ.
Адыгейм и Iэтащхьэу щытахэу КъумпIыл Мурат, Джарым Аслъэн, Щэумэн Хьэзрэт, ТхьэкIушынэ Аслъэнджэрий сымэ.
Къэбгъэлъагъуэмэ, Адыгейр къэрал-лъэпкъ щIыналъэхэм ящыщу блэкIа лIэщIыгъуэм и 30 гъэхэм ирихьэлIэу япэ дыдэу щIэныгъэншагъэр зыгъэкIуэдахэм язщ, колхозхэр къызэгъэпэщынымкIи япэ итащ. Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм областым и цIыху мин 80 ди щхьэхуитыныгъэр яхъумэну фронтым Iухьащ. «Совет Союзым и ЛIыхъужь» цIэр къыфIащащ Адыгейм щыщу цIыху 52-м, абыхэм ящыщу 7-р адыгэт.
Адыгэ хэгъэгум и гуащIэрыпсэухэм зэи я гъунэгъухэм зыкъыкIэрагъэхуакъым, сытым дежи зыужьыныгъэ гъуэгум тетт, зауэ нэужь лъэхъэнэми экономикэмрэ щэнхабзэмрэ зэфIэгъэувэжыным, псэукIэр егъэфIэкIуэным жыджэру телэжьащ. Абы щыгъуэм зыIэригъэхьа ехъулIэныгъэхэм папщIэ Адыгейм Лениным и орденыр (1957 гъэ), Лъэпкъ зэныбжьэгъугъэм и орденыр (1972 гъэ) къыхуагъэфэщащ.
1990 гъэм жэпуэгъуэм и 5-м Адыгей областым и Советым и цIыхубэ депутатхэм тхыдэ мыхьэнэ зиIа сессие ирагъэкIуэкIауэ щытащ, автоном областыр РСФСР-м хэгъэгу щхьэхуэу хэгъэхьэнымкIэ. Жэщ хъуху екIуэкIа зэIущIэм и кIэухым утыку кърахьауэ щытащ РСФСР-м Адыгей Автоном Советскэ Социалистическэ Республикэ зэриIэмкIэ. Абы папщIэ депутат 63-м арэзыуэ Iэ яIэтат, 43-р арэзытэкъым, 2-р гуитIщхьитIт.
Адыгейр хэгъэгу щхьэхуэу Урысей Федерацэм хэувэнымкIэ мыхьэнэшхуэ иIащ РСФСР-м и цIыхубэ депутатхэм я II съездым. Ар 1990 гъэм екIуэкIащ икIи «РСФСР-м и къэрал суверенитетым и декларацэр» и тегъэщIапIэу РСФСР-м и Конституцэм и 71-нэ, 82-нэ, 84-нэ статьяхэм зэхъуэкIыныгъэхэр халъхьащ. А зэхъуэкIыныгъэхэм япкъ иткIэ, Урысейм и автономнэ областхэр крайхэм къыIахыжри, Урысей Федерацэм и субъект щхьэхуэ хъуащ. Ар конституцэкIэ щIагъэбыдащ 1990 гъэм жэпуэгъуэм и 5-м.
Адыгэ Республикэ щхьэхуэ зэфIэувэнымкIэ мыхьэнэшхуэ иIащ Краснодар крайм и губернатор Кондратенкэ Николай а Iуэхур къазэрыдиIыгъами. Урысей Федерацэм и хэгъэгущIэм и Iэтащхьэ Джарым Аслъэн и гъусэу абыхэм утыку кърахьат иужькIэ зэIэпах хъуа псалъафэр: «Уходя, остаемся!». Ноби а къыхуеджэныгъэм щIэтщ хэгъэгухэр.
ИужькIэ, 1991 гъэм мэкъуауэгъуэм и 28-м, Адыгей ССР-м къэрал суверенитетым и Декларацэр къищтащ. Къэралым и Президент Ельцин Борис 1991гъэм бадзэуэгъуэм и 3-м Iэ щIидзащ «Адыгей Автоном областыр РСФСР-м хэт Адыгей Совет Социалистическэ Республикэ зэращIам теухуауэ» РСФСР-м и Унафэм. Абы къыщыхьат щIэуэ зэрагъэпэща щIыналъэм Адыгейм ис лъэпкъ псоми хуитыныгъэ щаIэу, цIыхум и хуитыныгъэр хъумэныр япэ ирагъэщу зэрыщытынур.
Абы къыкIэлъыкIуэу унафэ тращIыхьащ Урысейм и хэгъэгущIэм хабзэ къыдэзыгъэкI, гъэзэщIакIуэ къулыкъущIапIэхэр иIэн зэрыхуейм. ИкIи РСФСР-м и Совет Нэхъыщхьэм и УнафэкIэ ар хуит ящIащ и щIыналъэм и тхыдэм щыяпэ Парламент къызэригъэпэщыну, депутати 100 хэту.
Адыгей автоном областыр УФ-м хыхьэ Адыгэ Республикэ зэращIрэ блэкIа илъэс 30-м къигъэлъэгъуащ ипэкIэ яча лъэбакъуэхэр пэжу къызэрыщIэкIар, Кавказым ис лъэпкъ нэхъыжь дыдэхэм ящыщ адыгэхэм заужьынымкIэ ар сэбэпышхуэ зэрыхъуар. 2022 гъэм Адыгейм и илъэси 100-р Iэтауэ игъэлъэпIэнущ, блэкIам фIыщIэ хуищIрэ къэкIуэнум дахэкIэ хуэхъуапсэу.
Лъэпкъыр къызэщIекъуэ
Щхьэхуэу къытеувыIапхъэщ автономием къыкIэлъыкIуэу республикэ хъуа щIыналъэм адыгэ лъэпкъым дежкIэ мыхьэнэшхуэ зэриIам. Кавказ зауэжьым иужькIэ, 1897 гъэм ирагъэкIуэкIауэ щыта къыхэтхыкIыныгъэм къызэригъэлъэгъуамкIэ, Кубань и Iэгъуэблагъэм иса ди лъэпкъэгъухэр абы щыпсэу цIыхухэм я проценти 2 къудей хъууэ арат. ЦIыху мини 192-рэ исти, абы щыщу мин 30-рат адыгэр. А бжыгъэм хэтт Щхьэщэхуж щыпсэухэри, хы ФIыцIэ Iуфэм Iус шапсыгъхэри. Иджыпсту республикэм адыгэ мин 27-рэ исщ. Автономием лъэпкъыр нэхъ зэщIикъуащ. Хьэхъурэт Щыхьынджэрий хэкум пашэ хуэхъуат абы щыгъуэм. Республикэр щIыналъэ щхьэхуиту зэфIэувэнымкIэ мыхьэнэшхуэ иIэт экономикэмрэ щэнхабзэмрэ къэIэтыным. Арауэ жыпIэ хъунущ щIыналъэр зыгъэбыдар.
Къэралыгъуэ зэрыхъуам и нэщэнэ ныпыр, гербыр, гимныр къащтащ. Зэманыр зэрыхьзэрийуэ, зэпэщIэувэныгъэхэр щыкуэду щытами, ди лъэпкъэгъухэм яхузэфIэкIащ я адыгэ лъэпкъым и ныпыр къэрал ныпу кърагъэщтэн. Абы папщIэ Адыгейм и лIыкIуэхэр Санкт-Петербург щыIэ геральдикэ комиссэм ягъэкIуауэ щытащ. Лъэпкъ ныпым и теплъэри пхъуэж зэрымыхъунур щрагъэдащ абы. НэгъуэщI лъэпкъым къыхэкIауэ республикэм щыпсэухэм я хуитыныгъэхэри хъума хъуным и нэщэнэу, Джарым Аслъэн къыхилъхьэри, ди лъэпкъ бэракъыр Адыгейм и къэрал IуэхущIапIэ псоми фIадзащ. Илъэси 160-рэ зи ныбжь лъэпкъ ныпыр нобэ къэрал мыхьэнэ зиIэ хъуащ. ИужькIэ зэныкъуэкъуи къиини къыхэмыкIыу гербымрэ гимнымрэ къащтащ.
Адыгэ Республикэм и япэ президенту щыта Джарым Аслъэн зэрыжиIэмкIэ, адыгейм езым къэралыгъуэ гъэпсыкIэ иIэ зэрыхъуам куэд къаритащ, егъэджэныгъэм, щIэныгъэм, а зэманым мыхьэнэшхуэ зиIа мэкъумэшым, экономикэм, щэнхабзэм, нэгъуэщIхэми зрагъэужьынымкIэ автономием и фIыгъуэшхуэ къекIащ.
«Лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэр щыпсэу Совет Союзыр субъект куэду зэхэтащ. Адрей лъэпкъхэми хуэдэу, 1922 гъэм Адыгейми езым и автономие иIэ хъуащ. Ар къыддэмыхъуауэ щытамэ, дыхэшыпсыхьыжынри зыхуэIуа щыIэтэкъым. Абы къыдэкIуащ еджапIэхэр, япэ газетыр, нэгъуэщI куэди. Республикэм къэралыгъуэ къулыкъухэр щыIэ хъуащ, псэукIэм фIы и лъэныкъуэкIэ зиужьащ, жылэхэм газыр нэсащ, гъуэгухэр яухуащ, ди лъахэм къыщыщIагъэкIхэм заубгъуащ, щэнхабзэм, туризмэм, спортым хэпщIыкIыу зиужьащ.
Илъэс 30-м Адыгейм зэхъуэкIыныгъэу иIар мащIэкъым, иджыри а Iуэхур ягъэкIуатэ къэрал къулыкъу пэрытхэм. Мыхьэнэшхуэ зиIэу щытари, иджыпсту щытри мамырыгъэр, зэгурыIуэныгъэр, лъэпкъыу хэгъэгум исхэр зэхуэфIыныр, зэкъуэш республикэхэм я зэпыщIэныгъэр мыгъэкIуэдыныр аращ. Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм ди зэкъуэшыныгъэр ди лъэмыжыу сыт щыгъуи дадэлэжьащ. Абыхэм я Iэтащхьэхэмрэ сэрэ зэныбжьэгъугъэ ди зэхуаку дэлъу дыкъызэдэгъуэгурыкIуащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и япэ Президенту щыта КIуэкIуэ Валерэ зыхуэбгъэдэн къулыкъущIэ щыIэтэкъым, цIыхушхуэт ар. Ар Урысей Федерацэм ФедерацэмкIэ и Советым и тхьэмадэм и къуэдзэуи лэжьащ. Пасэу дунейм зэрехыжам сигу хегъэщI, сэ нэхърэ нэхъыщIэт, ныбжьэгъугъэр зыгъэпэж, къэрал къулыкъур зыхуэфащэ цIыху лъэрызехьэт. Дэ сыт щыгъуи дыхущIэкъуащ зэкъуэш республикищыр быдэу зэпхауэ зэдэлэжьэным, зэкIэлъыкIуэным.
Сызэрыгушхуэхэм ящыщу къыхэзгъэщынущ ди лъэпкъэгъухэр Косовэ къитшыжауэ зэрыщытар. А лъэхъэнэм апхуэдэ Iуэху зэфIэпхыныр, зауэ щекIуэкI къэралым цIыхухэр къипшу нэгъуэщI къэрал бгъэIэпхъуэныр Iуэхушхуэт, зэи къэмыхъуауэ ди къэралым къытхуищIат апхуэдэ Iуэхутхьэбзэ, ди къуэшхэр ди республикэм къыдигъэшэжат. Къытхыхьэжа ди лъэпкъэгъухэр куэд щIащ тщыщ зэрыхъужрэ, ахэр республикэм и зыужьыныгъэм хуолажьэ, дахэу мэпсэу», — жеIэ Джарым Аслъэн.
Зэманым декIуу зеужь
Республикэм зэманым декIуу зэрызиужьым я фIыгъэшхуэ хэлъщ илъэс зэхуэмыдэхэм абы и унафэщIу щытахэу Джарым Аслъэн (1992 — 2002), Щэумэн Хьэзрэт (2002 — 2007), ТхьэкIушынэ Аслъэнджэрий (2007 — 2017), 2017 гъэ лъандэрэ Iэтащхьэ къулыкъум пэрыт КъумпIыл Мурат сымэ.
Урысейм къыщрахьэжьэ Iуэхухэр нобэ республикэм жану щызэфIах, бгъэдэлъ беягъхэмкIэ къэралым щынэхъ лъэрызехьэхэм ящыщщ. Адыгэ Республикэм и Iэтащхьэ КъумпIыл Мурат и нэIэ тетщ экономикэм зегъэужьыным, цIыхухэр зыгъэпIейтейхэр зэфIэхыным, абыхэм сыт и лъэныкъуэкIи ядэIэпыкъуным теухуауэ щыIэ Iэмал псори къэгъэсэбэпыным. А псори цIыхубэм зэхащIыкIыу, зэгурыIуэ-зэдэIуэжу, ефIакIуэ зэпыту мэпсэу илъэси 100-м нэблагъэ гъуэгуанэ зи щIыбагъ къыдэлъ Республикэр.
ПсэукIэм ехьэлIа Iуэхур псом япэ ирегъэщ УнафэщIым, сыт хуэдэ Iэмал щыIэми къегъэсэбэп, нэхъыщхьэращи, цIыхухэм я гуныкъуэгъуэхэр елъагъу, жаIэхэр зэхех, къыхуатххэм йоджэри, ар и лэжьыгъэм щыщ мэхъу. Министерствэхэм къалэн щхьэхуэу яхуегъэув федеральнэ къулыкъущIапIэхэм жыджэру дэлэжьэнхэу, сэбэпынагъ куэд къахуэзыхь лъэпкъ проектхэр, къэрал, республикэ программэхэр и чэзум зыхуей хуэзэу гъэзэщIа хъуным быдэу кIэлъоплъ.
ЭкономикэмкIэ республикэм и Iуэхур нэхъыфI хъу зэпытщ. 2020 гъэм Адыгейм и бюджет зэхэлъым и хэхъуэр сом мелард 35-рэ мелуан 309-м нэсащ, ипэ илъэсым ебгъапщэмэ, ар процент 25-кIэ нэхъыбэщ. Налогыр сом мелард 36-рэ мэхъу. Республикэ бюджетым и хэхъуэр процент 28-кIэ нэхъыбэ хъуащ икIи сом мелард 31,2-м щIегъу. БлэкIа илъэсым ягъэзэщIа къэрал программэ 22-м сом мелард 31,3-рэ трагъэкIуэдащ. Абы щыщу сом мелард 16,1-м нэсыр республикэ бюджетым щыщщ. Лъэпкъ проекту сом меларди 4,5-рэ и уасэ ягъэзэщIащ.
Урысейм и Президент Путин Владимир и нэIэ нэхъ зытригъэтхэм ящыщщ сабий зэрыс унагъуэхэм ядэIэпыкъуныр. Абы и лъэныкъуэкIи Адыгейм Iуэхушхуэхэр щызэфIагъэкI. БлэкIа илъэсым балигъ ныбжьым нэмыса ныбжьыщIэ 93540-м сом меларди 2-рэ мелуан 97-рэ трагуэшащ. Мы илъэсми а Iуэхум къыпащэ. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, гъэ еджэгъуэщIэм щыщIидзэжым, адрей хэгъэгухэми ещхьу, АР-м и ныбжьыщIэу еджэн щIэзыдзэжхэм сом мини 10 зырыз иратащ.
БлэкIа илъэс закъуэм псэукIэм ехьэлIа Iуэхухэр зэфIэхыным республикэм сом меларди 4-рэ мелуани 165-рэ тригъэкIуэдащ. Абы ипэ ита илъэсым еплъытмэ, ар хуэдитIкIэ нэхъыбэщ. Адыгейм федеральнэ мылъкуу къыхэхъуэр къызэригъэсэбэпыр щапхъэ зытехыпхъэхэм ящыщу зэрыщытыр мызэ-мытIэу жаIащ къэрал унафэщIхэм. Абы лэжьыгъэ IуэхукIэ къакIуэхэм зрагъэлъэгъуащ хэгъэгум и зыужьыныгъэр.
Адыгейм и псэукIэр зэрефIакIуэм, зэрызиужьым абы щыпсэухэми хьэщIэу еблагъэхэми гу лъатэ. Я гъуэгухэр, жылагъуэ щIыпIэхэр дахэу зэрагъэпэщ, спортым, щэнхабзэм, узыншагъэр хъумэным ехьэ- лIа IуэхущIапIэхэр къызэIуах, цIыхухэм я нэгу зыщрагъэужьыну щIыпIэхэр и куэдщ, сыт хуэдэ Iуэхутхьэбзэри Мейкъуапэ щыбгъуэтынущ, щIыналъэхэмрэ жылэхэмри еджапIэхэр, гъэсапIэхэр, щэнхабзэмкIэ унэхэр къыщызэIуах. А псор и щыхьэтщ Урысейм и Ипщэ щIыналъэм хиубыдэ хэгъэгухэм ящыщу зыужьыныгъэмкIэ Адыгейр япэ зэритым.
Абы къегъэлъагъуэ АР-м и Iэтащхьэ КъумпIыл Мурат и лъахэмрэ и хэкуэгъухэмрэ папщIэ и псэ емыблэжу и къулыкъум зэрыпэрытыр. Абы жиIащ Урысей Федерацэм и Президентымрэ Правительствэмрэ, республикэм щыпсэухэм я къарумрэ зэкъуэтыныгъэмрэ я фIыгъэкIэ хэгъэгур зэпIэзэрыт зыужьыныгъэ гъуэгу дахэм зэрытетыр.
— Къэралым и зы Iыхьэу дыщыткIэрэ, псоми ди зэхуэдэ къалэнхэр и чэзум зэрыдгъэзэщIэным иужь дитщ, Урысейм, Адыгейм дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэхэр япэ идгъэщу долажьэ. А псом хъеру къыпэкIуэр долъагъу, ди цIыхухэм я псэукIэр йофIакIуэ, гъащIэм и лъэныкъуэ куэдымкIэ ехъулIэныгъэхэр зыIэрыдогъэхьэ, хэгъэгум ис лъэпкъхэм я хабзэр, щэнхабзэр, тхыдэр хъума зэрыхъуным гулъытэ хэха худощI.
Сэ си фIэщ мэхъу укъыщалъхуа хэкур фIыуэ плъагъумэ, укъызыхэкIа лъэпкъым ухуэпэжмэ, уи бзэр, хабзэр, тхыдэр пщIэжмэ, ар мамырыгъэм, лъэпкъ, дин зэгурыIуэныгъэм лъабжьэ быдэ зэрыхуэхъунур, а псори Адыгэ Республикэм и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэфI зэрыхуэхъунур, — щыжиIащ КъумпIыл Мурат инстаграмым щиIэ напэкIуэцIым.
Нобэ Адыгейр дуней псом къыщацIыху лъахэ дахэщ. Абы и щIыуэпсыр, бгылъэ щIыпIэхэр, псыкъелъэхэмрэ ежэххэмрэ зэ зылъэгъуауэ димыхьэха щыIэу къыщIэкIынкъым. Адыгэ къафэмрэ макъамэмрэ, утыку ит къэфакIуэхэмрэ уэрэджыIакIуэхэмрэ, уи щхьэр лъагэу уэзыгъэлъагъуж «Налмэсымрэ» «Ислъэмеймрэ», IэпэIэсэу, зэчиифIэу, щIэныгъэлIу, тхакIуэу, сурэтыщIу ис цIыху цIэрыIуэхэр уи нэгу къыщыщIыхьэкIэ узэрыадыгэм уримыгушхуэнкIэ Iэмал иIэкъым.
Дуней псом цIэрыIуэ щыхъуа адыгэ кхъуейр, ар зыдэлъ хьэлывэ IэфIыр дэтхэнэ туристми гурыхь щохъу. ФIыгъуэ куэд щыгъэпщкIуа Iуащхьэхэмрэ щэху зыкъом зыхъумэ испы унэхэмрэ зыплъыхьакIуэ куэдым я нэ къыхуокI. Ахэращ нобэ Адыгейр къозыгъэцIыхур, абы и цIыхухэращ Адыгейр фIыуэ уэзыгъэлъагъур. Ди къуэш республикэм дохъуэхъу Урысейми дуней псоми и пщIэр къыщалъытэу, зиужь зэпыту иджыри бэрэ щыIэну!
НэщIэпыджэ Замирэ,
Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и журналист.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "101067.txt"
} |
Зэрегугъум и нэщэнэу
Дызэрыт илъэсыр къэтщтэнщи, жэпуэгъуэм и 10-р Мэкъумэш IэнатIэмрэ ерыскъыпхъэм елэжь промышленностымрэ я лэжьакIуэхэм я махуэщ. Ар, Урысей Федерацэм и Президентым и УнафэкIэ ягъэувауэ 1999 гъэ лъандэрэ ягъэлъапIэ. Зытеухуар, зэрыгурыIуэгъуэщи, къуажэдэсхэр IэнатIэкIэ къызэгъэпэщынырщ, я псэукIэр нэхъри егъэфIэкIуэнырщ, а лъэныкъуэмкIэ хэкIыпIэщIэхэр дяпэкIи къалъыхъуэнырщ.
Мы зэманым ди къэралым и щIыпIэ куэдым губгъуэ лэжьыгъэхэр и кIэм щынагъэблэгъащ, ауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым, дунейм и щытыкIэр зэрыщыхуэмыкIуэм къыхэкIыу, ахэр, зэрыщыту къатщтэмэ, нэхъ кIасэущ щызэфIэкIынур. АтIэми, илъэс псом кърикIуахэр щызэхалъхьэжыну пIалъэр зымащIэ гуэркIэ ягъэIэпхъуэн хуей мэхъу.
АрщхьэкIэ, КъБР-м и гъавэгъэкIхэм, Iэщыхъуэхэм, мэкъумэш-промышленнэ комплексым и адрей IэнатIэхэм пэрытхэм яхузэфIэкIахэм пэублэу дриплъэжмэ, дызэрыгушхуэ хъун лэжьыгъэ ирахьэкIауи жытIэ хъунущ. Хозяйствэ лIэужьыгъуэ псоми къэкIыгъэ пасэхэмрэ хьэцэпэцэмрэ кIэрыхуншэу щы- зэщIакъуэжащ, кърахьэлIэжар хъумапIэхэм щIагъэзэгъащ. Абы къыдэкIуэуи, дунейм зыкъызэриIэтыжу, республикэм и губгъуэхэм етIуанэ хэгъуэми щыпащэнущ.
Мыдрейуэ къыхэгъэщыпхъэр аращи, 2013 — 2025 гъэхэм ятегъэпсыхьа Къэрал программэр, мэкъумэш IэнатIэм зегъэужьыным, мэкъумэшхэкIхэм, ерыскъыпхъэхэм я щэн-къэщэхуныр зэкIэлъыгъэкIуэным тещIыхьар, зэгъэхъулIэным Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэшыщIэхэми я зэфIэкI ирахьэлIэ. Къыдэгъэхуэным, IэнатIэхэр егъэфIэкIуэным тещIыхьа иджырей технологиехэр къэгъэсэбэпыным, зи къабзагъэкIэ нэгъуэщIхэм ящхьэпрыкIыж ерыскъыпхъэхэр гъэхьэзырыным, лIэужьыгъуэщIэу къыхащIыкIхэр нэхъыбэ щIыным, щэхуакIуэхэр нэхъри къыдэхьэхыным Iуэхум егъэщIылIа псори зэдогугъу, жытIэми, дыщыуэну къыщIэкIынукъым. Ауэ щыхъукIи, республикэм и мэкъумэш IэнатIэм хузэхалъхьауэ щыта инвестицэ проект инхэр яхуэгъэпсащ пхъэщхьэмыщхьэ, хадэ-хэкI хъумапIэхэр ухуэным, жэм гъэшыфIэхэр зехьэным, нэгъуэщI абы хуэдэхэми.
Къэбэрдей-Балъкъэрым пхъэщхьэмыщхьэрэ хадэхэкIхэмрэ гъэкIынымкIэ и зэфIэкIыр дызыгъэгуфIэщ. Абы и щапхъэщ республикэм гектар мин 18-м щIигъум илъэс куэдкIэ къызыпыкIэну жыгхэм зэрызыщрагъэубгъуари, абыхэм я зэхуэдитIым нэхърэ нэхъыбэр псынщIэу зызыужь лъэпкъыгъуэу зэрыщыт-ри. Ди гъавэгъэкIхэми мы гъэми къагъэлъэгъуащ зыбгъэдэт IэнатIэм и мыхьэнэр нэгъэсауэ зэрызыхащIэр, лэжьыгъэм къыпэкIуэну зыщыгугъымкIэ жэуаптакIуэ нэсу зэрыщытыр. АбыкIэ щыхьэтщ хьэцэпэцэу къагъэкIар кIэрыхуншэу зэрыIуахыжари.
Шэджэм ЕтIуанэ къуажэм щыIэ «Албир» мэкъумэш IуэхущIапIэр IэнатIэ куэдым йолэжь: гъавэ ещIэ, жыг хадэ зэрехьэ, Iэщрэ джэдкъазрэ егъэхъу. Жылапхъэ хэплъыхьахэр къэгъэкIыным тегушхуахэри ди республикэм щымащIэкъым. Абы и лъэныкъуэкIэ щапхъэщ Прохладнэ щIыналъэм щыIэ «Отбор», Тэрч районым ит «Астек-Агро» инновацэ-производствэ агрофирмэхэр.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъэмахуэ хъупIэхэм даху Iэщым я бжыгъэми иужьрей илъэсхэм хэтщIыкIыу хэхъуащ. Къатщтэ-мэ, мы гъэм и хуабэгъуэм Аурсэнтх, Хьэмащэ, Шэрэдж бгы- лъэ щIыпIэхэм щаIыгъа Iэщышхуэм я бжыгъэр мин 40-м щхьэдэхащ, Iэщ цIыкIур мини 100-м нызэрыхьэсащ, шыхэр мини 7-м нэблэгъащ. Езы Iэщыхъуэхэм я бжыгъэр, псори зэхэту, 1200-м щIегъу.
Ди деж щрагъахъуэ нарзыныпсхэр, псыIэфIхэр, пхъэщхьэмыщхьэпсхэр, ягъэхьэзыр фIэIугъэхэмрэ гъэшхэкIхэмрэ Европэми Урысейми щызекIуэ пщалъэхэм зымащIэкIи къакIэрыхуркъым. Абы и щыхьэтщ Москва жэпуэгъуэм и 4 — 8-хэм щекIуэкIа «Бжьыхьэ дыщафэ» урысейпсо мэкъумэш-промышленнэ выставкэм ди лIыкIуэхэм щагъэлъэгъуа ерыскъыхэкIхэм щIэупщIэ ин зэраIари.
Республикэм Мэкъумэш IэнатIэмкIэ и министерствэм фокIадэм и 24-м ирихьэлIэу хъыбар зэрызэбгригъэхамкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым дызэрыт илъэсым къриубыдэу гектар мин 281,8-м щытраса гъавэм щыщу, гуэдзыр гектар мин 54,9-м щыIуахыжащ (планым и проценти 100-р). Къытрахам, псори зэхэту, тонн мини 185,8-рэ и хьэлъагъщ (гектарым хуэзэу центнер 33,8-рэ). Нарт гъавэр гектар мини 10,4-м (щIыуэ ирагъэубыдам и проценти 7,5-м) щызэщIакъуэжащи, къыдачыжам тонн мин 68,9-рэ и хьэлъагъщ (гектарым хуэзэу центнер 66,5-рэ). Хьэр щыIуахыжа гектар мин 22,6-м тонн мин 74,8-рэ зи хьэлъагъ гъавэ къытрахащ (гектарым хуэзэу центнер 33,1-рэ).
КъризэщIэткъуэжу къыхэдгъэщынщи, пхъэщхьэмыщхьэрэ хадэхэкIыу, гъэшу, лыуэ къыщалэжьым хэгъэхъуэным, IэнатIэхэр щегъэфIэкIуэным, адрейхэм япэхъу, уеблэмэ ефIэкI ерыскъыпхъэхэр гъэхьэзырыным, я лIэужьыгъуэхэм хэгъэхъуэным, щэхуакIуэхэр къыдэхьэхыным гулъытэ хэха ди республикэм щыхуащI.
КЪУМАХУЭ Аслъэн.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "101071.txt"
} |
ЕгъэджакIуэхэр ягъэлъапIэ
КъБР-м и Парламентым щагъэлъэпIащ «Урысейм и егъэджакIуэ нэхъыфI» урысейпсо зэпеуэм илъэс блэкIахэм щытекIуа егъэджакIуэхэр. Ахэр гуапэу къригъэблэгъащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ.
— ЗэIущIэр хухэтхащ егъэджакIуэхэм фи махуэм. Абы къыхэкIыуи сыхуейщ щIэщыгъуэу, купщIафIэу екIуэкIыну. 1998 гъэм щегъэжьауэ, егъэджакIуэ 23-м текIуэныгъэ къыщахьащ урысейпсо зэпеуэхэм. Ар ди республикэм и дежкIэ пщIэшхуэщ. Зэгуэр дэ псори еджакIуэу дыщытащ. Дэтхэнэми диIэщ а зэманым епха гукъэкIыж хуабэхэр, IэфIу дигу илъщ дезыгъэджахэр. Ди фIэщ мэхъу егъэджакIуэ нэсыр гурэ псэкIэ и IэщIагъэм етар зэрыарар. Нобэ ди зэIущIэм къеблэгъахэр апхуэдэщ. Фи цIэр фIыкIэ щывгъэIуащ республикэм, — захуигъэзащ Егоровэ Татьянэ егъэджакIуэхэм. Абы зэIущIэм хэтхэм ягу къигъэкIыжащ 2023 гъэр ЕгъэджакIуэм и илъэсу ягъэувыну УФ-м и Президент Путин Владимир зэрыжиIар. Егоровэм и цIэ къриIуащ мы гъэм урысейпсо зэпеуэм хэта, къэралым и егъэджакIуэ нэхъыфIу къалъыта цIыху 15-м ящыщ хъуа Къущхьэ Каринэ.
Спикерыр егъэджакIуэхэм ехъуэхъуащ я IэщIагъэм гукъыдэж къариту, я лэжьыгъэ мытыншым пщIэ иIэу лэжьэну!
Къызэхуэсахэм захуигъэзащ КъБР-м цIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Езауэ Анзор.
— СахуогуфIэ фэ евгъаджэ цIыкIухэм, абыхэм фэркIэ тхьэр яхуэупсащ. Си гуапэщ блэкIа илъэсхэм егъэджакIуэ нэхъыфI хъуа фэ, нэгъуэщI IэнатIэкIэ фымыхъуэжауэ, егъэджэныгъэм фызэрыпэрытыр, — жиIащ абы. Зыхэт зэIущIэр къызэрызэрагъэпэщам папщIэ министрым фIыщIэ яхуищIащ Егоровэ Татьянэрэ депутатхэмрэ.
2003 гъэм республикэм егъэджакIуэ нэхъыфI щыхъуа, Налшык дэт школ №3-м инджылызыбзэмкIэ и егъэджакIуэ Хьэщыкъуей Алим зэIущIэм щIэсхэм ядэгуэшащ зэпеуэм епха гукъэкIыжхэмкIэ. ТекIуэныгъэр къихьа нэужь, ар ЕгъэджэныгъэмкIэ министерствэм ирагъэблэгъами, куэдрэ щымыла-жьэу, фIыуэ илъагъу егъэджакIуэ IэнатIэм пэрыувэжащ.
ЗэIущIэм къыщыпсэлъащ 1998 гъэм «Урысейм и егъэджакIуэ нэхъыфI» хъуа, КъБР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ, педагогикэ щIэныгъэхэм я доктор Амщокъуэ Хьэсэнбий.
— Сэ япэу екIуэкIа зэпеуэм сыщытекIуати, адэкIэ абы хэта дэтхэнэми гурэ псэкIэ сыщIыгъуащ, текIуэныгъэ къэси сыщыгуфIыкIащ. Иджыблагъэ ехъулIэныгъэ зыIэрызыгъэхьа Къущхьэ Карини сыхуогуфIэ. Ар езыр Щхьэлыкъуэ щыщщ, дэ едгъэджащи, сропагэ, — къыхигъэщащ абы.
2006 гъэм егъэджакIуэхэм я зэпеуэм щытекIуа Темукуев Адил Урысейм егъэджэныгъэм гулъытэшхуэ зэрыхуищIыр, абы и фIыгъэкIи щIэблэ узыншэ къыдэкIуэтеину зэрыгугъэр жиIащ.
2014 гъэм зэпеуэм щытекIуа Пышная Еленэ къыщыпсалъэм къыхигъэщащ егъэджакIуэхэм гуныкъуэгъуэ гуэрхэри зэраIэр.
— Дэ сабийхэм куэду дадэлэжьэну дыхуейщ творчествэ и лъэныкъуэкIэ, сыту жыпIэмэ абы цIыхур егъасэ. Ди зэманыр тфIехь зэпымыууэ дызыхэт дэфтэр зэхуэхьэсыным, тхылъымпIэ къехьэкIыным. Ягъэ кIынкъым, фи дзыхь къыдэвгъэзи, ди тхылъымпIэ зэгъэзэхуэныр нэхъ мащIэ тхуэфщI, — лъэIуащ ар.
Физическэ щэнхабзэмкIэ егъэджакIуэ Борэн ФуIэд жиIащ республикэм зи узыншагъэм къимыхь сабий куэди зэрисыр, ахэр гулъытэ щхьэхуэ зэрыхуэныкъуэр.
— Сэ цIыкIухэм садолажьэ я фэм зэрыдэхуэным хуэдизкIэ я Iэпкълъэпкъым зезгъэужьу. Ар физическэ щэнхабзэ къудейм къыщхьэщокI. Егъэлеяуэ мащIэщ а унэтIыныгъэмкIэ сабийхэм ядэлажьэ IэщIагъэлIхэр. Къыхузоджэ республикэм щыIэ спорт школхэм ныкъуэдыкъуэхэм папщIэ секцэ щхьэхуэхэр къызэрагъэпэщэну, абыхэм гу лъатэну.
Егъэджэныгъэм хуащIа хэлъхьэныгъэм, щызыIэрагъэхьа ехъулIэныгъэхэм папщIэ, «Урысейм и егъэджакIуэ нэхъыфI» урысейпсо зэпеуэм и республикэ Iыхьэм илъэс блэкIахэм щытекIуа егъэджакIуэхэу Амщокъуэ Хьэсэнбий, Куршаевэ Иринэ, Сидоровэ Татьянэ, Хьэщыкъуей Алим, Темукуев Адил, ШыдукI Ларисэ, Абазэ Эльвирэ, Машенкинэ Ольгэ, Усенкэ Евгение, Джэдгъэф Зулия, Пышная Еленэ, Къэшэж Аслъэн, Балъкъыз Мадинэ, Бетрожь КIунэ, Кочетов Олег, Мирзоевэ Наталье, Борэн ФуIэд сымэ КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и фIыщIэ тхылъыр хуагъэфэщащ.
ЗэIущIэр макъамэкIэ ягъэдэхащ ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым и студентхэм.
Гугъуэт Заремэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "101074.txt"
} |
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Мэкъумэш хозяйствэмрэ ерыскъыпхъэм елэжь промышленностымрэ я лэжьакIуэхэм я махуэмкIэ зэрехъуэхъур
Ныбжьэгъу лъапIэхэ!
Мэкъумэш хозяйствэмрэ ерыскъыпхъэм елэжь промышленностымрэ я лэжьакIуэхэм, отраслым и ветеранхэм фи IэщIагъэм и махуэмкIэ сынывохъуэхъу!
А махуэшхуэм зэкъуегъэувэ щIым елэжь псори. Фи гуащIэдэкIым кърикIуэм елъытащ республикэми къэралми ерыскъыкIэ я шынагъуэншагъэр, къуажэ щIыпIэхэм я зыужьыныгъэр.
Иужь илъэсхэм республикэм и агропромышленнэ комплексым и IуэхущIапIэхэм хэпщIыкIыу заIэт, зыкIи едмыгъэлейуэ къыхэдгъэщынщи, ехъулIэныгъэшхуэхэр зыIэрагъэхьэ. Коронавирус уз зэрыцIалэм къытхуихьа гугъуехьхэр щыIэ пэтми, отраслым хъарзынэу адэ-кIи зеужь. А ехъулIэныгъэхэм я лъабжьэщ унэтIыныгъэм щылажьэхэм я Iэзагъыр, жыджэрагъыр, къанэ щымыIэу Iуэхум зэрызэратыр, мэкъумэш хозяйствэм ехьэлIа технологие пэрытхэмрэ бгъэдыхьэкIэщIэхэмрэ къызэрагъэIурыщIэр.
ФIыщIэ ин псоми фхузощI мыхьэнэ-шхуэ зиIэ икIи хуабжьу дызыхуэныкъуэ фи лэжьыгъэм папщIэ, фи IэщIагъэм фызэрыхуэпэжымрэ дыкъыщалъхуа щIыр фIыуэ зэрыфлъагъумрэ щхьэкIэ.
Си фIэщ мэхъу Къэбэрдей-Балъкъэрым и агропромышленнэ комплексым и лэжьакIуэхэм я зэфIэкI псори зэрырахьэлIэнур къат хъерым хэгъэхъуэнымрэ кърахьэлIэ мэкъумэшхэкIхэм фIагъ яIэу дяпэкIи щытынымрэ.
Республикэм и унафэщIхэри жыджэру дыхущIэкъунущ къуажэ щIыпIэхэм зегъэужьыным, къуажэдэсхэм зэIузэпэщ гъащIэрэ тыншыгъуэрэ яIэным.
Си гуи си пси къыбгъэдэкIыу сынывохъуэхъу узыншагъэ быдэ, мамырыгъэ, гуапагъэрэ зэIузэпэщыныгъэрэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и сэбэп зыхэлъ IуэхуфIхэр фиIэну.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "101077.txt"
} |
НыбжьыщIэхэм дагъэгуфIэ
Черкесск къалэм дэт «Юбилейный» спортымкIэ уардэунэм щекIуэкIащ «Мамлюк Челлендж» тхэквондомкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ къэралым и щIыналъэ куэдым къикIауэ зи ныбжьыр илъэс 12-м къыщыщIэдзауэ 17-м нэблагъэ спортсмен 500-м щIигъу.
Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ спортсменхэм зэхьэзэхуэм медаль зэмылIэужьыгъуэ 24-рэ къыщахьащ. Я ныбжь, хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм дыщэ медалхэр къыщахьащ Тхьэмокъуэ Элинэ (кг 33-рэ), Бекъул Миланэ (кг 44-рэ), Геграевэ Даринэ (кг 44-рэ), Къэзанш Даринэ (кг 49-рэ), КIэблахъуэ Рузанэ (кг 55-рэ), Усен Дамир (кг 41-рэ), Щокъуий Ислъам (кг 51-рэ), Багъ Идар (кг 55-рэ), Жылау Андемыркъан (кг 73-рэ).
Зи ныбжьыр илъэси 10 — 11-м итхэм я деж «Мамлюк Челендж» фестивалым Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ спортсменхэм къыщахьащ псори зэхэту медаль 12, абыхэм ящыщу 5-р дыщэщ.
Пашэныгъэхэр яубыдащ Елгъэр Алинэ (кг 26-рэ), Теувэжыкъуэ Руслан (кг 28-рэ), Малкандуев Дамир (кг 32-рэ), Щоджэн Басир (кг 34-рэ), Коробкэ Александр (кг 41-рэ).
Спортсменхэр зэхьэзэхуэм хуагъэхьэзращ Ахъмэт Амир, Кугъуэндокъуэ Ялдар, Унэжокъуэхэ Къантемыррэ Абделджабаррэ, Тикаев Индрис, Хъан Станислав, Хъурей Беслъэн, БжэныкIэхэ Рахьимрэ Резуанрэ.
Къэхъун Бэч.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "101080.txt"
} |
КъыщIагъуа зэманым текIуэныгъэр зыIэщIагъэкI
«Спартак-Налшык» (Налшык) — «Кубань-Холдинг» (Павловскэ) — 1:1 (1:0). Налшык. «Спартак» стадион. Жэпуэгъуэм и 10-м. ЦIыху 300 еплъащ.
Судьяхэр: Холин (Мейкъуапэ), Городовой, Савченкэ (тIури Ставрополь щыщщ).
«Спартак-Налшык»: Антипов, Сындыку, Ольмезов, КIэдыкIуей, Шумахуэ И., Хьэшыр, Дэхъу (Шумахуэ З., 85), Торосян (Къумыкъу И., 90+2), Жангуразов (Багъэтыр, 78), Бэчбо (Ашуев, 78; Бенедык, 90+2), ЛIуп.
«Кубань-Холдинг»: Имамов, Цховребов, Папикян (Рзаев, 73), Пахлеванян, Пилиев Н. (Къардэн З., 65), Цимбал (КIыкIэ, 88), Козлов Г., Михайлов С. (Жабкин, 73), Белобаев, Заикин (Филиппиди,65), Лысенкэ.
Топхэр дагъэкIащ: Хьэшырым, 35 (1:0). Рзаевым, 90+5 — 1:1.
Дагъуэ къыхуащIащ: Шумахуэ И., Пилиев Н., Торосян.
10-нэ дакъикъэм Заикиным пенальти худэгъэкIакъым.
Футбол Лъэпкъ Лигэм и етIуанэ дивизионым щекIуэкI зэхьэзэхуэм хыхьэу вэсэмахуэ «Спартак-Налшыкым» къригъэблэгъащ Павловскэм и «Кубань-Холдинг»-р. Турнир таблицэм зэкIэлъхьэужьу къыщыкIуэ командитIым я зэIущIэм жыджэру къыщIадзащ. Дэтхэнэри хущIэкъурт псынщIэу бжыгъэр къызэIуихыу адэкIэ джэгур зэрыхуей щытыкIэм хуигъакIуэу иригъэкIуэкIыну. Зы ебгъэрыкIуэныгъэм къыкIэлъыкIуэ контратакэр къыпэджэжу бэнэныгъэ гуащIэ ирагъэжьат гупхэм.
ЕпщIанэ дакъикъэр екIуэкIыу арат налшыкдэсхэм я гъуэм пенальти еуэну судьям унафэ къыщищтам. Ар къыхэкIащ хьэщIэхэм я ебгъэрыкIуэныгъэр хабзэм къемызэгъыу ди штрафнойм иту «Спартак-Налшыкым» и гъуащхьэхъумэхэм къызэрызэпаудам. Метр 11-кIэ гъуэм пэмыжыжьэу ягъэува топым бгъэдыхьащ «Кубань-Холдинг»-м и гъуащхьауэ Заикин. АрщхьэкIэ ар зэуэну лъэныкъуэр Антиповым къищIащ икIи пенальтим къригъэгъэзащ.
ЗэIущIэм и 21-нэ дакъикъэр екIуэкIыу ди щIалэхэм бжыгъэр къызэIуахыну Iэмал гъуэзэджэ зыIэщIагъэкIащ. Штрафнойм иту Сындыкур зэуа топыр хьэщIэхэм я гъуэм и штангэм бгъэдэтыбзэу блэкIащ.
ИкIэм-икIэжым «Спартак-Налшыкым» и гугъуехьхэм ехъулIэныгъэ къыпэкIуащ. Ди щIалэхэм я ебгъэрыкIуэныгъэм хэту «Кубань-Холдинг»-м и штрафнойм топыр ЛIупым къыщыIэрыхьащ. Гъуащхьэтетым хуэзанщIэ хъуа налшыкдэсхэм я гъуащхьауэр зэуа топым Имамовыр лъапэкIэ лъэIэсри къригъэгъэзащ. Абы Хьэшырыр кIэлъеуэжащ икIи хьэщIэхэм я гъуащхьэтетым къригъэгъэзэну Iэмал иIакъым — 1:0. Япэ Iыхьэм щыщу къэнэжа зэманыр хэгъэрейхэм я тепщэныгъэкIэ иухащ.
ЗэIущIэм и етIуанэ Iыхьэм икум ирихьэлIэу зэхъуэкIыныгъэ зыбжанэ езыгъэкIуэкIа «Кубань-Холдинг»-м и джэгукIэр нэхъ хуабжь хъуащ. Апхуэдэу Краснодар крайм и командэм я ебгъэрыкIуэныгъэм хэту Рзаевыр зэуа топыр ди гъуащхьэхъумэхэм, ящыщ зым техуэри, къигъэлъеижащ. Абы лъэщу кIэлъеуэжа Жабкин и топым ерагъыущ Антиповым къызэрыригъэгъэзар.
Иджыри ебгъэрыкIуэныгъэ зыбжанэкIэ командэхэр зэпэджэжауэ зэIущIэм хухаха зэман нэхъыщхьэр и кIэм нэблэгъащ. ТекIуэныгъэр зи Iэрылъхьэу къэзылъыта «Спартак-Налшыкым» иужьрей дыдэ дакъикъэхэм набдзагубдзаплъагъэр фIэкIуэдащ. АрщхьэкIэ судьям и кIэфий макъыр зэхамыхауэ хьэщIэхэм къэувыIэн мурад яIэтэкъым икIи зэпыу ямыIэу ипэкIэ зэрыкIуэтэным яужь итт.
«Кубань-Холдинг»-м и иужьрей ебгъэрыкIуэныгъэм хэту ди гъуэм пэгъунэгъу хъуа футболист хьэщIэр ди щIалэхэм ираудащ — штрафной. ЗэIущIэм къыхыхьагъащIэ Рзаевым штрафнойр игъэзэщIащ. «Спартак-Налшыкым» и футболистхэм ягъэува «блыным» абы топыр щхьэпридзащ. Антиповым и пащхьэ дыдэм щIым ар щытеуати, къыщыдэлъеижым ди гъуащхьэтетым къыхуэубыдакъым икIи гъуэм дигъэхьащ — 1:1.
Апхуэдэу, сыхьэтым щIигъукIэ ди щIалэхэм яхъума текIуэныгъэр къахуэ-зыхь бжыгъэр иужьрей дакъикъэм зыIэщIагъэкIащ.
ЕпщыкIущанэ джэгугъуэм и адрей зэIущIэхэм мыпхуэдэ бжыгъэхэр къарикIуащ: «Биолог-Новокубанск» (Прогресс) — «Ротор-2» (Волгоград) — 3:0, «Легион-Динамо» (Мэхъэчкъалэ) — «Динамо» (Мэхъэчкъалэ) — 0:0, «Анжи» (Мэхъэчкъалэ) — «Дружба» (Мейкъуапэ) — 0:0, «Чайка» (Песчанокопское) — «Алания-2» — (Владикавказ) — 4:0, «Мэшыкъуэ-КМВ» (Псыхуабэ) — «Форте» (Таганрог) — 0:2, «Черноморец» (Новороссийск) — СКА (Дон Iус Ростов) — 0:1.
КъыкIэлъыкIуэ джэгугъуэр «Спартак-Налшыкым» Таганрог щригъэкIуэкIынущ. Жэпуэгъуэм и 17-м ар IущIэнущ щIыпIэ «Форте»-м.
Жыласэ Замир.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "101083.txt"
} |
ДАХ-м и IуэхущIафэхэм ятеухуауэ
Дунейпсо Адыгэ Хасэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 30 щрикъум ирихьэлIэу къыдагъэкIащ «Международная Черкесская Ассоциация. Партнерство Адыгских (черкесских) общественных организаций» фIэщыгъэм щIэт тхылъ иныр.
«Тетраграф»-м дунейм къыщытехьа тхылъым ДАХ-р къызэрызэрагъэпэщам, зи гуащIэ хэзылъхьа цIыхухэм, абыхэм къызэранэкIа лъэпощхьэпохэм теухуа тхыгъэхэр щызэхуэхьэсащ, Дунейпсо Адыгэ Хасэм хэт цIыху щхьэхуэхэм я лэжьыгъэмрэ IуэхущIафэмрэ щытопсэлъыхь.
Урысей Федерацэм и Президентым и грантымкIэ къыдагъэкIа тхылъыр хасэм, лъэпкъым и тхыдэр зыфIэгъэщIэгъуэн дэтхэнэми къыхуэсэбэпынущ. Ар ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий и псалъэкIэ къызэIуех икIи езыр абы и тхьэмадэу зэрылажьэ лъандэрэ яхузэфIэкIамрэ мураду зыхуагъэвыжхэмрэ я гугъу ещI.
АдэкIэ ДАХ-м и тхьэмадэу щытахэр, дауэдапщэ ирагъэкIуэкIахэр, хамэ къэралхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм зэрадэлажьэм теухуа тхыгъэхэр, щIэблэм бзэр ирагъэщIэн папщIэ къаIэт Iуэхухэр, лъэпкъ махуэшхуэхэр зэрагъэлъапIэр, къэралым и унафэщIхэм зэрызыхуагъэза письмохэмрэ къратыжа жэуапхэмрэ ди пащхьэ кърахьэ. Тхылъым къыщывгъуэтынущ ДАХ-м хыхьэ хасэхэм, абыхэм я тхьэмадэхэм а гъащIэм теухуа хъыбар кIэщIхэм. Тхылъым и кIэм къыщыхьащ 2020 — 2021 гъэхэм дунейм ехыжа ди лъэпкъэгъу цIэрыIуэхэм ятеухуа тхыгъэ.
КъыдэкIыгъуэм щызэхуэхьэсащ «Адыгэ псалъэ» газетым и журналистхэм Дунейпсо Адыгэ Хасэм, цIыху цIэрыIуэхэм ятеухуауэ къытрагъэдза тхыгъэхэм ящыщ.
Адыгэбзэрэ урысыбзэу зэхэт а тхылъыр зэхэзыгъэувари къыдэгъэкIыным хуэзыгъэхьэзырари ДАХ-м и хэщIапIэ нэхъыщхьэм и унафэщI На-нэ Лерэщ.
Инэрокъуэ Данэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "101087.txt"
} |
Илъэс 21-м иту тхылъ 12 къыдэзыгъэкIа пщащэ
Ди къэралым щыцIэрыIуэ, зи тхылъхэм, IэдакъэщIэкIхэм щIэупщIэ нэхъ яIэ тхакIуэ ныбжьыщIитхум яхэтщ Адыгейм щыщ ди лъэпкъэгъу пщащэ Мирай Мединэ.
И ныбжьыр илъэс 16 зэрыхъурэ Мединэ и тхылъхэр мин бжыгъэкIэ ди къэралым и тхылъ тедзапIэ инхэм къыщыдагъэкI.
«Воскресни за 40 дней», «Синтонимы», «Река моих сожалений», «Межвремье», цIэрыIуэ хъуа нэ-гъуэщI тхылъхэри зи Iэдакъэ къыщIэкIа пщащэм илъэс 13-м иту тхэн щIидзащ. Къэралым и литературэ уафэм къыщыщIэна вагъуэ цIыкIум къызыкъуих зэфIэкIымрэ и ехъулIэныгъэхэмрэ уащымыгуфIыкIынкIэ Iэмал иIэкъым.
Мединэ тхэн щыщIидзам «Мирай» унэцIэр цIэ лейуэ къищтащ, и тхыгъэхэм якIэщIидзыну. Езым зэрыжиIэмкIэ, ар Японием хуиIэ лъагъуныгъэм къыхихащ. «Мирай» цIэм «КъэкIуэну зэманым хуэплъэ» жиIэу къокI.
Пщащэм жеIэ тхакIуэ хъуным зэи зэремыгупсысар, сабий куэдми хуэдэу, ар космонавт, дэрбзэр, модельер, нэгъуэщI IэщIагъэхэми ехъуапсэу щытащ, тхэным зэрыхуэкIуари гъэщIэгъуэнщ. И нэгум куэд щIауэ щIэт теплъэгъуэхэмкIэ анимэ ищIыну яужь ихьэри, езым игу загъэу сурэтхэр зэрыхуэмыщIым къыхэкIкIэ, тхэным зрипщытат. «Сурэт дахэу схуэщIу щытамэ, зэи сымытхэххэнкIи хъунт», — щыжеIэ абы и интервьюхэм я зым.
Илъэс 13-м иту тхэн щIэзыдза хъыджэбзыр япэу зи ужь ихьар «Пятая сестра» зыфIища тхылъырщ. Ар тхын имыухыу зригъэтIылъэкIри, «Синтонимы»-р итхащ. Илъэс 14-м иту тхын щIидзами, еджапIэм зэрыщIэсым, зэрыхущIэмыхьэм къыхэкIыу 16 хъуху нигъэсыфакъым ар.
Мединэ курыт школым пасэу къыщIэкIри, и еджэным колледжым щыпищащ. Курыт еджапIэм зыхуэмей унэтIыныгъэ куэдым и зэман зэрыщытримыгъэкIуэдам зэрыщыгуфIыкIыжыр жеIэ абы.
Къыхэгъэщыпхъэщ и тхылъхэр тхылъымпIэм тету къыдэкIыным ипэкIэ Мединэ Интернетым цIэрыIуэ зэрыщыхъуар. «Wattpad» сайтым хъыджэбзым и IэдакъэщIэкIхэр утыку щрихьэрти, абы къыпэджэжхэм тхэным трагъэгушхуэурэ пищащ.
— Иджы согупсысыжри, цIыхухэм си тхыгъэхэмкIэ апхуэдизкIэ садэгуэшэну сыхуейти, ар къагурымыIуэнкIэ, ягу иримыхьынкIэ хъуну зэи сышынауэ сщIэжыркъым. Пэжщ, «Wattpad»-м уи тхыгъэ иплъхьэныр ехъулIэныгъэм и къежьапIэу къэплъытэ хъунукъым, ауэ ар щIалэгъуалэр нэхъыбэу тхылъ щеджэ утщ. Си нэкIэ сымылъэгъуамэ, си фIэщ хъунтэкъым апхуэдизу тхылъ зыфIэфI щIалэгъуалэ куэд диIэу.
Итхахэм я ещанэу щытми, пщащэм и тхылъхэм ящыщу япэу къыдэкIар «Воскресни за 40 дней» фIэщыгъэм щIэтращ. Абы и Iыхьэ зыбжанэ Интернетым къызэрырилъхьэу куэд къыщIэупщIат къыкIэлъыкIуэным. Тхылъыр зэрыщыту Интернетым щралъхьэм, еджахэм я бжыгъэр хуэдищкIэ нэхъыбэ зэрыхъуам и мызакъуэу, тхыгъэм хэт жыIэгъуэхэр щIалэгъуалэм ену зэбграхри, я напэкIуэцIхэм къралъхьат. МащIэтэкъым абы щыщытхъури. АбыкIэ зи цIэр Iуа тхакIуэ ныбжьыщIэм и адрей тхыгъэхэри къалъыхъуэн щIадзащ.
Дэтхэнэ тхакIуэми хуэдэу, Мединэ и къалэмыпэм къыщIэкIа- хэр тхылъымпIэм тету къыдигъэкIыну щIэхъуэпсырти, ахэр зэхуихьэсри, тедзапIэ 20-м нэблагъэм яхуигъэхьат. Языныкъуэхэм гулъытэ къыхуащIыххакъым, адрейхэм ягу иримыхьауэ жэуап къатхыжащ.
Хъыджэбзым жеIэ и япэ тхылъыр илъэс 18 иримыкъу щIыкIэ къыдигъэкIыным егъэлеяуэ щIэхъуэпсу зэрыщытар. Арати, илъэс 19 ирикъуа къудейуэ, АСТ «Mainstream» редакцэм къыбгъэдэкI письмо къыIэрыхьащ, «Воскресни за 40 дней» тхылъыр къыхудагъэкIыну жаIэу. «А дакъикъэхэм си гум щыхъар къэIуэтэгъуейщ. СыкIэрэхъуат, апхуэдизкIэ сыгуфIати. Тхылъыр дунейм къытехьэхукIэ си фIэщ хъуакъым, икIуэтыжыну, хущIегъуэжыну къысщыхъурти. Ауэ япэ къыдэкIыгъуэр дунейм къызэрытехьэу апхуэдизу псынщIэу зэбгрыкIати, иужькIэ иджыри щэнейрэ къыдагъэкIыжын хуей хъуат. Абы кIэщIкIэ къыкIэлъыкIуащ «Синтонимы» зыфIищари. А зэманым тхылъи 8 хьэзыру иIэххэт хъыджэбзым.
Мединэ зэрыжиIэмкIэ, абы и романхэр щитхкIэ, къэхъунур езы дыдэми ищIэркъым — тхакIуэ куэдым хуэдэу, тхылъым и пкъыр зэфIигъэувэу итIанэ тхэн щIидзэркъым. «Къэхъунур сщIэмэ, абы сытемызашэу схуэтхыну сэ?», — къыддэгуашэ ар.
«Ику иту илъэс ныкъуэкIэ сотх зы тхылъыр, ауэ Iуэхуу сиIэр къэзгъанэрэ унэм сыкъыщIэмыкIыу селэжьмэ, зы мазэм схунэгъэсынущ. Нэхъыбэу тхэныр къэзыгъэушыр, си гупсысэхэр схузэзыгъэзахуэр макъамэ дахэмрэ лъэсу зекIуэнымрэщ», — жеIэ тхакIуэ ныбжьыщIэм.
Къыхэгъэщыпхъэщ Мединэ и языныкъуэ тхылъхэм хэтыну, я жинтхэм тетыну сурэтхэр езым зэрищIыжар.
А тхылъхэр нэхъыбэу ныбжьыщIэхэм яхуэгъэзами, жылагъуэр зыгъэпIейтей Iуэху куэд къыщеIэтри, хэкIыпIэ гъэщIэгъуэнхэр къахуегъуэт. Тхэн щIэзыдзагъащIэхэм яхуэгъэзауэ абы жеIэ, япэщIыкIэ щхьэж и псалъалъэм елэжьын хуейуэ къызэрилъытэр.
«Сэ си щыуагъэхэм хуэдэ фымыщIэ. Дунейм къытехьа тхылъыр пхузэхъуэкIыжынукъым. Аращи, тхэн щIэвдзэн ипэкIэ фи щIэныгъэм, къэухьым зевгъэужь. Щхьэж фи хъэтI къызэрывгъуэтыжыным фыхущIэкъу. Тхылъ зэрыптхынум теухуа тхылъ уеджэн, а IэщIагъэм зыхуебгъэсэн хуейщ. Си щхьэкIэ Вольф Юрген, Макки Роберт, Галь Нору сымэ я IэдакъэщIэкIхэм феджэну фыкъыхуезджэнут. Псом япэрауэ, фызыхуэтхэнур фи щхьэрщ, фи псэм фIэфIыр фтхы, ауэ адрей цIыхухэм яфIэгъэщIэгъуэнынкIэ хъунури зыщывмыгъэгъупщэ. Тхэным фыдезыгъэхьэхын къэфлъыхъуэ, фежьэу фыщымысу. ЕхъулIэныгъэм фыщIэхъуэпс, ауэ къару псори хъуапсэм ебгъэхьынри щыуагъэщ. ТхакIуэхэм я натIэм, ипэ итахэм я гъащIэм феплъ, мащIэ дыдэщ абыхэм яхэтыр занщIэу ехъулIэныгъэ зыIэрагъэхьэфауэ. Нэхъыщхьэращи, фи IэдакъэщIэкIхэм еджэу пэжыр къывжезыIэфын фиIэн, дзыхь зыхуэфщIын критик зэвгъэпэщын хуейщ. ИтIанэ, фтхыр зигу иримыхьын зэрыщыIэнкIэ хъунури зыщывмыгъэгъупщэ. Фи зэфIэкIым, щIэныгъэм зэрызевгъэужьыным махуэ къэс фыхущIэкъу, итIанэщ ехъулIэныгъэм и бзий къыптепсэну гугъэ щыщыIэр», — жеIэ Мединэ.
Тхэн щIэзыдза ныбжьыщIэхэм я зэфIэкI щеплъыжыну абы я цIэ къреIуэ ЛитРес, Wattpad, Litnet сайтхэм.
Мединэ мы зэманкIэ къыдигъэкIащ: «Синтонимы», «Синтонимы. Один из них мертв» (2016 гъ.), «Воскресни за 40 дней», «Синтонимы. Четвертый лишний» (2017 гъ.), «Школония», «Пятая сестра», «Рики Перри», «Синтонимы. Больно быть с тем, кто…» (2018), «Река моих сожалений» (2019 гъ.), «Межвремье» (2018 — 2020), «Синтонимы. Большой дневник» (2020 гъ.), «Зазеркалье нашей реальности» (2021 гъ.). тхылъхэр.
Псори зэхэту тхылъ 12 мэхъу — илъэс 21-м уиту апхуэдиз уи Iэдакъэ къыщIэкIыныр, ахэр мин бжыгъэкIэ зэбгрыкIыныр ехъулIэныгъэшхуэщ, дауи. Дохъуэхъу Мединэ, и зэфIэкIым хэхъуэну ди гуапэщ, къэралым и мызакъуэу дуней псом къыщацIыху тхакIуэ хъуну ди гуапэщ!
Щомахуэ Залинэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "101090.txt"
} |
Адыгэ бзылъхугъэ
Узыншагъэм и плъыр
Щхьэлыкъуэдэсхэр Мэз Лилэ зэреджэр узыншагъэм и плъырщ. Дохутыр IэщIагъэм илъэс 46-кIэ урилэжьэным и мызакъуэу, апхуэдиз цIыхур арэзы пщIыным, уи цIэ фIыкIэ жебгъэIэным и уасэр сыт хуэдиз?! Дауи, ар къэлъытэгъуейщ.
Щхьэлыкъуэ жылэшхуэм щыпсэухэм я узыншагъэр зыхуэдэм щыгъуазэщ ар. ЕщIэ сыт хуэдэ хущхъуэр сымаджэм сэбэп нэхъ хуэхъунуми, махуэ дапщэм ар нэхъыфI хъужынуми. Сымаджэм деж кIуэн хуейуэ абы хъыбар Iэрыхьамэ, ар зэманым еплъыркъым – жэщыр хэкIуэтауи, нэхумыщуи щрырети, епIэщIэкIыу зихуэпэнурэ и дэIэпыкъуэгъу хуэныкъуэм зэрылъэIэсыным яужь итынущ. И Iэзэгъуэ хэлъмэ, узыр щхьэщихынущ, сымаджэщым нэгъэсын хуеймэ иригъэшэнущ.
НэгъуэщI дохутыр зэгуэр диIэнкIэ хъуну дегупсысыркъым. Абы хуэмыфащэ щытхъу щыIэкъым. ФIыуэ тлъагъу, пщIэрэ нэмысрэ зыхуэтщI ди Лилэ дахэр куэдрэ Тхьэм тхуигъэузыншэ! — жаIэ Мэзыр зи узыншагъэм кIэлъыплъ щхьэлыкъуэдэсхэм.
Лилэ и щхьэгъусэри и ахърэтыр нэху Алыхьым ищI дохутыру лэжьащ, и IэщIагъэм фIыуэ хищIыкIыу, цIыхухэм пщIэ къыхуащIу дунейм тетащ. Зэщхьэгъусэхэм къуитIрэ зыпхъурэ къащIэхъуащи, ахэри унагъуэ дахэ хъужауэ мэпсэу.
Лилэ дохутыр IэщIагъэм фIыуэ зэрыхищIыкIыр, зэфIэкIышхуэ зэриIэр къалъытэри, Урысей Федерацэм Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм и дамыгъэ лъапIэр, КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм и щытхъу тхылъхэр къыхуагъэфэщащ.
Унагъуэ насып
Быныр жыIэдаIуэмэ, гъэсэныгъэ яхэлъмэ, щIэныгъэм, IэщIагъэм щIэхъуэпсрэ гъуэгу захуэ теувэмэ, дэтхэнэ зы адэ-анэм дежкIи ар зэрынасыпыр гурыIуэгъуэщ.
Аргудан къуажэм щыпсэу Шыпшхэ Борисрэ Iэсиятрэ я унагъуэр хъуэпсэгъуэщ. Зыхуей ягъуэт, я Iуэхури хъарзынэщ. Лъапсэр, хадэшхуэр, жыгхэр зэщхьэгъусэхэм зэдэIэпыкъуурэ зэрахьэ.
Борис лэжьакIуэшхуэщ жыхуаIэхэм ящыщщ. Котельнэм илъэс куэдкIэ щылэжьащ. «И Iэр увыIэркъым, ищIэни къегъуэт», — и щхьэгъусэм щхьэкIэ жеIэ Iэсият пыгуфIыкIыу.
Iэсият и IэщIагъэкIэ юристщ. Краснодар къалэм дэт юридическэ институтым и къудамэу Налшык щыIэ милицэ школым щригъэджащ.
— Псэ щабэщ, цIыху къабзэщ, нэхъыжьым пщIэрэ нэмысрэ яхуищIу, сыт хуэдэ лъэныкъуэкIи ядэIэпыкъуу, гулъытэ яхуищIу мэпсэу. И гуащэри, и гуащэм и шыпхъуитIри зыхуей хуигъазэу зэрихьэжащ, — дыщагъэгъуазэ Iэсият и гъунэгъухэм.
ЦIыхубзым илэжьа псапэр, гущIэгъур гъащIэм гулъытэншэу къигъэнакъым.
Зэщхьэгъусэхэм япхъу Iэдииху и ныбжькIэ щIалэми, диплом плъыжьу щы иIэщ. Инджылызыбзэм, журналистикэм хуеджащ, ВГИК-ри къиухащ. Iэдииху лэжьапIэ хъарзынэ иIэу Москва щолажьэ. Я щIалэ Къантемыр Щукин Борис и цIэр зезыхьэ театральнэ институтыр къиухри къигъэзэжауэ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым щолажьэ.
ЖыпIэнурамэ, Борисрэ Iэсиятрэ я унагъуэр насыпыфIэхэм ящыщщ – я бынхэм я зэфIэкIым иригуфIэу, зэгурыIуэ-зэдэIуэжу мэпсэу.
Пшэрыхь хущанэ
Зэрыхъур псалъитI къудейщ мыхэр, ауэ мыхьэнэшхуэ ирату адыгэхэм къадокIуэкI. Ар зыхужыпIэ хъуну бзылъхугъэхэщ мы тхыгъэр зытеухуа Риммэрэ Маринэрэ. Мыхэр зэи зэрылъэгъуакъым икIи зэрыцIыхуххэркъым, ауэ акъылрэ гущIэгъукIэ, цIыхугъэрэ шыIэныгъэкIэрэ Тхьэшхуэм зэщхь ищIахэщ. Хуэдэ щхьэгъусэ дэнэ щыIэ, зыхужаIэхэм ящыщщ.
РИММЭРЭ Тамарэрэ медицинэ институтыр фIы дыдэу къаухащ. Еджэху шыпхъу гумащIэм хуэдэу зэхущытахэщ, зэрылъэгъуахэщ.
Тамарэ фIыуэ илъагъу щIалэр щхьэгъусэ хуэхъури, бынищи ягъуэтыжауэ, хъуэпсэгъуэу зэдэпсэухэрт. АрщхьэкIэ гъащIэм зыкъызэкъуихри, «куэдщ» жыхуиIэу псоми зихъуэжащ.
Тамарэ къеуэлIа узыфэм куэдрэ игъэпсэуакъым. «Сэ езыр щхьэ сызэмыIэзэжыфрэ, дохутыр нэхъыфIхэм сащыщу жаIэртэкъэ?» Сыт хуэдизрэ гукIэ зэмыупщIыжми, зэрымыхъужынур къыгурыIуат. Ауэ, итIани, иригуIэу, иришынэу щыттэкъым. ЩIэупщIакIуэ къакIуэхэми и нэгур зэлъыIухауэ, гуапэу яхущытт.
— Риммэ, сынолъэIу си яужькIэ Анзор щхьэгъусэ ухуэхъуну, щIалэ цIыкIухэр уи анэмэтщ.
Риммэ зихъунщIэну щыхуежьэм:
— Сэ ар си иужьрей лъэIущи, сыкъэгъэгугъэ. Тхьэм щхьэкIэ, — жиIэри зэуэ къару къыхыхьэжауэ къелъэIуащ.
— Си гур хыумыгъэщI, уэ ухъужынущ, — жиIэурэ Тамарэ зытриубгъуэри, Риммэ зыщыджащ.
— Си Iуэхур зэфIэкIащ. Умыгъ, сыкъэгъэгугъэ! — АдэкIэ зыри жимыIэу Риммэ щIэкIащ. — Ди Тхьэу Тхьэшхуэ, сыпхуэарэзыщ, апхуэдэ ныбжьэгъу къызэрызэптамкIэ, ину фIыщIэ пху- зощI.
Абы лъандэрэ илъэс зыбжанэ дэкIащ. Сабийуэ къэна щIалэ цIыкIухэри балигъ хъуахэщ. Ехьэжьауэ унагъуэри мэпсэу.
И гъащIэ псор зыдихьыну зыщыгугъа, гурыщIэ куу зыхуищIа и щхьэгъусэр зэрызыхищIэр сэтей имыщIу гурэ псэкIэ игъэвырт Анзор. ЩIалэ цIыкIухэмкIэ гуныкъуэгъуэ иIэтэкъым – ахэр анэнэпIэс яхуэхъуам зэреджэр Риммэ дахэт.
Дауи, бынхэр псори зэхуэмыдэрэ — нэхъыфI дыдэу, нэхъ гуапэу, псэ щабэу яхэт щIалэ цIыкIур кIуэдащ. Ахъшэшхуэ трагъэкIуадэу дэнэ щылъыхъуами, и лъэужь техьакъым. Япэ гуауэм ар хыхьэжри, зи къару илъыгъуэ щIалэ дахэшхуэр хигъэщIащ. Къэмытэджыфу Анзор зэрыхэлърэ илъэс зыбжанэ хъуащ. Риммэ и дохутыр IэщIагъэр къигъэсэбэпурэ ирамыхьэлIэ хущхъуэ гъуэтыгъуейщ, ауэ итIани абы и узыр щхьэщыкIыркъым.
Шхын лIэужьыгъуэу хузэблимыха щыIэу къыщIэкIынкъым. Ар сымаджэм зэрегугъумрэ зэрыхущытымрэ щыплъагъукIэ, и щхьэгъусэм и гъащIэм хупищэу къыпщохъу.
Маринэ университетым щыщIэс лъэхъэнэм къыдеджэ Анзор гухэлъ хуищIат. АрщхьэкIэ щIалэм игу ирихьыр нэгъуэщIти, ар щхьэгъусэ ищIащ. Хъыджэбз цIыкIу ягъуэтауэ Анзор и автомашинэм зыгуэр къыжьэхэуэри, къелыну щымыгугъыу лъэрымыхьащ. АрщхьэкIэ ныкъуэдыкъуагъэшхуэ хихауэ къелащ. Офицеру милицэм хэт щIалэр ныкъуэдыкъуэхэр къызэрырашэкI гу цIыкIум итIысхьэн хуей щыхъум, щхьэгъусэр икIыжащ.
ФIыуэ къэзылъэгъуа цIыхубзри дэкIуэри къикIыжат. Анзор и хъыбар щызэхихым, къыдэкIуащ, нэм, псэм хуехь, жыхуаIэм хуэдэу допсэу. ШхапIэ цIыкIуи къызэIуихауэ хъарзынэу ягъэлажьэ.
Риммэрэ Маринэрэ я щхьэгъусэхэм зэрахущытыр щыплъагъукIэ къыбгуроIуэ, я гъащIэри я насыпри щхьэузыхь я щхьэгъусэхэм зэрыхуащIар.
Мы бзылъхугъэ цIыкIухэр я гъащIэмкIи я насыпымкIи арэзыхэщ. Гукъыдэж яIэу, я щхьэгъусэхэми дэрэжэгъуэ зэрыратыным хущIэкъуу апхуэдэхэщ.
Апхуэдэхэракъэ-тIэ пшэрыхь зыхущынапхъэр?!
Ди гукъыдэжыр къэзыIэт
Налшык «етхуанэ микрорайон»-кIэ зэджэ и хьэблэм зэгъунэгъуу адыгэ унагъуищ дыщопсэури, IыхьлыгъэкIэ дызэгуэмыхьэми, анэкъилъхум хуэдэу дызэхущытщ — дызэкIэлъокIуэ, дызэролъагъу, дызэрытогъэу.
Ди узыншагъэри, ди псэукIэри Тхьэм и фIыщIэкIэ Iейкъым, ауэ дуней псор хъурейуэ къэзыкIухь узыфэ бзаджэм, дауи, дегъэгузавэ. ДыщIэмыкIмэ нэхъ къатщтэу Iэмал зэриIэкIэ унэм дыщIэсщ. Ди гур имыгъэкIуэду апхуэдэ щытыкIэм дыкъизышхэм ящыщщ зи гугъу сщIынур — «Ди радио цIыкIукIэ» дызэджэм и псэлъэгъуэр къыщысынум дыхуэпIащIэу дыпоплъэ. Ди уэрэдхэмрэ макъамэ дахэхэмрэ ущедаIуэкIэ уи гукъыдэжыр къаIэтри, гугъуехьхэри пIалъэкIэ пщагъэгъупщэ.
Тэтрокъуэ Астемыр «Псалъэмакъ щхьэпэкIэ» зэджэ и нэтынхэр, Мыз Ахьмэд «Зэманым пэджэжу», Хьэмту Къадир «Адыгэхэр: тхыдэр, хабзэр» и нэтынхэми, адрей журналистхэм ягъэхьэзырхэми, гушыIэхэми удихьэхыу уодаIуэ.
Зэманыр гугъуми, абы щхьэкIэ къамыгъанэу я лэжьыгъэр хъарзынэ дыдэу зэрызэфIагъэкIым папщIэ, дауи, фIыщIэ ин яхуэфащэщ абыхэм. Радиом едаIуэ псоми ар къызэрыддаIыгъынум шэч хэлъкъым.
Къумыкъу Таужан, ТыIэщ Лусэ, ДыщэкI Женя.
Зи IэщIагъэм хуэIэзэ, гущIэгъулы
Бацэ Иринэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и медицинэ институтыр фIы дыдэу къиухащ, наркологщ, категорие нэхъыщхьэ иIэщ. Республикэ наркологие диспансерым и поликлиникэу Налшык Тургеневым и цIэр зезыхьэ уэрамым тетым и къудамэм и унафэщIщ.
Поликлиникэм щылажьэ дэтхэнэ зыми цIыхум и узыншагъэр, и гъащIэр зэтеувэжыным щIэныгъэуи гущIэгъууи яхэлъыр ирахьэлIэ жыпIэми егъэлея хъуну къыщIэкIынкъым. Наркотик зэзыхьэлIэм е фадэр нэрыгъ зыхуэхъуам ахэр езым и мыгъуагъэу щытым и мызакъуэу, и унагъуэми, къыдэлажьэхэми, зыхэтхэми я дежкIи хьэзабщ. Наркодиспансерым цIыху 40 хуэдиз щолажьэри, псоми медицинэ щIэныгъэ яIэщ. Иринэ и къудамэр цIыхуи 8 мэхъури, психотерапевтхэри, наркологхэри, нэгъуэщI узыфэхэм еIэзэ дохутырхэри яхэтщ.
Ди жагъуэ зэрыхъунщи, наркотикым дихьэххэр иужьрей илъэсхэм дуней псом нэхъыбэ щыхъуащ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, апхуэдэ щытыкIэм игъэгузавэхэри куэд мэхъу. Дэ Иринэ депсэлъылIащ, я лэжьэкIэм зыщыдгъэгъуэзэну ди мураду:
— Наркологие сымаджэщым и дохутыр нэхъыщхьэ Удаловэ Ольгэ Николай и пхъум и IэщIагъэм фIы дыдэу хещIыкI, куэди хузэфIокI. Сымаджэхэм ар щепсалъэкIэ къыбгуроIуэ нарколог Iэзэм и мызакъуэу, психологышхуэуи зэрыщытыр. Ди унэтIыныгъэм ирилажьэ дэтхэнэ зыми ищIэн хуейщ медицинэм и къудамэ наркологиемрэ психологиемрэ.
— Сымаджэхэм фазэрыдэлажьэми и гугъу уэзгъэщIынут.
— Наркотик зэзыхьэлIэхэр, фадафэхэр учётым догъэуври, диспансерым и махуэ стационарым догъэгъуэлъ. Узыр хэтIэсамэ, езым хыфIидзэжыну и къарур пэмылъэщмэ, мыбы зэманкIэ дыщоIэзэри, Дубким щыIэ наркологие сымаджэщым догъакIуэ. Къэмытэджыф сымаджэхэм я унэ дохутырхэр макIуэ, хущхъуэкIэ ядоIэпыкъу.
Iуэхур хэмытIэсамэ, наркотик зэзыхьэлIэм и узыр нэхъ къыпхуэгъэувыIэнущ. Я унагъуэм щIэсыр зыхэхуа бэлыхьыр адэ-анэм, щхьэгъусэм, быным ямыбзыщIу къытхуэкIуэмэ нэхъыфIыр арат, ауэ цIыхухэм яхэIуэнкIэ гузавэурэ узыр щыхагъэтIасэ къохъу. Сыт щыгъуи дыхьэзырщ сымаджэм деIэзэну, дгъэхъужыну, кIэщIу жыпIэмэ, тлъэкIыр хуэтщIэну. НэгъуэщI щIыпIэ кърашри, ди деж наркотик гуащIэ дыдэхэр, цIыхум и узыншагъэм хуабжьу егуауэхэр къашэ. Апхуэдэхэр зэзыхьэлIэхэри, ди жагъуэ зэрыхъунщи, щыIэщ. Узыншагъэм зэран зэрыхуэхъум и мызакъуэу, абы цIыхум и акъылыр щIэх дыдэу зэIегъэхьэри, ищIэр имыщIэжу къегъанэ. Апхуэдэ зыхэзылъхьэр земыкIуэжыфу и лъакъуэхэми зэран яхуохъу. Аращи, нэхъ пасэу зыкъытхуагъэзэху нэхъыфIщ. Мыдрейуэ, щIалэгъуалэр апхуэдэ мыгъуагъэхэм щыхъума хъун папщIэ дэ еджапIэхэм докIуэ, наркотикым зэраныгъэу къишэм ныбжьыщIэхэр щыгъуазэ дощI.
— Учётым щытым я бжыгъэр дапщэ хъурэ, я ныбжьри сыт хуэдиз?
— Ахэр жытIэну, сымаджэхэм ятеухуа хъыбархэр хэIущIыIу тщIыну дыхуиткъым, къэралым ибзыщIхэм ящыщ зыщи… БлэкIа илъэсымрэ дызэрытымрэ къапщтэмэ, ди деж наркотикым дихьэххэр куэдкIэ щызэщхьэщыкIауэ схужыIэнукъым. Зэрыщытам хуэдэу къэнэжауэ си гугъэщ. Учётым илъэсищкIэ щытар, и Iуэхур тэмэму зэтеувэжамэ, ирахыж.
Наркотикыр нэхъыбэу зэзыхьэлIэхэм я гугъу пщIымэ, ахэр илъэс 18-м къыщыщIэдзауэ илъэс 40-м нэс ныбжьым къриубыдэхэрщ. Ефэн пасэу щIэзыдзэхэри щыIэщ. Илъэс 60 – 70-м и ныбжьым нэсауэ, ауэ фадэр зыхухыфIэмыдзэхэри щыIэщи, псоми тхузэфIэкIыр яхудощIэ.
— Наркологие поликлиникэм цIыхур сыт щыгъуи щыкуэдщ. Мыпхуэдиз мыбы щхьэ къакIуэрэ, уеплъамэ узыншэу дыдэуи фэ ятету?
— ЛэжьапIэ увыну мурад зыщIа дэтхэнэ зыри, къэрал унафэм ипкъ иткIэ, ди деж къакIуэу я узыншагъэр, я психикэр зыхуэдэр къэтхутэн хуейщ — фадэ ефэрэ е наркотик зрихьэлIэрэ. ЛэжьапIэ къыщащтэнур апхуэдэ Iуэху зэрыхэмытым теухуа тхылъ етта иужькIэщ. Фадэ ефэмэ е наркотик зрихьэлIэмэ, абы еIэзэн щIыдодзэри, тэмэм хъужа иужькIэщ зэрыузыншэмкIэ тхылъ щеттыр.
Мы къудамэм наркологыу, психиатру щолажьэ Чэрим Светланэ, Къэзанш Маринэ, АфэщIагъуэ Ахьмэд, Теувэжыкъуэ Вячеслав, Тау Тимур, Хъуэжэ Ритэ, Нагорная Татьянэ. Мыбыхэм Урысей Федерацэми КъБР-ми узыншагъэр хъумэнымкIэ я министерствэхэм я щIыхь тхылъхэр къыхуагъэфэщащ, категорие нэхъыщхьэ зиIэ дохутырхэщ. АфэщIагъуэ Ахьмэд гъэ кIуам «Илъэсым и дохутыр» хъуащ.
Гъуэгу захуэм тещхьэрыукIахэм зэрадэIэпыкъуным, я щыуагъэр гурагъэIуэжыным хущIэкъуу мэлажьэ поликлиникэм и дохутырхэри абыхэм я дэIэпыкъуэгъухэри. Зэрыдохутыр Iэзэм нэмыщI, ахэр икIи шыIэныгъэшхуэ, гущIэгъу зыхэлъ цIыху псэ къабзэхэщ икIи я щIэгъэкъуэн, гулъытэ хуэныкъуэ дэтхэнэми доIэпыкъу. Ар абыхэм къазэрехъулIэм и щыхьэтщ дамыгъэ лъапIэу къыхуагъэфэщахэр.
Узылъыхъуэр сыт хуэдэ пэж?!
Мусэрэ Фузэрэ унагъуэ зэпэщу Налшык щыпсэухэм ящыщ зыт. Мусэ щIалэ цIыкIуу щIидзэри, щымылэжьа зэман и гъащIэм къыхэхуауэ ищIэжыркъым. Балигъ щыхъум авто машинэм итIысхьэри, и ныбжьыр хэкIуэтэху абы ирилэжьащ.
Лъапсэ хъарзыни яухуат зэщхьэгъусэхэм. ЗэгурыIуэ-зэдэIуэжу псэуурэ, я гъащIэм зыпэмыплъа зэхъуэкIыныгъэ къыщыхъуащ — я гъунэгъум и унэр ищэри, а щIапIэм зыгуэр къитIысхьащ. ГъунэгъущIэ диIэ хъуащ, жари Мусэрэ Фузэрэ кIуэри ехъуэхъуащ. «Уи лъэпкъ хуэдэ щыIэ, фызэрыадыгэри хъарзынэщ», — жаIэри къыдэкIыжащ.
АрщхьэкIэ сыт хуэдэ лъэпкъри къащти, апхуэдэ къызыхэкIын гъуэтыгъуейуэ къахущIэкIащ.
Си пщIантIэм нэхърэ фи пщIантIэр нэхъ инщ, фи пщэфIапIэшхуэжьри си щIым и гъунапкъэм къытефщIыхьащ, жиIэри къимыгъэсэбэпрэ здэмыкIуэрэ щымыIэу ежэжьащ. Илъэс бжыгъэкIэ гугъу дехьу ящIа пщэфIапIэ дахэшхуэр экскаваторкIэ щакъутэм зэщхьэгъусэхэм я гур хэщIырт, хьэблэм дэсхэри игъэгузавэу къызэхуэсахэт. Ар икъутэн хуейуэ къагъэкIуа щIалэм жиIат:
— Уэлэхьи нобэ хуэдэу укIытэгъуэ сиIауэ сымыщIэж… Мыр зэрыпкъутэнур дауэ?! Судым щхьэ фымыкIуарэ?
— Куэдрэ дыкIуащ, куэдми дытхащ, ауэ зыри къикIакъым. ПцIыкIэ къыттекIуащ. Умыгузавэ, къалэн къыпщащIар гъэзащIэ, — жриIэри, Мусэ хуэм дыдэурэ унэм щIыхьэжащ.
ЦIыхубз ябгэм абыкIи игу мызагъэу, уэшхыпсыр си унащхьэм къытолъадэ жиIэм, нэгъуэщI гуэрхэри къапиубыдурэ, унагъуэ хейм къеныкъуэкъуащ. Къеныкъуэкъуащ, и акъылымрэ и цIыхугъэмрэ здынэсымрэ къигъэлъагъуэу.
— Илъэс куэд хъуауэ ди пщIантIэр зэрыщытщ, къыхэхъуакъым икIи хэщIакъым, гумызагъэ уиIэмэ, дызэгурыIуэнщ, умыкъутэ, — жиIэу Мусэ щелъэIум:
— Фэ фхуэдэхэм къысхуэфщIэным сыхуейуэ, апхуэдэ гугъэ щхьэ пщIа?! Си гъунапкъэм шхапIэр къызэрытефщIыхьамкIэ зыхуэсхьэсар тхылъ дапщэ уи гугъэрэ? — Мусэ гъунэгъу дыдэу къыбгъэдыхьауэ и Iэпхъуамбэри къыхуигъэдалъэрт, зэми и зэфIэкIыр къигъэлъагъуэ щIыкIэу и IитIыр и шхужьым иригъэувэрт.
Мусэ шыIэныгъэшхуэ, гъэсэныгъэшхуэ хэлъти, пидзыж щIагъуи щымыIэу еплъу щытт.
— А тхылъымпIэ зэхуэпхьэса къомым пэжу зыри зэрахэмытыр уэри уощIэ, дэри дощIэ. Абыхэм пэжу зы закъуэ къахэбгъуэтэфыну?
— Уэ узылъыхъуэр сыт хуэдэ пэж? ЛIыгъэ уиIэмэ, ар мыпэжу къэхутэф.
— Пэж щымыIэжу ара жыпIэр?!
— Ар уэ къыбгурыIуакъэ?
— КъыдгурыIуащ, ауэ уэ мы зыр хьэкъкIэ упхыкIамэ арат. Дэ псори — уэри, дэри — Тхьэ лъапIэм и щIагъым дыщIэтщ, — жиIэурэ и щхьэгъусэр Iуишыжыну Фузэ къыIухьащ.
— Фежьэ-тIэ, фежьэ. Сэ сыкъыщIикIуэтаи сызыхущIегъуэжаи къэхъуакъым. Сызыхуейр сощIэ, сызыхуейр зыIэрызогъэхьэ. Сэ сыкъызэрыгуэкIкъым, сэ сылIыхъужьщ.
— Уэлэхьи, япэу ущыслъэгъуам узэрылIыхъужьыр къэсщIатэмэ. Ярэби, цIыхубз къабзэу зэзэмызэ укъыщIэкIамэ мынэхъыфIу пIэрэт?
— Уэ пхуэдэу бензинымэ къыскIэрихыу сыкъэгъуэгурыкIуакъым, умыщIэмэ зэгъащIэ — пщIантIэпхъэнкIыу уэрамым сыдэтакъым, къулыкъу зыIыгъахэм сащыщщ.
— Уэлэхьи, Фузэ, адыгэщ жытIэу дыгуфIа щхьэкIэ дунэхъуамэ, сылIыхъужьщ жиIэу зи Iэр зи шхужьым изыгъэувэр ар… — адэкIэ зыри пимыдзыжу Мусэ IукIыжащ.
«Пхуэфащэ щIыбым щыпщIафIэ» — Фузэ къыжриIэщ, щIым хилъафэ и кIэ кIыхьыр иудэу, и IитIри ину щIиупскIэу, вындым хуэдэу фIыцIэу ила и щхьэцри гъэщIэгъуэн гуэру зэщIэкъуауэ дэжыжащ хьэблэм, КIуэракIуэ зыфIаща цIыхубз ябгэр.
Лъэпкъ куэду зэхэс хьэблэм ар щалъэгъуам деж зыми сэлам кърахыртэкъым, Iумпэм зэращIыр езыми къыгурыIуэжу къыщIэкIынт. КъыгурыIуэж щхьэкIэ, езыми зэрыжиIэщи, абы щхьэкIэ гузавэхэм е къикIуэтхэм ар ящыщкъым.
Унэр ищэри, нобэ нэхъыфI дыдэкIэ зэджэ фэтэр къищэхуащ. И къуэмрэ и нысэмрэ яхэтIысхьэжауэ зэдопсэу. АдэкIи Тхьэм ещIэ и Iуэху зэрыхъун… Ауэ ди нэхъыжьхэм «Лей зезыхьэр и хьэкъ хуозэ» жаIакъэ?
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "101094.txt"
} |
Бейхэ я хьэщIэр
Ди республикэм щыпсэу лъэпкъхэм яку дэлъ зэхущытыкIэ гуапэр гъэбыдэным, лъэпкъ Iуэхур егъэфIэкIуэным, щIэблэр хабзэ-бзыпхъэхэм щIэпIыкIа хъуным папщIэ Граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ КъБР-м и министерствэм къызэригъэпэщащ «Къунакъ — 2021» Iуэхур. Ар екIуэкIащ фокIадэм и 24-м щегъэжьауэ жэпуэгъуэм и 1 пщIондэ. Iуэхум къигъэувырт ныбжьыщIэр (къунакъыр) махуэ зыбжанэкIэ унагъуэ имыцIыхум щыпсэуну, абы къыщекIуэкI хабзэхэр зригъэлъагъуну, унагъуэм я Iуэхухэм хэтыну, здэщыIэ къуажэм е къалэм щIалэгъуалэм папщIэ Iуэхугъуэу къыщызэрагъэпэщхэм екIуэлIэну.
Министерствэм къызэригъэпэща Iуэху щIагъуэм хэтащ Къармэхьэблэ къуажэм щыщу Бейхэ Хьэбасрэ Таерэ я унагъуэр. Ахэр бысым яхуэхъуащ Май къалэм дэт гимназие №1-м и епщыкIузанэ классым щеджэ Рудик Евгений. НыбжьыщIэр гуапэу ирагъэблэгъащ унагъуэм. Бейхэ я унэгуащэр, Тае, къуажэ шолым математикэмкIэ егъэджакIуэщ, я нысэ Лианэ а школ дыдэм психологыу щолажьэ. Абы и фIыгъэкIэ, я хьэщIэ цIыкIур къармэхьэблэдэс ныбжьыщIэхэм яхэтыну, зригъэцIыхуну, ныбжьэгъу яхуэхъуну и насып къихьащ. Бейхэ я сабийхэм, Ислъам, Беслъэн, Рианэ сымэ я щIыгъуу, Евгений еджапIэм щекIуэкI дерсхэм екIуэлIащ. НыбжьыщIэм и нэгу зыщрагъэужьащ къуажэм и щIыуэпсым, щагъэгъуэзащ и тхыдэм, абы къыщекIуэкI хабзэ, зэхущытыкIэ дахэхэм. Евгений яшащ унагъуэм я шынэхъыжьым и Iэщ фермэм: адыгэхэм я Iэщ зехуэкIэм къахутепсэлъыхьащ. Бейхэ я къунакъым папщIэ Къармэхьэблэ дэт школ №2-м пшыхь къыщызэрагъэпэщащ, адыгэ джэгу ящIащ. ХьэщIэм зыщрагъэплъыхьащ Дзэлыкъуэ щIыналъэм и музейм, нэгузыужь яшащ Псыхуабэ.
Евгений игу ирихьащ бысымым я шыгъупIастэ IэфIыр. Адыгэ шхыныгъуэхэм я цIэхэм, ахэр къызыхащIыкIым ныбжьыщIэр фIэгъэщIэгъуэну щIэупщIэрт.
МахуитхукIэ щыхьэщIащ Рудик Евгений Бейхэ я унагъуэм. Ар ягу дыхьащ езы унагъуэми, школым и лэжьакIуэхэми, ныбжьэгъу хуэхъуа цIыкIухэми. Адыгэм и дежкIэ хьэщIэр псом нэхърэ нэхъ лъапIэщ. Абы лъагъэс ерыскъым я нэхъ IэфIыр, пэшым я нэхъ тыншыр, гъуэлъыпIэм я нэхъ щабэр. Ар зыхищIащ Евгений. «Уэр папщIэ ди куэбжэр сыт щыгъуи зэIухащ»,- жраIащ ар щежьэжым.
ГУГЪУЭТ Заремэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "101099.txt"
} |
«ДыгъафIэ къалэр» нэхъыфIхэм халъытэ
Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэ Налшык дэт, ТворчествэмкIэ сабий академие «ДыгъафIэ къалэ» лицейр къэралым и еджапIэ нэхъыфIу 50-м хэхуащ. Зэгъэпщэныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр щIэх-щIэхыурэ езыгъэкIуэкI RAEX агентствэм къихутащ а IуэхущIапIэм и гъэсэнхэм ящыщ куэд къэралым и еджапIэ нэхъыщхьэхэм я «Медицинэ» унэтIыныгъэм лъэпощхьэпоуншэу зэрыщIэтIысхьэфыр. Абы и лъабжьэр — лицейм щызрагъэгъуэт щIэныгъэ куурщ.
RAEX-м иригъэкIуэкIа къэпщытэныгъэ-зэгъэпщэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, «ДыгъафIэ къалэр» мы гъэм къэзыуха ныбжьыщIэхэм ящыщ куэдым я щIэныгъэм щыхагъахъуэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм. Псом хуэмыдэу куэд мэхъу «ДыгъафIэ къалъэр» къэзыухахэм ящыщу медицинэ IэщIагъэм щыхурагъаджэ IуэхущIапIэхэм лъэпощхьэпоуншэу щIэтIысхьэфхэм я бжыгъэр. Лицейм абыкIэ къэралпсо рейтингым 16-нэ увыпIэр къыщихьащ икIи яхэхуащ Урысей Федерацэм а унэтIыныгъэмкIэ нэхъыфIу къыщалъыта курыт еджапIэ 50-м.
Апхуэдэ увыпIэ лъагэр хуэфащэ дыдэу къылъагъэсащ «ДыгъафIэ къалэм». 2015 гъэм и щэкIуэгъуэ мазэм къызэIуахауэ щыта а еджапIэр Кавказ Ищхъэрэм щылажьэ лицей нэхъ лъэрызехьэхэм ящыщщ. Абы и егъэджакIуэхэр ныбжьыщIэхэм щадолажьэ, зыхуей псомкIи къызэгъэпэща пэшхэр, лабораторэхэр къагъэсэбэпыну Iэмал яIэу. Лицейм и къатитхури хуэщIащ сабийм лъэныкъуэ куэдкIэ зиужьыным.
ЖыпIэнурамэ, къыхуэт щымыIэу къызэгъэпэщащ сабий академиер и унэлъащIэкIи, техникэкIи, технологие пэрыткIи. Абы я щIэ-ныгъэм щыхагъэхъуэфынущ, ябгъэдэлъ зэфIэкIхэм зыщрагъэужьыфынущ зэуэ сабий мини 5-м щIигъум. Зеужь, йофIакIуэ «ДыгъафIэ къалэр». Абы и къудамэхэр щолажьэ КъБР-м хыхьэ Тэрч, Май щIыналъэхэми.
Егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэм къызэщIиубыдэ унэтIыныгъэ куэдымкIэ гупжьейхэр, предмет хэхахэмкIэ кабинет щхьэхуэхэр щолажьэ академием. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, математикэмкIэ, химиемкIэ, экологиемкIэ, биологиемкIэ, инджылызыбзэмкIэ, нанотехнологиемкIэ, робототехникэмкIэ лабораторэхэр, литературэ, щIалэгъуалэ клубхэр, уэрэджыIакIуэ студиер, библиотекэ иныр, компьютер, хабзэм, судыщIэ Iуэхухэм щыхурагъаджэ пэшхэр, «КъегъэлакIуэ ныбжьыщIэм» и классыр, нэгъуэщIхэри. Абы къыщызэIуахащ Темыркъан Юрий и цIэр зезыхьэ «Маэстро» макъамэ классыр. Апхуэдэу «ДыгъафIэ къалэм» щыIэщ медицинэ пэшхэр, пщэфIапIэ, шхапIэ екIухэр. ДэнэкIи щыфIэдзащ КъБР-м, УФ-м я картэхэр, ди щIыуэпс дахэм, зыгъэпсэхупIэ цIэрыIуэхэм я сурэтхэр.
Абы къыщызэIуаха «Кванториум» Сабий технопаркым ныбжьыщIэхэм ябгъэдэлъ зэфIэкIхэм зыщрагъэужь РОБО, НАНО, КОСМО, IT, ЭНЕРДЖИ унэтIыныгъэхэмкIэ. Ар къызэгъэпэщащ технологие лъагэ зиIэ лабораторэхэмкIэ, компьютер техникэ лъэщхэмкIэ.
Егъэджэныгъэм и фIагъыр къэIэтыным хуэгъэп-са бгъэдыхьэкIэщIэхэм ди щIыналъэм зыщегъэубгъуным гулъытэшхуэ щыхуащI сабий академием дохъуэхъу ехъулIэныгъэщIэхэр зыIэригъэхьэну, и цIэр фIыкIэ куэдрэ къраIуэну.
ЖЫЛАСЭ Маритэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "101103.txt"
} |
Тыншрэ щынагъуэншэу
УФ-м щылажьэ курыт школхэм я автопаркыр къэгъэщIэрэщIэжыным сыт щыгъуи гулъытэ щыхуащI ди къэралым. А Iуэхугъуэм лъабжьэ хуэхъур «Къуажэм бгъэдэлъ зэфIэкIхэм хэгъэхъуэныр» федеральнэ программэращ. Абы ипкъ иткIэ УФ-м и Правительствэм фокIадэ мазэм унафэ къищтауэ щытащ апхуэдэ атомашинэ мини 4-м щIигъу школакIуэхэм папщIэ къызэращэхунумкIэ. Абы тету, ди республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек щэбэт кIуам курыт школхэм яритащ автобус 30.
— Ди къэралым мы зэманым гулъытэшхуэ щегъуэт егъэджэныгъэ IэнатIэр егъэфIэкIуэным, щIэныгъэ зэзыгъэгъуэт щIэблэм сэбэп яхуэхъуным, — жиIащ КIуэкIуэм. — Курыт школхэр транс-порткIэ къызэгъэпэщын Iуэхур къэралым и Президент Путин Владимир и нэIэм щIэту зэфIэха мэхъу. Къэрал унафэщIым а лэжьыгъэр зэфIэхын зэрыхуейр Федеральнэ Зэхуэсым Зэрызыхуигъазэм къыщигъэлъэгъуауэ щытащ.
Ди республикэр илъэс зыбжанэ лъандэрэ хэтщ «Къуажэм бгъэдэлъ зэфIэкIхэм хэгъэхъуэныр» программэм. ЕджапIэхэм ящыщу автотранспорт хуэныкъуэхэр зыгъэбелджылыр щIыпIэ, школ унафэщIхэрщ. Правительствэм хуагъэхь лъэIу тхылъхэм япкъ иткIэ, абыхэм автобусхэр ират. Транспортыр къэщэхуным текIуадэ мылъкур федеральнэ бюджетым къыхокI.
Мы программэр къызэращтэрэ курыт школхэм яIэрыхьащ автомобили 150-м щIигъу. Абыхэм я фIыгъэкIэ школакIуэхэр тыншу икIи шынагъуэншэу еджапIэм нос икIи унэм йокIуэлIэж. Апхуэдэ Iэмалхэр иджы яIэ хъуащ республикэм и курыт еджапIи 118-м. Автобусхэр къагъэсэбэпу еджапIэхэм нобэ йокIуалIэ сабий 8800-рэ. Псом хуэмыдэу ахэр щысэбэпщ зы школ е тIу фIэкIа зыдэмыт жылэшхуэхэм.
АвтомобилыщIэу 41-м я IункIыбзэIуххэри щэбэт кIуам яIэрыхьащ МВД-м и ГИБДД-м Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ IэнатIэм и лIыкIуэхэм. Абы и лъабжьэр «Шынагъуэншэ икIи фIагъ лъагэ зиIэ гъуэгухэр» лъэпкъ проектым къыщыгъэлъэгъуа Iуэхугъуэхэращ. КIуэкIуэ Казбек зэрыжиIамкIэ, транспортыщIэхэмкIэ хабзэхъумэ IэнатIэхэр, гъуэгу плъырхэр къызэгъэпэщынымкIэ я мурад нэхъыщхьэр гъуэгухэм къыщыхъу насыпыншагъэхэм хагъэщIынырщ, абы щызекIуэ хабзэхэр автомобилхэм дэсхэми лъэсрызекIуэхэми къызэпемыгъэудынырщ. Аращ зыхуэлажьэр гъуэгухэр нэхъ бгъуэ зэращIри, гъуэгу зэхуакухэм я гъунапкъэхэр туркIэ къызэрагъэлъагъуэри.
«Шынагъуэншэ икIи фIагъ лъагэ зиIэ гъуэгухэр» лъэпкъ проектым хыхьэ «Гъуэгу хозяйствэм зегъэужьын», «Гъуэгу зэпыщIэныгъэхэр», «Гъуэгухэм я шынагъуэншагъэ», «УФ-м ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэм и автомобиль гъуэгухэр» федеральнэ проектхэр щагъэзащIэ ди республикэми. Абыхэм япкъ иткIэ дяпэкIи пащэнущ автомобиль гъуэгухэм зегъэужьыным епха лэжьыгъэхэм.
Къардэн Маритэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "101106.txt"
} |
Тырныауз дэт комбинатыр ирагъэжьэж
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ Iуащхьэмахуэ бгы рудник комбинатым и унафэщI Ушаков Игоррэ Тырныауз и вольфрамымрэ молибденымрэ я къыщIэхыпIэр зэтеублэжыным ехьэлIа Iуэхур ирагъэжьащ.
А щIыпIэм щIэгъэхуэбжьауэ лэжьыгъэхэр щокIуэкI, комбинатыр зыхуеину IэмэпсымэщIэхэр кърашалIэ.
Ди щIыналъэм дежкIэ Iуэхугъуэ щхьэпэу щыт зэIущIэм хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм промышленостымкIэ, энергетикэмрэ сату IуэхухэмкIэ и министр Iэхъуэбэч Щамил, ухуэныгъэхэмкIэ комбинатым и инженер нэхъыщхьэ Соколов Сергей, Iуащхьэмахуэ муниципиальнэ щIыналъэ администрацэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ Соттаев Къурмэн, Тырныауз къалэ администрацэм и Iэтащхьэ Джаппуев Руслан, подряд организацэм и унафэщI Уянаев Муслим, Тырныауз комбинатым япэIуэкIэ щылэжьахэр.
Тырныауз щекIуэкIа зэIущIэм щытепсэлъыхьащ зиужь ихьа Iуэхум мыхьэнэуэ иIэм, абы фIы куэдкIэ зэрыщыгугъым. Комбинатыр яхуегъэжьэжмэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и мызакъуэу, Кавказ Ищхъэрэм щынэхъ ин дыдэ промышленнэ предприятэ хъунущ.
Проектым текIуэдэнущ сом мелард 25-м нэблагъэ. Зы илъэсым хуэзэу предприятэм гъуаплъэу, пцIийуэ тонн мелуан 1,5-рэ къыщIигъэкIыфынущ. ЛэжьапIэ IэнатIэкIэ абы къызэригъэпэщынущ цIыху 700-м нэблагъэ. Комбинатым лэжьэн щIидзэнущ 2023 гъэм. Илъэсищ дэкIмэ, и лъэщагъ псомкIи зэтеублауэ щытынущ. Зэрагугъэм хуэдэу Iуэхур зэтраублэфмэ, гъэ къэс республикэм и бюджетым хэхъуэу иIэнущ сом мелуан 300-м нэблагъэ.
Тырныауз щыIэ комбинатым епхауэ промышленнэ ухуэныгъэу тIу щыIэнущи, зым гъущI лъапIэхэр къыщыщIахынущ, адрейм — пцIийр. Невинномысск дэт гидрометаллургиемкIэ заводым пцIийр щагъэкъэбзэнущ. Мы зэманым яукъуэдий комбинатым екIуэлIэн хуей электрокъарур, газыр, гъуэгухэр яухуэ.
Вольфрамымрэ молибденымрэ гъуэтыгъуей гъущIхэкI лIэужьыгъуэхэм щыщщ. Ар къыщагъэсэбэп металлургием, машинэ, кхъухьлъатэ ухуэныгъэхэм, щIыдагъэм елэжьынымкIэ, зыхъумэжыныгъэмкIэ промышленностхэм.
Промышленностымрэ энергетикэмрэ ехьэлIа нэгъуэщI ухуэныгъэхэри Къэбэрдей-Балъкъэрым щIэгъэхуэбжьауэ щокIуэкI. Абыхэм ящыщщ уры-сей компание РусГидро-м Псыгуэнсу, Адыр-Су псыхэм ГЭС цIыкIу щиухуэну зэримурадыр. Ахэр сэбэп хъунущ а щIыпIэхэм дыщэ къыщIэхыным ехьэлIа лэжьыгъэхэр тэмэму щызэтеублэнымкIэ.
НафIэдз Мухьэмэд.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "101109.txt"
} |
Билал Париж щытлъагъуну?
БэнэкIэ хуитымкIэ Олимп чемпион, щэнейрэ дуней псом щытекIуа Махуэ Билал илъэсиплIкIэ зэхьэзэхуэхэм хэтыну хуимыту унафэ къыщащтащ УФ-м Допингым пэщIэтынымкIэ IэнатIэм (РУСАДА).
Допингым ехьэлIауэ щыIэ хабзэхэр къызэрызэпиудам къыхэкIыу ди лъэпкъэгъум тралъхьа тезырыр къабжынущ 2020 гъэм и щIышылэм и 27-м къыщыщIэдзауэ. Урысей Федерацэм Спорт бэнэкIэмкIэ федерацэм и президент Мамиашвили Михаил и псалъэхэм къызэрыхэщамкIэ, операцэ зэращIамкIэ икIи зэфIэувэжын щхьэкIэ зрихьэлIа хущхъуэхэмкIэ Махуэм хуэфэщэн IэнатIэхэм хъыбар яригъэщIакъым. Абы къыхэкIащ допинг-анализым къемызэгъ хэлъу къигъэлъэгъуэнри.
«ЩытыкIэм кърикIуэну псор къыгурыIуэу, спортсменым а лъэбакъуэр ичащ. Сэ Билал сепсэлъащ. А зэманым ирихьэлIэу ар спорт зэхьэзэхуэшхуэхэм хэтыжтэкъым. Дызэрыщыгъуазэщи, и спорт гъащIэ псом къриубыдэу Махуэм къыкIэлъакIухьырт фэбжьышхуэхэм икIи Германием зыщигъэхъужащ, — жиIащ Мамиашвили. — Абы щыIэху зрихьэлIэ мыхъуну зыри къыхигъэщхьэхукIакъым. Операцэ щащIми наркоз къратащ. Къигъэзэжа нэужь занщIэу анализ ирагъэтащ. Апхуэдэу къыщекIэрэхъуэкIым, щытыкIэр къыфIэIуэхужакъым икIи езыр-езыру Iуэхур иутIыпщащ. Махуэр щIалэ гуапэщ, къабзэщ, дагъуэ лъэпкъ зэи къыхуащIакъым. Абы къыхэкIыуи зыкIи щIэбгъэкъуэншэн щыIэкъым».
УФ-м и Къэрал Думэм и депутат, кёрлингымкIэ къэралым и федерацэм и Iэтащхьэ Свищев Дмитрий и нэIэ щIэт спортсмен куэди допинг щхьэусыгъуэкIэ зэхьэзэхуэхэм къызэрыхагъэкIам ирогузавэ. КъищынэмыщIауэ, РУСАДА-м хъыбар къитащ лъакъуэрыгъажэ спортымкIэ Касеновэ Каринэ, регбисткэ Магомедовэ Дианэ, тхэквондист Закрепин Дмитрий (псори илъэситIкIэ), атлетикэ хьэлъэмкIэ спортсмен Мурадов Геннадий, академическэ греблям хэт Смоленская Полинэ, зи узыншагъэм щыщIэныгъэ иIэ спортсмен Шангереев Джамалдин (псори илъэсиплIкIэ), пауэрлифтер Шуцкий Алексей (илъэсихкIэ) сымэ зэхьэзэхуэхэм къызэрыхагъэкIар.
«Сэ сызыгъэпIейтейр дамыгъэмрэ цIэмрэкъым, атIэ допингым щхьэкIэ къыхагъэкIа спортсменхэм я бжыгъэрщ. Пэж дыдэу, ар хъыбар мыхъумыщIэщ, — жеIэ Свищевым. — Ди жагъуэ зэрыхъунщи, допинг хабзэхэм ебэкъуа спортсменхэм къащыщIахэр адрейхэм дерс яхуэхъуркъым. Зыбжанэрэ яжетIащ Дуней псом допингым пэщIэтынымкIэ IэнатIэм (WADA) къимыщта хущ-хъуэхэр Урысей Федерацэми щызэпхьэлIэ зэрымыхъунур. Унафэхэр къызэгурымыIуэхэм хуэфэщэн жэуаплыныгъэ яхьыпхъэщ. ИщхьэкIэ къэдгъэлъэгъуа спортсменхэм дызэхахакъым — абы хэтщ щэнейрэ дунейпсо чемпион, Олимп чемпион Махуэ Билали».
Свищевым зэрыхуигъэфащэмкIэ, дэтхэнэ зы щытыкIэми дохутырхэм я щыуагъи хэтыфынущ. Ауэ хущхъуэр уи Iэпкълъэпкъым зэрыхыхьам и щхьэусыгъуэр дэтхэнэ зыми къиIуэтэфын хуейщ. «Дэнэ ущышхэр, уздэщысыр, хэт и гъусэу къэпкIухьрэ? Уэ лъэпкъ командэм ухэтщ, Олимп джэгухэм е дунейпсо чемпионатхэм уокIуэ. ЗэхэпщIыкIыпхъэщ хуэдитI-щыкIэ нэхъыбэу къызэрыпкIэлъыплъынур», — дыщIигъужащ кёрлингымкIэ федерацэм и президентым.
РУСАДА-м щыдаIыгъащ Свищевым и еплъыкIэри. Махуэм гурыIуэгъуэ ищIакъым хабзэм къимыдэ хущхъуэхэкIыр и Iэпкълъэкъым зэрыхыхьар. IэнатIэм щыжаIащ, Билал операцэ зэращIамкIэ хъыбар къазэрыригъэщIар, ауэ ирахьэлIа препаратхэм ятеухуа дэфтэрхэр къазэрыIэрымыхьар.
НэхъапэIуэкIэ спортсменым къыхигъэщащ хамэ къэралым зыщигъэхъужам щыгъуэ дохутырым и чэнджэщкIэ къигъэсэбэпа хущхъуэхэм допинг пкъыгъуэр хэтынкIэ Iэмал зэриIам. Ауэ, дохутырхэм апхуэдэ хущхъуэ Махуэм къызэрыхуатхам щыхьэт техъуэ тхылъымпIэ кIапи дыщIигъуфакъым псалъэхэм. Арати, IэнатIэм унафэ къищтащ бэнакIуэр зэхьэзэхуэхэм къыхагъэкIыну.
«РУСАДА-м и унафэм Махуэр едэуэну хэтынукъым. Абы къыгуроIуэ щыуагъэ IэщIэкIар, Германием къикIыжа нэужь зрихьэлIа препаратхэм ехьэлIа дэфтэрхэр зэримыгъэхьэзырамкIэ, — жеIэ бэнэкIэ хуитымкIэ олимп чемпионым и Iуэхухэр зезыгъакIуэ Аванян Тигран. — Спортым и гугъу пщIымэ, Билал зыгъэсэныгъэхэр иримыгъэкIуэкIыу хъунукъым, ар и узыншагъэм и дежкIэ Iэмалыншэщ, физическэ щытыкIэри зэтриIыгъэн хуейщ. Дисквалификацэр 2024 гъэм и щIышылэм и 26-м иухынущ, аращи, и щхьэр течауэ жыпIэ хъунукъым, ауэ Махуэр хуеймэ хэтыфынущ Париж щекIуэкIыну Олимп джэгухэм кIуэнухэр къыщыхах зэхьэзэхуэхэм…».
МЭЗКУУ Къанщобий.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "101114.txt"
} |
Фащэ къэс и тхыдэ иIэжщ
«Зы фащэм и хъыбар» фIэщыгъэм щIэту Сэралъп Мадинэ и Арт-центрым Къуэжокъуэ Феня (ФатIимэт) зэрихьауэ щыта фащэ екIухэмрэ пасэрей сурэтхэмрэ я гъэлъэгъуэныгъэ гъэщIэгъуэн къыщызэIуахащ.
— Утыку къитхьахэр дэркIэ хьэпшып лъапIэщ, ар ди блэкIам щыщ Iыхьэщ, ди нэхъыжьхэм я Iэужьщи. Зэман гугъу зэрыхэпсэукIам емылъытауэ, абыхэм яхузэфIэкIащ а дахагъэ псори я щIэблэм хуахъумэн, — жиIащ Сэралъп Мадинэ зэIущIэр къыщызэIуихым.
Данэм къыхэщIыкIауэ фащитI ягъэлъэгъуат — щIыху-шакъафэрэ удзыфэрэ. И анэм и фэилъхьэгъуэхэр Арт-центрым щахъумэмэ фIэкъабылу къезытар Наурыз (Тарбастаевэ) Лейлэщ. Зэ еплъыгъуэкIэ мы фащэм хуэсакъыу, егугъуу зэрахъумар нэрылъагъущ, ар мащIэу фаджэ зэрыхъуам нэхъ лажьэ иIэкъым.
Сэралъп Мадинэ жеIэ бостейтIми лъэхъэнэм и нэпкъыжьэ зэрателъыр, апхуэдэщ ахэр щадым къагъэсэбэпа щэкIхэр, тхыпхъэхэр. Нэрылъагъущ зы-
дахэм я IэпэIэсагъри.
Пэшым фIэлъщ сурэт гъэщIэгъуэнхэри. Абыхэм я гъэлъэгъуэныгъэр къызэзыгъэпэща Къэбэрдокъуэ Людмилэ къыщыпсалъэм, зэIущIэм зыкърезыгъэхьэлIа псори къыхуриджащ щхьэж я унэ щIэлъ сурэтхэм ахэр зытеухуар къэзыIуатэ тхыгъэ кIэщI кIэщIатхэну, ар къэкIуэну щIэблэм къахуэщхьэпэн хуэдэу.
Сурэтхэмрэ бостейхэмрэ я мызакъуэу, выставкэм шылэхъар телъыджэ зыбжанэ щыплъагъунущ.
Сэралъп Мадинэ къиIуэтэжащ мы бостейхэр зезыхьэу щыта Къуэжокъуэ Феня зы зэманкIэ узэIэбэкIыжмэ, Арт-центрым къакIуэу и фащэхэм я хъыбар къызэриIуэтар, уеблэмэ къытригъэзэну псалъэ зэрызэIэпахар. Абы яужькIэ Мадинэ бзылъхугъэр илъагъужакъым, ауэ, абы ипхъу Лейлэ езым игу къэкIри, бостейхэр Арт-центрым къритащ. Хъыджэбзым дызэрыщигъэгъуэзамкIэ, мы фащэхэмкIэ нысащIэ куэд унагъуэ ихьащ.
ЗэIущIэм щыжаIащ бостейр зэрадрэ зыри зэрыхэмыIэбар, абы и зы дыпIи зэремыIусэжар. Зи гугъу ящI бостейр щыгъыу Къуэ- жокъуэ Феня зэрыт сурэт иныр къызэхуэсахэм яригъэлъагъури, а фащэ дыдэр ипхъу Лейлэ щрагъэтIагъэу сурэт трахыну, ари иужькIэ Арт-центрым щагъэлъэгъуэну зэрамурадыр жиIащ Сэралъп Мадинэ.
Лейлэ и щхьэгъусэ Тарбастаев Алексей (медицинэ щIэныгъэхэм я кандидатщ, Москва и Правительствэм и университетым къэхутэныгъэхэмкIэ и къудамэм и унафэщIщ) псалъэ щратым, къызэгъэпэщакIуэхэм фIыщIэ яхуищIащ икIи жиIащ лъэпкъ щэнхабзэм куэд щIауэ зэрыдихьэхыр. Абы и щыхьэтщ тхыпхъэхэмрэ я щIагъыбзэмрэ ятеухуауэ щIэныгъэлIым жиIар.
Лъэпкъ щэнхабзэм и беягъым, Iэужьхэр хъумэным иIэ мыхьэнэм, гъэлъэгъуэныгъэр къызэрыщыхъум теухуауэ абы къыщыпсэлъащ композитор ХьэIупэ ДжэбрэIил, «Адыгэ унэ» тыкуэн-музейр зыгъэлажьэ IутIыж Мэжид, Ленинград областым и къэрал симфоние оркестрым и художественнэ унафэщI, дирижёр, КъБР-м и цIыхубэ артист Голиков Михаил сымэ.
Щомахуэ Залинэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "101117.txt"
} |
ГъащIэр зыгъэнэху
Адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ зэгъусэу къэралыгъуэ яIэ зэрыхъурэ 1932 гъэм илъэси 10 ирикъуа къудейуэ арами, щIыналъэм игъуэта социально-экономикэ щытыкIэмрэ абы егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмрэ зэрызыщаужьамрэ япкъ иткIэ, ди щIыпIэм еджапIэ нэхъыщхьэ иIэныр Iэмалыншэ хъуат. ЩытыкIэр къалъытэри, РСФСР-м и Правительствэм 1932 гъэм унафэ къищтащ Къэбэрдей- Балъкъэрым пединститут щхьэхуэ къыщызэIухыным теухуауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэт ар. Пединститут къызэIуахын и пэкIэ ди лъэпкъ IэщIагъэлIхэр щагъэхьэзыру щытар Орджоникидзе (иджы Владикавказ) дэта Горскэ пединститутырт. КъБКъПИ-м япэ студентхэм папщIэ и бжэр къызэIуихащ 1932 гъэм и бжьыхьэм. Студенти 100 щеджэрт абы и къудамищым: биологие, физико-математикэ, литературэ факультетхэм. Ахэр щIэныгъэм и гъуэгум трашэрт егъэджакIуэ 13-м, профессоритIрэ доцентитIрэ яхэту. Нэхъ иужьыIуэкIэ къызэрагъэпэщащ тхыдэмкIэ, естественно-географиемкIэ, бзэмкIэ къудамэхэр. Зэрылэжьа илъэсхэм къриубыдэу институтым егъэджакIуэ 4200-рэ игъэхьэзыращ. Ар Кавказ Ищхъэрэм и еджапIэ нэхъыфIхэм хабжэу щытащ.
ЛIэщIыгъуэ блэкIам и 50 гъэхэм ди къэралым щекIуэкIа щIэныгъэ-техникэ революцэм къигъэува къалэнхэм ящыщт зызыужь экономикэр зыхуэныкъуэ IэщIагъэлIхэр гъэхьэзырыныр. 1956 гъэм и бадзэуэгъуэ мазэм КъБАССР-м и Министрхэм я Советым СССР-м и унафэщIхэм я деж игъэхьауэ щытащ Къэбэрдейр Урысейм зэрыгухьэрэ илъэс 400 зэрырикъур республикэм щыгъэлъэпIэн зэрыхуейм теухуа тхылъ, абы ирихьэлIэу гъэзэщIапхъэу къалъытэхэр иту. А тхылъым щхьэхуэу къыщыгъэлъэгъуат пединститутыр къэрал университет щIыжын зэрыхуейм теухуа жэрдэмри. Нэрылъагъут зызыужь лъэпкъ экономикэмрэ жылагъуэмрэ апхуэдэ зэхъуэкIыныгъэ зэрыхуэныкъуэр.
Ар фIы дыдэу къызыгурыIуэт гъащIэм и бэуэкIэр псэкIэ зыхэзыщIэу щыта политик Iэзэ, еджагъэшхуэ Бэрбэч ХьэтIутIэ МутIэ и къуэр. Абы къилъытэрт Къэбэрдей-Балъкъэрым езым и къэрал университет иIэжыпхъэу. IэщIагъэлIхэр нэгъуэщI щIыналъэхэм щагъэхьэзырурэ республикэм лэжьакIуэ къагъэкIуэжыфыну жаIэрт абы къыпэщIэувэхэм, арщхьэкIэ ХьэтIутIэ лIыгъэ къыкъуэкIащ и гупсысэм лъабжьэшхуэ зэриIэр абыхэм къагуригъэIуэну, и мурадхэр зригъэхъулIэну. Бэрбэчым и Iуэху еплъыкIэр къыдэзыIыгъхэри мащIэтэкъым. Лъэпкъ интеллигенцэм ящыщ щIэныгъэлIхэр, IэщIагъэлIхэр мызэ-мытIэу тхащ щIыналъэ, къэрал унафэщIхэм я деж, Бэрбэчым къыхилъхьа жэрдэмыр зэрыIэмалыншэ Iуэхур къыхагъэщу.
1957 гъэм мэлыжьыхьым и 5-м СССР-м и Министрхэм я Советым унафэ къищтащ Къэбэрдей пединститутыр и лъабжьэу, ди республикэм Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университет къызэрыщызэIуахым теухуауэ. РСФСР-м и Министрхэм я Советми а зэман дыдэм унафэ ищIащ Налшык мэкъумэш техникумым и унэр, общежитыр, еджапIэм и мылъкур КъБКъУ-м етын хуейуэ. Куэд дэмыкIыу нэгъуэщI зы укази къаIэрыхьащ республикэм и унафэщIхэм: «Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и ректору гъэувын тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат Бэрбэч ХьэтIутIэ МутIэ и къуэр», — жиIэу иту.
Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр къызэрызэIуахым щымыгуфыкI зы цIыхуи ису къыщIэкIынтэкъым ди щIыналъэм. Абы теухуа гуфIэгъуэ зэIущIэ ин республикэм щекIуэкIащ 1957 гъэм жэпуэгъуэм и 12-м. Ди республикэм и щIэныгъэ-творческэ интеллигенцэм, ди цIыху псоми гуфIэгъуэшхуэр даIыгъыну щIыналъэм къеблэгъат Москва, Ленинград, Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэм я лIыкIуэхэр, къэрал унафэщIхэр. Махуэшхуэ зэхуэсым и утыкум доклад щищIат абы и ректор Бэрбэч ХьэтIутIэ МутIэ и къуэм.
И къулыкъум щыпэрыува япэ махуэхэм къыщыщIэдзауэ ХьэтIутIэ лъэкIыныгъэу, зэфIэкIыу бгъэдэлъ псори ирихьэлIащ еджапIэ нэхъыщхьэм и щIэныгъэ, техникэ лъабжьэр егъэфIэкIуэным, ар нэхъри гъэбыдэным. Абы фIыуэ къыгурыIуэрт щIэныгъэм и зыужьыныгъэм щIыналъэм къыхуихьыну ехъулIэныгъэ лъагэхэр, икIи еджапIэм занщIэу лэжьапIэ къригъэблэгъащ къэралым и математик, физик, химик, филолог цIэрыIуэхэр. Апхуэдэ щIыкIэкIэ Бэрбэчым игъэтIылъащ университетым и егъэджэныгъэ-щIэныгъэ лъабжьэ быдэр. Нобэ а еджапIэм зыIэригъэхьэ ехъулIэныгъэхэми я лъабжьэ, къежьапIэ пэж хъуащ Бэрбэчым абы щыгъуэ иубзыхуа Iуэху зехьэкIэр.
Къызэригъэпэща университетым Бэрбэч ХьэтIутIэ нэхъыбэм зэреджэр «гъащIэм и нэхугъэ», «зыужьыныгъэм и джэлэс» псалъэхэмкIэт. ИпэжыпIэкIэ а еджапIэ нэхъыщхьэр хъуащ щIэныгъэм ди цIыхубэр хуэзыша нэхугъэ. ФакультетиплIу зэхэту (тхыдэ-филологие, физико-математикэ, инженер-техникэ, мэкъумэш) лэжьэн щIэзыдза еджапIэ нэхъыщхьэр гъуэгуанэщIэ теуващ. ЕджапIэ нэхъыщхьэм и статусыр зэрахъуэжам къалэну къыхуигъэувыр зыхуэдизыр фIыуэ зыщIэ ректорым а лъэхъэнэм куэд зэфIигъэкIащ. КъБКъУ-м зэман кIэщIым къриубыдэу хэпщIыкIыу зиужьауэ, математикэ, физикэ, химие, филологие щIэныгъэхэмкIэ ехъулIэныгъэфIхэр зыIэригъэхьауэ щытат.
Ди республикэм университет къызэрыщызэIуахар Къэбэрдей-Балъкъэрым и мызакъуэу, Кавказ Ищхъэрэм хыхьэ адрей лъэпкъ автономиехэми щIэныгъэмрэ щэнхабзэмрэ зыщаужьынымкIэ мыхьэнэ ин дыдэ зиIэ Iуэхугъуэт. А щIыналъэм къриубыдэ автономиехэм ящыщу университет япэу къыщызэIуахар ди республикэращ. КъищынэмыщIауэ, IэщIагъэ куэдым щыхурагъаджэ классикэ университетхэр къэралым къыщызэIухыныр къыщежьари абдежщ.
Илъэс зэхуэмыдэхэм университетым и ректору щытащ КIэрэф Къамболэт, Лъостэн Владимир, Къарэмырзэ Барэсбий. Дэтхэнэ зыми хузэфIэкI гуащIэ хилъхьащ абы и зыужьыныгъэм. Мы зэманым абы и унафэщIщ техникэ, экономикэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор Алътуд Юрэ.
Зыужьыныгъэм и гъуэгу кIыхь къызэринэкIащ КъБКъУ-м. IэщIагъэ, щIэныгъэ нэхъыщхьэ щрагъэгъуэт еджапIэхэр гугъуехь щыхэта 1990 гъэхэм университетри хуэзащ лъэпощхьэпо куэдым, ауэ и къарури зэфIэкIри яхъумэу, ямыгъэлъахъшэу, щIыхь иIэу щытыкIэ гугъум къикIыфащ. КъБКъУ-р мылъкукIи, къэхутэныгъэхэр зэрырагъэкIуэкI IэмалхэмкIи, IэщIагъэлIхэмкIи лъэщу зэщIэузэдащ. Къэралым и еджапIэ лъэрыхьхэм халъытэ КъБКъУ-м, иджырей егъэджэныгъэ IуэхущIапIэм зэрыхуэфащэу, университет комплекс зэпэщ иIэщ, лэжьакIуэ, щIэныгъэ, мылъку-техникэ, щэнхабзэ, хъыбарегъащIэ, экономикэ Iэмал псомкIи къызэгъэпэщауэ. Ар япыщIащ къэрал куэдым щыIэ еджапIэхэм.
КъБКъУ-р къокIуэкI езым и хабзэхэмрэ Урысейм япэу щызэфIэува университет комплексым и фIагъымрэ ихъумэу. ХэпщIыкIыу зиужьащ абы, зэлэжь унэтIыныгъэхэми хэхъуащ. ЕхъулIэныгъэщIэхэр зыIэригъэхьэу, лъагапIэщIэхэр къищтэу лажьэ а еджапIэ нэхъыщхьэм илъэс блэкIахэм игъуэта зыужьыныгъэшхуэм укIэлъыплъмэ, наIуэ мэхъу ар Урысей Федерацэм и еджапIэ нэхъыщхьэ нэхъ пажэхэм зэращыщыр. Абы къыщыдокI щIэныгъэ журналу 5, иIэщ лабораторэ лъэрызехьэхэр, егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ лэжьыгъэшхуэм къыдэкIуэу щIэныгъэ-къэхутэныгъэ купщIафIэхэри щрагъэкIуэкI.
КъБКъУ-р зызыужь еджапIэ нэхъыщхьэу зэрыщытым и щыхьэтхэм ящыщщ «Webometrics» къэхутакIуэ агентствэм нэгъабэ иригъэкIуэкIа рейтингым, УФ-м щылажьэ еджапIэ нэхъыщхьэ 1129-рэ зыхэтам, абы 85-нэ увыпIэр зэрыщиубыдар. Псалъэм къыдэкIуэу жытIэнщи, 2017 гъэм ирагъэкIуэкIа а къэпщытэныгъэм ди университетым къыщылъысар 116-нэ увыпIэрат.
Урысей Федерацэм и щIэныгъэ-егъэджэныгъэ центр пашэхэм ящыщ ди университетым щолажьэ IэщIагъэлI 2000-м щIигъу, щIэныгъэ щызрагъэгъуэт студент 11000-м нэсым. Университетым и институти 10-м, зы факультетым, колледжи 4-м щыхурагъаджэ IэщIагъи 100-м щIигъум. ЕджапIэ нэхъыщхьэр къэзыухахэм къахэкIащ Урысей Федерацэм, хамэ щIыналъэ куэдым цIэрыIуэ щыхъуа щIэныгъэлIхэр, егъэджакIуэхэр, инженерхэр, хабзэубзыху, гъэзэщIакIуэ властыр зыIэщIэлъ къэрал къулыкъущIэхэр, хьэрычэтыщIэ лъэрызехьэхэр.
ЖЫЛАСЭ Маритэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "101124.txt"
} |
Мыз Ахьмэд: Адыгэбзэ зыIурылъ сабий срихьэлIамэ, сыкъоувыIэри содаIуэ
Радиожурналист цIэрыIуэ Мыз Ахьмэд ди газетым пыщIэныгъэшхуэ хуиIэщ. Щэбэт къыдэкIыгъуэхэр и псалъэзэблэдзхэмкIэ зэригъэбжьыфIэм къищынэмыщIауэ, и очерк, корреспонденцэ удэзыхьэххэр щIэх-щIэхыурэ къытыдодзэ. Иджыблагъэ абы упщIэ зыбжанэкIэ зыхуэдгъэзащи, къыджиIахэм ди гуапэу фыщыдогъэгъуазэ.
— Ахьмэд, сыт уи дежкIэ журналистикэр?
— Школым сыщыщIэс зэманхэм щыгъуи тхылъ, газет седжэну сфIэфIт. Журналист сыхъунуи си гугъакъым, пэжыр жысIэнщи, сызыщIэхъуэпсыр нэгъуэщI лэжьыгъэт. Ари нобэми си хъуэпсапIэщи, щыгъуазэ фысщIынщ абы и къежьа-пIэм. Ди хьэблэм дэст зы щIалэжь, езыр лIы къекIуу, псоми пщIэ хуащIрэ IитIкIэ сэлам ирахыу. «Сыту ар зэрылажьэр?» — жысIэу сыщыщIэупщIэм, шахмат, шашкэ клубым и унафэщIу къыщIэкIащ. Нобэр къыздэсым сыщIохъуэпс абы, сымыунафэщIми, апхуэдэ IуэхущIапIэм сыщылэжьэну, зэхьэзэхуэхэр къызэзгъэпэщу, цIыхухэм саугъэтхэр есту, нэгъуэщI къинэмыщIу.
Мис апхуэдэу сыт седжэми, абы къыпкърыкI гупсысэ кIапэхэр стхыми, журналистикэм сыдихьэха хъуащ зэрымыщIэкIэ. А IэнатIэм пщIэ иIэурэ къекIуэкIащ, Совет Союзыр къутэжыху. УнафэщIым деж ущIыхьэ хъурт хуиту, мыхъумыщIагъэ плъэгъуарэ ар яжепIамэ — ягъэзэкIуэжырт. Газетыр партым и обкомым ейти, ныкъусаныгъэм гу лърагъатэу зыгуэр традзамэ, письмо къатхыжырт зэрызэрагъэзэхуэжар иту. ЖыпIэнуракъэ, журналистыр зэхахырт, и псалъэм пщIэ иIэт. Иджыпсту, ди жагъуэ зэрыхъунщи, апхуэдэ щыIэжкъым.
Шэч хэмылъу, си гъащIэ гъусэщ, гъащIэ IэщIагъэ схуэхъуащ журна-листикэр. ЕгъэджакIуэу седжами, абы срилэжьакъым. Журналистикэм сыщыхыхьам си къуажэгъу тхакIуэ, тхэн Iуэхум сыхэзышауэ, щIэгъэкъуэн къысхуэхъуауэ къэслъытэ Мысачэ Пётр къызжиIат: «Абы хэт, уи рассказхэр, тхыгъэхэр нэхъ пэжи, нэхъ купщIафIи хъунущ, уи бзэри нэхъ хуэкъутэнущ». Сыхэтщ, схузэфIэкIаIамэ, си гуапэщ. Куэд дыдэ сщIащ жысIэуи си бгъэм сытеуIуэжыфынукъым, ауэ си лъэпкъым папщIэ схузэфIэкIа мащIэми сринасыпыфIэщ. Художественнэ тхыгъэу стха-хэр тхылъитIым иту дунейм къытехьащ, очеркыу нэхъыбэIуэ сиIэщ, зы 200-м нэблагъэ къыщIэкIынщ ахэр.
Тыншу къэхъуахэм сащыщкъым: си адэр сщIэжыркъым, си анэмрэ анэшхуэмрэ сабиитху дакъыхуэнэри, дапIащ. Дзэм илъэситIкIэ къулыкъу щысщIати, ар щесхьэкIа Германиеми сыщытыншауэ схужыIэнукъым. Абы ипэ зы илъэскIэ, иужькIэ илъэсиплI-кIэ рабочэу сылэжьащ. Ар щIыжысIэращи, Iэпщэ лэжьыгъэми фIы дыдэу хызощIыкI, гугъуехьри зищIысыр сщIэуэ сыкъэтэджащ. ЦIыху куэд щыIэщ лэжьыгъэшхуэ имыщIауэ, школым иужькIэ университет, абы къыкIэлъыкIуэу кабинет лэжьапIэ фIэкIа зымылъэгъуа. Радиом сыкъэува иужькIи, редактор нэхъыщ-хьэр зыхуейм хуэдэ сымыхъуурэ гугъу сехьащ. Абы щыгъуэ ди унафэщIу щыта Къэрмокъуэ Мухьэмэд сыхуэарэзыщ, къысхуэтэмакъкIыхьащи.
— Иджыпсту радиом щыбгъэхьэзыр нэтынхэр сыт зытеухуар? Сыт хуэдэ унэтIыныгъэщIэ абыхэм ептыну ухуейт?
— Радиор къуажэ пхыдзахэм зэхамыхыу пIалъэкIэ щытащ. Иджыпсту апхуэдэ щыIэжкъым: жэщи махуэ зэпымыууэ лажьэ зэрыхъуам къыдэкIуэу канал щхьэхуэ щыIэщи, 99,5 FM-м къабзэ дыдэу къыщеубыд ди нэтынхэр. Куэд къытхуотхэ. Нэхъыбэ къыдодаIуэ, куэд дыдэми телефонкIэ зыкъытпащIэри, ягу ирихьа-иримыхьар къыджаIэ, чэнджэщ щхьэпэхэр къыдат.
Сызытепсэлъыхь Iуэхугъуэхэм я гугъу пщIыуэ щытмэ, дызыхэмыIэ- бэр укIуэдыж. Хэхауэ, щхьэхуэ-щхьэхуэу щыткъым, дэ нэхъ тхуэгъэкъарууну, дызыпэлъэщыну къэтлъытэ-хэм зетпщытауэ долэжь. Сэ нэхъыбэрэ зи гугъу сщIыр къуажэхэращ. Колхоз, совхоз щы- мыIэжхэм я пIэкIэ къэунэхуа бэджэндырылажьэхэм, социальнэ Iуэхугъуэхэм, къуажэм и псэукIэм, нэгъуэщIхэми сатопсэлъыхь. Сэ сыздэщымыIауэ, си лъэ щытемыувауэ зы адыгэ къуажэ республикэм иIэкъым. Къапщтэмэ, Аргудан къуа- жэм щэм щIигъурэ сыкIуагъэнщ, апхуэдэщ Нарткъалэ, Шэджэм къалэхэр. ИтIанэ, зауэм хэтахэм, лэжьыгъэшхуэ зыгъэбэтахэм, мэкъумэшыщIэ цIэрыIуэхэм, зи гъащIэр губгъуэм иту, Iэщым пэрыту зыхьа-хэм сатепсэлъыхьыну сфIэфIщ.
Къэралым къыщыхъу мыхъумыщIагъэхэм ятеухуауэ «тIэкIу сыпIэскIуэну» си жагъуэкъым. УнафэщIхэм яфIэфIкъым ар. Зы Iуэху апхуэдэу сигу къинэжащ. МашинапщIэхэм хагъэхъуауэ критикэ тIэкIу стхащ зэ-гуэр. Пщэдджыжьым радиом къызэриту, ди нэхъыщхьэ дыдэр къэсащ. Иджыри унэм сыкъыщIэмыкIауэ нопсалъэри, къызжаIэ ар къэкIуауэ къызэрызэжьэр. Дискым тритхэщ, ихьри зыгуэр иригъэдэIуауэ щытащ. Хэтми сщIэркъым ар, ауэ езым нэхърэ зэрынэхъыщхьэжым шэч хэлъкъым. Мис апхуэдэурэ тIэу-щэ къэхъуащ, уеблэмэ ди деж ущылэжьэну ухуэмеймэ, нэгъуэщI лэжьапIэ къэгъуэт къыщызжаIаи щыIащ.
Изрэ ныкъуэрэ игъащIэми зэрыщIэркъым. Сэ сыщIэгузавэращ абы ехьэлIауэ: апхуэдиз зэхуэмыдэныгъэм цIыхухэр къигъэгубжьыныр зыхуэIуа щыIэкъым. Хьэлэбэлыкъыш-хуэ дыхэхуэнкIэ хъунущ. Къулыкъу зыIыгъхэр япэкIэ къэхъунум егупсысыркъым. Я мылъкур зэрыщыту хамэ къэралхэм зэрыщахъумэр быдапIэ яхуэхъу хуэдэ мэпсэу. Мыр сэракъым зи гупсысэр, си япэ ит Iэджэми ятх ар икIи жаIэ. Мылъку зэзылъэфэлIахэм я щIэблэр илъэситху, пщIы, пщыкIутху дэкIмэ, дауэ зэрыхъунур? Къэралым иджыпсту щIыдагъэр, газыр и куэдщ, ахэр имыIэжмэ е нэхъ мащIэ хъумэ-щэ? ЦIыхум я шхын ямыIэмэ, а тыкуэн домбейхэр зэтракъутэнущ. Ар шынагъуэщ.
Псалъэм папщIэ, Кувейтым, Сауд Хьэрыпым я цIыхухэм куэд хуащIэ, Иракым, Сирием къыщыхъуахэм хуэдэм зыщахъумэн мурадкIэ. Мис ахэр щапхъэ яхуэхъу хъунут къулыкъущIэхэм.
Си нэтынхэри тезухуэну, сызэхэзыхыпхъэми сызэхихыну сыхуейт щIыуэпсым теухуауэ. Ди мэзхэм, псыхъуэхэм е езы къалэ дыдэми фIейрэ пхъэнкIийуэ куэд зэрыдэлъым, жыгхэмрэ къэкIыгъэхэмрэ пщIэ зэрыщыхуамыщIым уегъэдзыхэ. Псалъэм папщIэ, сэ сыщыпсэу Горнэ хьэблэмкIэ жыг гуп итт, хьэуари ягъэкъабзэрэ уэрамри ягъэдахэу. НтIэ мис ахэр къраупщIыкIыурэ къат куэду зэтет унэхэр абдежхэм щаухуащ. Газетхэми стхащ, ауэ зыри къикIакъым. Мис а щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэм, абыхэм къапкърыкI дахагъэм нэхъыбэрэ я гугъу сщIыну сыхуейщ.
— Радиожурналистым къыщымынэу, газетхэм, журналхэм уазэрыдэлажьэм дыщыгъуазэщ, Ахьмэд. Тхыгъэхэр къызыхэкIым и гугъу тщIынкъым, ауэ «Адыгэ псалъэ» газетым къытребгъадзэ псалъэзэблэдзхэм пэублэ яхуэхъуар сфIэгъэщIэгъуэнщ.
— Си къуэш нэхъыщIэм псалъэзэблэдзхэр урысыбзэкIэ зэхигъэувэу си япэ къригъэжьащ. Ярэби, мыхэр адыгэбзэкIэ пщIы хъунукъэ, жысIэри яужь сихьат. Хьэх Сэфарбий абы щыгъуэ фи газетым щылажьэрти, ныхуэсхьащ. Зыгуэрхэр зэригъэзэхуэжщ, чэнджэщ гуэрхэр къызитурэ зытIущым хэплъэри апхуэдэу ежьа хъуащ. Зы илъэс пщыкIутху хъуащ абы лъандэрэ.
Зыгуэр щэкIуэным, адрейр бдзэжьей ещэным дехьэх, сэ сыдэзыхьэхыр псалъэзэблэдз зэхэлъхьэнырщ.
— Уи лэжьыгъэмрэ уи гуащIэ мымащIэу зыхэплъхьэ литературэмрэ дэтхэнэр нэхъ бгъэнэхъапэрэ?
— Япэ увыпIэр зэстыр журналистикэращ, сыту жыпIэмэ абыкIэ щIа- кхъуэ Iыхьэ къызолэжь, си унагъуэр согъэпсэу. Ауэ, пэжщ, нэхъыфIу слъагъур, зэман нэхъыбэ зыхухэс- хын хуейр тхэнырати, ди жагъуэ зэрыхъунщи, ар къызэхъулIэркъым. ИтIанэ тхылъым апхуэдэу цIыхур еджэжыркъыми, абыи утригъэгушхуащэркъым сытхарэт жыпIэу. Сэ апхуэдэуи куэд си Iэдакъэ къыщIэкIакъым.
— Адыгэбзэм игъащIэ лъандэрэ ирилажьэ уэ, Ахьмэд, ди анэдэлъ-хубзэм хуащI пщIэр, абы игъуэт гулъытэр дауэ къыпщыхъурэ?
— А Iуэхур куущ, ауэ къызэрысщыхъур кIэщI дыдэу жысIэнщ. Сэ абы еплъыкIэщIэ гуэри хузиIэкъым, адрейхэм жамыIаи схужыIэнукъым. РадиокIэ къэдгъэпсэлъахэм, газетым, журналым тха лIы губзыгъэхэм я гупсысэр дэсIыгъыу аращ сэ. Ар Нало Заур, Хьэх Сэфарбий, Гъут Iэ-дэм сымэ хуэдэхэрщ. Абыхэм я Iуэху еплъыкIэр зытеухуар сыт? Адыгэбзэр къэралыбзэ мыхъуауэ ефIэкIуэнукъым, кIэрыхуурэ кIуэну аращ. Нобэ зэрыщытым хуэдэмэ, адыгэбзэм гъащIэшхуэ иIэжынукъым. Илъэс щэ ныкъуэми илъэсищэми сщIэркъым, ауэ си фIэщ хъуркъым абы куэд къигъэщIэну, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ адыгэбзэр Iумпэм зыщIыр мащIэкъым. Уеблэмэ адыгэ къуажэм дэт школым зэIущIэ къыщызэрагъэпэщмэ, ар урысыбзэкIэ ирагъэкIуэкI. Къалэм тэмэму щрагъэджыркъым адыгэбзэр. Хьэрф зэгуэтым и тхы-кIэр зымыщIэ ебгъуанэ классым щIэсу срихьэлIащ сэ.
АдыгэбзэкIэ документ ятхыркъым. УнафэщIхэм я закъуэ я зэрану схужыIэнукъым адыгэбзэр зэрыдэхуэхар, ар унагъуэм и деж къыщожьэ. Си быным, абы и быныжым анэдэлъхубзэр езмыгъащIэу щытмэ, сыт нэгъуэщI щIэзгъэкъуэншэнур.
Республикэр иджыпсту дызэрыгушхуэу диIэ тхакIуэхэр, артистхэр, еджагъэшхуэхэр адыгэбзэщ зэреджар. Абы щхьэкIэ урысыбзэр ящIэн къэнакъым: адыгэбзэри урысыбзэ- ри куууэ ящIэу къэтэджащ. Аращи, ди республикэм и унафэщIым къыщIидзэу адыгэбзэм девгъэлэжь, мыр купщIафIэу школхэм щедмыгъэджу, учебникхэр зэхэдмылъхьэу хъунукъым жиIэу къригъэжьапхъэщ. Псо-ри узэрыIыгъыу куууэ уемылэжьу щытмэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, бзэр мэкIуэдыж. Дэ къытщIэхъуэ щIэб-лэм, псом хуэмыдэу къалэдэсхэм, ящIэркъым адыгэбзэ. Иджыпсту Налшык щыщ унагъуищэм я щIэб- лэу щэ къэсщтэнщи, абы щыщу пщIым тэмэму ящIэу пIэрэ адыгэбзэр? Си фIэщ хъуркъым. Адыгэ газет, журнал, тхылъ еджэу дапщэ абыхэм яхэтыр? Къуажэми куэд къахэпшынукъым. ИпэIуэкIэ къуа-жэм нэхъ ящIэрт, адыгэбзэкIэ нэхъ еджэрт, иджыпсту зэхуэдэ хъужу пIэрэ жыпIэну апхуэдэщ.
Сэ лъэсу къэскIухьыну сфIэфIщи, зэхызох адэшхуэ-анэшхуэхэр, адэ-анэр я быным зэрепсалъэр. Адыгэбзэ къабзэ зыIурылъ сабий срихьэлIамэ, сыкъоувыIэри содаIуэ, сигукIэ и адэ-анэм фIыщIэ яхузощI. Ауэ апхуэдэ ущрихьэлIэр зэзэмызэххэщ.
Зыгъэхьэзырар ШЫГЪУШЭ14 Синэщ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "101126.txt"
} |
QR-код Iэмалым дэри дыхуокIуэ
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек «муниципальнэ сыхьэт» зэIущIэр иригъэкIуэкIащ. Абы хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и унафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, вице-премьер Хъубий Марат, КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам, район Iэтащхьэхэр.
ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ лъэпкъ проектхэр зэрагъэзащIэмрэ республикэм коронавирусым зэрызыщиубгъум и щытыкIэмрэ.
Мусуков Алий жиIащ лъэпкъ проектхэм хухаха ахъшэр къэгъэсэбэпыныр мы зэманым процент 68,7-кIэ зэрагъэзэщIар. КъищынэмыщIауэ, абы и гугъу ищIащ Тэрч, Прохладнэ, Май районхэм дэт жьы хъуа унэхэм цIыхухэр къыщIэгъэIэпхъукIыным теухуа программэр зэрагъэзащIэми. Районищым я Iэтащхьэхэр къытеувыIащ мы зэманым я Iуэхур здынэсам. Республикэм и Iэтащхьэм абыхэм пщэрылъ ящищIащ ухуэныгъэхэр зэращIым и фIагъым ткIийуэ кIэлъыплъыну.
ЗэIущIэм гулъытэ хэха щигъуэтащ коронавирусым и щытыкIэр зыхуэдэм. Къалэбатэ Рустам жиIащ мы зэманым ирихьэлIэу сымаджэхэм я бжыгъэм зэрыхэхъуэжыр, махуэ къэс узыфэр цIыхуи 100-м нэсым къазэрыпкърыхьэр. Иужьрей жэщ-махуэм КТ-къэхутэныгъэхэмкIэ «ковид» пневмоние яIэу цIыхуи 194-рэ ятхащ. Мы зэманым сымаджэхэм папщIэ гъуэлъыпIэ 1257-рэ хьэзыру щыIэщ. ЦIыху 1151-рэ ягъэгъуэлъащ, реанимацэхэм сымаджэ 121-рэ щIэлъщ, коронавирусым махуэ къэс цIыхуи 3-4 йолIыкI.
Къалэбатэм жиIащ кислородым зэрыхуэныкъуэм махуэ къэс зэрыхэхъуэр: республикэм и сымаджэщхэр зы жэщ-махуэм тонн 14,5-рэ хуейщ, тхьэмахуэ и пэ ар тонн 11-у щытащ, мазэ и пэ — тонни 7-у.
Махуэ къэс сымаджэ хьэлъэу цIыхуи 100-м нэс ягъэгъуэлъ. Зэман гъунэгъум узыфэм щыпэщIэт сымаджэщ иджыри къыщызэIуахынущ СПИД-м епха центрымрэ Тэрч щIыналъэм и сымаджэщ нэхъыщхьэмрэ.
Министрым къыхигъэщащ коронавирус узыфэм пэщIэтыным Налшык Къалэ клиникэ сымаджэщ №1-мрэ №2-мрэ, Май, Прохладнэ къалэхэм, Прохладнэ районым я сымаджэщхэр зэрытещIыхьар. Хирургие къудамэм и лъэныкъуэкIэ иджыпсту нэхъыбэу лажьэр Республикэ клиникэ сымаджэщымрэ Бахъсэн къалэ округымрэ Бахъсэн щIыналъэмрэ я сымаджэщ нэхъыщхьэхэмрэщ.
Министрым жиIащ коронавирусым илIыкIхэр нэхъ мащIэу здэщыIэр вакцинэр цIыху нэхъыбэм зыхезыгъэлъхьахэр щыпсэу щIыпIэхэр зэрыарар. Абы дыщIигъуащ вакцинэр езыгъэщIауэ сымаджэ хъуахэм я бжыгъэр зэрымащIэ дыдэр, узыфэр нэхъ тыншу абыхэм зэрапкърыкIыр икIи зи ныбжьыр илъэс 65-м щхьэдэхахэр узыфэм къелынымкIэ мастэ зэрыхэIум мыхьэнэшхуэ зэриIэр.
Хъубий Марат жиIащ къэралым и щIыналъэ псоми, сымаджэхэм я бжыгъэм щемылъытауэ, коронавирусым зимыубгъун щхьэкIэ зыхуэкIуэ Iэмалхэр зэрыщагъэткIийр. Апхуэдэуи Роспотребнадзорым и лэжьыгъэри егъэткIий санитар дохутыр нэхъыщхьэм и унафэр къызэпауду вакцинэ езымыгъэщIа лэжьакIуэхэр IэнатIэ Iузыгъэтхэм ятещIыхьауэ.
— Ди жагъуэ зэрыхъунщи, нобэ куэдым я гугъэщ вакцинэм хуэмыныкъуэу. АрщхьэкIэ сымаджэщхэм щIэлъым я бжыгъэм уеплъмэ, щытыкIэр гугъущ. Узыфэр нэхъ шынагъуэ дыдэу щызэбгрыкI лъэхъэнэм гъуэлъыпIэ 1600-м нэс дгъэхьэзыру щытащ, къапщтэмэ, а бжыгъэм иджыпстуи дыхуокIуэ. Кислородым теухуауэ щытыкIэр тыншкъым. Ар Краснодар, Ставрополь къалэхэм нэс патруль машинэ щIыгъуу къредгъэшын хуей мэхъу. Жэщ къэс машинэм дыпоплъэ, зыгуэр къэмыхъуу и чэзум ар къызэрысыным дытегузэвыхьу. Зэрыщытыр вжесIэу аращ, — къыхигъэщащ КъБР-м и Iэтащхьэм.
КIуэкIуэ Казбек пщэрылъ ящищIащ щIыналъэхэмрэ къалэ округхэмрэ вакцинэ зэрыщащIым кIэлъыплъ гуп къызэрагъэпэщыну, цIыхухэр адэкIи а Iуэхум къыхураджэну. КъБР-м и Iэтащхьэм хигъэгъуэзащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и социальнэ IуэхущIапIэхэмрэ нэгъуэщIхэмрэ щIыхьэн папщIэ, зэман гъунэгъум QR-код Iэмалыр къагъэсэбэпыным зэрыхуэкIуэнур.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "101129.txt"
} |
ХэкIуэдахэр ягу къагъэкIыж
Дыгъуасэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ягу къыщагъэкIыжащ Хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэу 2005 гъэм жэпуэгъуэм и 13-м Налшык къытеуа щIэпхъаджащIэхэм яIэщIэкIуэдахэр.
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек зи къулыкъу пэрыту хэкIуэдахэм я фэеплъым удз гъэгъахэр трилъхьащ.
Террористхэм яIэщIэкIуэда ди щIалэ- хэм я фэеплъым деж къекIуэлIат КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыIэм и аппаратым и федеральнэ инспектор нэхъыщхьэ Мэкъуауэ Тимур, КъБР-м и Парламентымрэ Правительствэмрэ хэтхэр, Налшык къалэ администрацэм и Iэтащхьэ Ахъуэхъу Таймураз, хабзэхъумэ IэнатIэхэм я унафэщIхэр, жылагъуэр.
Зэхыхьэм кърихьэлIахэр хэкIуэдахэм зы дакъикъэкIэ яхуэщыгъуащ, я фэеплъым удз гъэгъахэр тралъхьащ.
— Мы гъэм илъэс 16 мэхъури, зыкIи бгъэзахуэ, бгъэгъу мыхъуну а хьэщхьэрыIуэхэм яIэщIэщIар дэтхэнэ зыми къыдоуз. Лажьэ зимыIэу хэкIуэдахэм ди щхьэр яхудогъэщхъ, я гуауэр ядыдогуэш террористхэм яIэщIэкIуэда щIалэхэм я благъэхэмрэ Iыхьлыхэмрэ. Ахэр зэи тщыгъупщэнукъым. Псоми къыдгуроIуэ, хабзэм и лэжьакIуэхэм я лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ нэмыщIамэ, зэхэуэм хэкIуэдахэм я бжыгъэр куэдкIэ нэхъыбэну зэрыщытар. Дэ ди къалэныр абыхэм я фэеплъыр хъумэн къудейракъым, атIэ апхуэдэ щIэщхъу афIэкIа зэи къэмыхъуным телэжьэнырщ. Абы папщIэ дызэгъусэу терроризмэмрэ экстремизмэмрэ дапэщIэтын хуейщ. Си фIэщ мэхъу дызэкъуэтмэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым ис лъэпкъхэм я хабзэмрэ хъугъуэфIыгъуэхэмрэ тхъумэмэ, абы дызэрыпэлъэщынур, КъБР-м и зыужьыныгъэмрэ мамырыгъэмрэ къызэрытхузэгъэпэщынур, — жиIащ КIуэкIуэ Казбек.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, 2005 гъэм жэпуэгъуэм и 13-м Налшык и мамыр гъа- щIэр террористхэм къыщызэпаудауэ щытащ. Ахэр теуащ милицэ отделхэм, УФСБ-м, ОМОН-м, ФСИН-м, военкоматым. Абы хэкIуэдащ хабзэхъумэ IэнатIэм и лэжьакIуэ 35-рэ, цIыху къызэрыгуэкIыу 14, щIэпхъаджащIэу 95-рэ, цIыхуи 100 уIэгъэ хъуауэ щытащ.
* * *
Урысейм и УФСИН-м и управленэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм и унафэщIхэмрэ щылажьэхэмрэ дыгъуасэ щызэхуэсат КъБР-м и УИС-м хэту зэхэуэм хэкIуэдахэм я фэеплъу IуэхущIапIэм и пщIантIэм дэтым деж. Абы кърагъэблэгъат зи хэкумрэ мамырыгъэмрэ зи псэр щIэзыта щIалэхэм я Iыхьлыхэр. Къызэхуэсахэр зы дакъикъэ щыгъуэри, удз гъэгъа Iэрамэхэр фэеплъым тралъхьащ.
Управленэм и унафэщI Лыхь Аслъэн ябгъэдэсащ зи бын, щхьэгъусэ зыфIэкIуэдахэм. Абыхэм фIыщIэ яхуищIащ лIыгъэ къагъэлъагъуэу щIэпхъаджащIэхэм пэува щIалэхэм папщIэ икIи дэтхэнэ- ми ахъшэкIэ защIигъэкъуащ.
* * *
Хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэу хэкIуэдахэм я фэеплъ махуэм теухуа зэхыхьэхэр щыIащ республикэм и щIыналъэ псоми. Бахъсэн район администра-цэм и пресс-IуэхущIапIэм и унафэщI Чылар Аринэ къызэрытхуитхамкIэ, Урысейм и МВД-м и «Бахъсэн» къудамэми пэкIу щекIуэкIащ. Абы хэтащ Бахъсэн район администрацэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ Балъкъыз Артур, Урысейм и МВД-м и «Бахъсэн» къудамэм и унафэщI Хэжь Аслъэнбий, хэкIуэдахэм я адэ-анэхэр, еджакIуэ цIыкIухэр.
Балъкъыз Артур къыщыпсалъэм къыхигъэщащ зэпэщIэувэныгъэм зи гъащIэр хэзылъхьа лэжьакIуэхэм зэрахуэщыгъуэр, абыхэм я фэеплъ нэхур иджыри куэдрэ я гум зэрилъынур.
Ислъэмей къуажэм дэт 3-нэ курыт еджапIэм и юнармейцхэр усэхэм къеджащ икIи хэкIуэдахэм я фэеплъу шархэр уэгум ираутIыпщхьащ.
ЩIыналъэм и еджапIэхэм, щэнхабзэ IуэхущIапIэхэм щыгъуэ махуэм теухуа зэхыхьэхэр къыщызэрагъэпэщащ.
Къэбарт Мирэ
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "101131.txt"
} |
Сабий джэгупIэщIэ
Налшык къалэ администрацэм и нэIэм щIэту илъэс зыбжанэ хъуауэ фэтэр зэтетхэм я бжэIупэхэр зэIузэпэщ ящI. Псом хуэмыдэу цIыхур щогуфIыкI сабий джэгупIэхэм.
Налшык дэсхэмрэ зэгухьэныгъэ щхьэхуэхэмрэ я чэнджэщи хэлъу «Дэшхуей хадэм» иджыблагъэ къыщызэIуахащ иджырей мардэхэм тет япэ сабий джэгупIэщIэр.
ЗэманкIэ дызэIэбэкIыжмэ, а щIыпIэм щыIа джэгупIэр зэрыцIыкIум къыхэкIыу анэ-адэхэм я сабийхэр я гъусэу ар къалъысыху пэплъэн хуей хъурт, иIэ Iэмэпсымэхэри куэд хъуртэкъым, а щыIэ тIэкIури, жьы зэрыхъуар наIуэу, тешхыхьыпат. Зэзэмызэ мафIэгу зэпыщIа цIыкIу къыщихьэ щыIэти, нэхъыбэм ар я теупIэт.
Иджырей щапхъэм тет щIэгъэкъуэн «Iущхэр» зиIэ сабий джэгупIэщIэм видеокамерэхэр, Интернетым упызыщIэ хуэIухуэщIэхэр тетщ, уэздыгъэ дахэхэр и хъуреягъым щытщ.
Унэ зэтетхэм я бжэIупэхэр сабий джэгупIэхэмкIэ къызэгъэпэщыным хуэунэтIа къэрал программэм хиубыдэу лэжьыгъэхэр нэхъыфI дыдэу къезыхьэлIа муниципальнэ IуэхущIапIищым хабжащ Налшык къалэ администрацэр. Мы Iуэхум хэтащ щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэхэм я IуэхущIапIэу 950-рэ. Апхуэдизым я деж бжьыпэр щызубыдахэм къыхуагъэфэщащ УФ-м и Президентым и Администрацэм и управленэм и щIыхь тхылъхэр.
Лъостэн Музэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "101135.txt"
} |
«ХьэтIохъущыкъуейм» кубок нэхъыщхьэр къехь
Грознэ къалэм дэт «Рамзан» футболымкIэ академием иджыблагъэ щекIуэкIащ топ джэгуныр зи IэщIагъэу щымытхэм я «Чемпионхэм я лигэ» урысейпсо зэхьэзэхуэ. Абы кърихьэлIащ Адыгэ, Шэшэн, Дагъыстэн, Ингуш, Къэбэрдей-Балъкъэр республикэхэм, Ставрополь, Краснодар крайхэм, Мэзкуу, Дон Iус Ростов, Псыхуабэ, Владикавказ къалэхэм щыщ командэ 12 — псори зэхэту спортсмен 200-м щIигъу. Ар къызэригъэпэщащ Шэшэным Физическэ щэнхабзэмкIэ, спортымрэ щIалэгъуалэ политикэмкIэ и министерствэм, «Молодёжные социальные инициативы» шэшэн щIыналъэ цIыхубэ зэгухьэныгъэм, а республикэм мини-футболымкIэ и лигэм.
Зэхьэзэхуэр екIуэкIащ «Спорт — норма жизни» федеральнэ проектым хыхьэу. Абы щIидзащ 2019 гъэм и щIышылэм икIи спорт Iуэхугъуэ куэд къэрал псом къыщызэщIригъэубыдащ. Апхуэдэ къыхуеджэныгъэр зиIэ зэпеуэхэм я къалэн нэхъыщхьэр гъащIэ узыншэ езыхьэкI къэралым ис цIыхухэм я бжыгъэр нэхъыбэ щIынырщ. Проектыр щIэдзапIэ хуэхъуащ цIыхубэ спортыр ипэкIэ гъэкIуэтэнымрэ ар егъэфIэкIуэнымрэ.
Саугъэт нэхъыщхьэм щIэбэнхэр командэ плIырыплI зыхэт гупищу гуэшауэ щытащ. ПэщIэдзэ зэхьэзэхуэм кърикIуам ипкъ иткIэ къыхахащ финалым и Iыхьэ плIанэм щыджэгуну командийр.
Зыхэта гупми къыкIэлъыкIуэ зэIущIэхэми щытекIуа Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ «ХьэтIохъущыкъуей» командэр финалым щыхуэзащ турнир зэпеуэм и адрей Iыхьэм пашэныгъэр щызыубыда Дон Iус Ростов и «Литокс»-м.
Джэгум хухаха зэман нэхъыщхьэр 1:1-уэ иухащ. ЗэIущIэ нэужь пенальтим нэхъ Iэзэу къыщыщIэкIащ «ХьэтIохъущыкъуейр» — 5:4.
Ди щIалэхэм къыхуагъэфэщащ кубок нэхъыщхьэмрэ дыщэ медалхэмрэ. Дон Iус Ростов къикIахэр етIуанэ хъуащ. Домбеякъ медалхэр къахьащ зэхьэзэхуэм и хэгъэрей «Ахмат»-мрэ Мейкъуапэ и «Оштен»-мрэ.
Зэхьэзэхуэм щагъэбелджылащ футболист нэхъыфIхэри. «ХьэтIохъущыкъуейм» щыщ Къущхьэ Хьэсэн псоми къыхагъэщхьэхукIащ. Гъуащхьэтетхэм къыхахащ «Литокс»-м хэт Зайнулабидов Александр, «Ахмат»-м щыщ Магомаев Керим гъуащхьэхъумэ нэхъыфI хъуащ. «Оштен»-м и футболист Мэзло Арсен гъуащхьауэхэм я пашэщ.
«Рамзан» футболымкIэ академием къыщызэрагъэпэща щытыкIэхэм я фIыгъэкIэ дэ едгъэкIуэкIыфынущ сыт хуэдэ зэхьэзэхуэри, — къыхигъэщащ академием и генеральнэ директор Шаипов Анзор. — Футбол губгъуэ джэгупIэхэм телъ алэрыбгъухэр нэхъыфIхэм ящыщщ. Ар псори диIэщ зэпыу имыIэу щIэгъэкъуэн къытхуэхъу Шэшэн Республикэм Физическэ щэнхабзэмкIэ, спортымрэ щIалэгъуалэ политикэмкIэ министерствэм и фIыгъэкIэ. ТекIуахэми къыхэжаныкIахэми дохъуэхъу, фIыщIэ яхудощI хьэщIэхэм, етIанэгъи фыкъыдогъэблагъэ!»
Мэзкуу Къан.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "101137.txt"
} |
Дамыгъэхэмрэ тхыпхъэхэмрэ зыхэухуэна фэилъхьэгъуэхэр
Зэпымыууэ щIэщыгъуэ лъыхъуэ, зыужьыныгъэм хущIэкъу, щIэхэм зезыпщыт, республикэм и цIэр щIыпIэ жыжьэхэм фIыкIэ щызыгъэIухэр ди мащIэкъым. Апхуэдэщ зи гугъу фхуэтщIыну дизайнер щIалэ БжьыхьэлI Заури.
БжьыхьэлI зэкъуэшхэм — Зауррэ Замиррэ – 2012 гъэм къыхалъхьауэ щыта KAVKAZVISION SONG CONTEST уэрэджыIакIуэхэм я дунейпсо музыкэ проектыр республикэ 18-м я бюджетым хагъэхьащ. Зэпеуэ гъэщIэгъуэным я зэфIэкI щеплъыжащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и хэгъэгухэм, Краснодар крайм, Адыгэ, Осетие Ипщэ, Абхъаз республикэхэм, Москва къалэм щыщ щIалэгъуалэр.
Ижь-ижьыж лъандэрэ я фэилъхьэгъуэхэмкIэ лъэпкъхэр зэхацIыхукIыу къэгъуэгурыкIуэми, ди нэгу щIокI ди адыгэ фащэм и дахагъэм дуней псор зэритхьэкъуар, языныкъуэхэм ар къызэращтэпар. Пэжщ, тхыдэм уриплъэжмэ, щхьэусыгъуэ гуэрхэм къыхэкIыу лъэпкъым фащэр IэщIыб щищIаи къэхъуащ. Иджы гуапэщ абы и пщIэмрэ и щIыхьымрэ зэригъуэтыжыр, псом хуэмыдэу иужьрей илъэсхэм нэхъыжьхэми щIалэгъуалэми я гупэр фащэм зэрыхуагъэзэжам гу лъыботэ. Лъэпкъ фащэр адыгэм зетхьэжыныр щIыхь зыпылъ Iуэхуу зэрыщытыр зэрызыхащIыкIыр къэзыгъэлъагъуэщ, щIалэгъуалэм ар зэрызыщатIэгъэжамрэ абы и махуэр зэрагъэлъапIэмрэ. Нэхъыщхьэращи, ди лъэпкъ фащэм, анэдэлъхубзэм, ныпым я махуэхэр гъэ къэс догъэлъапIэ.
Махуэ къэс ди фэилъхьэгъуэ хъуар яда хьэзыру ящэхэрщ. Илъэс зыбжанэкIэ Германием щыпсэуну, цIыхухэм я зыхуэпэкIэм кIэлъыплъыну къызыхуихуа Заур къелъытэ адыгэхэр нэгъуэщIхэм дыкъызэрыхацIыхукI зыхуэпэкIэ диIэн, абы папщIэ лъэпкъ фащэм и нэщэнэхэр зыдэплъагъу, хьэзырхэр къыщыгъэсэбэпа, ди тхыпхъэхэмрэ дамыгъэхэмкIэ гъэщIэрэщIа щыгъынхэм елэжьын хуейуэ.
БжьыхьэлIым къалэн зыщищIыжащ и лъэпкъэгъухэм я зыхуэпэкIэм хэлъ дахагъэр ипэкIэ игъэкIуэтэну, абы нэхъри зригъэужьыну. Гу зылъитэ щыгъын хьэзырхэр игъэдахэ къудей мыхъуу, абыхэм псэщIэ яхелъхьэ, ди лъэпкъ тхыдэм ухигъэгъуазэу къегъэщIэрэщIэжри. Ар куэд и уасэщ, зи щIыкIэкIэ зэщхьэщыкI щыгъын щIэщыгъуэхэр иджыпсту зэрыгъуэтыгъуейр къэплъытэмэ.
Фэилъхьэгъуэхэр игъэдахэ къудей мыхъуу, Заур ди тхыдэм пыщIа Iуэхугъуэхэр къыгуэхыпIэ имыIэу хигъэзэгъащ и IэдакъэщIэкIхэм. Апхуэдэщ ди щхьэм кърикIуа лъэпкъ гъэкIуэдым теухуауэ игъэхьэзыра щыгъынхэр, щыгъуэ-щIэж махуэм ирихьэлIэу зэлэжьхэр. Апхуэдэ фэилъхьэгъуэхэм лъабжьэ яхуищIащ адыгэхэм ди вагъуэ пщыкIутIыр, шабзэхэр, 1864 гъэ, накъыгъэм и 21 бжыгъэхэр, адыгэ фащэ зыщыгъ, Iэщэхэр зыпщIэхэлъ дзэзешэ цIэрыIуэхэм, лIыхъужьхэм я сурэтхэр е а зауэр уигу къэзыгъэкIыж Iуэхугъуэ гуэрхэм ятеухуа тхыгъэхэр. «Гуащэ», «шы къарэ», нэгъуэщI шэрджэс псалъэхэр е псалъэуха хъу тхыгъэхэр урысыбзэкIи инджылызыбзэкIи дыщэ IуданэкIэ щыгъынхэм тритхэурэ хедыкI, хьэрфхэр зэхэщIыкIыгъуэу икIи къеджэгъуафIэу. КIэщIу жыпIэмэ, и лэжьыгъэхэм шэрджэсхэм ятеухуа куэд хеухуанэ. Къищы- нэмыщIауэ, игъэхьэзыращ «Кабардинка» къэрал академическэ ансамблыр утыку зэритыну фэилъхьэгъуэхэр, бзылъхугъэхэм я сумкэ телъыджэхэр. И Iэдакъэ къыщIэкIа щыгъынхэмрэ хьэпшыпхэмрэ хуигъэув уасэр зэлъытар щэкIым и фIагъырщ.
— Зым и дежкIи щэхукъым иджырей ди фэилъхьэгъуэхэм дызэрыадыгэм и нэщэнэ гуэри зэрахомылъагъуэр. Жыжьэу узэIэбыкIыжмэ, адыгэхэм къахуэгупсысырт ахэр Iэпкълъэпкъым дахэу екIуу икIи зехьэгъуафIэу. Иджыри апхуэдэ зэфIэкI дызэриIэр си фIэщ мэхъу. Пасэрей фащэ дыдэхэр мыхъуми, абыхэм я кIапэлъапэхэр зыхэлъ, махуэ къэс щыптIагъэ хъун хуэдэу иджырей щыгъынхэр согъэхьэзыр, ди лъэпкъ дамыгъэхэмрэ тхыпхъэхэмкIэ согъэдахэ. Къыхэзгъэщыну сыхуейт си лэжьэгъу Балъкъэр Аслъэн си жэрдэмхэр къызэрыздиIыгъыр, дызэчэнджэщурэ ди Iуэхухэр зэрыдгъэкIуатэр. Гукъыдэж къызэзытыр абыхэм щIэупщIэ зэраIэрщ, цIыхухэм къызэращтэщ, си IэщIагъэр зэращхьэпэрщ, — жеIэ Заур.
БжьыхьэлIым и лъэпкъым хуиIэ лъагъуныгъэм и мызакъуэу, и гум и хуабагъэм, и псэм и къабзагъэм щыщ и лэжьыгъэхэм хелъхьэ. Аращ ахэр къыщIехъулIэм и щэхури. И псэм фIэфIу зи ужь ихьа мы лэжьыгъэм ар хуабжьу дихьэхауэ йолэжь. ГъэщIэгъуэныр, адыгэхэм къадэкIуэу, нэгъуэщI лъэпкъхэм ящыщи абыхэм къызэрыщIэупщIэрщ. КъехъулIэмэ, и Iэдакъэ къыщIэкIа щыгъынхэр зыщIэлъ тыкуэнхэр щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэхэм къыщызэIуихыну Заур и мурадщ.
Зыщыщ лъэпкъым и нэщэнэ гуэр зыхэлъ фэилъхьэгъуэхэр зезыхьэхэм ящIэ абы гупсэхугъуэрэ дэрэжэгъуэу къаритыр къызэрыIуэтэгъуейр. Аращ БжьыхьэлI Заур и лэжьыгъэхэр куэдым ягу щIыдыхьэри.
ТЕКIУЖЬ Заретэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "101140.txt"
} |
Зыгъэпсэхугъуэ махуэм
Бжьыхьэм уэсыр пасэу къесмэ…
Къуалэбзур гувауэ щIыпIэ хуабэм лъэтэжмэ, щIымахуэр ткIиинукъым, пасэу лъэтэжмэ, щIымахуэр щIыIэнущ.
Бжьыхьэм уэсыр пасэу, куууэ къесмэ, гъавэщIэр бэв хъунущ.
Бжьыхьэ тхьэкIумэкIыхьыр уэдмэ, уэс щIагъуэ щыIэнукъым, пшэрмэ — уэсышхуэ къесынущ жаIэрт.
Шыугъэ яIэщIэщIамэ е шыгъу иракIутамэ, унэм къаугъэ къихъуэнущ жаIэрт.
Гъавэм утеувэмэ, берычэтыр хокI жаIэрт.
Гъуэгу техьам кIэлъыпхъанкIэртэкъым, пхъэнкIии кIэлъырадзыртэкъым, псым икIыху.
ГъуэгущхьэIум пхъэщхьэмыщхьэ жыг хэпсэну фIыщ.
Джэгу пщIыхьэпIэу плъагъумэ, уонэщхъей жаIэрт.
Сабийхэм жаIэ
Къысхуэпхьыным елъытауэ
Дисэ: Динэ, укъыщалъхуа махуэм себгъэблэгъэну?
Динэ: СщIэркъым, иджыри сегупсысакъым. Ар къысхуэпхьынращ зэлъытар.
Гу лъитакъым
ЗэпрыкIыпIэм деж щыт полицэм гъуэгу техьэну ежьа щIалэ цIыкIур къигъэувыIэри еупщIащ:
— Плъагъуркъэ лампI плъыжь къыпынар?
Сабийм зэхэзещхъуэну жиIащ:
— ЛампIыр слъэгъуащ, гу зылъызмытар уэращ.
ДимыIэжуи?
— Кхъузанэр къысхуэхьыт, си хъыджэбз цIыкIу, — зыхуигъэзащ анэшхуэм пхъурылъхум.
— ДимыIэжуи? Ар зэрыщыту гъуанэ хъуати, хыфIэздзащ.
И щIыIухэмкIэ
ЕджапIэ зытIэщIыпIэм уэздыгъэр щыункIыфIат. Къантемыр зихуэпэжатэкъым.
— Уи бэлътор дауэ къэбгъуэтыжыну? — Зыхуигъэзащ абы Хьэлым.
— И щIыIухэмкIэ.
— Ахэр сыт хуэдэ?
— ИмытIамэ, зыхуэдэнур сыт?
Джэш лыбжьэ
Джэшыр зэхадз, фIыуэ ялъэс, псы къэкъуалъэм хакIутэри, тхъурымбэр къытрахыурэ сыхьэтрэ ныкъуэкIэ ягъавэ. Шыгъу хадзэри, иджыри апхуэдизкIэ ягъавэ. АпщIондэху псыр щIэващIэмэ, псывэ щIакIэ. Джэш вар зэрыпщтыру яуб е лыхьэжым щIагъэкIри шыуаным иралъхьэж. Абы тхъукIэ гъэлыбжьа бжьын халъхьэ, шыбжий сыр хакIутэ, а псори зэIащIэ, шатэ хакIэри, дакъикъи 7 — 8-кIэ къагъэкъуалъэ.
Хьэзыр хъуа джэш лыбжьэм джэдгын хаудэри, и щхьэр тепIауэ тIэкIурэ щагъэт мэ дахэ къищтэн щхьэкIэ. Пщтыру яшх, щIакхъуэ е пIастэ и гъусэу.
Халъхьэхэр (цIыхуитI Iыхьэ): джэшу — г 200, псыуэ — г 1450-рэ, бжьын укъэбзауэ — г 30, тхъууэ — г 60, шатэу — г 160-рэ, шыгъуу, шыбжийуэ, джэдгыну — узыхуейм хуэдиз.
IупщIэурэ гъэжьа къэб
Къэбыр IупщIэ-IупщIэурэ зэгуауд, хьэлъагъыр г 100 — 150-рэ хъууэ. Жылэр кърах, тебэм иралъхьэ, и фэр къыдэгъэзеяуэ хьэкум ирагъэувэри дакъикъэ 40 — 50 хуэдизкIэ ягъажьэ, тхъуэплъ дахэ хъухукIэ. Къэбым сэ е гуахъуэ хаIури, щабэу хыхьэмэ, ар жьащ.
Къэб жьар тепщэчым иралъхьэ и фэр егъэзыхауэ. Iэнэм щхьэхуэу шэ е шатэ трагъэувэ.
Халъхьэхэр (цIыхуитI Iыхьэ): къэбу — г 1000, шэуэ е шатэу — узыхуейм хуэдиз.
Къубатий Борис.
Тхыгъэ кIэщIхэр
Шагъдий
Шагъдийр сытым къытекIрэ жыпIа? Абы къикIыр «шыгъэр лъэдийм щыIэщ» жиIэу аращ. Адыгэхэм япэм шыр мыпхуэдэу зэхагъэкIырт: шыр къагъажэурэ фIы дыдэу еша нэужь, абы и фIалъэм лъакъуэкIэ хущIэуэрт. Шы лъакъуэр щIэщIамэ, ар шагъдийуэ ялъытэртэкъым.
Гъуджэм къищым…
ЦIыхум и теплъэу гъуджэм къищым узэрыфIэфIу зыхуэщI — ухуеймэ зыхузэкIэщIэш, ухуеймэ ешхыдэ. АбыкIэ уигу мызагъэмэ, кIэрахъуэкIэ еуапэ. Абы хэкIуадэм хэкIуэдэнур гъуджэрщ. Ауэ гъуджэм къищ цIыху сурэтым зэрызыхуэпщIым хуэдэу езы цIыхум зыхуэпщIыныр икIагъэщ, хьэкIэкхъуэкIагъэщ. ЦIыхум гуапагъэрэ IэфIыгъэрэ кIэлъызепхьэныр, абы гукъэкI хууиIэныр, удэIэпыкъуныр уи къалэнщ. Апхуэдэу дапщэрэ уэ ущытыфу пIэрэ?
Теунэ Хьэчим.
ДжэдыкIэм цы къыхех
Джэд щыкъун и пщIыхьэгъущ — Хэт сытым хуэныкъуэми, игъэпIейтейми, ар абы йогупсыс икIи топсэлъыхь.
Джэджьей зеуалэ псывэ хоупIэ — ЦIыху мызагъэр бэлыхь щыхэхуам деж хужаIэ хабзэщ.
ДжэдыкIэм цы къыхех — «Iейуэ дзыхьмыщIщ, гурыщхъуэ сыт ищIысми хуещI» жыхуиIэщ.
Джэдым зэрыфIагъэжыну сэр езым къеулъэпхъэщыж — Езыр зытекIуэдэжын Iуэху зезыхуэм теухуауэ къапсэлъ.
Дзыхь зыхуамыщI щыкъур мэкъутэ — ЦIыхум а нэхъ и нэIэ зытет, нэхъ зыхуэсакъ дыдэм зыгуэр къыщыщыщIам деж, игу хэщIу къипсэлъ хабзэщ.
Ер вы бжьакъуэм къокI — Щхьэусыгъуэ мыхьэнэншэ дыдэкIи бэлыхьышхуэ къыщыхъу щыIэщ.
Жылэр щыIэпхъуэм гуащэм къаз егъэхъу — «ИщIэн хуей Iуэху нэхъыщхьэр къигъэнауэ, нэхъ мыхьэнэншэ Iуэхур елэжь» жыхуиIэщ.
Щауэ Къэлидар.
Гугъэ
ЗыгурыIуи зыщIэдэIуи щымыIэ гур темыпыIэу зы хъуэпсапIэ гуэрым хуопабгъэ, щIобэн, щIозэу. Махуэл димыхыу лъэужь мыцIыхухэм ирокIуэ, зы лъэмбым ипкIым, адрейм къыщыхутэурэ. ШыIэныгъи бэшэчагъ гуэри зыхэмылъыж, лъэпощхьэпокIэ гъэнщIа гъуэгуанэ гугъухэр къызэренэкI. Къэзыгъэдзыхэ къыхэкIми, къарууэ иIэр зрегъэуIури, япоув, яполъэщ, и щIыб къыденэ. Езыр макIуэ, ежьужьымрэ кхъуэбанэмрэ къызэрафыщIри къримыдзэу. МакIуэ, къеплъэкI имыщIэу, щIежьам хуэпэжу.
Дэнэ нихьэсыну пIэрэ апхуэдиз гугъуехьым ткIыбжь дэхъуа гу ныкъуэкъуэхым? Дапщэщу пIэрэ и хъуэпсапIэр IэщIэхуу и лъэр щыщIэхунур? Хьэуэ, щIэхункъым и лъэр, и хъуэпсапIэри ищIынкъым IэщIыб. Сыту жыпIэмэ, гугъэм и къуэпсхэр быдэу зыхэжыхьа гур куэдым полъэщ, зызрипщытри нэхъыбэжщ. Жыжьаплъэщ ар, мэгугъэ, мэпабгъэ, мэхъуапсэ. Быдэуи и фIэщ мэхъу малъхъэдисым хуэдэу зэщIэзышэн гу зэгуэр зэрыIущIэнур. ЗэщIишэу зэригъэфIэнур, IэфIагъкIэ зэрипсыхьы-нур, хэщIыныгъэу игъуэта псомкIи зэуэ къызэретэжынур. Аращ, гугъэрщ гум псэ къыIузыгъэкIэжри, и щIылъэныкъуэр и гуэгъу къыхуэзыщIыжри, цIыхур дунейм щIытетыжыр къызыхэтэджыкI гупсысэ узэщIахэм купщIэрэ купкърэ яхуэхъужри.
ЖАмбэч Рабия.
Псалъэзэблэдз
ЕкIуэкIыу: 1. Iэпкълъэпкъ зэкIуж зиIэ щIалэ уардэ. 3. ЛъакъуэрыгъажэмкIэ дунейпсо Олимп джэгухэм 1970 гъэм чемпион щыхъуа адыгэ щIалэ … Борис. 6. КIыщокъуэ Алим и роман « … нур». 7. Щимэу зи пэр пылъыкIа мастэ пIащэ. 12. Набдзэ … 13. Япэу … ущIэмынакIэ. 15. Колхоз хьэсэм и плъыр. 16. … вакъэ. 18. Зи жылэхэр бжьыхьэм фIыцIэ хъурей цIыкIу хъу къэкIыгъэ: дохутырхэми, ерыскъыхэкIым елэжьхэми къагъэсэбэп. 19. … и анэ гъыркъым.
Къехыу: 2. Жэмтхьэлэ къыщалъхуа адыгэ генерал. 4. Ди гъунэгъум мэл … иIэщ. 5. ЩIыпIэ хуабэхэм щыIэ хьэкIэкхъуэкIэ шынагъуэ. 8. Мэкъумэш университетым и ректор. 9. Iэщым, хьеуаным зэреджэ нэгъуэщIыцIэ. 10. Къурш лъэныкъуэмкIэ къриху жьы щIыIэтыIэ. 11. ЩIы къиуда. 14. Совет зэманым зекIуэу щыта ахъшэ жьгъей. 16. Къаруушхуэ зиIэ цIыху. 17. … мыкъу уврэ, … къуа зигъэщхърэ?
Зэхэзылъхьар Мыз Ахьмэдщ.
Жэпуэгъуэм и 9-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр:
ЕкIуэкIыу: 2. Шэфэл. 6. Куржы. 7. Ерыщ. 8. Жэп. 10. ХъумакIуэ. 11. Джэд. 16. Сохъустэ. 17. Каринэ. 19. Лъей. 20. КIэрэф. 22. Сэхъу. 23. Пхъэр. 25. Даур. 27. Гъатхэ.
Къехыу: 1. Хур. 2. Шыпхъу. 3. Фызабэ. 4. Ленэ. 5. Вы. 9. Псыхъурей. 11. Джэримэс. 12. Усэ. 13. Ету. 14. Нал. 15. Гъуэз. 18. Щэрмэт. 20. КIыргъ. 21. Фадэ. 24. Хъы. 26. Уэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "101146.txt"
} |
ЩIыналъэ зыужьыныгъэм и хэкIыпIэ
Урысей Федерацэм ЩIэныгъэмрэ еджапIэ нэхъыщхьэмкIэ и министерствэм и комиссэм къыхихащ «Приоритет-2030» программэм хэтыну еджапIэхэр. Урысей Федерацэм и къалэ 49-м щыIэ еджапIэ нэхъыщхьэу 106-м грант иратынущ, дэтхэнэми сом мелуани 100 хуэзэу. Абыхэм ящыщу 28-р Москва дэтщ, 11-р — Санкт-Петербург. Апхуэдэу программэм хыхьащ щIыналъэ 47-м я еджапIэ нэхъыщхьэу 67-рэ. ЕджапIэ 80-р Урысей Федерацэм ЩIэныгъэмрэ еджапIэ нэхъыщхьэмкIэ и министерствэм ейщ. Абыхэм яхэтщ Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетри. Апхуэдэ хъыбар гуапэр еджапIэ нэхъыщхьэм хэIущIыIу ищIащ иджыблагъэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и ректор Алътуд Юрий къызэрыджиIамкIэ, еджапIэ нэхъыщхьэмрэ IэщIагъэ щрагъэгъуэту абы хыхьэ курыт еджапIэхэмрэ нобэ студент мин 17-м нэс щоджэ. Ахэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и зыужьыныгъэр зыгъэкIуэтэну къару инщ.
Нобэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым лэжьыгъэшхуэ щокIуэкI еджакIуэхэм я зэфIэкIым хэгъэхъуэным, IэщIагъэлI нэсхэр гъэхьэзырыным, ахэр лэжьыгъэ IэнатIэкIэ къызэгъэпэщыным хуэунэтIауэ. Апхуэдэу мыбы гулъытэ хэха щыхуащI IэщIагъэ зэхуэмыдэхэм щыхурагъаджэ IэнатIэхэм зегъэужьыным, еджапIэ нэхъыщхьэм щрагъэкIуэкI къэхутэныгъэхэр экономикэм и IэнатIэ зэхуэмыдэхэм щыхэпщэным, иджырей технологиемрэ псэуныгъэмрэ ехьэлIа хьэрычэтыщIэ лэжьыгъэхэм зегъэубгъуным.
2015 гъэ лъандэрэ Урысей Федерацэм и щIыналъэ зэхуэмыдэхэм къикIауэ ди щIыпIэм щеджэну къакIуэхэми я бжыгъэм хэхъуэ зэпытщ. Псалъэм папщIэ, 2020 гъэм ахэр цIыху 2440-рэ хъурт, мы гъэ еджэгъуэщIэми абыхэм къахэхъуащ. «Приоритет-2030» программэр щиухым ирихьэлIэу щIыналъэхэм къикIауэ еджапIэ нэхъыщхьэм щеджэхэм я бжыгъэр процент 20-м нэсынущ.
ЦIыхухэм щIэныгъэ нэхъыщхьэ егъэгъуэтынымкIэ дунейпсо рынокым университетыр зэрыхэтми зригъэубгъу зэпытщ. 2015 — 2020 гъэхэм нэгъуэщI къэралхэм къикIауэ КъБКъУ-м щеджэхэм я бжыгъэр хуэди 4-кIэ нэхъыбэ хъуащ (400-м икIри 1700-м нэсащ). Ди деж иджыпсту щоджэ къэрал 40-м къикIа ныбжьыщIэхэр, 2030 гъэм а бжыгъэр 50-м нэсыну хуагъэфащэ).
Илъэс къэс нэхъыбэ хъунущ етIуанэ IэщIагъэ зэгъэгъуэтынымкIэ университетым щылажьэ программэм тету еджэхэм я бжыгъэри. А программэм IэщIагъэлI IэзэхэмкIэ къызэригъэпэщынущ псынщIэу зызыужь ди щIыналъэр.
Университетым егъэбыды-лIа еджапIэ корпус, IуэхущIапIэхэм, нэгъуэщI мылъкухэм, апхуэдэу абы щылажьэхэмрэ щеджэхэмрэ я бжыгъэкIэ ар Къэбэрдей-Балъкъэрым щынэхъ ин дыдэщ, налог нэхъыбэ зыт IуэхущIапIитхум ящыщ зыщ.
ПсынщIэу зызыужь щIыналъэ экономикэмрэ социальнэ IэнатIэмрэ зыхуэныкъуэ IэщIагъэлIхэр гъэхьэзырыным сыт щыгъуи гулъытэшхуэ хуащI университетым и унафэщIхэм. Абы хуэунэтIащ еджапIэ нэхъыщхьэм зэрызиужьыну яубзыхуа хэкIыпIэ нэхъыщхьэхэр.
Университетым и мурадщ 2030 гъэм ирихьэлIэу республикэм и школхэр къэзыух ныбжьыщIэхэм я процент 75-р абы щеджэу къызэгъэпэщыныр. ИлъэсипщIым къриубыдэу университетым игъэхьэзырынущ экономикэр нэхъ зыхуэныкъуэ, хьэрычэт щIэным хуэгъэса IэщIагъэлIхэу мин 270-м щIигъу. Ахэр нэхъыбэу ехьэлIащ туризмэмрэ санаторно-курорт IэнатIэмрэ. Республикэм и экономикэм дежкIэ абыхэм мыхьэнэшхуэ зэраIэр къилъытэу, университетыр хэтщ медицинэ туризмэр IэщIагъэлI IэзэхэмкIэ къызэригъэпэщыну. АбыкIэ ядэгуэшэнущ адрей щIыналъэхэми, Кавминводхэри хэ-ту. Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр къэзыух-хэр хуэгъэпсауэ щытынущ, псынщIэу зызыхъуэж гъащIэм езэгъ къудейуэ къэмынэу, щытыкIэр зыубзыху, лэжьапIэ IэнатIэщIэхэр къызэзыгъэ-пэщ, бизнесым унэтIыныгъэщIэхэр езытыф цIыху пэрыт хъуным.
Республикэм и экономикэм зегъэужьыным, цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным хуэунэтIауэ КъБР-м лэжьыгъэшхуэ щокIуэкI. Республикэм и экономикэм къилэжьыфыр хуэдитIкIэ хэхъуэнущ. Апхуэ-дэу пIалъэ мыкIыхьым тещIыхьауэ щытынущ тхьэмыщкIагъэр гъэкIуэдыным теухуа лэжьыгъэхэр. Ахэр гъэзэщIа хъунущ къэралым и дэIэпыкъуныгъэ хэлъу, Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ я щIыналъэхэм я ефIэкIыныгъэхэр, технологие пэрытыр къагъэсэбэпкIэрэ. А къалэн инхэр зэгъэхъулIэнымкIэ хэкIыпIэфI хъунущ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и зэфIэкIыр щIыналъэм и зыужьыныгъэм нэхъ убгъуауэ хуэгъэлэжьэныр.
Университетым щекIуэкI щIэныгъэ-къэхутэныгъэхэр хуэунэтIащ экономикэм и пащхьэ къиувэ Iуэхугъуэ гугъухэр зэфIэхыным. А лэжьыгъэм щынэхъыщхьэщ дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэныр, мэкъумэш хозяйствэм карбоновэ лъэужьыр щыгъэмэщIэным хуэунэтIа къэхутэныгъэхэр. Ди еджагъэшхуэхэр жыджэру хэтщ медицинэм, генетикэм, IэрыщI интеллектым, водороднэ энергетикэм я IэнатIэхэми щекIуэкI лэжьыгъэхэм. Ахэр ядолажьэ Пётр Езанэм и цIэр зэрихьэу Санкт-Петербург дэт политехническэ университетым, РАН-м ядернэ къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым, Швейцарием и «Медена» щIэныгъэ-производственнэ концерным, «Композит» (Роскосмос) АО-м, РАН-м и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрым, Къэбэрдей къэрал мэкъумэш университетым, пщIэшхуэ зиIэ нэгъуэщI IуэхущIапIэ инхэми. КъБКъУ-р долажьэ дунейпсо мыхьэнэ зиIэ «ТулиТех» щIэныгъэ-егъэджэныгъэ центрым.
ЩIэныгъэлIхэм я пащхьэ зэманым къригъэувэ Iуэхугъуэ инхэр къалъытэурэ, университетым къалэн нэхъыщхьэу зыхуегъэувыж дунейпсо мыхьэнэ зиIэ материалыщIэхэр къэхутэнымрэ гъэхьэзырынымрэ. Ахэр сэбэп хуэхъунущ щIыналъэм и пащхьэ къиувэ Iуэхугъуэ гугъухэр зэфIэхыным. МатериалыщIэхэмрэ «технологие удзыфIэкIэ» дызэджэ Iуэхугъуэхэмрэ гъэхьэзырыныр лъабжьэ хуэхъунущ фон лъахъшэ зиIэ детекторхэмкIэ Бахъсэн нейтриннэ обсерваторэр къызэгъэпэщыным, водород гъэсэныпхъэр гъэIэпхъуэным епха ухуэныгъэхэм композитнэ материалхэр хуэгъэхьэзырыным, апхуэдэу узыншагъэм дежкIэ шынагъуэ зыпымылъ щIыгъэпшэрхэр, удз ежьыужьхэм зэребэн щхъухьхэр къыщIэгъэкIыным. Абы хохьэ цIыхухэм я узыншагъэм зэран хуэхъу губгъуэжыхъапхъэмрэ батыргъэнымрэ гъэкIуэдыным хуэунэтIа къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэри.
Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ къэралым и ипщэ щIыналъэхэмрэ жыг хадэхэр къэкIыным зэрызыщиубгъум къыхэкIыу, щIыгулъым и фIагъыр кIуэщI зэпытщ. Универсытетым и мурадщ къэкIыгъэм елэжьу Кавказ Ищхъэрэм щыIэ и IуэхущIапIэхэм ядэIэпыкъуну углеродым и диоксидыр (CO2), метаныр (СН4), нэгъуэщIхэри щIыгулъым хэгъэкъэбзыкIыжынымкIэ.
Зыужьыныгъэшхуэ игъуэтынущ университетым и социальнэ-щэнхабзэ IэнатIэми, «ещанэ миссиекIэ» дызэджэм. Ар къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ еджапIэ нэхъыщхьэм щекIуэкI егъэджэныгъэ, щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэм. ЩIэныгъэмрэ еджапIэ нэхъыщхьэмкIэ Урысей Федерацэм и министерствэм и «Приоритет-2030» программэр игъэзащIэкIэрэ, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр хъунущ цIыхум и зэхэщIыкIымрэ и зэфIэкIымрэ, псэукIэмрэ щэнхабзэмрэ езыгъэфIакIуэ Iэмалхэр IэкIуэлъакIуэу къыщагъэсэбэп центр.
«Ещанэ миссием» щIигъэпсынщIэнущ технологие пэрытыр, къэхутэныгъэщIэхэр производствэм къыхэшэныр, цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэныр. Псалъэм папщIэ, КъБКъУ-м 2030 гъэ пщIондэ зэрызиужьыну программэм хэтщ университетыр рынок IуэхухэмкIэ Дизайн-центрым дэлэжьэныр, оборонно-промышленнэ комплексым хуиIэ пыщIэныгъэхэр нэхъри ефIэкIуэн папщIэ, «цифровой двойник» жыхуаIэм хуэдэ къызэгъэпэщынымкIэ (ЖКХ-м и IэнатIэхэри къызэщIиубыдэу). Апхуэдэм и къызэгъэпэщыкIэ хъунухэмкIэ ар ядэгуэшэнущ нэгъуэщI IуэхущIапIэхэми.
«Эрмитаж-Кавказ» проектым къэралым и пщэ щIыналъэ псом я щэнхабзэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэнущ. Къэрал Эрмитажым щIыгъуу университетым къыщызэрагъэпэщ щэнхабзэ, щIэныгъэ, егъэджэныгъэ центр. Абы, шэч хэмылъу, еджапIэм и пщIэр къиIэтынущ, республикэм къакIуэ туристхэм я бжыгъэми хигъэхъуэнущ.
Къэдгъэлъэгъуа Iуэхугъуэ псори къызэщIэпкъуэжмэ, жыпIэ хъунущ щIыналъэм зегъэужьыным и Iуэхум Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр жыджэру хэту. Экспертхэм къызэралъытэмкIэ, мыпхуэдэ моделым ехъулIэныгъэхэр иIэныр елъытащ щIыналъэм щыIэ университетхэм я лэжьыгъэхэр гъунэгъу зэхуэщIыным.
Программэм хыхьэ еджапIэ нэхъыщхьэхэр илъэс къэс яхъуэжынущ. АтIэми, ди гуапэ хъуащ ди республикэм и еджапIэ нэхъыщхьэр а къэрал программэм хэтыну зэфIэкI зиIэхэм зэрыхабжар. Шэч хэлъкъым ар щIыналъэ зыужьыныгъэм хуэгъэпса Iуэхугъуэу зэрыщытым.
КЪАРДЭН Маритэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "101149.txt"
} |
«Сыт пощтыр зищIысыр?»
Къэбэрдей-Балъкъэрым и пощт лэжьакIуэхэм Письмом и дунейпсо тхьэмахуэмрэ Пощтым и дунейпсо махуэмрэ ирихьэлIэу зэIущIэ хьэлэмэтхэр щрагъэкIуэкIащ республикэм и курыт школхэм. Абыхэм къызэрагъэпэщащ «Сыт пощтыр зищIысыр?» фIэщыгъэр зиIэ класс сыхьэтхэр.
А зэхуэзэ купщIафIэхэм къриубыдэу школакIуэхэм хьэлэмэт куэд къащIащ пощт зэпыщIэныгъэ IэнатIэм и лэжьэкIэм, зэхэлъыкIэм ятеухуауэ. Пощтым къикIуа тхыдэ гъуэгуанэм, абы пыщIа IэщIагъэхэм, а IуэхущIапIэхэм лэжьыгъэр зэрыщызрагъакIуэ мардэхэм, пощт маркэхэмрэ письмоулъэхэмрэ я къежьэкIахэм, нэгъуэщI куэдми ныбжьыщIэхэм яхутепсэлъыхьащ IэщIагъэлIхэр. Ахэр я дэIэпыкъуэгъуу, сабийхэм ягъэхьэзыращ икIи нэхъапэIуэ-кIэ ятха письмо цIыкIухэр далъхьэри зэтрагъэпщIэжащ письмоулъэ дахэхэр, хабзэм тету псори тратхэжри. Ахэр яхуэгъэзат я адэ-анэхэм, адэшхуэ-анэшхуэхэм, ныбжьэгъухэм.
ШколакIуэ цIыкIухэм фIыщIэ хуащIащ а Iуэхугъуэхэм ахэр хуезыгъэса пощт лэжьакIуэхэм икIи гуапэу ехъуэхъуащ я IэщIагъэм епха махуэшхуэмкIэ. Апхуэ-дэу ахэр къеджащ пощтым, пощтзехьэм теухуа усэхэм, ящIащ а IэщIагъэм епха сурэтхэр, пощт ашык цIыкIухэр.
— ЗэIущIэхэр гуапэу, хьэлэмэту екIуэкIащ. Абыхэм я мурад нэхъыщхьэр пощт къулыкъущIапIэм щекIуэкI лэжьыгъэр зыхуэдэм ныбжьыщIэхэр щыгъуазэ хуэщIынращ, ди къэралым и щэнхабзэ, тхыдэ щIэинхэм абыхэм гу лъегъэтэнращ, — жиIащ «Урысейм и пощт» АО-м КъБР-м щиIэ къудамэм и унафэщI Вэрокъуэ Заур.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, ди щIыналъэм и пощт къулыкъущIапIэм хеубыдэ почтампи 8, хьэпшыпхэр цIыхухэм яIэрызыгъэхьэ къудами 3. Республикэм и щIыпIэхэм абы щиIэщ пощт IуэхущIапIэу 200-м щIигъу. Абыхэм щолажьэ IэщIагъэлI 1700-м щIигъу, пощтзехьэхэри яхэту.
ЦIыхухэм я гъащIэр нэхъ тынш зыщI, абыхэм Iуэхутхьэбзэ зэмылIэужьыгъуэхэр яхуэзыщIэ пощт лэжьакIуэхэм дохъуэхъу я махуэмкIэ. Узыншэну, гукъыдэж яIэу лэжьэну ди гуапэщ.
ТАМБИЙ Линэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "101153.txt"
} |
Хъумэн, зегъэужьын, егъэфIэкIуэн
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Жылагъуэ палатэм и XIII зэхуэсыр иджыблагъэ Налшык къалэ щекIуэкIащ. Абы къыщаIэта Iуэхугъуэр ди щIыналъэми абы щыпсэу лъэпкъхэм я къэкIуэным и IуэхукIи мыхьэнэшхуэ зиIэу къэлъытапхъэщ. «Къэрал къулыкъущIапIэхэмрэ жылагъуэмрэ лъэпкъ щхьэхуэныгъэхэр хъумэным хуэунэтIауэ зэдэлэжьэныр цIыхубэм и зэкъуэтыныгъэм и шэсыпIэщ» — аращ зэIущIэм къыщаIэта псалъэмакъыр зэщIэкIауэ щытар. Лъэпкъ Iуэхухэм къэрал гулъытэ хэха игъуэт, программэ щхьэхуэхэр хузэхалъхьэ зэрыхъуар къэплъытэмэ, гурыIуэгъуэщ зэIущIэм кърихьэлIахэм хэгъэгу политикэм къигъэув мардэхэр, щапхъэхэр, пщалъэхэр щIыналъэм щыщыIэ щытыкIэ пыухыкIахэм зэрырагъапщэр, абы зэрыралъытыр, ипэ игъэщыпхъэхэмрэ Iэмалыншэу къыхэгъэщын хуей Iуэхугъуэхэмрэ зэрызэпэшачэр.
Жылагъуэ палатэм егъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмкIэ, щIалэгъуалэ политикэмкIэ, туризмэмрэ спортымкIэ и къудамэм хэт, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий зэIущIэм къыщыщыпсалъэм къыхигъэщащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэрал къулыкъущIапIэхэм лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ зэкъуэтыныгъэмрэ хуэунэтIауэ лэжьыгъэшхуэ зэрызэфIагъэкIыр. «Урысей Федерацэм 2025 гъэ пщIондэ щылэжьэну и лъэпкъ программэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ къэрал къулыкъущIапIэхэмрэ зэрызэдэлэжьэну щIыкIэр зыубзыху и къэрал программэмрэ гъащIэм хэпщэнымкIэ, къагъэув Iуэхугъуэхэр къанэ щымыIэу зэфIэхынымкIэ куэд ищIащ. Ди щIыналъэм лъэпкъ зэхэгъэжрэ дин зэныкъуэкъурэ къыщымыгъэхъуным, цIыхубэ зэгурыIуэныгъэр хъумэным, зэхущытыкIэхэр егъэфIэкIуэным хуэгъэзауэ къэрал унафэ зыбжанэ къыщащтащ. Урысейр мы Iуэхугъуэм зэригъэпIейтейр къэплъытэмэ, ди деж щызэфIэгъэкIа хъуа лэжьыгъэр бзыпхъэу къыщищтэ, абы щапхъэ щытрихыр мащIэкъым, — къыхигъэщащ Сэхъурокъуэ Хьэутий. — УФ-м иубзыху лъэпкъ политикэм и программэр къапщтэмэ, щIыналъэм дифI зыхэлъ Iуэхугъуэу къилъытэр мащIэкъым. Псалъэм щхьэкIэ, дэркIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ абы хамэщI щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм къагъэзэжыну Iэмал къызэритыр, хэкум хэсыхьыжыным пыщIа лэжьыгъэхэр зэриубзыхур».
Сэхъурокъуэм и псалъэм къыхигъэщащ щIыналъэхэм щыIэ зэгурыIуэныгъэр хъума щыхъун папщIэ фIэкIы-пIэ имыIэу ар зыгъэпIейтейхэм ущIэдэIун, зыгъэгумэщIхэм ущIэупщIэн зэрыхуейр. «Лъэпкъ 80-м щIигъу щопсэу ди щIыналъэм, — жиIащ абы. — Нэхъыбэм лъэпкъ хасэхэр, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэр яIэщ, зытелажьэри мамырыгъэрщ, цIыхухэм я зэгурыIуэныгъэмрэ зэIузэпэщыныгъэмрэщ, лъэпкъхэм ижь лъандэрэ къадэгъуэгурыкIуэ нэщэнэхэр хъумэнырщ, зегъэужьынырщ, егъэфIэкIуэнырщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым Жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министерстэм а лъэпкъ хасэхэм я лэжьыгъэр зэщIегъэуIуэ, къэралым иригъэкIуэкI политикэм щIэуэ къыщыхъухэмрэ зэхъуэкIыныгъэ зыгъуэтхэмрэ щегъэгъуазэ, «Iэнэ хъурейхэмрэ» зэIущIэхэмрэ ирегъэкIуэкI. Шэч хэлъкъым, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэр щIэх-щIэхыурэ зэрызэIуигъащIэм, псоми зэдай Iуэхугъуэхэм зэгъусэу зэрыригъэлэжьым зэгурыIуэныгъэр зэрыригъэфIакIуэм. Абы и мызакъуэу, цIыхубэм я гуращэр къилъытэкIэрэ, министерствэм лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэр щызэрихьэлIэ зэхьэзэхуэхэр, зэпеуэхэр, гъэлъэгъуэныгъэхэр къызэрегъэпэщ». Апхуэдэу, Сэхъурокъуэм къызэхуэсахэм ягу къигъэкIыжащ илъэс зыбжанэ хъуауэ ди щIыналъэм щекIуэкI, кIуэ пэтми зыщызыубгъу «Къунакъ» проект зэрыщыIэр. И фIэщыгъэм къызэриIуатэщи, абы лъэпкъхэр зэпещIэ, ныбжьэгъу зэхуещI».
Сэхъурокъуэ Хьэутий блэкIакъым Вэрокъуэ Владимир и цIэр зезыхьэ Щэнхабзэ фондми лъэпкъ зэхущытыкIэхэр зэпкъызэрыт щIынымкIэ лэжьыгъэшхуэ зэрызэфIихым. «Фондыр щэнхабзэ зэгухьэныгъэхэм зэрадэлажьэм, щIыналъэм щекIуэкI махуэщIхэм жыджэру зэрыхэтым мыхьэнэ иIэщ. Щэнхабзэхэм я пщIэр къызэриIэтым и закъуэкъым абыхэм я гуащIэр зытрагъэкIуадэр, атIэ лъэпкъхэм я щIэжым зыкърегъэIэтыж, я уней нэщэнэхэр къегъэщIэрэщIэж, гъащIэм хепщэж».
Хьэутий къызэрыхигъэщамкIэ, щIыналъэм сыт хуэдиз Iуэху щхьэпэ щекIуэкIми, сыт хуэдиз лэжьыгъэ къыщаIэтми, яхузэфIэкIыну псор абдеж къыщыувыIэркъым. «Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщыIэ политикэ щытыкIэр зэтес зыщIыр жылагъуэ-экономикэ щхьэусыгъуэ зэIумыбзхэр къызэнэкIын зэрыхуейм и закъуэкъым. Мынэхъ мащIэу гулъытэ игъуэтыпхъэщ лъэпкъхэм я бзэхэмрэ щэнхабзэхэмрэ. А гулъытэм къыщыщIэмэ е къыжьэдэпкъуэну ухуежьэмэ, къайгъэ къызэрикIынум шэч хэлъкъым», — жиIащ Сэхъурокъуэ Хьэутий.
Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин къыщыпсалъэм, Сэхъурокъуэм и къэпсэлъэныгъэмкIэ арэзы хъуащ, къэралымкIэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я мыхьэнэр зэрыинри къыхигъэщащ.
Апхуэдэу, министрым щIыналъэм щыIэ волонтёр зэщIэхъееныгъэм и гугъу ищIащ, «Щэнхабзэм и волонтёрхэр» зэгухьэныгъэм и лэжьыгъэм, абыхэм къызэрагъэпэщ Iуэхугъуэхэм шэщIауэ тепсэлъыхьащ. Псалъэм и хьэтыркIэ, къыхигъэщащ «ТекIуэныгъэм и письмохэр» проектым щIэуп-щIэ зэригъуэтар, цIыху куэд къызэрыдихьэхар.
Къэбэрдей-Балъкъэрым жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министрым и къуэдзэ Гергоков Джамболэт Жылагъуэ палатэм къиIэта псалъэмакъыр узыблэкI мыхъунухэм зэращыщыр къыхигъэщащ. «Лъэпкъыр лъэпкъ зыщIыжыр и бзэмрэ и щэнхабзэмрэщи, игъуэтын хуей гулъытэр «дывгъэщI» е «щIын хуейщ» псалъэхэм деж къыщызэтемыувыIэу, унафэ пыухыкIа ягъуэтрэ щIыкIэ гъэпсам тету зэлэжьыпхъэ гъащIэ проектщ. Ахэр къыддекIуэкI ди щыIэныгъэм лъабжьэ хуэхъу нэщэнэщи, уаблэплъыкIыныр игъуэджэщ. Къэрал къулыкъущIапIэхэм яхузэфIэкIи къамыгъанэу абы и зыужьыныгъэм телэжьэн хуейщ», — жиIащ абы.
Лъэпкъ зэгухьэныгъэхэм драгъэ-кIуэкI лэжьыгъэм унэтIыныгъэу иIэм и гугъу ищIа нэужь, абыхэм къыхалъхьэ проектхэр гъэзэщIа хъун папщIэ грант зэхьэзэхуэхэр къызэрызэрагъэпэщми Гергоковыр тепсэлъыхьащ.
«Си япэкIэ къэпсэлъа Сэхъурокъуэ Хьэутий и псалъэмакъым къызэрыхигъэщащи, ди щIыналъэм илъэс зыбжанэ хъуауэ «Къунакъ» проектыр щыдогъэкIуэкI. 2009 гъэм щыщIэдзауэ нобэр къыздэсым абы цIыху 500-м щIигъу хыхьащ, — жиIащ Гергоков Жамбулэт. — Къунакъ зэпыщIэныгъэр я нэхъ мащIэу лъэпкъиплIым я зэхуаку къыдохъуэ, проектым зи нэIэ тезыгъэт еджапIэр хохьэ, Iуэху къекIуэкIыр зыфIэгъэщIэгъуэнхэр холэжьыхь. Фи нэгу къыщIэвгъэхьэ абы зэришалIэ цIыхухэм и бжыгъэр зыхуэдизым. Къыхэзгъэщыну сыхуейт, проектыр ди республикэм къызэримынэр, абы и гъунапкъэхэр зэрызэIухам, гъунэгъу щIыналъэхэми зэрынэсыр. Мы гъэм «Къунакъ» проектым унагъуэ 18 хыхьэну зыкъагъэлъэгъуащ. Абы щыщ зыбжанэр ди гъунэгъу республикэм япыщIа хъунущ, хамэ къэрал нэсаи яхэтщ. Къунакъыр ещхьщ пасэм къыддекIуэкIыу щыта къанIых хабзэм. Абы къыхэкI ныбжьэгъугъэр, зэхущытыкIэр зыхуэдизыр дэтхэнэми къыдгуроIуэ».
Апхуэдэу, Гергоковыр тепсэлъыхьащ министерствэм иригъэкIуэкI зэпеуэ-хэм, зэхьэзэхуэхэм, зэIущIэхэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщыIэ щытыкIэр егъэфIэкIуэным дэтхэнэри зэрыхуэунэтIам.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и дин IуэхущIапIэм и унафэщI Дзасэжь Хьэзрэталий ди щIыналъэр лъэпкъыбэм я унапIэ зэрыхъуамкIэ, абыхэм я зэхуаку нэрылъагъууи нэрымылъагъууи зэпыщIэныгъэ куэд зэрыдэлъымкIэ и псалъэмакъыр къригъэжьащ. «Гъунэгъурэ гъуэншэджрэ» гупсысэкIэр зыхэлъ лъэпкъыр и пIэм къишыгъуейщ, сыту жыпIэмэ абы лъабжьэ хуэхъур ижь лъандэрэ къыдекIуэкI хабзэмрэ Тхьэм хуиIэ фIэщхъуныгъэмрэщ. ШыIэныгъэ къыпхэзылъхьэ, акъыл къозыгъэлъыхъуэ, къайгъэм укъыпезыгъэкIуэкI сыт хуэдэ гупсысэри фIыщ щыIэныгъэр зэрыуэзэрыбг мыхъуу, мамыру упсэун щхьэкIэ, — жиIащ Дзасэжьым. — Зепхьэ диныркъым нэхъыщхьэр, атIэ гъащIэр зэрыбгъэнщI IуэхуфIхэращ ипэ игъэщыпхъэри, сыт хуэдэ гъэсэныгъэ лэжьыгъэри абы тещIыхьауэ утыку илъхьапхъэщ».
ЗэIущIэм къыщапсэлъам ипкъ иткIэ, къэрал къулыкъущIапIэхэм, щIыпIэхэм унафэр щызезыхьэ IуэхущIапIэхэм, лъэпкъ хасэхэм, дин зэгухьэныгъэхэм яхуэгъэза чэнджэщхэм елэжьащ икIи ахэр хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ хэIущIыIу ящIыжащ.
ШУРДЫМ Динэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "101156.txt"
} |
Мамырыгъэм и хъумакIуэ нэс
Лъэпкъым и пашэ
КIуэкIуэ Валерэ сэ илъэс 40-м щIигъукIэ сыкъыдэгъуэгурыкIуащ. Университетыр къэдуха нэужь, зэманкIэ дыщызэдэлэжьащ зы унэм, ар республикэм МэкъумэшымкIэ и министерствэм щыIэу, сэ комсомолым и обкомым сыщIэсу. ИужькIэ илъэс куэдкIэ зэдетхьэкIащ парт лэжьыгъи къэрал къулыкъуи. ФIыуэ сощIэж ар Къэбэрдей-Балъкъэрым и Президенту щыщытам игъэлъэгъуа Iуэху зэфIэхыкIэри Iущагъри. Сыт хуэдэ IэнатIэ пэрымытами, КIуэкIуэм ар ирихьэкIырт жэуаплыныгъэ ин зыхищIэу, адрейхэм щапхъэ яхуэхъуу.
Тимирязевым и цIэр зезыхьэ академием и аспирантурэр къиухыу щалъхуа щIыналъэм къэзыгъэзэжа щIалэщIэр Аруан районым хыхьэ жылэхэм ящыщ зым щызэхэт хозяйствэм и пашэу ягъэуват. Зэман кIэщIым къриубыдэу КIуэкIуэм а IэнатIэр ищIащ езым хуэдэхэм лъэныкъуэ куэдкIэ ефIэкI. КъыкIэлъыкIуэу Валерэ хахауэ щытащ партым и Аруан райкомым и япэ секретару. Сэ абы щыгъуэ КПСС-м и обкомым секретару сыщыIэти, фIыуэ сыщыгъуазэт КIуэкIуэр зи пашэ парт зэгухьэныгъэм лэжьыгъэр зэрыщекIуэкIым. Iуэхугъуэ хьэлэмэтхэм, купщIафIэхэм я жэрдэмщIакIуэу икIи къызэгъэпэщакIуэу щыту, а лъэхъэнэми абы зыкъигъэлъэгъуащ лэжьыгъэм хуэIэкIуэлъакIуэ унафэщIу, мурадыщIэмрэ Iуэху зехьэкIэщIэ мардэхэмрэ зыбгъэдэлъ IэщIагъэлIу. Апхуэдэ дыдэу КIуэкIуэр щылэжьащ «Мэкъумэштехникэ» зэгухьэныгъэми. Республикэм и хозяйствэхэм я мылъку-техникэ лъабжьэр гъэбыдэным Валерэ зэфIэкIышхуэ ирихьэлIащ абы щыгъуэ.
А лъэхъэнэм дэ зэгъунэгъууи дыпсэуащ. Зы унагъуэшхуэхэм хуэдэу дызэхэсащ, шыгъупIастэкIэ дызэпэIэбэу, гуапагъэрэ лъагъуныгъэрэ ди зэхуаку дэлъу. Апхуэдэ зэхущытыкIэ дахэ ди зэхуаку дэлъащ, КIуэкIуэ Валерэ КПСС-м и обкомым и секретарь, иужькIэ япэ секретарь щыхъуам щыгъуи. Сэ Афганистаным сыкIуэн хуей щыхъуам щыгъуэ, Валерэрэ Виолеттэрэ я нэIэм щIэтащ си унагъуэр.
КПСС-м и обкомым и япэ секретару КIуэкIуэ Валерэ щыхаха лъэхъэнэри хуабжьу гугъут икIи хьэлъэт ди щIыналъэм и дежкIэ. Зэман дэкIри, ар и пашэ хъуащ республикэм и Совет Нэхъыщхьэми. Конституцэм и 6-нэ статьяр (КПСС-м совет къэралым щиIа мыхьэнэр езыгъэкIуэтэкIт ар) Iуахын хуей щыхъум, а зырат хэкIыпIэу щыIэр: партым иIыгъа унафэмрэ Советхэм яIэ къарумрэ зы щIыныр. Зэман хьэлъэт ар, итIани, дэ тхулъэкIащ ди щIыналъэм мамырыгъэмрэ зэгурыIуэныгъэмрэ щытхъумэн, республикэм и Совет Нэхъыщхьэм и УнафэщI щыпкъэ КIуэкIуэ Валерэ и жыIэм дытету.
КIуэкIуэ Валерэ къэрал къулыкъущIэу, политик лъэрызехьэу зэрыщытам и гугъу щыпщIкIэ, утемыпсэлъыхьу къыпхуэгъэнэнукъым абы цIыхугъэу хэлъам. Зыхуэбгъадэ хъун щымыIэу абы къехъулIэрт Къэбэрдей-Балъкъэрыр фIыуэ къэзылъагъухэм, и ныбжьэгъухэм я бжыгъэр хэгъэхъуэныр. Ди къэралым и сыт хуэдэ щIыналъэми щыбгъуэтынущ КIуэкIуэ Валерэ зыцIыхуу щыта, абы ноби пщIэ къыхуэзыщI, абы и цIэ къудейм «къызэIуихырт» кабинетышхуэ куэдым я бжэхэр, абы и хьэтыркIэ зэфIахырт республикэм къыхуэщхьэпэн Iуэхухэр.
Сэ сыт щыгъуи згъэщIагъуэр лэжьыгъэм хуиIэ жыджэрагъымрэ Iуэхум щыпэрытым езэш зэримыщIэмрэт. Абы и Iущагъыр, и акъыл гъэпсыкIэр, и гупсысэ гъэхуар, уеблэмэ ар къызэриIуатэ щIыкIэр ягъэщIагъуэрт псэлъакIуэ нэхъ Iэзэ дыдэхэми.
Къыхэзгъэщыну сыхуейщ КIуэкIуэм хэлъа хьэлхэм ящыщу мыри. Валерэ ныбжьэгъухэмкIэ гумащIэт, къыдэлажьэхэр и гулъытэ щигъащIэртэкъым, абыхэм я гуфIэгъуэри гузэвэгъуэри ядигуэшыфырт.
Сэ жысIэфынущ КIуэкIуэ Валерэ Мухьэмэд и къуэр хэкулI нэсу, цIыху Iущу зэрыщытар, республикэр зыхэхуауэ щыта гугъуехьым къыхишыным теухуауэ хузэфIэкI къызэримыгъэнар, цIыхубэм я къэкIуэнумкIэ жэуаплыныгъэ ин и пщэ зэрыдэлъыр и псэр пытыху зэрыщымыгъупщар.
КIуэкIуэ Валерэ ди республикэм щыпсэу лъэпкъхэр зэкъуигъэувэныр къехъулIам и закъуэкъым, атIэ цIыхубэм къру пашэ хуэхъури, зыужьыныгъэр, экономикэр, щэнхабзэр къэIэтыжыным и гъуэгу тришэфащ.
Шэч хэлъкъым Къэбэрдей-Балъкъэрым и иджырей тхыдэм КъБР-м и япэ Президент КIуэкIуэ Валерэ Мухьэмэд и цIэри и IуэхущIафэхэри зэрыхатхам. Ар мамырщIэкъут, лъэпкъ зэгурыIуэмрэ зыужьыныгъэмрэ я телъхьэт, ди лъахэр ефIэкIуэным зэфIэкIыуи акъылуи иIэр ирихьэлIэрт. Аращ Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир щIыжиIар: «КIуэкIуэ Валерэ и гъащIэ псор тыхь хуищIащ и лъэпкъым къулыкъу пэж хуищIэным, урысей къэралыгъуэр гъэбыдэным». Абы и псалъэхэм пищэу, Осетие Ищхъэрэм и Президенту щыта Дзасохов Александр къыхигъэщат: «КIуэкIуэ Валерэ зи псалъэмрэ Iуэхумрэ зэтехуэ, ахэр Урысейм и зэкъуэтыныгъэм хуэзыгъэлэжьа, ди къэралым хуэфэщэн увыпIэ дуней псом щиIэным хуэзыгъэпса политик Iущт».
Илъэс Iэджэ иджыри блэкIынущ, нэгъуэщI щIэблэхэр къыдэкIуэтеинущ, ауэ сэ хьэкъыу си фIэщ мэхъу ди республикэм зегъэужьыным, абы и цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным теухуауэ КIуэкIуэ Валерэ хузэфIэкIар абыхэм я гъуазэу къызэрыгъуэгурыкIуэнур. Нобэ ар къытхэмытыжми, шэч хэлъкъым, хуабжьу щыгуфIыкIынут фIыуэ илъагъу республикэм и къэралыгъуэр илъэси 100 зэрырикъур дгъэлъэпIэну зэрызыхуэдгъэхьэзырым, ирипэгэнут и къуэ закъуэ Казбек ди щIыналъэр зыужьыныгъэм зэрыхуишэми, зыузэщIыныгъэм, мамырыгъэм, зэгурыIуэныгъэм и гъуэгум тету.
ЗУМАКУЛОВ Борис,
КъБР-м ЦIыхум и хуитыныгъэхэмкIэ
уполномоченнэ, тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор.
Лъэхъэнэм къигъэщIа
УнафэщI щыпкъэу, политик Iущу, цIыху акъылыфIэу дунейм тета КIуэкIуэ Валерэ Iуэху зехьэкIэу, гупсысэкIэу иIахэр къытщIэхъуэ щIэблэм я щIэин лъапIэщ. Абы и гъащIэр, шэч хэмылъу, республикэм и тхыдэм и лъэхъэнэ псо мэхъу.
Дигу къэдвгъэгъэкIыж 1992 гъэм и бжьыхьэр, Советхэм я Унэм и гупэм къит утышхуэм цIыхубэм щрагъэкIуэкIа пэкIур. Абы щыгъуэм КIуэкIуэм къыжраIэрт, ар арэзымэ, дакъикъэ 20-м къриубыдэу утыр зыгъэкъэбзэфын къару зэрыщыIэр. КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и УнафэщIу а зэманым щыт КIуэкIуэм идакъым лъы гъажэр зэхиублэн. Абы зэрыжиIамкIэ, япэрауэ, и цIыхубэм IэщэкIэ япэувынукъым, етIуанэрауэ, цIыхухэм епсэлъэн хуейуэ аращ, армыхъумэ езэуэн хуейкъым. Апхуэдэ акъылышхуэ къылъыкъуэкIащ а зэманым республикэм и унафэщIым. НэгъуэщI унафэ щыIатэмэ, хэт ищIэрэт абы къикIыну бэлыхьхэр сыт хуэдэми. А махуэм абы ича лъэбакъуэмкIэ цIыхубэм я дзыхьыр аргуэру къилэжьащ Валерэ. А лъэбакъуэращ абы и политикэ гъащIэр кIыхь, купщIафIэ зыщIар, жылагъуэм я пщIэрэ щIыхьрэ къыхуэзыхьар.
Ди республикэм икIыу Урысей Федерацэм хыхьэ адрей щIыналъэхэм IуэхукIэ кIуэ лIыкIуэ гупхэм мызэ-мытIэу сахэтащ. А щIыпIэхэм сэ си нэгу щIэкIырт ди унафэщIым адрейхэм къыхуаIэ щытыкIэр, къыхуащI пщIэ лъагэр. Апхуэдэхэм деж ди щхьэр нэхъ лъагэу тлъагъужырт, ди республикэмкIэ, абы и ПрезидентымкIэ дыгушхуэрт. Дауи, ди щIыналъэм и зыужьыкIэми ныкъусаныгъэ, щыщIэныгъэ гуэрхэри иIэт — апхуэмыдэу хъуркъым. ИтIани, зыми хужыIэнукъым а лъэхъэнэм ди щIыналъэм зэпIэзэрытыныгъэр, мамырыгъэр щытепщэу зэрыщытам КIуэкIуэ Валерэ и фIыгъэшхуэ хэмылъауэ.
ФЕДЧЕНКЭ Людмилэ,
КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и унафэщIым и къуэдзэ.
Дзыхьыр игъэпэжу
Политик цIэрыIуэ, къэрал лэжьакIуэшхуэ, КъБР-м и япэ Президенту щыта КIуэкIуэ Валерэ и лIэныгъэр хэщIыныгъэшхуэт зи пашэу щыта республикэм и мызакъуэу, Урысей Федерацэ псом и дежкIэ. Щалъхуа щIыналъэм и цIыхубэм и арэзыныгъэкIэ Президенту хаха КIуэкIуэр илъэс куэдкIэ пэрытащ мыхьэнэшхуэ зиIэ а къулыкъу лъагэм. КъыхуащIа дзыхьыр игъэпэжащ политик Iущым.
Мамырыгъэм и хъумакIуэу дапщэщи щыта Валерэ хузэфIэкIащ, гъунэгъу щIыналъэхэр щызэрызехьэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым зэпIэзэрытыныгъэр зэман кIыхькIэ щихъумэн.
Зи пашэ Къэбэрдей-Балъкъэрми Урысей Федерацэми КIуэкIуэ Валерэ къыщацIыхуу щытащ къэрал гупсысэкIэ куу зыбгъэдэлъ цIыхушхуэу. Ар щыпсалъэкIэ, уигури уи щхьэри абы хуэгъэпсауэ уемыдэIуэн плъэкIыртэкъым, апхуэдизу псалъэм хуэшэрыуэти. Ди республикэм IуэхукIэ къыщыкIуэхэм деж, ди цIыхухэм яхуэмызэу, гуапэу емыпсалъэу зэи кIуэжыртэкъым. Дапщэщи абы жиIэрт Кавказ Ищхъэрэм ис лъэпкъхэр зэрыIыгъыу, зыр адрейм дэIэпыкъуу, зыщIигъакъуэу псэун зэрыхуейр, къыхигъэщырт дэ дызэгъуэнэгъу къудей мыхъуу, атIэ икIи зэкъуэшу дызэрыщытыр.
Бгырысхэм цIыхум и гъащIэм хэлъа купщIэр къызэралъытэр дунейм зэрытета илъэсхэркъым, атIэ а зэманым къриубыдэу абы зэфIиха IуэхуфIхэмкIэщ. Мамырыгъэр щIыналъэм щыхъумэным, абы щыпсэу лъэпкъхэм яку зэгурыIуэныгъэ дэлъыным я лъэныкъуэкIэ КIуэкIуэ Валерэ ищIа Iуэхухэм я мыхьэнэр къэлъытэгъуейщ, апхуэдизу ахэр инщи. КIуэкIуэм и цIэр игъащIэкIи къыхэнащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхыдэм и мызакъуэу, Кавказ Ищхъэрэми Урысей Федерацэм яйми.
БАТДЫЕВ Мустафа,
КъШР-м и Президент.
2005 гъэ
Кавказым папщIэ куэд зылэжьа
Урысей Федерацэм и политик цIэрыIуэ КIуэкIуэ Валерэ Мухьэмэд и къуэм и гъащIэ псор тыхь хуищIащ къэралым, цIыхубэм. Уи щхьэ закъуэу ущыткIэ, республикэ щхьэхуэ зыпщIкIэ, къыппэщылъ къалэн къомыр тэрэзу зэфIэха зэрымыхъунур къызыгурыIуэ а унафэщI IэкIуэлъакIуэр сыт щыгъуи хущIэкъуащ ди къэралым и зэкъуэтыныгъэр гъэбыдэным.
Кавказым щыпсэу цIыхухэр ноби хуэарэзыщ КIуэкIуэ Валерэ, Урысей къэралыгъуэр щIэуэ щызэфIэувэж лъэхъэнэм щыгъуэ ФедерацэмкIэ Советым хуэфэщэн лIыкIуэу зэрыщыIам щхьэкIэ. ФIыщIэ хэха яхудощI УФ-м и унафэщIхэм, КIуэкIуэм и лэжьыгъэшхуэр къалъытэу къэрал дамыгъэ лъапIэхэр къызэрыхуагъэфэщам папщIэ. Апхуэдэ гулъытэ лъагэр абы хуэфащэ дыдэт. ПщIэшхуэ щиIащ Валерэ къэрал унафэщIхэм я деж. Ар дунейм щехыжа махуэм ахэр Къэбэрдей-Балъкэрым къэ- кIуауэ зэрыщытар иджыри зэ абы щыхьэт техъуащ.
Лъэпкъ куэд зэрыс Адыгэ Республикэм сыт щыгъуи фIыуэ щалъэгъуащ икIи пщIэ щыщиIащ КIуэкIуэ Валерэ. Куэдрэ дигу илъынущ а цIыху щэджащэр, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Кавказ Ищхъэрэм зэрыщыту я социально-экономикэ зыужьыныгъэм куэд хуэзыщIар, и цIыхухэм псэ къабзэу хуэлэжьар. ИгъащIэми жаIэ: «ФIы зыщIэм ар и щхьэми, и бынхэми, абыхэм къащIэхъуэ щIэблэми къыпэджэжынущ». Апхуэдэу зэрыхъунум шэч къытесхьэркъым.
ТХЬЭРЫКЪУАХЪУЭ Мухьэрбий,
Адыгэ Республикэм и Парламентым
и Тхьэмадэу щыта. 2005 гъэ
Кавказ Ищхъэрэм и республикэхэм я унафэщIхэми я чэнджэщэгъут.
ЦIыхубэм пыщIэныгъэ куу сыт щыгъуи яхуиIэт.
ПщIэ лъагэ
ЦIыхур къыщыпхэмытыжым дежщ абы и уасэр нэсу къыщыпщIэр. Зэман нэхъыбэ дэкIыхукIэ, нэхъ IупщI мэхъу КIуэкIуэ Валерэ ди республикэм, урысей Федерацэм зэрыщыту я зыужьыныгъэм хуищIа хэлъхьэныгъэ иныр. Сэ гъащIэм фIыщIэ хузощI а цIыху гъуэзэджэм и гъусэу илъэс 20-м щIигъукIэ сылэжьэну Iэмал къызэрызитам щхьэкIэ.
Дызэрыстудентрэ дызэрыцIыхурт дэ тIур. ИлъэситIкIэ си яужь иту КъБКъУ-м и мэкъумэш факультетым ныщIэтIысхьа КIуэкIуэ Валерэ адрей и ныбжьэгъуэхэм куэдкIэ къахэщыртэкъым — щIалэ Iэдэбт, щэхут, акъылыфIэт, и ныбжьым хуэмыфащэу гъащIэм хищIыкIыу къыпщыхъурт. КъызэгъэпэщакIуэ зэфIэкIхэр а лъэхъэнэм къызэкъуихакъым абы. КъызэрысфIэщIымкIэ, а зэчиишхуэр абы къыщыхуэкIуар Москва аспирантурэр къыщиухыу, кандидат диссертацэри ехъулIэныгъэкIэ пхигъэкIыу лэжьэн щIидза нэужьщ. Ар зи унафэщI ящIауэ щыта хозяйствэр езым хуэдэхэм къахэщыртэкъым, арщхьэкIэ зэман кIэщIым къриубыдэу абы и цIэр фIыкIэ къраIуэу хуежьащ, республикэ бюждетми хэлъхьэныгъэфIхэр зэрыхуищIын къаруи иIэ хъуащ. А лъэхъэнэм абы дэлэжьахэм жаIэжырт, хуей хъумэ, Валерэ езыр и Iэщхьэ-лъащхьэр дэхъеяуэ гуащIэдэкI лэжьыгъэм хэувэу, тракторым, комбайным тетIысхьэрэ адрейхэм къакIэрымыхуу къалэн игъэзащIэу зэрыщытар.
КIуэкIуэм и пщIэр зы махуэм нэхърэ къыкIэлъыкIуэм нэхъ лъагэ хъурт. Абы и Iуэху зехьэкIэр къахэщырт армырами унафэщI IэкIуэлъакIуэхэмкIэ цIэрыIуэ Аруан щIыналъэм и пашэхэм. Партым и щIыпIэ комитетым и унафэщIу щыта Ахъмэт Мусэбий и къулыкъукIэ щыдрагъэкIуэтейм щыгъуэ, абы и пIэм КIуэкIуэ Валерэ зэриувэмкIэ мыарэзы абыхэм яхэттэкъым. ЩIыналъэр куэд дэмыкIыу республикэм щыпэрытхэм халъытащ. Шэч хэлътэкъым, ар и фIыгъэт партым и Аруан комитетым и япэ секретарым.
Iуэху зехьэкIэ пэрыт, цIыху хэтыкIэ дахэ зыбгъэдэлъ, жэуаплыныгъэ лъагэ лэжьыгъэм хузиIэ щIалэщIэм къалэн щащI сыт хуэдэ Iуэхури щытхъу пылъу зэригъэзэщIэным хущIэкъурт икIи къехъулIэрт. Абы пщIэ къыхуащIырт адрей куейхэм я унафэщIхэми республикэм и пашэхэми. Хуабагъ гуэр хэлъут абы Мэлбахъуэ Тимборэ зэрыхущытри. Зэзэмызэ къемыхъулIаIами, адэ ущие хуэдэут зэрешхыдэр е зыгуэрым имыгъэзэщIаIамэ, ар КIуэкIуэм пщэрылъ хуищIырти, псоми къагуригъаIуэрт а Iуэхум къытегъазэ имыIэу зэфIэха зэрыхъунур. Апхуэдэуи хъурт. Языныкъуэхэм жаIэрт Мэлбахъуэм и ныбжьэгъум и къуэм гулъытэ лей хуищIу, ауэ, сэ сызэригугъэмкIэ, а цIыху акъылыфIэм икIи жыжьэрыплъэм КIуэкIуэм бгъэдэлъ зэфIэкIышхуэхэм пасэу гу лъитауэ къыщIэкIынут. ХилъагъукIат абы щIалэщIэм республикэ тхыдэм увыпIэшхуэ зэрыщиубыдынур.
Зэманыр кIуэрт. 1990 гъэхэм ирихьэлIэу гъащIэм зэхъуэкIыныгъэ инхэр къыхыхьэу хуежьащ: политикэмкIи, жылагъуэмкIи, къэрал ухуэныгъэмкIи. Елисеевыр Москва ираджэжа нэужь, КIуэкIуэм и пщэ къыдэхуащ партым и обкомым и япэ секретарым и къалэнхэри езыр зыпэрыт КъБР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Тхьэмадэ лэжьыгъэри зыдихьын хуейуэ. СССР-м и Конституцэм и 6-нэ статьяр Iуахыжа нэужь, къэралым зэрыхьзэрийхэм щыщIидзащ. Абыхэм яубыдауэ щытащ ди республикэри. КIуэкIуэм псэкIэ зыхищIэрт а къэхъукъащIэ псори, ауэ и акъылыфIагъым и хьэтыркIэ дапщэщи хэкIыпIэфIхэр къигъуэтыфырт. Апхуэдэу ищIащ а лъэхъэнэми.
Сыт хуэдэ Iуэхушхуэ кърихьэжьэми, гу лъумытэнкIэ Iэмал иIэтэкъым ди Президентым бгъэдэлъ зэфIэкI лъагэм. А политик IэкIуэлъакIуэм хулъэкIыну псори наIуэ къыщыхъуащ ар ФедерацэмкIэ Советым и унафэщIым и къуэдзэу щыхаха лъэхъэнэм. ЖыпIэнурамэ, Урысей Ипщэм хыхьэ щIыналъэхэм я унафэщIхэм ящыщу зи ныбжькIэ нэхъ щIалэ дыдэ КIуэкIуэм (Ингуш Республикэм и президент Аушев Руслан нэмыщI) пщIэшхуэ къыхуащIат. А къулыкъу лъагэм ар щагъэлъэгъуам щыгъуэ, абыкIэ мыарэзы яхэмытми ярейт сенаторхэм.
Лэжьыгъэшхуэ Москва щызэфIихащ а лъэхъэнэм КIуэкIуэм. Абыхэм ящыщ дэтхэнэри хуэгъэпсат къэрал псом, Урысей Ипщэм, езыр зи унафэщI Къэбэрдей-Балъкэрым я зыузэщIыныгъэм, ехъулIэныгъэм.
СЭХЪУ Владимир,
УФ-м и Къэрал Думэм и Федеральнэ
Зэхуэсым и депутату щыта.
И щапхъэр ди гъуазэу
1974 гъэм къэсцIыхуауэ щытащ КIуэкIуэ Валерэ, ди районым нэкIуауэ. Абы иужькIэ еджэныр къэзухщ, IэнатIэ сыпэрыувэри, 1985 гъэм щегъэжьауэ а нэхъыжьыфIым и жьауэ сыщIэту, и лэжьыгъэм, и дуней тетыкIэм сыкIэлъыплъу сыкъэгъуэгурыкIуащ. ЦIыкIуми инми, цIыху закъуэми гупми едэIуэфырт ар. Сыт хуэдэ Iуэху гугъуми хэкIыпIэ нэхъыфI дыдэр къыхуигъуэтыфырти, ар згъэщIагъуэрт.
УнафэщI ухъун щхьэкIэ, щIэныгъэшхуэ убгъэдэлъын хуейщ, цIыхухэм уазэрыхэтын гъэсэныгъэрэ зэхэщIыкIрэ уимыIэнкIэ Iэмал иIэкъым, лъэпкъылI пашэу ущыщыткIэ, адыгэлIым и хьэл нэхъыфI псори пхэлъын хуейщ. Апхуэдэу ягъэсат и адэ-анэми, къызыхэкIа лъэпкъми. Арагъэнщ ехъулIэныгъэ зыIэригъэхьэфу, цIыхугъэр фIэмыкIуэду щIэпсэуфар, пщэрылъ къыщащIа къалэн псоми щIыпэлъэщар.
Къэралым зэхъуэкIыныгъэхэр къыщыщыхъу, ди республикэр гугъуехь щыхэт зэманым ирихьэлIащ КIуэкIуэм и лъэхъэнэр. Гугъуехьхэм ягъэгужьея цIыхубэр зэтегъэуIэфIэнымкIэ, ди республикэр зэтеIыгъэнымкIэ лэжьыгъэшхуэ иригъэкIуэкIащ абы. Кавказ Ищхъэрэм ис ди гъунэгъу хэгъэгухэм къахэлыдыкIырт ди лъахэр сыт щыгъуи. Абыхэм я тхьэмадэхэм пщIэшхуэ къыхуащIырт Валерэ. Адыгэ зэрыс гъунэгъу республикищым я унафэщIхэм я зэхуаку ныбжьэгъугъэ дахэ дэлът, адыгэ лъэпкъым и Iуэху дэкIыным сыт и лъэныкъуэкIи я гуащIэрэ акъылрэ халъхьэу зэбгъэдэтт.
Илъэсищэм зэ къалъхуу аращ КIуэкIуэм хуэдэ цIыху. Абы и дуней тетыкIам къегъэлъагъуэ акъыл куу убгъэдэлъым къыщымынэу, псэемыблэжу улэжьэн, тэмакъкIыхьу цIыхум уахэтын, нэхъыжьхэм уечэнджэщын, курытхэм уагурыIуэн, нэхъыщIэхэр бгъэгушхуэн зэрыхуейр. Апхуэдэу зэрыщытыр арагъэнт абы къэрал мыхьэнэ зиIэ Iуэхушхуэхэр тыншу къыщIехъулIэр. Ди республикэм мылъкушхуэ имылъ пэтми, адрейхэм ефIэкIыу игъэпсэуащ абы. Псом хуэмыдэу гулъытэшхуэ хуищIырт икIи къехъулIэрт лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэ куэд щыпсэу ди хэкум зэгурыIуэрэ мамырыгъэрэ илъыным.
Сэ сыхуейт КIуэкIуэ Валерэ дэтлъэгъуа хьэлыфIхэр тхэлъу, лэжьыгъэм, гъащIэм, лъэпкъым, хэкум хуиIа бгъэдыхьэкIэхэр тщымыгъупщэу, абы и щапхъэр ди гъуазэу дыпсэуну.
СЭХЪУРОКЪУЭ Хьэутий,
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ.
Гу щабэт, псэ къабзэт
Республикэм и Сабий фондыр КIуэкIуэ Валерэ и жэрдэмкIэ къызэрагъэпэщауэ щытащ. Абы и къалэнхэр зэфIех, УФ-м и апхуэдэ IэнатIэхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм ядэлажьэу. И зэфIэкI псори зыхуэунэтIар зыщ: ныбжьыщIэхэм лей къатемыгъэхьэным, сабиигъуэ дахэ яIэным. А Iуэхугъуэ инхэм Сабий фондыр пэлъэщынымкIэ щIэгъэкъуэнышхуэ къытхуэхъурт ди Президентыр.
Япэ сыщыхуэзам щыгъуэ, КIуэкIуэм къызжиIауэ щытащ лэжьыгъэм зэрызезгъэузэщIыну унэтIыныгъэхэр. «Фондыр сыт щыгъуи къулейуэ щытынущ. Абы и мылъкум махуэ къэс жыхуиIэм хуэдэу хэгъэхъуэным республикэ унафэщIхэм гулъытэ хэха хуэтщIынущ. Фэ фи къалэныр а мылъкур абы ипэжыпIэкIэ хуэныкъуэ сабийхэм хуэвутIыпщынырщ, — къыхигъэщырт абы. – Гулъытэншэ фымыщI бынунагъуэхэшхуэхэм, хэхъуэ мащIэ фIэкIа зимыIэ унагъуэхэм ис сабийхэри. ИхъуреягъкIэ рынок зэхущытыкIэм щыхуэкIуа лъэхъэнэм, абы увыпIэ щызымыгъуэта адэ-анэхэм я бынхэр фи дэIэпыкъуныгъэм хуабжьу хуэныкъуэщ».
Лэжьыгъэр щыдублэм, япэу гу зылъыттахэм ящыщ зи узыншагъэмкIэ сэкъат зиIэ, узыфэ гъэтIылъахэр зыпкърыт сабийхэр. Ахэр къызэщIедгъэубыдауэ щытащ «Диабет», «Зи тхьэкIумэм зыхимых сабийхэр» программэхэм. ИужькIэ, Президентым къыдита чэнджэщым дытету, унагъуэхэм щапI сабийхэми дынэсащ. Абыхэм папщIэ къызэдгъэпэща «Узыншагъэ», «Социальнэ дэIэпыкъуэгъу», «Сабий зэчиифIэхэр», нэгъуэщI программэхэри хуэунэтIат ныбжьыщIэхэм нэсу заужьынымкIэ Iэмалхэр етыным, абыхэм гъащIэм и IэфIыр зыхегъэщIэным.
КIуэкIуэр хуабжьу къыхуэнабдзэгубдзаплъэрт ди фондым. Абы къытхуигъэхьырт и тхылъхэм къыпэкIуэ гонорархэр, хэхыныгъэхэм деж къыхуаутIыпщ мылъкум щыщи и щхьэ IуэхукIэ къимыгъэсэбэпу ди фондым къыхилъхьэрт. СощIэж: Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и Президентым Ипщэ Федеральнэ щIыналъэм хыхьэ субъектхэм я унафэщI псоми джип зырызыххэ къащритам щыгъуэ, КIуэкIуэм ейр тыгъэ хуищIыжауэ щытащ республикэм щыпсэу, бын 14 зыпI унагъуэшхуэм. Абы и апхуэдэ жэрдэмхэр щапхъэ яхуэхъурт Правительствэм хэт адрей къулыкъущIэхэми икIи дэIэпыкъуэгъу къытхуэхъурт.
Сабийхэр фIыщэу зэрилъагъур и нэгум къищырт КIуэкIуэм. Ар цIыкIухэм щепсалъэкIэ, и нитIым къыщIих гуфIэгъуэмрэ дэрэжэгъуэмрэ плъагъуну куэд и уасэт.
УМЭ Светланэ,
КъБР-м и Сабий фондым и унафэщI. 2011 гъэ
ЦIыху щыпкъэ
Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыху щэджащэу,
Гупсысэ куухэр зигу къыхэкIа,
Хэкум и гъащIэр зэи пщымыгъупщэу,
ЦIыхушхуэ лъапIэу къытхуигъэщIа.
Уэ уи чэнджэщкIэ Хэкур ефIакIуэу,
Ди Хэку Iумахуэм ухуэIэфIащ.
Уи гур къеуэхукIэ пэжым ухуэкIуэу,
КIуэкIуэ Валерэ укъытхэтащ.
ЦIыхупсэ IэфIым и узэщIакIуэу,
ЦIыхубэ лъэщыр фIым ныхуэпшащ.
Лэжьыгъэ инхэм я зэхэщIакIуэу,
Гъуэгушхуэ иныр Тхьэм къуипэсащ.
Пызощэ пэжым: къэрал лэжьакIуэу,
Уэ ди цIыхубэр ебгъэфIэкIуащ.
Кавказ щIыналъэм и ущиякIуэм
Урысей хэкури уэ къодэIуащ.
ЛIыгъэр уи гъащIэм зэи бгъэдэмыкIыу,
Хэкур гуфIэгъуэм хэткIи хуэпшащ.
Дыгъэм и нурым зэи утемыкIыу,
Къэбэрдей-Балъкъэрым урипэшащ.
Ящымыгъупщэу уи Iэужь дахэр
Псэм ехуэбылIэу топсэлъыхьыж.
Къытхуэбгъэнащи фэеплъ мыкIуэщIыр
Гуапагъэ IэфIкIэ ягу укъокIыж.
ЩЭРДАН Хьэсэнбий,
Ислъэмей къуажэ. 2021 гъэ
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "101159.txt"
} |
ЦIыхубэм я къыщхьэщыжакIуэ
КъБР-м и япэ Президенту щыта КIуэкIуэ Валерэ Мухьэмэд и къуэр къызэралъхурэ илъэс 80 ирокъу
ДызыхуэкIуэ блыщхьэм къызэралъхурэ илъэс 80 ирокъу къэрал, политикэ лэжьакIуэ гъуэзэджэ КIуэкIуэ Валерэ. Абы ирихьэлIэу ди республикэми къэралым и нэгъуэщI щIыпIэхэми зэIущIэхэр, щIэныгъэ-практикэ конференцхэр, гъэлъэгъуэныгъэхэр щокIуэкI. Дэри «Адыгэ псалъэм» и нобэрей къыдэкIыгъуэм и 1-3-нэ напэкIуэцIхэр а хэкулI цIэрыIуэм, цIыхухэм я гум IэфIу къинэжам и гъащIэ гъуэгур зэрырихьэкIам, къыдэлэжьахэм я гукъэкIыжхэм хухэтхащ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и япэ Президент КIуэкIуэ Валерэ Мухьэмэд и къуэр Къэбэрдей-Балъкъэрым хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм 1941 гъэм жэпуэгъуэм и 18-м къыщалъхуащ. Курыт школыр къиуха нэужь, абы агроном IэщIагъэмкIэ щIэныгъэ нэхъыщхьэ щызригъэгъуэтащ КъБКъУ-м. Еджэн нэужьым, 1964 гъэм, КIуэкIуэм и IэщIагъэмкIэ лэжьэн щыщIидзащ Бахъсэн куейм щызэхэт «Трудовой горец» колхозым. 1970 гъэм Мэкъумэш хозяйствэм и экономикэмкIэ союзпсо щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым и аспирантурэр Москва къыщиухри ар лэжьакIуэ ирагъэблэгъащ КъБАССР-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм и къудамэм и унафэщIу, иужькIэ «Лэскэн» совхозым и директор ящIащ.
1974 гъэм къыщыщIэдзауэ илъэси 9-кIэ КIуэкIуэ Валерэ Аруан щIыналъэм и Iэтащхьэу лэжьащ. А лъэхъэнэм наIуэ къэхъуащ IэщIагъэлIым хэлъ зэфIэкI лъагэхэр, Iуэху зехьэкIэ пэрытыр. УнафэщI щыпкъэм, лэжьыгъэм и къызэгъэпэщакIуэ IэкIуэлъакIуэм и нэIэм щIэт куейр щIэх дыдэу республикэм и экономикэм хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщI щIыналъэ ищIащ, ехъулIэныгъэ лъагэхэр зыIэригъэхьэу.
Къэралыр щытыкIэ гугъум щихуа 90 гъэхэм ирихьэлIэу КIуэкIуэ Валерэ КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Тхьэмадэт. Республикэм къыщыхъуа зэпэщIэувэныгъэр игъэупщIыIун папщIэ, политик Iущым икIи жыжьэрыплъэм хэкIыпIэхэр къигъуэтащ. Ар и къулыкъум текIащ, жылагъуэ Iуэхур и щхьэ закъуэ Iуэхум япэ иригъэщри. АрщхьэкIэ мази 4 нэхъ дэмыкIыу, ди республикэм и цIыхубэм политик цIэрыIуэм, къэрал лэжьакIуэ пашэм аргуэру и дзыхь иригъэзащ: КIуэкIуэ Валерэ хахащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и япэ Президенту.
Акъылышхуэ зыбгъэдэлъ политик Iущым хузэфIэкIащ жылагъуэр зэрыхуа щытIыкIэ хьэлъэм къришу щIыналъэм зэпIэзэрытыныгъэр щызэтриублэжын, лъэпкъ зэпэщIэувэныгъэрэ лъы гъажэрэ Iуэхум къыхимыгъэхьэу. Республикэм щыпсэу цIыхухэм яку дэлъ зэхущытыкIэфIыр гъэбыдэным, абы лъэпкъ зэгурыIуэныгъэрэ зэдэIуэжыныгъэрэ илъыным хущIэкъуащ КIуэкIуэ Валерэ. ЩIыналъэм и экономикэ лъэщагъым хэгъэхъуэным, псэукIэм и фIагъыр къэIэтыным – апхуэдэ Iуэхугъуэхэрщ мычэму зэлэжьар къэрал, жылагъуэ-политикэ къулыкъущIэр. Апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэм и фIыгъэкIэ зэман кIэщIым къриубыдэу республикэм щытепщэ хъужащ зэгурыIуэныгъэмрэ зэпIэзэрытыныгъэмрэ. Абыхэм дыхуашащ социально-экономикэ ехъулIэныгъэщIэхэр зыIэрыдгъэхьэным.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и япэ Президентыр сыт щыгъуи хущIэкъуащ Урысей Федерацэр гъэбыдэным, хыхьэ щIыналъэхэм щхьэхуитыныгъэ яIэн зэрыхуейри IэщIыб имыщIу. Ди республикэм и къэкIуэну дахэр абы, псом япэрауэ, зыхилъагъуэр и Iыхьэу зыхэт къэралым и лъабжьэр гъэбыдэнырт. Апхуэдэу КIуэкIуэ Валерэ и фIыгъэкIэ ди щIыналъэм экономикэ, щэнхабзэ зэпыщIэныгъэ куухэр хуиIэ хъуащ гъунэгъу республикэхэм, областхэм, крайхэм. Ноби ефIакIуэ а зэдэлэжьыныгъэхэр сэбэп яхуэхъуащ лъэныкъуитIми я социально-экономикэ зыужьыныгъэм.
КIуэкIуэ Валерэ пщIэшхуэ щиIащ Къэбэрдей-Балъкъэрми Урысей Федерацэми. УФ-м ФедерацэмкIэ и Советым и УнафэщIым и къуэдзэу, Къэрал Советым хэту, ар жыджэру хэлэжьыхьащ мыхьэнэшхуэ зиIэ къэрал Iуэхухэр зэфIэхыным, къэрал унафэхэр къэщтэным икIи гъэзэщIэным.
Бгъэдэлъа зэфIэкI лъагэхэм, псэ хьэлэл лэжьыгъэ иным къыпэкIуащ жылагъуэ, къэрал гулъытэшхуэ. КъБР-м, УФ-м я политикэ, экономикэ, щэнхабзэ зыужьыныгъэхэм хуищIа хэлъхьэныгъэр къалъытэри, КIуэкIуэ Валерэ къыхуагъэфэщащ къэрал дамыгъэ куэд. Абыхэм ящыщщ «Хэкум и пащхьэм щиIэ фIыщIэхэм папщIэ» орденым и II, III нагъыщэхэр, ГуащIэдэкIым и Бэракъ Плъыжьым, «ЩIыхьым и дамыгъэ», Ныбжьэгъугъэм, Жэпуэгъуэ Революцэм я орденхэр.
КЪАРДЭН Маритэ16.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "101163.txt"
} |
ЦIыкIураш
Кърухэм я шыпхъу
ЦIыкIураш, Нало Заур и тхыгъэхэр пцIыхурэ? ШыпсэкIэ, хъыбаркIэ, усэ цIыкIухэмкIэ къулейщ Нало дадэ… И бжьыхьэр дыщафэу, и уэшхыр нэжэгужэу, и дыгъэр гуапэу, и уафэр къабзэу, и псыIэрышэр псалъэу, и бзухэм уэрэд кърашу! ЦIыкIухэм къыфхуэупсащ и гумрэ и псэмрэ къыIэпыкIа хъугъуэфIыгъуэхэмкIэ. И тхыгъэхэм фагъэсэнущ, фи гум дахагъэ къыщагъэушынущ, фи гукъыдэжыр къаIэтынущ, фагъэгушхуэнущ. Дыкъевгъаджэ Нало Заур и зы хъыбар.
Зузэхэ я гъунэгъур щакIуэт. Абы и хабзэт фоч иIыгъыу дэкIрэ махуэ псокIэ къэту. КъэкIуэжа нэужь, хьэблэ цIыкIур зэхуишэст аби, къущхьэмышх тIыгъуа яригъэшхырт, псысэ телъыджэхэр къажриIэрт.
Зузэ фIыуэ илъагъурт я гъунэгъур…
Йоуэри, зы пщэдджыжь гуэрым Зузэр жьыуэ къагъэуш.
— Нажэ псынщIэу, — жи мамэ, — кърухэр мэлъэтэж.
Зузэ ищIэртэкъым къру жыхуаIэр. ИгъащIэм илъэгъуатэкъым. ИтIани, щIож. ЦIыхухэр къыщIэкIауэ хэт пщIантIэм дэту, хэти уэрамым тету уафэмкIэ доплъей.
Зузи доплъей, илъагъунур сытми имыщIэу. Уафэ джабэм кIэрыту къуалэбзу кIапсэшхуэ къуршымкIэ макIуэ. Уафэр къащхъуэщ, кIапсэр фIыцIэщ. «Уарэ, мыхэра хъунщ кърукIэ зэджэр!» — жи хъыджэбз цIыкIум игукIэ. Ахэр кIапитI зэгуэту макIуэ, щэнауэхэурэ. «Уарэ, арэфым ещхьу увахэщ»,- жи Зузэ игукIэ: къру пашэм и дамэшхуэхэр ищIурэ йоIэ къуршымкIэ. Абы и бгъуитIымкIэ къру зырыз кIэлъокIуэ. Зым яужьым, заукъуэдияуэ, къру кIапсэшхуэ итщ. Адрейм яужь итхэр къру кIапсэ кIагуэщ — зытхух фIэкIа хъуркъым.
Кърухэр зэблэпсэлъыкIыурэ уэрэд жаIэ: «къру-къру, къру-къру, къру-къру…»
Зузэ игу ирохь кърум я уэрэдыр. Дунейр нэхъ дахэ, нэхъ бзыгъэ мэхъу, дыгъэри нэхъ хуабэу къопс, мами нэхъ дахэж мэхъу.Езы цIыкIуми игукIэ жеIэ а уэрэдыр: «къру-къру, къру-къру…»
Псори мэгуфIэ. ЩIалэжь цIыкIухэм къажыхьурэ кърухэм уэрэдкIэ йоджэ:
Къру-къру, дэмокъуэ,
КIапсэшхуэ!
Къру-къру дэмокъуэ,
КIапсэшхуэ!..
Пщыхьэщхьэм хъыбар къоIу: щакIуэм къру къихьащ, жаIэри. Зузи мажэ абы еплъыну. Здэжам… кърур унэкум илъщ, зэпкърылэла мыгъуэу, и бгъэгур лъым ириIауэ.
Зузэ ар и жагъуащэ мэхъури, щIыбкIэ къикIуэтурэ, къыщIокIыж.
Абы иужькIэ, ар щакIуэм и псыси яхуедэIуэжакъым, къущхьэмышх къыхуишиякIи къыIихыжакъым.
Мис абдеж Зузэм «кърушыпхъу» къыфIащащ.
МыIэрысэ
ЦIыкIухэ, мыIэрысэм теухуауэ гъэщIэгъуэнхэр вжетIэнущи, фигу ивубыдэ. МыIэрысэ фшхырей: ар IэфIщ, узыншагъэмкIи сэбэпышхуэщ.
— КъэхутакIуэхэм жаIэ мыIэрысейр ди эрэм и пэкIэ илъэси 6500-кIэ узэIэбэкIыжмэ къагъэкIыу щытауэ.
— ИнджылызыбзэкIэ мыIэ-
рысэм зэреджэр «apple»-щ. Ар Аполлон и цIэм къытекIащ. Абы и щхьэусы- гъуэщ пасэрей алыджхэм мыIэрысейр Аполлон и тхьэ жыгыу къалъытэу зэрыщытар.
— МыIэрысэ лIэужьыгъуэу дунейм 7000 къыщабж. А бжыгъэм зэпымыууэ хохъуэ, мыIэрысэ лIэужьыгъуэхэр зыбжанэу зэдэзыгъакIэ жыггъэкIхэм я фIыгъэкIэ.
— Гу лъыфтакъэ: мыIэрысэр псым хэхуэмэ, щIигъэтIысыкIыркъым. И Iыхьэ плIанэр хьэуа защIэщ…
— Узыншагъэм сэбэп хуэхъу витаминхэр мыIэрысафэм и лъабжьэм щызэхуэхьэсащ. МыIэрысафэр трагъэжурэ къыватмэ, яхуэвмыдэ — и фэр телъу фшхыи, узыншагъэщ.
— ГъэщIэгъуэнкъэ: мыIэрысэм и плъыфэми мыхьэнэ иIэщ. Удзыфэм дзэмрэ дзэлымрэ егъэбыдэ, гъуэжьыр иммунитетымкIэ сэбэпщ, плъыжьым гур фIыуэ егъэлажьэ.
— МыIэрысэм я нэхъ IэфIыр, къэуат нэхъыбэ зыщIэлъыр зэгуэбгъэжа нэужь нэхъ щIэх дыдэ гъуабжэ къызыщIыхьэрщ.
Иджыри… МыIэрысэр щIэныгъэми «хэлэжьыхьащ». Хъыбар щыIэщ 17-нэ лIэщIыгъуэм псэуа инджылыз щIэныгъэлI Ньютон Исаак и къэхутэныгъэ цIэрыIуэм мыIэрысэр сэбэп къыщыхуэхъуауэ. Жыг щIагъ зыщIэсым мыIэрысэ къыпыхури, удзыпцIэм хэхуат. Асыхьэтым Ньютон егупсысащ: «Ар щIехуэхым сыт и щхьэусыгъуэ?!» Абы и сэбэпкIэ, «зэзышалIэ къарум» и щэхур къихутащ.
НАФIЭДЗ Заремэ.
Сурэтыр Къарей Элинэ ейщ.
Зыри зимыIэм выжьитI иIэт…
Еуэрэ-еуэрэт, жи. Зыри зимыIэм выжьитI иIэти, хьэмэшыпхэмкIэ кърихуэкIым-кърихуэкIыурэ, джалэри, и нэм хъуаскIибл къыщIипхъри, плIанэпиблым дипхъащ. Къыщылъэтыжри:
— Уэ улъэщ-улъэщ, мыл? — жиIащ, жи.
— Сэ сылъэщмэ, дыгъэм сегъэври.
— Уэ улъэщ-улъэщ, дыгъэ?
-Сэ сылъэщмэ, пшэм сыкъуелъафэри.
— Уэ улъэщ-улъэщ, пшэ?
— Сэ сылъэщмэ, жьым сызэрехуэри.
— Уэ улъэщ-улъэщ, жьы?
— Сэ сылъэщмэ, уэшх къысфIошхри.
— Уэ улъэщ-улъэщ, уэшх?
— Сэ сылъэщмэ, щIым срефри.
— Уэ улъэщ-улъэщ, щIы?
— Сэ сылъэщмэ, удз къыстокIэри.
— Уэ улъэщ-улъэщ, удз?
— Сэ сылъэщмэ, мэлхэм сашхри.
— Уэ улъэщ-улъэщ, мэл?
— Сэ сылъэщмэ, пщыжь-уэркъыжьхэм сашхри?
— Уэ улъэщ-улъэщ, пщыжь-уэркъыжь?
— Сэ сылъэщмэ, си къамышы Iэпэпс дзыгъуэм пешхыкIри.
-Уэ улъэщ-улъэщ, дзыгъуэ?
— Сэ сылъэщмэ, наужьым сешхри.
— Уэ улъэщ-улъэщ, наужь?
— Ахьай сылъэщ! Сэ сымылъэщмэ, хэт лъэщ? Зэгъунэгъуибгъум я шэ пэгунибгъум сыкъыхофри, гуащэм и щхьэнтэ кIапэм «пыху» жезгъэIэу сожейри, сытелъщ! — щыжиIэм, лIыр къыхуилъащ, жи:
— ХьэдрэтыпцI ухъуи ар! Тыхъ! — жиIэри.
Наужьыр щтэри, щхьэгъубжэмкIэ дэлъащ; щхьэгъубжэ лъабжьэм деж дыгъэм зригъэууэ зы хьэпшыр цIыкIу щылъти, ар щилъагъум, нэхъ Iеижу щтэри, дэшхуеижьым дэжеящ. Жэщ хъуху къемыхыжыфу тесащ, жи, «нау, нау» — жиIэу пщIэууэ. Жэщ хъури, хьэпшырыр Iуахыжа нэужьщ къыщехыжыфар.
Iэбэдзыуэ
Мыбы сабий зыбжанэ ириджэгу мэхъу, ауэ тIу нэхъ мащIэр джэгуфынукъым. Зым и IэщIыр адрейм IэпхъуамбитIкIэ еубыд, фэр иIыгъыу, ещанэми етIуанэм ейр, еплIанэми ещанэм ейр еубыдри, Iэ зэрыубыдахэр ягъэуфафэ, мыхэр жаIэурэ:
Iэбэдзыуэ дзыуэ- дзыуэ,
Iэбэдзыуэ дзыуэ-дзыуэ,
Iэбэдзыуэ дзыуэ-дзыуэ!
Апхуэдэурэ джэгухэр бэлэрыгъа нэужь, мыбэлэрыгъа зым, «Тр-р-р!» жеIэри, бзу нэхъей, и Iэхэр егъэлъэтэж, езым «къылэ-къылэ» жиIэурэ бэлэрыгъахэр егъэкIыл, псори апхуэдэурэ зэрогъэдыхьэшх.
Аргуэру къыщIадзэжурэ джэгу мэхъу зэрыхуейм хуэдизрэ.
ХьэпIацIэ
нокIуэрэ
Iэпхъуамбэхэр хуэмурэ ягъэбакъуэурэ, сабийм и лъакъуэм е и Iэм деж къыщрагъажьэри, и пщэм нэс драгъэкIуей, мы усэ цIыкIур жаIэурэ:
ХьэпIацIэ нокIуэрэ, нокIуэрэ,
ХьэпIацIэ нопщрэ, нопщрэ,
ХьэпIацIэ уи пщэм
Ныдопщхьэрэ, ныдопщхьэрэ —
Къылэ-къылэ-къылэ! — жаIэри, сабийм и пщэр ягъэтхытх хуэдэу ящIурэ, ягъэдыхьэшх.
ЯпэщIыкIэ сабийхэр шынэ хуэдэу мэхъури, кIийуэ щIопхъуэ, итIанэ йосэжри, мэдыхьэшх, ауэрэ езыхэми хьэпIацIэ къыпхуагъакIуэурэ къыбдоджэгу, езыхэри зэдэджэгужу щIадзэ.
Хьэх Сэфарбий
Щыхьым и жыг
Хьэмид и адэр бжьахъуэт. Губгъуэм ист зэзэмызэ фIэкIа къыдэмыхьэжу. Зы пщэдджыжь ар пIащIэу къэкIуэжащ.
— КIуэ, тIасэ, пщыIэм дэкI. Ашыкхэм зэран яхуэхъуIамэ, жызоIэри, согузавэ, — зыхуигъэзащ абы Хьэмид.- Сэри зызгъэгувэнкъым, иджыпсту сыныдэкIыжынщ.
Хьэмид иджыри къэтэджатэкъым. И гуапэ хъуакъым къыжраIар. Щхьэхырт, и жеини къакIуэрт. Адэр абы тIэу-щэ щхьэщыхьащ, къытригъэзэжурэ. Сытми, ерагъкIэ къыщыпщащ щIалэ цIыкIур. Хущхьэрт, щатэрт.
— Сэ си закъуэ сытесыфынукъым абы, — жеIэ и нэр щIиукъуанцIэу и адэм къеплъурэ, — сошынэ!
— Махуэ шэджагъуэм сыт шынэ, зиунагъуэрэ?.. Механизаторхэри мыжыжьащэу щовэ.
Хьэмид «хъунщ» жиIэртэкъым. Щыст, и Iупэр къыIуригъэпIиикIауэ.
Асыхьэтым гъунэгъу щIалэ цIыкIу Щыхьым къыдыхьащ.
Сэ сынэкIуэнщ, Хьэмид, уи гъусэу, — жиIащ абы. — Ауэ сытми сфIэфI сэ губгъуэр!
КIуэурэ мэзым пыхьэж губгъуэшхуэм пхыкI гъуэгум пэмыжыжьэу щыт кхъужьейм бгъэдэт пщыIэм тесщ «бжьахъуитIыр». Хьэмид иджыри зэпимыгъэуауэ мэхущхьэ, мэщатэ, зызэфIеш. Щыхьым къыщIэкIауэ хьэмбыIуу щыс къыпфIэщI ашыкхэм яхоплъэ. ЗащигъэнщIыркъым хьэуа къабзэм, пщэдджыжь дыгъэм, бзу цIыкIухэм къраш уэрэдым.
Асыхьэтым Хьэмид пщыIэм къыщIокI джыдэ иIыгъыу.
— Си фэеплъ къэзгъэнэнущ! — жеIэ абы. — МакIуэри, куууэ хиупщIэурэ, кхъужьейм и цIэр пIащэу третхэ.
— ИгъащIэкIэ блэкIми къыблэкIыжми ялъагъуу тетынущ ар, — жеIэ Хьэмид, и «лэжьыгъэр» зэфIигъэкIа нэужь, гуфIэу.
Щыхьыми мурад ищIащ и фэеплъ гуэр къигъэнэну. Мэзым жэщ, жыгыщIэ цIыкIу къихьри, пщыIэ бжэIупэм щыхисащ.
… Фэбжь зыгъуэта кхъужьейр зэригъукIыжрэ незэман. Итаи имытаи. Щыхьым хиса жыгым губгъуэшхуэм лъагэу зыщиIэтащ. Абы и щхьэкIэ баринэ дахэм пщэдджыжь-пщыхьэщхьэкIэрэ бзу цIыкIухэм уэрэд къыщраш, шэджагъуэ хуабэ хъуамэ, губгъуэм ит лэжьакIуэхэм я зыгъэпсэхупIэщ. Зэреджэри Щыхьым и жыгщ.
ШабзитI
ШабзэкIэ уэфу зызыгъасэ щIалэ цIыкIум шабзитI къищтэри, лэжьыгъэм пэрыуващ. АрщхьэкIэ, и гъэсакIуэм зы шабзэр къыIихри, лъэныкъуэкIэ Iуихащ.
— ЕтIуанэ шабзэр щхьэ къысIыпха? — щIоупщIэ щIалэ цIыкIур.
— Сэ къыпIысхар етIуанэракъым, атIэ япэ шабзэрщ. Сыту жыпIэмэ, япэ шабзэр тIум щыгъуэми пхутегъэхуэнутэкъым.
— Сыт щхьэкIэ?
— Иджыри зы Iэмал узэриIэм ущыгугъыурэ, япэр къыпхуэгъэсэбэпынутэкъым.
Къэзан ФатIимэ
КъебжэкI
— Джэдэщыбжэр уэ Iупха?
— Сэ Iусхащ.
— Джэдкъуртыжьыр
къыщIэпкIа?
— КъыщIэпкIащ.
— Нартыху IэгукIэ уэ епта?
— Сэ естащ.
— Псори занщIэу ищыпа?
— Ищыпащ.
— Къуртыр абгъуэм
щхьэщыкIа?
— ЩхьэщыкIащ.
— Улъэпхъащэу ежьэжа?
— Ежьэжащ.
— Нанэ хуабжьу
бгъэгубжьа?
— Згъэгубжьащ.
— Къуртым лъыхъуэу
къикIухьа?
— КъикIухьащ.
— Къигъуэтыжу къихужа?
— Къихужащ.
— Ар джэдэщым щIихуэжа?
— ЩIихуэжащ.
— Бжэри быдэу хуищIыжа?
— ХуищIыжащ.
— Уэри нанэ къошхыда?
— ТIэкIу шхыдащ.
— Унэм лъейуэ ущIихуа?
— СыщIихуащ.
— Къэвлэжьащи мис иджы,
Мис иджы
ТIури унэм фыщIэсынщ!
— ДыщIэсынщ.
КIэпхъ дывгъэщI
Бжьыхьэм тхьэмпэ зэмыфэгъухэр къыIэпощэщ. ЦIыкIураш сымэ яфIэфIщ ахэр къащыпурэ Iэрамэу зэхуахьэсын. Девгъауи, тхьэмпэхэм кIэпхъ сурэт къыхэдывгъэщIыкI. Сыт абы папщIэ тщIэн хуейр? Тхьэмпэм я нэхъ дахэр къыхыдощыпыкI, тхылъ зэхуакум дыдогъапщкIуэри, махуэ зытIущкIэ дыдогъэлъ, упIэщIауэ къыдэтхыжынущ. ТхылъымпIэ напэ Iув, шхэпс, къэрэндащ къыдогъэхьэзырри, кIэпхъ сурэтым зыдопщыт:
Ди кIэпхъыр къызыхэтщIыкIыну тхьэпмэхэр къыхыдощыпыкI: инагъ-цIыкIуагъ, плъыфэ елъытауэ.
КIэпхъым и теплъэр догъэхьэзыр: пкъыр, кIапэр, щхьэр, лъакъуэхэр, тхьэкIумэхэр. Ахэр зэпыдолъхьэ.
3.Гъуэрыгъуэурэ дэтхэнэри шхэпскIэ тхылъымпIэ Iувым кIэрыдогъапщIэ. И пкъыр япэу кIэрыбгъапщIэмэ, адрейхэр нэхъ тыншу къыпыувэнущ. Къэрэндащ фIыцIэкIэ нэрэ пэрэ худощIыж.
Къагъырмэс Борис
Цыжьбанэ
И джэдыгур абы банэщ,
Щынэхъ хуабэми ар щыгъщ.
Жэщым, шынэу къимыгъанэу,
Джэджьеихьэ макIуэ — дыгъущ.
Унагъуэхьэм иубыдамэ,
Топым хуэдэу зещI хъурей.
Хьэ губжьар абы епхъуамэ,
ЕгъэпщIэу, дрегъэлъей.
Мастэпэбдзу, жанщ и банэр,
УкъеуIэ уеIэбам.
И джэдыгур сыт зэманми
Арщ щIыщыгъыр, фымыщIам.
Псалъэзэблэдз
ЕкIуэкIыу: 1. Гъатхэ нагъыщэ, псэущхьэфI нэщэнэ. 2. КъанитI зэрошхри, яку шхын къыдокI. 3. Жэщ уэздыгъэ, губгъуэ гъэдахэ. 4. Къадз-надзу унэм исыр зыгъашхэ. 5. Блыным зыщигъазэу, зэман пызыбжыкI. 6. Бжэным и фэ бым-бым, башым и щхьэ бым-бу.
Къехыу: 1. Адакъэ мыщу хьэщIэщ кIуэрей.
Зыгъэхьэзырар БИЦУ Жаннэщ.
Жэуапхэр:
ЕкIуэкIыу: 1. Щынэ; 2. Щхьэл; 3. Мазэ; 4. Кхъузанэ; 5. Сыхьэт; 6. Бэрэбан.
Къехыу: 1. Щхьэнтэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "101166.txt"
} |
ЗэпэщIэтыныгъэ гуащIэм бжыгъэр къыщызэIуахакъым
«Форте» (Таганрог) — «Спартак-Налшык» (Налшык) — 0:0. Таганрог. «Форте Арена» стадион. Жэпуэгъуэм и 17-м. ЦIыху 300 еплъащ.
Судьяхэр: Головко (Волгоград), Охрименкэ (Мейкъуапэ), Зыбин (Мэзкуу).
«Форте»: Москаленкэ, Мироник, Погребняк, Абдуллин, Ахмеджанов, Машэжь (Малыш, 83), Захаров (Гайдуков, 83), Могилев, Пащты (Вяткин, 74), Магомедов (Малоян, 65).
«Спартак-Налшык»: Антипов, Сындыку, Ольмезов, КIэдыкIуей, Шумахуэ И., Хьэшыр, Дэхъу, Черткоев, Жангуразов (Торосян, 90), ЛIуп, Бэчбо (Шумахуэ З., 88).
Дагъуэ къыхуащIащ: Жангуразовым, Черткоевым, Ахмеджановым, Пащтым, Хьэшырым, Сындыкум, КIэдыкIуейм, Погребняк,
Джэгум къыхахуащ Ахмеджановымрэ КIэдыкIуеймрэ.
Футбол Лъэпкъ Лигэм и етIуанэ дивизионым щекIуэкI зэхьэзэхуэм «Спар-так-Налшыкыр» Таганрог щыIущIащ «Форте»-м. Ар нэхъри хьэлэмэт ищIырт хьэрхуэрэгъухэм зэрахэтым нэхъапэм ди командэм и пашэу щытахэу Пащты Русланрэ Машэжь Ратмиррэ. А тIуми хъарзынэу зыкъагъэлъэгъуащ.
Турнир таблицэм щыпашэхэм ящыщ хэгъэрейхэм драгъэкIуэкIа зэIущIэр налшыкдэсхэм жыджэру къыщIадзащ. Япэ дакъикъэхэм щегъэжьауэ тепщэныгъэр зыубыда «Спартак-Налшыкыр» ерыщу ебгъэрыкIуэн иригъэжьащ. Топыр мащIэ дыдэу фIэкIа къызыIэрымыхьэ таганрогдэс-хэр Iэнкун къэхъуат, я лъэныкъуэмкIэ зыщагъэбыдауэ зыхъумэжыныгъэм нэхъ телажьэрт. ДжэгупIэ губгъуэр хуит къызыхуэхъуа ди щIалэхэм Москаленкэ и гъуэм зэрекIуэлIэн Iэмал зэхуэмыдэхэр къалъыхъуэрт.
Гупхэм я зэпэщIэтыныгъэ жыджэрым и щыхьэтщ футболистхэм джэгум къыщыхуащIа дагъуэхэм я бжыгъэр (10!).
ХьэщIэхэм я тепщэны-гъэр нэхъ наIуэ хъуащ етIуанэ дагъуэ къыхуащIам къыхэкIкIэ «Форте»-м и гъуащхьэхъумэныкъуэ Ахмеджановыр джэгум къыщыхахуам. «Спартак-Налшыкым» и ебгъэрыкIуэныгъэхэм ящыщ зым гъуэм дыхьэ топым щхьэкIэ къригъэгъэзащ хэгъэрейхэм я гъуащхьэтетым. Дакъикъэ зыбжанэ нэхъ дэмыкIыу бжыгъэр къызэIуихыну IэмалыфI дыдэ къыхукъуэ-кIат Жангуразовым. Штрафнойм и кум иту ар лъэщу зэуа топыр зымащIэкIэ гъуэм блэлъэтащ.
Налшыкдэсхэм я ебгъэрыкIуэныгъэр щIэужьыхащ етIуанэ дагъуэ къыхуащIам и зэранкIэ КIэдыкIуейр зэIущIэм къыщыхахуам. Абы къыщыщIэдзауэ джэгур зэпIэзэрыт хъужащ икIи бжыгъэр къызэIуамыхауэ зэпэщIэтыныгъэр иухащ.
ЗэIущIэм къыщахьа зы очком и фIыгъэкIэ «Спартак-Налшыкыр» турнир таблицэм зы увыпIэкIэ щыдэкIуэтеящ. Ещанэ-еплIанэ увыпIэр зэдэзыгуэшу щыта Мэхъэчкъалэ и «Динамо»-мрэ «Форте»-мрэ зэщхьэщыкIыныгъэ ягъуэтащ Дагъыстэным и командэр текIуэу таганрогдэсхэм очкоитI яфIэкIуэда иужь.
ЕпщыкIуплIанэ джэгугъуэм и адрей зэIущIэхэм мыпхуэдэ бжыгъэхэр къарикIуащ: «Динамо» (Ставрополь) — «Черноморец» (Новороссийск) — 1:1, «Динамо» (Мэхъэчкъалэ) — «Мэшыкъуэ-КМВ» (Псыхуабэ) — 2:1, «Кубань-Холдинг» (Павловскэ) — «Чайка» (Песчанокопскэ) — 0:1, «Ротор-2» (Волгоград) — «Легион-Динамо» (Мэхъэчкъалэ) — 1:0, СКА (Дон Iус Ростов) — «ЕсэнтIыгу» (ЕсэнтIыгу) — 1:0.
КъыкIэлъыкIуэ джэгугъуэр «Спартак-Налшыкым» и унэ щригъэкIуэкIынущ. Жэпуэгъуэм и 23-м абы къригъэблэгъэнущ Мэхъэчкъалэ и «Динамо»-р.
Жыласэ Замир.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "101178.txt"
} |
Замудин и тхылъым иращIэкIа пшыхь
Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и сурэтыщI, Урысейм и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэт, цIыхубэ IэпщIэлъапщIэ ГъукIэ Замудин къыдигъэкIа «Адыгэ къамыл» тхылъыщIэм теухуа пшыхь иджыблагъэ Сэралъп Мадинэ и Арт-центрым щекIуэкIащ.
Илъэс зыбжанэ ипэкIэ Замудин Налшык утыку къыщрихьауэ щытащ «Адыгэ шыкIэпшынэм и атлас» фIэщыгъэм щIэт тхылъ гъэщIэгъуэныр.
Иджырей къыдэкIыгъуэр IыхьитIу гуэшащ. Япэр адыгэ къамылым и тхыдэм, Замудин и къэхутэныгъэхэм ятеухуащ, етIуанэ тхылъыр итхыну тезыгъэгушхуа щхьэусы-гъуэхэм хуэгъэпсащ. Замудин жеIэ къамылым и къекIуэкIыкIар джын щыщIидзам гъэщIэгъуэн куэд къызэрихутар икIи къызэрымыкIуэу а Iуэхум зэрыдихьэхар. «Сырынэ», «бжьамий», «къамыл» цIэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ адыгэр зэджэ макъамэ Iэмэпсымэм лъэпкъым и гъащIэм увыпIэ хэха щеубыд. Пэжщ, апхуэдэ Iэмэпсымэ лъэпкъ куэдым яIэщ, ауэ адыгэм ейм нэхъ пэгъунэгъуу къахутар монголхэм я «соло»-ращ. ГъукIэм зэрыжиIэмкIэ, къамылыр нэхъыбэу мэлыхъуэ Iэмэпсымэу щытащ. Абы и щыхьэту мэл егъажьэ (пщэдджыжьым), хъупIэдэш макъамэхэр къытхуэнауэ диIэщ.
ЩIэныгъэлI цIэрыIуэхэу Гъут Iэдэм, Унэрокъуэ Рае (филологие щIэныгъэхэм я докторщ), Соколовэ Аллэ (искусствоведенэмкIэ докторщ, профессорщ) сымэщ тхылъым и редакторыр. Пэублэ псалъэр зытхар Урысей гъуазджэм и тхыдэмкIэ институтым и лэжьакIуэ Болэт Динарэщ.
ГъукIэ Замудин зэIущIэм щытепсэлъыхьащ адыгэ къамылым макъамэм и дунейм щиубыд увыпIэм. Пасэ зэманымрэ нобэреймрэ къамылым щигъэзащIэ къалэным гъэщIэгъуэну тхылъым щытепсэлъыхьащ ГъукIэр. Замудин музыкэ щIэныгъэ куу зэримыIэм къыхэкIыу, къамылым къикI макъамэхэр езым зэпкърихыну тегушхуакъым, а Iыхьэм елэжьар композитор Iувыжь Анзорщ.
Башкирхэм я «къурай»-мрэ адыгэ къамылымрэ зэгъэпщэным ехьэлIауэ Iувыжьым тхылъым хуищIа хэлъхьэныгъэм и гугъу ищIащ Замудин. Езым адыгэхэр щыпсэу щIыпIэхэм, къуажэхэм дэс къамылапщэхэм, нэхъыжьхэм захуигъазэурэ хъыбар куэд зэхуихьэсащ. Адыгэм къамыл лIэужьыгъуэу диIэр, музейхэм щIэлъхэр зэщIикъуэри, ди пащхьэ кърихьащ ГъукIэм. Ар зытепсэлъыхь къамылхэм я гъэпсыкIэр, IэпэтегъэуапIэу яIэр, абыхэм ягъэзащIэ къалэным щытепсэлъыхьу дэтхэнэми паспорт дэщIыгъущ.
ИрагъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэр зэрыкуум и фIыгъэкIэ тхылъыр щIэныгъэ къыдэкIыгъуэм халъытащ.
Абы и теплъэ екIур зыщIар Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэм щылажьэ дизайнер Iэзэ Щоджэн Жаннэщ.
Бжьамийм щытепсэлъыхькIэ, адыгэм занщIэу и нэгу къыщIы-хьэр Ашэмэзщ, аращи, тхылъыр къызэрызэгуэпхыу Бгъэжьнокъуэ Заурбэч и «Ашэмэзым» уIуоплъэ.
ГъукIэ Замудин къамыл лIэужьыгъуэ зыбжанэ яригъэлъэгъуащ къызэхуэсахэм, ар яхутепсэлъыхьащ къамылапщэ Iэзэу диIахэм, езыр а Iуэхум дезыгъэхьэхахэм, апхуэдэуи, гугъэфIхэр уагъэщIу а Iуэхум елэжь ди щIалэгъуалэм я цIэ къриIуэри, абыхэм зэращыгугъыр къыхигъэщащ.
Пшыхьым кърихьэлIахэр бжьамий зэмылIэужьыгъуэхэм я IукIэм щIагъэдэIуащ. Ашэмэз и бжьамийм хуэдэу абыхэм дунейр зэуэ зэщIамыгъэгъагъэми, гукъыдэжыр къызэраIэтыфыр хьэкъщ.
Щомахуэ Залинэ.
Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "101182.txt"
} |
«Сэ мащIэщ къэспсэуар — ирикъуркъым зы гъащIэ»
ГъущIо Зариф сэ къыщысцIыхуар КъБКъУ-ращ. 1988 гъэм адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и къудамэм зэгъусэу дыщIэтIысхьащ икIи япэ махуэхэм щегъэжьауэ ныб-жьэгъу дызэхуэхъуащ. Пэжт, Зариф илъиситхукIэ нэхъыжьт, дзэм къулыкъу щищIэри къигъэзэжат, сэ курыт еджапIэр къэзыуха къудейт, ауэ тIуми фIыуэ тлъагъу адыгэбзэм дызэришалIэрт. Бзэм, тхыбзэм, литературэм, тхыдэм и Iуэхугъуэ щхьэхуэхэм зэгъусэу дытепсэлъыхьырт. Университетым дыщезыгъаджэ Балъкъэр Борис, Нало Ахьмэдхъан, ХьэкIуащэ Андрей, Тау Хьэзешэ, Урыс Хьэтэлий, ТекIуий Анатолэ, КIасэ Алий, Баший Хъусен, Пщыгъуэтыж Алий, Къэжэр Хьэмид, Къэмбэчокъуэ Iэдэм, н. я лекцэ купщIафIэхэр зэпкърытхыжу куэдрэ дыщыст. Зариф литературэм ехьэлIа лекцэхэр хуабжьу и псэм дыхьэрт, усакIуэ цIэ-рыIуэхэм я тхылъхэр щIиджыкIырт, усэ жыпхъэм иIэ щхьэхуэныгъэхэр зэригъащIэрт. А зэманым абы и уситI газетым къытрадзати, щIалэщIэм ар дамэ хуэхъуат икIи усыгъэм хэлъ щэхухэр къигъэIурыщIэным, зыми жамыIа псалъэ дыгъэлхэр къигъуэтыным хущIэкъурт. Абы и япэ усэхэр ехьэлIат гугъэ дахэм зэрыпэплъэм, пщэдей къыкъуэкIыну дыгъэм и хуабэр зыхищIэну зэрыщIэхъуэпсым:
Зы махуэ гуэр, зы махуэ гуэр
Си деж къэкIуэнурэ зыгуэр
КъызигъэщIэнущ сыщIэпсэури,
КъыгурыIуэнущ жысIэ псори.
Илъэс ныкъуэ нэхъ дэмыкIыу, аргуэру Зариф и уситI га-зетым къытехуащ. Ахэри япэрей уситIым я купщIэкIэ ещхьыфэт, ауэ гъащIэ уэрыпсым и толъкъунхэр зэрызэхуэмыдэр, абы уигъэгуфIэнкIи уигъэщхьэжэгъуэнкIи зэрыхъунур зыхищIэн щIидзат. Абыхэм ящыщ зым къыхощ закъуэныгъэр и гум мывэу зэрытелъыр, нэщхъей зыщI гупсысэ мыфэмыцхэр къызэрыхуепсыхыр, ахэр щэхуу зыхуиIуэтэн зэрыщымыIэр, итIани, имыужэгъуу жэщми дыгъэ гуэр къыхуепсыну зэрыпэплъэр:
Сыт аргуэру, сигу, уэ ущIэлъаIуэр?
Щэхуу жыпIэр зыми зэхимых.
Узыхуэнэщхъейр сыт хуэдэ лъагъуэ?
Уэ нэхъ ину псалъи, бжэр къыIух.
Мывэу птелъщ куэд щIауэ закъуэныгъэр,
Нахуэу умыгъуэт узэпсэлъэн.
Узыпэплъэр жэщми хэт дыгъэр,
Умыужэгъуу цIыхухэм яхэплъэн?
Мы усэм сыкъызэреджэу, художественнэ образхэр къэзыгъэщIыф усакIуэпсэ Зариф зэрыIутыр хьэкъыу спхыкIащ.
ГъэщIэгъуэнт ГъущIом и усэ къэгъэщIыкIэри. Япэ курсым дыщеджэу, «Абхъаз-адыгэ бзэхэм хэзыгъэгъуазэ» лекцэм дыкIуащ. Дезыгъаджэ профессор Балъкъэр Бо-рис а махуэм лекцэ къытхуеджэну бзэщIэныгъэлI цIэры- Iуэ Къумахуэ Мухьэдин къригъэблэгъат. Мухьэдин и лекцэм псори дыдихьэхауэ дедэIуащ. Абы къыджиIащ адыгэхэр щыпсэу хамэ къэрал куэдым зэрыщыIар, Тыркум адыгэхэр я бзэкIэ щыпсэлъэну хуитыныгъэ зэрамыIэр, уэрамым адыгэбзэкIэ щыпсалъэхэр полицэм зэриубыдыр, адыгэбзэм и лъапсэгъу убыхыбзэм ирипсалъэу зы лIыжь закъуэ фIэкIа дунейм зэрытемытыжыр, абы Тевфик Эсенч цIэ-унэцIэр зэрызэрихьэр, ар щыпсэу жылэр Истамбыл километр щищкIэ зэрыпэжыжьэр, убыхыбзэм хэлъ щхьэхуэныгъэхэр иджыну, зригъэщIэну а лIыжьым и деж Мухьэдин мазитIкIэ зэрыщыхьэщIар икIи абы и су- рэт зыбжанэ дигъэлъэгъуащ. Зариф сурэтхэм ящыщ зы нэщхъей дыдэу зэпиплъыхьу куэдрэ иIыгъащ икIи, и нэп-сыр къекIуауэ, си дежкIэ зыкъигъазэри жиIащ: «Мы лIыжьым и закъуэщ убыхыбзэ зыщIэжыр… Мэгъуж адыгэ къуэпс, малIэ бзэ дахащэр. Лъэпкъ псо ягъэкIуэдащ. Хэт тхуэгъэкъуэншэну дэ иджы абыкIэ?»
КъыкIэлъыкIуэ дерсым Зариф сыхуеплъэкIыхукIэ, и щхьэр ехьэхауэ, зыгуэрхэр итхыу щысащ. Зы зэман схуэмышэчыжу сеплъыпэри, усэ зэритхым гу лъыстащ. Гугъущи демыхьу, и гум щыщIэ псалъэхэр тхылъымпIэм трилъхьэурэ, а махуэм абы «Убыхыбзэ» усэр къигъэщIащ:
СыткIэ уеджэ хъуну си гум жьы къыщепщэм?
СIыгъщ сурэт згъэлъапIэр, мэкIэзызыр си Iэр.
Дэ ди гъащIэ гугъум пэжра щытепщэр
ПцIым дыщIапIыкIамэ?.. Пэжыр дэнэ щыIэ?
Псэууэ ди убыххэр жаIэ, я сурэтыр
Сагъэлъагъур, ауэ зыщ зыщIэжыр я бзэр.
КъэувыIэнщ сыхьэтыр ар дунейм ехыжым,
Дуней псом щыIунущ ди адыгэ гъыбзэр.
Гыбзэр абы хэту, шэч хэмылъ, къэIунущ.
Хэт тхуэгъэкъуэншэну дэ иджы абыкIэ?
ЩIым щыпсэухэм я бжэм жьапщэр теуIуэнущ,
Дэ тхъуэжын зыгуэр ди закъуэу щытлъэмыкIкIэ.
МэкIуэдыж зы къуэпсыр, малIэ бзэ дахащэр,
ЗокIуэ, ехьми гугъу, а зы убых закъуэр.
Дэнэ щыIэ щIэблэр? Тыркухэм я бзэрщ къэIур…
Хуэчкъым иджы зыми бзэм и деж лъэбакъуэ.
Къищтэжатэм лъэпкъым зи псэ хэкI бзэ лъапIэр,
Ар хъужынут къабзэ, уэсым хуэдэу хужьу.
Ауэ сфIощIыр блэкIхэм зы убых яхэту,
Дэ ди мынэIуасэу, езыми димыцIыхуу…
Мы усэм къыщыкIуа псалъэ псори абы асыхьэтым итхат. Зэман дапщэ дэкIами, абы нэгъуэщI псалъи хигъэувэжакъым. Сэ фIыуэ сыщыгъуазэщи, ар Зариф и лэжьэ-кIэт. Абы и гум къыпылъэдамэ, зэ тIысыгъуэкIэ усэр итхырт. МахуитI-щы е нэхъыбэ кIуауэ, абы итха усэм къытригъэзэжынутэкъым, псалъэ гуэрхэр иритхъыкIыжу нэгъуэщI зыгуэркIэ зэрихъуэкIыжынутэкъым. Усэр зэритхрэ зэман дэкIа нэужь, «мыбдеж мыпхуэдэ псалъэр нэхъ хозагъэ е мыпхуэдэу жыпIамэ, нэхъ шэрыуэт» жепIэкIи елIэлIэжынутэкъым. Хьэх Сэфарбий къызэригъэпэща «Шыхулъагъуэ» зэхуэсым дыщыкIуэм усакIуэ, тхакIуэ цIэрыIуэ зыбжанэ къытхуеблагъэу щытащ. СощIэж ЩонджэнцIыкIу Iэдэм, ШэджыхьэщIэ Хьэмыщэ, Къагъырмэс Борис, Ацкъан Руслан, Хьэту Пётр, н. къызэрытхыхьэу щытар. Зариф и усэщIэхэм къеджа нэужь, абыхэм ящыщ гуэрхэм къыщыжраIэ щыIэт усэр къызэрехъулIар, ауэ иджыри зэхъуэкIыныгъэ гуэрхэр хэлъхьэн зэрыхуейр. Шэч хэмылъу, Зариф а усэхэм хэлэжьыхьыжамэ, иригъэфIэкIуэфынут, рифмэхэри нэхъ шэрыуэ ищIыфынут, ауэ ар щитха зэманым абы «къыщхьэщыхьа уафэгъуагъуэр» щхьэ- щыкIакIэт, и кIуэцIым «къыщыуа щыблэри» увыIэжа- кIэти, псалъэ закъуэтIакъуэр хъуэжыным пымылъыжу, и IэдакъэщIэкIыр зэфIитхъыжт. Ар щыхьэт тохъуэ Зариф и усэ псори гумрэ псэмрэ къабгъэдэкIыу зэрыщытым, псалъэ, сатыр фэрыщIхэр абы къызэрыщымыкIуэм.
Пэжщ, ГъущIо Зариф и усэ къэс, цIыху щхьэхуэм ещхьу, езым и хьэл-щэн дахэ, и теплъэ фIэрафIэ иIэжщ. Абы щыгъуэми, ахэр псори зы цIыхум и IэдакъэщIэкIыу зэрыщытым и щыхьэту зы пкъыгъуэ нэрымылъагъу гуэри яхэлъщ. Зы гущэм ирапIыкIа зэш гупышхуэм уахэплъэ хуэдэщ — зэкъуэшхэр сыткIэ зэщхьэщыкIми, зы унагъуэм щагъуэта гъэсэныгъэм и Iэужьхэр зэхуэдэу яхэлъу икIи псом япэ а усэхэм яхэплъагъуэр псэ къабзагъэщ, цIыхугъэщ, лъагъуныгъэщ:
Шэ зэшибл щхьэ куцIым жэщу щызгъэтхъами,
Сэ ажал фейцейм цIыхугъэр езмытын.
* * *
Зы вагъуэ, зы лъагъуэ, зы лъагъуныгъэ
слъэкIащ сэ схъумэну пцIы лъэмыIэсу.
Абыхэм я фIыгъэкIэ къопсыр си дыгъэр,
ЩIэсхъумэфари аращ си нэмысыр.
Слъэгъуат лъагъуныгъэр тегуплIэу пагагъым,
Зыри жызмыIэт, къелынути ар.
Теувэрти пэжыр ер зытет лъагъуэм
Ихъумэрт цIыхугъэм и вагъуэ къэблар.
Зариф хьэлыфI куэд хэлъащ: зэпIэзэрытт, Iэсэт, щабэт, щыпкъэт, хьэрэмыгъэншэт, хьэлэлт, гущIэгъулыт. Ауэ пэжыр зыхилъхьэ щыIэтэкъым. Пэжыр наIуэ ищIын хьисэпкIэ, ар жьэ нахуэу утыкум ихьэфырт, ауэ абы и зэран куэди и щхьэм къекIыжырт. Аращ усакIуэр мы сатырхэр итхыну езыхулIари:
Сэ сыкъуаншэкъым абыкIэ:
Пэж жызыIэр яубэрэжь.
Сэри зауэм сыщыхыхьэм
КъокIыж си гум зы псалъэжь.
«Бзэгур бийщ икIи ныбжьэгъущ»,
Елъытащ абы жебгъэIэм.
Ар акъылым и жагъуэгъущ
Сышынауэ пэж жызмыIэм.
Зариф лъэпкъ публицистикэми и гуащIэ хилъхьащ. И зэфIэкI къыщигъэлъагъуэу «Адыгэ псалъэ» газетымрэ телевиденэмрэ илъэс куэдкIэ щылэжьащ. Зариф прозэ жанрми хуэIэкIуэлъакIуэу зэрыщытыр и творчествэм кIэлъыплъу щытахэм фIыуэ ящIэж, ауэ, ди жагъуэ зэрыхъущи, «Нэпс фIыцIэ» зыфIища романыр ныкъуэтхыу къэнащ. Шэч хэлътэкъым, ар нигъэсатэмэ, ди лъэпкъ литературэм хэлъхьэныгъэфI зэрыхуэхъунум. Зариф щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэ зыбжани къызэринэкIащ. Езым дунейм къытригъэхьа «Губгъуэ мафIэ», «Шэху уэздыгъэ» усэ тхылъхэм имыхуауэ, тхыгъэ пщIы бжыгъэхэри щыIэщ. Абыхэм ящыщ дэтхэнэми ГъущIо Зариф хэта адыгэпсэ къабзэр къыхобелджылыкI. А тхыгъэхэр зэгъэуIужауэ къыдэгъэкIыжыпхъэщ.
ГъущIо Зариф дунейм зэрехыжрэ илъэсищым нэблэгъащ. Ныбжьэгъу пэж тфIэкIуэдащ, цIыху гуащIафIэ, лъагъугъуафIэ. Ди ныбжьэгъуфIыр къытхэтыжатэмэ, и ныбжьыр нобэ илъэс 55-рэ ирикъун къудейт. Сыту гъащIэ кIэщIыщэт! Абы сегупсысыху зыри схуемыщIэу, и жэуап- ри къысхуэмыгъуэту си щхьэм щокIэрахъуэ Зариф и зы усэм щIэдзапIэ хуэхъуа «СЭ МАЩIЭЩ КЪЭСПСЭУАР — ИРИКЪУРКЪЫМ ЗЫ ГЪАЩIЭ» псалъэхэр. Ярэби, и псэм ищIэу пIэрэт?
УнэлIокъуэ Вячеслав,
филологие щIэныгъэхэм
я кандидат.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "101186.txt"
} |
Мэкъумэшым щIэныгъэ лъабжьэ къыхузэзыгъэпэщхэр
Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетыр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 40 щрикъум ирихьэлIэу екIуэкIа махуэщIым. КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ университетым и щIэныгъэлIхэм я пэшыш-хуэм щызэхэтащ егъэджакIуэхэм, щIэныгъэлIхэм, еджакIуэхэм я зэIущIэ.
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Мэкъумэш университетым и лэжьакIуэхэмрэ еджакIуэхэмрэ зэрызахуигъазэ псалъэм мыпхуэдэу къыхигъэщащ: «Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетыр къызэрыунэхурэ илъэс плIыщI ирокъу жы-тIэми, дэ дыщыгъуазэщ абы и къежьапIэр блэкIа лIэщIыгъуэм и 30 гъэхэм зэрекIуэлIэжым. А лъэхъэнэм Налшык къалэ къыщызэрагъэпэщат союзпсо мыхьэнэ щIэхыу зыгъуэта Коммунист мэкъумэш еджапIэ нэхъыщхьэ. Абы щызэфIэува щIэныгъэ-егъэджэныгъэ къарурщ иджы-рей мэкъумэш университетым лъабжьэ хуэхъуар. Илъэс пщIы бжыгъэкIэ зиубгъуу, хэхъуэу, ефIакIуэу къекIуэкIа университетым хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIащ ди щIыналъэм мыхьэнэшхуэ щызиIэ мэкъумэш IэнатIэм, игъэхьэзыращ IэщIагъэлI нэсхэр. Егъэджэныгъэм и закъуэкъым, университетым и щIэныгъэ зэфIэкIыр жыжьэ зэрынэсыр ди къэралми хамэ щIыналъэхэми фIыуэ къыщащIэ. Абы и щыхьэтщ дунейпсо мыхьэнэ зиIэ щIэныгъэ зэхуэсхэр, «Iэнэ хъурейхэр», еджэныгъэхэр университетым къызэрыщызэрагъэпэщыр, щIэх-щIэхыурэ зэрыщекIуэкIыр».
КъБР-м и Iэтащхьэм фIэщхъуныгъэ быдэ хэлъу къыхигъэщащ университетым иригъэкIуэкI къэхутэныгъэхэм я фIыгъэкIэ щIыналъэм и мэкъумэш IэнатIэр иужьрей илъэсхэм хэпщIы-кIыу зэрефIэкIуар. «Узыпэрыт IэнатIэм зыпхуегъэужьынукъым, абы гурэ псэкIэ уемытамэ. Апхуэдиз ехъулIэныгъэри, щIэныгъэри, зэфIэкIри къызыпэкIуэр зыхуэвгъэувыжа къалэным ерыщу фызэрыбгъэдэтырщ, абыкIэ жэуап зэрыфхьыр нэгъэсауэ зэрызыхэфщIэрщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и экономикэр зэтезыIыгъэхэм ящыщщ мэкъумэшымрэ Iэщ гъэхъунымрэ епха IэнатIэр. Нобэ дунейм лъапIэныгъэу щалъытэу къыщекIуэкI Iуэхугъуэ зэхэмыбз куэдым уеплъмэ, и IэщIагъэм фIыуэ хэзыщIыкI IэщIагъэлI бгъэхьэзырыныр къызэрымыкIуэу лIыгъэщ», — жиIащ КIуэкIуэм.
КIуэкIуэ Казбек егъэджэныгъэ мардэщIэхэми я гугъу ищIащ. «Иджы хуэдэу зэманым зыщихъуэж, махуэ къэс щIэ гуэрхэр къыщежьэ зэи къэхъуакъым. Егъэджэныгъэ IэнатIэри а зэхъуэкIыныгъэхэм япэмыджэжуи хъуркъым. Дыщыпсэур технологиемрэ щIэныгъэмрэ я лъэхъэнэщ. Абы гуэх имыIэу епхащ дэ дызыхуеймрэ дызыхущIэкъумрэ. Университетым и лэжьыгъэм лъабжьэ хуищIын хуейщ щIэныгъэ гуэдзэр, къэхутэныгъэщIэхэр зи лъабжьэ унэтIыныгъэхэр. Иджырей технологием хьэрхуэрышхуэ хэлъщ, къыщIагъэкI хьэпшыпхэмрэ ерыскъыпхъэхэмрэ цIыхум деж зэрынахьэс Iэмалхэм зрагъэужь икIи ирагъэфIакIуэ. Абы щыщIэныгъэ къыхэмыгъэхуэныр, мэкъумэшым епха IэнатIэ псоми а Iэмалхэр хэпщэныр узыфIэкI мыхъун Iуэхущи, кIуапIэу щыIэм я гъуазэу щытын хуейр фэ-ращ. Пщэрылъыр тыншкъым, абы елъытащ фызыбгъэдэт IэнатIэм и зыужьыныгъэри цIыхубэм и зэIузэпэщыныгъэри. ГукIэм псэкIи си гуапэу сынывохъуэхъу Iуэхуу къыхэфлъхьэм щIэгъэкъуэнрэ гъуэгурэ ягъуэту, къалэн зыщыфщIыжхэр зэрызэфIэф-хын узыншагъэрэ гукъыдэжрэ фиIэну».
Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым и ректор, техникэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор Апажэ Аслъэн Мэкъумэш университетым щылажьэхэм къабгъэдэкIыу фIыщIэ хуищIащ КъБР-м и Iэтащхьэм: «Уи гулъытэ дыщыщIэркъым, уи нэIэ къыттетщ. ТщIэну дызыщIэхъуэпс Iуэхугъуэ псори къыддыбоIыгъ, едгъэкIуэкI щIэныгъэ зэхуэсхэм утыку ибот, ар дэркIэ зимыуа-сэ щыIэкъым. Нобэрей махуэщIым укъызэрытхэтым ди лэжьакIуэхэмкIи ди еджакIуэхэмкIи мыхьэнэшхуэ иIэщ», — жиIащ Апажэм.
Мэкъумэш университетым и махуэщIым кърихьэлIащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, КъБР-м и Правительствэмрэ Парламентымрэ хэтхэр, щIэныгъэ лэжьакIуэхэр, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, Мэзкуу, Санкт-Петербург къикIа хьэщIэхэр, Кавказ Ищхъэрэмрэ Ип-щэ федеральнэ щIыналъэмрэ ит университетхэм я ректорхэр, нэгъуэщIхэри.
КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетыр къызэрыунэхурэ илъэс 40 щрикъум ирихьэлIэу зи лэжьыгъэрэ гуащIэдэкIкIэ къыхэща егъэджакIуэхэм, щIэныгъэлIхэм КъБР-м и Правительствэмрэ Парламентымрэ къабгъэдэкI щIыхь тхылъхэр иратащ, къэрал къулыкъущIапIэхэмрэ IуэхущIапIэхэмрэ я фIыщIэ, хъуэхъу тхылъхэр къагъэхьащ.
Щхьэхуэу къыхэгъэщыпхъэщ Къэрэшей-Шэрджэсым и Iэтащхьэ Темрезов Рашид къигъэхьа телеграм-мэр. «Лъэпкъыбэу зэхэт Къэрэшей-Шэрджэсым и цIэкIи сэри къызбгъэдэкIыу сыхуейт гуапэу сехъуэхъуну КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэ-рал мэкъумэш университетыр къызэрыунэхурэ илъэс 40 щрикъу махуэ лъапIэмкIэ. ЕджапIэм гъуэгуанэшхуэ къызэпичауэщ узэреплъын хуейр, сыту жыпIэмэ абы игъэхьэзыра IэщIагъэлIхэм я фIагъыр зэкIыр Къэбэрдей-Балъкъэрым и закъуэкъым, абыхэм я щIэныгъэм и жьауэр тредзэ гъунэгъу щIыналъэхэми, хамэ къэралхэми. ЩIэныгъэ гуащIэдэкIыр жыжьэ Iуныр, къалъытэныр, пщIэ хуащIыныр ехъулIэныгъэшхуэщи, абы теухуауэ илъэс 40 гъуэгуанэр мащIэкъым. ЕгъэджакIуэхэм фи гуащIэм хэхъуэу, фи зэфIэкIым нэхъри зиIэту узыншэу фылэжьэну сынывохъуэхъу», — щыжыIащ телеграммэм.
МахуэщIым хэтахэм гуапэ къащыхъуащ Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и академием и академик, профессор Лачугэ Юрий и хъуэхъумрэ тыгъэ лъапIэмрэ. Урысейм ЩIэныгъэхэм- кIэ и академием и дыщэ медалыр хуагъэфэщащ ди къэралым и мызакъуэу, хамэ къэрал куэдым къыщащIэ, мэкъумэш IэнатIэм халъхьэ электроIэмалхэм зезыгъэубгъуа, унэтIыныгъэщIэхэр къызэIузыха, академием и член-корреспондент, профессор Щоджэн Юрэ. И гъащIэр мэкъумэш щIэныгъэм езыта щIэныгъэлIым а дамыгъэ лъапIэр хуэфащэ дыдэу къалъытащ псоми.
ГуфIэгъуэ зэхьыхьэм и кIэухыу хьэщIэхэр хэтащ мэкъумэш IэщIа-гъэм теухуа гъэлъэгъуэныгъэм, ирагъэплъащ «Бжьыхьэ дыщэ» зыфIаща фильмым, ирагъэблэгъащ лъэпкъ эстрадэм и уэрэджыIакIуэхэмрэ къэфакIуэхэмрэ зыхэт концертым.
ШУРДЫМ Динэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "101189.txt"
} |
КъаруущIэхэр зиIэ, мурадхэр зи куэд
Ди республикэм щагъэлъапIэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетыр къызэрызэIуахрэ илъэс 40 зэрырикъур. Юбилейм ехьэлIа зэхыхьэхэр, конференцхэр еджапIэ нэхъыщхьэм щокIуэкI.
Махуэшхуэм хухаха гуфIэгъуэ зэIущIэм кърихьэлIахэм мэрем блэкIам захуигъэзащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. И къэпсэлъэныгъэм и пэщIэдзэу абы фIыщIэ яхуищIащ хьэщIэхэм. КъыкIэлъыкIуэу профессор-егъэджакIуэ гупым, аспирантхэмрэ студентхэмрэ ехъуэхъуащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым и илъэс 40 юбилеимкIэ.
«Шэч хэмылъу, университетым и ныбжьыр мы илъэсхэм я закъуэкIэ къабжыркъым. Абы и тхыдэр къыщо-жьэ лIэщIыгъуэ блэкIам и щэщI гъэхэм, Коммунист мэкъумэш школ нэхъыщхьэр Налшык къыщызэIуахам. Абы къыхэкIкIэ, жыпIэ хъунущ еджапIэ нэхъыщхьэм и щIэныгъэ-педагогикэ увыныгъэр илъэсипщI бжыгъэкIэ зэфIэувауэ, — къыхигъэщащ республикэм и Iэтащхьэм. — Нобэ щыIэу къыщIэкIынукъым гъащIэм и унэтIыныгъэ, еджапIэм къыщIигъэкIахэр щымылажьэу. Абыхэм я лэжьапIэ IэнатIэр щрахьэкI Къэбэрдей-Балъкъэрым и мызакъуэу, нэгъуэщI щIыналъэхэми».
Къапщтэмэ, университетым къи- кIуа гъуэгуанэм уриплъэжмэ, къыхэгъэщыпхъэщ республикэм и мызакъуэу, къэрал псом щхьэкIи зи IэщIагъэм хуэIэижь цIыху пэрытхэр абы къызэрыщIэкIар. Апхуэдэхэщ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек, КъБР-мрэ Карелиемрэ я хабзэгъэув къэрал IэнатIэхэм я лIыкIуэу УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым Федерацэм-кIэ и Советым щыIэ Ульбашев Мухьэрбийрэ Зубарев Игоррэ, Шэшэным и мэкъумэш щIэныгъэлI пэрыт Амерханов Харон, КъБКъМУ-м и ректору щыта Жэрыкъуэ Борис, спортсмен цIэрыIуэхэу Хъущт Аслъэнбэч, Урыш Анзор сымэ, нэгъуэщIхэри.
УФ-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмрэ щекIуэкI лэжьыгъэхэм якIэлъыплъынымкIэ и къулыкъущIапIэм (Рособрнадзор) нэгъабэ къипщытащ КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым и пщэрылъхэр зэригъэзащIэр. Ди гуапэ зэрыхъущи, ар къалъытащ зи къалэнхэм къызыхуэтыншэу пэлъэщ еджапIэ нэхъыщ- хьэу икIи адэкIи лэжьэну хуит зыщI дэфтэрри къратыжащ.
КъБКъМУ-м щрагъэкIуэкIа къэп-щытэныгъэхэр йозагъэ къэралым щызекIуэ хабзэхэмрэ егъэджэныгъэ мардэхэмрэ. Ахэр я тегъэщIапIэу лэжьа эксперт къэпщытакIуэ гупым зэфIаха лэжьыгъэм ипкъ иткIэ, а еджапIэ нэхъыщхьэм къэрал хуитыныгъэ иратащ IэщIагъэлI зэмылIэужьыгъуэхэр лъэпкъ экономикэм хуэгъэхьэзырынымкIэ и пщэрылъ къалэнхэр адэкIи зэфIихыну.
Аккредитацэм ипкъ иткIэ, КъБКъМУ-м нэхъапэкIэ зыщыхурагъаджэу щыта унэтIыныгъэхэмрэ щагъэхьэзыру щыта IэщIагъэлIхэмрэ иджыри къахэхъуащ «Экономикэмрэ управленэмрэ», «Юриспруденцие» IэщIагъэхэр. КъинэмыщIауэ, къэпщытэныгъэхэм къарита хуитыныгъэмкIэ университетым щагъэхьэзырынущ «Ветеринарие» IэщIагъэм хыхьэ унэтIыныгъэу 22-мкIэ бакалаврхэр. Магистратурэм я щIэны-гъэм щыхагъэхъуэфынущ унэтIыныгъэ 17-мкIэ, аспирантурэм — унэтIыныгъи 6-мкIэ. Университетым Тэрч щиIэ къудамэм унэтIыныгъи 5-мкIэ IэщIагъэлIхэр щагъэхьэзыр.
— Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетыр аккредитацэм ехъулIэныгъэ иIэу зэрыпхыкIыфар я фIыгъэщ щылажьэ щIэныгъэлIхэм, профессорхэм, доцентхэмрэ аспирантхэмрэ — егъэджакIуэ псоми, апхуэдэу ди деж щеджэ студентхэм, — жеIэ еджапIэ нэхъыщхьэм и ректор Апажэ Аслъэн.
КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетыр зызыужь, ефIакIуэ, лъагапIэщIэхэр зи плъапIэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ. Абы и щыхьэтщ университетым зыIэригъэхьа ехъулIэныгъэщIэхэр. КъБКъМУ-м и егъэджакIуэхэмрэ студентхэмрэ ягъэхьэзыра иужьрей щIэныгъэ-инновацэ лэжьыгъэм гулъытэ лъагэ щигъуэтащ 2020 гъэм Мэзкуу и ВДНХ-м щекIуэкIа «Бжьы-хьэ дыщафэ» Урысейпсо мэкъумэш-промышленнэ гъэлъэгъуэныгъэм.
Проектхэр теухуауэ щытащ мэкъумэш хозяйствэм Iуэху зехьэкIэщIэ мардэхэр хэгъэхьэным. Къэралпсо гъэлъэгъуэныгъэм и утыкум лэжьыгъэщIэу блы ирахьати, абыхэм ящыщу щым дыщэ медалхэр, плIым — дыжьынхэр къыхуагъэфэщащ. КъинэмыщIауэ, проектхэр зи IэдакъэщIэкIхэм иратащ щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр.
Университетым щеджэ студентхэм ядолажьэ квалификацэ нэхъыщхьэ зиIэ егъэджакIуэхэр. Процент 90-м щIэныгъэ къэхутэныгъэхэр яIэщ, абыхэм я процент 27-р щIэныгъэм и доктор, профессорщ.
КъБКъМУ-м и егъэджакIуэ пажэ-хэм ящыщщ мы махуэхэм илъэс 60 ирикъуа «Механизация и энерго- обеспечение предприятий» факультетым и декан, техническэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор ШэкIыхьэщIэ Юрэ.
1984 гъэм ШэкIыхьэщIэм къиухащ Къэбэрдей-Балъкъэр агромелиорацэмкIэ институтым мэкъумэш хозяйствэр механизацэ щIынымкIэ и факультетыр. 1995 гъэм Владикавказ дэт Горскэ къэрал мэкъумэш университетым щыпхигъэкIащ техническэ щIэныгъэхэм я кандидат диссертацэр. Илъэсих дэкIри, Кубань къэ- рал мэкъумэш университетым (Краснодар къалэ) Юрий къыщыхуагъэфэщащ техническэ щIэныгъэхэм я доктор цIэ лъапIэр.
ШэкIыхьэщIэ Юрэ и Iэдакъэм къыщIэкIащ щIэныгъэ лэжьыгъэ 430-рэ, монографиерэ брошюрэу 35-рэ, сэбэпынагъ зыпылъ Iэмэпсымэ 29-м щыхьэт техъуэ СССР-м и тхылърэ УФ-м и патентрэ къигупсысащ. ЩIэныгъэлIым игъэхьэзыращ техническэ щIэныгъэхэм я кандидату 7-рэ доктору 2-рэ. «Бжьыхьэ дыщафэ» Урысейпсо мэкъумэш-промышленнэ гъэлъэгъуэныгъэм дыщэ медалу 7, дыжьыну 3, домбеякъыу 3 къыщратащ. КъБР-м щIэныгъэмрэ техникэмрэ я къэрал саугъэтым и лауреатщ. УФ-м и Федеральнэ Зэхуэ- сым и Къэрал Думэм и депутатхэм я хэхыныгъэр жыджэру къызэригъэпэщу зэрыригъэкIуэкIам папщIэ ШэкIыхьэщIэ Юрэ КъБР-м и ЩIыхь тхылъыр къыхуагъэфэщащ. 2007 гъэм къыщыщIэдзауэ щIэныгъэлIыр хэтщ республикэм и ХэхакIуэ комиссэм.
КъБКъМУ-м «Механизация и энергообеспечение предприятий» факультетым и «Теплоэнергетикэмрэ теплотехникэмрэ» унэтIыныгъэм и етIуанэ курсым и студент, Ежевский А.А. и лъэпкъ премием и лауреат Мыщхъуэжь Къаземыр и «Разработ-ка модернизированного плоскореза для обработки горных кормовых угодий» лэжьыгъэм хэлъхьэныгъэшхуэ зэрыхуищIам икIи и щIэныгъэ лъагэм папщIэ 2018 гъэм «Росспецмаш» техникэ щхьэхуэхэм-рэ Iэмэпсымэхэмрэ къыщIэзыгъэкIхэм я урысейпсо зэгухьэныгъэм и президент Бабкин К.А. къыбгъэдэ-кIыу фIыщIэ къыхуащIащ КъБКъМУ-м и факультетым и декан ШэкIыхьэщIэ Юрэ. 2020 гъэм а зэгухьэныгъэ дыдэм аргуэру фIыщIэ къыхуищIащ ди лъэпкъэгъум студент Гъубжокъуэ Мурат и «Модернизация ультрамалообъемного опрыскивателя для химической защиты плодовых насаждений» лэжьыгъэм хэлъхьэныгъэшхуэ зэрыхуищIам папщIэ.
Нобэ КъБКъМУ-р Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и мэкъумэш-промышленнэ IэнатIэм папщIэ IэщIагъэлIхэр зыгъэхьэзыр IуэхущIапIэ нэхъ лъэрызехьэхэм ящыщщ. ЕджапIэм щекIуэкI Iуэху зехьэкIэр дунейпсо мардэхэм, щIэныгъэ-инновацэ лъабжьэ зиIэхэм, хуокIуэ. ЛэжьыгъэкIэ япыщIащ ди къэралым, хамэ щIыпIэхэм я еджа-пIэ нэхъыщхьэхэм, щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтхэм, мэкъумэш-промышленнэ IуэхущIапIэхэм.
СССР-м и Министрхэм я Советым и Унафэ №585-м ипкъ иткIэ 1981 гъэм мэкъуауэгъуэм и 25-м къызэрагъэпэщащ Къэбэрдей-Балъкъэр агромелиорацэм и институт (КъБАМИ). Абы лъабжьэ хуэхъуащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым мэкъумэш хозяйствэм-кIэ и факультетхэр. 1991 гъэм къыщыщIэдзауэ еджапIэ нэхъыщхьэм фIащащ Къэбэрдей-Балъкъэр мэкъу-мэш институт. ИлъэсиплI нэхъ дэмыкIыу ар зэрахъуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш академие фIэщыгъэмкIэ. 2007 гъэм академием КъБР-м и япэ президент КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зэрихьэн щIидзащ. 2012 гъэм къыщыщIэдзауэ абы йоджэ «КIуэкIуэ В.М. и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университет»-кIэ.
ЕджапIэ нэхъыщхьэр къызэрызэрагъэпэщрэ абы и ректору щытахэщ: ФиIэпщэ Борис (1981 — 2000), Жэрыкъуэ Борис (2000 — 2012), Щыхьмыр-зэ Мухьэмэд (2013 — 2014). 2014 гъэм къыщыщIэдзауэ нобэр къыздэсым университетым и ректорщ КъБР-м и Парламентым и депутат, профессор, мэкъумэш щIэныгъэхэм я доктор Апажэ Аслъэн.
Апажэр сыт хуэдэ лъэпощхьэпоми тыншу пэлъэщ, зи гупсысэр пхызыгъэкIыф, зи щапхъэхэмкIэ гупым гъуазэ яхуэхъу IэщIагъэлIщ. Апхуэдэ щэнхэр сэбэп къыхуохъу и нэIэ щIэт лэжьакIуэхэр зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу игъэлэжьэнымкIэ.
Ар ректор IэнатIэм зэрыпэрыувэрэ магистр къудамэу университетым 5 къыщызэIуахащ, иджыри программэщIэхэр зэхагъэувауэ Iуэхум зрагъэубгъун мурад яIэщ. Апхуэдэу, илъэс блэкIам еджапIэ нэхъыщхьэр къэзыухахэм Iэмал иратащ, зыхуе-джа унэтIыныгъэхэмкIэ курс щхьэхуэхэм пхыкIыу, диплом гуэдзэни зыIэрагъэхьэну.
КъБКъМУ-м и унафэщIхэми, егъэджакIуэхэми, студентхэми ехъулIэныгъэщIэхэм, текIуэныгъэ инхэм ухуэзышэ лъагъуэхэр пхаш. Зи лэжьыгъэр «фIы дыдэ» нагъыщэкIэ къалъытэ университетыр лъагапIэщIэхэм хущIокъу, къаруущIэхэр иIэу, мурадыщIэхэр и куэду.
Жыласэ Замир.
Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "101193.txt"
} |
Дызэрыгушхуэт
Ди республикэм и япэ Президент, политикэ, къэрал лэжьакIуэ цIэрыIуэ КIуэкIуэ Валерэ къызэралъхурэ илъэс 80 зэрырикъум и щIыхькIэ мы махуэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и районхэм зэхыхьэ гуапэхэр щокIуэкI.
Дыгулыбгъуей фэеплъ сын къыщызэIуах
Дыгулыбгъуей къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм и гупэм деж дыгъуасэ къыщызэIуахащ совет, урысей къэрал, политикэ лэжьакIуэ КIуэкIуэ Валерэ и фэеплъ сыныр.
Ар ягъэуващ Бахъсэн дэс цIыхухэм я жэрдэмкIэ. Сыныр ищIащ Катони Станислав.
Фэеплъыр къыщызэIуахым хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек, КъШР-м и Iэтащхьэ Темрезов Рашид, ди республикэм щыщу УФ-м и Къэрал Думэм и депутатхэмрэ ФедерацэмкIэ Советым хэтхэмрэ, щIыпIэ администрацэм и лэжьакIуэхэр, жылагъуэ, щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр.
Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Къэрэшей-Шэрджэсымрэ я Iэтащхьэхэм фэеплъ сыныр къызэIуахыну хуагъэфэщащ. ИужькIэ абы удз гъэгъахэр тралъхьащ.
КъищынэмыщIауэ, Бахъсэн районым хыхьэ Къулъкъужын къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм жэпуэгъуэм и 18-м «Человек долга и чести» зыфIаща фильмыр щагъэлъэгъуащ.
ЩIалэгъуалэр хагъэгъуазэ
КъБР-м и япэ Президентым и фэеплъу, Тэрч щIыналъэм и курыт еджапIэхэм щрагъэкIуэкIащ конференцхэмрэ презентацэхэмрэ. ЩIалэгъуалэр хагъэгъуэзащ КIуэкIуэ Валерэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къуэ пэжу зэрыщытам, Хэкум гукIи псэкIи хуэлажьэу зэрыпсэуам, щапхъэ зэрыхъуам.
Районым ЩэнхабзэмкIэ и IуэхущIапIэхэми жэпуэгъуэм и 15-м щегъэжьауэ Iуэхугъэ дахэхэр къыщызэрагъэпэщащ, библиотекэхэм КIуэкIуэ Валерэ теухуа тхылъ-сурэт гъэлъэгъуэныгъэхэр щекIуэкIащ. НыбжьыщIэхэм жраIащ политик Iущыр мамырыгъэм, зэкъуэтыныгъэм сыт щыгъуи зэрыхущIэкъуар.
КъищынэмыщIауэ, «Точка роста» базэм къызэригъэпэщауэ, шахматхэмкIэ зэпеуэхэр школхэм щекIуэкIащ. Жэпуэгъуэм и 18-м Тэрч къалэм дэт «Ладья» шахмат клубми ныбжьыщIэхэр щызэхьэзэхуащ.
«Урысейм пщIэшхуэ щызиIэ политикхэм ящыщ зыт КIуэкIуэ Валерэ. 1991 гъэм къыщыщIэдзауэ 2005 гъэ пщIондэ Урысейм и лъэхъэнэ нэхъ гугъухэм абы хузэфIэкIащ лъэпкъ зэгурыIуэр ихъумэну. Ар щытетам щIэпхъаджагъэр нэхъ мащIэ хъуащ, промышленностымрэ мэкъумэш IэнатIэмрэ заужьыжащ. Нэхъыщхьэрати, къэралым, и лъахэм къыщыхъум абы гууз-лыуз хуиIэт», — етх Тэрч районым и Iэтащхьэм Инстаграмым щиIэ напэкIуэцIым.
Тхыдэм и сыхьэт
Жэпуэгъуэм и 16-м Аруан къуажэм дэт сабий библиотекэм тхыдэм и сыхьэт щекIуэкIащ, КIуэкIуэ Валерэ ягу къыщагъэкIыжу. Жэпуэгъуэм и 18-м Аруан район библиотекэм онлайн мардэм тету къыщызэрагъэпэщащ «ЦIыху Iущ икIи узэщIакIуэ» зыфIаща зэпсэлъэныгъэр. Старэ Шэрэдж къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм «И гъащIэр Хэкум тыхь хуищIащ» зыфIаща гъэлъэгъуэныгъэр къыщызэIуахащ.
Дерс щхьэпэ
Дыгъуасэ Май районым Iуэхугъуи 7 къыщызэрагъэпэщащ КIуэкIуэ Валерэ и фэеплъу. Абыхэм яхэтт КъБР-м и япэ Президенту щытам къикIуа гъуэгуанэр уи нэгу къыщIэзыгъэхьэ гъэлъэгъуэныгъэхэр, тхыдэмкIэ дерсхэр. Жэпуэгъуэм и 22-м траухуэ «КъБР-м и цIыху цIэрыIуэхэр» зыфIаща лъахэхутэ Iуэхур онлайн мардэм тету ирагъэкIуэкIыну.
Ягу къагъэкIыж
Жэпуэгъуэм и 15-м Къэщкъэтау курыт школым щагъэлъэгъуащ «ПщIэшхуэ зиIэ цIыху» зыфIаща видеороликыр. Ар зытепсэлъыхьыр КIуэкIуэ Валерэ и гъащIэмрэ лэжьыгъэмрэщ. Балъкъэр Ипщэм зэхуэс гуапэ щызэхэтащ. Апхуэдэуи къуажэ библиотекэхэм гъэлъэгъуэныгъэхэр къыщызэрагъэпэщащ. Жэпуэгъуэм и 17-м Безенги жылагъуэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм «КъБР-м и Япэ Президент» зыфIаща презентацэр щекIуэкIащ.
МахуищкIэ зэкIэлъхьэужьу
Жэпуэгъуэм и 15-м къыщыщIэдзауэ махуищкIэ Прохладнэ районми Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр щекIуэкIащ КъБР-м и япэ Президенту щыта КIуэкIуэ Валерэ и щIыхькIэ. Псалъэм папщIэ, Алътуд къуажэм «ПщIэрэ щIыхьрэ зиIэ цIыхут» тхыдэмкIэ дерсыр щекIуэкIащ, «Ар и лъахэм хуэпсэуащ» фIэщыгъэр иIэу Благовещенкэ къыщызэрагъэпэща пшыхьми КIуэкIуэр ягу къыщагъэкIыжащ.
Къыхэгъэщыпхъэщ Екатериноградскэ станицэм и библиотекэм альбом зэригъэхьэзырар, «В. М. Коков. Станица Екатериноградская. Фотофакты» фIащауэ.
Къэрэгъэш дэт библиотекэм ущеплъ хъунущ «Къэбэрдей-Балъкъэрым и къуэ пажэ» онлайн-презентацэм. КIуэкIуэ Валерэ ягу къыщагъэкIыж зэхуэсхэр щекIуэкIащ Красносельскэ, Приближнэ, Прималкинскэ къуажэхэми. Ново-Полтавскэ къуажэм буклет щагъэхьэзыращ «Самый человечный человек» фIэщыгъэр иIэу. Малакановскэ къуажэ библиотекэм сурэт гъэлъэгъуэныгъэ къыщызэрагъэпэщащ. Къапщтэмэ, мы махуэхэм КIуэкIуэ Валерэ и цIэр щыжамыIа къуажэрэ жылэрэ республикэм къэнауэ къыщIэкIынукъым.
БАГЪЭТЫР Луизэ.
ШахматхэмкIэ зэпеуэ
Къармэхьэблэ дэт школ №2-м шахматымкIэ зэпеуэ щекIуэкIащ. Абы хэтащ 5 — 8 классхэм щеджэхэр. Iуэхур къызэрагъэпэщащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и япэ Президент КIуэкIуэ Валерэ и фэеплъу. Зэпеуэм кIэлъыплъынухэр иригъэблэгъащ школым и унафэщI Маргъущ ФатIимэ. Абы республикэм и япэ Президентым псалъэ гуапэ хужиIащ, и гъащIэ гъуэгуанэм щыщ пычыгъуэхэмкIэ, республикэм папщIэ илэжьахэм теухуа гупсысэхэмкIэ еджакIуэхэм ядэгуэшащ.
Зэпеуэм пашэ щыхъуащ 8-нэ классым щеджэ Джатэ Албэч. ЕтIуанэ увыпIэр 5-нэ классым щIэс Гувэжыкъуэ Жаннетэ, ещанэр — 6 классым щеджэ Бей Iэдэм зыIэрагъэхьащ (сурэтым). Абыхэм щIыхь тхылъхэр, кубокхэр, медалхэр, ахъшэ саугъэтхэр яритащ Дзэлыкъуэ щIыналъэм и администрацэм и лIыкIуэ Бжьахъуэ Анзор.
Гугъуэт Заремэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "101197.txt"
} |
И гуащIэр ди гъуазэщ ноби
КъБР-м и япэ Президенту щыта КIуэкIуэ Валерэ Мухьэмэд и къуэр къызэралъхурэ илъэс 80 зэрырикъум теухуауэ КъБР-м и Правительствэм и Унэм зэIущIэшхуэ щекIуэкIащ.
Абы хэтащ УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыIэ Чайкэ Юрий, Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и Iэтащхьэ Темрезов Рашид, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек, КъБР-м и Iэтащхьэу щытахэу Урысей Федерацэм ШынагъуэншагъэмкIэ и Советым и Секретарым и къуэдзэ КIуэкIуэ Юрий, УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым сенатору щыIэ Къанокъуэ Арсен, УФ-м и Къэрал Думэм и депутатхэр, сенаторхэр, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Парламентымрэ Правительствэмрэ хэтхэр, щIыналъэ, къалэ администрацэхэм я Iэтащхьэхэр, КъБР-м и Жылагъуэ палатэм хэтхэр, къэрал къулыкъущIапIэхэм я унафэщIхэр, политикэ партхэм, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, еджапIэ нэхъыщхьэхэм я унафэщIхэр, журналистхэр.
ЗэIущIэр къызэIуихащ икIи иригъэкIуэкIащ КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и тхьэмадэ Берд Хьэзрэталий. Абы къызэхуэсахэм фIэхъускIэ захуигъазэри, псалъэ иритащ УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыIэ Чайкэ Юрий. Ар къеджащ УФ-м и Президент Путин Владимир КIуэкIуэ Валерэ къызэралъхурэ илъэс 80 зэрырикъум теухуа Iуэхум хэтхэм зэрызахуигъазэ телеграммэм.
«КIуэкIуэ Валерэ къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэшхуэу, цIыху щыпкъэу, жыджэру щытащ. Урысейм, Къэбэрдей-Балъкъэрым я зэIузэпэщыныгъэм хуэлэжьэным и гъащIэр теухуат. Урысей Федерацэм хэт щIыналъэм зыхуей хуэзэу зиужьынымкIэ куэд ищIащ, гурэ псэкIэ хуэлэжьащ и хэкуэгъухэм. Кавказ Ищхъэрэр щытыкIэ гугъу щита лъэхъэнэм лIыгъэ нэсрэ хахуагъэрэ къызэкъуихащ КIуэкIуэм. ХузэфIэкI псори хилъхьащ лъэпкъ зэгурыIуэныгъэр гъэбыдэным, щIыналъэм мамырыгъэ илъыным, къэралыгъуэ зиIэж республикэ щхьэхуэр хъумэным. КъБР-м и япэ Президенту щыщытам КIуэкIуэ Валерэ къызэринэкIа IуэхущIафэхэмрэ дуней тетыкIэмрэ щапхъэ яхуэхъуу дяпэкIи щIыналъэм зэрызиужьынур, абы и Iуэхухэм иджыри къызэрыпащэнур си фIэщ мэхъу», — щыжеIэ Президентым телеграммэм.
— Си щхьэм къыбгъэдэкIыу жысIэну сыхуейщ нобэ дигу къэдгъэкIыж лIыр хэкупсэ нэсу, лъэпкъылI пашэу щыткIэрэ, иджырей Къэбэрдей-Балъкъэрым и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэ ин зэрыхуищIар, — къыпищащ Чайкэ Юрий. — Сэ фIыуэ сцIыхуну си насып къихьащ КIуэкIуэ Валерэ. 1990 гъэхэм, 2000 гъэм и пэщIэдзэхэм куэдрэ лэжьыгъэ IуэхукIэ дызэхуэзащ, дызэпсэлъащ. Сэ слъэгъуащ абы и хэкум ис лъэпкъхэм щхьэкIэ и гур зэрыузыр. Ар Iущыгъэ ин зыбгъэдэлъ, жэуаплыныгъэ зыпылъ Iуэху зи пщэ дэзылъхьэжыф, пэжым и телъхьэ, хэкIыпIэ къэзыгъуэтыф совет, урысей политик лъэрызехьэхэм ящыщ зыт. Абы къигъэна щIэиныр фи гъуазэу дяпэкIи зыужьыныгъэм фызэрыхуэкIуэнум сэ шэч къытесхьэркъым.
Зи хэкум, зи щIыналъэм, зи лъэпкъым хуэпэжу лэжьа, псэуа лIы щэджащэм къикIуа гъуэгуанэмрэ зэфIиха лэжьыгъэмрэ къыхэщу убгъуауэ къэпсэлъащ КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и унафэщI Берд Хьэзрэталий.
Ар тепсэлъыхьыжащ КIуэкIуэр «Лэскэн» совхозым и унафэщIу щыщыта лъэхъэнэм щегъэжьауэ къикIуа политикэ гъуэгум. 1974 — 1983 гъэхэм КПСС-м и Аруан райкомым и япэ секретару зэрыщытар, а лъэхъэнэм куейр экономикэм хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщI щIыналъэ зэрыхъуар, КПСС-м и Къэбэрдей-Балъкъэр обкомым мэкъумэш IэнатIэмкIэ и секретару, обкомым и етIуанэ секретару, КПСС-м и Къэбэрдей-Балъкъэр обкомым и секретару щылэжьахэм хузэфIэкIар, нэгъуэщI куэди къызэхуэсахэм ягу къигъэкIыжащ.
Политик жыжьаплъэр щытыкIэ гугъу куэдым зэрыпэлъэщар, ди хэкум къыщыхъуа зэпэщIэувэныгъэхэр мамыру зэригъэзэкIуэжар, ар Президенту щыщыта илъэсхэм республикэм хэхъуэрэ ехъулIэныгъэу иIар зэпкърыхауэ къызэхуэсахэм я пащхьэ ирилъхьащ Бердым.
Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и Iэтащхьэ Темрезов Рашид жиIащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и япэ Президенту щыта, илъэс 16 ипэ дунейм ехыжа КIуэкIуэм и лэжьыгъэ бгъэдыхьэкIэмрэ иIа зэфIэкIымрэ республикэм ис дэтхэнэ зым дежкIи зэрыщапхъэр.
— Псоми дощIэ КIуэкIуэм и цIэр тхыдэм дахэу къызэрыхэнар. Ар псэ хьэлэлкIэ хуэлэжьащ и лъахэм, гурэ псэкIэ фIыуэ илъэгъуащ и хэкуэгъухэр икIи КъБР-м мамыры-гъэ щыIэнымкIэ хузэфIэкI къигъэнакъым, — жиIащ Темрезовым. — Гугъущ абы къулыкъум щигъэува пщалъэм и лъагагъыр къэплъытэну. Жыжьаплъэу, Iущу зэрыщытам къыхэкIыу, Урысей къэралыгъуэм и дежкIэ мытыншу щыта лъэхъэнэм хузэфIэкIащ лъэпкъ, дин зэныбжьэгъугъэр и лъахэм щихъумэн, ар нэхъри игъэбыдэн. Политикэ гупсысэ зэпэлъыта зэриIам къыхэкIыу, Къэбэрдей-Балъкъэрыр гъуэгу захуэ тригъэувауэ щытащ. АбыкIэ пщIэшхуэ къыщилэжьат и хэкуэгъухэм я деж, апхуэдэуи и лэжьэгъухэм щIыхь къыхуащIырт.
КIуэкIуэм и политикэ гупсысэ убзыхуам и фIыгъэкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и мызакъуэу, Кавказ Ищхъэрэм и адрей хэгъуэгухэри зыужьыныгъэм, зэкъуэтыныгъэм хуиунэтIащ. Псом ди дежкIи щапхъэщ абы и лэжьыгъэр. Казбек, нобэ Валерэ и IуэхущIафэхэм хуэфэщэну къыпыбощэ, и Iуэху еплъыкIэу щытахэр тегъэщIапIэ пщIыуэ. Си къэпсэлъэныгъэм и кIэухыу узыншагъэ быдэрэ гъащIэ кIыхьрэ иIэну сехъуэхъуну сыхуейщ КIуэкIуэ Валерэ щIэгъэкъуэн нэхъыщхьэу иIа КIуэкIуэ Виолеттэ.
ЦIыхум и хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ уполномоченнэу КъБР-м щыIэ Зумакулов Борис жиIащ КIуэкIуэ Валерэ КъБР-м и япэ Президенту щыхахам тхьэрыIуэ зэрищIар нобэ хуэдэу зэрищIэжыр, езыри абы зэрыщIэсар.
— КIуэкIуэр си дежкIэ Президент къудейуэкъым зэрыщытар, атIэ ныбжьэгъу пэжу, къуэш пэлъытэу дызэбгъэдэтащ, — къыхигъэщащ абы. — Ар и къалэным щыпэрыта лъэхъэнэр тыншу щытакъым. Псоми ящIэж абы щыгъуэм щыIа зэпэщIэувэныгъэхэр. КIуэкIуэм хузэфIэкIащ лъыгъажэ къыхэмыкIыу мамыру Iуэхур зэфIихыну. А лъэхъэнэм республикэмрэ цIыхубэмрэ я пащхьэ щытхь жэуаплыныгъэ иныр зы лIым и пщэ къыдэхуащ икIи пщIэрэ щIыхьрэ иIэу а къалэныр игъэзэщIауэ щытащ.
КIуэкIуэм и гугъу щыпщIкIэ, хуабжьу цIыхугъэшхуэ зэрыхэлъам укъытемыувыIэнкIэ Iэмал иIэкъым. Ар республикэм и ныбжьэгъухэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым ис лъэпкъхэмрэ зы унагъуэу къызэщIэзыкъуэфт. Совет Союзым и дэнэ плIанэпи къыщацIыхурт, къыщащIэрт. ФIыуэ ялъагъурт, пщIэшхуэ хуащIырт Валерэ. Ар зэи емызэшу, сыт хуэдэ Iуэхуми хуэIэрыхуэу и къулыкъум пэрытащ. И гупсысэкIэр, къэIуэтэкIэр, утыку зэхуэмыдэхэм щиIэ къэпсэлъэкIэр куэдым ягъэщIагъуэрт, дэ дрипагэрт. Сэ зэи сщыгъупщэнукъым республикэр гугъуехь щыхэта лъэхъэнэм абы щыпсэу лъэпкъхэм я къэкIуэнур зэрыхъунумкIэ жэуаплыныгъэ зэрихьар икIи зэрынэхъыфIым хуэдэу Iуэхур зэрызэфIихар. Апхуэдэущ ар дигу къызэринэжари.
Федеральнэ къулыкъущIапIэхэм ядэлэжьэнымкIэ КъБР-м и Iэтащхьэм и лIыкIуэу Москва щыIэ-КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Губин Геннадий тепсэлъыхьащ КIуэкIуэм и цIэм республикэми къэралми я дежкIэ мыхьэнэуэ иIам. Iулыдж иIэу, цIыхугъэ хэлъу, еш имыщIэу, акъыл жанрэ гупсысэ куурэ къигъэлъагъуэу и къулыкъум зэрыпэрытар игу къигъэкIыжащ Губиным.
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек къызэхуэсахэм фIыщIэ яхуищIащ республикэм и япэ Президентыр гуапэу, дахэу ягу къызэрагъэкIыжам щхьэкIэ. «Нобэрей махуэр мыхьэнэшхуэ зиIэ политикэ Iуэхуу къызолъытэ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, нобэ УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыIэ Чайкэ Юрий УФ-м и Президент Путин Владимир зыкъызэрытхуигъазэм мы пэшым къызэрыщеджам къегъэлъагъуэ гъуэгу захуэ дызэрытетыр, ди япэ итахэм я IуэхущIафэхэр ди гъуэгугъэлъагъуэу адэкIи зэрызыдужьыр.
Къэбэрдей-Балъкъэрыр къызэрыунэхурэ абы и унафэщIу щытащ цIыху хахуэхэр, щыпкъэхэр, Iущхэр. Дэтхэнэми хэлъхьэныгъэ ин хуищIащ ди лъахэм и зэIузэпэщыныгъэм. Абы ипкъ иткIэ, дэ нобэ ди щхьэр лъагэу Iэтауэ тхухаша гъуэгум дрокIуэ, ар нэхъыфI зэрытщIыным дыхущIэкъуу. КъБР-м и япэ Президентым псом нэхърэ нэхъ игъэнэхъыщхьэу щытар республикэм и цIыхухэрт, сэ ар сощIэ. Абы и плъапIэр зыт — Урысейр къэрал лъэщу, уардэу илъагъунырт. И фIэщ хъурт къуэш нэхъыжьу къыдбгъурытым, къэрал лъэщу къытщхьэщытым и цIыхухэм лей къазэрытемыхьэнур. Ар нобэ щыгуфIыкIынут Урысейм и ехъулIэныгъэмрэ и лъэщагъымрэ. Сэ си къаруи, си гуащIи, хуей хъумэ, си гъащIи сыщысхьынукъым, ди нэхъыжьхэм къытхуагъэна къалэнхэр згъэзэщIэн папщIэ, — жиIащ КIуэкIуэ Казбек.
НэщIэпыджэ Замирэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "101201.txt"
} |
ЩIыналъэ зыужьыныгъэр ирагъэфIакIуэ
УФ-м и Президентым и лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыIэ Чайкэ Юрийрэ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ дыгъуасэ зэIущIащ.
ХьэщIэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къеблэгъащ республикэм и япэ Президенту щыта КIуэкIуэ Валерэ къызэралъхурэ илъэс 80 зэрырикъум траухуа фэеплъ Iуэхугъуэхэм хэтыну.
КъулыкъущIэхэр тепсэлъыхьащ ди щIыналъэм и социально-экономикэ, жылагъуэ-политикэ зыужьыныгъэм ехьэлIа Iуэхухэм, псом хуэмыдэу УФ-м и Президент Путин Владимир ищIа пщэрылъхэр гъэзэщIа зэрыхъум.
Чайкэ Юрий КIуэкIуэ Казбек щигъэгъуэзащ лышх узыфэм щеIэзэ республикэ сымаджэщым и ухуэныгъэр и кIэм нэгъэсынымкIэ дэIэпыкъуэгъу къазэрыхуэхъунум теухуауэ къащта унафэм. Лэжьыгъэхэр 2013 гъэм къызэтрагъэувыIауэ щытащ, иджы а Iуэхум УФ-м и Президентым и лIыкIуэу КИФЩI-м щыIэм и аппаратым Урысей Федерацэм ФинансхэмкIэ и министерствэр дэщIыгъуу хэплъащи, зэман гъунэгъум ухуэныгъэм и ужь ихьэжынущ.
КъБР-м и Iэтащхьэм Чайкэ Юрий фIыщIэ хуищIащ, республикэм и гугъуехьхэм зэпымыууэ гулъытэ къызэрыхуищIым папщIэ. Щхьэхуэу ахэр тепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым коронавирусым зэрызыщиубгъу щIыкIэмрэ ар къызэтегъэувыIэнымкIэ къагъэсэбэп Iэмалхэмрэ.
Чайкэ Юрий а махуэм удз гъэгъахэр трилъхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и япэ Президенту щыта КIуэкIуэ Валерэ и фэеплъ сыным.
КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "101204.txt"
} |
Сауд Хьэрыпым къыщыхожаныкI
Сауд Хьэрыпым и Джиддэ къалэм щекIуэкIащ атлетикэ хьэлъэмкIэ зи ныбжьыр илъэс 13 — 17-м итхэм я дунейпсо зэхьэзэхуэ. Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам хэту саугъэт нэхъыщхьэм щIэбэнащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ Скрипко Аланэ.
Зи хьэлъагъыр килограмм 64-м нэблагъэхэм я зэпеуэм рывокым Аланэ къыщиIэта килограмм 82-рэ хъу штангэм домбеякъ медалыр къыхуихьащ.
ЕтIуанэ бгъэдыхьэгъуэкIэ (толчокым) Скрипко къигъэIурыщIа килограмми 102 зи хьэлъагъми ещанэ увыпIэр къыхуихьыфыну щытащ, арщхьэкIэ судьяхэм ар хабжакъым, спортсменым техникэ и лъэныкъуэкIэ щыуагъэ мащIэ IэщIэкIауэ къалъытэри.
Скрипко Аланэ зыщегъасэ Нарткъалэ дэт атлетикэ хьэлъэмкIэ спорт школым. Ар зэхьэзэхуэм хишащ КъБР-м атлетикэ хьэлъэмкIэ и командэ къыхэхахэр щагъэхьэзыр центрым и тренер нэхъыжь Шэкэм Михаил.
Къэхъун Бэч.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "101207.txt"
} |
Адрейхэм ефIэкIыжу
Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ и гуп нэхъыщхьэм щекIуэкI зэпеуэм хыхьэ тIощIрэ етIуанэ джэгугъуэр зэхэтащ. Адрей зэIущIэхэм къащхьэщыкIыу иужьрейхэм икъукIэ топ куэд щыдагъэкIащ.
ИкъукIэ гъэщIэгъуэну, удэзыхьэхыу екIуэкIащ Къармэхьэблэ къуажэм щызэхэта «Малка»-мрэ «Кэнжэ»-мрэ я зэпэщIэтыныгъэр. ЗэIущIэм хуха-ха зэманыр и кIэм нэблагъэху и щхьэр течауэ пхужыIэнутэкъым текIуэныгъэр къэзыхьынур. Джэгур 5:4-уэ «хэгъэрейхэм» я тепщэныгъэкIэ иухащ.
Апхуэдиз топ дыдэ (9!) щыдагъэкIащ Нарткъалэ щызэхэта щIыпIэ «Нарт»-мрэ «Ислъэмей»-мрэ я зэIущIэм. Ауэ, къыхэдгъэщынщи, мыбы топибгъури къызэхъулIар ислъэмейдэсхэм я футболистхэрщ.
Зэхьэзэхуэм и турнир таблицэм пашэныгъэр щызыIыгъ Прохладнэ и «Энергетик»-м и унэ къыщригъэблэгъащ «Псыгуэнсу»-р. Мыбы хэгъэрейм хьэщIэхэм я гъуэм дагъэкIащ жэуапыншэ топитху икIи зэхьэзэхуэр зэрыщIидзэрэ дигъэкIа топхэм я бжыгъэр 101-м хуигъэкIуащ.
Футболеплъхэм я нэгу топ дахэ куэд щыщIэкIащ ещанэ увыпIэм зыщызыгъэбыда «Урыхумрэ» «Эльбрус»-мрэ я зэIущIэу Анзорей къуажэм щызэхэтами. ЗэпэщIэтыныгъэр Лэскэн куейм и командэм и текIуэныгъэкIэ 3:2-уэ иухащ.
Джэгугъуэм и етIуанэ махуэри топкIэ гъунэжт. «Спартак-Д»-р Налшык щыдэджэгуащ турнир таблицэм и кIэух увыпIэхэм ящыщ зым щыт «Шэрэджым». Хэгъэрейхэм я гъуэм къыдагъэкIа топитхум и жэуапу Старэ Шэрэдж и командэм дигъэкIыжыфар щы къудейщ.
Зэхьэзэхуэм и пашэныгъэм щIэбэн «Тэрч»-м и унэ къыщригъэблэгъащ Шэрэдж куейм и «ЛогоВАЗ»-р. ЗэIущIэм зы топи щыдэзымыгъэкIыфа Бабугент и командэр 6:0-уэ къыхагъэщIащ.
«Шэджэм-2»-мрэ «ХьэтIохъущыкъуеймрэ» я зэIущIэри зэрекIуэкIар зы лъэныкъуэмкIэ ебауэщ. Хэгъэрейхэм дагъэкIа топитхум хьэтIохъущыкъуейдэсхэм зыри пагъэувыжыфакъым — 5:0.
Джэгугъуэм топ нэхъ мащIэ дыдэ щыдагъэкIащ «Шэрджэсымрэ» «Родник»-мрэ я зэIущIэм. Пашэхэм жыджэру якIэлъеIэ Псынэдахэм и командэм 3:1-уэ хэгъэрейхэр хигъэщIащ икIи зыкъыкIэригъэхуакъым япэ итхэм.
Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ и гуп нэхъыщхьэм и тIощIрэ етIуанэ джэгугъуэм хиубыдэу екIуэкIа зэIущIэхэм мыпхуэдэ бжыгъэхэр къарикIуащ: жэпуэгъуэм и 16-м: «Малка» (Малкэ) — «Кэнжэ» (Кэнжэ) — 5:4, «Энергетик» (Прохладнэ) — «Псыгуэнсу» (Псыгуэнсу) — 5:0, «Урыху» (Урыху) — «Эльбрус» (Тырныауз) — 3:2, «Нарт» (Нарткъалэ) — «Ислъэмей» (Ислъэмей) – 0:9; жэпуэгъуэм и 17-м: «Спартак-Д» (Налшык) — «Шэрэдж» (Старэ Шэрэдж) — 5:3, «Тэрч» (Тэрч) — «ЛогоВАЗ» (Бабугент) — 6:0, «Шэрджэс» (Шэджэм) — «Родник» (Псынэдахэ) — 1:3, «Шэджэм-2» (Шэджэм ЕтIуанэ) — «ХьэтIохъущыкъуей» (ХьэтIохъущыкъуей) — 5:0.
КъыкIэлъыкIуэ джэгугъуэм хыхьэу зэхуэзэнущ: жэпуэгъуэм и 23-м: «Энергетик» — «Шэрэдж», «Спартак-Д» — «Урыху», «Псыгуэнсу» — «Нарт», «Ислъэмей» — «Тэрч»; жэпуэгъуэм и 24-м: «ХьэтIохъущыкъуей» — «Эльбрус», «Родник» — «Малка», «Кэнжэ» — «Шэджэм-2», «ЛогоВАЗ» — «Шэрджэс».
Жыласэ Замир.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "101210.txt"
} |
«ЩумыгъэтIылъам къыщылъыхъуэ»
Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэм иджыблагъэ къыщыдагъэкIыжащ Мэлбахъуэ Елбэрд итха «ЩумыгъэтIылъам къыщылъыхъуэ» романыр лъэпкъ литературэм и фIыпIэм ящыщу къалъытар. Къэбэрдейм икIыу Мэзкуу 1557 гъэм япэ дыдэ кIуа адыгэ лIыкIуэунэм тхыдэшхуэ иIэщ. Къэбэрдейми Урысейми я зэхущытыкIэхэр зэтезубла, зыкъомкIэ зыунэтIа лIыкIуэунэм и зэгъэпэщыкIэ хъуам, къызэранэкIа гъуэгум, здэкIуа щыхьэрым и нэгу щыщIэкIам теухуа романыр, критик цIэрыIуэ Тхьэгъэзит Юрэ и псалъэкIэ жыпIэмэ, тхыдэр псалъэ зэгъэпэщам и Iэмалхэр хэлъу зэзыгъэзахуэ тхыгъэшхуэщ.
Тхылъ тедзапIэм и унафэщI Котляров Виктор зэрыжиIэмкIэ, романым щIэупщIэшхуэ иIэщ, ар япэу къыщыдэкIамрэ ди нобэмрэ илъэс бжыгъэ зыбжанэ дэлъми, и лъэпкъ тхыдэм хуеплъэкI, абы и щэхухэр къэзытIэщIыну хуей щIалэгъуалэм щыщу куэдым къыщыщIадзэр абдежщ. «Тхыгъэр зи Iэдакъэ къыщIэкIа Мэлбахъуэ Елбэрд и гуащIэдэкIым хуэфащэ пщIэри едгъэгъуэту, езы тхакIуэми и пщIэр къиIэту къыдэдгъэкIыжа мы тхылъым, пэжым ухуеймэ, куэдкIэ дыщогугъ. Иджыпсту блэкIам къыщыхъуахэмрэ щекIуэкIахэмрэ щIэрыщIэу щриплъэж, Iуэхугъуэ куэдыр щызэрагъэзэхуэж лъэхъэнэщ. Щхьэхьу ухыхьэмэ, узыхихьэнур умыщIэу куущ дэтхэнэ лъэпкъми и тхыдэр. Нобэ утыкум Iэджэ архив тхылъымпIи къохьэ, ди щIыналъэм зыплъыхьакIуэу итахэм я гукъэкIыжу къыкъуэкIыжыр мащIэкъым, археологие щIэныгъэм зеужь, кIуэ пэтми IуэрыIуатэ текст куэд дыдэ хэIущIыIу мэхъуж. ЩIэныгъэм хуэмыIэкIуэлъакIуэ, а псор зы сурэту зи нэгу зэкIэ къызыхущIэмыгъэувэфынухэр мащIэкъым. Сыкъапщтэмэ, шэч къытесхьэркъым Мэлбахъуэм и романыр абы и IуэхукIэ лъагъуэхэш зэрыхъунум. Романыр къызэрежьари зэрыщытари апхуэдэххэщи, а къалэныр ноби зэригъэзэщIэфынумкIэ гурыщхъуэ сиIэкъым».
Мэлбахъуэ Елбэрд «М.Эльберд» цIэр щIэту тха тхакIуэщ, XVI-XVIII лIэщIыгъуэхэм адыгэхэм ирагъэкIуэкIа бэнэныгъэ гуащIэм теухуа «Шынагъуэщ Iуащхьэмахуэ кIуэ гъуэгур» роман цIэрыIуэр и Iэдакъэ къыщIэкIащ.
Сытым къыхэкIами, «ЩумыгъэтIылъам къыщылъыхъуэ» романым нэхъ мащIэущ адыгэ тхылъеджэр зэрыщыгъуазэр. «Лъэхъэнэ зэблэкIыгъуэм хиубыда Къэбэрдей хэ- кур» жаIэу куэдрэ зэхэпхынущ. Ауэ щыхъукIэ, Къэбэрдейр тхыдэм и щхьэл мывэм щыдимыхьа, щыхупIэм щыщхьэщымыхьа лъэхъэнэ къэхутэгъуейщ. Сыт хуэдэ псэзэпылъхьэпIэми адыгэр къыхэкIыфащ, и псэр нобэм къихьэсыфащ. Адыгэ цIыхум и бэшэчагъыр, и зэпIэзэрытагъыр, игъащIэми къыдэгъуэгурыкIуэ адыгагъэмрэ хабзэмрэ хуэпэжу къызэрекIуэкIар къызыхэщ мы тхыгъэр зыкъомкIэ гъэсэпэтхыдэщ, зыузэщI тхыгъэщ. КъупщхьэщIыж Цукъарэ и щхьэмрэ и теплъэмрэ къещIэкIауэ романым къигъэщIыж адыгэ дунейм куэд къыхэпхыфынущ.
Гукъинэжщ лIыкIуэунэр щежьэ-нум Цукъарэ яжриIа псалъэр: «Дуней фытехьэнущ, фи щыIэкIи фи гупсысэкIи зи хамэ цIыху фахыхьэнущ. ЗэгъунэгъуитIрэ пэт я жьэгу дэлъ мафIэм и сыкIэр зэхуэдэкъым. Фэ фыздэкIуэр хамэ къэралщ, фызыхыхьэнур хамэ лъэпкъщ. Сытри нэгъуэщIщ, сытри апхуэдэкъым. Зыхуэвгъэфащэращ фащэри, адыгэ фащэр зэрыекIур, зэрыдахэр я фIэщ фщIы». Хэт жиIэн мы псалъэхэм ящIэлъ къарум ди нобэми мыхьэнэ ямыIэу? Апхуэ- дэ защIэу зэхэлъщ «ЩумыгъэтIылъам къыщылъыхъуэ» романым и дэтхэнэ едзыгъуэри. ЛIэщIыгъуэ жыжьэхэм къыхэIукIыу ди гущIэм щыIу адыгэ тхьэмадэм и макъыр нэгъэсауэ гъуазэщ, лъэпкъ зэхущытыкIэхэм я данагъэщ, цIыхугъэмрэ щытыкIэ нэсымрэ я лъагъуэхэшщ.
ГъэщIэгъуэнращи, тхакIуэм ди пащхьэ кърилъхьа тхыгъэр а зытепсэлъыхь лъэхъэнэм и къэухьым къинэжыркъым. Ар гуэх имыIэу епхащ ди нобэм, адыгэ-урыс зэхущытыкIэхэр лъэпкъ дуней лъагъукIэм и шыбзэм щIигъэкIкIэрэ лъэпкъыр дызыкъута Урыс-Кавказ зауэм къыхэхыпхъэ дерс узыншэхэм гупсысэр трешэ.
«ЩумыгъэтIылъам къыщылъыхъуэ» романыр тхылъ тедзапIэм и проектыщIэм — «Тхыгъэ къыхэхахэм я библиотекэм» — хыхьэу къыдокI. Фигу къэдгъэкIыжынщи, нэхъапэкIэ абы хэту Шинкубэ Бэгърат и «ЖылакIэ», ШэджыхьэщIэ Хьэмыщэ и «ЛъыщIэж», КIэрашэ Тембот и «Шу закъуэ» романхэр, нэгъуэщI куэди къыдэкIащ. ЩIэупщIэ зиIэ сыт хуэдэ тхылъри, сыт щыгъуи мащIэущ дунейм къызэрытехьэр. Мэлбахъуэ Елбэрд и тхылъри аращ — и бжыгъэкIэ мащIэ дыдэщ, 200 къудейщ зэрыхъур.
ШУРДЫМ Динэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "101213.txt"
} |
Къармэ Iэсият: «Уи анэдэлъхубзэм уригушхуэу, урипагэу упсэун хуейщ»
Адыгэбзэр хъумэным, хуэфащэ пщIэрэ гулъытэрэ хуэщIыным, анэдэлъхубзэр щIэблэм яIурылъу къэгъэхъуным, сыт щыгъуи хуэдэу, иджыпстуи куэд ирогузавэ. Ауэ псалъэ къудей мыхъуу, ар IуэхукIэ щIэзыгъэбыдэфхэм ящыщщ ди псэлъэгъу, зи IэщIагъэкIэ психолог Къармэ Iэсият.
— Iэсият, «Адыгэ цIыкIу» IуэхущIапIэм щызэфIэфх лэжьыгъэхэм куэд щIауэ ИнтернеткIэ сыкIэлъоплъ. Ар къызэIуфха зэрыхъуам и гугъу къытхуэщIыт.
— Сабийхэм я анэдэлъхубзэр егъэджыным теухуауэ ядэлэжьэн жэрдэмыр къызыбгъэдэкIар, Iуэхур къыхэзылъхьар зи цIэ зыгъэIуну хуэмей адыгэ щIалихщ. Абыхэм мурад ящIат бэджэнду пэш къащтэу щIэблэм ди бзэр ирагъэджыну. Срагъэблагъэу, егъэджакIуэ къалэныр пщэрылъ къыщысщащIым арэзы сытехъуащ, сыту жыпIэмэ си щхьэкIэ си сабииплIым я нэхъыщIитIым сызэрыхуейм хуэдэу анэдэлъхубзэр зэраIурымылъыр си гукъеуэти. Пэжщ, сабийхэр зэкIуалIэ гъэсапIэхэмрэ курыт еджапIэхэмрэ зыхэт я ныбжьэгъухэм зыдрагъэкIун хуей мэхъу. Аращ си сабийхэм адыгэбзэр нэхъ зэраIэщIэмыхуным зэпымыууэ си нэIэ щIытезгъэтыр. IуэхущIапIэм къыщызэзгъэпэщ дерсхэм къекIуалIэ цIыкIухэм ныбжькIэ си сабий ещанэр — хъыджэбз цIыкIур — хеубыдэри къыздызошэ. Дерсхэр щызгъэхьэзыркIэ нэхъыжьитIыр здызогъэIэпыкъу. Апхуэдэу ахэри дерсхэм зэрыхъукIэ къокIуалIэри щIэсщ, кIэлъоплъ. Ар щIыжысIэращи, си бынхэмкIи мы Iуэхур зэрыщхьэпэр къызгурыIуэу 2020 гъэм и пэщIэдзэм сыхыхьащ лэжьыгъэм.
Налшык къалэм и сабий гъэсапIэ №38-м къыдэ-кIуэу, узыншагъэр щрагъэфIакIуэ «Дельфин» центрми психологыу сыщыIэщ. ЦIыкIухэм гуп-гупуи щхьэхуэуи садолажьэ. Бзэр щхьэхуэу сымыджами, адыгэ къуажэ сыкъыщыхъуащ, адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэфI дыди диIащ.
— Сыт хуэдэ ныбжьым ит уи деж къекIуалIэ цIыкIухэр? Сабий дапщэм уадэлажьэрэ иджыпсту?
— Я ныбжькIэ гуэшауэ гупитI диIащ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, ди деж къекIуалIэхэм я бжыгъэр иджыпсту тIэкIу нэхъ мащIэ хъуащ. Нэхъыжь гупым илъэси 9 — 13, нэхъыщIэхэм илъэси 5 — 7 хъухэр къекIуалIэу къекIуэкIащ. Иужьрейхэр нэхъыбэу пандемием и зэранкIэ нэгъуэщI къэралхэм, къалэхэм къикIыжа унагъуэхэм ящыщти, ягъэзэжащ.
Дылажьэурэ, жэрдэмщIакIуэ щIалэхэм я Iуэху дэмыкIыж хъуащ. IуэхущIапIэр зи жэрдэмхэм къызэIуаха фондыр щымыIэжми, апхуэдэу сыдэзыхьэха, гукъыдэж къызэзыт лэжьыгъэр зэпызгъэужыну сигу щимыдэм, щэбэт махуэм дыщызэхуэсын пэш пщIэкIэ нэхъ егъэзырабгъуу къэзгъуэтри, цIыкIухэр яфIэфIу къызэкIуалIэ дерсхэр адэкIи езгъэкIуэкIыну мурад быдэ сщIащ. Аращ и ужь зэманым ди дерсым къекIуалIэхэм уасэ яхуэзгъэувыным щхьэусыгъуэ хуэхъуари, щезгъаджэ пэшым, дерсхэм къыщыдгъэсэбэпыну дызыхуэныкъуэхэм хухэтхыну. Сабийхэми я адэ-анэхэм яжызоIэ ди дерсхэм къекIуэлIэну гукъыдэж зиIэ щыIэмэ, пщIэншэу къекIуалIэми дызэринэр, дызэрипсэр.
ТщIэр мащIэми, ди гупыр зэкIэ мыинми, сыхуейщ адэкIи зыдубгъуну, ди деж къекIуалIэхэм я бжыгъэм хэхъуэну. Нэхъыщхьэращи, сабийхэм дамыгъэхуу, яфIэфIу къокIуалIэ. Я бынхэр анэдэлъхубзэм зэрыдихьэхыр нэхъыжьхэми я гуапэщ.
— Фи IуэхущIапIэм зэреджэ «Адыгэ цIыкIу» логотипыр къыхэфха зэрыхъуар сфIэгъэщIэгъуэнщ.
— «Адыгэ цIыкIу» логотипыр сэр-сэру сщIащ. Сегупсысри, цIыхур еплъмэ нэхъ игу ириубыдэн папщIэ сыт къыщызгъэлъэгъуэн жысIэри, унэ цIыкIур къезэгъыу къэслъытащ. Бзэ лIэужьыгъуэ дапщэ пщIэми ар IункIыбзэIухщ, бжэ гуэр къыпхузэIузыхщ. Аращ абы щIэлъ мыхьэнэр. И хэку и куэщI исыжыну е хамэ щIыпIэ щыпсэуну къыхуихуэми, хамэ къэрал зыплъыхьакIуэ кIуэми, цIыхум бзэ зэмылIэужьыгъуэхэр къигъэсэбэпыну къыщыхуэщхьэпэ щыIэщ. Дэнэ щIыпIэ укъыщыхутэми, уи унэ ущIэсыжми, уи анэдэлъхубзэм и пщIэр пхъумэжын зэрыхуейр зыщыбгъэгъупщэ хъунукъым. Аращ а унэ цIыкIухэм къыщызгъэлъэгъуа гупсысэр.
— Фи лэжьыгъэм къыпэджэжхэр зэрымымащIэр гуапэщ. Дерсхэр егъэкIуэкIынымкIэ дэIэпыкъуэгъу къыфхуэхъухэм я гугъу уэзгъэщIынут.
— Мазищ ипэкIэ узэIэбэкIыжмэ, адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэ зыбжанэм захуэзгъэзащ згъэхьэзыра планым къыщызгъэлъэгъуа темэм тету, я Iуэху зэрыхуэкIуэм хуэдэу, тхьэмахуэм зэ къытхуеблагъэу дерс ятыну. Абы егъэджакIуэ зыбжанэ къыпэджэжащ. Апхуэдэщ Шэджэм къалэм и курыт еджапIэм адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэу илъэс 20-м щIигъуауэ щылажьэ Къармэ Мадинэ, Налшык и курыт еджапIэ №8-м адыгэбзэмкIэ и егъэджакIуэ Хьэмдэхъу Анфусэ, Налшык и курыт еджапIэ №4-м адыгэбзэмкIэ и егъэджакIуэ Къумахуэ Маринэ сымэ, нэгъуэщIхэри.
Инстаграм напэкIуэцIым и фIыгъэкIэ цIыхуфI, цIыху гуапэ куэд къэсцIыхуащ. Ныкъусаныгъэ гуэрхэри къытхуэзыщIхэри щыIэщ, ауэ зыгуэркIэ сэбэп къытхуэхъумэ яфIэфIу къыддэIэпыкъуну хьэзыру зыкъытхуэзыгъазэ цIыху гуапэхэр нэхъыбэщ. Апхуэдэу цIыхухэр къызэрытпэджэжыр хуабжьу гуапэ сщохъу. Ди лэжьыгъэр зэхэзыхахэм ящыщу сомрэ чэнджэщкIэ къыддэIэпыкъухэр, хузэфIэкIымкIэ зыкъытщIэзыгъакъуэ цIыху щхьэхуэхэр зэрыщыIэр гуапэщ. Псоми я цIэ къыхэзгъэщынкъым, ауэ апхуэдэщ Къармэхьэблэ къуажэм Абыкъухэ я хьэщIэщыр зыгъэлажьэ щIалэр. ИнджылызыбзэмкIэ егъэджакIуэ, адыгэбзэр егъэджынми гулъытэ ин хуэзыщI Дзасэжь Ларисэ и лэжьыгъэ щхьэпэхэр, Мэлей ФатIимэ и «Азбукэ», «Сабиигъуэ» тхылъхэр ди дерсхэм къыщыдогъэсэбэп. Америкэм и Штат Зэгуэтхэм щыпсэу адыгэ щIалэ Емышэ Жантий Инстаграм напэкIуэцIымкIэ зыкъысхуигъазэри, адыгэбзэр зэребгъэджыну тхылъым и ссылкэр къысIэригъэхьащ. Иджыри ди лэжьыгъэм къыщыдгъэсэбэпыну дыхунэмысами, ари хьэлэмэтщ, щхьэпэщ.
— Iэсият, Инстаграм напэкIуэцIым сабийхэм папщIэ къыщызэбгъэпэщ зэпеуэхэм цIыкIухэр я зэфIэкI зэрыщеплъыжыр, адыгэбзэм нэхъри зэрыдригъэхьэхыр, абыхэм я фIыгъэкIэ бзэм гулъытэ нэхъыбэ зэрыхуащIыр нэрылъагъущ. А зэхьэзэхуэхэр дауэ къыхэплъхьа хъуа?
— «Принт-центр» тхылъ тедзапIэр зи унафэм щIэт, «Адыгэ цIыкIу» эмблемэм и сурэтышхуэр тхуэзыщIа Бекъул Леонид «адыгэмэ зыщыуа» тетрадхэр къэдгъэсэбэпыну тыгъэ къыщытхуищIым, куэдрэ сымыгупсысэу сабийхэм я къуажэм, къалэм, щIыпIэм теухуа усэ къеджэнымкIэ, псынщIэрыпсалъэ жаIэнымкIэ зэпеуэхэр къызэзгъэпэщри, къыхэжаныкIа-хэм а тетрадхэмкIэ сахуэупсащ. Щыпсэу щIыпIэми емылъытауэ, гупыж зыщI дэтхэнэ зы адыгэ цIыкIури зэхьэзэхуэм хэты-ну къезгъэблэгъащ. Ди Инстаграм напэкIуэцIым зэпеуэм хэтхэм къагъэхьа видеохэр къислъхьэурэ хэIущIыIу сщIащ икIи Iэ нэхъыбэ зыхуаIэтахэр текIуауэ къэтлъытащ. Зэхьэзэхуэм хэта псори дгъэлъэпIащ, зыри Iыхьэншэ дымыщIу. Апхуэдэ зэпеуэхэм дяпэкIи къыпысщэну, сабий нэхъыбэ си лэжьыгъэм къыхэсшэну си мурадщ.
— Зым и дежкIи щэхукъым техникэ ехьэжьам я зэманым къэхъу иджырей сабийхэр бзэм дебгъэхьэхын папщIэ дерсхэр нэхъ гъэщIэгъуэну, щIэщыгъуэу бухуэн зэрыхуейр. Абы и лъэныкъуэкIэ сыт хуэдэ Iэмалхэр къэбгъэсэбэпрэ?
— Пэжщ, иджырей са-бийхэр къыдэхьэхыгъуафIэкъым. Си лэжьыгъэм къыщызогъэсэбэп Iэмал, джэгукIэ зэмылIэужьыгъуэхэр, сабийхэр нэхъ тегушхуауэ я бзэм зэрырипсэлъэфыным хуэщIахэр. ЕгъэджакIуэхэр си гъусэу, дерсхэр доубзыху. Ахэр сабийхэм щIэщыгъуэ ящыхъун хуэдэу къэдгупсысурэ къызыдогъэпэщ. АдыгэбзэкIэ дыпсалъэурэ доджэгу, усэ зыдогъащIэ, диктант дотх, макъамэхэм додаIуэ, дыкъофэ, хабзэм теухуа Iуэхугъуэхэм, дауэдапщэхэми гулъытэ яхудощI. КIэщIу жыпIэмэ, сабийхэр темызашэу нэхъ гъэщIэгъуэну ди зэманыр зэрыдгъэкIуэным дыхущIокъу.
— Фи дерсхэм мы гъэм къевгъэблэгъэнум, щэху хэмылъмэ, утезгъэпсэлъыхьынут , Iэсият?
— ШыкIэпшынауэ Iэзэ, адыгэ макъамэ Iэмэпсымэхэр къэзыгъэщIэрэщIэж Еуаз Зубер къезгъэблэгъэ-ну си мурадщ. А макъамэ Iэмэпсымэм дихьэхмэ, хэт ищIэрэ сабийхэм абы зыхуагъэсэнкIи хъунщ. Арджэн зыщI Мазло Руслани къытхуеблагъэу а пасэрей IэщIагъэм и щэхухэм цIыкIухэр хигъэгъуэзэну сыщIохъуэпс. Апхуэдэу щапхъэ зытрах, ехъулIэныгъэ зиIэ цIыкIуи ини къезгъэблэгъэурэ дерс щIэщыгъуэ ирисщIыну си мурадщ.
— «Адыгэ цIыкIу» IуэхущIапIэм къекIуалIэ сабийхэм я къэкIуэнур дауэ зэрыплъагъур?
— КъызэрыслъытэмкIэ, бзэ куэд пщIэныр фIыщ, ауэ а псом япэр уи бзэрщ. Иджырей щIалэгъуалэм я гъуэгур зэIухащ: еджапIэ е лэжьапIэ IуэхукIэ дэни кIуэфынущ. ДэнэкIэ ягъазэми, дэнэ щIыпIэ къыщыхутэми, я бзэр, я хабзэр ящIэжу, хамэхэм абыхэр къыдалъа-гъуу щытмэ, ар къазэрыщхьэпэнум шэч хэлъкъым. Сабийр цIыкIуху ахэр яхэплъхьэмэ, ахэм дебгъэхьэхмэ, езыхэми къащIэхъуэну щIэблэр а псом хуагъэсэнущ. КIэщIу жыпIэмэ, бзэщIэкъу, хабзэ мыгъэкIуэд жыхуаIэ щIэблэм хуэдэ диIэну, а Iуэхум адэкIи къыпащэну сащогугъ.
Епсэлъар ТЕКIУЖЬ Заретэщ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "101216.txt"
} |
Гъуэгухэм елэжьхэм щIагъэхуабжьэ
Урысей Федерацэм и гъуэгум елэжь IэнатIэхэм зыщегъэужьыным хуэгъэзауэ 2018 гъэм къащтауэ щытащ, «Шынагъуэншагъэ икIи фIагъ лъагэ зиIэ автомобиль гъуэгухэр» лъэпкъ проектыр. Ди къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 83-м лэжьыгъэшхуэ щокIуэкI абы теухуауэ.
УФ-р зэрыщыту къэтщтэнщи, зы махуэм, ику иту, гъуэгущIэу километри 5-м нэблагъэ къыщызэIуах, километр 75-р щызэрагъэпэщыж, IэнатIэм епха IуэхущIапIэхэм я бжыгъэр, псори зэхэту, мини 3-м нызэрохьэс, абыхэм цIыху мин 750-м нэблагъэ щолажьэ. Къэдгъэлъагъуэмэ, ахэр автомобиль зекIуапIэщIэхэр зыукъуэдий, жьы хъуахэр зэзыгъэзэхуэж ухуакIуэхэрщ, инженерхэрщ, гъуэгухэм я проектхэр зэхэзыгъэувэхэрщ, ирахьэлIапхъэхэр къыщIэзыгъэкIхэрщ.
Ди республикэм Транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министерствэм мы зэманым и нэIэ тригъэтщ цIыхухэр къезышэкI автопредприятэу 19-м, автовокзалрэ автостанцу 7-м, гъущI гъуэгу станцрэ вокзалу 6-м, кхъухьлъэтапIэм, троллейбусхэр зи IэмыщIэ илъ управленэм. Абыхэм, псори зэхэту, цIыху мини 3-м щIигъу щолажьэ.
Гъуэгу лэжьыгъэхэмкIэ я къалэныр зэрагъэзащIэм къыдэкIуэу, а IэнатIэм и къудамэхэр бжьыхьэ-щIымахуэ лъэхъэнэм зэрыхуэхьэзырыр къапщытэ, щIыналъэ мыхьэнэ зиIэ автомобиль гъуэгуу километр миниплIым нэблагъэр зехьэныр икIи зэгъэпэщыжыныр зэкIэлъыхьауэ къызэрагъэпэщ, а Iуэхухэр зэрызэфIахым кIэлъоплъ.
УФ-м и Президентым 2000 гъэм гъатхэпэм и 23-м къыдигъэкIа унафэм ипкъ иткIэ, Гъуэгу хозяйствэм и лэжьакIуэхэм я махуэр жэпуэгъуэм и ещанэ, автомомобилым дихьэххэм ейр — еплIанэ тхьэмахуэ махуэхэм трагъэхуащ. Абы ипэкIэ зэрыщытар аращи, 1980 гъэм СССР-м къыщащтауэ щытащ «Автомобилистым и махуэ» зыфIащар. Ар ирырагъэхьэлIат жэпуэгъуэм и иужьрей тхьэмахуэ махуэм. Иужьым а Iуэхугъуэр «Автомобиль транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмрэ я лэжьакIуэхэм я махуэу» 1996 гъэм зэрахъуэкIат. АрщхьэкIэ, илъэс бжыгъэ фIэкIа дамыгъэкIыу, автомобилистхэмрэ гъуэгуухуэхэмрэ я IуэхущIафэхэр зэрызэщхьэщыкIыр къалъытэри, а тIуми махуэ зырыз хухахащ.
Гъуэгур экономикэм и Iыхьэ нэхъыщхьэ дыдэхэм ящыщщ. А IэнатIэм зегъэужьыным ди республикэми гулъытэ ин щыхуащI. ЕхъулIэныгъэ нэрылъагъухэр яIэу ди гъуэгуухуэхэр я махуэм ирихьэлIащи, дяпэкIи лэжьыгъэ щхьэпэхэр яIэну, я зэфIэкIым хагъэхъуэну ди гуапэщ.
КЪУМАХУЭ Аслъэн.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "101223.txt"
} |
Псыхъурей и гъуэгуанэ мытыншхэр
Иджырей Псыхъурейр Лафыщхьэблэу къежьащ икIи абы и къекIуэкIыкIэр уи фIэщ хъууэ къэзыIуэтэжар къуажэм щыщ тхыдэдж икIи журналист, къэрал лэжьакIуэ Къарэ Арсенщ. Езым къигъуэтыжа икIи зэхуихьэсыжа дэфтэрхэр щыхьэту къихъыурэ, къэхутакIуэм хуегъэфащэ Лафыщхьэблэм и япэ цIыхухэр мы щIыпIэм епщыкIубгъуанэ лIэщIыгъуэм и тощI — щэщI гъэхэм щитIысыкIауэ. Ипэ IуэкIэ ар ХьэтIохъущокъуэхэ ейуэ щытащ икIи ахэращ зи гугъу тщIы щIы кIапэр къэIэпхъуахэм езытар.
Къуажэм узыщрихьэлIэ унэцIэхэм шэч къытепхьэркъым абы щыпсэухэр нэгъуэщI жылэхэм къыдэкIыурэ зэрызэхэтIысхьам. Дауи, къулейсызрэ къулейуэ зэщхьэщыкIырт. Пэжу, иужьрейхэр мыбы зэи щыкуэдакъым. Лафыщым мин хъу шыбз гуартэ иIауэ ягъэхъыбарыж. Езы къуажэдэсхэми шы куэд зэрахуэрт икIи ахэр Гумкъалэрэ (Георгиевск) Къурейрэ (Новопавловск) я къэзакъхэм уасэ къезэгъкIэ иращэрт.
МыдэIуэкIэ дыкъэIэбэнщи, Псыхъурейм щыпсэухэм жэпуэгъуэ революцэм зэрыбгъэдыхьэр зэщхьэщыкIащ. Дин щIэныгъэшхуэ зыбгъэдэлъ Къатхъэн Назир куэдкIэ и фIыгъэщ Къэбэрдеймрэ Балъкъэрымрэ 1920 гъэм хужьхэм къызэрыIэщIагъэкIыжар. А я къуажэгъу цIэрыIуэм и шэрихьэт полкым хэту зэуащ Лафыщхьэблэ щыщ куэди. Большевикхэм Iэзэу къагъэсэбэпащ муслъымэнхэм яхэлъ фIэщхъуныгъэр: цIыху псори хуитыныгъэкIэ зэхуэдэу щытын зэрыхуейр — дэтхэнэми сыт хуэдэ дин иIыгъынуми хуиту. Ауэ коммунистхэр диныншэхэт, ахэр ятеплъэ хъуртэкъым попхэмрэ ефэндыхэмрэ. Я лъэр зэрагъэбыдэу абыхэм къагъэлъэгъуащ езыхэр зищIысыр. Ауэ Къатхъэн Назир псэухукIэ хущIэкъуащ шэрихьэт хабзэмрэ Совет властымрэ зэригъэкIуну. Ауэ а тIур зэи зэзэгъынутэкъым, аращ зытекIуэдари.
Пщыжь-уэркъыжьхэм (совет лъэхъэнэм дызытемыкIыу къэдгъэсэбэпу щыта псалъэхэр къэтхьынщи) я цIэхэр къуажэхэм зэрахьэ мыхъуну 1920 гъэм унафэ къащта иужькIэ Лафыщхьэблэр Шэрихьэт къуажэу зэрахъуэкIащ. Апхуэдэурэ екIуэкIащ илъэс зытIущкIэ, ауэ ари жыжьэ унэзыхьэсыну шытэкъым. ИкIэм-икIэжым къуажэм игъуэтыжащ иджы зэрихьэ цIэр — Псыхъурей. Политикэ гуэри хэлъкъым икIи зыри къодэуэнукъым, здэщыIэ щIыпIэми йозэгъ: Балъкърэ Къетыкъуэрэ (иужьрейр мэзымрэ псымрэ я цIэщ) я кум дэсщ.
«Большевик» IуэхущIапIэр Къэбэрдей-Балъкъэрым япэу къыщызэрагъэпэща колхозхэм ящыщащ. Зауэ нэужьым ар тIу иращIыкIри, хозяйствитI хъуащ. Зэман дэкIри, аргуэру зэхагъэхьэжащ.
БлэкIа лIэщIыгъуэм и 90 гъэхэм къэралыр зыхэта зэрыхьзэрийри, дауи, лъэужьыншэ хъуакъым мы къуажэми щыпсэухэм я дежкIи. А зэманым нэхъыфIхэм хабжэу хуежьа «Большевик» колхозыр ягъэлъэлъэжьащ егугъуу, мурад пыухыкIам тету. Мэкъумэш щIэнымрэ Iэщ гъэхъунымрэ фIэкIа нэгъуэщI зыхэпсэукIын зимыIэ цIыхухэр утыкум къинат. АрщхьэкIэ сыт ящIэнт? Ягъэващ, я фэм дагъэхуащ, аурэ хэкIыпIэхэр къагъуэту хуежьащ. ИгъащIэ лъандэрэ лэжьэкIуэжьу, Iуэхум хуэмыщхьэхыу къызэрекIуэкIар къахуэщхьэпащ. Псыхъурей щыпсэухэм хадэм зратащ, пасэу зыкъэзыужь жыгхэр хасащ. Псом хуэмыдэу — мыIэрысейхэр.
— Ди къуажэм и псэукIэр IыхьитIу бгуэш хъунущ, — къызжиIащ Псыхъурей и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэ Батыр ХьэзрэIил. — Нэхъапэм дызытета лъэпкъ проектхэмрэ программэ зэмылIэужыгъуэхэр къыщежьамрэ. Хьэуэ, нэхъапэхэми ди Iэр зэтедзауэ дыщысакъым. Ауэ лъэпкъ проектхэм IэмалыщIэхэр, уеблэмэ нэхъапэм дызыщымыгугъахэр, къытхузэIуахащ.
Псалъэм папщIэ, илъэситху-пщIы хуэдиз ипэкIэ зыгъэпсэхупIэ утепсэлъыхьын къудейр къуажэдэсхэм я дежкIэ емыкIу хуэдэт. «Ара дэ дыкъызыхуэтыжыр?» — къыбжаIэнт. Иджы мис «Къалэ теплъэ зиIэ псэукIэ» лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ метр зэбгъузэнатIэ миным щIигъум плиткэхэр иралъхьащ, тIысыпIэ гъэщIэрэщIахэр щагъэуващ, уэздыгъэ дахэхэри ящхьэщытыжу. Жыгхэр, удз гъэгъахэр щагъэтIысащ. Сабий джэгупIэхэр къащыгъупщакъым. Лэжьыгъэ псоми сом мелуани 2-рэ мин 700-рэ текIуэдащ.
Спорт комплексми цIыхухэр щыгуфIыкIащ. Мыбы зэпеуэ зэмылIэужьыгъуэ куэд щебгъэкIуэкI мэхъу. Iэмэпсымэ псомкIи ирикъуу къызэгъэпэщащ, медкабинет, зытIэщIыпIэ, зытхьэщIыпIэ иIэщ.
Ахэр нэхъ «мыхьэнэншэхэращ»: пэжу, ахэр уимыIэми упсэуфынущ, ауэ нэхъ «къыдэдзакъэ» Iуэхухэри дагъэкIащ. Батырым хуабжьу и гуапэ хъууэ я гугъу къысхуещI абыхэм. Километри 7,5-рэ зи кIыхъагъ гъуэгум асфальт тралъхьащ, уэрамищым псы зрикIуэ бжьамиищIэхэр щыдалъхьащ — псори зэхэту километр 1,5-рэ я кIыхьагъыу. Иджы 2022 гъэм псы къыщIэшыпIэщIэ яубрууну щогугъ, а лэпкъ проект дыдэмкIэ.
Къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэр кхъахэ хъуащ, цIыху щIыхьэ мыхъужу. Иджы щIэ яухуэну къапэщытщ. Ар сыт и лъэныкъуэкIи зэманым езэгъыу икIи къуажэм и IуплъапIэу щытынущ. Аращи, дызыхыхьэ илъэсми къалэн инхэр зэфIагъэкIыну къапоплъэ.
Администрацэм и Iэтащхьэм и псалъэхэм ятепщIыхьмэ, мыбы Iуэхухэр щекIуэкIыу къыщIэкIынущ, «зы махуи лэжьыгъэншэу щымысын» хабзэм тету. Уеблэмэ дошынэ зы нэхъ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэху гуэр и гугъу дымыщIу тIэщIэхункIэ. А псори зыхуэгъэзари узэщIыныгъэрщ. 2022 гъэм къуажэм стадион щаухуэнущ тIысыпIэ 300 иIэу, асфальтым метр 400 хуэдиз къиубыду.
Ауэ, ищхьэкIэ зытещIыхьар къыщызэрыхэдгъэщащи, къуажэ гъащIэр губгъуэ лэжьыгъэхэрщ. Фермерхэм мы гъэм гъавэ бэв кърахьэлIащ, иджыпсту пхъэщхьэмыщхьэхэр къыпачыж. Абыхэми яхузэфIэкI халъхьэ псоми я зэхуэдэ Iуэхум. Мыбдеж къыщыдгъэлъэгъуэнщ абыхэм я ахъшэкIэ сабий садыр зыхуей зэрыхуагъэзар. Иджы IуэхущIапIэм псы хуаби иIэнущ. Езы мэкъумэшыщIэхэри хущIокъу сыт и лъэныкъуэкIи зэманым декIуным. Псалъэм папщIэ ягъэуващ къэкIыгъэхэм псы зэрытраутхэ Iэмэпсымэ лъэщхэу 6. Абы бэвагъымкIэ иIэ мыхьэнэр хэти къыгурыIуэ ди гугъэщ.
НэгъуэщIми гу лъыттащ мы къуажэм дыщыщыIам. «Псыхъурей» цIэр зезыхьэ къуажэм и дежкIэ емыкIу хъунт мыбы псым и Iуэхур тэмэму щымыгъэувамэ. Дэтхэнэри ехъуэпсэнущ къуажэм и уэрам нэхъыщхьэм и Iуфэм щежэх псышхуэм. Ар я хадэхэм щIагъэхьэ унагъуэхэм.
Къэдгъэлъэгъуахэр къызэщIэтIкъуэжынщи, Псыхъурей адыгэ жылэжьым щыпсэухэм зэлIэлIэни гугъу зыщIрагъэхьыни яIэщ. Аращ гъащIэ жыхуаIэжри.
Шал Мухьэмэд.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "101226.txt"
} |
Сабий зэрыс унагъуэхэм зыщIагъакъуэ
Зи ныбжьыр илъэси 3-м щегъэжьауэ 7-м нэс сабий зи унагъуэм исхэм иридэIэпыкъуну иджыри сом мелард 28,3-рэ хухах. Апхуэдэ унафэм Iэ щIидзащ Урысей Федерацэм и Правительствэм и УнафэщI Мишустин Михаил.
Унафэм зи гугъу щищIыр унагъуэм и хэхъуэр абы ис цIыху бжыгъэм теухуауэ упсэун папщIэ нэхъ мащIэ дыдэу узыхуей ахъшэм хуэдиз дэтхэнэми лъымысмэ, сабийхэм мазэ къэс а ахъшэм и процент 50-м щегъэжьауэ 100-м нэс зэрыратынурщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым упсэун папщIэ нэхъ мащIэ дыдэу узыхуей ахъшэр сом 11804-рэ щохъу.
Абы папщIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым сом мелуан 250,3-рэ къыIэрыхьэнущ. Иджыпсту апхуэдэ дэIэпыкъуныгъэ ягъуэт унагъуэ мин 40-м.
Сабиищ е нэхъыбэ щапI унагъуэхэм ядэIэпыкъун папщIэ сом меларди 5,9-рэ зэрыхухахым теухуа унафэми Iэ щIадзащ. Апхуэдэхэм нэгъуэщI дэIэпыкъуныгъи яIэщ я сабийм и ныбжьыр илъэси 3 ирикъуху.
Къэбарт Мирэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "101229.txt"
} |
Жыг хадэхэм къахохъуэ
2021 гъэм гектар мин 1,5-м нэблагъэм щыхасэнущ бэвагъ ин къэзыт жыг лIэужьыгъуэщIэхэр. Ар нэгъабэ елъытауэ процентибгъукIэ нэхъыбэщ. Мы бжьыхьэм хасэну гектар мин 1,5-м нэмыщIауэ, гъэ къакIуэ и гъатхэми жыгыщIэу гектар миным нэблагъэ хагъэзэгъэнущ. Апхуэдэ хъыбар къитащ КъБР-м Мэкъумэш IэнатIэмкIэ и министерствэм.
Зи гугъу тщIы жыг лIэужьыгъуэщIэм хуэдэу гектар 1380-рэ ди щIыналъэм щыхасагъэххэщ. А жыгыщIэхэм я нэхъыбэр мыIэрысейщ, адрейхэр кхъужьейщ, пхъэгулъейщ, шэфталейщ, шыгъулдыкъащхъуэри (голубикэ) куэду хасащ. Министерствэм къызэрыщыхагъэщащи, мы гъэм пхъэщхьэмыщхьэу тонн мин 535-рэ кърахьэлIэну щогугъ.
ТехнологиехэмкIэ 3-нэ дунейпсо гъэлъэгъуэныгъэ-конгресс «PROЯблоко-2021»-м къыщыпсалъэу, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщащ 2020 гъэм мыIэры-сэу тонн мин 517-рэ кърахьэлIэжауэ щытамэ, мы гъэм ар тонн мин 18-кIэ нэхъыбэ зэрыхъунур. Абы жиIащ пхъэщхьэмыщхьэ, гъавэ хъумапIэу 33-рэ республикэм зэрыщыIэр, абыхэм зэуэ щIэхуэнущ тонн мини 150-м нэблагъэ.
НафIэдз Мухьэмэд.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "101232.txt"
} |
Ди щхьэм пщIэ хуэдвгъэщIыжи, адрейхэми дыкъалъытэнщ
2022 гъэм и япэ илъэс ныкъуэм газетхэмрэ журналхэмрэ къезыгъэхьыну хуейхэм я Iэ щIэдзыгъуэр зэхаублащ. АдэкIи къыткъуэтыну хуейхэм Iэмал яIэщ ди ныбжьэгъу пэжу къэнэну.
Сыт жыпIэн, иужь илъэс тIощIрыпщIым щытыкIэ гугъум къихутащ газетхэр, журналхэр, тхылъхэр — тхылъымпIэм традзэ псори. Щыпсэу бгъуэнщIагъхэм я блынхэм пасэрей цIыхухэм тращIыхьа сурэт къызэрыгуэкI дыдэхэмрэ жыг пхъафэм щратхъа дамыгъэхэмкIэ къежьа хъыбарегъащIэ Iэмалхэр нобэ «дунейпсо бэджыхъым» (интернетым) зэщIищтащи, жып телефонхэмрэ компьютерхэмкIэ жьыми щIэми къэхъукъащIэхэм напIэзыпIэм зыщагъэгъуазэ, щызэрощIэ. Ар гъащIэм и зыужьыкIэщ, упэувкIи узыпэмылъэщынщ.
Апхуэдэу щыт пэтми, газетхэм я мыхьэнэр зыми лъэныкъуэ хуегъэзынукъым. Псом хуэмыдэу ар лъэпкъ газету щытмэ. Дэ дыкъызытепщIыкIыжауэ 1924 гъэм дунейм къытехьа «Къарэхьэлъкъыр» къыгуэхыпIэ имыIэу ди щэнхабзэм и зы Iыхьэ лъэщ хъуащ. ИужькIэ «Социалистическэ Къэбэрдей-Балъкъэр», «Къэбэрдей пэж», «Ленин гъуэгу» фIэщыгъэцIэхэм къапхрыкIри, ар, дэ дызэреплъымкIэ, нэхъ хуэфащэ дыдэ «Адыгэ псалъэм» хуэкIуащ икIи ди лъэпкъым ехьэлIауэ республикэми, къэралми, дунейми къыщыхъу Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм сыт щыгъуи фыщыдогъэгъуазэ, фIым дригушхуэрэ Iейр зыхэднэну дыхущIэкъуу.
ТхылъымпIэкIэ тедза дэтхэнэ къыдэкIыгъуэми и мыхьэнэр къызэралъытэр абы и щIэджыкIакIуэхэм я бжыгъэращ. Иужьрей илъэс зыбгъупщIым ар апхуэдизкIэ ехуэхыу йокIуэкIри, уримыукIытэнкIэ икIи уримыгузэвэнкIэ Iэмал иIэкъым. Къапщтэмэ, 2019 гъэ лъандэрэ «Адыгэ псалъэр» къызэрыдэкI экземпляр мини 2 иримыкъур сыт зищIысыр, Къэбэрдей-Балъкъэрым ди лъэпкъэгъуу мелуан ныкъуэм щIигъу щыпсэууэ?! Абы къокI КъБР-м адыгэу исым и процент ныкъуэм и ныкъуэжым фIэкIа ар яIэрымыхьэу. ХуэдитхукIэ нэхъ мащIэ ди къуэшхэр щыпсэу Адыгейм я лъэпкъ газетыр унагъуэ мини 5-м щIигъум яIэрохьэ. Мин 60-м нэмыс шэрджэсхэм я «Черкес хэкум» еджэхэр мини 3-м щхьэпрокI. Ахэри куэду пхужыIэнукъым, «Ленин гъуэгур» мин 20-м щIигъуу, «Адыгэ псалъэр» илъэс зыбгъупщI ипэкIэ мини 9-м нэблагъэу къыдэкIыу зэрыщытар къэплъытэмэ.
АнэдэлъхубзэмкIэ ди республикэм дунейм къыщытехьэ газет закъуэр нэхъыбэм ялъэIэсынымкIэ дяпэкIэ щIэгъэкъуэн нэс къытхуэхъуну дыщогугъ зи лэжьыгъэр сыт щыгъуи куууэ икIи зыубгъуауэ къэдгъэлъагъуэ, зи жьауэм дыщIэту дыкъыдэкI Къэбэрдей-Балъкъэрым и Парламентымрэ Правительствэмрэ, Дунейпсо, Къэбэрдей адыгэ хасэхэр, КъБР-м и Адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я зэзыгъэуIу советыр, «Адыгэбзэм и Гупсэхэр», щIэныгъэлIхэр, тхакIуэхэр, усакIуэхэр, егъэджакIуэхэр… адыгэ зэхэтыкIэмрэ щэнхабзэмрэ хъума хъун папщIэ гууз-лыуз зиIэ дэтхэнэ зыри.
ФIыщIэ псалъэхэр щхьэхуэу яхужытIэну дыхуейщ нобэ ди газетыр зыIэрыхьа щIэджыкIакIуэ 1841-м. Дэтхэнэ зыми пщIэшхуэ фхуэфащэщ фи унагъуэм адыгэ псалъэр зэрыщывгъэIумкIэ, щIэблэм ар зэрахэфпщэмкIэ — Алыхьыр арэзы къыфхухъу! ДощIэ ди газетым и тедзапщIэр зэрылъапIэри, и чэзум нызэрыфхуамыхьри, нэгъуэщI щыщIэныгъэхэр куэду зэрыщыIэри. АрщхьэкIэ фыщыгъуэзэну дыхуейт: 2022 гъэм и япэ илъэс ныкъуэм «Адыгэ псалъэр» ныфхуахьын папщIэ щIэфтыну сом 724,8-м щыщу и Iыхьэ пщIанэри дэ къызэрытIэрымыхьэр. Уасэр зыгъэуври, Iэ трезыгъадзэри, зэбгрызыхын хуейри «Урысейм и пощтыращ». Дауи, а псоми ехьэлIа гукъеуэхэр зыхуэгъэзари аращ. Дэри, газетыр дгъэхьэзращи адрейм ди Iуэху хэлъкъым жытIэу дыщыскъым. ТлъэкI къэдгъанэркъым абы и уасэр нэхъ пудынкIи и чэзум къыфIэрыхьэнкIи. ИкIи пощтзехьэхэм ар къыщыдэкIа махуэм ныфхуамыхьамэ, Iуэхур евмыгъэтIылъэкIыу фыпсалъэ ди газет напэкIуэцIхэм я кIэух дыдэм деж сыт щыгъуи къытеддзэ КъБР-м федеральнэ пощт зэпыщIэныгъэмкIэ и управленэм (76-01-28, 76-01-10) е редакцэм и дэтхэнэ телефонми, фи хэщIапIэр къыжыфIэу. Дэ абыхэм яхуэфэщэн унафэ тэмэм тредгъэщIыхьыну фыкъыдогъэгугъэ. Къезэгъыркъым щIэщыгъуэрэ щхьэпэрэ тщIын мурадкIэ пщэдджыжь нэмэзым къыщыщIэдзауэ жэщыбг хъухукIэ ди къарури, зэфIэкIри, узыншагъэри хэтлъхьэу дгъэхьэзыра, тредгъэдза газетхэр махуитI-щы, тхьэмахуэ, уеблэмэ мазэ дэкIауэ зэхуэхьэсауэ щIэджыкIакIуэхэм хуахьыжыныр. КъыдэкIыгъуэм и щIэщыгъуагъыр къыкIэлъыкIуэм игъэбагъуэущ ди лэжьыгъэр зэрызэтеублар: нобэм хуэгъэпса тхыгъэм уемыджамэ, пщэдей хьэлэмэтыжкъым, адрей хъыбарегъащIэ IэмалхэмкIэ псынщIэ дыдэу зэрызэбгрыкIым къыхэкIыу.
Ди щхьэм пщIэ хуэдвгъэщIыжи, адрейхэми дыкъалъытэнщ. Дыдейр, ди фIыр, ди сэбэп зыхэлъыр дымыхъумэмэ, хамэр къакIуэу ар къытхуищIэнукъым. «Адыгэ псалъэ» газетри ящыщщ набдзэгубдзаплъэу зыхущытыпхъэ лъэпкъым и хъугъуэфIыгъуэхэм, ди къекIуэкIыкIэ пэжыр махуэ къэс зи напэкIуэцIхэм щызэхуэзыхьэсхэм. Зэман дэкIынурэ къытщIэхъуэ щIэблэхэм абыхэмкIи зыщагъэгъуэзэнущ, яджыжынущ адыгэм и тхыдэр. Нобэ IэщIыб ар тщIымэ, пщэдей дгъуэтыжынукъым.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "101234.txt"
} |
Жэпуэгъуэм и 23-м еджакIуэхэм я зыгъэпсэхугъуэ махуэхэм щIедзэ
Республикэм эпидемие щытыкIэр зэрыщыхьэлъэм къыхэкIыу, КъБР-м и Оперштабым къыхилъхьащ егъэджэныгъэм пыщIа IуэхущIапIэхэр жэпуэгъуэм и 23-м щегъэжьауэ щэкIуэгъуэм и 7 пщIондэ мылэжьэну. Курыт еджапIэхэм къинэмыщIауэ, зыгъэпсэхугъуэ махуэхэр къызэрагъэпэщын хуейщ сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ зэкIуалIэ спорт школхэми.
Колледжхэм (лицейхэм), щIэныгъэ гуэдзэн щрагъэгъуэт IуэхущIапIэхэм егъэджэныгъэ Iуэхур еджапIэхэм емыкIуалIэу зэрырагъэкIуэкIынымкIэ Iэмалхэр къыхалъхьапхъэщ. Апхуэдэуи Оперштабым къегъэув а IуэхущIапIэхэм цIыху куэд зыхэт зэхыхьэхэр къызэрамыгъэпэщыну.
Мылажьэхэм, вакцинэхэр зыхезымыгъэлъхьахэм (медицинэ щхьэусыгъуэкIэ хущхъуэр зрамыхьэлIахэри хэту), зи ныбжьыр илъэс 60 икIи нэхъыжьхэм, апхуэдэуи мазих ипэкIэ коронавирус узыфэ зэрыцIалэр зыпкърытахэмрэ унэм къыщIэмыкIыу щIэсын хуейщ, Iэмалыншэ дыдэу зыщIыпIэ кIуэн хуей мыхъумэ.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек интернетым щиIэ социальнэ напэкIуэцIым къыщигъэлъэгъуауэ щытащ коронавирус узыфэ зэрыцIалэм зэрызиубгъум пэщIэтынымкIэ хэкIыпIэ щхьэхуэхэр къызэрыхилъхьэнур.
Республикэ УнафэщIым къыхигъэщащ къэралым щекIуэкI эпидемие щытыкIэм еплъытмэ, ди щIыналъэр ику итхэм зэращыщыр, махуэ къэс сымаджэхэм я бжыгъэм цIыхуи 100-м щIигъу къызэрыхэхъуэр.
— ИджыпстукIэ республикэм и госпиталхэм гъуэлъыпIэ нэщIхэр щыIэщ, псори зыхэту абыхэм щIэтщ 1430-рэ, лъышэкIэ (кислородкIэ) къызэгъэпэщащ. Госпиталитхум сымаджэу 1369-рэ щIэлъщ, абыхэм ящыщу 505-м я ныбжьыр илъэс 65-м щIегъу. Реанимацэхэм щIэлъщ цIыхуи 145-рэ, 17-р ИВЛ-м пыщIащ, — жиIащ КIуэкIуэ Казбек.
Республикэм щIэгъэхуэбжьауэ вакцинацэр щрагъэкIуэкI, а хущхъуэр ирахьэлIэн хуейщ цIыху мин 529,3-м, нэгъуэщIу жыпIэмэ, жылагъуэм и процент 80-м. Вакцинэр зыхезыгъэлъхьахэм я бжыгъэр мини 144-м ноблагъэ. Коронавирус узыфэ зэрыцIалэм зэрыпэщIэт хущхъуэр щыхалъхьэ медицинэм и IуэхущIапIэ 87-м.
Тхьэхущынэ Ланэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "101237.txt"
} |
Сыт етщIэнур иужь дакъикъэхэм?
«Спартак-Налшык» (Налшык) — «Динамо» (Мэхъэчкъалэ) — 0:1 (0:0). Налшык. «Спартак» стадион. Жэпуэгъуэм и 24-м. ЦIыху 200 еплъащ.
Судьяр: Шамарэ (Дон Iус Ростов).
«Спартак-Налшык»: Антипов, Шумахуэ И., Ольмезов, Шумахуэ З., Дэхъу, Бэчбо, Торосян, Хьэшыр, Жангуразов, Бажэ, ЛIуп.
«Динамо-Мэхъэчкъалэ»: Хамхоев, Кагермазов, Алибеков, Красильниченкэ, Ибрагимов, Халимбеков, Гаджиев, Бигулаев, Глухов, Базаев, Юсупов.
Топыр дигъэкIащ: Юсуповым, 90+8 (0:1).
Урысей Федерацэм футболмыкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым щекIуэкI зэхьэзэхуэм хыхьэу вэсэмахуэ «Спартак-Налшыкым» къригъэблэгъащ Мэхъэчкъалэ и «Дина-мо»-р. Зэхьэзэхуэм щыпашэхэм ящыщ хьэщIэхэм зэпэщIэтыныгъэр хуэм дыдэу къыщIадзащ. Налшыкдэсхэри къыщIыхэбгъэщын джэгум и япэ дакъикъэхэм къыщагъэлъэгъуауэ пхужыIэнукъым. ЕбгъэрыкIуэныгъэ псынщIэ закъуэтIакъуэхэ къызэрагъэпэщыну зэрыхэтам и гугъу умыщIмэ, зэпэщIэтыныгъэр нэхъыбэу щекIуэкIыр губгъуэм икурт.
Япэ Iыхьэм щыщу «Спартак-Налшыкым» и ехъулIэныгъэхэм ящыщу хэбгъэхьэ хъунущ епщыкIутхуанэ дакъикъэр екIуэкIыу бжыгъэр къызэIуахыным пэгъунэгъу зэрыхуэхъуар. Хэгъэрейхэм я ебгъэрыкIуэныгъэм хэту ди щIалэхэр лъэщу зэуа топыр «Динамо»-м и гъуащхьэтетым ерагъыу къригъэгъэзэри угловойм игъэкIуащ.
ЩэщIрэ еханэ дакъикъэр екIуэкIыу мэхъэчкъалэдэсхэм жыджэру зыкъызэкъуахри, зэрыгупу ипэкIэ кIуэтащ. АрщхьэкIэ зыбжанэрэ налшыкдэсхэм я гъуэм бгъэдыхьа пэтми, Iэмал шынагъуэхэм Iуэхур нэсакъым.
ЗэIущIэм и етIуанэ Iыхьэри япэм къызэрыщхьэщыкIышхуэ щымыIэу щIидзэжащ. Дэтхэнэ зы командэри щтэIэщтаблэу, ипэкIэ кIуатэмэ и щIыбагъымкIэ къыдэнэхэри я закъуэу къамыгъэну, ебгъэрыкIуэныгъэ цIыкIухэр къызэрагъэпэщырт. АрщхьэкIэ абыхэм ящыщу гъуэм нэсыр мащIэт, лъэныкъуитIым и гъуащхьэхъумэхэри псэемыблэжу лажьэрт.
Апхуэдэхэм ящыщ штрафнойм пэмыжыжьэу топыр къызыIэрыхьа Хьэшырыр «Динамо»-м и гъуащхьэтетым хуэзанщIэ щыхъум лъэщу еуащ. Иужьрейм къигъэлъеижа топым кIэлъеуэжыну ди щIалэхэм ящыщ зыри кIэлъысакъым.
ЗэпэщIэтыныгъэр иухыным дакъикъэ зыбжанэ фIэкIа къэмынэжауэ, мэхъэчкъалэдэсхэр ипэкIэ кIуэтащ. Иджырей зэIущIэм очко щафIэкIуэдым пашэхэм къазэрыкIэрыхунур абыхэм фIы дыдэу къагурыIуэ хуэдэт. «Спартак-Налшыкым» и штрафнойм къыщыхъуа зэпэщIэтыныгъэм топыр къахихри, «Динамо»-м и футболисхэм ящыщ зы ди гъуэм къеуащ. Апхуэдэ къекIуэкIыкIэм хуэхьэзыр Антиповым топыр къищтащ.
ХьэщIэхэм я иужьрей ебгъэрыкIуэныгъэм ехъулIэныгъэ къахуихьащ. ЗэIущIэм и зэман нэхъыщхьэм къыщIагъуа дакъикъиплIым и иужьрейм «Спартак-Налшыкым» и гъуэм пэмыжыжьэу штрафнойм къыщеуащ «Динамо»-р. Зэман кIыхькIэ ди щIалэхэм ягъэува «блыным» топыр Iэзэу щхьэпридзри иужьрей секундхэм и командэм текIуэныгъэ къыхуэзыхьа топыр дигъэкIащ Юсуповым.
Щэбэтымрэ тхьэмахуэмрэ зэхэта джэгугъуэм и адрей зэIущIэхэм мыпхуэдэ бжыгъэхэр къарикIуащ: «ЕсэнтIыгу» (ЕсэнтIыгу) — «Динамо» (Ставрополь) — 0:3, «Биолог-Новокубанск» (Прогресс) — СКА (Дон Iус Ростов) — 1:3, «Легион-Динамо» (Мэхъэчкъалэ) — «ТIуапсы» (ТIуапсы) — 0:1, «Чайка» (Песчанокопское) — «Форте» (Таганрог) — 1:1, «Дружба» (Майкъуапэ) — «Алания-2» — (Владикавказ) — 1:1, «Мэшыкъуэ-КМВ» (Псыхуабэ) — «Ротор-2» (Волгоград) — 1:1, «Анжи» (Мэхъэчкъалэ) — «Кубань-Холдинг» (Павловская) — 0:1.
КъыкIэлъыкIуэ джэгугъуэр «Спартак-Налшыкым» Волгоград щригъэкIуэкIынущ. Жэпуэгъуэм и 31-м ар IущIэнущ «Ротор-2»-м.
Жыласэ Замир.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "101241.txt"
} |
Нэхъыжьхэм къызата чэнджэщ щхьэпэхэр гъащIэ гъуазэу сиIэщ
Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и егъэджакIуэ нэхъыфIхэм ящыщ, адыгэбзэмрэ литературэмкIэ кафедрэм и доцент, филологие щIэныгъэхэм я кандидат УнэлIокъуэ Вячеслав и ныбжьыр нобэ илъэс 50 ирокъу. Ар Аруан районым хыхьэ Аргудан къуажэм къыщалъхуащ 1971 гъэм жэпуэгъуэм и 26-м.
1977 — 1988 гъэхэм Аргудан къуажэм дэт ещанэ курыт еджапIэм щеджащ. Ар къиуха нэужь, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым щIэтIысхьэри щIэныгъэ нэхъыщхьэу тIу щызригъэгъуэтащ: филологие, юридическэ факультетхэр къиухащ. Студентхэр зэрыригъаджэми къищынэмыщIауэ, Вячеслав щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэри ирегъэкIуэкI. Абы и Iэдакъэ къыщIэкIа статьяхэм я бжыгъэр 150-м нос. Абыхэм яхэтщ Тбилиси, Сыхъум, Истамбыл, Прагэ, Венэ, Лейпциг, Дели къалэхэм къыщыдэкI щIэныгъэ журналхэм къытрадзахэри. Адыгэбзэм и зыужьыныгъэмрэ ар зэрегъэджыпхъэмрэ, бзэ зэмылъапсэгъухэр зэпыщIа зэрыхъу щIыкIэхэмрэ абыхэм ягъуэт зэхъуэкIыныгъэхэмрэ, адыгэбзэ псалъэу нэгъуэщIыбзэхэм хыхьахэмрэ ахэр къэзыша щхьэусыгъуэхэмрэ къыщыгъэлъэгъуауэ тхылъ 15 къыдигъэкIащ.
— Вячеслав, уи сабиигъуэм къыщыщIэдзауэ нэхъ гукъинэж пщыхъуахэм, уи гъащIэм ехьэлIа гукъэкIыжхэм я гугъу уэзгъэщIынут.
— Cи сабиигъуэр Аргудан жылэжьым щызгъэкIуащ. Адрей сабийхэми хуэдэу, псыхъуэм дыдэсащ: псыр мывэкIэ IутщIэрти зыщыдгъэпскIырт, бдзэжьей дещэрт, джэгукIэ зэмылIэужьыгъуэхэм дыхэтт. Нэхъыбэр топ джэгуным дыдихьэхырт. Си гъуса сабий псори насыпыфIэ дыдэу дыщытауэщ си нэгу къызэрыщIыхьэжыр. Пэжщ, смартфон, ноутбук, интернет, н. зищIысыр тщIэуэ щытакъым, ауэ ди хьэблэм дэс, ди классым щIэс псоми яшхын, щатIэгъэн, зэрыджэгун ягъуэту щытащ. Унагъуэ къэс жэмитI-щы, мэл-бжэн зыбгъупщI, джэдкъаз куэд яIэт, хыв зезыхуэхэри мащIэтэкъым. Абы къыхэкIыу, сабиигъуэм щыщIэдзауэ, Iэпщэ лэжьыгъэхэри дгъэзэщIащ, зэрылажьэ унагъуэ Iэмэпсымэхэр дгъэтIылъа нэужь, дызэрытхэ ручкэр къатщтэрти, унэ лэжьыгъэхэр тщIырт. Унагъуэ Iуэхухэм къищынэмыщIауэ, колхоз губгъуэ лэжьыгъэхэми жыджэру дыхэтт. ИтIани зыри дытхьэусыхэртэкъым, СССР-кIэ зэджэ къэралышхуэм нэхъыфI щымыIэу къэтлъытэрт, абы дрибыну зэрыщытым дригушхуэрт, япэщIыкIэ пионер дызэрыхъуар, итIанэ комсомолым дызэрыхыхьар ди напщIэм телът, абы хуэпэжу дызэрыпсэуным дыхущIэкъурт. Зэпеуэ хъуамэ, япэ увыпIэр сыт щыгъуи ди плъапIэт, адрейхэм нэхърэ нэхъыбэ тхылъымпIэжь, гъущIыкIэжь школым етшалIэрт.
— Уи сабигъуэм удэзыхьэхыу щытахэм, гукъэкIыж гуэрхэм укъытезгъэувыIэнут.
— Футболым япэ изгъэщын зыри щыIакъым. Ди щIыпIэм пэжыжьэ къалэ куэдми сыщыджэгуащ, фэбжь мащIи хэсхакъым, ауэ нобэр къыздэсым си лъым хэтщ. ГукъэкIыжхэм я нэхъыбэри футболым епхащ. Абыхэм гъэщIэгъуэни, дыхьэшхэни, дыхьэгъи, дерс къызыхэпхын куэди яхэтщ.
ЕплIанэ классыр къэдухауэ, махуэ гуэрым зэныбжьэгъухэр футбол дыджэгуу, топыр гъуэгум телъэдащ. Сыплъэри, автобус кIыхьышхуэ къажэрт, топыр къезгъэлыну сыжэри къэспхъуэтащ. Автобусым и шэрхъхэр илъэфу си пащхьэм къыщыувыIащ, зы лIы гъум кIэщI щхьэцIобышхуэ къилъэтри къыстекIиеу къэуващ. Сэри сыгужьеижащи, зы лъэбакъуи схуэчыжыркъым, зэгуэтхъыурэ Iэджэрэ IуданэкIэ зэхуэсшэжа фэ топыр быдэу сIыгъыу сыщытщ. Автобусым нэгъуэщI щIалэ лъагэ пащIэ фIыцIэшхуэ гуэри къикIауэ къызодэхащIэ, си топ зэхэдыжыхьар зэпеплъыхь, ди анэм унэ лъэгур зэрила лэчымкIэ си футболкэм тесщIыхьа «3» бжыгъэмрэ «Чивадзе» жиIэу тестха унэцIэмрэ гу лъитауэ IэпэкIэ йоIусэ. ИтIанэ автобусым кърехри телевизоркIэ фIэкIа сымылъэгъуа топ къуэлэн дахэ гуфIэжу къысхуеший, зы тхылъымпIэ пхъуанти къытхуагъэуври йожьэж. Абдежым гу лъыстащ автобусым тетха «Динамо Тбилиси» псалъэхэм икIи зи сурэт куэд журналхэм къыхэзгъэжауэ зесхьэ Александр Чивадзе сызэрыхуэзар, топи къызэрызитар къызгурыIуащ.
Пхъуантэм IэфIыкIэ зыкъомрэ «пепси-кола» птулъкIэ зытхухрэ къитхащ. Зэныбжьэгъухэм птулъкIэ гъэщIэгъуэныр зэIэпыдох, зищIысыр дымыщIэу, хэти «пиво», хэти «вино» жаIэу. Ар ди щыпэлъагъут. Топ къызатами куэдрэ сригуфIакъым. Абы хамэ къэралыбзэкIэ тетха псалъэ зэрытетым щхьэкIэ, пионерыр ириджэгу мыхъуну, школ директорымрэ участковэмрэ къызжаIэри, ар къысIахащ икIи зыми зыри жезмыIэну псалъэ быди сагъэтащ.
— ЩIэныгъэм, адыгэбзэм ухуэлэжьэну къыхэпхыным и къежьапIэ хъуар сыт?
— Адыгэбзэм сыдихьэхынри футболым епхащ. Еянэ классым сыщIэсу топ сыджэгуу си лъакъуэр къутащ. Сымаджэщым сыщIэлъу, тхылъ гуэр щхьэкIэ сыщылъаIуэм, си адэм КIэрашэ Тембот и «Шу закъуэ» романымрэ ЩоджэнцIыкIу Iэдэм и усэ сборникрэ къысхуихьащ. Усэм сыдихьэхыртэкъыми, романым япэу седжащ. Ар зэрытха бзэми къиIуэтэж Iуэхугъуэхэми хуабжьу сыдахьэхащ икIи лъэпкъ тхыдэм епха тхылъ къысхуахьыну аргуэру сыщIэлъэIуащ. Ар къысIэрымыхьэурэ ЩоджэнцIыкIум и усэхэм сыкъеджащ, абыхэм ещхь схуэтхын си гугъэуи къалэмыр къэсщтащ, зыгуэрхэри суцIырхъащ. Си классэгъухэр щIэупщIакIуэ сымаджэщым къэкIуащ, урысыбзэмкIэ дезыгъаджэ Налшык Мухьэмэд зыкърагъашэри. Мухьэмэд усакIуэт, си пIэщхьагъым телъ усэ теплъэ зиIэхэм нэкIэ ирижащ, зыр къищтэри, фIыуэ зэригъэзэхуэжащ, къыхэнэжа щIагъуэ щымыIэу. МазитI дэкIауэ, районым къыщыдэкI «Гъуазэ» газетым ар къытрадзауэ щыслъэгъуам сылъэтэнут. Арауэ къысщохъу щIэдзапIэ хъуар.
Си щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэм щIэдзапIэ хуэхъуар кандидат диссертацэрщ. Шагъыр Iэмин и чэнджэщкIэ си щIэныгъэ унафэщIым темитI къысхуигъэлъэгъуат. Зыр, къызэрысщыхъумкIэ, гугъу сыдемыхьу псынщIэу стхыфынут. ЕтIуанэр нэхъ тхыгъуейт, зыри зэмылэжьа «вэныжьт», ауэ нэхъ гъэщIэгъуэнт, нэхъ сыдэзыхьэхти, сытегушхуащ икIи сыхущIегъуэжакъым. Абы сыщелэжьым ди гъунэгъу лъэпкъхэм я бзэм адыгэ псалъэ куэд зэрыхыхьар къэсхутащ. Адыгэ псалъэу нэгъуэщIыбзэхэм хэтхэм я бжыгъэр, сэ къызэрызугъуеямкIэ, мыпхуэдиз мэхъу: абазэбзэм — 687-рэ, абхъазыбзэм — 423-рэ, къэрэшей-балъкъэрыбзэм — 324-рэ, осетиныбзэм — 285-рэ, нэгъуеибзэм — 186-рэ, сонэбзэм — 84-рэ, куржыбзэм — 72-рэ, мышкъышыбзэм — 47-рэ, шэшэныбзэм — 36-рэ, урысыбзэм — 12.
— Уи лэжьыгъэфIхэм, нобэкIэ зи ужь уит Iуэхугъуэхэм дытегъэпсэлъыхьыт.
— Хьэзыр сщIауэ тхылъитI щылъщ, къыдэгъэкIын хуейуэ. Зым плъыфэ къэзыгъэлъагъуэ псалъэу адыгэбзэм хэтхэр щызэхуэсхьэсащ (я бжыгъэр псалъэ щиплIым нос), ахэр къызэрыхъуамрэ абыхэм я этимологиемрэ щызэпкърысхащ. ЕтIуанэм мэкъумэш лэжьыгъэм епха псалъэхэр адыгэбзэм бейуэ зэрыхэтыр щызогъэнаIуэ. 10 — 11 классхэм адыгэбзэр зэрыщаджын тхылъ иджыпсту дотх, Щоджэн Iэминэ си гъусэу.
— Узыдэлэжьа нэхъыжьыфIхэм ехьэлIа гукъэкIыжхэмкIэ укъыддэгуэшамэ ди гуапэт.
— Къэбэрдей-Балъкъэр радио комитетыр си япэ лэжьыгъэ IэнатIэ хъуат. Журналист лэжьыгъэм сыхэзышар, абы сыхэзэгъэнымкIэ дэIэпыкъуэгъу къысхуэхъуар, а IэщIагъэр фIыуэ сэзыгъэлъэгъуар Мыз Ахьмэдщ. Абы щыгъуэ илъэс 17 сыхъуа къудейт, журналист IуэхущIафэм щIагъуи хэсщIыкIыртэкъым, ауэ лэжьэгъу схуэхъуа псори цIыху гуапэ защIэхэти, абы дамэ къыстригъакIэрт. Сыт хуэдэ лъэныкъуэкIэ дэIэпыкъуэгъу сыхуейуэ сабгъэдыхьами, зэи хьэуэ къызжезымыIа, чэнджэщ узэщIа куэд къызэзытахэу Къэрмокъуэ Мухьэмэд, БжэныкIэ Мухьэб, Мыз Ахьмэд, Хьэжыкъарэ Алик, Мыз Майе, Лыхь Хъаджэт, Тэтрокъуэ Астемыр, Хьэмту Къадир, Джыназ Юрэ, БакIуу Борис, Iэщнокъуэ Тамарэ, Багъэтыр Нинэ, Гъубжокъуэ Раметэ, Къумахуэ Аслъэн сымэ Iэджэрэ гуапэу сигу къызогъэкIыж. Радиом и урыс редакцэм щылэжьахэу НэщIэпыджэ Ибрахьим, Бэрбэч Борис, Мэремкъул Ларисэ сыми я сэбэп куэд къызэкIащ. Радиом сызэрыщыIа илъэсхэр си гъащIэм и нэхъыфIхэм ящыщу къызолъытэ, ар зи фIыщIэри а зэманым къыздэлэжьа цIыху дыщэхэрщ.
1993 гъэм университетым Тау Хьэзешэрэ Къэмбэчокъуэ Iэдэмрэ сыкъашэжащ икIи адыгэбзэмрэ литературэмрэ кафедрэм и егъэджа-кIуэ нэхъыжьу лэжьэн щIэздзащ. Сыкъызыхыхьа кафедрэм хабзэшхуэ щIэлът, нэхъыжьхэмрэ нэхъыщIэхэмрэ зэхэтыкIэ хьэлэмэт яIэт, цIыхугъэшхуэ яхэлът, студентхэр фIыуэ егъэджэнымрэ гъэсэныгъэ дахэ етынымрэ жэщ-махуэ ямыIэу телажьэхэрт. Апхуэдэхэт КIуащ Тамарэ, Нало Ахьмэдхъан, ХьэкIуащэ Андрей, Урыс Хьэталий, Тау Хьэзешэ, Къэмбэчокъуэ Iэдэм, Абазэ Албэч сымэ. Нобэр къыздэсым абыхэм ядэслъэгъуа нэмысыр, щыпкъагъэр, къызжаIа псалъэ пэжхэр сигу илъщ. Нэхъыжьхэм къыза-та чэнджэщ щхьэпэхэр гъащIэ гъуазэу сиIэщ. Филологие щIэныгъэхэм я доктор ТIымыжь Хьэмыщэ зи унафэщI адыгэбзэмрэ литературэмкIэ кафедрэм нобэ дызэгурыIуэу, дызэкъуэту цIыху 14 дыщолажьэ.
— Лъэпкъыу дыкъызэтенэн папщIэ лэжьыпхъэр мащIэкъым. Уэ сыт жыпIэн абы теухуауэ?
— Лъэпкъыу дыкъызэтенэн щхьэкIэ адыгэбзэр бжэкъуагъым къыкъуэтшыжу, жьантIэм дэдгъэтIысхьэжын хуейщ. Адыгэр зэрыадыгэр и напщIэм телъу, и бзэм, и хабзэм, и тхыдэм нэмыплъ иримытыжу, «дыхокIуэдэж» жиIэу тхьэусыхалэ мышухэм зыдримыгъэхьэхыу, лъэпкъым и къэкIуэным хузэфIэкIыр хуилэжьу псэун хуейщ. Адэ-анэм сабийм бзэр иригъащIэмэ, дадэ-нанэ Iумахуэхэм я къуэрылъху-пхъурылъхухэр нарт хъыбархэмрэ пшыналъэхэмрэ щIапIыкIмэ, егъэджакIуэм абы зригъэужьмэ, гъэсакIуэм адыгагъэр щIигъужмэ, тхакIуэхэмрэ усакIуэхэмрэ лъэпкъ щIыхьыр къэзыIэт тхыгъэ купщIафIэхэр къагъэщIмэ, щIэныгъэлIхэм терминыщIэхэр бзэм къыщагъэхъумэ, къулыкъущIэхэм адыгэбзэр щылэжьэн, щызекIуэн IуэхущIапIэхэр къызэIуахмэ… Мис итIанэщ лъэпкъыу укъыщынэжынури, уи бзэр щыпсэунури. Абы пхузэфIэмыкIыни хэлъкъым, ауэ псори къыщежьэн хуей унагъуэм и къалэнхэр егъэджакIуэхэмрэ гъэсакIуэхэмрэ я пщэм далъхьащ. Абы щыгъуэми, я сабийхэм унэ лэжьыгъэ адыгэбзэмрэ литературэмкIэ кърату ядэркъым. Адэ-анэхэм я бынхэм урысыбзэр е инджылызыбзэр ямыщIэмэ, пщIэ ирату, егъэджакIуэ къыхуащтэ, ауэ адыгэбзэм иримыпсалъэ щхьэкIэ уэим ящIыркъым. Сыт абы и щхьэусыгъуэр? Адыгэбзэр гъащIэм зыкIи къащыхуэмыщхьэпэну къалъытэ. Мис аращ зэлэжьын хуейри.
— Сыт хуэдэ хъуэпсапIэхэр уиIэ?
— XIX лIэщIыгъуэм Нэгумэ Шорэ итха «Къэбэрдей-урыс псалъалъэ» лэжьыгъэр куэдрэ къэзгъэсэбэпын хуей мэхъу щIэныгъэ къэхутэныгъэ статья щыстхкIэ. Сэ си жейр згъэныкъуауэ, нэхущ пщIондэ сыбгъэдэсу адыгэбзэкIэ стха тхылъхэри, илъэс щитI дэкIауэ, адыгэхэм ягъуэтыну, яджыну, къахуэщхьэпэну сыщIохъуэпс. «Хъуапсэ и псэ кIуэдыркъым» жиIэу къэзыпсэлъыгъа адыгэм пщэдей къыхуепсыну дыгъэ нурыпсым, адыгэбзэ гъэпса Iурылъу, ди щIэблэм зыхигъэпскIыхьыфыну псори дыхуэвгъэхъуапсэ.
Епсэлъар НафIэдз Мухьэмэдщ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "101244.txt"
} |
Ислъамым и нур
Бзэ щабэмрэ бзэ бзаджэмрэ
ФIыщIэ худощI Тхьэ ЛъапIэу УпсакIуэм! Зи гущIэгъур ину, зи жумартыгъэм гъунапкъэ имыIэм! Зи IущагъымкIэ псори зэблэзыгъэкIыу, зи захуагъэмкIэ псори зэзыгъэзахуэм!
Алыхьышхуэм дыщывгъэшыни и унафэм дытевгъэт. Пэжым дыхуеймэ, тхьэшынагъэр зи гъуазэу псэуращ псэууэ пхужыIэнур. Апхуэдэр езыри мэтынш, къыбгъэдэтхэри гугъу иригъэхьыркъым.
Муслъымэн пэжым фIыр и Iэпэм къыпыщу, и Iупэми къытещэщу и гъащIэр ехь. Ар цIыху щабэщ, Iэсэщ, псэлъэкIэ ещIэ, зэхэтыкIэм щыгъуазэщ.
ПсэлъэкIэ зыщIэм цIыхур къыдихьэхынущ, зытет гъуэгу дахэми къытришэфынущ. Къытримышапэми, Iейм и Iеягъыр куэдкIэ нэхъ мащIэ ищIыфынущ, и бзаджагъэми хигъэщIыфынущ.
Аращ Аллахьу Тэхьалами унафэ къащIыхуищIар Мусэрэ и къуэш Хьэрунрэ: «Щабэу фепсалъэ [фирхьэуным], хэт ищIэрэ — е зыщIэгупсысыжынщ е шынэнщ». (ТIа-Хьа, 44).
Ибн Кэсир щIэныгъэлIым етх абы ехьэлIауэ: «Мы Iэятым дерсышхуэ хэлъщ. Фирхьэуныр егъэлеяуэ щыкIат, хъийми икIат. Мусэ а зэманым Алыхьым цIыхуу щыIэм яхигъэлъэпIыкIат. ИтIани, фирхьэуным щабэу фIэкIа епсэлъэну къыхуидакъым».
Щабагъращ зэхущытыкIэм и лъабжьэр. Аращ зэрегъэжьэн хуейр сытри. Ар зыхэзагъэм нэгъуэщI епхьэлIэ хъунукъым, епхьэлIэми, лей епхынущ.
Мис а лъабжьэм дытекIрэ ди бзэгум къытрихьэр цIыхум зэхедгъэхыу дыдэтмэ, ди муслъымэныгъэр зыщIыпIи нэсынукъым.
Псалъэ дыджым, псалъэ бзаджэм фIы къихьыркъым, фIыми ухуишэркъым, атIэ фитнэ къехь, псалъэмакъ зэхешэ, цIыхухэр зэпэжыжьэ зэхуещI, Iуэхур нэхъри зэхелъахъэ, ятIэм псы хекIэ.
Псалъэ бзаджэхэмрэ дыджхэмкIэ ерыщым цIыху пашэ къыхэкIынукъым, егъэджакIуэ IэщIагъэми езэгъынукъым, цIыхуитI зэригъэкIужынуи хузэфIэкIынукъым.
Псалъэ бзаджэм, псалъэ дыджым хиубыдэр бзэгум къытекIым и закъуэкъым, атIэ Iэм итхри абы щыщщ. Псом хуэмыдэжу нобэ ар куэдым тынш ящыхъуащ IэмэпсымэщIэхэр къежьэри. Алыхьыр къазэрыхуэупсэу къарита телефоныр, компьютерыр, нэгъуэщI Iэмэпсымэхэр гуэныхькIэ къэзыгъэсэбэп, цIэ лейхэр зыфIащыжауэ жьэ бзаджэ зыщIэзыххэр куэд хъуащ. Мы Iэмэпсымэхэм тафэм къытрадзащ ди хьэлыр здынэсыр. КъызэрыщIэкIымкIэ, жьэ зэIухыпIэ дымыгъуэту арат дэ хьэлыфIафэ щIыттетыр, псэлъапIэ къызэрыдгъуэтуи ди напэр зытетхыжащ.
ЦIыхум сыкъалъагъуркъым, сыхэтми сыкъащIэркъым, жиIэу, муслъымэн пэжым зэи лей итхынукъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, муслъымэныр зэгупсысыр цIыхухэм къызэрамылъагъуракъым, атIэ Алыхьым къызэрилъагъуращ, мелыIычитIри къызэрыщхьэщысращ.
«МуIминым бзэ Iей щIэткъым», — жеIэ щэлатрэ сэламрэ зэха Бегъымбар лъапIэм. Абы къикIращи, жьэ Iей зыщIэтыр Iиманым пэжыжьэу, и диным епцIыжу аращ. ЦIыхуитI зэбгъэдэувауэ псалъэ фIей зэрапэсу зэбгъэдэтмэ, шейтIанитI зызраупсеяуэ зэбгъэдэту аращ.
Тхьэр арэзы зыхуэхъун Джабир ибн Сулейм Бегъымбар лъапIэм елъэIуауэ щытат чэнджэщ гуэр къритыну. «Зыми псалъэ фIей иумыпэс!», — къыжриIащ. Джабир къеIуэтэж: «Ар къызжиIа нэужь, цIыху щхьэхуити, щхьэхуимыти, махъши, мэли псалъэ фIей зыми еспэсакъым».
«Уэ къыбдищIэ гуэр теухуауэ Iей къозыпэсым, узыгъэукIытэну хэтым, уэ дэпщIэ гуэрымкIэ умыгъэукIытэ, абы ищIар езым и щхьэ къихуэжынущ!» — жеIэ хьэдисым.
ТхьэнэпцI пэтрэ псалъэ фIей етпэсыну Алыхьым къытхуидэркъым, абы Iей къыздишэнум къыхэкIкIэ. НтIэ, нэгъуэщI зыгуэр теухуауэ къытхуидэн ар Алыхь Иным.
Дызыхуэвгъэсакъыж дэтхэнэ зыри ди бзэкIэ. Мы бзэм жэнэтым дызэришэфынум хуэдэ дыдэу, жыхьэнмэми дыхидзэфынущ. Щабэу псэлъар щIегъуэжакъым, ауэ бзаджэу псэлъар Iэбамэ, лъэIэсыжынукъым. Алыхьым и нэфIыр къытщыхуэ псоми!
Щхьэныкъуэ Анзор,
ислъам щIэныгъэхэм я кандидат,
«Мансур» мэжджытым и Iимам.
«Фатихьэ» сурэм уеджэным и псапэр
Алыхьталэм Мухьэммэд Бегъымбар лъапIэм «Фатихьэ» сурэр къыхуригъэха нэужь, Iиблис зэщыджэу гъащ, жи. И бынхэр ихъуреягъкIэ къеувэкIри, къеупщIын щIадзащ ямылъагъужыным: «Сыт ущIэгъыр, ди адэ?»
И нэпсхэр къызэрежэхым хуэдэурэ, Iиблис жэуап къарет: «Алыхьым Мухьэммэд Бегъымбарымрэ абы и Iумэтымрэ КъурIэным щыщу зы сурэ къахуригъэхащи, зэран сахуэхъуфынкIэ си гугъэр хызигъэхыжащ!»
«Умынэщхъей! — къыжраIэ и бынхэм. — Дэ абыхэм къыхуащIа тыгъэр фIыщIэ ямыщIу хъухукIэ дыувыIэнкъым. ИтIанэ Алыхьыр къахуэгубжьынщи, ахэри пасэрейхэм ещхьу игъэкIуэдыжынщ!»
«Фэ ар фхузэфIэкIынукъым, — къапедзыж и бынхэм Iиблису ямылъагъужыным. — А сурэм и пэм мыпхуэдэ псалъэхэр къыщокIуэ: «Iэлхьэмду лиллахьи рэббил хьалэмиин!» — «ФIыщIэр Алыхьым ейщ, дунейхэм я Тхьэм!» (КъурIэн, 1:2).
И бынхэм жаIэ: «Умыгузавэ! Дэ цIыхухэм лIахэр къызэрытэджыжынур я фIэщ мыхъуу тщIыхукIэ дувыIэнкъым. ИтIанэ Алыхьыр къахуэгубжьынщи, ахэри пасэрейхэм ещхьу игъэунэхъунщ!»
Iиблис аргуэру къапэроуэ: «Ари фхузэфIэкIынукъым фэ, сыту жыпIэмэ, Алыхьталэм ахэр иригъэсащ мыпхуэдэу жаIэу: «Малики йэумиддин» — «Къэтэджыжыгъуэ махуэм и тепщэм» (КъурIэн, 1:4).
Iиблис и бынхэм аргуэру я адэр ягъэудэIун щIадзэ: «Умыгузавэ! Дэ абыхэм дакъыкIэрыкIынкъым, тхьэнэпцIхэм яхуэп-щылIу едмыгъэсауэ. ИтIанэ Алыхьыр къахуэгубжьынщи, ахэри пасэрейхэм ещхьу зэтригъэкIуэдэжынщ».
Я адэ ямылъагъужыным аргуэрыр идэркъым: «Фэ ар фхузэфIэкIынукъым! Сыту жыпIэмэ, Алыхьталэм абыхэм мыпхуэдэ псалъэхэр яIурилъхьащ: «Ийакэ нэхьбуду» — «Уэращ дызыхуэпщылIыр» (КъурIэн, 1:5).
И бынхэм адэм и гур фIы хуащIыну хэтщ: «Умыгужьей! Дэ цIыхухэр щхьэхынэ тщIынщ, Алыхьым къалэн къащищIахэр ямыгъэзэщIэжыфын хуэдэу. ИтIанэ ахэри пасэрейхэм ещхьу игъэунэхъунщи къигъэсэхыжынщ».
«Ари фхузэфIэкIынукъым! — къажреIэ аргуэру Iиблис, — сыту жыпIэмэ, абыхэм мыпхуэдэу къапсэлъ: «Уэ ийакэ нэстэхьиин» — «Уэращ къыддэIэпыкъуну дызэлъэIур» (КъурIэн, 1:5).
И бынхэм жаIэ: «Умыгъынанэ! Дэ ахэр гъуэгу захуэм тедмыхуауэ дувыIэнкъым, Алыхьыр къахуэгубжьу пасэрей лъэпкъхэм ещхьу игъэкIуэдыжыху!»
«ФхузэфIэкIынукъым фэ ар! — къажьэхолъэ аргуэру Iиблис. — Сыту жыпIэмэ, абыхэм мыпхуэдэу жаIэ: «Ихьдинэ щиратIэл мустэкъиим, щиратIэл лэзинэ Iэнхьэмтэ хьэлейхьим, гъэйрил мэгъдууби хьэлейхьим уэ лэддаллиин» — «Гъуэгу захуэм дытету, уи нэфI зыщыхуахэр здэпшэмкIэ дышэ, Уэ узыхуэгубжьахэм, гъуэщахэм я гъуэгукIэ мыхъуу» (КъурIэн, 1:6-7).
И бынхэм жаIэн щIадзащ: «ЦIыхухэр езыхэр къызытехъукIа Iэдэмрэ Хьэуарэ нэхърэ нэхъыфIкъым, зыщыпсэу щIыпIэхэри Жэнэтым нэхърэ нэхъыфIкъым! Уэ Iэдэмрэ Хьэуарэ бгъэбэлэрыгъри, Жэнэтым къребгъэхуащ! Дэ цIыху къызэрыгуэкIхэр тхуэмыгъэгъуэщэну ара?»
Ар зэрызэхихыу, Iиблис узижэгъуэн и махуэу гъуахъуэри, хым зыщIигъэмбрууащ.
Илъэс псокIэ шейтIан шырхэр я закъуэ псэуауэ, я адэ ямылъагъужыныр хы тхъурымбэм къыщIосыкIыжри, кIийуэ къахолъадэ: «ФыгуфIэ, цIыкIухэ! Сэ къэзгъуэтащ цIыхухэр гъуэгу захуэм тедгъэгъуэщыкIыу зэрыдгъэкIуэдыжын Iэмал!»
«Сыт хуэдэ?» — къоупщI и бынхэр.
Iиблис жэуап ярет: «Тхьэ унафэм щIэмыувэныр яфIэфIу, гуэныхь къызэрахьамкIэ Алыхьым зэрызыхуаумыс псалъэхэр жамыIэжыфу тщIынщи, япэщIыкIэ я Тхьэм бэлыхь къатредгъэлъхьэнщ, итIанэ пасэрей лъэпкъхэм ещхьу, псори зэтригъэунэхъуэнщи, зэфIэкIащ!»
Езы Iиблиси абы и бынхэми гуфIэу зэрыгъэкIиин щIадзащ, я мурадыр къазэрехъулIэнум шэч къытрамыхьэжу.
Асыхьэтым уафэм Алыхьталэм и псалъэ къоIукI: «Ей, ямылъагъужын! Уэ ахэр тобэ къэхьыжыкIэм щыбгъэужу щытми, хэт Сэ зэран къысхуэхъуфынур, абыхэм я гуэныхьхэр яхуэзгъэгъуну мурад сщIымэ? «Къысхуэгъэгъу» жаIэну хунэмыс щIыкIэ ящхьэщысхынущ Сэ абыхэм я гуэныхьхэр! ИращIэ Си пщылIхэм: Зыгъэгъу, ГущIэгъубэ жыхуаIэр Сэращ!»
Хьэсэн Хьилми,
дагъыстэн щIэныгъэлI.
Мулид жэщ
Мулид махуэм ипэ къихуэ жэщым дунейм тет муслъымэным хэгъэщхьэхукIауэ пщIэ хуащI. КъурIэн лъапIэм къеджэу, зэчырхэр жаIэу, псалъэ щхьэпэ къапсэлъу зэманыр щрахьэкIкIэ, фIэщхъуныгъэ зыбгъэдэлъхэм къагъэлъагъуэ ислъам диныр гурэ псэкIэ зэрызэрахьэр, абы къыдэкIуэ фIыгъуэр зэрызыхащIэр.
Мулид жэщ лъапIэр зэрехьэкIыпхъэм и щапхъэ дахэ къагъэлъэгъуащ КъБР-м и Муслъымэнхэм я IуэхущIапIэм и лэжьакIуэхэу Мэрем Сэлим, Къуэдз Мухьсин (Бахъсэн щIыналъэм и раис-Iимам), Емкъуж Анзор, Дэхъу Артур, Сэбаншы Мухьэдин сымэ жэпуэгъуэм и 17-м зэхаша пшыхьым.
«Ныщхьэбэ Мухьэммэд Бегъымбару Алыхьым и нэфIыр зыщыхуар къыщалъхуа жэщу щытщи, къыдэдэIуэну ди къуэшхэмрэ ди шыпхъухэмрэ папщIэ адыгэ муслъымэнхэм къабгъэдэкIыу зы мулид пшыхь, мулид жэщ едгъэкIуэкIыну ди мурадщ», — жиIащ Мэрем Сэлим пшыхьыр къыщызэIуихым.
КъурIэн лъапIэм щыщ Iэятхэм къеджа иужькIэ, къызэхуэсахэм Тхьэм и лIыкIуэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхам и гъащIэр, ар дунейм къызэрытехьар, зэрытетар, зэрехыжар къызыхэщ зэчырхэр ягъэзэщIащ.
Хэти зэрищIэщи, адыгэ зэчырхэм гъэкIэщIауэ щызэхуэхьэсащ лъэпкъым и муслъымэн тхыдэр. Гупсысэм я нэхъ куури уи бзэм тыншу къыуегъащтэ. Анэдэлъхубзэм нэхъ щабэ щIэхъукI, хамэбзэм гум хунэмыхьэс щIэныгъэ кIапэр зэчырым къыщызэIуих куэдрэ къохъу.
«Муслъымэн IуэрыIуатэ» фIэпщыну зыхуэфащэ къудамэ щхьэхуэу хоувэ зэчырхэр лъэпкъым и тхыбзэм. Зи гугъу тщIы пшыхьым щагъэзэщIахэм язщ, псалъэм папщIэ, «Бегъымбарым и лIэныгъэр»:
— СызыщIэфлъхьэнур си унэ кIуэцIщи,
КъызыщыфтIынур фызогъэлъагъу.
Лыхь IупщIакIэм сывгъэтIылъи,
Сыкъэвгъани фыщIэкIыж.
МелыIычхэр къыщIыхьэнущ,
Духьэ лъапIэр къыстращIэнущ.
КъыкIэлъыкIуэу ДжэбраIилрэ
МикаIилрэ къыщIыхьэнущ.
МелыIычхэр щызэфIэкIкIэ,
Фи чэзущи фыкъыщIыхьэ,
Фи увыпIэм елъытауи
Жэнэзыхэр къыстефщIэж.
А си адэу дыгъэ-мазэ!
Мы зы гъуэгукIэ егъэгъазэ!
Сабий быну, ибэ быну,
Дыкъомыгъанэ!» — жриIащ.
— Хьэуэ, хьэуэ, си хъыджэбз!
Ар жумыIэ, си хъыджэбз!
Си гур къабзэу,
си псэр къабзэу,
Тхьэм и пащхьэ сигъэхьэж.
А гуIэгъуэр гуIэгъуэшхуэщ,
Дауэ мыгъуэ дыхъужыну?
Бегъымбарыр димыIэжмэ,
Ибэ быну дыкъэнащ.
Фэ фи гугъэр гугъэ нэпцIщи,
ЗыкъэвмыгъапцIэ, муслъымэнхэ!
Дунеижьым цIыху къытенэмэ,
Бегъымбарыр къытенэнт!
«Нобэ къэтпсэлъа мы зэчыр лъапIэхэр адыгэбзэкIэ зэзыдзэкIа, мы щIыпIэм щыпсэуа ди щIэныгъэлIхэм фIыгъуэр Алыхьым къахуищIэну долъэIу, — щыжиIащ пшыхьыр зэрызэхуищIыжа духьэм Емкъуж Анзор. — Япэ дыдэрауэ дызэкъуэзыгъэувэр муслъымэныгъэращ. ЕтIуанэрауэ — ди лъэпкъ уардэм, ди бзэ дахэм. АбыкIэ дызэлъигъэIэсрэ сыт хуэдэ лIэщIыгъуэм къыщыхъуари ди деж къихьэсу, лъэпкъ-лъэпкъыу дапхуэдизу дызэщхьэщыкIами, псори абыкIэ дызэгуроIуэфри, ди анэдэлъхубзэр Алыхьталэм къызэрытхуигъэфэщар Езым и нихьмэтщ, и фIыгъуэщ. ФIыщIэри щытхъури Алыхьым ейщ муслъымэну дыкъызэригъэщIамкIэ, ислъамыр насып зэрытхуищIамкIэ! А гъуэгу захуэмрэ пэжымрэ темыкIыу, псэухукIэ ирикIуэнухэм ящыщ Алыхьым дищI!».
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "101247.txt"
} |
Зэрыгъуазэ тхылъ
Адыгэм и тхыдэр къызыхэщ щIыпIэхэр къагъэлъэгъуэнущ
Щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ теухуа лъэпкъ проектхэр дэIыгъынымкIэ Урысей Федерацэм и Президентым и грант къихьащ ГъуазджэхэмкIэ Кавказ-Ищхъэрэ институтым и профессор КIуэкIуэ Бэллэ.
ГрантымкIэ абы къыдигъэкIынущ адыгэм и тхыдэр къызыхэщ щIыпIэхэр къыщыгъэлъэгъуа зэрыгъуазэ тхылъыр. Ар зыхуэдэм, и мурадым дыщегъэгъуазэ КIуэкIуэм:
— ЩIыпIэрыгъуазэ тхылъхэр къызэрежьэрэ куэд щIащ. Япэу ар къыщагъэсэбэпауэ щытар пасэрей Алыджымрэ Урымымрэщ. Нобэ дунеяплъэ къэкIухьыныр псэуным и зы Iэмалщ. Абы къыхэкIыуи иджырей щIыпIэрыгъуазэ къыдэкIыгъуэхэр цIыхухэр зыхуэныкъуэщ. КIэщIу, щIэныгъэ хэлъу, сурэткIэ, картэкIэ, схемэкIэ щIэгъэбыдауэ щытын хуейщ ахэр.
ЩIыпIэрыгъуазэр зэхэгъэувэнымкIэ ди мурадщ щIыналъэм и хъугъуэфIыгъуэхэр – щэнхабзэр, тхыдэр, щIыуэпсыр хъумэным сэбэп едгъэкIыну. Адыгэ лъэпкъым и щэнхабзэ щIэиныр, тхыдэр къызыхэщ и щIыпIэхэр къэгъэлъэгъуэн — аращ лэжьыгъэм и фIагъ нэхъыщхьэр. Апхуэдэ тхылъхэм къазэрыщхьэщыкIынур, туристхэр зэрыгъуэзэну гъуэгухэмрэ щIыпIэхэм теухуа гурыIуэныгъэхэмрэ нэмыщI, а щIыпIэцIэхэм къарыкIыр щызэпкърыхауэ зэрыщытынурщ.
«Топонимикэр — щIыпIэцIэхэм елэжь бзэщIэныгъэщ. ЩIыпIэцIэхэр зэманым упхызыгъэплъщ, къэралым и тхыдэ-щэнхабзэ теплъэр зыубзыхущ», — жиIэрт Лихачёв Дмитрий.
Зы щIыпIэ щхьэхуэр, и фIэщыгъэр тегъэщIапIэу къэбгъэнэIуэн хуей хъуатэмэ, куэд къыпхуэхутэнут: абдеж щыпсэуахэм я бзэр, нэхъыбэу зэлэжьу щытар (сыт хуэдэ къэкIыгъэ хасэми, сыт хуэдэ Iэщ лIэужьыгъуэ зэрахуэми), зэрыIэпщIэлъэпщIахэр, сату зыдищIар, зэзэуар, псэуныгъэрэ щэнхабзэкIэ зыдэгуэшар.
ЩIыпIэцIэхэм щызэхуэхьэсащ лъэпкъыбзэр, тхыдэр, IуэрыIуатэр зыджхэр зыхуэныкъуэ гурыIуэныгъэхэмрэ гупсысэхэмрэ. ЩIыпIэцIэхэр езыр щэнхабзэ лъапIэныгъэщ. Аращи, щIыпIэцIэхэр щэнхабзэ щIэину лъытэн хуейщ.
ЩIыпIэрыгъуазэмкIэ зебгъэубгъуфынущ туристхэм къыхах щIыпIэхэм къызэщIрагъэубыдэхэм. Тхылъыр сэбэп хъунущ ди щIыналъэм зыплъыхьакIуэхэр къешэлIэнымкIи.
Кавказым и щIым и пшэрагъыр, и щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэр пасэ лъандэрэ и щхьэусыгъуэщ абы цIыху куэд зэрыщыпсэум. Кавказыр тхыдэ Iуэхугъуэ куэдым я куупIэу щытащ. Крупнов Е. И. зэрыжиIамкIэ, ди щIыпIэхэм «лIэщIыгъуэ, лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэ куэдым я щэнхабзэ щызэтрихьащ».
А гупсысэр ехьэлIащ Кавказ Ищхъэрэм и кум зыщызыубгъуа Къэбэрдей-Балъкъэрми. Ди деж тхыдэ фэеплъу къыщагъуэтыжахэм яхэтщ мывэ лъэхъэнэм къыщежьэхэри. Абыхэм ящыщ языныкъуэхэм я щIэныгъэ мыхьэнэр щIыналъэм къыщызэтеувыIэркъым – жыжьэ нос.
Зи гугъу тщIы щIыпIэрыгъуазэм хеубыдэ адыгэм и фэеплъ щIыпIэхэу Тэтэртуп къалэр, пасэрей Iуащхьэхэр («Iуащхьэцэ», «Iуащхьэчылисэ», «Андемыркъан и Iуащхьэ», нэгъуэщIхэри), ЯтIэкъуэ щыIэ фэеплъ сыныр, ХьэтIохъущокъуэ Кургъуокъуэрэ Жанхъуэт Кушыкурэ я кхъэлэгъунэхэр. Абыхэм къищынэмыщIа, зэрыгъуазэ тхылъым итынущ щIыналъэм и щIыпIэ телъыджэхэр. Къэбэрдей-Балъкъэрыр бгылъэхэмкIэ, псыкъелъэхэмкIэ, гуэлхэмкIэ, мэзхэмкIэ къулейщ. А дахэ псоми уардэу къащхьэщытщ Iуащхьэмахуэ – Европэ псом и нэхъ лъагапIэ дыдэр. Дэ ди къалэнщ, щIыуэпс телъыджэр, тхыдэ ухуэныгъэхэр щIэблэм едгъэцIыхуну.
Зыгъэхьэзырар НафIэдз Заремэщ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "101250.txt"
} |
Балъкъэр Рафет: Уи анэм къыпIурилъхьа бзэмкIэ ущыпсалъэращ уи щIыналъэр!
Адыгэ лъэпкъым и жылэр щIыналъэ куэдым щаIэпыхуащ, и къуэпсым жыжьэ зыщиубгъуащ. АтIэми, лъэпкъыр хъума хъун папщIэ хэкупсэхэр, лъэпкъылIхэр къыхэкIын хуейщ. Зи гупсысэр адыгэм и Iуэхум хуэгъэпсам адрейхэри къыхуреджэ. Абы и щапхъэу Тыркум щыпсэу Балъкъэр Рафет къытхуиIуэтахэм ди гуапэу фыщыдогъэгъуазэ.
— Рафет, уи нэхъыжьхэр Хэкум дауэ къикIа хъуат?
— ЯпэщIыкIэ лIыкIуэ къакIуэри къэплъащ, щIы яубыдащ. Унагъуищ-плIы зэгъусэу шууэ къэкIуат. Шы куэд къыздрахуащ Хэкум. Адыгэшыр куэдрэ мыбы щытхъумащ. А лъэхъэнэм дзэр зэрызекIуэр шыти, абыхэми етщэрт. Зыкъомрэ а Iуэхум дыкъуэпсэукIащ. ИужькIэ щIым телэжьэным зеттыжащ.
УнагъуэкIэ шы зыдохуэ, лъэпкъ хабзэу къытхуэнауэ. Ахэр Аданарэ Истамбылрэ щыдогъэхъу. Шы къажэ лъэпкъыфIхэр къытхуохъу. Хэкум къикIахэм ящыщу япэ дыдэ хьэрычэт Iуэхум хыхьа унагъуэхэм дащыщщ дэ. ЩэкI къыщIыдогъэкI, дощэ. Хэкум сыкIуэжри, «хьэрычэт Iуэхур щыхъуну пIэрэ» жысIэу зыщысплъыхьати, къызгурыIуащ зэкIэ щэкIкIэ абы хьэрычэт зэрыщумыщIыфынур. Хэкум щыпсэухэр мыбы къокIуэри, щыгъын да хьэзырыр ирашри ящэж. Щыгъын зыдын абы щыбгъуэтынукъым, дизайнер, стилист жыхуэтIэхэр Налшык щымащIэщ. Илъэс 15 хуэдиз дэкIмэ, Iуэхум зихъуэжыну къысщохъу.
— «Ныбжьэгъугъэ» хасэм узэритхьэмадэм сыщыгъуазэщ. Сыт фи лэжьыгъэр нэхъ зытеухуар?
— Хьэрычэт Iуэхум теухуауэ Тыркум и къалипщIым щаухуа «Ныбжьэгъугъэ» хасэм сритхьэмадэщ. Хасэм лъэпкъ Iуэху зэрехуэ — адыгэм къилэжьыр нэхъыбэ тщIыну дыхуейщ, ди щIалэгъуалэм IэнатIэ къахуэдгъуэтыну иужь дитщ. Пщэдей махуэм теухуащ ди гупсысэр — мыбы дыщыпсэунумэ, ди Iуэхур адэкIэ зэрыхъунум, щIэблэм я псэукIэр зэтедгъэувэным дытелэжьэн хуейщ.
— Хэкум япэу дапщэщ укъыщыкIуар? Дауэ къыпщыхъуат?
— Илъэс 15 дэкIащ алъандэрэ. Абы и пэ Москва куэдрэ сыкIуат. Хэкум сыщихьэжам занщIэу сыкIуащ ди лъэпкъыр къыщежьа Джылахъстэней щIыналъэм. Ди адэ-анэм сыт щыгъуи абы и хъыбар къытхуащIурэ дыкъекIуэкIати, ди тхыдэр тщIэрт, Хэку лъагъуныгъэр ди гум илът. ДыщIэупщIэурэ, ди къуажэгъухэр, ди Iыхьлыхэр къэдгъуэтыжащ.
Телъыджэ сщыхъуат, си гур къигуфIыкIат тыкуэным сыщIыхьэу къэсщэхунум и уасэм анэдэлъхубзэкIэ сыщыщIэупщIам. Ар сыт и уасэт сэркIэ! ДыщыцIыкIум тыркубзэ тщIэуэ щытакъым. Тыкуэным дыщыщIыхьэнум деж, бжэм дыкъыщызэтеувыIэрти, дызыхуейр тыркубзэкIэ зэрыжытIэну щIыкIэр зэдгъэпэщырт. Ар сигу къэкIыжат занщIэу. «Мис сэ си щIыр, мис сэ псэкIэ сызыпыщIар», — жысIат сигукIэ. Уи анэм къыпIурилъхьа бзэмкIэ ущыпсалъэращ уи щIыналъэр! ХэкумкIэ си гур гъэзащ. Аращ си щIалэм Кавказ щIыфIэсщар. «Уи цIэм сыт къикIыр?» жаIэу щIэупщIэIамэ, «сызэрыадыгэр къокI», яжреIэ гушхуауэ. Хъыджэбзми и цIэр Нэрысщ.
Адыгэ щыпсэу щIыпIэ куэдым сыкIуащ, я псэукIэр, я шыфэлIыфэр, я Iуэху зытетыр зэзгъэлъагъуну. Зыщыпсэу къэралым и цIыхухэм ещхь хъуащ куэдыр… Зыкъомрэ захъумэжащ хэхэс адыгэхэм — я хъыджэбзхэр нэгъуэщI лъэпкъ ирамыту, нэгъуэщI лъэпкъым щыщ къамышэу. ИужькIэ, замыхъумэжыф хъури, бзэри ящыгъупщэжу хуежьащ. Иджы Iуэхур зэрыгужьеигъуэр къагурыIуащи, хасэхэм бзэр щрагъэщIэжыну иужь итщ. ТщIакъым, апхуэдэ дыдэу Iуэхур хэплъэгъуэ хъуну. Хамэ къэрал Iэпхъуа лъэпкъыр зэлъэIэсын папщIэ зэгъунэгъуу итIысыкIын хуейт. Зы унагъуэр зы щIыпIэм, адрейр нэгъуэщIым деж щыпсэумэ, я бынхэр зэдэмыджэгумэ, я нэхъыжьхэр зэдэмыхасэмэ, хамэбзэр къатогуплIэ.
— Дауэ уеплърэ, хамэщI щыпсэу адыгэхэм захъумэжын папщIэ сыт хуэдэ Iэмал щыIэ?
— ХэкIыпIэ гуэр иIэу пIэрэ абы жызоIэри согупсыс… Къэралым хасэшхуэ щыухуэн хуейщ, лъэпкъым и Iуэху псори абы щекIуэкIыу. Сабийхэр щыджэгуу, бзэр, хабзэр щызэрагъащIэу, театр щагъэлъагъуэ, конференц пэшхэр хэту, адыгэ шхыныгъуэхэр щапщэфIу, гуфIэгъуэ, гуауэ дауэдапщэхэр щыдахыу. Нэхъыщхьэр цIыхухэм абы зэман нэхъыбэ щагъэкIуэнырщ. ИджыкIэ къэралхэм щыдухуа хасэхэр цIыкIущ, зы пэш фIэкIа зимыIэхэри хэтщ. Абы дапщэ щIэхуэн? Сэ сыт щыгъуи содауэ абы щхьэкIэ, зэпымыууэ а гупсысэр утыку къызолъхьэ. Сыт хуэдизу бзэмрэ хабзэмрэ делэжьми, зи гугъу сщIа хасэшхуэхэм хуэдэхэр дымыухуэмэ, зытхуэхъумэжыну си фIэщ хъуркъым. Зэ зыдбжыжын хуейщ Iэмал имыIэу — сыт хуэдиз адыгэ дыдэу (бзэр ящIэу жыхуэсIэщ), сыт хуэдиз адыгэ ныкъуэу дыхъуми, хэт сыт хуэдэ IэнатIэ пэрытми. Ар зэуэ къызыкъуэтпхъуэту зэдгъэхъулIэфын Iуэхукъым, хуэмурэ зыкъэтпщытэжыну, зыкъэтщIэжыну аращ. Дыныкъуэкъуэн щхьэкIэкъым ар щIэтщIапхъэр, атIэ ди Iуэху зытетым и пэжыпIэм дыщыгъуэзэн папщIэщ. Адыгэр дызэдэлажьэмэ, дызэрыIыгъмэ, гуапэу дызэхущытмэ ди насыпщ. Ди тхыдэм нэхъыбэу хэтыр гъыбзэщ, гуузщ. Ди нобэрей гъащIэм гуфIэгъуэр нэхъыбэ щыхъуныр сэ си хъуэпсапIэщ.
Епсэлъар Гугъуэт Заремэщ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "101252.txt"
} |
Лэжьыгъэм хуэмыщхьэха тхьэмадэфI
Иджыблагъэ «Адыгэ псалъэ» газетэм и редакцэм къэкIуат Лашынкъей къуажэм дэс нэхъыжьыфI, зи ныбжьыр илъэс 82-м щхьэдэха Тыгъуэн Назир. И гъащIэр къызэрекIуэкIам ехьэлIауэ хьэщIэм куэдым щыгъуазэ дыхуищIащи, тфIэгъэщIэгъуэну къэтлъыта гуэрхэмкIэ дывдэгуэшэнщ.
— 1939 гъэм щIышылэм и 15-м Лашынкъей къуажэм сыкъыщалъхуащ. Си адэ Тыгъуэн Нусэ Лэхъу и къуэр, 1907 гъэм дунейм къытехьар, 1942 гъэм дзэм дашри, хъыбарыншэу зауэм хэкIуэдащ. Зэрыбынихыр — зэкъуэшищрэ зэшыпхъуищыр — адэншэу дыкъэнащ, нэхъыжь дыдэр илъэс 14 фIэкIа мыхъуауэ. Ди анэр, Тыгъуэн ФатIимэт, Бахъсэнхэ я пхъур, 1910 гъэм къалъхуар, 1996 гъэм дунейм ехыжащ. Адэ пэлъытэу къытхуэна си къуэш нэхъыжь Тыгъуэн Уаб (1927-2001 гъэхэм псэуащ) и ныбжьхэм я гъусэу 7-нэ классыр къиухауэ щытащ, ауэ адэкIэ еджэну Iэмал имыгъуэту, колхозхэту, Iэщыхъуэу и гъащIэ псом лэжьащ, унагъуэ иIащ, бынитI ипIащ. Зэрыбынхэм нэхъыщIэ дыдэр сэрами, гугъуехь мащIи згъэвакъым, си ныбжьэгъухэм закъыкIэрызмыгъэхун хьисэпкIэ. Пэжщ, си къуэш-си шыпхъу нэхъыжьхэм куэди сщхьэщахащ. Ауэ игъащIэкIэ абыхэм я пщэ удэсынт?
— Пасэу лэжьыгъэм зептауэ арат, Назир?
— Школым сыздыщIэсым, зыгъэпсэхугъуэ зэманым колхозым сыкIуэурэ, сшхын къызэрыщызгъэхьэрычэтыным яужь ситащ, губгъуэ хадэр фIанэкIи IэкIи дыпщIэу, бжьыхьэм мэкъумэшыр къетхьэлIэжу. Иужьым, илъэсийр къыщызухым, школым сыкъыщIэкIри, къуажэм колхозхэту лэжьэн щыщIэздзат.
— Курыт еджапIэр дэнэт къыщыбухыжар?
— А зэманым махуэм улажьэу, пщыхьэщхьэм школым ущеджэ хъурти, ар къэзгъэсэбэпри епщIанэ классыр къэзухыжащ. А лъэхъэнэми, тIэкIу нэхъ иужьыIуэхэми, «Трудовые резервы» зыфIаща зэгухьэныгъэм пыщIа IуэхущIапIэхэр щыIащ. Абыхэм я нэIэ зытрагъэт еджапIэхэм щIэсхэр махуэм щэнейрэ ягъашхэу, щыгъын гуэрхэмкIи яхуапэу, зыщIэсынхэмкIи къызэрагъэпэщу къекIуэкIащ. Бахъсэн дэт апхуэдэ еджапIэр 1956 гъэм къэзухащ, мэкъумэшым зэрыхэIэбэ машинэ псоми срилэжьэну сыхуиту. Колхозым къэзгъэзэжри, тракторист-машинисту щIэздзащ.
— Абы иужькIэ дауэ ухъуа, Назир?
— Ауэрэ здекIуэкIым, зи гугъу сщIы еджапIэр къэзыухахэр 1962 гъэм Бахъсэн дыщызэхуашэсри, «фи IэщIагъэм адэкIэ пыфщэну фыхуеймэ, Азов (Ростов областым) дэт техникумым фыдгъэкIуэну Iэмал диIэщ», — къыджаIати, щIалитху дыщIэтIысхьауэ щытащ. Сэ зыкъызощтэжри, мазитI фIэкIа сыщIэмысу дзэм сыдашащ. Ауэ абы сыщыгувакъым.
— Ар дауэ?
— Жэщ гуэрым ди пщэ къыдалъхьа къалэныр дгъэзащIэу, сэлэтиплIым ныкъусаныгъэ гуэрхэр тIэщIэкIри, дзэм хэтхэм ейуэ Львов къалэм дэт сымаджэщым зыкъыщытщIэжауэ щытащ, дыкъызэрыщIэхутари къыдгурымыIуэжу. Комиссэм къытщыщIа Iуэхум ди ягъэ хэмылъу къилъытами, ди узыншагъэм зэран хуэхъуауэ къибжри, дзэм дыкъыхагъэкIыжауэ щытащ. А зэманым армэм къулыкъу зэрыщепхьэкIын хуейр илъэсищкIэт, ауэ дэ илъэсрэ мазипщIрэ фIэкIа дыщымыIауэ дыкъыхагъэкIыжат.
— Армэ нэужьым къуажэм къэбгъэзэжа?
— СыкъыщыкIуэжам, 1964 гъэм, си къуэшхэри, си шыпхъухэри унагъуэ щхьэхуэ хъуахэу, ди анэм и закъуэ къэнауэ сыкърихьэлIэжащ. Абы къыхэкIыу, еджэным пызмыщэжыфу, механизатору лэжьэн щIэздзэжат. АрщхьэкIэ иужьым, IэфIу си гум къинар аращи, си Iуэхухэм нэгъуэщIу зыкърадзэкIыжат.
Махуэ гуэрым уэлбанэти, лэжьакIуэ сымыкIуауэ сыдэсу, си къуэш нэхъыжь Уаб къекIуэкIри: «Назир, уи мурадыр сыт? — жиIэри зыкъысхуигъэзащ. — Ущыгъуазэщ 7-нэ классыр нэхъыфI дыдэу еджахэм сащыщу къызэрызухам, ауэ си щIэныгъэм хэзгъэхъуэн мурад сиIэу сежьэжатэмэ, сабий-быну къызэхэнэнухэр ди анэм и закъуэ хуэпIынутэкъым. Ауэ щыхъукIи, уэращ зи чэзури, уздыщеджауэ щытам, уи нэр къыхуикIмэ, гъэзэжи къэух!». Мы гукъэкIыжым, къысхуэвгъэгъунщи, гумахэ сещI, си нэпсхэр къысфIрагъакIуэ… Сыхуейт седжэну, жызмыIэфу арат.
— Назир, фи анэми и гугъу къытхуэпщIатэмэ ди гуапэ хъунт.
— Илъэс 32-рэ фIэкIа имыныбжьу щхьэгъусэншэу къэна ди анэм цIыхубз Iуэхури, цIыхухъу Iуэхури игъэзэщIэфу гъащIэм игъэсат. Ерыскъы IэфI игъэхьэзырыфу щытати, къуажэдэсхэм гуфIэгъуэ яIэми, нэщхъеягъуэ яIэми, яхузэрымыгъэгъуэту, ираджэу къекIуэкIащ. Абы къыщымынэу, нэгъуэщI лэжьыгъэхэми хуэIэзэти, езыджэм унагъуэ хьэку яхуищIыфу щытащ. Зауэ лъэхъэнэми, абы къыкIэлъыкIуа илъэсхэми, адрей бзылъхугъэхэм яхэту, гущэр и дамащхьэм тету, колхоз губгъуэм щылэжьащ. Улахуэ гуэри абыхэм яIауэ убж хъунукъым, сыту жыпIэмэ, махуэ бжыгъэу зэрыхэтар хуатхырти, бжьыхьэм Iуахыжа гъавэм щыщ тIэкIу кърату щытауэ аращ.
— Уи гъащIэ гъуэгуанэм пыдгъащэт, Назир.
— Ростов областым згъэзэжри, «техник-механик», «производствэм хуегъэджэнымкIэ мастер» IэщIагъэхэр сиIэу, диплом плъыжькIэ 1966 гъэм къэзухауэ щытащ. Абдежым къыщыщIэдзауэ 1973 гъэм нэсыху ди къуажэм дэта колхозым механикыу, 1973-1981 гъэхэм инженер нэхъыщхьэу сыщылэжьащ. Бахъсэн къалэм дэт мэкъумэш техникумым 1981-1982 гъэхэм инженер-технологыу, 1982-1985 гъэхэм – районым и инженер нэхъыщхьэу, 1985-1987 гъэхэм къупщхьэхьэж заводым и унафэщIу, адэкIэ, 2008 гъэм пенсэм сыкIуэху, ухуэныгъэм пыщIа IуэхущIапIэ гуэрхэм, 2008-2018 гъэхэм бэджэндырылажьэу сыщытащ.
— Жылагъуэ гъащIэм уи хэтыкIам и гугъу къытхуэщIыт.
— Колхозым механикыу лэжьэн щыщIэздзам къыщегъэжьауэ, а хозяйствэм и правленэми сыхэтащ, къуажэ советым и депутатуи сыщытащ. 1984 гъэм, СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым къызэрысхуигъэфэщам къыхэкIыу, КъБР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и унафэкIэ «Лэжьыгъэм и ветеран» цIэ лъапIэри къысфIащащ, а Iуэхум щыхьэт техъуэ медали къызатауэ щытащ. ТIэунейрэ, 1978, 1980 гъэхэм, КПСС-м и Къэбэрдей-Балъкъэр обкомым хэтхэм я кандидатуи сыщытащ, иджыпсту къуажэдэс нэхъыжьхэм я комитетым сритхьэмадэщ.
— Пенсэм уи кIуэкIэ хъуам теухуауэ сыт къыджепIэфын?
— 2019 гъэр къыщихьэм ирихьэлIэу къэзбжати, къэралым псори зэхэту илъэс 41-м щIигъукIэ сыхуэлэжьащ. АтIэми, пенсэу схуагъэувар зэрымащIэр си щхьэусыгъуэу, УФ-м ПенсэмкIэ и фондым и Шэджэм къудамэм зыхуэзгъэзат. КъызэрызжаIамкIэ, стажым хагъэхьар колхозым сызэрыщылэжьа илъэс 25-мрэт. Хатхатэкъым зи IуэхущIафэхэр зэпызыгъэуа, лъэлъэжа IуэхущIапIэхэм сызэрыщылэжьар. Къэзгъэлъэгъуэнщи, «Шэджэм мэкъумэш техникэм» инженер-технологыу, Шэджэм райисполкомым и мэкъумэш управленэм инженер нэхъыщхьэу сызэрыщыIар, республикэм Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм Шэджэм Езанэ къуажэм и губгъуэм щаригъэухуа къупщхьэхьэж заводым и унафэщIу сызэрыщытар, Лашынкъей къуажэм и щIыгум бэджэндырылажьэу гъавэ къыщызыгъэкIхэм сазэрыхэтар.
— ЩIыхамыгъыхьам и щхьэусыгъуэр сытым къыхэкIагъэну?
— НэгъуэщI щIыпIэхэми къызэрыщекIуэкIам хуэдэу, зи гугъу сщIы IуэхущIапIэхэр щылъэлъэжым, ахэр зэрыщыIам, зэрылэжьам ехьэлIа тхылъхэри бзэхат. Иужьым къызэрызгурыIуэжамкIэ, илъэсым щIигъукIэ мы Iуэхум къыкIэлъыс-кIухьыныр къызыхэкIар мэкъумэш организацэу сыздэщыIахэм ехьэлIа тхылъхэри зэрагъэкIуэдауэ щытарщ, 1980 гъэхэм ягъэлъэлъэжа колхозхэм я дэфтэрхэр зэрахуэмыхъумар щхьэусыгъуэу. Арати, Пенсэ фондым щылажьэхэми, къулыкъущIэу мы Iуэхум нэхъ егъэщIылIахэми: «Ущылэжьа организацэхэр зыхуэдар пыухыкIарэ IупщIу тхылъымпIэу пхуагъэхьэзырахэм иткъыми, дэ абы зыри тхуещIэнукъым», — къызжаIэрт.
ИкIэм-икIэжым, Iуэхур зыIутыр къысхуэзытIэщIар КъБР-м и Архив хъумапIэращ. КъинэмыщIауэ, си Iуэхум кIэух тэмэм зэригъуэтамкIэ фIыщIэ яхузощI Къэбэрдей-Балъкъэр радиом куэд щIауэ щылажьэ журналист Iэзэ Хьэмту Къадир. Абы си гукъеуэр радиокIэ сигъэIуэтат. КъБР-м и Парламентым Мэкъумэш IуэхухэмкIэ, щIыуэпсыр къэгъэсэбэпынымрэ экологиемкIэ, дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэнымкIэ и комитетым и унафэщI ТекIушэ Артур, Шэджэм район администрацэм и унафэщI Борсэ Юрэ, Лашынкъей къуажэ администрацэм и Iэтащхьэ Хьэгъэжей Хьэсэн сымэ, нэгъуэщIхэми я фIыщIэ хэлъщ си Iуэхур зэрыдэкIыжам.
Епсэлъар КЪУМАХУЭ Аслъэнщ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "101255.txt"
} |
Дыщалъхуа щIыналъэр зыфIэгъэщIэгъуэнхэр
Гъуэгу зыпхымыкI щIыпIэхэм тещIыхьа «Урысейм и щIэин» проектым хыхьэу, квадроциклхэмкIэ къэхутакIуэ ежьэхэм я лъэхъэнэр Къэбэрдей-Балъкъэрым щызэхуащIыжащ.
Гъэмахуэ-бжьыхьэ пIалъэм къриубыдэу, Кавказ Ищхъэрэм апхуэдэ къэхутэныгъэу 6, зэманкIи, я гугъуагъкIи, гъуэгум и кIыхьагъкIи зэхуэмыдэу, щекIуэкIащ. Абыхэм ящыщу 3-м хэтахэр кIуэцIрыкIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къурш щхьэдэхыпIэхэмрэ аузхэмрэ. Осетие Ищхъэрэ — Алание, Ингуш, Шэшэн щIыналъэхэми къэхутэныгъэ щрагъэкIуэкIащ.
КъэхутакIуэхэм яхэтащ Москварэ Москва областым-рэ щыщу гъуэгу зыпхымыкI щIыпIэхэм къыщыжыхьыным дихьэххэр. Абыхэм я «лъагъуэр» кIуэцIрыкIырт къурш щхьэдэхыпIэ лъагэхэмрэ Кавказ Бгы тхыцIэ нэхъыщхьэм и аузхэмрэ. Экспедицэр екIуэкIыху, абы хэтхэм зрагъэлъэгъуащ ди щIыуэпсым и къулеягъыр, тхыдэ мыхьэнэ зиIэ хъугъуэфIыгъуэхэр, апхуэдэуи Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм я хабзэхэмрэ шхыныгъуэхэмрэ зыщагъэгъуэзащ.
Къыхэгъэщыпхъэщ, «Урысейм и щIэин» проектымкIэ къэралым и тхыдэ-щэнхабзэ, щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэр егъэджыныр къызэгъэпэщакIуэхэм зэрамурадыр.
Иджырей экспедицэр зэхаублат «Квадроостров» Москва клубымрэ «Альтаир» Урыс географие зэгухьэныгъэм и щIалэгъуалэ клубымрэ, КъБР-м Курортхэмрэ туризмэмкIэ и министерствэр, Ингуш Республикэм ТуризмэмкIэ и комитетыр, ATV — Грознэ квадроклубыр я дэIэпыкъуэгъуу.
БАГЪЭТЫР Луизэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "101258.txt"
} |
Мэздэгу адыгэхэм зэкъуэшхэр зэхуашэс
Жэпуэгъуэм и 22-м Мэздэгу къалэ щекIуэкIащ щIыналъэ зыбжанэм я лIыкIуэхэр зыхэта «Мэздэгу адыгэхэм лIэщIыгъуэкIэрэ къадэгъуэгурыкIуэ хабзэхэр» зыфIаща зэхыхьэр.
Мэздэгу Адыгэ Хасэм илъэс къэс къызэригъэпэщ лъэпкъ Iуэху щхьэпэм хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ республикэхэм, Ставрополь крайм икIа хьэщIэхэр. Ди республикэм щыщу мэздэгу адыгэхэм яхыхьащ КъБР-м Граждан жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министр КIурашын Анзор, Дунейпсо, Къэбэрдей Адыгэ хасэхэм я тхьэмадэхэу Сэхъурокъуэ Хьэутийрэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэдрэ, КъБР-м EгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм ЛъэпкъыбзэхэмкIэ и къудамэм и унафэщI Мыз Залинэ, жылагъуэ лэжьакIуэхэр, журналистхэр.
ХьэщIэхэр зэхуэса нэужь, Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм я фэеплъу Мэздэгу къалэм дэтым удз гъэгъахэр тралъхьащ. Пщэдджыжьым щегъэжьауэ Мэздэгу ЩэнхабзэмкIэ и унэм щекIуэкIащ адыгэхэм къагъэсэбэпу щыта хьэпшыпхэм я гъэлъэгъуэныгъэ, лъэпкъ къафэхэм щыхуагъасэ дерсхэр.
Концертым щIидзэн и пэ къихуэу къэпсэлъахэм къыхагъэщащ зи чэзу зэIущIэм зэкъуэшхэр гуапэу зэрызэришэлIар. Апхуэдэ зэхыхьэхэр хэгъэгу зэмылIэужьыгъуэхэм ис адыгэхэм дэтхэнэми я щэнхабзэм, щыIэкIэ-псэукIэм зыщагъэгъуэзэнымкIэ, я дуней тетыкIэм нэIуасэ зыхуащIынымкIэ сэбэп зэрыхъур жаIащ. КъищынэмыщIауэ, зэхыхьэм къалэнышхуэ егъэзащIэ ди лъэпкъ щэнхабзэр нэгъуэщIхэм егъэщIэным, лъэпкъ зэныбжьэгъугъэр гъэбыдэным теухуауэ.
Лъэпкъ зэныбжьэгъугъэмрэ зэгурыIуэныгъэмрэ егъэфIэкIуэным зэрыхэлIыфIыхьым папщIэ а махуэм ягъэлъэпIащ цIыху жыджэрхэр. Мэздэгу адыгэхэр я адэжь щIэинхэр яхъумэу хэгъэгуитIым зэрыщыпсэур, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Осетие Ищхъэрэ — Аланием, Ставрополь крайм, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм я зэхуаку щэнхабзэ, лъэпкъ зэпыщIэныгъэхэр, зэныбжьэгъугъэ дэлъынымкIэ Мэздэгу Адыгэ Хасэм лэжьыгъэшхуэ зэрыригъэкIуэкIыр къыхагъэщащ кърихьэлIахэм.
Зэхыхьэм купщIэ нэхъыщхьэ хуэхъуат Ставрополь крайм щыIэ «Адыгэхэр» щэнхабзэ центрым и унафэщI, ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупым хэт Шыбзыхъуэ Юрэ и жэрдэмкIэ траха документальнэ фильмым и гъэлъэгъуэныгъэр. Ар зи IэдакъэщIэкI, Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и журналист ТIэш Светланэ жиIащ: «Илъэс 250-рэ и пэкIэ Джылахъстэнейм иIэпхъукIыу Тэрч и сэмэгурабгъу Iуфэм, Мэздэгу щетIысэха къэбэрдеипщхэмрэ абыхэм я блыгущIэтхэмрэ къатепщIыкIауэ нобэ а щIына-лъэм ис ди къуэшхэмрэ ди шыпхъухэмрэ я щыIэкIэ-псэукIэм теухуа фильм техыныр япэу зигу къэкIар Ставрополь щIыналъэм щыIэ «Адыгэхэр» шэрджэс щэнхабзэ центрым и унафэщI Шыбзыхъуэ Юрэщ. Абы крайм щылажьэ Лъэпкъ, къэзакъхэм я IуэхухэмкIэ и комитетым зыхуигъазэри, и мурадыр къыдаIыгъащ икIи мылъкукIэ зыкъыщIагъэкъуащ».
— Сэ апхуэдэ лъэIукIэ зыкъыщысхуигъазэм «хьэуэ» къыхэзгъэкIакъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, куэд щIауэ си хъуэпсапIэт мэздэгу адыгэхэм я IуэхущIафэ, шыфэлIыфэ, псэукIэр зыхуэдэр зэзгъэщIэну. Махуищ щыдгъэкIуащ Мэздэгу къалэм, Азэней, Иналхьэблэ, Русское жылэхэм, — къыддогуашэ Светланэ. — Хуабжьу хъыбар куэд икIи гъэщIэгъуэн зэхуэтхьэсащ а махуэхэм. Тхыдэми дыхуеплъэкIыжащ, иджырей гъащIэри къэдгъэлъэгъуащ, я псэукIэм епха Iуэхугъуэхэри зэдгъэщIащ. Куэд щыгъуазэкъым мэздэгу адыгэхэм дин зэмыщхь зэрызэра-хьэм — и ныкъуэр муслъымэнщ, и ныкъуэр чыристэнщ. Чыристэнхэм члисэр я тхьэелъэIупIэщ, муслъымэнхэр мэжджытым йокIуалIэ, ахэр зыдэт къуажэхэр гъунэгъу дыдэу зэпэщысщ. Ауэ зыщ нэхъыщхьэр — муслъымэнхэри чыристэнхэри гурэ псэкIэ адыгэщ, зэрахьэр адыгэ хабзэщ, зэрыпсалъэр адыгэбзэщ. Ахэр псори нэхъ гъунэгъу зэхуэзыщIыр адыгагъэращ. Арагъэнщ тетха фильмым купщIэ хуэхъуари. Иналхьэблэ, Азэней жылэхэм дыщыщылэжьа пIалъэ кIэщIым къриубыдэу дэ тлъэгъуащ нэхъыщIэхэм нэхъыжьхэм пщIэ зэрыхуащIыр, цIыхубзхэр цIыхухъухэм я гъусэу Iэнэ зэрымытIысыр, нысащIэхэр тхьэмадэр зыщIэс пэшым зэрыщIэмыхьэр, адыгэ шхыныгъуэхэр зэрапщэфIыр, нэгъуэщIхэри. Мыбыхэм зэхэгъэж яIэкъым муслъымэнрэ чыристэну. Ахэр зэрошэ, унагъуэ зэдаухуэ, зэгурыIуэу зэдопсэу. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, псом япэ ирагъэщыр я лъэпкъ зэхэщIыкIымрэ адыгагъэмрэщ, я хабзэ зехьэкIэмрэ адыгэбзэмрэщ. Мис а псори дахэу фильмым къыщыдгъэлъэгъуащ. Иджы си гуапэ мэхъу абы еплъахэм я гупсысэр къыщысхуаIуатэкIэ.
«Адыгэхэр» шэрджэс щэнхабзэ центрым и тхьэмадэ Шыбзыхъуэ Юрэ зэрыжиIэмкIэ, фильмыр хэгъэгу зыбжанэм къарэл телевиденэмкIэ щагъэлъэгъуащ, апуэдэуи центрым Ютуб каналым фыщеплъыфынущ.
— ЩIыналъэкIэ дызэпэмыжыжьэу, ауэ ди хъыбаркIэ зэрымыщIащэу дыкъекIуэкIащ мэздэгу адыгэхэмрэ дэрэ, — къыддогуашэ Юрэ. — Ди щэнхабзэ центрыр Дунейпсо Адыгэ Хасэм хыхьа нэужь, Мэздэгу жылагъуэ зэгухьэныгъэри къыхагъэхьати, абы дыщызэрыцIыхуащ, хъыбархэр зэIэпытх хъуащ, уеблэмэ махуэшхуэхэр, зэIущIэхэр ди щхьэусыгъуэу дызэкIэлъокIуэ, дызэдолажьэ. ДызыхэпсэукI зэманыр къэщIэрэщIэжыныгъэм и лъэхъэнэу жыпIэ хъунущ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, щIалэгъуалэм я лъэпкъ зэхэщIыкIыр нэхъ къэушащ, социальнэ сетхэм хъыбар щызэIэпахыурэ, дэнэ щыпсэури зэрощIэ. Мис апхуэ- дэ Iуэхугъуэхэм къыхэкIыу тIэкIу нэхъ тIэщIэхуа мэздэгу адыгэхэр утыку къитшэжыну, абыхэм я хъыбар куэдым къедгъэщIэну ди мураду фильмыр техыным иужь дихьати, къыдэхъулIауэ жыпIэ хъунущ.
Мис апхуэдэу адыгэ Iуэхум жыджэру хуэлажьэ цIыхухэрщ «Мэздэгу адыгэхэм лIэщIыгъуэкIэрэ къадэгъуэгурыкIуэ хабзэхэр» зэхыхьэр щIаублар. Мэздэгу Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Факъуэ Руслан лъэкI къигъанэркъым мэздэгу адыгэхэр къызыхэкIам хуэфащэу къэгъуэгурыкIуэнымкIэ, я бзэ, хабзэ, щэнхабзэ, тхыдэ яIэщIэмыхуу, щIэблэ узыншэ къащIэхъуэу псэунымкIэ.
Зэхуэсыр ягъэдэхащ Мэздэгу дэс адыгэ уэрэджыIакIуэ, къэфакIуэ ныбжьыщIэхэм, жылагъуэ лэжьакIуэ жыджэр, уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ ХьэбытIэ Вячеслав сымэ, нэгъуэщIхэми.
НэщIэпыджэ Замирэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "101260.txt"
} |
Хьэтуейм и тхыдэм къыпещэ
Иджыблагъэ дунейм къытехьащ Мамхэгъ Астемыр зэлэжь «Хатуей. Штрихи к истории селения и генеалогии жителей» проектым и етIуанэ къыдэкIыгъуэр. Япэрей тхылъми хуэдэу, мыбыи щызэхуэхьэсащ Хьэтуей къуажэм и тхыдэм теухуауэ «Адыгэ псалъэ», «Кабардино-Балкарская правда», «Адыгэ хэку», «Газета Юга», «Советская молодежь», «Лескенская газета» (КъБР), «Вестник Карачаево-Черкессии» (КъШР) газетхэм къытехуа тхыгъэхэр.
КъыдэкIыгъуэм ихуахэм я нэхъыбэр зи IэдакъэщIэкIыр Мамхэгъ Астемырщ. Генерал-майор Анзор Хьэту и жылэм и къекIуэкIыкIам куууэ ухэзыгъэплъэж лэжьыгъэхэм лъабжьэ яхуэхъуащ Москва, Санкт-Петербург, Краснодар, Ставрополь, Тбилиси, Владикавказ, Налшык дэт къэрал дэфтэр хъумапIэхэм щIэлъ тхыгъэхэр. КъызыхэкIа лъэпкъым, къызыдэкIа къуажэм и блэкIар зэзыгъэщIэну хуеймкIэ мы тхылъыр хъугъуэфIыгъуэ мылъытэщ. Анзорхэ я лъэпкъым къыщрегъажьэри, жылэр зейуэ щыта Анзор Хьэту и гъащIэр, зэман зэхуэмыдэхэм къуажэм игъуэта зыужьыныгъэр, абы и цIыхухэм я псэукIар зэпкърыхауэ къегъэлъэгъуэж.
Совет властыр ягъэува нэужь, Анзор Хьэту и жылэм Старэ Урыху фIэщыгъэр иратауэ щытащ. 2005 гъэм УФ-м и Президентым и унафэм ипкъ иткIэ къуажэм фIащыжащ япэм иIа цIэр — Хьэтуей. А Iуэхугъуэ гуапэм, ар иджыпсту здэщыс щIыпIэм къызэрыIэпхъуэрэ илъэси 155-рэ, кIэлъыкIуэу илъэси 170-рэ щрикъум ягъэхьэзыра тхыгъэхэр къызэщIэзыкъуэжщ мы къыдэкIыгъуэр. Тхыгъэхэм я мызакъуэу, абы къыщыхьащ жылэм Хьэтуей цIэр зэригъуэтыжам теухуа махуэшхуэм ухэзыгъэплъэж сурэтхэр. Къыхэгъэщыпхъэщ тхылъым и жинтыр, и гупэмкIи и щIыбымкIи, къуажэр зея генерал-майор Анзор Хьэту и сурэтымкIэ зэрыгъэщIэрэщIар.
ЦIыхум Хэкум хуиIэ лъагъуныгъэр къыщежьэр къыщыхъуа къуажэрщ. И жылэм и къэкIуэнум фIыкIэ щыгугъ, абы хузэфIэкI хуэзыщIэ цIыхущ зи гугъу тщIы тхылъыр зи IэдакъэщIэкI Мамхэгъ Астемыр. Ар хэкупсэ, лъэпкъыпсэ нэсу зэрыщытыр къегъэлъагъуэ Хьэтуей къуажэм и тхыдэм теухуауэ къыдэкIыгъуэ зыбжанэ зэригъэхьэзырам, адэкIи а Iуэхум къыпищэну зэримурадым.
Зи гугъу тщIы тхылъыр дунейм къытехьэнымкIэ мылъкукIэ дэIэпыкъуэгъу хъуащ Лэскэн район Советым и депутат, 2003 — 2008 гъэхэм Хьэтуей къуажэм и администрацэм и унафэщIу щыта Мэремкъул Iумар- бий.
— Тхылъыр бгъэхьэзырыныр зы лэжьыгъэшхуэщ, абы и къыдэгъэкIынми Iуэхушхуэ пыщIащ. Къуажэм теухуауэ згъэхьэзыра тхылъхэр къыдэгъэкIынымкIэ сытым дежи щIэгъэкъуэн къысхуэхъуащ жылэм къыдэкIа цIыху гуащIафIэхэр. Мы Iуэхур къыздиIыгъащ Мэремкъул Iумарбий. Къуажэм и тхыдэм хуищIа хэлъхьэныгъэущ ар сэ къызэрыслъытэри, адэкIи апхуэдэ Iуэху щхьэпэ куэд къехъулIэну си гуапэщ, — жиIащ Мамхэгъ Астемыр.
ЩхьэщэмыщI Изэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "101264.txt"
} |
Азербайджанхэр ди республикэм щохьэщIэ
Налшык къалэ махуищкIэ щекIуэкIащ «Азербайджан шхыныгъуэхэм я махуэхэр — Къэбэрдей-Балъкъэрым» Iуэху дахэр. Ар къызэрагъэпэщащ Кавказым и пщафIэхэм я лъэпкъ зэгухьэныгъэм, Лъэпкъ шхыныгъуэхэмкIэ азербайджан центрым, Урысейм и пщафIэхэм я лъэпкъ ассоциацэм, «Визит Кавказ» турист компанием.
ЗэIущIэр къыщызэIуахащ икIи хьэщIэхэмрэ журналистхэмрэ щызэхуэзащ КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым икIи щIидзэн и пэ къихуэу КIуэкIуэм и фэеплъым удз гъэгъа Iэрамэхэр тралъхьащ.
Азербайджаным къикIахэр ирагъэблэгъащ КъБКъМУ-м и проректор Азычэ Светланэ, Сату-технологие факульте-тым и декан ЛIуп Тимур сымэ.
Дуней псом къыщацIыху IэщIагъэлI лъэрызехьэ защIэщ Азербайджаным щыщ пщафIэхэр. Пресс-конференцым хэтащ Лъэпкъ шхыныгъуэхэмкIэ азербайджан центрым и генеральнэ унафэщI, Азербайджаным и пщафIэхэм я лъэпкъ ассоциацэм и президент, Дунейпсо ислъам пщафIэ зэгухьэныгъэм и вице-президент, инженер-технолог, тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат, профессор Амирасланов Тахир. Абы и гъусэт езым и къуэдзэу, технолог цIэрыIуэхэу, пщафIэ Iэзэхэу Аскеровэ Джейран, Алескеровэ-Кузу Гюльнар, Кулиевэ Тунзаля, Гасановэ Салтанат сымэ. Апхуэдэуи зэхыхьэм щыIащ Урысейм и пщафIэхэм я лъэпкъ ассоциацэм и правленэм хэт, WAGS и дунейпсо класс зиIэ судья Перевоз Денис.
Журналистхэм я упщIэхэм жэуап щратым, хьэщIэхэм жаIащ лъэпкъ ерыскъым мыхьэнэшхуэ зэриIэр, цIыхум дежкIи псом нэхърэ зэрынэхъыщхьэр.
— Лъэпкъым езым и хабзэ, и бзэ, и пшыналъэ, къафэ зэриIэм, абы зэриIэтым хуэдабзэщ и шхыныгъуэхэри, — жеIэ Амираслановым. — Сэ къуажэм сыкъыщыхъуащ, ди анэшхуэхэм я пщэфIэкIэр слъэгъуащ. Балигъ гъащIэм сыхэбэкъуа нэужь, Ленинград еджапIэм сыщIэтIысхьэри, абдеж щыщIидзащ пщафIэм и гъуэгуанэм. Сызыпэрыт Iуэхур къызэрыгуэкIкъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, лъэпкъым ипщэфIымрэ ишхымрэ къегъэлъагъуэ абы и дуней тетыкIэри, и псэкупсэ къулеягъри, и шыфэлIыфэри. Апхуэдабзэу туризмэм зегъэужьынымкIэ япэ итхэм ящыщщ пщэфIапIэр. Уеблэмэ абы и хэхъуэм и процент 20 — 30-р къыхуэзы-хьыр ерыскъыращ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, туристыр хамэ къэрал, хамэ къалэ щIэкIуэр зэса шхын щхьэкIэкъым, атIэ нэхъ щIэщыгъуэ гуэр зыIуигъэхуэн папщIэщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым франджы ресторан къыщызэIупхкIэ, франджы туристхэр къыпхудэхьэхынукъым, ауэ балъкъэр хъыршын, адыгэ джэдлыбжьэ ебгъэшхмэ, арэзы хъуауэ ежьэжынущ.
Лъэпкъ шхыныгъуэхэмкIэ азербайджан центрым и генеральнэ унафэщI, Азербайджаным и пщафIэхэм я лъэпкъ ассоциацэм и президент Амирасланов Тахир и лэжьыгъэ нэхъыщхьэм къыдэкIуэу зи ужь итыр азербайджан шхыныгъуэхэр дунейпсо утыку ихьэнырщ, ахэр цIэрыIуэ щIынырщ. Апхуэдэ мурадкIэ къэрал куэдым щIэх-щIэхыурэ макIуэ, уеблэмэ, къэрал унафэщIхэр кърихьэлIэу Азербайджан шхыныгъуэм и махуэхэр хамэ къэралхэм къыщызэрегъэпэщ. Апхуэдэу ар щыIащ Тыркум, Ираным, Украинэм, Кореем, Америкэм и Штат Зэгуэтхэм, Пакистаным, Инджылызым, Германием, Молдовэм, Сербием, Узбекистаным, нэгъуэщI куэдми.
Журналистхэм къазэрепсэлъам нэмыщI, Амираслановыр КъБКъМУ-м и студентхэм яхуэзащ икIи азербайджан шхыныгъуэхэмрэ кавказ пщэфIапIэмрэ ди къэралми хамэ къэралхэми щаIэ мыхьэнэм яхутепсэлъыхьащ.
А махуэм хьэщIэхэмрэ бысымхэмрэ дяпэкIэ зэрызэдэлэжьэну жыпхъэм теухуа зэгурыIуэныгъэм Iэ щIадзащ.
Махуищым къриубыдэу Iуэху дахэ икIи «IэфI» куэд щекIуэкIащ ди лъахэм. Кавказым и пщафIэхэм я лъэпкъ зэгухьэныгъэм хэтхэм ерыскъыхэр ягъэхьэзыращ, абы жэрдэм зиIэхэр хуагъэсащ. ХьэщIэхэр ирагъэблэгъащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу азербайджан хэхэсхэм я центрым икIи пшыхь екIу къыхузэрагъэпэщащ.
Гукъинэж хъуащ «Акрополь» щэнхабзэ-нэгузыужь центрым щекIуэкIа Iуэху нэхъыщхьэри — абы хьэщIэ-хэм щагъэлъэгъуащ азербайджан ерыскъыхэкIхэм я пщэфIыкIэмрэ ар Iэнэм къызэрытрагъэувэмрэ. Пшыхьым кърагъэблэгъат ерыскъыхэм и IэфIагъыр къэзыпщытэну хьэщIэхэри. Iэнэм и тепщэу щытар, дауи, азербайджан плов гурыхьырт. Плов нэхъ IэфI дыдэу дунейм тетыр азербайджанхэм ящIрауэ хуагъэфащэ, абы и пщэфIыкIэ зэмылIэужьыгъуэу зыкъом зыщIэ Амирасланов Тахир и унафэм щIэт пщащэ пщафIэхэм ар къазэрехъулIам шэч хэлъкъым.
Зэхыхьэр дыгъуасэ щызэхуащIыжащ «Сосрыкъуэ» турист комплексым. Мис абдеж къеблэгъахэм хьэщIагъэ щрахащ ди хэкуэгъухэми. Бысымхэм хьэщIэхэм ирагъэлъэгъуащ адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ я шхын хэплъыхьахэм я гъэхьэзырыкIэмрэ я IэфIагъымрэ. «Азербайджан шхыныгъуэхэм я махуэхэр — Къэбэрдей-Балъкъэрым» Iуэхур щызэхуащIыжым Кавказ пщэфIапIэм щытепщэ лъэпкъ шхыныгъуэ нэхъыфIхэр зытет Iэнэ берычэт къагъэуващ, пщафIэ цIэрыIуэ куэди щызэхуэзащ, щIыхь, фIыщIэ тхылъхэри щызэIэпахащ.
НэщIэпыджэ Замирэ.
Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "101267.txt"
} |
ГъущI лъапIэхэм къыхэщIыкIа ахъшэхэр
Урысейм и «Мэкъумэшбанкым» Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ и къудамэм дяпэкIэ щагъуэ-тынущ инвестицэ зыхалъхьэ «Георгий По бедоносец» дыщэ ахъшэхэр. Ахэр сом 25-рэ, 100, 200-м хуэкIуэу щытынущ. «Георгий Победоносец» ахъшэщIэхэр Урысейм и Банкым къыдигъэкIащ 2021 гъэм мэкъуауэгъуэм и 25-м. Псори зэхэту абыхэм я куэдагъыр 100000 хъууэ аращ. Ахъшэхэр къыхэщIыкIащ 999 фIагъ зиIэ дыщэм.
КъищынэмыщIауэ, банкым ещэ нэхъапэIуэкIэ къыдагъэкIа, псоми яцIыху, сом 50 хъу «Георгий Победоносец» дыщэ ахъшэхэр. Ахэр къыщыпщэху хъунущ «Мэкъумэшбанкым» и маркетплейс интернет гуэдзэным. Дыщэ ахъшэ 20-м щIигъу къэзыщэхум дэзычых зиIэ уасэ щхьэхуэ къыхуагъэлъагъуэ. Апхуэдэу Урысейм и «Мэкъумэшбанкым» Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ и дэтхэнэ къудамэми къыпIэрагъэхьэнущ. Абыхэм узыхуейм хуэдиз дыщэ ахъшэ щымыIэмэ, «Нэхъыбэ сыхуейщ» кнопкэмкIэ узыхуэныкъуэм хуэдиз къыпхуашэну хъыбар ебгъащIэ хъунущ.
2020 гъэм и фокIадэм «Мэкъумэшбанкым» иригъэжьащ маркетплейс интернет напэкIуэцIыр. Иджыпсту сайтым къыщыхьащ фэеплъ, инвестицэ ахъшэ зэмылIэужьыгъуэ 500-м щIигъу. НапэкIуэцIыр къызэIузыхам абы щигъуэтынущ езым е махуэшхуэ гуэрым хухэха хьэлэмэт куэд. Псоми зыщыбгъэгъуазэ хъунущ Банкым Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ и къудамэ-хэм е интернет-тыкуэным http://coins.rshb.ru.
«2021 гъэр къызэрихьэрэ Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм ищащ ахъшэ 246-рэ, абыхэм ящыщу 124-рэ «Георгий Победоносец» кIыдэкIыгъуэм щыщщ. Псори зэхэту сом мелуани 4,3-рэ къыпэкIуащ икIи гъущI лъапIэхэм къыхэщыкIа ахъшэхэр щэным теухуауэ щыIэ планыр проценти 132-кIэ дгъэзэщIа хъуащ. ИщхьэкIэ зи гугъу тщIа IуэхугъуэхэмкIэ къудамэм иригъэжьа жыджэрагъым тетщ», — къы-хигъэщащ Урысейм и «Мэкъумэшбанкым» Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ и къудамэм и унафэщI Сокъур Алим.
Къэхъун Бэч.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "101271.txt"
} |
«Iуащхьэмахуэ» зыгъэпсэхупIэм санитар хабзэхэр щызокIуэ
Жэпуэгъуэм и 27-м щыщIэдзауэ «Iуащхьэмахуэ» курортым и кIапсэ гъуэгухэм урикIуэн папщIэ QR-код, иужьрей мазихым къриубыдэу зэрысымэджамкIэ тхылъ е узыфэр зэрыпкърымытымкIэ ПЦР-тест уиIэн хуейщ. Абы теухуа унафэр КъБР-м и Iэтащхьэм и сайтым къралъхьащ.
Бгы-лыжэ лъэхъэнэр къызэIуахыным ипэ зыплъыхьакIуэ билетхэр къыщащэху кассэм деж зи гугъу тщIа тхылъымпIэхэр бгъэлъагъуэну къыпхуагъэувынущ. ИужькIэ цIыхухэм хуащIэ Iуэхутхьэбзэхэм трагъэкIуадэ зэманыр ягъэмэщIэн папщIэ ахэр къыщапщытэнущ кассэм пэгъунэгъуу иIэ щIыпIэм. АдэкIэ кIуэну хуитыныгъэ яIэ хъуа нэужь, хьэщIэхэм къратынущ Iэпщэхъу щхьэхуэхэр, бгы-лыжэ зыгъэпсэхупIэхэм удэзыхьей машинэхэм зэрырагъэтIысхьэну тхылъхэр (ски-пасс) къращэхуну.
Унафэм зэритымкIэ, цIыхухэм яIыгъын хуейщ я паспортыр, узыр зэрыпкърымытым щыхьэт техъуэ тхылъ пэжыр. QR-кодыр электрон жыпхъэм тету бгъэлъагъуэ хъунущ.
Мы зэманым «Iуащхьэмахуэ» курортым зыщызыгъэпсэхухэм Iэмал имыIэу медицинэ нэкIуIулъхьэр е лыжэм тетхэм я щхьэфIэкъуэр (балаклава) къагъэсэбэпын хуейщ. Щыгум удэзыхьей машинэхэм цIыхуиплI нэхъыбэ ирагъэтIысхьэркъым, зэпыIукIуэтауэ щытын папщIэ. ЗыгъэпсэхупIэм щагъэува шынагъуэншагъэ хабзэхэр зымыгъэзащIэхэм я «ски-пасс»-хэр зэхуащI.
— Коронавирус узыфэ зэрыцIалэр зыпкърытхэр къэтхутэн папщIэ экспресс-тестхэр щатын мобильнэ лабораторэхэр зыгъэпсэхупIэм къыщызэдгъэпэщыну ди мурадщ. Ар сэбэп хъунущ QR-кодыр зэзыгъэпэщыну хунэмыса хьэщIэхэм дежкIэ. Узыфэр зэрапкърымытым щыхьэт техъуэ тестхэр къаIэрыхьэжа нэужь, абыхэм къащэхуфынущ бгым дэкIыну хуит зыщI тхылъыр. А Iэмалыр лъэхъэнэр къыщызэIутхыным ирихьэлIэу ди лэжьыгъэм къыхэдгъэхьэнущ, — жиIащ «КСК» АО-м и унафэщI ТIымыжь Хьэсэн.
«Iуащхьэмахуэ» курортым Covid-19-м зыщемыгъэубгъунымкIэ шынагъуэншагъэр къызэрагъэпэщу цIыхухэр куэду щызэблэкI щIыпIэхэр щIэх-щIэхыурэ дезинфекцэ ящI, Iэхэр зэрагъэкъабзэ Iэмэпсымэхэр ягъэуващ.
Тхьэхущынэ Ланэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "101274.txt"
} |
Iэзагъэм хэзыгъахъуэ IэмалыфI дыдэ
КъБР-м и Iэтащхьэр «Илъэсым и егъэджакIуэ-2021» урысейпсо зэпеуэм и лауреат хъуа, Май къалэ инджылызыбзэр щезыгъаджэ Къущхьэ Каринэ иджыблагъэ IущIащ. Зэпеуэм къыхэжаныкIа бзылъхугъэр Урысейм и егъэджакIуэ нэхъыфI дыдэу къалъытэ цIыху 15-м языхэз хъуащ. ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м егъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Езауэ Анзор.
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Къущхьэ Каринэ и ехъулIэныгъэмкIэ ехъуэхъури, ар зыпэрыт IэнатIэм купщIафIэу зэрыщылажьэр, щIэблэм щапхъэ хъарзынэ зэрахуэхъур къыхигъэщащ. «ЕгъэджакIуэ IэщIагъэм пщIэшхуэ иIэщ, абы хуэдгъэдэни щыIэкъым. ЗэрытхузэфIэкIкIэ а IэнатIэм Iутхэм я щыIэныгъэр ящыдгъэпсынщIэну дыхэтщ, я щIэныгъэмрэ IэщIагъэмрэ щыхагъахъуэ курс нэхъыбэ къызэдгъэпэщыну иужь дитщ, я зэфIэкIым зедгъэIэтурэ ди щIыналъэм и мызакъуэу, урысейпсо икIи дунейпсо утыкухэм итшэну дыхущIокъу, — жиIащ КIуэкIуэм. — Абы теухуауэ упсалъэмэ, нобэ уэ зыIэрыбгъэхьа ехъулIэныгъэм ди щхьэр лъагэу дегъэлъагъуж, мыхьэнэшхуэ идот».
Къущхьэ Каринэ КъБР-м и Iэтащхьэм дригъэкIуэкIа псалъэмакъым къызэрыхэщамкIэ, зэпеуэр и IэщIагъэм лъэщу хэгъуэзэнымкIэ дерс хуэхъуащ. «Мы зэпеуэм си къару закъуэкIэ сыкъыхэщыну къыщIэкIынтэкъым. Ди щIыналъэм щекIуэкIа зэхьэзэхуэм сыщытекIуэн, урысейпсо утыкум сихьа хъун щхьэкIэ, гуп лэжьыгъэшхуэ къызэзнэкIащ. Дерсым и егъэкIуэкIыкIэм хэлъ щэхур ар къызэзыгъэпэщ егъэджакIуэм хуэдэу нэхъыфIу зылъагъуи къызыгурыIуи щыIэу къыщIэкIынкъым. Ауэ дунейм и пIалъэ зыщIэ, IэщIагъэм илъэс куэд лъандэрэ ирилажьэхэм я ущие псалъэм, узыунэтI чэнджэщу къуатым куэд хэлъщ. Дерс зэмылIэужьыгъуэхэм я къызэгъэпэщыкIэм щIэщыгъуэ хэлъхьэн, гуимыхуж икIи щIэныгъэ хэхыпIэ хъун и IуэхукIэ куэдым я сэбэп къызэкIащ. Зэпеуэр си Iэзагъэм хэзыгъэхъуа IэмалыфI дыдэу къысхущIэкIащ, икIи, пэжыр жыпIэмэ, сыщогуфIыкIыж абы сызэрыхыхьам, зыщызгъэлъэгъуэну Iэмал сызэриIам», — жиIащ Къущхьэм.
Езауэ Анзор къызэрыхигъэщамкIэ, «Илъэсым и егъэджакIуэ» зэпеуэр щIыналъэхэм щокIуэкI, абы къыщыхэжаныкIа егъэджакIуэхэр хэгъэгум щызэпоуэжри, нэхъыфI дыдэхэр Урысейм ягъакIуэу аращ. «Хэгъэгупсо Iыхьэм мы гъэм цIыху 13 щызэпеуащ. Абы къэса егъэджакIуэхэм нэхъыфI дыдэр къахэтхын щхьэкIэ, IэщIагъэлI нэхъ лъэрызехьэхэр къедгъэблагъэри, япэщIыкIэ мастер-класскIэ дызэджэ дерс лIэужьыгъуэхэр ядедгъэкIуэкIащ, «Учительская газета»-м и лэжьакIуэхэмрэ УФ-м ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерствэм и IэщIагъэлIхэмрэ зэпыу имыIэу Iуэху ядэтщIащ, дызыхэт лэжьыгъэр къыдэхъулIэн щхьэкIэ я чэнджэщхэм дытемыкIыу дытетащ. Псалъэм къыдэкIуэу жысIэнщи, тIури зэпеуэм и къызэгъэпэщакIуэхэм ящыщщ», — жиIащ Езауэ Анзор.
Нэгъабэ екIуэкIа зэпеуэм «Учительская газета»-м и фIыщIэ тыныр зыхуигъэфэщар Къэбэрдей-Балъкъэрым икIа, Тырныауз къалэ дэт 5-нэ гимназием Iэпкълъэпкъым зегъэужьынымкIэ щэнхабзэм и дерсхэр зыт Борэн ФуIэдщ. Зи узыншагъэм сэкъат иIэ сабийхэм я Iэмалхэр къэлъытауэ, я щытыкIэм емыгуауэу Iэпкълъэпкъым зезыгъэужь дерсхэр зэрадегъэкIуэкIыпхъэм теухуат Борэным урысейпсо утыкум ирихьа мастер-классыр. Ар къызэгъэпэщакIуэхэмрэ къэпщытакIуэхэмрэ хьэлэмэт ящыхъуам и закъуэкъым, абы и лъабжьэм щIэлъ методологием гъащIэ иIэу, егъэджэныгъэм хэпщэн хуейуэ къалъытат. «Илъэсым и егъэджакIуэ» урысейпсо зэпеуэр мы гъэм 32-у екIуэкIащ. А зэманым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу абы я зэфIэкIыр щагъэлъэгъуащ цIыху 23-м. ЦIыхуихыр а зэпеуэм и лауреат хъуащ.
ЗэIущIэм ди щIыналъэм егъэджэныгъэр зэрыщызэтеублам хэлъ Iуэхугъуэхэм щрипсэлъащ. Псалъэм папщIэ, сабийр гъэсэнымкIэ егъэджакIуэм иIэ мыхьэнэм и гугъу ящIащ. «ЕгъэджакIуэр пщэдейрей махуэхэм и ухуакIуэщ. Абы къыгурыIуэн хуейщ щIэныгъэ зрит сабийм и зэхэщIыкIым зэрызригъэужьым къыдэкIуэу, гъэсэныгъэ хэхаи зэрыбгъэдилъхьэр. Бгъасэм зэхебгъэхыну узыхущIэкъум къыдэкIуэу, гъэсэным жиIэнкIэ хъунури, жиIэфынури зэхэпхын хуейщ. — жиIащ КIуэкIуэм. — КъытщIэхъуэ щIэблэр фIэкIыпIэ имыIэу щIэпIыкIын хуейщ ди щIыналъэми къэралми лъапIэныгъэу къалъытэ щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэм. Ар къыщамылъытэ къэхъуакъым, ауэ егъэджэныгъэм гъэсэныгъэр и фащэу зэрыщытын хуейм куэдым трагъэчыныхьу хуежьащи, къабыл сымыщIын-кIэ Iэмал иIэкъым».
Мы Iуэхур Къущхьэ Каринэ узыблэкI мыхъуну къызэрилъытэр къыхигъэщри, и еплъыкIэмкIэ Iэтащхьэм дэгуэшащ: «ЩIыналъэ къэс егъэджакIуэхэр зэрыт щытыкIэхэр зэщхькъым. Абы щхьэусыгъуэ куэд иIэщ, ауэ егъэджакIуэм мы Iуэхум хуиIэ еплъыкIэр Iэмалыншэу къэхутэн хуейщ. Гъэсэныгъэ лэжьыгъэр еджапIэм щезыхьэкIыр аращи, къэрал унафэу къехым хэлъын хуей «цIыхугъэм» абыхэм я псалъэр хэмылъмэ, ди щыщIэныгъэхэм къытедгъазэ зэпыту кIуэнущ».
КIуэкIуэ Казбек арэзы дэхъуащ Къущхьэм къыхилъхьа жэрдэмым: «Илъэсым и егъэджакIуэ» зэпеуэм и пщIэр ди щIыналъэм къыщыIэтын хуейщ.
ЗэIущIэм и кIэухыу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм «Илъэсым и егъэджакIуэ-2021» зэпеуэм и щIыналъэ, хэгъэгупсо, урысейпсо Iыхьэхэм хэта дэтхэнэми фIыщIэ яхуищIащ, псоми ехъулIэныгъэ зэрызыIэрагъэхьар, нэгъэсауэ зэрыегъэджакIуэфIыр утыку къызэрихьам къызэригъэлъэгъуар жиIащ.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, КъБР-м и Iэтащхьэм и Унафэм ипкъ иткIэ, мы гъэм щегъэжьауэ егъэджэныгъэ олимпиадэхэм я урысейпсо икIи хэгъэгупсо Iыхьэхэм къыщыхэжаныкIахэми, ахэр зыгъэхьэзыра егъэджакIуэхэми ахъшэ саугъэтхэр иратынущ. Унафэм ипкъ иткIэ, мы гъэм егъэджакIуэ 56-м я фIыщIэр къыхагъэщащ, ахъшэ тыгъэхэри иратащ. Абы къищынэмыщIауэ, КъБР-м и Iэтащхьэм къищта унафэм ипкъ иткIэ, егъэджакIуэхэм я лэжьапщIэр проценти 10-кIэ хагъэхъуащ. ЛэжьапщIэр зэрыхагъахъуэ программэр илъэсищым теухуащ.
ШУРДЫМ Динэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "101277.txt"
} |
Бырхьэмым и япэ текIуэныгъэ ин
Америкэм и Штат Зэгуэтхэм и Финикс къалэм щекIуэкIащ Bellator 268 зэзауэ зэхэтхэмкIэ зи чэзу зэхьэзэхуэ. Абы япэу утыку къыщихьащ Къбэрдей-Балъкъэрым щыщ спортсмен цIэрыIуэ, зэIущIэ куэдым щытекIуа ди лъэпкъэгъу Бырхьэм Мухьэмэдрэ США-м щыщ Уиллис Джалилрэ.
ЗэIущIэр япэ Iыхьэм хухаха зэманыр и кIэм нэмыс щIыкIэ судьяхэм къагъэувыIащ. Адыгэ щIалэм и тепщэныгъэм пигъэувыфын зимыIэ американ зэуакIуэм зитын хуей хъуащ.
Иджырейм ипэкIэ мыпхуэдэ зэхьэзэхуэшхуэ Бырхьэмыр щыхэтар 2019 гъэм и шыщхьэуIурщ. АСА 97-м абы къыщыпэщIэтащ бразил спортсмен Родригес Сиро. Судьяхэр псори зэдэарэзыуэ зэIущIэм Мухьэмэд текIуэныгъэр къыщыхуагъэфэщащ.
Уиллис нэхъапэкIэ иригъэкIуэкIа зэIущIэм щыхуэзауэ щытащ и лъэпкъэгъу Мендонк Майкон. Bellator 259 зэхьэзэхуэм мы гъэм и накъыгъэм екIуэкIар Джалил и текIуэныгъэкIэ иухащ.
Ди лъэпкъэгъум дохъуэхъу япэ зэIущIэм текIуэныгъэ ин къызэрыщихьамкIэ, адэкIи ехъулIэныгъэ иIэну ди гуапэщ.
Жыласэ Замир.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "101280.txt"
} |
Гъэлъэгъуэныгъэхэм заубгъу
СурэтыщI-модельер ТIажь Альбинэ, Лъэпкъхэм я унэу Москва дэтыр, Урысейм и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэр зэгъусэу къызэрагъэпэщ гъуазджэмкIэ «Нартхэм я хъугъуэфIыгъуэ» дунейпсо сабий-ныбжьыщIэ фестиваль-зэпеуэ. ДэIэпыкъуэгъу мэхъу ЮНЕСКО-м и IуэхухэмкIэ УФ-м и комиссэр, УФ-м ЩэнхабзэмIэ и министерствэр, Москва, КъБР-м я правительствэхэр, УФ-м и Президентым и лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыIэр. «Нартхэм я хъугъуэфIыгъуэ» арт-проектым хуэдэ Урысейми хамэ къэралхэми щыплъагъунукъым. 2012 гъэм абы УФ-м и Правительствэм и саугъэтыр къыхуагъэфэщащ.
2019 гъэм Iуэхум и къызэгъэпэщакIуэхэм УФ-м ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэр щIыгъуу «Москва-Дамаск» арт-марафоныр ирагъэкIуэкIащ. БгъэIэпхъуэ хъу художественнэ гъэлъэгъуэныгъэхэр яшащ Москва, Мэздэгу, Псыхуабэ, Черкесск, Мейкъуапэ, Севастополь, Алуштэ, Агуий-Шапсыгъ, Сыхъум, Налшык, «Артек» сабий зыгъэпсэхупIэм. УФ-м ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэм къыхилъхьэри, «Дзэ сымаджэщ 412» кIэзонэ IуэхущIапIэм и ещанэ къудамэм апхуэдэ зы Iуэху щрагъэкIуэкIащ. А сымаджэщым щагъэлъэгъуащ «Нартхэм я хъугъуэфIыгъуэхэр» X дунейпсо сабий-ныбжьыщIэ фестиваль-зэпеуэм щытекIуахэмрэ абы и лауреатхэмрэ, «Сирием мамырыгъэ щыIэну хъуейщ Урысейм и сабийхэр» арт-марафоным хэтахэм я IэдакъэщIэкI нэхъыфIхэр, КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI Бгъэжьнокъуэ Заурбэч и лэжьыгъэхэр, Урысейм и сурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэт ТIажь Альбинэ и IэдакъэщIэкIхэр, Греков М. Б. и цIэр зезыхьэ студием и дзэ сурэтыщIхэм ящIахэр.
«Москва-Дамаск» арт-марафоным хэту «Сирием мамырыгъэ щыIэну хуейщ Урысейм и сабийхэр» гъэлъэгъуэныгъэр, УФ-м и библиотекэхэм и фондым щыщ тхылъ 120-м я гъэлъэгъуэныгъэр 2020 гъэм «Хмеймим» авиабазэм щыIащ.
Мы гъэм накъыгъэм и 19-м щегъэжьауэ фокIадэм пщIондэ «Москва-Дамаск» арт-марафоным хэту екIуэкIащ Урысей Ипщэмрэ Москварэ я сурэтыщIхэм я лэжьыгъэхэр зыхэта «Кавказыр жыжьэуи гъунэгъууи» бгъэIэпхъуэ хъу гъэлъэгъуэныгъэр, «Сирием мамырыгъэ щыIэну хуейщ Урысейм и сабийхэр» гъэлъэгъуэныгъэм щыщхэр, «Нартхэм я хъугъуэфIыгъуэ» сабий-ныбжьыщIэ фестиваль-зэпеуэм щытекIуахэм я IэдакъэщIэкIхэр.
Мы гъэм фокIадэм и 27-м щегъэжьауэ ягъэIэпхъуэ гъэлъэгъуэныгъэр щыIащ Москва, Урысейм ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэм и дзэ-политикэ IуэхущIапIэ нэхъыщхьэм.
Жэпуэгъуэм и 20-м «Москва-Дамаск» арт марафоным хэту бгъэIэпхъуэ хъу гъэлъэгъуэныгъэ къыщызэIуахащ Урысей армэм и IуэхущIапIэ нэхъыщхьэм.
ТIажь Борис.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "101283.txt"
} |
Иджырей гъуазджэ
СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ музейм жэпуэгъуэм и 19-м къыщызэIуахащ Аккизов Чэрим и IэдакъэщIэкIхэм я гъэлъэгъуэныгъэ.
«Притяжение» фIэщыгъэм щIэт арт-проектым щыплъагъур гъэщIэгъуэн, щIэщыгъуэ защIэт. Чэрим и лэжьыгъэхэм нэхъыбэу зи гугъу щищIыр Интернетым зэщIишха дунейращ. Псом хуэмыдэу гъэщIэгъуэнщ пхъэм, тхылъымпIэм тедзауэ абы сурэтхэм хигъэува зэрызэщIэупщIэ хъыбар кIэщI цIыкIухэр. УзэрыщIыхьэу узыIуплъэ гъуджэм «Уи махуэ фIыуэ! Дауэ ущыт?» — псалъэхэр тедзащ. АдэкIэ, гузэвэгъуэ гуэрым зэрыхэтыр къапщIэ цIыхум и сурэтым ерагъыу хэплъагъукI хьэрф инкIэ «Умыгузавэ, псори тэмэм хъунущ», — псалъэхэм укъыщоджэ. КъыкIэлъыкIуэ сурэтым фIыуэ зэрылъагъуитI зэлъэмыIэсыфу хыболъагъукI «Сытым хуэдэу сигу укъэкIа!..» — жиIэу тету. АбджыпскIэ къэщIыхьа гъэлъэгъуапIэм (витринэм) пхъэпс пIащIэу пхъэ упсам тетха хъыбар кIэщIхэм къэпкIухьурэ уздеджэм, зы цIыхум и хъуреягъым щыджэрэз дуней болъагъу, ухуейуэрамэ, абы щыщ Iыхьэ ухъуауэ къыпщохъу. Степлерым и Iунэхэм къыхэщIыкIа гур-щэ?! Хьэмэ, цIыху нэкIу зыхэплъагъуэ мывэ инхэр-щэ?! Балъкъэрхэр хэкум щрагъэкIам теухуа сурэт гъэщIэгъуэн утыку кърихьащ Чэрим. Гу зэкIэщIэчам и кум ахэр хэкум пэIэщIэу щыпсэуа илъэс бжыгъэхэр кIэщIэту унагъуэ сурэт щыболъагъу. «ГъащIэм и гъуджэ» теплъэгъуэри телъыджэ сщыхъуащ. Аккизовым къимыгъэсэбэп Iэмэпсымэ щыIэкъым, абы и гупсысэр зэрыхуэкIуам укъагъэуIэбжьу.
Музейм цIыхур щыкуэдащ, уеблэмэ щIалэгъуалэр нэхъыбэу. Иджырей щIэблэр щэнхабзэм, гъуазджэм пэIэщIэу зэрыжаIэр пэжкъым, нэгъуэщI Iуэхущ абыхэм куэд зэрафIэмыгъэщIэгъуэныр. КъэхъугъэкIэ бей ди зэманым ахэр игъэудэфауэ къызыщыхъу щыIэми, сыт хуэдизу Интернетымрэ телефонымрэ зыIэпашэми, яфIэгъэщIэгъуэн здэщыIэм кIуэнущ. Ар къызгуригъэIуащ мы гъэлъэгъуэныгъэм .
КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министрым и къуэдзэ Карчаевэ Аминат зэIущIэр къыщызэIуихым, гъэлъэгъуэныгъэм зэритхьэкъуар ибзыщIакъым.
— Чэрим и Iыхьлы гъунэгъухэу Сиярэ, Якъуб сымэ я цIэхэр республикэм и щэнхабзэ тхыдэм дыщэ хьэрфкIэ хэтхащ. Зэрынэрылъагъущи, щIалэм абыхэм я Iуэхум хуэфащэу пещэ. Абы и япэ лэжьыгъэхэр плъыфэбэщ, зэманым декIущ икIи къызэрымыкIуэщ. Чэрим творчествэм и цIыхущ, абы и дуней лъагъукIэр, гупсысэ къэIуэтэкIэр телъыджэщ. Сынохъуэхъу уи ехъулIэныгъэмрэ зэфIэкIымрэ хэхъуэу, мурадхэм гъащIэ ептыфу упсэуну, — жиIащ Карчаевэм.
— СогъэщIагъуэ Чэрим и дуней лъагъукIэмрэ гъуазджэм абы хуиIэ бгъэдыхьэкIэмрэ. Адрей сурэтыщIхэм къагъэсэбэп Iэмалхэр мыбы нэгъуэщI зыгуэру «къегъэпсалъэ». ЩIалэгъуалэр къызэрымыкIуэу дехьэх абы и гупсысэ щIэщыгъуэхэм, зыми емыщхьхэм. И зэфIэкI убагъуэ! — жиIащ КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Темыркъан Геннадий.
Музейм и унафэщI Ремхен Еленэ къыщыпсалъэм къыхигъэщащ Акки-зов Чэрим и гъэлъэгъуэныгъэм, дапщэщи хуэдэу, щIэщыгъуэ куэд зэрыхэтыр, дяпэкIэ нэхъыбэжкIэ зэрыщыгугъыр.
Iуэхур зэхьэкIам псалъэ ирата щхьэкIэ, куэд жиIэн идакъым: «Си сурэтхэр си пIэкIэ ирепсалъэ. Дэтхэнэми фIэгъэщIэгъуэн гъэлъэгъуэныгъэм къыщигъуэтыну сыщогугъ». Чэрим къыхигъэщащ иджырей гъэлъэгъуэныгъэр и анэм тыгъэ зэрыхуищIыр.
Щомахуэ Залинэ.
Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "101286.txt"
} |
Зыгъэпсэхугъуэ махуэм
Лъэпкъ шхыныгъуэхэр
Тхьэв и гъусэу гъэва джэдыщIэ
Джэд гъэкъэбзар псы щIыIэкIэ ятхьэщI, ягъэгъущ, зэпкърах, шыуан лъащIабгъуэм иралъхьэ, псы щIыIэ тIэкIу щIакIэ, шыгъу тракIутэ, тхьэв ягъэхьэзырар лым и щIыIум сатыру тралъхьэ, шыуаныщхьэр трапIэжри зэ къытрагъэкъуалъэ. ИтIанэ мафIэ цIыкIум тету лыри тхьэври хьэзыр хъуху, дакъикъэ 20 — 25-кIэ, ягъавэ. Iэнэм щытрагъэувэкIэ тхьэв вар тепщэчым иралъхьэ, абы лыр тралъхьэ, зыхэвыкIа лэпсым щыщ тракIэж. Пщтыру яшх.
Тхьэвыр зэращIыр: Гуэдз хьэжыгъэ ухуэнщIам и кур кумб ящI, абы шыгъу, джэдыкIэ хэлъу псы щIыIэ иракIэри фIыуэ япщ. Нэхъ щабэ хъун щхьэкIэ ар хъыдан тепхъуауэ дакъикъэ 20-25-кIэ щагъэт. Хьэзыр хъуа тхьэвыр хьэжыгъэ зытеуда Iэнэм тралъхьэри, и Iувагъыр мм 2, и кIыхьагъыр см 55, и бгъуагъыр см 30 хъууэ хупхъэкIэ яху. Абы и щIыIум тхъу щахуэ, бжьын цIынэ, къуэнтхъурей упщIэта, шыбжий сыр плъыжь, джэдгын, бурш хьэжа тракIутэ. ИтIанэ тхьэвыр жэрумэм хуэдэу яшыхь мыгъум дыдэу, и кIапэр джэдыкIэпскIэ зэтрагъэпщIэж, и кIыхьагъыр см 2, и хьэлъагъыр г 20 — 25-рэ хъууэ сэкIэ зэпаупщI.
Халъхьэхэр (цIыхуитху Iыхьэ): джэдылу — г 500, псы щIыIэу — г 230, гуэдз хьэжыгъэу — г 350-рэ, тхъууэ — г 50, псыуэ — г 120-рэ, джэдыкIэу — 1. Бжьын цIынэу, къуэнтхъурейуэ, шыгъуу, шыбжийуэ, буршу, джэдгыну — узыхуейм хуэдиз.
Къубатий Борис.
ГушыIэхэр
Стхащ, ауэ…
Школым къикIыжа Заур цIыкIу и адэм жреIэ:
— «Уи адэм и IуэхущIафэхэр» темэм теухуауэ нобэ сочиненэ дагъэтхащ.
— НтIэ, дауэ уехъулIа?
— Стхащ, ауэ си сочиненэр яIыгъыу ди егъэджакIуэмрэ полицэ щIалэшхуитI-рэ къэкIуауэ уэ къожьэри ди щIыхьэ-пIэм деж щытхэщ.
Нэмыс хэлъу ягъэсащи
ЛъэIуакIуэр экзамен къеIызыхым бгъэдохьэ:
— Иджыпсту мыбы зы щIалэ цIыкIу къыщIыхьэнущ, школыр фIы дыдэу къиухащ, адэ-анэфI иIэщ, апхуэдизкIэ нэмыс хэлъу ягъэсащи, уэлэхьи, нэхъыжь щысу «цIутI» пхужимыIэну. «Тхуэпсэлъакъым» жывмыIэу, моуэ зы «плIы» цIыкIу хуэвгъэуви ныщIэвутIыпщыкIыж.
И ныкъуэр сиIащэрэт
ЗэлIзэфызыр зэфIэнат. ЛIым и псалъэр зэпиуду фыз губжьам:
— Сыту акъылыншэ ухъуа, дыдыд Iей мыгъуэ! — щыжиIэм:
— Бетэмал, нэгъуэщI мыхъуми, а иджы сиIэ акъылым и ныкъуэр сиIащэрэт уэ пэшэгъу усщIыну сигу къыщихьам щыгъуэ, — пидзыжащ лIым.
ЗэвгъэцIыху
Къуалэбзухэр
Адэжынэ — Куропатка. Адэжынэр мэзджэд лъэпкъым щыщщ. Жыг щыпытIысхьэр зэзэмызэ дыдэщ. И щIыбыр щхъуэ-гъуабжафэщ, фIыцIафэ къыщIэуэу, пщэ гупэр гъуэжьыфэщ, хулъащхьэр щхъуэщ. Щопсэу Европэм, Азие ЦIыкIум, Ираным, нэгъуэщI щIыпIэхэми. И нэхъыбэм лъэтэжкъым, атIэ Iэпхъуэу аращ. Ди къэралым и ищхъэрэ-къухьэпIэ лъэныкъуэхэу уэсыр куэду къыздесымкIэ щыIэхэр ипщэкIэ къолъатэри, щIымахуэр щрах Ипщэ Украинэм, Кавказыкум, Курыт Азием. Адэжынэхэм нэхъ бэгъуэгъуафIэ ди къуалэбзухэм яхэмытми (зэ гъуэлъхьэгъуэр джэдыкIэ 24-м нос), я бжыгъэм кIуэ пэтми хощI, щхьэусыгъуэ зэхуэмыдэхэм къыхэкIыу.
Адрей джэд теплъэ зиIэ къуалэбзухэм елъытауэ адэжынэр нэхъ щымащIэщ Кавказыкум. Абыхэм нэхъ ущрохьэлIэ мэкъупIэхэм, хьэсэпкъхэм, чыцалъэхэм, псыхъуэхэм. Я шхыныгъуэ нэхъыщхьэр: удз тхьэмпэ, гъавэхэкI, хьэпщхупщ.
«Адэжынэм и гъащIэр Тхьэм уигъэгъэунэху» гъыбзэм къикIыр «шынагъуэ зэпымычым ухэмыкIыу упсэу» жыхуиIэщ.
АмкIыщ — Хохлатая синица. ЦIыжьдадэ лъэпкъщ. Щопсэу Европэмрэ Кавказымрэ я мэзхэм. ЩIымахуэм зыщIыпIи лъэтэжкъым. Абгъуэ здищIыр псей, уэздыгъей жыг гъуанэхэрщ. Адрей цIыжьдадэ лIэужьыгъуэхэм къащхьэщыкIыу и пщэм кусэ фIыцIэхэр хэлъщ, хулъэ щIагъым гъуэжьыфэ къыщIоуэ. И Iусым хохьэ псей, уэздыгъей жыг жылэхэр, хьэпщхупщхэр.
ЖыIэгъуэхэр
Фо зиIэр нэгъуэщI IэфI мэлъыхъуэ
Ер вы бжьакъуэм къикIыу жаIэ щхьэкIэ, ар къызэрыкIыр цIыху псалъэрщ.
ГъащIэм и IэфIагъым хуэдизи и дыджагъщ.
Ахъшэ и куэд щхьэкIэ бохъшэ къыхуэщэхуртэкъым.
Мывэ хъурейр уи япэкIэ бгъэжэн хуей хъумэ, нэхъ цIыкIуу къыхэх, ущIегъуэжынкъым.
Къамэ зыгъэдалъэ нэхърэ, акъыл зыбгъэдэлъ.
Щхьэ зимыIэ цIыху щыIэкъым, акъылыр зыхуримыкъу гъунэжщ.
Мыхъуапсэу псэу щыIэкъым.
Фо зиIэр нэгъуэщI IэфI мэлъыхъуэ.
ЗэгурыIуэ здэщымыIэм сыт хуэдэ Iуэхури щыхьэлъэщ.
Сымаджэр узыншэм йохъуапсэри, узыншэр мылъкум щIохъуэпс.
«Пщэдей» псалъэр куэдрэ къыбжезыIэм укъигъэпэжыну ущымыгугъ.
Гуауэм Iумыуам, гуапэр зищIысыр ищIэнукъым.
Щэхур хуэму зекIуэурэ псом я дежи нос.
Акъылыр щытхуримыкъум деж къарур Iуэхум къыхо—хьэ.
ФIы пщIамэ, Iейм щыгугъ.
Зи акъылыр куум и псалъэр кIэщIщи, зи псалъэр кIэщIым и акъылыр куущ.
Сызыхуейр къысхуэзымыщIэр цIыху икIэщи, си Iуэху къизыгъэкIыр цIыху дыщэщ.
И къулыкъукIэ яIэт пэтми, и акъылкIэ яхуэIэтыртэ—къым.
Дыщэ здэщыIэм, дыжьыным щищIэн щыIэкъым.
Уи япэкIэ умыплъэу лъэбакъуи умыч.
КIурашын Алий.
Хъыбар зиIэ псэлъафэхэр
Лъэпщ и ХьэпцIей кIуэкIэ
Лъэпщ и цIэу Алъхъохэ пщылI гуэр яIэт.
— Пщэдей ХьэпцIей узгъэкIуэнущ, Лъэпщ! — жиIащ пщым.
«Пщэдджыжь сыщыкIуэнукIэ, ныжэбэ сыкIуэрэ сыкъэкIуэжмэ, щхьэ мыхъурэ!» — жиIэри Лъэпщ жэщым ХьэпцIей кIуэри къэкIуэжащ.
Пщэдджыжьым Лъэпщыр пщым къриджэу ХьэпцIей щIэкIуэнумкIэ унафэ щыхуищIым:
— Уэлэхьэ, зиусхьэн, а жыхуэпIэм ныжэбэ сыкIуэри сыкъэкIуэжамэ, — жиIащ Лъэпщ.
Псалъэзэблэдз
ЕкIуэкIыу: 5. Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ. 6. Гъуэгум иIэ кумблъэмб. 8. … вы бжьакъуэм къокI. 9. Партизанхэм бийм хьэлэчыпцIэ зэрыхалъхьэу щыта Iэщэ. 10. Шатэ е тхъуцIынэ гъэвэжам и щхьэм къытрещIэ. 14. ГъущI быдэ лъэпкъ. 15. БгитI зэхуаку. 16. ХадэхэкI. 17. Танэ мэжэлIам и … макъ. 19. Зи пхъэр щабэ, зи гъэгъахэр гъуэжь жыг. 21. Дыгъужьым, мыщэм я унэ. 22. Къэгубжьауэ нэгъуэщI унагъуэм зэрытелъадэм апхуэдэу йоджэ. 23. Районищым чэзууэ я тхьэмадэу щыта, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь.
Къехыу: 1. Дунейм ехыжам и цIэкIэ хуэмыщIахэм ират Iыхьэ. 2. Адыгэ пщышхуэ … нэху. 3. Дохутыр пэшым къыщIэIукIащ сымаджэ хьэлъэм и … макъ. 4. Къамэ Iэпщэм ар халъхьэ, ирагъэщIэращIэу. 7. Зы пцIым пэжищэ … 8. Пасэрей фоч.11. … пыIэ. 12. Къуацэчыцэ. 13. Ху къызыщIаIукIа мэш хьэуазэ. 18. Iэпслъэпсым щыщ. 19. Таурыхъхэм зэрыхэтымкIэ, хьэкIэкхъуэкIэ хьилэшы, дзыгъуэкIэ ерыщу. 20. Тхьэвыр зэраху пхъэ яе. 21. … -жэ-рэгъу жысIэми, си унэ ныкъуэщIыр и кIэм нэзгъэсыжащ.
Зэхэзылъхьар Мыз Ахьмэдщ.
Жэпуэгъуэм и 23-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр:
ЕкIуэкIыу: 7. МэракIуей. 8. Мывэсэху. 11. Дудакъ. 12. Ету. 13. Псы. 14. ЛъэкIэн. 15. Ашэху. 16. Бабыщ. 17. Щхьэл. 18. Кхъузанэ. 20.Тэбакъ. 25. Джэрджэм. 27. Мэшбэв. 30. Лъапсэ. 31. ПIырыпI. 34. Зэгущ. 36. Къамэ. 37. ТIыгъуа. 38. Ауан. 39. Хывбанэ. 40. Жырыщхъуэ.
Къехыу: 1. ЛъэгущIэуэ. 2. Мажьэкъуаншэ. 3. Зеикъуэ. 4. Къылыш. 5. Лъэныкъуэбэкхъ. 6. ШэгъэфIэIу. 9. Тахътэбан. 10. Маисащхъуэ. 19. Ажэ. 21. Бжьэ. 22. Хьэпс. 23. Налкъут. 24. Къуэды. 26. Мэламу. 27. Мыштыку. 28. ПIалъэIых. 29.Мыващхъуэ. 32. Пкъынэ. 33. Нагъыху. 35. Щабэ. 38. Амыщ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "101290.txt"
} |
ЦIыху мин 250-рэ щызэблокI
КъБР-м Транспортымрэ гъуэгу IэнатIэмкIэ и министерствэм хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, 2021 гъэм Налшык къалэ аэропортым щызэблэкIыр цIыху мин 250-м щIигъуащ.
— Дызэрыт илъэсым Налшык дэт аэропортым и авиарейсхэм 6 къахэхъуащ, Москва, Санкт-Петербург, Сочэ, Истамбыл, Душанбе, Ереван (Таджикистан, Армение лъэныкъуэхэм япэу лъатэу аращ) къалэхэм лъатэу. АдэкIи цIыхухэр здэкIуэ хъуну щIыналъэхэм я бжыгъэм хэдгъэхъуэну ди мурадщ, хамэ къэралхэри абы хиубыдэу. Мы зэманым ирихьэлIэу, аэропортым щызэблэкIыр цIыху мин 250-м щIигъуащ, илъэсым и кIэ пщIондэ а бжыгъэр мин 300-м нэсыну дыщогугъ, — къыщыхагъэщащ министерствэм.
Нэхъ и пэкIэ жаIащ Налшык аэропортыр зэрыхагъэхьар Урысейм и щIыналъэ аэропорт сеть нэхъ ин дыдэхэм ящыщ «Новапорт Холдинг» ООО-м. ЩIыналъэ унафэщIхэм къызэралъытэмкIэ, ар сэбэп хуэхъунущ Къэбэрдей-Балъкъэрым и кхъухьлъатэ тIысыпIэр зэIузэпэщ щIыным, абы зегъэужьыным. Псалъэм папщIэ, 2023 — 2024 гъэхэм траухуэ абы и вокзал IуэхущIапIэр зэрагъэпэщыжыну.
БАГЪЭТЫР Луизэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "101293.txt"
} |
Зи IэщIагъэм хуэIэижь
ЦIыхухэр я фэкIэ зэрызэхуэмыдэм хуэдэу, я щэнкIи, я гупсысэкIи, ябгъэдэлъ акъылкIи зэтехуэркъым. Апхуэдэу, ирахьэкI лэжьыгъэ IэнатIэм зэрыхущыткIи зэщхьэщокI. Гурэ псэкIэ и IэнатIэм бгъэдэтыр и лэжьы-гъэм къеIэт, гъуазэ мэхъу, цIыхум щапхъэу ягъэлъагъуэу хуожьэ. И IэнатIэм илъэс куэд щIауэ хьэлэлу бгъэдэтщ Болэтей къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм и унафэщIу лажьэ Пэщол Iэсият. А бзылъхугъэ емызэшыжым, пыплъхьэн щымыIэу зи Iуэхур жыджэрагъ инкIэ езыхьэкIым, сыт хуэдэ фIыщIэ псалъэри хуэфащэщ, къилэжьащи.
Пэщол Iэсиятрэ (сэмэгумкIэ) Тэрч щIыналъэм и библиотекэ нэхъыщхьэм и унафIэщI Хьэгъур Мадинэрэ. Хэт и цIыхуи и гъащIэр къыпхущIэгъэлъэнукъым, къызыхэкIам, и блэкIам умыIэбэжауэ. Хьэгъур Мухьэмэд ипхъу Пэщол Iэсият и гъащIэр тыншу къекIуэкIауэ пхужыIэнукъым. Иджыри сабийуэ и гур щIыхэщIын куэд и нэгу щIэкIащ. Насыпыншагъэр жыжьэ къыщожьэ жыхуаIэм пцIы хэлъу къыщIэкIынкъым. Мы унагъуэм дежкIэ абы къежьапIэ хуэхъуар Iэсият и адэ Мухьэмэдрэ и шыпхъуищымрэ пасэ дыдэу зеиншэу щыхъуа махуэрщ. Адэ-анэр зыщхьэщыукIуриикIа унагъуэр быным я нэхъыжь, унагъуэ ихьагъащIэ Нурэ, ныбжьышхуэ имыIэми, анэкъилъхухэр IэщIыб ищIакъым, зэщIипIащ, къиIэтащ. Балигъ хъуа нэужь, хъыджэбзхэр унагъуэ ихьащ, щхьэж и псэуныгъэрэ и щыIэныгъэрэ зэригъэпэщыжащ. Ауэ Нурэ и унагъуэ насыпыр кIэщI дыдэу къыщIэкIат — и щхьэгъусэр пасэу щхьэщыкIащ. Насыпыншагъэр и закъуэ къакIуэркъым, жыхуаIэрати, и щIалэ закъуэри фIэкIуэдащ. Шыпхъу нэхъыжьыр и закъуэу унэ нэщIым къыщыщIэнэм, IукIэ зыпIа и анэкъилъхур фIэпсэкIуэд хъури, Мухьэмэд и щхьэгъусэмрэ и щIалитIымрэ щIыгъуу и шыпхъур щыпсэу Ботэщей жылэ Iэпхъуауэ щытащ.
И шыпхъум пэгъунэгъуу щIапIэ къиубыдри, унэ ирищIыхьащ. Абы щыпсэуурэ иджыри зы щIалэрэ хъыджэбзищрэ Хьэгъур зэщхьэгъусэхэм зэдагъуэтыжащ. Мухьэмэд и унагъуэ насыпыр зэтеувэж хуэдэт. ЗыщимыгъэнщIа адэ-анэм я IэфIыр бынунагъуэм яритыжыну хущIэкъум ещхьт, апхуэдизкIэ абыкIэ нэхъуеиншэти, гумащIэти. АрщхьэкIэ, Мухьэмэд сымаджэ хьэлъэ хъури, куэд дэмыкIыу дунейм ехыжащ. Зи ныбжь нэмыса сабий быным я нэхъыщIэр Iэсиятт. Абы и адэр ищIэжыххэркъым. Адэм и гуауэр ягъеин ямыухауэ, нэгъуэщI зы гузэвэгъуэшхуи унагъуэм къалъыкъуэкIащ — Iэсият и дэлъху нэхъыжь Толэ, гъунэгъу щIалэ цIыкIуитIым губгъуэм къыщагъуэту къыIэщIалъхьа лагъымыр къыIэщIэуэри, зэшэзэпIэу иукIащ. АдэкIэ зеиншэныр зыгъэунэхуа, и псэугъуэу IэщIэкIа дэлъхум и кIуэдыкIам зэщигуауэ къэтэджа Iэсият а гуIэгъуэхэр кIэрымыкIыж ныбжьу и гъащIэм нобэми къыщыбгъурытщ, гъащIэм иригъэшэча махуаехэр, иджыри сабийуэ и псэм щызэприхуа щIыIэбжьхэр и пкъынэлынэм имыкIыжауэ итщ.
Iэсият курыт еджапIэр къиуха нэужь, 1977 гъэм Налшык къалэ дэт, щэнхабзэмрэ узэщIыныгъэмкIэ IэщIагъэ щрагъэгъуэт училищэм щIэтIысхьэри 1979 гъэм щытхъу иIэу ар къиухащ. Зы махуэли димыхыу къыхиха IэнатIэм пщащэр пэрыхьащ — и адэр щалъхуа Болэтей къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм къызэгъэпэщакIуэу къагъэкIуащ. Илъэс зыщыплIкIэ а лэжьыгъэм пэрытауэ, 1984 гъэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм и унафэщIу ягъэуващ, нобэр къыздэсми а IэнатIэм пэрытщ.
Пэщол Iэсият и лэжьэкIэм и гугъу пщIымэ, къуажэ администрацэм и Iэтащхьэм деж щегъэжьауэ, жылэдэсхэм я нэхъыщIэ дыдэм деж щиухыжу, и Iуэху зехьэкIэм, и лэжьэкIэм хуэмыарэзы яхэтыныр фIэщщIыгъуейщ. Жылэм сыт хуэдэ махуэщI къыщаIэтми, Iэсият щыпэрытщ. Абы сыт хуэдэ Iуэхугъуэри гунэдж инкIэ егъэнщIыф, псэ хелъхьэ, гуимыхуж махуэшхуэ цIыхум ящещI. А псом къищынэмыщIа, дэтхэнэ Iуэхури адыгэбзэкIэщ зэрыригъэкIуэкIри, абыи Iэсият и пщIэр нэхъ лъагэ ещI, фIыщIэ лей къыхуелэжь.
Болэтей къуажэр къэгъэнауэ, зэры-Джылахъстэнейуэ зэпэзэрылъ щыхъуауэ щытащ, мызэ-мытIэуи мы Iуэхур утыкушхуэхэм щытхъукIэ ирахьащ, жылэдэс лIы балигъхэу щэнхабзэм дихьэххэр зыхэт гуп Iэсият къызэрызэригъэпэщыгъар. ИкIи сыт хуэдэ махуэшхуэри къафэкIэ, уэрэдкIэ, гушыIэ екIукIэ абыхэм ягъэдахэу екIуэкIащ. Абы и мызакъуэу, ЩэнхабзэмкIэ и унэм едзылIауэ лажьэ ЦIыхубэ театр къызэригъэпэщри, къуажэдэсхэр абыкIэ дихьэхыу, цIыху куэди еплъыну къыщызэхуэсу зэман щыIащ. А псом и жэрдэмщIакIуэр Пэщол Iэсиятт.
Iэсият и унагъуэ насыпри и адэ и жылэжь щызэтеуващ. Лэжьэну къыщагъэкIуам мо пщащэ зэкIужыр, хьэлыфIэ-теплъафIэр, сытми хуэжаныр къуажэ щIалэхэм я нэ къыфIэнат. И насып зыхэлъыр щIэхи нахуэ хъуащ. Ар Пэщол Валерэт. Валерэ щIалэ зэтетт, гъэсат, мэкъумэш лэжьыгъэм хуэIэрыхуэт икIи губзыгъэт. Унагъуэ дахэ зэдэзыщIа Валерэрэ Iэсиятрэ нобэр къыздэсым зэгурыIуэ-зэдэIуэжу, хабзэрэ фIэлIыкIрэ яку дэлъу зэдопсэу. ЗэщхьэгъуситIым пхъуищрэ зы къуэрэ зэдагъуэтащ. Я къуэ Мухьэмэд КъБКъУ-м и медицинэ къудамэр къиухри, Ставрополь и IэщIагъэмрэ щIэныгъэмрэ адэкIэ щыхигъэхъуащ, нобэ КъалэкIыхьым судмедэксперту щолажьэ. Хъыджэбзхэм я нэхъыжь Сакимэ КъБКъУ-м филологие къудамэр къиухауэ, нобэ егъэджакIуэхэр щагъэхьэзыр колледжым щыIэщ, абы къыкIэлъыкIуэ Олесэ медучилищэр къиухауэ и IэщIагъэм хъарзынэу иролажьэ, нэхъыщIэ дыдэ Радини КъБКъУ-м и экономикэ къудамэр хъарзынэу къиухауэ, IэщIагъэм иролажьэ. Нэ фыгъуэ зытрамыгъаплъэм хуэдэщ Пэщолхэ я унагъуэри, я зэфIэкI нэхъыбэ хъууэ Тхьэм игъэпсэу!
Iэсият унагъуэ ихьа нэужьи, и лэжьыгъэр зымащIэкIэ зэпигъэуакъым. Абы и къалэнхэм къахэхъуами, и гуащэфIыр унагъуэ IуэхукIэ, бын пIынкIэ къыдэIэпыкъуурэ а псом пэлъэщащ. Нобэми и Iуэхум зыщIегъэх хэткъым — щIэх-щIэхыурэ дадэхэмрэ нанэхэмрэ я зэпеуэ-хэр къызэрегъэпэщ, адыгэхэм я зы махуэшхуи гулъытэншэ ищIыркъым, къуажэ щIалэгъуалэм яхуэщхьэпэн, дерс къызыхахын пшыхьхэр, зэхьэзэхуэхэр, зэхэсхэр ирегъэкIуэкI. Iэсият сыт хуэдэ Iуэхугъуэ утыку къримылъхьэми, лъэпкъым ижь лъандэрэ къыддэгъуэгурыкIуэ ди хабзэ дахэхэр мыкIуэдыжынымкIэ, къыдэкIуэтей щIэбэлэм анэдэлъхубзэр яIурылъу, лъэпкъым и блэкIам щыгъуазэу къэтэджынымкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ, и щхьэпэ къокIуэ.
Iэсият хуэдэу адыгэхэм я лIыхъужьхэм, тхакIуэхэмрэ усакIуэхэмрэ, щIэныгъэлI щэджащэхэр къуажэ щIалэгъуалэм егъэцIыхунымкIэ лэжьыгъэшхуэ езыгъэкIуэкI къэгъуэтыгъуейщ. ЩIэх-щIэхыурэ Iэсият къуажэм адыгэ цIыху цIэрыIуэхэр кърегъэблагъэ, абыхэм жылэдэсхэр яIуегъащIэ, ярегъэпсэлъылIэ, пшыхь дахэхэр ярещIэкI. Мы гукъэкIхэм я уасэр лIапIэ дыдэ зыщIыр абыхэм зэрыкъуажэу зэрыхэтырщ, нэхъыжьи нэхъыщIи хэша зэрыхъурщ. жыпIэнуращи, дунеишхуэм щекIуэкIым къуажэ цIыкIум дэсхэр яримыгъэхъуапсэу хегъаплъэ. IитIыр зэрымыщIэмэ, зэрытхьэщIыркъым, жыхуаIэращи, апхуэдизу яфI зыхэлъкIэ къуажэдэсым къелIалIэ цIыхубзым и гугъуехьыр жылэм зыхамыщIыкIыу щыткъым — зыкъыщIагъакъуэ, псалъэкIи, чэнджэщкIи, IуэхукIи дэIэпыкъуэгъу къыхуохъу.
Пэщол Iэсият и лэжьыгъэфIым къэралым гу лъимытэу къэнакъым. Абы тIэуней къыхуагъэфэщащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм, Тэрч щIыналъэм щIыпIэ унафэр щызехьэнымкIэ и IуэхущIапIэм къабгъэдэкI ЩIыхь тхылъхэр.
Iэсият апхуэдэуи игъэлажьэ гупым я къызэгъэпэщэкIуэфIщ. Ахэр мыхъуамэ, дауи, мурад ищI псоми и Iэр тримыгъэхуэфэнкIи хъунут. Япэу зи цIэр къиIуапхъэр ЩэнхабзэмкIэ и унэм илъэс куэд хъуауэ пшынауэу щылажьэ Дадэ Нинэщ. Мыри зэщIэкIуэж зимыIэ бзылъхугъэ жанщ, зи гъащIэ псор къыхиха гъуэгум хуэщыпкъэу зыхьа цIыху хьэлэмэтщ. Нобэ нэгъуэщI щIыпIэхэм къыщацIыху пшынауэ Iэзэ куэдыр зи гъэсэныр Нинэщ. Уи псэр зыхыумылъхьэ Iуэхур къохъулIэну къыщIэкIынкъым. Ар фIыуэ къызыгурыIуэ Нинэ къыдихьэха ныбжьэщIэхэр зэхьэзэхуэ куэдым хэтащ, фIы и лъэныкъуэкIи зыщагъэлъэгъуащ, ар къэгъэнауэ, япэ увыпIэхэр мызэ-мытIэу къахьащ.
Iэсият и жэрдэмкIэ къызэрагъэпэщауэ щыта ЦIыхубэ театрым и режиссёр Балъкъэр Iэсият и цIэри куэдым ящIэ. IэщIагъэр къегъэпсалъэ жыхуаIэм хуэдэщ Балъкъэрыр. Утыку иришэну сабийхэм абы яригъащIэр джэгукIэм, зыгъэлъэгъуэкIэм я закъуэкъым, атIэ ар псэкIэ зыхэщIэным, къеплъхэм я фIэщ хъууэ гъэхьэзырыным къару ин трегъэкIуадэ. Iэсият игъэхьэзыра дэтхэнэ зы пычыгъуэри, ар гушыIэ ирехъу, гъащIэм и пэж къэзыIуатэ теплъэгъуэу щрет, Iущыгъэрэ пэжыгъэкIэ узэдащ, гупсысэ куукIэ гъэнщIащ.
ЩэнхабзэмкIэ и унэм и лэжьыгъэм гуэхыпIэ имыIэу епхащ Балъкъэр Галинэ и IэнатIэри — ар къуажэ библиотекэм и унафэщIщ. Зы Iуэхур гуэр ЩэнхабзэмкIэ и унэм къыщаIэтауэ, Галинэ абы щыхэна, и гуащIэ щримыхьэлIа къэхъуакъым. Адыгэм и щэнхабзэм, и хабзэм, и бзэм теухуауэ екIуэкI хэгъэгу Iуэхухэм Галинэ жыджэру хохьэ. Уеблэмэ, абы и зэфIэкIыр, и IэщIагъэм хэлъ дахагъэр Адыгейм щекIуэкIа лъэпкъпсо фестивалым щигъэлъэгъуауэ щытащ.
«Утыку зэрихьэр напэщи, къызэрикIыжыр фащэщ», жаIэ адыгэхэм. Къабзагъэм нэхъ фащэ дахэ ухуейкъым. ЩэнхабзэмкIэ и унэм и къабзагъэм кIэлъыплъ Хьэшыр Эмми и цIэр къиIуапхъэщ. ЦIыхур мы хэщIапIэм къекIуэлIэн щхьэкIэ, щекIуэкI Iуэхугъуэм хэлъ мыхьэнэм къыщымынэу, абы и зэIузэпэщагъми и къарур зыхащIэу къэIэтын хуейщ. АбыкIэ Эммэ лъэкIыр къыпхуэмылъытэну инщ. Узыхэтым уемыщхьмэ, унэм умыкIуэж, жаIэ. Эммэ, и лэжьэгъухэм закъыкIэригъэхуркъым — усэ етх, уэрэд жеIэ, махуэщIхэм жыджэру хэтщ.
Пэщол Iэсият цIыху гуащIафIэщ, и мурадхэр жыжьэ нэсу, зригъэхъулIэхэри мымащIэу. ЦIыхур зригъэдэIуэфу, зэфIигъэкI лэжьыгъэм я мыхьэнэм ужьых ямыIэу апхуэдэщ Iэсият. И узыншагъэм кIэрымыхуу, и бынхэм ягъэгуфIэ зэпыту, нобэ хуэдэу къуажэдэсхэм фIыуэ ялъагъуу, лэжьыгъэкIи ехъулIэныгъэхэр иIэу псэуну, и IэнатIэри гукъыдэжу иIэу ирихьэкIыну дохъуэхъу!
НЫБЭЖЬ Мышэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "101296.txt"
} |
Тыркум ис джылахъстэнейхэр
Илъэси 150-м щIигъуауэ и хэку имысыжми, адыгэр адыгэу къызэрызэтенам, и бзэ, и хабзэ, и тхыдэ ихъумэу хамэ хэкум зэрыщыпсэум уигу игъэкIуэдыркъым.
Апхуэдэу хамэщIым зи адыгэ жьэгу щызыгъаблэхэм ящыщу къыхэбгъэщ хъунущ джылахъстэнейхэр. Тырку къэралыгъуэм ахэр нэхъыбэу щыпсэур Мараш вилайетырщ.
Вилайетым и къалащхьэр лIыхъужьыцIэ зезыхьэ Кахраманмараш къалэращ. Абы адыгэ унагъуэ 1500-рэ хуэдиз дэсщ. Адыгэхэм я лъахэу къалъытэ Гёксун къалэм къедза къуажэ 50-м щIигъур. Абы щыщу 23-р адыгэ жылэщ, адыгэцIэ зезыхьэхэри яхэту — Къаншууей, Инаркъуей, Индрей, Астэмрей, Мэргъущей, ХьэпцIей, Ботэщей, Хьэзиз и къуажэ, КъуэжэкIэ, Къарэахьмэд, Анзорей Ипщэ, Анзорей Ищхъэрэ. А бжыгъэм хохьэ абазэхэ къуажиплIрэ зы убых жылэрэ.
КъищынэмыщIауэ, дагъыстэн къуажитIрэ зы шэшэн къуажэрэ гъунэгъущи, зэкъуэш хуэдэу зэбгъэдэтщ, я бзэр зырызми, я щэнхабзэр зыщ, зы хасэ йокIуалIэ.
Иджыпсту зи ныбжь хэкIуэтахэращ а щIыпIэм нэхъ исыр, зи щIалэгъуэхэр къалэшхуэхэм Iэпхъуауэ Iуэху щащIэ, гъэмахуэм зэхуосыжри, я жылэжь зэманыр щагъакIуэ. Ди лъэпкъэгъухэр апхуэдэу зэрызэбгрыкIар зыкIи сэбэп хъуащ, адыгэр зищIысыр нэгъуэщI лъэпкъхэм кърагъэцIыхуащ, ядэлажьэкIэрэ, ядэгъуэгурыкIуэкIэрэ. Пэжщ, ди жагъуэ зэрыхъущи, а илъэс 30-м къриубыдэу, адыгэхэм я бзэр нэхъ яIэщIэхуащ, лъэпкъ хабзэм нэхъ пэIэщIэ хъууэрэ макIуэ. Ауэ апхуэдэ щыщIэныгъэхэр ягъэзэкIуэжын мурадкIэ гъэмахуэм, цIыхухэм я зыгъэпсэхугъуэм, фестивалхэр зэха-шэ.
А щIыналъэм къыщалъхуахэм ящыщу хэкум нэхъ къэкIуэрейщ нэхъыжьыфI, адвокат цIэрыIуэу Истамбыл дэс Тумэ Рэхьми. «Сэ сыкъыщалъхуари, сыкъыщыхъуари, Тыркум и джылахъстэней щIыналъэращ. Истамбыл япэ дыдэу хасэ щаухуэри, иужькIэ дэнэ адыгэ дэсми а лъагъуэм ирикIуащ, апхуэдэу къэунэхуащ дэ дызэкIуалIэу щыта Гёксун Хасэри. Абы щхьэусыгъуэ хуэхъуащ езыхэм захъумэжыныр, къащIэхъуэ щIэблэм адыгэбзэр ирагъэщIэныр. Сэ иджыпсту Истамбыл сыдэсщ, гъэмахуэм сыкIуэжурэ Къаншууей сыщыIэщ. МащIэщ дэсыр, ари сэ схуэдэу загъэпсэхуну къекIуэлIэжхэращ», — къыддэгуэшащ Рэхьми.
Тыркум сыт хуэдэ адыгэ Iуэху къыщаIэтми, зи гуащIэ хэзылъхьэхэм ящыщщ Емуз Баязит. Ари Мараш щопсэу, лъэпкъкIэ джылахъстэней щыщщ.
— Гёксун Адыгэ Хасэми, ар зэпхыжа КАФФЕД-ми лэжьыгъэшхуэ ирегъэкIуэкI адыгэу дыкъызэтенэжын папщIэ, — жеIэ Баязит. — Адыгэ щэнхабзэр, хабзэр, бзэр ди щхьэр зэрытхъумэжын Iэмалу зэрыщытым къыдэкIуэу, адрей лъэпкъхэми закъызэредгъэцIыху Iуэхущ. Дэ сыт хуэдэ гуфIэгъуэ зэхыхьэ къетхьэжьэми, джылахъстэнейхэм нэмыщI Тыркум ис нэгъуэщI къалэхэм къикIа ди лъэпкъэгъухэри къокIуалIэ, апхуэдэуи тыркухэм яфIэгъэщIэгъуэну къытхохьэ, зэи гулъытэншэу дыкъагъанэркъым вилайет, къалэ унафэщIхэми. Зэи зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым ди бзэр, ди хабзэр, ди пшыналъэм я дахагъыр. Ар ди щIэблэм къагурыдгъэIуэфмэ; лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэхэр бгъэкIуэд зэрымыхъунур, абыхэмкIэ укъызэрацIыхур, ар уи Iэпэгъуу щытмэ, хамэхэм уазэрыхэмыгъуэщэнур зыхащIыкIыу едгъасэмэ, зэи дыкIуэдыжынукъым. Псом хуэмыдэу апхуэдэ гукъэкI ящIыну дыхуейщ еджэну, лэжьэну къалэхэм Iэпхъуа ди щIалэгъуалэм.
Адыгэхэр хамэхэм яхэмышыпсыхьыжынымкIэ гугъэ уэзыгъэщIщ иужьрей лъэхъэнэм къэрал унафэщIхэм лъэпкъ мащIэхэм гулъытэ хэха хуащI зэрыхъуар. Ар къыхигъэщащ псэлъэгъу тхуэхъуа Бэязити.
— Кахраманмараш къалэм и Iэтащхьэхэр Мараш вилайетым къепха адыгэ къуажэхэм кIуэуэ, абы дэсхэм я псэукIэр зрагъэлъагъуу, я гурыгъу-гурыщIэхэм зыщагъэгъуазэу я хабзэщ. Абыхэм жаIэ зэпытщ илъэс мин хъуауэ лъэпкъ зэхуэмыдэхэр щыпсэу мы хэкум псори дрицIыхуу зэрыщытыр. Апхуэдэу зэгуэр къытхыхьа тырку унафэщIым ди гуапэ ищIат мыр жиIэри: «Адыгэхэм сэ фIыуэ сыкъацIыху, илъэс къэс лъэпкъым ехьэлIа щэнхабзэ фестивалхэр зэгъусэу идогъэкIуэкI. Къапщтэу щытмэ, сэ езым Кавказ лъэпкъхэм куэд щIауэ лъагъуныгъэ яхузиIэщ. Сэ Iуэхугъуэ куэдым срагъэблагъэ. Абыхэм сыщыкIуи, сыхунэмысу къыщызгъани къохъу. Ауэ адыгэхэм сраблэгъауэ зэи къэзгъэнакъым, уеблэмэ сыхуэпIащIэу апхуэдэщ ди зэIущIэм. Ар къызыхэкIыр сыт жыпIэмэ, дызэджа тхылъхэм, тлъэгъуахэм, зыхэтхахэм тепщIыхьмэ, адыгэхэр лIыгъэшхуэ зыхэлъ, цIыхуфI лъэпкъщ. Сытым дежи я гур зэIухауэ апхуэдэщ. Тхыдэм ухэплъэжу щытми, дапщэщи пэжым и телъхьэ, щыуагъэ зыIэщIэмыкI цIыхубэщ.
Лъэпкъ зэхэгъэж зыщIым сэ срителъхьэкъым. Дэтхэнэми и бзэ, и хабзэ ихъумэжу къекIуэкIыныр ди къэралым и къулеигъэщ. Мараш къалэ КъуэкIыпIэмкIэ къикIа ди къуэш курдхэри щопсэу. НэгъуэщI лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэри дэсщ. Ахэр псори зэгурыIуэу, зэдэIуэжу апхуэдэщ. Гурэ псэкIэ дызэбгъэдэтщ жысIэмэ, пцIы супсынукъым. Адыгэхэр къапщтэмэ, илъэс мин бжыгъэм щIигъуауэ дызэдопсэу. Абы лъандэрэ зэи зыми я зэран екIакъым, тхыдэм уриплъэжми, къыщыгъэлъэгъуакъым ахэр зыгуэрым емызэгъауэ, лей кIэлъызэрахьауэ. Абы ипкъ иткIэ, ди зэхущытыкIэр фIыщ, къэкIуэнум зэгъусэу дыхуолажьэ, абы щыгъуэми щхьэж и лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэр IэщIэхуркъым».
Гуапэкъэ апхуэдэ псалъэ-хэр къалэ унафэщIым жиIэу зэхэпхыну. Абы къищынэмыщIауэ, фэри фощIэ, дэ илъэс къэс адыгэ щэнхабзэм и фестивалхэр идогъэкIуэкI. Апхуэдэ IуэхукIэ ди къуэшхэр хэкум къыщикIым дежи я къулыкъущIапIэм ирагъэблагъэри, хьэщIагъэ ирах. Дэр-кIэ ар пщIэщ икIи гуапагъэщ.
Мараш къалэм и парк нэхъ ин дыдэм итщ Шэрджэс Аслъэнбей и фэеплъ сыныр, уеблэмэ а жыг хадэм и цIэр зэрехьэ. Тырку къулыкъущIэхэр адыгэхэм къазэрыхущытым дэри мызэ-мытIэу дрихьэлIащ, щIыпIэ, щIыналъэ Iэтащхьэхэм дахуэзащ. Ахэр апхуэдизкIэ адыгэ хабзэмрэ адыгэ нэсым и хьэл-щэныфIхэмрэ дехьэхри, политикэ гупсысэкIэ лъэпкъ хэмылъу ди лъэпкъэгъухэм къыпхутопсэлъыхь.
УэрамыцIэхэм гур хагъахъуэ
Израилым ит адыгэ къуажитIым — Кфар-Камэрэ Рихьэниерэ — куэдрэ я гугъу дощI я адыгагъэр яхъумэжу, пщIэрэ щIыхьрэ яIэу ди къуэшхэр зэрыдэсым къыхэкIыу. Мы тхыгъэр зытедухуар адыгагъэр зэрахъумэ зы Iэмалу къуажэ уэрамхэм адыгэцIэхэр зэрыфIащарщ. Ар щапхъэ зытехыпхъэ Iуэхугъуэ дахэщ.
Кфар-Камэ цIыху 3330-рэ дэсщ, ар унагъуэ 1130-рэ мэхъу. Абыхэм я процент 90-р шапсыгъщ, абазэхэхэр, хьэтыкъуейхэр, бжьэдыгъухэр унагъуэ зыбжанэ мэхъу. Зи лъэпкъым къыкIэрыча хъуа, нэгъуэщI дин, политикэ, бзэ зезыхьэ гупым хэхуа, зи бжыгъэкIэ мащIэ ди къуэшхэм я щэнхабзэмрэ псэукIэмрэ а псоми яжь къыщIимыхуу къэнауэ къыщIэкIынкъым. Абы щыпсэу адыгэхэм езыхэм я хабзэ зехьэкIэ, псэукIэ щхьэхуэ зэрагъэпэщыжащ. Езыхэр, дэ дэщхьу, зэрызэджэжыр адыгэщ, «шапсыгъ», «абазэхэ» псалъэхэр къыщагъэсэбэпыр зыщыщ лIакъуэр щызэхагъэкIым дежщ.
Ахэр къызыхэкIа лъэпкъым, я адэжьхэм, адыгэ мамлюкхэм яхэлъа лIыгъэмрэ яIа щIыхьымрэ, я хабзэ дахэмрэ нэмысымрэ ирипагэу мэпсэу нобэр къыздэсым икIи къыдэкIуэтей щIэблэр абы зэрыщIапIыкIыр нэрылъагъущ. Къуажэм адыгэбзэ фIэкIа зэрыщыземыкIуэр щыхьэт тохъуэ я лъэпкъ зэхэщIыкIым зэрызиужьам.
Щыпсэу къэралыгъуэр фIыуэ къазэрыхущытыр къагъэсэбэпурэ, абы щыщ адыгэхэр я бзэм и пщIэр къызэраIэтыным хущIокъу.
Къуажэм ущыдыхьэкIэ гъуэгугъэлъагъуэхэм тет псалъэхэр журтыбзэкIи адыгэбзэкIи тетхащ, IуэхущIапIэу дэтми, уэрамхэми я цIэр адыгэбзэщ зэрытетыр икIи адыгэцIэщ зэрахьэр — Къэбэрдей, Шапсыгъ, Iуащхьэмахуэ, Хъан гъуэгу, Налшык, Псы, Мазэ…
Израилым ЭкономикэмкIэ и министерствэм и лэжьакIуэ, Кфар-Камэ щыIэ Адыгэ Хасэм жыджэру хэт Нэпсо Айбэч къытхутепсэлъыхьащ зыплъыхьыпIэхэмрэ щIыпIэ дахэхэмрэ я хъыбархэм. Айбэч ящыщщ къуажэ уэрамхэм адыгэцIэ зэрахьэнымкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьэу ар пхызыгъэкIахэм.
— Илъэс зыкъом ипэкIэ щIалэ гуп дызэхэсу ди хъуэпсапIэу къэтIуэтауэ щытащ, ди уэрамхэм адыгэцIэ зэрахьэныр насыпышхуэу къызэрытлъытэр. Ди щIалэгъуэт, ди къару илъыгъуэти, дызэрыгъэгушхуэри Iуэхум дыхуежьащ. УэрамыцIэхэм ятеухуауэ Израилым и къэрал хабзэхэр зэдгъащIэщ, абы папщIэ зызыхуэгъэзапхъэхэм депсалъэри, ди мурадым яужь дихьэмэ, зэрытхузэфIэкIынур къыдгурыIуащ. ЩIалэ хъарзынэхэр хэтт Хасэми, дызэхэтIысхьэри, къэдгупсысащ уэрамхэм цIэуэ хуэдгъэфащэхэр. Нэхъыщхьэу хэтлъагъуэр уэрамым и цIэм укъеджэмэ, адыгэр уигу къигъэкIын зэрыхуейрт, ди сабийхэм ялъагъурэ щыщIэупщIэкIэ псалъэм къикIымрэ ар къыздитхамрэ яхуэтIуэтэныр щхьэпэнут. Хабзэм тету программэ дгъэпса нэужь, Хасэм етхьэлIэри, тхузэрагъэзэхуащ, здегъэхьыпхъэхэм ирагъэхьащ. Зэман текIуэдащ, ауэ зыми къытпиубыдаIакъым, зэрыфлъагъущи, нобэ нэр игъэгуфIэу, гур хигъахъуэу фIэлъщ. Ди щIалэгъуалэм я гугъу пщIымэ, и нэхъыбэр гъунэгъу къалэхэм дэт университетхэм щIотIысхьэ. Зыхуеджэр сыт жыпIэмэ, дохутыр, уэчыл, инженер, егъэджакIуэ IэщIагъэхэр нэхъ къыхах. Дэ куэд диIэщ заводхэм, фабрикэхэм инженеру щылажьэу, бзэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ егъэджакIуэу, унафэщIу IуэхущIапIэхэм щыIэу. Нэхъыбэр щылажьэр Хайфэрэ Тбериерэщ, ахэр нэхъ ди гъунэгъущи. Ди щIалэ куэдым дзэм, полицэм къулыкъу щащIэ, — жеIэ Айбэч.
Мис апхуэдэу Iуэхум бгъэдыхьэурэ зэфIэзыгъэкIырщ адыгэ нэсыр. Израилым исхэм я пщIэрэ я хабзэрэ яхъумэжынымкIэ хьэкъ къазэрытемыхьэр ди нэкIэ тлъэгъуащ.
Адыгэгу зиIэ пщащэ
Оперэ, классикэ уэрэдхэр Iэзэу утыку къизыхьэ «вагъуэщIэщ» ди лъэпкъэгъу пщащэ БищIо Иман. Пщащэ зэчиифIэр 2008 гъэм фокIадэм и 18-м Иорданием и къалащхьэ Амман къыщалъхуащ. Кавказ зауэжьым и лъэхъэнэм хэкум ирахуауэ щыта адыгэхэм я щIэблэщ уэрэджыIакIуэм и адэ Янал, и анэ Мэг Америкэм и Штат Зэгуэтхэм щыщщ, инджылыз бз30ылъхугъэщ. Иман дэлъхуитI иIэщ: Ехьярэ Iэдэмрэ.
Хэкурыс адыгэхэр куэд щIауэ кIэлъоплъ БищIо Иман и творчествэм зэрызиужьым, ирогуфIэ икIи ирогушхуэ ар гъуазджэ утыкум вагъуэщIэ цIыкIуу къызэриувам. Иджыпсту БищIохэ я унагъуэр Америкэм и Флоридэ къалэм щопсэу, Иман абы щоджэ, макъамэми дехьэх. КъищынэмыщIауэ, пщащэм бзэ зэмылIэужьыгъуэхэр егъэшэрыуэ: инджылызыбзэм хуиту иропсалъэ, хьэрыпыбзэмрэ итальяныбзэмрэ фIыуэ ещIэ, адыгэбзэр къыгуроIуэ, ауэ ирипсэлъэну тегушхуэркъым. «Амман щыпсэу си адэшхуэмрэ анэшхуэмрэ ди анэдэлъхубзэр фIыуэ ящIэ. Тхылъи йоджэф икIи мэтхэф. Абыхэм къызэрызжаIэжамкIэ, илъэсищэм щIигъукIэ узэIэбэкIыжмэ, Иорданием Iэпхъуа ди адэшхуэхэм яIурылъа ди бзэр дахэщ, ауэ кIуэдыжыпэным нэсащ. Ар сигу хыхьауэ, адыгэ уэрэдхэр зэрызэзгъэщIэным сыпылъщ икIи мащIэ-мащIэурэ утыку къызохьэ. Сэ си адэм и бзэр зыщызгъэгъупщэнукъым, Кавказми сыщыхьэщIэну си хъуэпсапIэщ. Хэкум и къуршхэр дахэу жаIэ», — жеIэ пщащэм.
Иман зэрыцIыкIу дыдэрэ уэрэд жеIэ, дыгъуасэ хуэдэщ бжэмышх иIыгъыу, телевизорым къихьэ уэрэджыIакIуэхэм дежьууэ щыщытар. Илъэситху ныбжьым иту япэ дыдэ итальяныбзэкIэ оперэ уэрэд сценэм щыжиIауэ щытащ. Иджыпсту зэпыу имыIэу уэрэдыщIэхэр ирегъэтх, концертхэм зыхуегъэхьэзыр. Псалъэм папщIэ, ар, и анэр и гъусэу, мазэ кIуам Иорданым и пащтыхь Абдаллэ ЕтIуанэм и унагъуэм иригъэблагъэри, Рагадан быдапIэм концерт щитащ. ДяпэкIэ Нью-Йорк, Вашингтон къалэхэм щитыну концертым зыхуегъэхьэзыр, абыхэм къакIэлъыкIуэу Хьэрып Эмират Зэгуэтхэм я къалащхьэ Дубай кIуэну и мурадщ.
НыбжькIэ щIалэ дыдэми творческэ гъуэгу дахэ къызэринэкIащ Иман. Америкэм и Штат Зэгуэтхэм я Гимныр нэхъыфIу зыгъэзащIэ къыхахын хуейуэ, флоридэдэсхэр уэрэд жыIэнкIэ щызэпрагъауэм, БищIом япэ увыпIэ къихьри, бейсболкIэ чемпионатыр а ГимнымкIэ къызэIуихауэ щытащ. 2017 гъэм Ливаным щекIуэкIа «Хьэрыпхэм зэчиифIэхэр къалъыхъуэ» музыкэ фестивалым ирагъэблагъэри, классик уэрэджыIакIуэ Бочелли Андреа итальяныбзэкIэ игъэзащIэ «Con te partirò» уэрэдымкIэ текIуэныгъэр къихьауэ щытащ. А фестивалыр иуха нэужь, тхьэмахуэ нэхъ дэмыкIыу, Иорданым и пащтыхь Абдаллэ ЕтIуанэм иригъэблагъэри, къэралым и хуитыныгъэм и Махуэм ирихьэлIэу, «ФIыщIэхэм папщIэ» дыщэ медалыр къыхуагъэфэщащ. Сабийхэм ящыщу оперэ уэрэд гугъухэр фIыуэ зэрыжиIэм папщIэ къратауэ иIэщ «Global prodigy» саугъэт лъапIэр.
Нэгъаби Адыгейм щекIуэкIа зэпеуэм и къэпщытакIуэхэр дихьэхат Иман и макъ дахэмрэ артист нэсым хуэдэу утыку зэритымрэ. Ар абы щыгъуэм япэу хэтауэ аращ хэкужьым щекIуэкI зэпеуэм, пщащэм адыгэбзэкIэ зы уэрэдрэ академическэ композицэ лъэщрэ игъэзэщIащ.
«Ди хабзэхэри, адыгэ фащэри сигу ирохь, сотхъэж ди нанэ адыгэ шхыныгъуэхэр щысхуиупщэфIкIэ. Си творчествэм теухуауэ си адэ-анэм къызат ущиехэм сыщIодэIу, ахэращ сэ си гъуазэ нэхъыщхьэр», — жеIэ адыгэ пщащэм.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "101299.txt"
} |
Хэт хъуну Абатэхэр?
Бзэр зэрылъащIэншэр, бгъэдэлъ зэфIэкIым цIыхум и гупсысэкIэми и дуней еплъыкIэми зригъэхъуэжыфыну зэрыщытыр щIэныгъэм куэд лъандэрэ нахуэ ищIа Iуэхугъуэхэм ящыщщ. Бзэр тхыдэм и гъуджэщ, ауэ сытми жаIакъым. Лъэпкъым и хъуэпсапIэхэри, и гугъапIэхэри, и гукIуэдыгъуэхэри, игу зэщызыгъэуахэри абы къыхэбгъуэтэнущ, ар къэгъэнауэ, къыпхуиIуэтэнущ. Адыгэ жыIэгъуэхэм нэхъ щапхъэ дахэ ухуейкъым лъэпкъым къикIуа гъуэгуанэм уриплъэжын, гукIэ зыхэпщIэн папщIэ. Мы тхыгъэ кIэщIыр зытеухуар Абатэхэщ. Адыгэ лъэпкъыжьщ, я лъэкIыныгъэри мащIэтэкъым, куэди яхузэфIэкIырт, бзаджагъэкIи къалъэщIыхьэн щымыIэуи ерут. Адыгэ IуэрыIуатэм къыхэнауэ мыпхуэдэ псэлъафэхэр хэтщ: «Абатэхэ я зепхъуэкIэу узэрапхъуаи…», «Уи лъапсэ Абатэхэ щыджэгуа нэхъей», «Ибэу укъэнэнуми, Абатэхэ закъылъумынэ», нэгъуэщIхэри… Иужьрей псэлъафэр иджы дыдэщ щызэхэтхар, ар къызыбгъэдэкIа нанэм абы къикIыр къыгурыIуащэу щымытми, нахуэщ ущием и лъабжьэ гъэсэпэтхыдэшхуэ зэрыщIэлъыр. «Адыгэ псалъэ» газетым и щIэджыкIакIуэхэм яфIэгъэщIэгъуэн хъуну къытщыхъуащ, мыпхуэдиз псэлъафэр зыпылъ Абатэ-хэр хэтми я пащхьэ итлъхьэмэ.
ИлъэсищэкIэ екIуэкIа Урыс-Кавказ зауэм и мафIэ бзийм хэкIуэдэжа лъэпкъхэм ящыщщ Абатэхэ. Зэгуэр лъэпкъышхуэу щытам и цIэм фIэкIа, и щхьэм къыхэнаишхуэ щыIэкъым: илъэсищэ зауэм куэд ихьащ, иужькIэ, Совет къэралыгъуэр щызэфIэувэм, нэхъыбэж ягъэкIуэдащ. Абатэхэ я лъэужь адыгэ тхыдэм къыханащ. Зэгуэр Шапсыгъым и уэркъышхуэу щыта Абатэхэ я цIэр а щIыналъэм къыщыбгъуэтыныр къызэрымыкIуэу гугъущ. Ауэ абыхэм я лъэужьыр иджырей Къэрэшей-Шэрджэсым нобэми щыхэгъуэщэжакъым, уеблэмэ я цIэр телъу ягъэтIысыгъа къуажэр щыIэщ, йофIакIуэ, зеубгъу. Зи гугъу тщIыр Инжыджышхуэ псым и сэмэгурабгъу лъэныкъуэм и бжьэпэм тес Абатэхьэблэщ, иджы Эрсакон жыхуаIэрщ.
АтIэ, адыгэ лIакъуэхэм ящыщу Инжыджрэ Уарпрэ я зэхуакум щыпсэуа лъэпкъхэм шапсыгъхэр дауэ къазэрыхэхуар? «Уарп псыхъуэ къыщыщIэдзауэ Псыжь псыхъуэ и сэмэгурабгъум нэс нэхъыбэу исар къэбэрдей, беслъэней, абазэхэ, кIэмыргуей лIакъуэхэращ. Урыс-Кавказ зауэм къела адыгэхэм зэрагъэпэщыжа къуажэхэм я жылэпщхэм я цIэхэм къытепщIыкIа фIэщыгъэхэр зэрахьэ: ХьэтIохъущыкъуей, Дохъушыкъуей, абазэпщ Лэухэ, Бибердхэ, Къылышхэ я къуажэхэр, нэгъуэщIхэри. Ауэ абыхэм я нэхъ гъэщIэгъуэну Уарп и псыхъуэмрэ Инжыдж псыхъуэмрэ дэсащ шапсыгъ жылагъуитI», — щетх филологие щIэныгъэхэм я кандидат Темыр Рае иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэм.
Дызэрыщыгъуазэщи, Шапсыгъ щIыналъэр хы ФIыцIэ гъунэм къыщыщIидзэрти, АтIэкIумэ, Псыжь, ЩIыпс и псыхъуэхэр къызэщIэзыубыдэ хэгъэгу зэбгъузэнатIиплIу къыщылът. Абы ШапсыгъышхуэкIэ еджэу щытащ. ЦIэмэз къыщыщIэдзауэ Шахэ, Пщадэ псыхъуэхэм къадэкIуэ щIыналъэр Шапсыгъ ЦIыкIу-кIэ зэджэм хыхьэрт. Шапсыгъ лIакъуэлIэш Абатэхэ нэхъ цIэрыIуэу къахэкIахэм ящыщщ Беслъэнейрэ Убыхрэ. Тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, ахэр шапсыгъхэм я пщышхуэу щытащ.
Убых и цIэм тхыгъэхэм зэм Убыш жиIэу, зэми Убыхыу ущыхуозэ. Абатэ зэшхэм зэрахьэу щыта цIэхэр къану зрата лIакъуэхэм я фIэщыгъэу къаIуатэ. Беслъэней и атэлыкъыу щытар беслъэней лIакъуэм щыщти, пщы щIалэм ар цIэуэ фIащащ. Адрейр убыххэм я деж щапIати, Убых къыфIащащ.
«Адыгэ лъэпкъым и къэкIуэнур, и дуней тетыкIэнур Уэсмэн къэралымрэ Урысей империемрэ щаубзыхуа лъэхъэнэм Абатэ Беслъэней балигъыпIэ иуват, — щыжеIэ и къэхутэныгъэм Темыр Рае. — Лъэпкъым и пщэдейрей махуэр, езыр хэмыту, къэралышхуитIым зэфIахащ Адрианополь зэгурыIуэныгъэмкIэ. Абы къыщыгъэлъэгъуа щхьэкIуэ шэчыгъуейращ зэгуэрми зым и лъэгущIэтыну щымыта адыгэ лъэпкъыр икIуэтыпIэншэ зыщIар. 1807 — 1812 гъэхэм Урысейм и дзэм, Золотницкэ Пётр зи унафэщIым, Натыхъуей жылэу 40-м щIигъу зэтрикъутащ. Къэзакъ атаман Бурсак и гупым махуитхум и кIуэцIым шапсыгъхэм я къуажэ 18 ягъэсащ. А лъэхъэнэм Абатэ Беслъэней къыгуры-Iуащ и лъэпкъыр кIуэдыпIэм зэрыхуагъакIуэр. 1829 гъэм Беслъэней Тыркум кIуауэ щытащ адыгэхэм я щIыналъэр Урысейм иратар пэжрэ пцIырэ зэхигъэкIыну. Абатэм абдеж къыгурыIуащ Тырку къэралыр Урысейм зэрыпэмылъэщыр къыщагъэпщкIуну яужь зэритыр. АкъылыфIэ, жыжьаплъэ Беслъэней зыхищIэрт, адыгэхэр Урысейм гурыIуэмэ я Iуэху нэхъыфI зэрыхъунур икIи а Iуэхур зэфIихыным иужь итащ. Ауэ адыгэпщхэр, мы Iуэхум зэреплъымкIэ, гупищу зэкъуэуда хъуащ. Япэ гупыр Тыркум и телъхьэт, етIуанэм Урысейм и лъэныкъуэр нэхъ къащтэрт, ещанэ гупми здеIэну лъэныкъуэр иджыри къыхахауэ щыттэкъым».
Абатэ зэшхэм я пэщIэщIэгъу хъуауэ нэхъыжьхэм къаIуэтэжыр ХъуэрэлIыкъуэ Хьэмырзэщ. Ари лIакъуэлIэшт, цIэрэ щхьэрэ иIэу, адыгэхэр щхьэхуиту зауэм къыхэкIын, зыми и унафэ щIэмыту, езыхэм я Iуэху зрахуэжу псэун хуейуэ зыгъэув лIы пхъашэхэм ящыщт. ЗэраIуатэмкIэ, Абатэр Тыркум щыкIуэм, ХъуэрылIыкъуэр щIыгъуащ. Нэхъыжьыгъэр зейр Хьэмырзэти, пащтыхьым и пащхьэ ихьэри, здикIа хэкур бэлыхьлажьэм зэрыхэтыр, IэщэфIкIэ зэщIэузэда биидзэм зэрыпэщIэтыр, дэIэпыкъуэгъукIэ тырку пащтыхьым зэрыщыгугъыр, Адыгэ Хэкур мыкIуэды-жу къызэтенэным и гуащIэ хилъхьэну зэрыпэплъэр жриIащ. Пащтыхьми хузэфIэкI хилъхьэну къигъэгу-гъэ хуэдэу зищIащ, ауэ къызэреупщIар нобэми ди лъэпкъым дежкIэ мыхьэнэ зиIэ зы Iуэхугъуэщ: хэт адыгэхэр зэкъуэзыгъэувэу зы бэракъ щIэзыгъэувэнур? ХъуэрэлIыкIуэм и псэлъэкIамрэ Iэдэбу, и щхьэр ихауэ пащтыхьым зэрепсэлъамрэ адыгэ лIыкIуэ гупым ялъэгъуати, абы жэуапыр пащтыхьым иритыфыну псори хуеплъэкIа щхьэкIэ, псэлъапIэ имыхуэжу, Абатэр къэпсалъэри, «сэращ» жиIащ. ХъуэрэлIыкъуэ Хьэмырзэм игу хигъэщIащ Абатэм зэрихьа псынщIагъэм, ауэ зыри жиIакъым. Лъэпкъым ифI зыхэлъым щхьэкIэ Хьэмырзэ зи тэмакъкIэщIыгъэр езышэхыфыну закъуэтIакъуэхэм ящыщти, зыщыгугъам Абатэр къыщыщIэкIакъым.
Абыхэм я къэгъэдэIуэным Абатэхэм бзаджагъэ халъхьауэ, абазэхэхэм, беслъэнейхэм, кIэмыргуейхэм я жылэхэр зэрызэтракъутам Абатэ зэшхэм я ягъэ хэлъу къалъытэу щытащ. Жэщым къэзылъэтыхь удыр хэтми къащIэ, жыхуаIэм ещхьу, Абатэхэ ягу илъ псори къэщIэгъуейт. Урысхэм яхыхьэ-яхэкIыу зэрыщытымрэ абыхэм къыпах хъыбархэр зэхахауэ адыгэхэм къызэрыхуамыIуэтэжымрэ къыхэкIащ абыхэм гурыщхъуэ хуащIыныр, щхьэихауэ я лъэпкъэгъухэм ябгъэдэмы-ту къалъытэныр. Лъэхъэнэр псэзэпылъхьэу щыщытым, зи жьэгу пащхьэ зыхъумэж лъэпкъым гурыщхъуэ ебгъэщIыныр щIэпхъаджэм пэлъытат. Абатэхэ къыхуащI гурыщхъуэм зрагъэгъэзэфакъым, я пщыгъэрэ я лъэкIыныгъэкIэ къыхуаIэ Iулыджыр къагъэсэбэпу щытыкIэм зрагъэхъуэжыфакъым, хэкIыпIэу къагъуэтар зыщ — урысыдзэр щытепщэ Псыжь и ижьырабгъу лъэныкъуэм къэIэпхъуэнырщ.
«Кавказым и къухьэпIэ лъэныкъуэм теухуауэ зэхалъхьа картэм Джэджэн псы цIыкIур Уарп щыхэхуэж щIыпIэм 1842 гъэм Абатэхэ я жылэ щыпсэуауэ къыщыгъэлъэгъуащ, ауэ къуажэр зыгъэтIысар Беслъэнейрэ абы и къуэ Щыхьым-Джэрийрэ нахуэкъым, — етх Темыр Рае. — Щыхьым-Джэрий и къуажэр 1893 гъэм нэс Абатэхьэблэу тхыгъэхэм хэтщ, а гъэм и кIэм ар ятхыжащ Эрсакон къуажэцIэр иIэу. Фелицин Евгений и тхыгъэхэм къызэрыхэщымкIэ, а къуажэм дэсащ нэгъуэщI адыгэ лIакъуэхэм ящыщу: къэбэрдейуэ — унагъуэ 29-рэ, беслъэнейуэ — унагъуэ 17, кIэмыргуейуэ — унагъуи 3, хьэтыкъуейуэ — 1 унагъуэ, абазэхэу — унагъуи 4, шапсыгъыу — унагъуи 6, мудавейуэ — 1 унагъуэ, къумыкъуу — 1 унагъуэ».
Нобэр къыздэсым тхыдэхутэхэм нэсу яхузэхэгъэкIыркъым Абатэхэ темыгушхуэу сэкъарэ къумалыгъэ зэрахьарэ. ТхылъымпIэр тегъэщIапIэу уимыIэмэ, щхьэихауэ сытри пхужыIэнущ. Ауэ нахуэр зыщи, лъэпкъыр кIуэдыпIэ щит лъэхъэнэм зэфIэкI инхэр зиIа Абатэхэм я зекIуэкIар ядакъым. Аращ яхэр ягъэмысэу, ятелъ хьэкъыр ямыгъэзэщIауэ жиIэу уэрэдыжьхэм къыщIыхэхуэр. Я гум илъыр къазэрыхуэмыщIэм, ялэжь IуэхущIафэхэм щIэуфэ хуащI гупсысэр зэрымынахуэм къыхэкIкIэщ «Ибэу укъэнэнуми, Абатэхэ закъылъумынэ», щIыжаIар.
Абатэхэ я цIэкIэ яусауэ уэрэд щыIэщ, я лIыгъэм и мызакъуэу, гурыщхъуэ щIыхуащI къумалыгъэри къыхэщу. Абыи куэд къеIуатэ.
Абатэри щIыпцIэм йозашэ, сэрмахуэ,
АдрыщIым дзэшхуэхэр къреш, —
Ар Абатэ и къуэкIэ ди Беслъэнеижьи.
Абыныщхьэм дзэшхуэр щохасэ, сэрмахуэ,
Къун и псынэри лъым кърыбогъэIэ, —
Ар Абатэ и къуэкIэ ди Беслъэнеижьи.
Ра, и тэджэлейри хьэлъэгущ, сэрмахуэ,
Уэтэрыгум щепсыхыжар, —
Къазий и къуэкIэ ди Пщымахуи.
Шапсыгъ быдзышэми ирагъафэ, сэрмахуэ,
Кхъуэ лэпсым ефэр къытхуэзышар, —
Абатэ и къуэкIэ ди Беслъэнеижьи.
ПщIэгъуалэр куэпкъкIэ зэрехуэ, сэрмахуэ,
Къэзакъыдзэр щIопщкIэ езыхулIэр, —
Мыгу и къуэкIэ ди Хьэбыракъыжьи.
Уэ джэжыр къыбогъэщI, сэрмахуэ,
Ра, зауэ щIыхьэхукIэ къэзыкIухьыр, —
Шырыхъукъуэ гущэкIэ ди Дыгъужьщ.
И куэпкъыщхьэм шэжьыр хэлъщ, сэрмахуэ,
ЩIытIым дэлъу зауэр, —
ХъуэрэлIыкъуэ гущэкIэ ди Хьэмырзэщ.
Беслъэнейм къыщызэхехри, сэрмахуэ,
Ра, уанэ темыхыуи къэсыжыр, —
Щхьэшхуэкъуэ Щыхьымджэрийкъэ, зиунагъуэрэ.
Брулым дахэу зегъазэ, сэрмахуэ,
ЗэуапIэм IупэкIэ Iуашыжыр, —
Щхьэшхуэкъуэ Щыхьымджэрийщ, зиунагъуэрэ.
И шухьэ цейри дыщэбгъэщ, сэрмахуэ,
ЗэуапIэм бгъэкIэ яфIокIуэ, —
Щауэнащхъуэ и къуэкIэ фи Лаур.
ПыIэ хужьхэр чыкIэ къреудыр, сэрмахуэ,
Тамбырхэр джатэкIэ зэрехуэ, —
Вындыжь и къуэкIэ Хьэжбатырщ.
УеплъынкIэ шы къуапцIэ нэмытIэщ, сэрмахуэ,
Ар къэзымыдэ шухэми къахощыр, —
Уа ар Вындыжь и къуэкIэ ди Исмелщ.
И щхьэр дзэкум къыщоджыджри, сэрмахуэ,
Зауэшхуэр джэгууи къыфIэмыщIи, —
Хьэтыкъуей гущэкIэ ди Исмел цIыкIуи.
Зигу гущэр Сыбыр Iуащхьи, сэрмахуэ,
Зи щхьэр къезыгъэкъутэр, —
ЕкъутэкI гущэкIэ Къаплъэни.
Псыбэдэсхэм и лIыгъэкIэ яхэIуащ, сэрмахуэ,
Абынэ псыхъуэми лъыпсыр щегъажэ, —
Хьэуд и къуэкIэ ди Мамсыр хахуи.
Данагъуэ сарыкъри къызэбледз, сэрмахуэ,
Афицар едзыхыным хуэIэзэщ, —
Дыгъужьыкъуэ Къазбэчу джатэрыхахуи.
Ра, ишри джатэпэрыкIуи, сэрмахуэ,
Дзэбгъум лъыпсыр щегъажэ, —
Дыгъужьыкъуэ Къазбэчу сэшхуэгъэбзабзи.
Дахэ зи цIэр къыхуолIэ, сэрмахуэ,
Лъы гущэмэ я лейщ, —
Къуэджэбердыкъуэ Мыхьэмэти.
И лъакъуэ лъэныкъуэри хуэлъашэщ, сэрмахуэ,
Уанэгум исмэ шэджыблэщ, —
Ар ХъуэрэлIыкъуэ и къуэкIэ ди Хьэмырзэщ.
Брул гущэр богъэлъэхъу, сэрмахуэ,
Зауэгъуэм пIащэ лъыхъуакIуэщ, —
Ар ХъуэрэлIыкъуэ и къуэкIэ ди Хьэмырзэщ.
Уэрэдыр къэбэрдей адыгэбзэкIэ япэу тыдодзэ.
ИщхьэкIэ зи гугъу тщIа Абатэ Беслъэней и къуэ Щыхьым-Джэрий зы къуэ иIащ, Беслъэн и цIэу. 1896 гъэм къежьа зы тхыгъэм Беслъэн бынибгъу иIауэ къыхощ. Беслъэн и щIэблэр нобэ щопсэу Мейкъуапэ, Краснодар, Сочэ къалэхэм, абыхэм уащрихьэлIэнущ Тыркум, Германием, Америкэм и Штат Зэгуэтхэм.
ТАБЫЩ Мурат,
«Адыгэ псалъэ» газетым
и щIэныгъэ обозреватель.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "101304.txt"
} |
Урысейпсо кинофестивалыр Налшык щокIуэкI
Налшык и Музыкэ театрым жэпуэгъуэм и 27-м къыщызэIуахащ «Къэбэрдей-Балъкъэрыр — илъэси 100» урысейпсо кинофестивалыр, республикэм и къэралыгъуэр къызэрыунэхурэ илъэси 100 зэрырикъум траухуар. Коронавирус уз зэрыцIалэм и зэранкIэ щIыналъэм щыщыIэ щытыкIэр нэхъыкIэ зэрыхъуам къыхэкIыу ар зэпэIэщIэу (онлайн Iэмалым тету) къызэрагъэпэщ.
— Зи чэзу урысейпсо кинофестивалыр Налшык къыщызэIудох. ГъащIэм куэдрэ ущрохьэлIэ политикхэм нэхърэ гъуазджэм и цIыхухэм зэфIэкI нэхъыбэ къыщызэкъуах. ЦIыхупсэхэр гъунэгъу зэхуэхъунымкIэ артистхэр дэIэпыкъуэгъу щыхъукIэ, абыхэм яку зэныбжьэгъугъэ къыдохъуэ. Языныкъуэхэм зэхамыщIыкIми, мы иджырей фестивалыр и щыхьэтщ цIыхухэм ди зэкъуэтыныгъэр, щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ зегъэужьыныр, зыр адрейм гуфIэгъуэрэ дахагъэкIэкIэ дэгуэшэныр, хьэщIагъэ кIэлъызехьэныр зы узыфэми эпидемиеми зэрызэпамыудыфынум. НэкIуIупхъуэхэр зыIувгъэлъыну, вакцинэр зыхевгъалъхьэу зыфхъумэжыну псори фыкъыхузоджэ, — жиIащ республикэм щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин пшыхьыр къыщызэIуихым.
Налшык щекIуэкIыр дунейпсо щэнхабзэ Iуэху дахэ хъуащ. Музыкэ театрым и утыкум республикэм щыпсэухэмрэ и хьэщIэхэмрэ зыкъыщыхуагъэзащ УФ-м и цIыхубэ артисткэ Рязановэ Раисэ, СССР-м и цIыхубэ артисткэ Кириенкэ Зинаидэ, УФ-м и цIыхубэ артист Скляр Игорь, Урысейм щIыхь зиIэ и артистхэу Колесников Сергейрэ Кюрдзидис Эвклидрэ, актёр цIэрыIуэхэу Запорожский Макар, Сагдулаев Рустам, Орлянский Пауль сымэ.
Апхуэдэу къытхуеблэгъащ Германием, Къэзахъстаным, Узбекистаным, Армением, Беларуссием я кинематографистхэр. Актёр Колосов Максим гъэхуауэ къеджащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ усакIуэхэу КIыщокъуэ Алимрэ Кулиев Къайсынрэ я усэ купщIафIэ-хэм.
Зэраубзыхуам тету, фестивалым и программэм хыхьэу театрымрэ киномрэ я артистхэм ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым концерт гукъинэжхэр щатынущ. Кинофестивалым щагъэлъэгъуэнущ «Амурская осень» фестивалым и саугъэт нэхъыщхьэр зыхуагъэфэща «Райцентр», Венецием щекIуэкIа фестивалым щагъэлъэгъуа «Яблоки», «Восток — Запад. Золотая арка» дунейпсо кинофестивалым «Дебют нэхъыщхьэ» унэтIыныгъэм лауреат щыхъуа «Начало» лэжьыгъэхэр, «Весури», «Детство Чика», «Жаным, ты не поверишь», «Красный призрак», «Маленький воин», «Ничей», «Под гнездом аиста» фильмхэр, «Пограничное состояние» киноальманахыр, цIыхубэм фIыуэ ялъэгъуа нэгъуэщI лэжьыгъэхэр. Абыхэм еплъыну Iэмал яIэщ уз зэрыцIалэм зэрыпэщIэт хабзэхэр зыгъэзащIэхэм.
— Фестивалыр — киногъэлъэгъуэныгъэ къудейкъым, атIэ Урысей Федерацэм и театрымрэ киномрэ я артистхэм я зэIущIэхэр, концерт гукъинэжхэр, актёр IэзагъэхэмкIэ мастер-классхэр, республикэм и район зэмылIэужьыгъуэхэм къыщызэрагъэпэщыну зэхыхьэ гукъинэжхэр къызэщIэзыубыдэ Iуэхугъуэ дахэщ, — жиIащ зэхуэсым и унафэщI, продюсер икIи киновед Новожилов Сергей.
Фестивалыр жэпуэгъуэм и 31 пщIондэ зэхэтынущ. Ар щызэхуащIыжыну иужьрей гуфIэгъуэ пшыхьыр игъэдэхэн папщIэ Минск къикIыу Налшык къытхуеблэгъэнущ «Чистый голос» белорус уэрэджыIакIуэ гупым хэт Тышко Аким.
КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министерствэм и YouTube-каналымрэ республикэм и «1 КъБР» телеканалымкIэ кинофестивалым иращIэкI пшыхьхэр къызэрыщатым пащэнущ.
ТЕКIУЖЬ Заретэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "101307.txt"
} |
ЗэпыщIэныгъэ щхьэпэ
Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Беларусымрэ щызэгурыIуа зэIущIэр къыщызэIуихым, КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщащ: «Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Беларусымрэ щыпсэу лъэпкъхэм илъэс зыбжанэ хъуауэ зэныбжьэгъугъэ быдэ яку дэлъу къогъуэгурыкIуэ икIи ноби ар зэрытхъумэнымрэ абы зэрызедгъэужьынымрэ иужь дитщ.
Ди щIыналъэм къыщыунэхуауэ жыджэру щолажьэ белорусхэм я «За единение — «Сябры» жылагъуэ зэгухьэныгъэр. Мыхьэнэшхуэ иIэщ Беларусь, Къэбэрдей-Балъкъэр республикэхэм куэд щIауэ зэпызыщIэ зэныбжьэгъугъэмрэ зыр адрейм дэIэпыкъуным ехьэлIа ди хабзэ дахэхэмрэ къадэкIуэу, экономикэ IуэхухэмкIи дызэрызэлъэIэсым. Абыи нэхъри зедгъэужьыну ди мурадщ. «Быдэу си фIэщ мэхъу, ди хьэщIэ лъапIэхэм я фIыгъэкIэ, дызэрызэдэлэжьэнум зэрызытхуегъэубгъунур, ди лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэмрэ зэкъуэшыныгъэмрэ нэхъри зэрытхуэгъэбыдэнур, Урысей, Беларусь къэралхэм я зэкъуэтыныгъэр нэхъ быдэ зэрытхуэщIынур, зэрытхуегъэфIэкIуэнур», — къыхигъэщащ республикэм и Iэтащхьэм.
Перцов Владимир псалъэ щратым, Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэхэр иригъэблэгъащ «БелАГРО» выставкэм зыщаплъыхьыну. «Ди къэралхэм я сату зэхущытыкIэхэр щIышылэ — шыщхьэуIу мазэхэм къриубыдэу процент 15,8-кIэ нэхъ мащIэ хъуащ. Абы, дауи, гурыIуэгъуэщ пандемиер зэран зэрыхуэхъуар. Ауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къикIыу Беларусь Республикэм къаша ерыскъыпхъэхэмрэ хьэпшыпхэмрэ процент 30,1-кIэ хэхъуащ икIи Белоруссиеми Iэмал диIэу къызолъытэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр зыхуэныкъуэхэмкIэ къытхузэгъэпэщыну», — жиIащ абы.
Рахаев Борис и псалъэм къыхигъэщащ 2020 гъэм къриубыдэу Беларусым дащIа сату Iуэхум проценти 8,8-кIэ зэрыхэхъуар. Иужьрей илъэсхэм а республикэм едгъашэ, къитш ерыскъыпхъэхэмрэ хьэпшыпхэмрэ хэпщIыкIыу зэрыхэхъуар щыхьэт тохъуэ лъэныкъуитIым ди зэдэлэжьэныгъэм дяпэкIи зедгъэужьыным мыхьэнэшхуэ зэриIэр. Къэбэрдей-Балкъэрым икIыу Беларусь Республикэм яшэ гъавэр, кIэртIоф крахмалыр, IэфIыкIэхэр, фIэIугъэхэр, промышленнэ хьэпшыпхэр, абджыбз Iэмэпсымэхэр, кабелхэр, нэгъуэщIхэр. Беларусием къикIыу ди щIыналъэм къашэ пластмассхэмрэ абы къыхэщIыкIа хьэпшыпхэмрэ, алэрыбгъухэр, тхылъымпIэхэр, фэилъхьэгъуэхэр. Белорус Хьэпшыпхэр щащэ бэзэрхэр щIэх-щIэхыурэ ди щIыналъэм къыщызэрагъэпэщ. «Кавказ Ищхъэрэм и курорт Iэмалхэр Беларусым къигъэсэбэпыну щимурадкIэ, Налшыкрэ Iуащхьэмахуэ лъапэрэ гулъытэншэ зэримыщIынум шэч къытесхьэркъым», — жиIащ Тимохин Денис. Абы и псалъэм щIигъужащ иджыблагъэ Белару-
сым къикI авиарейс занщIэ Минвод къызэрыщызэIуахар.
КъыкIэлъыкIуэу Iэ щIадзащ КъБР-м и Правительствэмрэ Беларусь Республикэм и Правительствэмрэ 2022 — 2023 гъэхэм зэрызэдэлэжьэнум теухуауэ зэращIылIа зэгурыIуэныгъэм. Абы Iуэхугъуэ 14 къызэщIеубыдэ: сату-экономикэ, щIэныгъэ-техникэ, социальнэ-щэнхабзэ унэтIыныгъэхэр хыхьэу.
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек зэIущIэм хэта хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэм щепсалъэм къыхигъэщащ Iэ зыщIадза тхылъыр лъэпкъхэм яку дэлъ зэныбжьэгъугъэр гъэбыдэным и хэлъхьэныгъэу зэрыщытыр: «Си щхьэкIэ апхуэдэ зэпыщIэныгъэм дызэрыхуэкIуэм мыхьэнэшхуэ иIэу къызолъытэ. Ар, дауи, я фIыгъэщ Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимиррэ Беларусь Республикэм и Президент Лукашенкэ Александррэ. Iуэхугъуэ куэдым дытепсэлъыхьу ди къарухэр мэкъумэш IэнатIэм, туризмым, щIэныгъэм, нэгъуэщIхэми хузэщIэдгъэуIуэну ди мурадщ. Быдэу си фIэщ мэхъу Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Беларусымрэ зэрызэдэлэжьэнум хьэрычэт Iуэхум зиужьынымкIи Iэмал куэд къыдитыну. ЕхъулIэныгъэщ ди гъавэр белорусхэм зэрахуедгъашэр, белорусхэм я мэкъумэш техникэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къызэредгъашэр. А Iуэхухэм зедгъэубгъуну ди мурадщ».
Беларусь Республикэм и лIыкIуэхэм зыщаплъыхьащ «Севкаврентген-Д» заводым, «Отбор» инновацэ-производственнэ агрофирмэм. Апхуэдэу зыхагъэгъуэзащ «Безопасная республика» системэм, ВГТРК-м и «Къэбэрдей-Балъкъэр» къудамэм я лэжьыгъэхэм. ХьэщIэхэмрэ хэгъэрейхэмрэ зэпсэлъащ социально-экономикэ зыужьыныгъэм теухуауэ зэрызэдэлэжьэнум.
Апхуэдэу, Беларусым и лIыкIуэхэр щыIащ Шэджэм районым, Шэджэм къалэм «Егъэджэныгъэ» лъэпкъ проектым хыхьэу щаухуа школым. КIуэкIуэ Казбекрэ Перцов Владимиррэ удз гъэгъахэр тралъхьащ Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм Шэджэм къалэм щыхуагъэува «ЩIыхьым и мыужьыхыж мафIэ» фэеплъым.
ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "101311.txt"
} |
Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Беларусымрэ зэгуроIуэ
КъБР-м и Правительствэм жэпуэгъуэм и 27-м КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек щыIущIащ Беларусь Республикэм хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ и министр Перцов Владимиррэ лэжьакIуэ гупымрэ. Зэхыхьэр къызэрагъэпэщащ лъэныкъуэхэр зэрызэдэлэжьэнум теухуауэ яубзыхуа, нэгъабэ фокIадэ мазэм Беларусымрэ Урысеймрэ я VII зэхуэсышхуэм хыхьэу зэращIылIа зэгурыIуэныгъэм ипкъ иткIэ. ЗэIущIэм Iэ щыщIадзащ 2022 — 2023 гъэхэм республикитIыр зэрызэдэлэжьэнум теухуауэ зэращIылIа зэгурыIуэныгъэм.
Зэхыхьэм хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, абы и япэ къуэдзэ Говоров Сергей, промышленностымкIэ, энергетикэмрэ сату IуэхухэмкIэ министр Iэхъуэ-бэч Щамил, щэнхабзэмкIэ министр Къумахуэ Мухьэдин, экономикэ зыужьыныгъэхэмкIэ министр Ра-хаев Борис, мэкъумэш хозяйствэмкIэ министр Сыжажэ Хьэсэн, «КъБР-м и сату-промышленнэ палатэ» зэгухьэныгъэм и унафэщI ГъукIэлI Хьэсэн, «За единение — Сябры» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и Iэтащхьэ Сидорук Павел. Беларусым и посольствэу Урысейм щыIэм Дон Iус Ростов щиIэ къудамэм и унафэщI Тимохин Денис, Беларусь Республикэм и сату-промышленнэ палатэм дунейпсо зэпыщIэныгъэхэмкIэ и управленэм и унафэщI Кураш Наталье, «ТД Палессе-Юг» ООО-м и генеральнэ унафэщI Ерёменкэ Дмитрий, «Дилерский центр Юг» ООО-м сату IуэхухэмкIэ и менеджер нэхъыжь Филатовэ Наталье сымэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "101314.txt"
} |
Ди лъахэгъущ дунейпсо чемпионыр
Сербием и къалащхьэ Белград щекIуэкIащ «грэпплинг» спорт лIэужьыгъуэмкIэ дунейпсо чемпионат. Саугъэтхэм щIэбэнащ къэрал 24-м икIа спортсмен лъэщхэр.
ЗэпэщIэтыныгъэхэр гуащIэу екIуэкIащ, дэтхэнэ зы спортсменми и къару емыблэжу зыкъыщигъэлъэгъуащ алэрыбгъум. Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам а спорт лIэужьыгъуэм щиIыгъ увыпIэ лъагэр иджыри зэ щIигъэбыдэжащ. Чемпиона-тыр зэрызэхэта махуитIым къриубыдэу ди къэралым и командэ къыхэхам хэтхэм медаль зэмылIэужьыгъуэ 17 зыIэрагъэхьащ икIи япэ гуп увыпIэр яубыдащ.
Урысей Федерацэм и ехъулIэныгъэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIащ килограмм 92-рэ зи хьэлъагъхэм я гупым щыбэна ди лъэпкъэгъу, «ФайтЗон» спорт клубым и гъэсэн Урыс Мухьэмэд (сурэтым сэмэгумкIэ щыетIуанэщ). И хьэрхуэрэгъу псоми шэч къызытумыхьэн текIуэныгъэ къафIихьри абы дыщэ медалыр зыIэригъэхьащ. Ар зэхьэзэхуэм хуэзыгъэхьэзыра къэралым и командэ къыхэхам и тренер Шыхъуэс-тэн Руслан «дунейпсо класс зиIэ тренер» цIэ лъапIэр къыфIащащ.
Гуп зэпеуэм ди къэралым къыщыкIэлъокIуэ Украинэмрэ Польшэмрэ я командэ къыхэхахэр.
Жыласэ Замир.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "101318.txt"
} |
Къандур Мухьэдин и «Иужьрей щэкIуэгъуэ»
Котляровхэ я тедзапIэм иджыблагъэ урысыбзэкIэ къыщыдэкIащ Къандур Мухьэдин и романыщIэ. Япэ напэкIуэцIым щегъэжьауэ и кIэм нэс укъимыутIыпщу узэзыгъаджэ тхылъыр «УрысеищIэм и роман» зыхужаIэхэм ящыщ хъуащ.
Къандур Мухьэдин и романым къытхутопсэлъыхь тхылъ тедзапIэм и редактор нэхъыщхьэ Котляров Виктор:
— «Иужьрей щэкIуэгъуэр» цIыхум унафэ щIыныр къыIэрыхьэным зэрыхуэпабгъэм, гъащIэмрэ лIэныгъэмрэ хэIэбэну къару зэримыIэм арэзы къызэримыщIым, «натIэм ит» жыхуэтIэ ухыгъэм и къару фIэкIыпIэншэм теухуащ. Романым лIыхъужь нэхъыщхьэ хуэхъуащ африкэ къумым лIыгъэ зэхэгъэкIыпIэ къыщилъыхъуэу щакIуэ кIуа, Кавказым щыщ, Урысейм зэфIэкI щызиIэ, мылъкушхуэ зыбгъэдэлъ цIыху. ЩакIуэмрэ лIыхъужьыр зыхуэпабгъэ цIыху къулыкъум хущIэкъунымрэ щызэпэщIегъэувэ тхакIуэм романым и сюжетым, икIи ар щхьэусыгъуэ мэхъу зэпэщIэтыныгъэ гуащIэмрэ гужьгъэжьымрэ я мыгъуагъэр утыку къихьэнымкIэ.
«Иужьрей щэкIуэгъуэр» — гупсысэ куу зыщIэлъ, Урысейм коммунистхэм я зэманыр щиуха нэужь, къэралыр зыхуэкIуар къыщыгъэлъэгъуа роман гъэщIэгъуэнщ. ЦIыхубэ мылъкур уней-унейуэ щызэбграхкIэ, абы сэтейм къытреутIыпщхьэ цIыху нэпсеягъэри гъунэ зимыIэ и къызыфIэщIыжыкIэри.
Адыгэ щэнхабзэм хэлъхьэныгъэ абрагъуэ хуэзыщIа Къандур Мухьэдин фильм зыгъэув режиссёрщ, сценаристщ, тхакIуэщ. Илъэс 50-м щIигъуауэ Голливудым епхауэ лажьэ Къандурым пщIэшхуэ зыпылъ саугъэт лъапIэ куэд киногъуазджэм къыщыхуагъэфэщащ. Абы и иужьрей лэжьыгъэхэм ящыщщ «Черкес» (2010), «Фейсбук романс» (2012) фильмхэр.
Къандурыр къыщацIыху Европэми, Азиеми, США-ми. Абы и тхыгъэхэр зэрадзэкIащ урысыбзэкIэ, франджыбзэкIэ, испаныбзэкIэ, хьэрыпыбзэкIэ, нэгъуэщIхэмкIи. Мухьэдин Хэкужьми фIыуэ къыщалъагъу, абы зэрехьэ «Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ» цIэ лъапIэр.
Чэрим Марианнэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "101321.txt"
} |
Адэжь хэкум къыхуопабгъэ
Америкэм и Штат Зэгуэтхэм щыщ ди лъэпкъэгъу щIалэ Чэгъэду Биберт мазитI хъуауэ и хэкум къэкIуэжауэ щопсэу, щолажьэ. Ар иджы Мейкъуапэ и «Зэкъошныгъэ» («Дружба») футбол гупым и тренер нэхъыщхьэщ. Биберт Къэбэрдей-Балъкъэрми, Адыгейми къыщацIыху футболист цIэрыIуэщ. Нэхъапэм Налшык и «Спартак»-м, Краснодар и «Колос»-м щыджэгуащ.
ЩIалэр США-м и Паттерсон къалэм (Нью-Джерси штатым хохьэ) къыщалъхуащ. Къыщыхъуар адыгэ унагъуэщ. Чэгъэду Диабрэ Пщымахуэ Хьичмэтрэ щIалиплI яIэщ, зэчий зырызыххэ ябгъэдэлърэ адыгэбзэр екIуу ягъэшэрыуэу. Америкэм къыщалъхуа щIалэ цIыкIухэм анэдэлъхубзэр ящIэу къэтэджын папщIэ, Чэгъэдухэ я унагъуэр Иорданием Iэпхъуащ Пащтыхьыкъуэ Хьэмзэ и цIэр зэрихьэу Амман дэт адыгэ школыр кърагъэухыну. Абы илъэс зыхыблкIэ щыпсэуа нэужь Штат Зэгуэтхэм ягъэзэжащ. ЩIэныгъэ зырыз яIэрэ гъащIэм сыт и лъэныкъуэкIи хуэIущу къэхъуащ щIалэхэр икIи хэкужьыр я псэм зэрыхэлъыр нэрылъагъуу щIэх-щIэхыурэ къокIуэж, пIалъэкIэ щопсэу, щолажьэ. ЩIалэхэм я нэхъыжь Нарт юристщ, Жэбагъы сурэтыщIщ, Бэрзэджи арт-гъуазджэм дехьэх, иджыблагъэ Налшык гъэлъэгъуэныгъэ щиIауэ щытащ, Биберт футболист лъэрызехьэщ.
«Адыгэу дыкъызэрызэтенар, адыгэбзэр зэрытIурылъыр, Тхьэм иужь зи фIыщIэр ди адэ-анэрщ. Ди адэшхуэ-анэшхуэри тлъэгъуащ, абыхэми адыгэбзэкIэ дагъэпсалъэрт, хабзэми дыщIапIыкIырт. Ди нэхъыжьхэм къытхалъхьа адыгэ хабзэм дызэтриIыгъэщ, шыIэныгъэмрэ зэпIэзэрытыныгъэмрэ дытригъэтщ», — жаIэ щIалэхэм.
Биберт футбол джэгуным щыхиша гъуэгур университетым къыщыщIидзащ, абы щIэсыху еджапIэ нэхъыщхьэм и гупым хэтащ. ИтIанэ Иорданием и гуп къыхэхам хэту Урысейми, хамэ къэрал куэд-ми щыджэгуащ. 2008 гъэ лъандэрэ тренеру мэлажьэ. Америкэм и футбол лигэм и тренеру щытащ, итIанэ Футбол академием и техническэ директору лэжьащ.
— Сэ пасэу футбол джэгун щIэздзащ. Иджыри дысабийуэ гуп зэхуэсшэсурэ згъэджэгурт. Илъэситху ныбжьым щегъэжьауэ, «ин ухъумэ, сыт узэрыхъунур?» — жаIэу къызэупщIыху, футболист сызэрыхъунур яжесIэрт, — игу къегъэкIыж Биберт.
Чэгъэдухэ лъэпкъкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщщ, Аруан щIыналъэм хиубыдэ Анзорей, Урыху къуажэхэм дэсхэщ. Я адэжь хэкум быдэу къыпыщIа щIалэхэм зыщагъэгъущэркъым я къежьапIэр. Абы и щыхьэтщ ахэр щIэх-щIэхыурэ къызэрыкIуэжыр. КъэкIуэжым и мызакъуэу, Биберд жиIэ зэпытщ: «Си хэкум си фIыгъэ езгъэкIыну сыхуейщ». Мис апхуэдэ гурыщIэщ ар иджыпсту Адыгэ Республикэм къэзышэжари. ЩIалэр мазитI лъандэрэ тренер нэхъыщхьэу мэлажьэ.
— Сэ сыкъызэрыкIуэрэ «Зэкъошныгъэр» зытхухрэ ихьащ футбол губгъуэм. КъыщыттекIуаи дащытекIуаи къэхъуащ, ауэ футболистхэм я джэгукIэр зэредгъэфIэкIуэным иужь дитщ. Нэхъапэм 17-нэ увыпIэм щытамэ, иджы 12-нэм нэс дэкIуеящ. Сигу ирохь гупым хэтхэр. ФIэщхъуныгъэ яхэлъу мэджэгу, текIуэныгъэ зыIэрыбгъэхьэнымкIэ аращ нэхъыщхьэр. КъищынэмыщIауэ, къыдэплъыну, къыддэщIыну къакIуэхэм къару къытхалъхьэ. Ахэр я тIысыпIэхэм щысу къэгуоун щIадзэмэ, футболистыр куэдкIэ нэхъ тогушхуэ», — жеIэ Биберт.
Мейкъуапэ лэжьэн зэрыщыщIидзэу, футбол гупыр нэгъуэщI командэ лъэрызехьэ-хэм дэджэгун хуей хъуащ. Абы нэхъ псынщIэу лэжьыгъэм хишауэ жыпIэ хъунущ. ЩIалэм зэрыжиIэмкIэ, футболист 24-рэ мэхъу иджыпсту и командэр. Езыр къызэрыкIуэрэ цIыхуи 10 хуэдиз къыхишащ. Абыхэм фIыкIэ щогугъ, ауэ командэм хэта зыбжанэми лъэщу зыкъагъэлъагъуэри, абы игу игъэкIуэдыркъым. ДяпэкIэ тренеровкэхэм нэхъ и нэIэ тригъэтыну и мурадщ Чэгъэдум, апхуэдэуи гупым адыгэ щIалэ нэхъыбэ къыхишэну и хъуэпсапIэщ.
— Къэралыгъуэ жыжьэм сыкъыщыхъуами, си унагъуэр, си ныбжьэгъухэр Америкэм щыIэми, нобэ си хэку сыкъэкIуэжауэ, си унэ сыщIэсу къысщыхъуу сыщыIэщ Мейкъуапэ. Си хэкум зыгуэркIэ сыкъыхуэсэбэпыныр сэркIэ насыпщ. Сыкъезыгъэблэгъахэм фIыщIэ яхузощI. «Зэкъошныгъэр» гуп лъэщ хъуным Iэмалрэ зэфIэкIыу сиIэр есхьэлIэнущ, — жеIэ Америкэм къыщалъхуа адыгэ футболистым.
НэщIэпыджэ Замирэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "101327.txt"
} |
Зыгъэпсэхугъуэ махуэм
ЩэкIуэгъуэ мазэ
«Ноябрь» мазэр латин бжыгъэцIэ «бгъу»-м къытекIащ: «новем» — ноябрь. Мы мазэцIэм цIэ зэтемыхуэхэр иIащ: мэкъушэжыгъуэ мазэ, гъуэгыгъуэ мазэ, тIы утIыпщыгъуэ. Иужьрей зэманым адыгейхэми, къэбэрдейхэми, Сирием, Иорданием щыпсэу ди лъэпкъэгъухэми къагъэсэбэпыр щэкIуэгъуэ «время охоты» жыхуиIэрщ.
Мы псалъэ къэхъукIэм ди бзэм куэдрэ ущрохьэлIэ. Нэгумэ Шорэ и тхыгъэхэм къыщихьыр — б ж и х а к е м а з е (бжьыхьэкIэмазэ) «ноябрь» — псалъэращ.
ЩэкIуэгъуэ мазэм нэхъыщхьэр — ущэкIуэну узэрыхуитырщ, хьэкIэкхъуэкIэхэм я щIэжьейр ин хъуащи. Иджы хэт щэкIуэнуми, хэт хьэжэбажащэ кIуэнуми хуитщ. Абы къищынэмыщIауэ, мы мазэм щIымахуэм сыт и лъэныкъуэкIи зыщыхуагъэхьэзыр зэманщ. Мэкъумылэр кърашэлIэж, пхъэ сэбэп ягъэхьэзыр, бжьэ зиIэм нэщIэщым щIегъэувэж. Мы мазэм щIымахуэ шхын жаIэрти мэл, былым яукIырт. Лыр ягъэгъурт, яшуурт, ягъэфIэIурт, щхьэфIэIу жыхуаIэу щытам хуэдэхэри ящIырт. Абы щхьэкIэ мэл яукIахэм я щхьэ-лъакъуэ къабзэ дыдэу гъэлыгъуар ныкъуэвэфI ящIырти, кхъуэщынкIэ е чейкIэ ягъэфIэIурт. Гъатхэм псэущхьэхэм ящыщ ямыукIыу, щIымахуэм хуагъэхьэзыра лымрэ щхьэфIэIумкIэ къахуэкIуэхэр ягъэхьэщIэрт. ХьэщIэм ар хьэщIэныш нэхърэ нэхъыкIэу ибжыртэкъым. Уеблэмэ «щхьэфIэIу сагъэшхащ», — жаIэрт, фIыуэ зэрагъэхьэщIам и нэщэнэу.
Насып лъыхъуакIуэ
Адэр дунейм щехыжым и къуэм жриIащ:
— Си щIалэ, сэ мы къызэуэлIа узым сыкъелынукъым. Ауэ уэ насыпыфIэу упсэуну сы-хуейщ.
— Ди адэ, сыт насыпыфIэ сыхъун щхьэкIэ сщIэн хуейр?
— Ежьи, дунейр къызэхэкIухь, насыпыр зищIысымрэ ар къызэрыбгъуэтынумрэ къыбжаIэнщ.
Адэр лIа нэужь, къуэр ежьащ. Уэру ежэх псышхуэм нэсри, абы и Iуфэм къыщызущыхь шы уэдыкъуам ирихьэлIащ.
— Дэнэ укIуэрэ щIалэщIэ, — щIэупщIащ шыр.
— Насып лъыхъуакIуэ сыкъежьащ. Уэ пщIэуэ пIэрэ ар къыщызгъуэтынур?
— Мыдэ къызэдаIуэ, — къитащ жэуап шым. — Сэ си щIалэ-гъуэм псоми фIыуэ сыкъалъагъурт, сагъашхэрт, сагъафIэрт. Уеблэмэ шхалъэм си щхьэр хуэсшииртэкъым, си жьэм къыжьэдалъхьэрт. Сыт хуэдиз лэжьыгъэри си фэм дэхуэрти, нэгъуэщIхэм сегупсысыртэкъым. Абы щыгъуэм сэ нэхърэ нэхъ насыпыфIэ мы дунейм темыту къысщыхъурт. Иджы жьы сыхъуащи, зыри къысхуеижкъым. Сэ бжызоIэ — уи щIалэгъуэр хъумэ. Сэ зэрысхъумам хуэдэукъым зэрыпхъумэнур. НэгъуэщIхэм къыпхузэрагъэпэщ тыншыпIэм ущымыгугъыу, уэ езым уи щхьэр зэрыбгъэпсэужыным иужь ит. НэгъуэщIхэм я гурыфIыгъуэм уэри щыгуфIыкI. Гугъуехьым ущымышынэ. Апхуэдэу ущытмэ, улIэжыху лъагъуныгъэмрэ ныбжьэгъугъэмрэ укъаухъуреихьынущ.
ЩIалэщIэр ежьэжри, зыкъомрэ кIуауэ гъуэгущхьэм телъ блэм ирихьэлIащ.
— Дэнэ уежьа, щIалэ? — щIэупщIащ блэр.
— Дунейр къызэхэсплъыхьы-ну сыкъежьащ, насыпыр здэщыIэр къэзгъуэтыну си мураду, — итащ щIалэм жэуап.
— АтIэ сэ жысIэм къедаIуэ, — къыщIедзэ блэм. — Си гъащIэ псом си шэрэзым пылъ щхъухьым сригушхуэу сыпсэуащ. Псори къысщышынэрти, сэ сынэхъ бланэу, сынэхъ къарууфIэу къысщыхъужырт. Ауэ хуабжьу сыщыуэрт. Мис иджы псоми зыкъысщадзей, саукIыну сыкърахуэкI. Псоми зафIызогъэпщкIу. Иджы сэращ абыхэм ящышынэр. Уэри уиIэщ бзэгу. Уи псалъэм ухуэсакъмэ, тыншу упсэунущ, жьы ухъуа нэужьи зыми зыфIэбгъэпщ-кIун хуейкъым. Апхуэдэу щытмэ, насыпи уиIэнущ.
Блэм къыжриIар зэригъэзахуэурэ щIалэм и гъуэгум пищащ. Губгъуэм ит жыгышхуэм зы бзу дахэ тест, ицхэр зэмыфIэгъуу цIурэ, езыми зыкърихыу.
— Дэнэ укIуэрэ, щIалэ? — щIоупщIэ бзур.
— Насып къызолъыхъуэ. Уэ сыт хэпщIыкIрэ абы и хэщIапIэм?
— ЗэрыслъагъумкIэ, куэд щIауэ гъуэгу утетщ. Уи нэгур зэхэуфащ, уи щыгъынхэр сабэм иуащ. Узэрыщытам урещхьыжкъым, блэкIхэми зыкъыпщадзей. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, насыпми гъунэгъу зыкъыпхуищIыну фIэщщIыгъуейщ. Сэ си чэнджэщыр мыращ: сытым дежи дахагъэм урителъхьэу, уэри теплъафIэу ущытыфу зегъасэ. Мис абы щыгъуэм уи хъуреягъыр фIы защIэу щытынущ. Ар зыхэплъхьэмэ, насыпри къэплъагъунущ.
ЩIалэр унэм кIуэжри, зигъэкъэбзащ, къыжраIа псоми егупсысащ. Абы иджы ищIэрт насып щхьэкIэ зы щIыпIи укIуэн зэрыхуэмейр.
ЗэзыдзэкIар Къэбарт Мирэщ.
Зэпкърымыхауэ гъэжьа гуэгушыл
Гуэгушыр ягъэкъабзэри, псы щIыIэкIэ фIыуэ ятхьэщI. Щхьэри, лъакъуэхэри, нэгэгъури, тхьэмщIыгъури зыхуей хуагъазэ. Гуэгушылми и кIуэцIфэцIми шыгъу щахуэ, фIыуэ хагъэхьэу. ИтIанэ ар дагъэ къэплъа зэрыт тебэшхуэм иралъхьэ, и щIыбыр егъэзыхауэ, кIуэцIфэцIри щIыгъуу. Гуэгушылым и щхьэфэм шатэ щахуэ, псы пщтыр тIэкIу щIакIэри, хьэкулъэкIэ ягъажьэ сыхьэтитI хуэдэкIэ. ЩыжьэкIэ езым къыщIэж псыри, шати гуэгушым щыхуэн хуейщ, и теплъэкIэ тхъуэплъ дахэ хъун щхьэкIэ. Лы жьар тебэм кърахыжри, тепщэчым иралъхьэ. Тебэм къина псыри дагъэри яз, езы тебэр ятхьэщIри гъущэу ялъэщIыж, ар мафIэм трагъэувэри тхъу иракIэ. Абы цIыкIу-цIыкIуурэ упщIэта бжьыныху, шыбжий плъыжь сыр хьэжа халъхьэри, бжьыныхум дыщафэ къытеуэху ягъэлыбжьэ. Гуэгушылым къыщIэжа лэпс дагъэр щIакIэ, мафIэ цIыкIу ящIри, тебащхьэр тепIауэ дакъикъи 6 — 7-кIэ къагъавэ. Те-бэр къытрахыж, джэдгын хаудэри, и щхьэр тепIауэ дакъикъи 4 — 5-кIэ щагъэт. Iэнэм щытрагъэувэкIэ, гуэгушыр Iыхьэ-Iыхьэурэ зэпкърах е якъутэ, тепщэчым иралъхьэри бжьыныху лыбжьэ тракIэж. ПIастэ хуабэ и гъусэу пщтыру яшх.
Халъхьэхэр (цIыху тIощI Iыхьэ): гуэгушу — 1 (г 8000), тхъууэ — г 200, бжьыныху укъэбзауэ — г 300, шатэу — г 250-рэ, псывэу — г 150-рэ, лэпсу е псыуэ — г 460-рэ, шыгъуу, шыбжийуэ, джэдгыну — узыхуейм хуэдиз.
Къубатий Борис.
Гугъэ яхилъхьащ
Зы пщыхьэщхьэ гуэрым къуэм и анэр рестораным ишащ. Анэм и ныбжьыр хэкIуэтат, и Iэхэр кIэзыз хъуати, ишххэм щыщ кIэригъэщэщырт. ШхапIэм щIэсхэм мыарэзыщэу къыхуеплъэкIхэри яхэтт зэанэзэкъуэм. Ауэ къуэм и щхьэр Iэтауэ и анэм бгъэдэст, цIыхубзым и бостейм тригъэщащэIамэ, илъэщIыжу.
Шхэн яуха нэужь, зэанэзэкъуэм зытхьэщIыпIэмкIэ яунэтIри, анэм и Iэхэр иригъэтхьэщIыжащ, и щхьэцыр хурилъэщIэкIщ, и нэгъуджэр захуэу хуIуигъэтIысхьэжри ежьэжахэщ.
Рестораным щIэсу хъуар щыму еплъырт а пщыхьэщхьэм шхакIуэ къэкIуаитIым. Къуэм иужь зыкъригъанэри, ахъшэр иритауэ щыщIэкIыжым, зы цIыхухъу къэпсэлъащ:
— Зыгуэр къыщIэбнауэ къыпщыхъуркъэ мы шхапIэм?
— Зыри къэзгъэна хуэдэкъым, зиусхьэн…
— Къэбгъэнащ, — жиIащ лIым. — Мыбы къуэуэ щIэсым дерс къахуэбгъанэри, анэу щыIэм гугъэ яхэплъхьащ!
Дохъушокъуэ Синэ.
Псалъэзэблэдз
ЕкIуэкIыу: 1. Совет Союзым и ЛIыхъужь Къанкъуэщ … 5. Егъэлеяуэ зи мылъкур зэзыгъэзахуэ цIыху. 6. Таурыхъхэм хэт фызыжь хьилэшы. 8. Гъавапхъэ къэкIыгъэ. 10. Драматург Iэзэ. 12. … техамэ, къэбыр нэхъ IэфI мэхъу. 13. Пшынауэ, уэрэдус, КъБР-м и цIыхубэ артист. 14. ЩхьэпсынщIэ, щхьэгурахъэ. 15. … гъущэрылърэ фыз игъэп-лъа лIырэ. 16. … куэбжэ зиIэ … мастэ щощIэ. 18. Кавказым щыщ къалэ, цIыху мелуаным щIигъу дэсу. 20. Щэху къыжраIар е илъэгъуар зыхуэмыхъумэ цIыху.
Къехыу: 1. IэмыкIуэлъэмыкIуэ. 2. Iэщым щIымахуэм ишхыну хуагъэтIылъ. 3. Курыт Азием я лIыщхьэхэм илъэсищэ, щитI ипэкIэ а цIэмкIэ еджэрт. 4. Щхьэц … 7. Жьэгу натIэм хэщIыхьа тегъэувапIэ. 8. Куэсэ … умыщI. 9. Пасэрей Iэщэ зэрыпыджэ. 11. Зи щхьэгъусэм къыбгъэдэкIыжа цIыхубз. 15. Сэхуран гъэлыгъуа зыщэхэм яшыхь тхылъымпIэ. 17. Губгъуэм ит Iэщыхъуэр щIыIэми уэлбанэми щызыхъумэ щыгъын. 18. Хьэпщхупщ шынагъуэ. 19. Дунейр егъэлеяуэ щыщIы-Iэ.
Зэхэзылъхьар Мыз Ахьмэдщ.
Жэпуэгъуэм и 30-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр:
ЕкIуэкIыу: 5. Теунэ. 6. Къургъакъ. 8. Ер. 9. Лагъым. 10. Тхъу. 14. Жыр. 15. Ауз. 16. Пхъы. 17. Бу. 19. Бзииху. 21. Гъуэ. 22. Унажэ. 23. Ахъмэт.
Къехыу: 1. Деур. 2. Инал. 3. Гурым. 4. Саут. 7. Егъэулъий. 8. Ержыб. 11. Хъурыфэ. 12. Гъурц. 13. Гъупщ. 18. Уанэ. 19. Бажэ. 20. Хупхъэ. 21. Гъунэгъу.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "101329.txt"
} |
Къущхьэ Каринэ: УкъэувыIэмэ, зэманым улъэщIыхьэнукъым
Гъэсэныгъэ щIэныгъэм и лъабжьэр Урысейм щызыгъэтIылъа Ушинский Константин 2023 гъэм илъэс 200 зэрырикъур и щхьэусыгъуэу, Прези-дент Путин Владимир къыхилъхьащ дызытехьэну гъэр «ГъэсакIуэм и илъэсу» щытыну. А хъыбарым пэджэжу къытщохъу «Урысейм и егъэджакIуэ-2021» зэпеуэм ехъулIэныгъэфIхэр къигъэлъагъуэу хэта, къэралым япэ щища цIыху 15-м ящыщ хъуа, Май къалэ дэт курыт еджапIэ №5-м инджылызыбзэр щезыгъэдж Къущхьэ Каринэ ди щIэджыкIакIуэхэм нэхъ гъунэгъуу къедгъэцIыхун мурадкIэ дызэреуэршэрылIар.
— Уи инстаграм напэкIуэцIым упщIэ щызэбгрыптыкIат зымахуэ: «Сыт щIэн хуейр егъэджакIуэ IэщIагъэм и пщIэм зиIэтыжын папщIэ?» «И улахуэм хэгъэхъуэн хуейщ», — жаIэу, къыпхуэзытхахэм я бжыгъэр мынэхъыбэу си фIэщ хъуркъым. Уэ езым сыт хуэдэ жэуап ептынт а упщIэм?
— Дэтхэнэ егъэджакIуэм дежкIи псом нэхърэ нэхъапэр иригъаджэ сабийм и щIэныгъэмрэ и гъэсэныгъэмрэ зэп- хауэ гулъытэ ин хуищIу дэлэжьэнырщ. Нобэ псоми къыдгуроIуэ узыIут Iэна-тIэм щыбгъэзащIэ лэжьыгъэм Iэмал имыIэу улахуэфI къыпэкIуэн зэрыхуейр. ЕгъэджакIуэр и IэщIагъэм игури и псэри етауэ хущытыфын папщIэ, зыхуей хуэза улахуэ хухахыну, къэралым къыбгъэдэкIыу нэхъ пасэм иIа пщIэр игъуэтыжыну сыхуейт.
Япэ къэсыр егъэджакIуэ хъуфынукъым, сэ сызэрегупсысымкIэ. Псом япэрауэ, сабийр фIыуэ лъагъун хуейщ. Абы и гум щыщIэ псори уэ нэсу къыбгурыIуэу, и гуфIэгъуэми, и гур хэзыгъэщIми ущыгъуазэу. А псом и гущIыIу къокIуэ егъэджакIуэм щIэныгъэ куу бгъэдэлъын зэрыхуейри. ЕджакIуэм къыбгъэдэкI упщIэ псоми я жэуапыр егъэджакIуэм деж щигъуэтыпхъэщ. Дерсыр зытеухуар щызэпкърихкIэ, абы и купщIэр сабийм деж нихьэсы-фын, ар игу къинэн папщIэ, зытепсэлъыхьыр нэрылъагъу щищIу, курыт еджапIэм къыщIих щIэныгъэр гъа-щIэм къызэрыщыхуэсэбэпынур са-бийм къыгуригъэIуэфу иригъаджэмэ, итIанэ езы еджакIуэми щIэныгъэм гулъытэ нэхъ ириту къэтэджыну къысщохъу.
Ди лэжьыгъэр зытеухуэжар ди щIэб-лэ къыдэкIуэтейр лъэпкъми, унагъуэ-ми, къэралми я набдзэ хъун хуэдэу дгъэсэфынырщ. Ар къалэн нэхъыщхьэщ егъэджакIуэм дежкIэ. Езыри ар зыхузэфIэкIын IэщIагъэлI нэсу щытын хуейщ.
— Зэпеуэм зыщыхуэбгъэхьэзырым адыгэбзэмрэ инджылызыбзэмрэ гъэщIэгъуэну зэрызупхам, абыкIэ США-м щыщ Емышэхэ я унагъуэр къызэрыбдэIэпыкъуам и лъэужь мащIэ тлъэгъуащ. Дауэ ар къызэрохъулIар? Сыт нэхъыщхьэ дыдэу къыхэпхар апхуэдэ утыкушхуэ узэрихьам?
— «Илъэсым и егъэджакIуэ» зэпеуэр зэхьэзэхуэ зэмылIэужьыгъуэ куэду зэхагъэуват. Ауэ псом нэхърэ нэхъыщ-хьэу щытар «гъэунэхуныгъэ» дерсырщ. Сэ згъэхьэзырын хуей темэу къыспэщIэхуари гъэщIэгъуэнт. «Сэ сыхэт?» упщIэм и жэуап еттын хуейуэ арат. Сабийхэм я цIэр, я ныбжьыр, къызыхэкIа унагъуэр, зыщыщ къэралыр, я бзэр зыхуэдэр жаIэфын папщIэ, лэжьыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр щедгъэкIуэкIащ дерсым. Емышэхэ я унагъуэр сэбэпышхуэ къыщысхуэхъуащ абы. Дэнэ ущыIэми, сыт хуэдэ щIыпIэ ущыпсэу-ми, уи бзэр IэщIыб пщIы, уи лъэпкъыр, уи хабзэр пщыгъупщэ зэрымыхъунур, ар къыдэкIуэтей щIэблэм хыупщэн зэрыхуейр къызыхэщ видеоролик трахри, си еджакIуэхэм зыкъыхуагъэ-зат а щапхъэ зытепх хъуну унагъуэ дахэм.
ФIыщ зэпеуэшхуэм ухэтынуи, абы уи цIэр фIыкIэ къыщыхэщынуи, увыпIэ гуэр къыщыпхуэхьынуи. Ауэ нэхъыщ-хьэжу къызолъытэ абы щыслъэгъуа егъэджэкIэ Iэмалхэм си зэфIэкIыр зэрыхигъэхъуам сэри си лъэр нэхъ быдэ зэрищIар, нэхъыбэ сщIарэт, си еджакIуэхэм нэхъыбэ ябгъэдэслъхьарэт жысIэу гукъыдэж къызэрызитар.
— Нобэ инджылызым бзэуэ щыIэр щыIуигъэкIуэт зэман дытехьауэ къысщохъу. Адэ-анэ куэдми къафIощI анэдэлъхубзэр ямыутIыпщмэ, я бынхэр гъащIэм къыкIэрыхуну, иджырей щIэныгъэм лъэщIэмыхьэну, къуажэдэсу къэнэну. Уэ сыт хуэдэ хэкIыпIэ хуэбгъуэтыр а Iуэхум?
— Зы бзэ щыIэу си фIэщ хъуркъым зэран къыпхуэхъуну, ауэ сэ япэ дыдэ изгъэувэр къыбдалъхуа бзэращ. ЦIыху губзыгъэм ар сытым дежи япэ иригъэщынущ. Пэж дыдэу диIащ апхуэдэ зэман адэ-анэм адыгэбзэр сабийм IэщIыб ирагъэщIу. Ауэ ди бзэм ирилажьэхэр а Iуэхум иригузавэри, нобэ абы гулъытэ лей хуащIу щIадзэжащ. Сэ къызэрысфIэщIымкIэ, а щыуагъэр тIэщIэкIами, иджыпсту зыкъэтщIэжу дыкъэушам хуэдэу, хуэфэщэн пщIэ анэдэлъхубзэм еттыжу си гугъэщ.
Нобэ инджылызыбзэм дуней псом япэ увыпIэ щиубыду жыпIэмэ, укъэпцIэнкъым, ари пэжщ. Ауэ сэ абы сызэреплъыр дуней псор зэзыгъэуIу бзэуэщ. ЩIэныгъэлIхэми къахутащ сабийми цIыхуми бзэ нэхъыбэ ищIэхукIэ зэрынэхъыфIыр.
— Уэ инджылызыбзэм нэмыщI, иджыри испаныбзэрэ урымыбзэрэ бджыуэ зэхэтхащ. ИтIани, зэрыжыпIащи, «шу лъагъуэр зэпумычу гъущI гъуэгушхуэ утехьакъым». Адыгэбзэр дауэ ядэхъурэ абыхэм, жыхуэсIэщ?
— Зыр адрейм зэран хуэхъуркъым. Бзэ нэхъыбэ пщIэхукIэ, уи щIэныгъэм хегъахъуэ, зыуегъэужь. Си диплом тхыгъэр щызгъэхьэзырым, сфIэгъэщIэгъуэну бзэхэр зэрызэщхьыр, зэрызэщхьэщыкI лъэныкъуэхэр къэсхутэу лэжьыгъэ езгъэкIуэкIати, ипэкIэ гу зылъызмыта куэд къыхэсхащ си анэдэлъхубзэми адрей бзэхэми. Адыгэбзэ, урысыбзэ, инджылызыбзэ — а бзищыр зэзгъапщэу арат. ЕтIуанэ, ещанэ бзэ щызэбгъащIэкIэ, ахэр уи бзэм щеплъытым деж, анэдэлъхубзэми нэхъ хэпщIыкIыу уохъу, ар нэхъыфIу къыбгурыIуэу, бзэм и дахагъэр нэхъ гунэсу зыхэпщIэу.
КIыщокъуэ Алим и псалъэхэри шэч зыхэмылъщ. Мы дунейм зы цIыху теткъым псори ищIэу къалъхуауэ. Зебгъэсэн хуейуэ аращ икIи зыпхуегъэсэну къысфIощI сыт ищIысми. Ауэ зы ма- хуэ дэбгъэкI хъунукъым щIэ гуэр зумыгъащIэу. ЩIэныгъэм теухуауэ дыпсалъэу щытмэ, «уи щхьэ ущыгугъыжын папщIэ, зегъасэ, еджэ» зэрыжаIэм нэмыщI, псом нэхъапэжу уэ езым гукъыдэж уиIэн хуейщ. Ахэр сщIарэт, абыхэм зезгъэсарэт, жыпIэу. Зэманыр иджыпсту апхуэдизкIэ псынщIэу макIуэри, улъэщIыхьэн папщIэ, укъэувыIэн дэнэ къэна, укIэлъыжэн хуей мэхъу. Нобэ зи гугъу тщIа зэпеуэхэми наIуэу щыболъагъу нэхъыбэ зэзгъэщIарэт, нэхъ тегушхуауэ сыпсэуарэт жыпIэу ущытын зэрыхуейр.
— Инджылызыбзэ щрагъэдж еджапIэ нэхъ ехьэжьахэм сабийхэр хамэ къэралхэм яшэурэ тхьэмахуитI-щыкIэ щагъэIэ, я щIэныгъэр здынэсыр къапщытэну, бзэр зыIурылъхэм я псэлъэкIэр я тхьэкIумэм къиIуэн хуэдэу. Адыгэ здэщымыIэ къэрал гъуэтыгъуейщ. Апхуэдэу бзэкIэ щызэхъуажэ еджапIэхэр къызэгъэпэщыным дауэ уеплърэ? «Мыр сщIэнт» жыпIэу сыт хуэдэ хъуэпсапIэ уи IэщIагъэм хуиIэ?
— БзэкIэ щызэхъуажэ еджапIэхэр сэбэпынагъышхуэ зыхэлъ Iуэхугъуэщ. Ди адыгэбзэр хъума хъун папщIэ, апхуэдэ еджапIэхэр уиIэну, апхуэдэ зэIущIэ- хэр ебгъэкIуэкIыну Iуэху щхьэпэт. Ауэ сэ апхуэдэ лъэкIыныгъэ сиIэу къэслъы-тэркъым нобэкIэ. Сыщогугъ ди щIэныгъэлIхэм абы и Iуэху зрахуэну.
Си щхьэкIэ зыкъэсщтэжынщи, 2015 гъэм згъэунэхуащ апхуэдэ егъэджэкIэ Iэмалым къыпхуищIэр зыхуэдизыр. Гукъыдэж сщIыри, Италием мазэ псо-кIэ сыщыIауэ щытащ я бзэмрэ я щэнхабзэмрэ щыгъуазэ сыщыхъун пап- щIэ. Сыдихьэхауэ, сфIэфу есхьэкIат а лэжьыгъэр. Аращи, апхуэдэ еджапIэр сэбэп зэрыхъунумкIэ сыщыхьэтщ.
Си хъуэпсапIэхэр зэхьэлIари зытеухуари еджакIуэхэрщ. Зэман гуэр дэкIмэ, абыхэм школыр къаухынущ. «Сыту щIэныгъэфI къыдбгъэдилъхьат, сытуи къысхуэсэбэпат абы дызыхуригъэ-джар, дызыхуигъэсар», — жаIэжмэ, ахэр цIыху губзыгъэу, гъэсауэ, насыпыфIэу дунейм тетмэ, мис аращ мыхьэнэшхуэ зиIэр.
— Зэпеуэм ущыхэтым уи щIыбагъ цIыху пэж къызэрыдэтым къыбдэщIауэ хъуам гу лъатащ. Уи щхьэгъусэм утепсэлъыхьыфмэ, лъагъуныгъэм теухуауи псалъитI-щы?
— Гурэ псэкIэ ппэгъунэгъу цIыху гъащIэм ущиIэныр насыпышхуэщ. Апхуэдэ цIыху си щIыбагъ дэмытамэ, си унагъуэмрэ си лэжьыгъэмрэ зэпэщ мыхъункIэ хъунт. Уи хъуэпсапIэу хъуар къыбдиIыгъыу, узыпэрыхьэ Iуэхум утригъэгушхуэу, сыткIи зыкъыпщIигъакъуэу гъащIэм гъусэ къыпхуищIа цIыхум уасэ имыIэу къызолъытэ.
— Фи хъыджэбзым и цIэр Аишэщ, щIалэм — Умарщ, Тхьэм фызэкъуэту узыншэу фащхьэщигъэт! ЕгъэджакIуэлъ зэрыпщIэтыр «бжьиблкIэ зэрыуэр» зыхэпщIэрэ?
— Си анэшхуэм егъэджакIуэ IэщIагъэм пщIэ хуищIу щытащ. И адэр къуажэм егъэджакIуэ цIэрыIуэу зэры-дэсарщ абы и щхьэусыгъуэр. Езыр егъэджакIуэ зэрымыхъуар и гукъеуэу, и бынхэми, абыхэм я быныжхэми а хъуэпсапIэр яIэригъэхьащ. Абы хущIегъуэжаи зыри къытхэткъым. Унагъуэр зы дыщыхъужам деж, ди псалъэмакъыр нэхъыбэу зэхьэлIар школырщ. «Мы фи педсоветыр щIэх иухыну», — жаIэурэ, къытщыдыхьэшххэу икIи дызэпамыудыфу апхуэдэщ ди Iыхьлыхэм.
Дэтхэнэ цIыхуми езым и гуращэ иIэжщ. Нобэ ди сабийхэм сыт хуэдэ IэщIагъэ къыхахыну пIэрэ жысIэу, иджыпсту абы и Iуэху зесхуэркъым. Езыхэм къыхахыну сыщогугъ я гур зэ-тауэ, яфIэфIу «срилэжьарэт» жыхуаIэ IэщIагъэ. Ауэ сыхуейщ си унагъуэм зэман куэдкIэ къыдекIуэкIа егъэджакIуэм теухуа хабзэр щысхъумэну, а лэжьыгъэм пщIэ лей хуащIу къэзгъэтэджыну.
Епсэлъар Чэрим Марианнэщ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "101332.txt"
} |
Адыгэ щIалэм къэпщытакIуэхэр къыдехьэх
Япэ урысейпсо къэрал телеканалым и «Голос» шоум и утыкум гукъинэжу зыкъыщигъэлъэгъуащ Адыгэ Республикэм щыщ уэрэджыIакIуэ Тлъыней Алий. Ар я гъэсэнщ Бериашвили Этерирэ Долинэ Ларисэрэ.
Алий зэкIэлъыкIуэу илъэсиблкIэ «Голос» шоум хэтыну и тхылъхэр игъэхьа, кастингым илъэситхукIэ, «нэфгъэжей едэIуэныгъэхэм» илъэсищкIэ хэта нэужь, иджы къызэрагъэпэща едэIуэныгъэм и зэфIэкI щигъэлъэгъуэну и насып къикIащ икIи къэпщытакIуэм хэта псоми я гупэр къыхуагъэзащ. Абы жиIащ Gnarls Barkley гупым ягъэзащIэ «Сумашедший» уэрэдыр.
— Узыщыщ хэгъэгум и цIэкIэ федеральнэ каналым хуэфащэу зыкъыщыбгъэлъэгъуэныр, дауи, жэуаплыныгъэ ин зыпылъ Iуэхущ. Аращ сценэм сызэрихьэу сыгузэвэныр къызыхэкIари. Роялым сызэрытIысу, си Iэпэхэм кIэзызын щагъэтащ, сэри зытезубыдэжащ икIи утыкум сызэрихьэу сигу ислъхьащ зэпеуэм сызэрыхэтыр зыщызгъэгъупщэу къызэхуэсахэм си уэрэдыр тыгъэ яхуэсщIыну, — игу къегъэкIыж Алий. — ЗэфIэкI зиIэ цIыху цIэрыIуэхэм сахэтыну, ахэр зэзгъэцIыхуну, нэхъапэIуэкIэ утыку щыжызмыIа уэрэдхэр згъэзэщIэну проектым Iэмал къызэрызитыр уасэншэщ. КъищынэмыщIауэ, Пелагея и гъусэу адыгэбзэкIэ уэрэд жысIэну си хъуэпсапIэщ!
Макъамэр гукIи псэкIи зыпэгъунэгъу унагъуэм къыхэкIа щIалэр, дауи, пасэу макъамэ гъуазджэм дихьэхащ. УзыIэпи-шэу адыгэ пшынэр зыгъэбзэрабзэ и къуэш нэхъыжьым дэплъея Алий, илъэсиплI ныбжьым щитым уэрэд жыIэныр зыхилъхьэ щыIэтэкъым. Арат унагъуэм исхэм я пащхьэм щIэх-щIэхыурэ концертхэр щитынри, шыкIэпшынэм зыхуигъэсэну щIэхъуэпсынри къызыхэкIар.
КъыдэкIуэтея нэужь, Алий и адэ-анэр къигъэуIэбжьащ, скрипач IэщIагъэр зригъэгъуэтыну зэрыхуейр яжриIэри. И анэшхуэращ занщIэу щIалэ цIыкIум и телъхьэ хъуар — КъуэкIыпIэ къэрал музейм Кавказ Ищхъэрэм щиIэ къуда-мэм и унафэщIу щыта Кушу Нэфисэт. ИужькIэ, Алий зыщIэхъуэпс макъамэ Iэмэпсымэр и анэшыпхъум тыгъэ къыхуищIащ, и анэр арэзы хъури, макъамэ дерсхэм игъэкIуащ.
Иджыри курыт еджапIэм щыщIэсым, Алий япэ зэпеуэр къихьат. Гран-прир къызэрыхуагъэфэщам теухуа хъыбарыр щызэхихам, гуфIэгъуэм апхуэдизкIэ зэщIиIэтати, зыхуэмыубыду кIийрт, пкIатэ-лъатэрт.
Курыт еджапIэ нэужьым, япэщIыкIэ ар Адыгэ Республикэм ГъуазджэхэмкIэ и колледж, Тхьэбысым Умар и цIэр зезыхьэм, скрипкэмкIэ щиIэ къудамэм щIэтIысхьащ. ИужькIэ Алий щеджащ Гнесинхэ я цIэр зезыхьэ урысейпсо макъамэ академием. Ещанэ курсым щыщIэсым абы къыгурыIуащ оркестрым зэрыхуэхамэр икIи Москва щэнхабзэмкIэ и къэрал институтым эстрадэ-джаз гъуазджэхэмкIэ и кафедрэм уэрэд жыIэнымкIэ и къудамэм зригъэдзыжащ.
Тлъыней Алий дызыхуэкIуэ гъэм и гъатхэм итыну иубзыхуа и концертым зыхуегъэхьэзыр. Ди лъэпкъэгъу щIалэм и мурадхэр къехъулIэну, макъамэм зэфIэкI инхэр щызыIэригъэхьэну дыхуохъуапсэ.
БЖЬЫХЬЭЛI Розэ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "101335.txt"
} |
Фестивалхэм я фестивалыр зэхуащIыж
Налшык и Музыкэ театрым жэпуэгъуэм и 31-м гуфIэгъуэ щытыкIэм иту щызэхуащIыжащ «Къэбэрдей-Балъкъэрыр — илъэси 100» еханэ урысейпсо кинофестивалыр, республикэм и къэралыгъуэр къызэрыунэхурэ илъэси 100 зэрырикъум траухуар.
Иджырей фестивалыр къалъытащ фестивалхэм я фестивалу. Абы хыхьэу ягъэлъэгъуащ урысейпсо, дунейпсо кинофестивалхэм щагъэлъэгъуа, саугъэт нэхъыщхьэхэр зылъагъэса фильм нэхъыфIхэр. Щэнхабзэ зэхыхьэшхуэм къытхуеблэгъащ Германием, Къэзахъстаным, Узбекистаным, Армением, Беларусым, Колумбием къикIа хьэщIэхэр. Зэхыхьэ гуапэр ягъэдэхащ УФ-м и цIыхубэ артисткэ Рязановэ Раисэ, СССР-м и цIыхубэ артисткэ Кириенкэ Зинаидэ, УФ-м и цIыхубэ артист Скляр Игорь, Урысейм щIыхь зиIэ и артистхэу Колесников Сергей, Кюрдзидис Эвклид, Смеховэ Аликэ, Руденкэ Любовь, актёр цIэрыIуэхэу Запорожский Макар, Беляев Юрий, Сагдулаев Рустам, Армением щыщ режиссёр Оганесян Ани, Колумбием и уэрэджыIакIуэ икIи актёр Риберо Дмитрий, Германием щыщ актёр Орлянский Пауль сымэ.
Налшык къалэм щыпсэухэмрэ абы и хьэщIэхэмрэ папщIэ актёр цIэрыIуэхэм киноконцерт зыбжанэ ятащ. «Чистый голос» белорус уэрэджыIакIуэ гупым хэт Тышко Аким иужьрей концертым щыжиIащ псоми фIыуэ ялъагъу «Беловежская пуща» уэрэдыр, пэшым щIэсхэр дежьууэ. Узбекистаным и цIыхубэ артист, «В бой идут одни старики» фильмым Ромео и ролыр щызыгъэзэщIа Сагдуллаев Рустам жиIащ куэдым ягу дыхьэ «У самого синего моря» уэрэдыр.
— Фестивалым хэтахэмрэ абы и хьэщIэхэмрэ фIэхъус гуапэ фызох! Махуэхэр блэлъэтащ, фестивалыр и кIэм нэблэгъащ, ауэ уэрэдрэ къафэкIэ гъэнщIа, фильм щIэщыгъуэхэр щагъэлъэгъуа зэхыхьэ дахэр гукъинэж зэрыфщыхъунум шэч хэлъкъым. Мыпхуэдэ зэIущIэхэм цIыхухэм лъапIэныгъэ нэхъыщхьэу яритыр зэпсэлъэныгъэщ, — жиIащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин. — ГъащIэм къыпещэ! Быдэу си фIэщ мэхъу пандемием дытекIуэу къыкIэлъыкIуэ фестивалым ди ныбжьэгъухэр къызэредгъэблэгъэнур! Новожилов Сергей фIыщIэ хуэфащэщ республикэм исхэмрэ абы и хьэщIэхэмрэ гъэ къэс зэригъэгуфIэм папщIэ!
— Киногъуазджэр фIыуэ зылъагъухэм IэмалыфI яIащ кинотеатрхэм иджыри щамыгъэлъэгъуа кино нэхъыфI пщIы бжыгъэхэм ди фестивалым щеплъыну, — жиIащ зэхуэсым и унафэщI, продюсер, артист, сценарист, киновед Новожилов Сергей. — Артист Iэзэхэм республикэм актёр Iэзагъэм зэфIэкI щызиIэ и щIалэгъуалэм папщIэ мастер-класс щхьэпэхэр ятащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэр гуапэу къызэрытIущIамрэ хьэщIагъэ къызэрыдахамрэ телъыджэ тщыхъуащ!
Псом хуэмыдэу Новожиловым къыхигъэщхьэхукIащ дамыгъэ 50-м нэблагъэ зыхуагъэфэща «Жаным, ты не поверишь» комедиер, Богатырёв Андрей и «Красный призрак» фильмыр, Осетие Ищхъэрэ — Аланием щытраха «Детство Чика», «Маленький воин», «Райцентр» лэжьыгъэхэр. СССР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Борзовэ Еленэрэ артист Шкляев Владиславрэ я мастер-классхэр республикэм и актёр щIалэ-хэм я дежкIэ гъэщIэгъуэнт икIи щхьэпэт.
ХьэщIэхэм я гъусэу, алэрыбгъу лъагъуэм техьащ республикэм и лъэпкъ театрхэм я актёр пажэхэри. Урысей кином и вагъуэ, УФ-м и цIыхубэ артисткэ Кириенкэ Зинаидэ КъБР-м и Правительствэм и ЩIыхь тхылъыр хуагъэфэщащ. ХьэщIэхэм республикэм и щIыпIэ дахэхэм, Лъэпкъ музейм зыщрагъэплъыхьащ, щIыналъэм и тхыдэм хагъэгъуэзащ.
КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министерствэм и YouTube-каналымрэ республикэм и «1 КъБР» телеканалымкIэ кинофестивалым иращIэкI пшыхьхэр эфир занщIэкIэ къатащ.
ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "101338.txt"
} |
Идархэ: зы пэж къыхахри, гурэ псэкIэ хуэщыпкъащ
IыхьиплI хъууэ 1854-1857 гъэхэм урысыпщ Долгоруков Пётр къыдигъэкIыгъауэ щыта «Урысей лIакъуэ тхылъым» итщ: «Черкасскэхэр Къэбэрдейм къикIащ, адыгэпщ Инал и щIэблэм щыщщ. Мысырым тепщэ-ныгъэр щызыIыгъа сулътIаным къытепщIыкIыжахэр ноби Къэбэрдейм щопсэу, урысыпщ Черкасскэхэм я унэкъуэщу, я лъэпкъэгъуу зэрыщытми шэч хэлъкъым. Лъэхъэнэ зэхуэмыдэхэм ахэр Къэбэрдейм къикIыурэ пащтыхьым къулыкъу хуащIэну Урысейм къакIуэрт, чыристан диныр, Черкасскэ цIэм и гъусэу, къащтэрт, унагъуэ щащIыжырти, мыбдеж къыщынэжырт. ЛIыгъэрэ губзыгъагъэкIэ зи пщIэр къэзылэжьыжа Черкасскэхэр урыс пщы цIэрыIуэхэмрэ уэркъышхуэхэмрэ зэи япикIуэтакъым, уеблэмэ цIэрыIуагърэ зэфIэкIкIэ нэхъ лъэрызехьэхэм ящыщ хъуат».
Черкасскэхэр лъэпкъкIэ Идархэ ящыщщ. Адыгэхэр зэгуэзыгъэхьэгъа Инал Нэху и къуэ Табылэ и къуэ Инармэс и къуэщ Идар, абы дежщ а лIакъуэр къыщежьэри. Идар и анэр бжьэдыгъупщ Хъымыщ Елджэрыкъуэ ипхъут.
Пщы Идархэ я лъэпкъыр Урысейм къудамищу щызэхэкIащ. Ахэр Идар и къуэхэу Темрыкъуэ, Къамбулэт, Жылэгъуэт сымэ я деж къыщожьэ.
Идархэ я щIэблэр XIX лIэщIыгъуэм нэс къиубыду хъарзынэу къахута хъуащ. Мы тхыгъэр зытеухуар Къэбэрдеймрэ Урысеймрэ я тхыдэм лъэужь къыхэзынахэрщ. Идархэ ящыщу нобэ дунейм тетхэр Инал Нэху и епщыкIубгъуанэ лIэужьщ. Ахэр адыгагъэм «зэрыхэкIрэ» куэд щIами, урыс фащэр щатIэгъами, я къежьапIэр ящIэ, тхыдэм мыбзаджэу щыгъуазэщ, уеблэмэ къызыхэкIам ирогушхуэ, ар я напщIэм телъщ.
Темрыкъуэ и щIэблэр
1552 гъэм и щэкIуэгъуэ мазэм урыс пащтыхь Иуан ЕплIанэр Къэбэрдейм икIа лIыкIуэхэм япэ дыдэу Кремлым щаIущIащ. Ахэр зытекIухьар зы Iуэхут: кърым тэтэрхэм я теуэ мыухыжхэмрэ тырку сулътIаным зэрихьэ хъуагъэщагъэхэмрэ щихъумэнырт, дарэгъу къахуэхъуу бийм пэщIэтынымкIэ къакъуэувэнырт. 1557 гъэм и мэкъуауэгъуэ мазэм Мэзкуу пащтыхьым деж Идар Темрыкъуэ и лIыкIуэ гупыр аргуэру кIуащ. ЗытекIухьари япэрей щхьэусыгъуэр арагъэнущ. Ауэ мызыгъуэгум Iуэхум зыри зэрыщымыгугъауэ зызэридзэкIащ.
1560 гъэм шыщхьэуIум и 7-м Иуан ЕплIанэм и щхьэгъусэ Анастасие дунейм ехыжащ. А мазэ дыдэм и кIэхэм пащтыхьым и лIыкIуэхэр лъыхъу Польшэм, Швецием, Къэбэрдейм игъэкIуащ. КъухьэпIэмкIэ пащтыхьым щхьэгъусэ хуэхъун щигъуэтакъым, ауэ Къэбэрдейм икIа нысашэр 1561 гъэм и мэкъуауэгъуэ мазэм Мэзкуу дыхьащ. Иуан хуашар Гуащэнейт, Идар Темрыкъуэ ипхъурт. Гуащэм Кремлым дэт, Тхьэнанэ дунейм щехыжа махуэм и цIэкIэ ягъэува члисэшхуэм (Успенский собор) чыристан диныр Iэтауэ къыщищтэм, Марие цIэуэ къыфIащащ, и нэчыхьри кIэщIу ятхащ. 1563 гъэм Гуащэней щIалэ цIыкIу къыщIэхъуат, ауэ ар куэдрэ псэуакъым. Гуащэней гъащIэ кIыхьтэкъым. Пащтыхьым и гъусэу Вологдэ здэщыIэм, щIыIэр къыщеуэкIри, абы ихьыжащ. Илъэсийщ ахэр зэрызэдэпсэуар. Гуащэр Кремлым дэт, Тхьэшхуэхьыжым и цIэкIэ ягъэува бзылъхугъэ къулъшырыфым (Вознесенский девичий монастырь) щыщIалъхьэжащ, и кхъащхьэри нобэр къыздэсым абы хъума щыхъуащ.
Гуащэней тыншыгъуэ иIакъым, зыхыхьам захигъэзэ-гъэну хэтами, гугъу ехьащ. Абы и гъащIэр къызэрекIуэкIам IэджэпцIи хэлъщ. Адыгэ жангуащэм теухуа тхыгъэ щхьэхуэ догъэхьэзырри, мыбдеж абы зыщедгъэукъуэдиинкъым.
Гуащэней и дэлъхухэр — СулътIанкъулрэ Мамсырыкъуэрэ — пащтыхь гулъытэ зыгъуэтахэм ящыщщ. Чыристан диным щихьэм Михаил цIэр зрата СулътIанкъул лIыгъэжьыр игъэлъагъуэу кърым тэтэрыдзэм куэдрэ езэуащ. Зэрыджатэрыхахуэм къыхэкIыу, ар пащтыхьым дзэм и Iэтащхьэ ищIащ, куэд дэмыкIыуи чэнджэщ къызыпих и блыгущIэтхэм яхилъытащ. 1571 гъэм хъан Долэтджэрий Мэзкуу хэщIыныгъэшхуэ къриту къебгъэрыкIуауэ щытащ. Бийр и гущIыIу къызэрихьам къызэщIигъэплъа Иуан ЕплIанэм щысхь имыщIэу и дзэпщхэм ящыщ куэдыр зэтриукIат. Абыхэм яхэхуащ СулътIанкъули.
Мамсырыкъуэ Мэзкуу щыкIуар 1565 гъэрщ. И къуэш СулътIанкъул хуэдэу, ари шынэ зымыщIэ зауэлI пхъашэт. IэщакIуэт, тегушхуэгъуафIэт: шынагъуэ пэтми, Тэрч и Iуфэм быдапIэхэр щызыухуахэм ар яхэтащ. 1570 гъэм кърым тэтэрхэм гъэру яубыдри, лъэхъуэщым илъэсийкIэ исащ. Къигъэзэжа нэужьи, и адэ Темрыкъуэ хиха гъуэгум текIакъым, псэуху Урысейм хуэпэжащ.
Мамсырыкъуэ и къуэ Къанщауэ, чыристан диным щихьэм Дмитрий цIэр зыгъуэтар, къэрал лэжьакIуэ цIэрыIуэу щытащ. 1612 гъэм, Мэзкуу бырсырымрэ зэрызехьэмрэ щызэщIищтэм, Пожарскэ Дмитрий гъусэ пэж хуэхъуахэм ар ящыщщ. Къанщауи, и адэхэм яхуэдэу, хъыжьэт, псэемыблэжт, шынэ ищIэртэкъым. Мыужьых зэрызехьэр гъэувыIэным, Мэзкуур полякхэм къаIэщIэхыжыным Къанщауэ IэщэкIи акъылкIи и гуащIэ хилъхьащ. Къэралым зэрыхуэпэжыр къалъытэри, а лъэхъэнэм щыIа IэнатIэ нэхъ лъагэ дыдэр къыхуагъэфэщауэ щытащ. Къанщауэ унагъуэ дахэ иухуат, щIалихрэ хъыджэбзитIрэ игъуэтат. АрщхьэкIэ щIалэхэм щIэблэ къащIэнакъым. Къанщауэ дунейм щехыжым, Темрыкъуэ и къуэпсыр абдеж щыпичащ.
Къамбулэтыкъуэхэр
ЕтIуанэ къудамэр къыщежьэр Идар и къуэ Къамбулэт дежщ. Пщышхуэм къыщIэува зэкъуэшихыр хъуэпсэгъуэу, зэшхуэзэесрэ екIу защIэу, бланэрэ Iэчлъэчу зэрыщытым къыхэкIыу. ЛIакъуэм щхьэкIэ Къамбулэтыкъуэхэр жаIэрт,
Къамбулэт Иуан ЕплIанэм 1578 гъэм тхылъ хуитхыгъат, и къуэ Къэрэщей абы деж къулыкъу щищIэну Iэмал къритыну иту. Пащтыхьыр арэзы щыхъум, Къэрэщей Мэзкуу кIуащ. Чыристан диныр къищтэу Борис зыфIаща щIалэм и цIэр щIэх дыдэ дахэкIэ игъэIуащ. Серпухов къалэм и щIыбкIэ къулыкъу зыбжанэрэ щищIа нэужь, 1591 гъэм ар Тулэ дэт Дзэшхуэм и Iэтащхьэу ягъэуващ. Хъан Къазджэрий Мэзкуу иубыдыну къыщебгъэрыкIуэм, гуащIэу пэщIэтахэм ящыщщ. Абы щыгъуэ яуса урыс уэрэдыжьым мыпхуэдэу хэтщ: «Къэбэрдеижьыр къошэс, зауэлI хъыжьэр къыдошэсыкI». Зи гугъу ищIыр зи зэуэкIэр телъыджэ ящыхъуа Къэрэщейщ. Романовхэ IыхьлыгъэкIэ зэрапыщIам гугъуехь къыхуихьащ абы: тепщэныгъэр яхузэрымыгъэгъуэту Урысейм щекIуэкIа зэрыхьзэрийм и щхьэл мывэм езыри и унагъуэри дихьэжат — Белоозеровэ щIыпIэ пхыдзам ягъакIуэри, абы дунейм щехыжащ.
Къэрэщей и къуэ Иуани бэлыхь зрагъэшэчахэм ящыщщ. Ауэ Романовхэ бжьыпэр щаубыдыжым, Къэрэщей и быным я пщIэр къаIэтыжащ, мылъкуу яфIэкIуэдари иратыжащ. Иуан цIыхум нэмыплъ яримыту, бжьы зэрынар зэрихыжыфу зэрыщытым къыхэкIыу, IэнатIэ лъагэ куэд къыхуагъэфэщащ, дэтхэнэри къэралым и къуэлыкъу нэхъ лъагэ дыдэхэм ящыщу. Иуан дзэм, хамэ къэрал Iуэхухэм, къэрал мылъкум епха къулыкъущIапIэхэм я унафэщIу щытащ.
Иуан 1642 гъэм дунейм ехыжащ, бын зыри къыщIэмынэу. Абы и мылъкур 1624 гъэм пащтыхьым къулыкъу хуищIэну Мэзкуу кIуа Къамбулэт и къуэ Къундет къыхуэнащ. Абыи чыристан диныр къищтащ, Яков цIэр и гъусэу. Къундет къэрал лэжьакIуэм иIэн хуей щэн псори хэлът: Iущт, набдзэгубдзаплъэт, жыжьэ плъэт, пэжым и телъхьэт, къикIуэт ищIэртэкъым. Ари дзэ хуэIухуэщIэхэмрэ хамэ къэрал Iуэхухэмрэ епха къулыкъущIапIэхэм я унафэщIу щытащ. Къундет стратег телъыджэт, апхуэдэуи зауэлI хахуэт: полякхэм я щхьэр къаримыгъэIэту езэуащ. Пащтыхь Романов Алексей и лъэхъэнэм щыIа дзэпщ лъэрызехьэхэм ящыщу къалъытэ Къундет.
Къундет и къуэ Михаил Пётр Езанэм и блыгущIэтхэм ящыщащ. Ар зэрысабийрэ абы щIыгъуу къекIуэкIат. Пётр Езанэр тахътэм дэкIуея нэужь, Михаил и щыпкъагъэр къилъытэри, IэнатIэ нэхъ лъагэ дыдэр — дзыхьэщIэгъуу щытыныр — къыхуигъэфэщат. Михаил Новгородрэ Тобольскрэ дзэпщ пашэу щыIащ, пщэрылъ къыщащI Iуэхухэм хьэлэлу бгъэдэту, дэтхэнэ Iуэхури жану зэфIигъэкIыу. Пётр абы пщIэ хуищIу, фIэлIыкIыу, и псалъэм щIэдэIуу щытащ.
Тхыдэм лъэужьышхуэ къыхэзынахэм ящыщщ Михаил и къуэ Алексей. Абы къэрал IэнатIэ куэд ирихьэкIащ, ауэ къыхэгъэщын хуейщ ар Сыбырым и тету зэрылэжьар, пащтыхьым и чэнджэщэгъу нэхъыщхьэу, кабинет-министру, хамэ къэрал IуэхухэмкIэ коллегием и президенту, канцлер нэхъыщхьэу зэрыщытар. Къэрал къулыкъушхуэхэр къанэ щымыIэу езыхьэкIа Алексей и адэжьхэм я щапхъэм псэуху тетащ — пцIыр дунейм трилъагъуэ хъууэ щытакъым, пэжым, абы нэр ирищIми, тетт.
Алексей и быным щыщу балигъыпIэм нэсар ипхъу закъуэращ — Варварэщ. Ар граф Шереметов Пётр щхьэгъусэ хуэхъуауэ щытащ. Мэзкуу хэт Останкино хьэблэр зеяр Идархэщ, иужькIэ Шереметов лъэпкъым къыхуэнами.
Къамбулэт и къуэпсыр къуэ зимыIа Алексей деж щыпичащ.
Жылэгъуэт и бынхэр
Идархэ я лъэпкъыр нобэ зыгъэкIуатэр Жылэгъуэт и щIэблэрщ. Жылэгъуэт и къуэ Къанкъылыш Щэнджэлей и цIэу зы щIалэ иIащ. Абы къуиблрэ хъыджэбзитIрэ къыщIэхъуат. «Мохэр пщы Идархэкъэ, Идархэ я Жылэгъуэткъэ, Жылэгъуэтхэ я Iэгум Вагъуэзэшиблыр доплъэрэ, къан вагъуэ цIыкIуитIыр допсэрэ…», — щыжеIэ зы къебжэкI цIыкIум. Мыри ахэращ зытеухуар: нанэхэр щыхъуахъуэкIэ, «Жылэгъуэт и быну убагъуэ, уи дыгъэ быным сэрэбэгъуэр хихьэ», жаIэ. Зэшхэм ящыщу тхыдэм лъэужь къыхэзынар щIалищырщ — Жылэгъуэт, Мусэлы, Щэнджэлей сымэщ.
Жылэгъуэт Урысейм щыкIуар 1631 гъэрщ. Чыристан диным щихьэм, Фёдор цIэр иратащ. Пащтыхь блыгущIэтхэм ящыщу ар цIыху гуащIафIэу, лIы пхъашэу щытауэ ятхыж. Жылэгъуэт унагъуэ ищIат, ауэ щIэблэ къыщIэнакъым.
Мусэлы Кърымым гуащIэу пэщIэта дзэпщхэм ящыщщ. Урысейм дащIа тхьэрыIуэм хуэпэжу Къэбэрдейм къихьэ биидзэм зэрыпэщIэтым къыхэкIыу, абы пащтыхь Михаил и къуэ Алексей и Iэпэр зыщIэлъ тхылъ къыхуэкIуат, ар Тэрч быдапIэхэм я тепщэу къызэрилъытэр иту. Дзэпщ цIэрыIуэт Мусэлы и къуэ Къасболэти. Кърымым гъэр зэтрищIауэ щыта зауэлIхэр щхьэхуит къызэрищIыжам папщIэ, пащтыхьым лъагэу иIэтат. Къасболэт Адэлджэрий и цIэу зы къуэ закъуэ иIащ, ауэ абыи щIэблэ къыщIэнакъым.
Щэнджэлей чыристан диныр къыщищтэм, Григорий цIэр къыфIащащ. Ар пащтыхь Михаил и къуэ Алексей и блыгущIэтхэм ящыщащ, и гъусэу поляк теуэкIэ зэджэ зекIуэм хэтащ, лIыгъэ щигъэлъэгъуащ. Щэнджэлей япэщIыкIэ Астрахань, итIанэ Царицинэ къалэм я дзэпщ пашэу щытащ. Щэнджэлей Данил и цIэу зы къуэрэ Еленэ и цIэу зы хъыджэбзрэ иIащ.
Зэшхэм я къуэш Алыджыкъуэ и къуэщ Михаил. Абы иIа пщIэм хуэдэ зиIа нэгъуэщI къэрал къулыкъущIэ тхыдэм къыщыгъуэтыгъуейщ. Пётр Езанэр тахътэм зэрытехьар ямыдэу шабзауэхэм зыкъыщаIэта лъэхъэнэрщ Михаил и Iулыджым щыхэхъуар: Михаил зи лъэныкъуэ иубыдар пащтыхь щIалэрщ. «Шабзауэхэм я иужьрей пщэдджыжьыр» жыхуиIэ Суриков Василий и сурэт цIэрыIуэм къыщыдолъагъу Пётр Езанэм къыбгъурыт лIыжь жьакIэху уардэр. Михаилыр аращ. Мыри жыIэн хуейщ. Хамэ къэрал щыIауэ къыщыкIуэжым, Пётр и блыгущIэтхэм я жьакIэр яупсыну япиубыдауэ щытащ. ЦIыхуищщ абы химыубыдар: патриарх Адриан, Черкасскэ Михаил, Стрешнев Тихон сымэщ. Урысейм япэ генералиссимус хъуари Михаилт.
Михаил къуищ къыщIэнащ: Василий, Андрей, Борис сымэ. Василий бын иIакъым. Андрей Александр и цIэу зы къуэ иIащ, ауэ абыхэм я къуэпсыр XIX лIэщIыгъуэм и кIэ дыдэхэм щыпичащ. Нобэм къэсар Борис и щIэблэрщ.
Борис и къуэ Пётр дзэм щыхыхьар Пётр Езанэм и лъэхъэнэрщ. 1735 гъэм абы полковник цIэр къыхуагъэфэщауэ щытащ. Пётр Бахъшысэрей зекIуэм хэтащ. Абдеж щызэрихьа лIыгъэм папщIэ Пётр дзэ пакIищ и IэмыщIэ къралъхьэри, дзэм и бригадир ящIат. 1760 гъэм Пётр Мэзкуу къалэм и Iэтащхьэу трагъэуващ. Абы и тетыгъуэм къалэм хэпщIыкIыу зиубгъуат, пыIудзауэ щыс къуажэхэр къалэм къыхигъэхьат. Пётр и лъапсэжьыр нобэрей Николькэмрэ Ильинкэмрэ я уэрамхэм щызэхыхьэжым деж хуозэ, Черкасскэхэм я уэрамышхуэмрэ уэрам цIыкIумрэ а лъэхъэнэм и щIэинщ.
Пётр и къуэ Борис ипхъущ дуней псом щыцIэрыIуэ оперэ уэрэджыIакIуэ Черкасскэ Марианнэ. Оперэ гъуазджэм абы хуищIа хэлъхьэныгъэр къэлъытэгъуейщ, апхуэдизкIэ и уэрэд жыIэкIэр хьэлэмэтщи: и макъыр щабэу, ауэ Iуву зэхэту къежьэрэ ищхьэкIэ щыдэкIкIэ пшыналъэу зэрылъэлъу, ауэ «гъущIыкIэхэр» къыхэлъэлъу апхуэдэт. Марианнэ 1918 гъэ пщIондэ Мариинскэ театрым и уэрэджыIакIуэ пашэу щытащ. Революцэм и ужькIэ, къызыхэкIар щхьэусыгъуэ къыхуащIу зэхэзехуэн ящIу щыхуежьэм, хэкур ибгынащ. Абы щхьэкIэ жаIэрт: «И унагъуэцIэм ещхьу и хьэлыр гуащIэщ». Абы щыхьэтщ мы хъыбарыр. И гъусэхэр епцIыжу адмирал Колчак большевикхэм щрагъэубыдым, ар щхьэкIуэ зыщыхъуа Марианнэ итхат: «Колчак епцIыжа генерал Жанен лIыуэ зилъытэжмэ, щIакIуэкIапэ къыздытреувэ, къэхъуа щIэпхъаджагъэр бгъэгъункIэ Iэмал иIэкъым», — жиIэри. «ЦIыхубзым дауэ сыпэувын», — жиIауэ къаIуэтэж Жанен, фэрыщIу пыгуфIыкIри… Марианнэ зэрыадыгэ щылъхур зэи ибзыщIакъым — адыгэ щIыкIэуи напэм ипэ зыри иригъэщакъым.
Марианнэ Ригэ дунейм щехыжри, абы щыщIалъхьэжащ. ЩIэблэ хъарзынэ къыщIэнащ, псори гъуазджэм пыщIащ, оперэмрэ балетымрэ епхащ.
Черкасскэ Борис и къуэ Михаил Урысей хыдзэм и контр-адмиралу щытащ. Михаил шыщхьэмыгъазэт, хабзэм теухуауэ къикIуэт имыщIэу ткIийт, пхъашэ щхьэкIэ, залымыгъэр зымыдэт, захуагъэр дэни тепщэ щызыщI хыдзэпщ нэст. Михаил и унафэ щIэт хыдзэлIхэм ар зыми пащIыртэкъым. 1917 гъэм Балтий хыдзэм и штабым и унафэщI Михаил ящIри, революцэр къэхъеиху а IэнатIэм пэрытащ. Ауэ ар плъыжьхэм я ныпым щIэувакъым, хужьыдзэм хэту большевикхэм езэуащ, и щхьэри а зэрызехьэм хилъхьащ.
ЯхуэфIакъым Идархэ XX лIэщIыгъуэр, лъэпкъыжь куэдым яхуэдэу, кIуэдыпIэм нигъэсащ. Псэууэ къэнахэм я щхьэр хэкум ирахри, хамэ къэралхэм къыщыщIидзащ. Лъэпкъыр нобэ Латвием, Франджым, Америкэм щопсэу.
Урысейм къинар Михаил къыщIэна и къуэ закъуэ Борис и унагъуэрщ. Мэзкуу дэт къэрал техникэ университетыр къиуха нэужь, Борис зауэ хуэIухуэщIэхэм тещIыхьауэ Кронштадт дэт заводым щылэжьащ, 1943 гъэм къыщегъэжьауэ дунейм ехыжыху ар топ Iэщэ лIэужьыгъуэхэр щызэпкъралъхьэ IуэхущIапIэ нэхъыщхьэм щылэжьащ. Борис зы къуэ закъуэ иIащ — Михаил. Абыи къыщIэхъуар зы щIалэщ, 1989 гъэм къалъхуа Михаилщ.
Тыркум щыпсэу ХьэтIохъущокъуэхэ я нанэм деупщIат, мыпхуэдиз адыгэ щылъхур хамэ лъэпкъхэм яхоткIухьыж, я лIыгъи я гуащIи абыхэм къахуэнэу. Идархэ нэхъ щапхъэфI ухуейкъым, дауэ уеплърэ, жысIэри. «Пэжыр Iуащхьэшхуэм и щыгум телъу къызыщыгъэхъуи, ар къыпIэрыхьэ къудеймэ, а щыгум узэрыдэкI лъэныкъуэм мыхьэнэ иIэжкъым. Идархэ адыгэм яхэмысыжми, зы пэж къыхахри, гурэ псэкIэ хуэщыпкъащ. Ари зы гъуэгущ, ари зы лIыгъэщ. Абы ирикIуэри мащIэкъым», — жиIащ нанэм. Зэгуэр къуэпсыбэу щыта лъэпкъышхуэм къыхэнар зы щIэж закъуэми, щэ и уасэу зы уэстын жыхуаIэм хуэдэщ. Нанэм жиIар пэжу къызегъэлъытэ Черкасскэхэм я иужьрей щIэж Михаил и псалъэм: «Си анэжьхэр мыадыгэми, си адэжьхэр адыгэщ, абыхэм сракъуэпсщ, зесхьэр абыхэм я цIэрщ». ЦIыхум къыхиха пэжыр гъуазэ тэрэзмэ, упэщIэтыфынукъым.
ТАБЫЩ Мурат,
«Адыгэ псалъэ» газетым и щIэныгъэ обозреватель.
| {
"source": "adyghepsale.ru",
"id": "101343.txt"
} |